Добавил:
Upload Опубликованный материал нарушает ваши авторские права? Сообщите нам.
Вуз: Предмет: Файл:
ЩэджыхьэщІэ Хьэмыщэ, «ЛъыщІэж».doc
Скачиваний:
19
Добавлен:
01.09.2019
Размер:
1.44 Mб
Скачать

— Е щІы къатиблкІэ щІыхьэн, апхуэдэ лей цІыхум ирахрэ?

  • Уэлэхьэ, шэшэнхэм яфІэмыкІа! — зэрызохьэ, зэрогъэкІий щысхэр.

  • Зэ фызэтебэяуэ! — иІэтащ и ІитІри ХьэкІашэ.— Къущхьэ бэзэр фщІащ, хъуну зы псалъэ жывмыІэу. Дэнэ къуажэ къикІат уасэІыхыр, лъэпкъкІи хэтхэ щыщхэ?

— Астэмрей къикІахэт. ЛъэпкъкІэ КІэрэфхэ щыщщ.

  • Лъэпкъ къуейщІейкъым,— жиІащ ХьэкІашэ хэгупсысыхьа-уэ.— Псалъэмакъ ящІрэ?

  • Хьэуэ, тхьэ, я гуэныхь сыхуейкъым, «шы хьэху къэвмылъы-хъуами мы лъэбакъуипщІыр лъэсурэ дыкІуэжынт»,— жаІамэ.

  • КІэрэфхэ лъэпкъыжьщ, лъэпкъ узыншэщ. Зэблагъэ махуэ тхьэм фызэхуищІ... СыткІэ сэбэп дыфхуэхъуфыну-тІэ, Исуф, уэлэ-хьэ, хэплъэгъуэм фи Іуэхур. УфІэкъабылмэ, щІалитІ гъусэ пхуэс-щІынщ.

  • Хьэуэ, ХьэкІашэ, шу гъусэ сыту тщІын? Умыгузавэ. Шыхэм я лъагъуэ зэ дытехьамэ, адэкІэ алыхьым жыхуиІар хъунт.

  • Апхуэдэу щыжыпІэкІэ, сэ си чэнджэщыр мыращ: Псыда-хэ фыдыхьи абы дэсщ мыщкъыш унагъуэ закъуэ, Хьэпэнэ Ва-хъуэ жери. Сэ фызгъэкІуауэ жыфІи абы феупщІ. Зыш мыбыкІэ ирахун хуейкъым абы имыщІэу...

Шу гъусэ ящІын ямыдэу зэкъуэшитІыр, бысымым фІыщІэ хуащІри, ПсыдахэкІэ яунэтІащ. Хьэпэнэ Вахъуэ и унэр щІэупщІэ­урэ къагъуэтри, щыджэм, лІы хэкІуэта гъур кІыхь къыщІэкІащ. Шухэр щилъагъум, абы зимыІэжьэу куэбжэм къэкІуащ.

— Феблагъэ,— жиІащ абы адыгэбзэ къабзэкІэ.— Пщэдджыжь-ми хьэщІэ ихьэгъуэщ, псори къэтэджащ, пщэдджыжьышхэ фщІынщ.

Исуф ар фІэгъэщІэгъуэн хъуащ, мыщкъышыр адыгэбзэ къа-бзэкІэ зэрыпсалъэр.

— Дымыадыгэми пщІэртэкъыми, адыгэбзэкІэ...

  • Адыгэм и шы тесыкІэр зыми хэгъуэщэнукъым,— ІэщІихащ Исуф и псалъэр Вахъуэ, и пащІэ щІэгуфІыкІыу, пищащ: — Къэхь къурІэн, Мэртазей фыкъыдэмыкІат фыкъыщысцІыхуам.

  • УтхьэкІумэгъатхъэщ уэ, Вахъуэ,— зэригъэщІэгъуэнур имы-вдІэу Гюплъ бысымым Исуфи Суфи.— Дэнэ щыпщІэрэ уэ дэ Мэр-тазей дыкъикІыу?

  • Дауэ сымыщІэнрэ зи унэр бэгъуауэ слъагъун, мы уи шым лщІэхэлъ дыжьын зытеда шхуэр илъэсипщІ ипэкІэ си ныбжьэ-гъуфІ Гъуэныбэ Хьэсанш естауэ щытащ. Ар зыгуэрым иримыты-жамэ...

  • Иритыжащ,— жиІащ Исуф, и щхьэр ирихьэхыурэ,— Дунейм щехыжым и къуэм иритыжащ.

  • Апхуэдэу щыщыткІэ, уэ абы урикъуэщ.

  • Дэ тІури.

  • Ахърэт дахэ тхьэм кърит, имыгъэщІар фхущинауэ тхьэм зкиІэ. Куэд щІа тхьэмыщкІэр?

  • Илъэс еплІанэр йокІуэкІ. Мы иджы къежьа фочым ихьащ.

  • Гуауэщ... Гуауэщ. Сытхэр ди Іэмал, уи натІэм къритхам уфІэкІынукъым. Щхьэ дыщыт-тІэ мыбдеж. ФынакІуэ унэм.

  • Хьэуэ, Вахъуэ,— идакъым Исуф,— допІащІэ. Уи ныбжьэгъу ХьэкІашэ деж дыщедзэкъащ. ХьэкІашэщ къыджезыІар уи деж дыкъекІуалІэу ди Іуэху зытет бжетІэну.

  • Унэм дыщІыхьарэ жыфІам нэхъ екІутэкъэ?

  • Хьэуэ, Вахъуэ, уи унэри убагъуэ, щІэсхэрн узыншэ тхьэм ищІ.

— Тхьэр арэзы къыпхухъу, къуэш. Апхуэдизу фи Іуэхур щы-пІэщІэгъуэкІэ, сыныводаІуэ, жыфІэ, фи адэ дунейм ехыжам и хьэ-тыркІэ си гъащІи си гуащІи сыщысхьынкъым.

— Ди напэр текІащ ныжэбэ, Вахъуэ. Си щІалэм и хьэгъуэлІы-гъуэм уасэІых къэкІуахэм яйуэ шипщІ, уанэхэр зэрытелъу, яды-гъуащ.

— Зэ фымыпІащІэт,— жиІэри бысымыр, хуумыгъэфэщэну псынщІэу пщІантІэм дэлъэдэжри, бом щІыхьащ. ЗимыІэжьэу абы бом къыщІишащ хакІуагъуэ лъакъуэху дэгъуэ, уанэри зэрытелъу.

— Шэрыбхэ я хакІуагъуэращ, Исуф,— къыжьэдэлъэтащ Суфэ. ХэпщІыкІыу Исуф и гукъыдэжыр ехуэхащ, и фэр зэкІуэкІащ.

«Апхуэдиз зи бзэІэфІагъыр, ди адэм и ныбжьэгъушхуэу жызыІар дыгъуэгъуакІуэу къыщІокІ,— егупсысащ.— Дауэ иджы цІыхум жиІэр уи фІэщ зэрыхъужынур?»

— Къызэрысу къамэр и гущхьэм хэсхуэнщ! — зэтрикъузащ Суфэ и дзэр.

— Умыделэ,—еплъащ абы Исуф.—ЗэхэгъэкІын хуейщ. Іэпщэ-цагъым фІы хуиша слъэгъуакъым.

Вахъуэ шыр ІумпІэкІэ пщІантІэм къыдишри, къабгъэдишащ — Мыр фиш?

  • ХьэщІэхэм яшщ. Дэнэ щыІэ адрейхэр? — еупщІащ Исуф.

  • Зэ фымыпІащІэ. Уэ зэ убыд мы шыр,— жиІэри шхуэмы-лакІэр Суфэ къыІэщІилъхьащ. Езым аргуэру бом игъэзэжрн, зы-къомрэ щІэта нэужь, шы къарэ дэгъуэ къыщІишащ, ари пщІан-тІэм къыдишэри, мобыхэм къабгъэдыхьэжри закъыхуигъэзащ:— Фышэс иджы, фишхэр кІуэдынкъым. Нышэдибэ фыкъэмыеамэ, фымыгъуэтыжынкІи хъунт...

Къуажэм дэжхэри, мэз щІагъым щІэту дакъикъитху-хы жа-уэ, унищ-плІы къалъэгъуащ. Зы унэм блэжхэри, етІуанэм деж Вахъуэ и шыр, пхэщІыщхьэкІэ хотІысхьэ жыпІэну, къыщыжьэ-дикъуащ. Ар шым къелъэри, шхуэмылакІэр бжэгъу щхьэкІэм фІидзащ, езыр пщІантІэм дэлъадэри, и макъым къызэрикІкІэ кІиящ, зыгуэрым еджэу. Унэм фызыжь гуэр къыщІэкІащ. Ва-хъуэ абы текІиящ, и гъусэхэм дежкІэ Іэ къищІурэ зыгуэрхэр жеІэ.

— Сыт абы жиІэр? — еупщІащ Исуф и къуэшым.

— Си напэр трихащ, жи. Сэ дауэ адыгэхэм саІуплъэжыну, жи, си ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэм си къуэрылъхур едыгъуауэ.

Вахъуэ и Іэхэр ищІурэ бомкІэ ежьащ, абы фІэлъ ІункІыбзэр зэрыІуихын имыгъуэту, мывэ пІащэ щылъыр къищтауэ йоуэ. МэхъущІэ, и къуэми, абы къилъхуа цІыхугъэншэми бзаджэ яхуже-Іэ. Апхуэдэу лІыжьыр зыкІэрытым, унэм щІалищ къыщІокІ, дэпым хуэдэу плъыжьу зэщІэплъауэ, фадэ Іэнэ зэрыбгъэдэсар нэрылъагъуу.

  • Умыкъутэ а ІункІыбзэр! — кІиящ зы щІалэр. Ар Вахъуэ и къуэрылъхурауэ къыщІэкІынут. Ар пырхъуэм къехри и адэ-шхуэм хуэкІуэу ежьащ.— ЛІо, хакІуэ дэгъуэмкІэ арэзы умыхъуа-уэ ара?

  • А хьэмэ къилъхуауэ къэзылъхуар зымыщІэж, си напэ техын уи пщэ кънна уэ мылъхуэсым? ЕмыкІу жыхуаІэр пщІэрэ уэ? Сыт унагъуэ уэ ущагъэсар?

— Уэ къэплъхуам и унагъуэ! — хуикІуэткъым къуэрылъхур. Вахъуэ зишэщІри къуэрылъхум и жьэпкъым лъэщу щІэуащ.

Мо удыным пэмыплъа щІалэр щІыбкІэ бабыщ, къазхэр щыджэгу шэдым хэхуащ. Адрей щІалитІыр къэсри, Вахъуэ яубыдащ.

— НакІуэ,—жиІащ Исуф, шым къепсыхыурэ,— ауэ зауэ Іуэху ухэмыхьэ, дыбгъэунэхъунщ. Вахъуэ къаІэщІэдгъэкІыжынщ.

Шыхэр псынщІэу бжыхьым ирапхри зэкъуэшитІыр шцІантІэм дэлъэдащ. Тхьэм ещІэ мо щІалэ зигу жан.хэм я гугъар. Исуф зэ-рынэсу Вахъуэ зыІыгъ щІалитІым зыр нэмыщІІэмыщІу къеуэри, и Іупэр къыхузэгуиуду къриудащ. Исуф и Іупэм еІусэжри и Іэм кІэрылъ лъыр щилъагъум, и къуэшым дежкІэ зыкъигъазэри, жри-Іащ.

— Еуэ иджы, Суфэ! Ауэ укІырауэу уемыуэ.

Суфэ, егъэлеяуэ бланэт, Мэкъу гулъэ къишэу выгукІэ къы-щыкІуэжкІэ и шэрхъыр щІэщІыкІамэ, зыпэщІисэрти и закъуэ-пцІий мэкъугур къиІэтырти нэгъуэщІ шэрхъ щІидзэрт. Къы-фІэмыІуэхуу гъущІ дэмэкъуэр зэридзэрт. КІэщІу жыпІэмэ, пелуант.

Суфэ Іэбэри Вахъуэ зыІыгъ щІалэр къищтащ, ар зы сажнэ хъункІэ иІэтри фІыуэ иутхыпщІащ, кърихьэхыжри, зэ и жьэ-пкъым щІэуэри ду джабэм кІэридзащ. ЕтІуанэм и къамэр къри-хауэ къыщыхуэкІуэм, лъапэкІэ и Іэпщэм еуэри, къамэр дри-хуеящ. Къемыхыж щІыкІэ, и бгъэчэм хуэзэу еуэри, дум кІэ-рылъ щІалэм техуэу идзащ. Шэдым къыхэпщыжа Вахъуэ и къуэ-рылъхум щыхуэкІуэм, фызыжьыр къыщІэпхъуэри яку къыдэуващ и ІэлъэщІ зытрилъэфар ІитІкІэ иІыгъыу. Суфэ и щхьэр мащІэу игъэщхъри, мыщкъыщыбзэкІэ жиІащ:

— ЕмыкІу дыкъыумыщІ, дянэ, нэгъуэщІым и мылъку щхьэ-кІэ дыкъэкІуакъым. Мыбыхэми я гугъу тщІынутэкъым, ауэ «уи нэ къеІэм и псэм еІэж»,— жаІэри псалъэжь диІэщ адыгэм. Иджы уэ,—зыхуигъэзащ Вахъуэ и къуэрылъхум,— мо ІункІыбзэр Іухи шыхэр къыщІэгъэкІыж. Домыгъэгувэмэ, уи дежкІэ нэхъыфІщ...

— Сывохъуапсэ адыгэхэм,— къеплъащ зэкъуэшитІым Вахъуэ, къуажэм къыдишыжауэ къыщригъэжьэжым.— ФытэмакъкІыхьщ. Ауэ ар зыкІи зэран къыфхуэхъуркъым Іуэхур лІыгъэм щыхуэ-кІуам деж. СощІэж, ди нэхъыжьхэр мыбыкІи мобыкІи плъэуэ щы-такъым ныбжьэгъу къыщалъыхъуэм деж. Фи дежкІэт здэплъэр. ЗэикІ щыуэхэртэкъым. Тхьэм фригъэфІакІуэ, фылъэпкъ узыншэщ.

Пшапэр щызэхэуэм зэкъуэшитІыр Астэмырей къыдыхьэжащ, шипщІыр япэ иту. Ахэр зейхэм Іэрагъэхьэжри, жасым деж хьэ-гъуэлІыгъуэм къыхыхьэжащ...

Нэхъыжьхэм я деж кІуахэр фІыуэ зэщІэплъауэ къэкІуэжащ, я нэкІущхьэхэр дэп жьэражьэм хуэдэу плъыжьу, пщІэнтІэпсыр иракъуэкІыу. КъыщІыхьэжхэри, Іэнэ кІапэм деж къэуващ.

— Гуп махуэ апщий! — жиІащ Хьэгуцырэ.

— Щауэ махуэ ухъу,— къэтэджащ Абдул-Хьэмид,— къэкІуати сІых гупмахуэбжьэр.

Хьэгуцырэ къэкІуатэри, фалъэр ІитІкІэ Іихащ, икІуэтыжри и ужь итам иритащ. Кургъуокъуэ, «гуп махуэ фыхъу»,— жиІэри, бжьэм хэфащ, ар Хьэгуцырэ иритыжри, абы нэхъыжьым лънгъэ-Іэсыжащ.

— ДыздэвгъэкІуахэр псори тэмэмщ, Мухьэмэтджэрий,— къри-гъэжьащ Хьэгуцырэ.— Сэлам гуапэ ди нэхъыжьхэми, фэри къыва-хыж. Хабзэшхуэ къыдахащ, я хабзэр тхьэм имыгъэкІуэщІкІэ.

Уэлэхьэ, къывахынмэ, апхуэдизрэ фыщыщыІэкІэ,— пыгу-

фІыкІыурэ мэхъурджауэ хьэщІэ нэхъыжьыр.— Нэху щыху фыкъэт жысІэу фызгъэкІуат абы сэ?

— Шыхэми деплъащ, Мухьэмэтджэрий. Псори дэгъуэщ.

— ЛІо, ЕщІэнокъуэхэ Гъуэныбэхэ хъуа уи гугъэ, уасэІыхым яшхэр ирагъэдыгъуу? Дыгъужьым зи мэл ихьыну мэлыхъуэр и пыІэ щыгумкІэ къещІэ, жи. Уи жагъуэ умыщІ, Исуф, согушыІэ.

— КъыпщыщІынур пщІэнукъым, Мухьэмэтджэрий,— псори щыдыхьэшхым, езыри погуфІыкІ Исуф.— Тхьэм и Іуэхущ псори.

Апхуэдэу гушыІэхэу, зэхъурджауэхэу я тІысыпІэ зрагъэгъуэ-тыжащ. Зрагъэгъуэтыжри, псори щым хъуащ нэхъыжьым жиІэ-ным пэплъэу. Дэнэ кІуа я дыхьэшх макъри, я гушыІэри, ауанри? Іэнэм зэрыпэрытІысхьэжу Іэбэу кІапсэ кІапэ къыпача хуэдэ, зэ-щІэсабыращ. Къаруушхуэ иІэт адыгэ Іэнэм, берычэтым нэмыщІ нэмысышхуэ, цІыхугъэшхуэ телът. «Іэнэр псом нэхърэ нэ-хъыжыц»,— ауэ жиІакъым адыгэм. Іэнэм бгъэдэсут адыгэм и уна-фэ нэхъ Іущ дыдэр къыщищтэр, лъэпкъым и къэкІуэнум щытепсэ-лъыхьыр, и лІыхъужьхэм я хъыбар щыжиІэжыр, и гур пэщыху ныб-жьэгъум щепсалъэр, и уэрэд жьгъырухэр щыжиІэр. Сыт хуэдиз ямыщІэж уэрэд, ящыгъупщэжа хъыбар телъыджэ, цІыхум и акъы-лым къыхуэмыщІэж лІыхъужьыцІэ къыбжиІэжынт абы Тхьэ-шхуэм бзэ къритауэ щытам! Зы цІыху гъащІэкІэ пхужыІэжынтэ-къым. КъызыхэщІыкІари пхъэбгъу къудейщ. Мо мэзым щІэт жыг-хэм къыхахауэ.

Абдул-Хьэмид гупыр къызэхиплъыхьри, зыми зы псалъэ жри-мыІэу, емылъэІуу, езыми зримыгъэлъэІуу, уэрэд къыхидзащ:

Псэр мэхашэ, пхъэр мэдауэ,

Пхъэм и дауэр, уей, маржэ, дауэшхуэщ.

Зы п.хъэ ласкІэр куэд и уасэщ, Пхъэ гъэсынурэ, уей, маржэ, сынашэ.

Сынызэрашэр вы уэдыжькъэ, уей, Мы жьэгужьмэ, уей, маржэ, сынобзахэ.

Сынырахымэ, сыфІамыщІти,

ГъущІу ящІыр, уей, маржэ, сэ согъажьэ.

Кхъужьеижьуэ сыногъагъэ,

Гъэр Іей хъумэ, уей, маржэ, фызопІыжкъэ.

Сабийр щапІкІэ, сывигущэщ,

Гуащэр тІысмэ, уей, маржэ, сышэнтжьейщ.

  • АдэкІэ зыщІэм и дежкІэ нокІуэ,— иухащ уэрэдыр Абдул-Хьэмид.

  • Тобэ Іэстофрилэхь, Джэршокъуэ и къуэ, Мэртазейр уэрэду фызэкІуэцІылъи,— и фІэщу егъэщІагъуэ хьэщІэ нэхъыжьым.— Тхьэ пхуэсІуэни, зым нэхърэ адрейм и макъыр нэхъ жьгъырууэ жывмыІэмэ. Ауэ апхуэдэу уэрэдыр дахэу зэрыжыпІэм ешхьу да-хэу дегъэжьэж. Нэхущ иэблэгъащ, фи берычэтыр убагъуэ, уэлэхьэ, дывгъэтхъам. Домыгъэгувэж иджы. Псоми пІалъэ иІэщ.

ЩхьэщІылъэныкъуэр къахьри, хьэщІэ нэхъыжьым н пащхьэ кърагъэуващ. Мухьэмэтджэрий зыкъипхъуэтат хэгъэрен нэхъы-жьым дежкІэ тригъэувэжыну, ауэ, егупсысыжри, и ІитІыр ирихьэ­хыжащ. Айтэч сыхьэным илъу нэхъыжьым бгъэдэт щхьэщІылъэ-ныкъуэм и нитІыр къытекІыртэкъым. КъыгурыІуэркъым абы къи-кІыр, я дежкІэ зэи щилъэгъуакъым. Пэжщ, зэ Къербэч къыжриІэ-жауэ щытащ Бабыгуей къэкІуауэ щхьэщылъэныкъуэ къыхутра-гъэувауэ зэрыщытар. И къуэшми абы адэкІэ къыфІигъэкІакъым, езыри щІэупщІэн щышынащ. Иджы си Іуэхущ ар абы зэримыгъэ-лъагъум, зэримыгъащІэм. ХьэжрэтымкІи щыхабзэу жаІэр мыр.

Шогуэ Мухьэмэтджэрий къэтэджри щхьэщІылъэныкъуэр зэ-рылъ сыхьэныр ІитІкІэ къищтащ, гупыр къызэпиплъыхьри, нэхъы-жьым зыхуигъазэри, жиІащ:

— Мы сІыгъыращ иджыри къэс мыбдеж щыс псори дыщызы-гъэсыр. Дышхат, дефат, нэчыхьыр ттхат, дыкІуэжи хъунут, ауэ мыр псоми лъахъэу дилъщ, нэхъ Іыхьэ лъапІэ дыдэу адыгэм ди-Іэщи. Мы Іыхьэр адыгэм Іэнэм щытрилъхьэр гуфІэгъуэ щиГэм дежщ, нэщхъеягъуэм деж къищтэркъым. Апхуэдэу щыщыткІэ, ЕщІэнокъуэхэ дунейм тетыху гуфІэгъуэ щымыщІэн тхьэм ищІ.

  • Іэмин.

  • Тхьэр арэзы къыпхухъу.

— Я нэхъыжьхэр акъыл защІэу, я нэхъыщІэхэр жыІэдаІуэу, я бзылъхугъэхэр Іу махуэу дунейм куэдрэ тхьэм тригъэт.

  • Тхьэм жиІэ.

  • Іэмин.

— Мыр къысхуэзыгъэфэщами нэхъыфІу щыІэр тхьэм хуигъэ-фащэ. Абы и пщэ илъыр игъэзэщІащ, ауэ щхьэщІылъэныкъуэр зыкъутэн хуейр хэгъэрей нэхъыжьыращи, узотыж, Джэршокъуэ и къуэ.

Абдул-Хьэмид ныкъуакъуэ, псалъэ лей къыхимылъхьэу щхьэ-щІылъэныкъуэр хьэщІэ нэхъыжьым ІитІкІэ къыІихри, зыгуэр жиІэну и жьэр щызэтрихым, Абдулыхь бжэр нну къызэІупхрн, хьэщІэщым къыщІыхьащ.

— ХьэщІэ къыфхуокІуэ, Мухьэмэтджэрий! — ину жиІащ абы. Абдулыхь и ужь иту хьэщІэщым къыщІыхьащ Іэминат, Абду-

лыхь и щхьэгъусэ Гуащэнэ, пшынауэр, утыку гуащэр, хъыджэ-бзищ. Блор хуамыщІыж щІыкІэ щІалитІым къыщІахьэри Іэнэм трагъэуващ пхъэ Іэнлъэ кІыхь, зэпкърымыхауэ щынэ гъэва псо илъу, и куэ лыпцІэм сэр хэІужауэ. НэгъуэщІ щІалитІми зэпаІы-гъыу къыщІахьэри Іэнлъэм бгъэдагъэуващ литр тІощІ зэрыхуэн пхъэ фэндырэ, цІыб ІуукІэжауэ, мэрэмэжьей иту. Я Іуэху зэфІа гъэкІри, щІалэхэр щІэкІыжащ. Мухьэмэтджэрий и пащхьэ нт фа-лъэр къищтэри, къыщІыхьахэр гуапэу зэпиплъыхьу, къригъэ-жьаш:

— ЕщІэнокъуэхэ фылъэпкъ мащІэми, фи пщІэр инщ, фи нэмы-сыр лъагэщ, нэхъри нэхъ лъагэж, нэхъ иныж тхьэуэ дыкъэзыгъэ-щІам ищІ. Нобэ гуфІэгъуэшхуэщ, ЕщІэнокъуэхэ фи гуфІэгъуэ тІуащІэщ. Фи гуфІэгъуэр тхьэм кІыхь, угъурлы ищІ. Зи ягъэ кІын-тэкъым, Іэминат, гугъу зебгъэхьу мыбы укъэмыкІуами, ауэ, укъы-щыкІуакІэ, уи фІыщІэр тхьэм имыгъэкІуэдкІэ, уатеубгъуауэ упІа, къэбгъэхъуа щІалитІым я хъеррэ гуфІэгъуэрэ тхьэм уигъэлъагъу. Уи щІалитІыр Джылахъстэнейм и мызакъуэу адыгэ псом я деж щыцІэрыІуэщ, ар анэ дэнэ къэна, адэ куэдым яхузэфІэкІакъым я бын апхуэдэу ягъэсэн. Тхьэм фригъэфІакІуэ, хьэгъуэлІыгъуэм хъуэхъуу щыжаІар тхьэм къыфлъигъэс. Мэ, Абдулыхь, япэ итар уэращи, мы бжьэр убыд.

Абдулыхь хъуэхъуащ. Джэгур ирагъажьэри, нэхъыжьыр къа-гъэфащ, Абдул-Хьэмид зэ «зиутхыпщІащ», езыми зэрыжиІащи, и лъыр нэхъыфІу зекІуэн щхьэкІэ. Хэгъэрейхэр щыщІэкІыжым Іэминат хьэщІэхэм закъыхуигъэзащ:

— Мыпхуэдэхэм сэ сыкъакІуэ хъунутэкъым. Ар хабзэкъым. Ауэ цІыхухъу нэхъыжь пщІантІэм зэрыдэмысыжым хабзэри дегъэ-къутэ. Си нэ къикІт фыслъагъуну, благъэ зэхуэмэхуэн тхьэм дызэ-хунщІ, тхьэм фІыгъуэ къытхудигъакІуэ. Сыжьыщхьэ махуэщ но-бэ. си щІалитІым я гуфІэгъуэ солъагъу, гуфІэгъуэ тхьэм псоми къывит. Къытхыхьа ди нысэ цІыкІуитІыр си бынитІым хуэдэу слъа-гъуищ, тхьэм лъагъупІэ сригъахуэ. Ди Тхьэшхуэращ Іэмырыр зей-ри. абы и Іэмыр нэхъыфІым муслъымэныр дыхимыныну солъэІу...

5

Пщэдджыжьым нысэишэм щІадзащ. Абдул-Хьэмидхэ я деж ирахьэлІат нысащІитІри, къуажэкІэм цІыхуу дэсыр зэхуэсауэ кърашэжьэж, уэрэдыжьыр жаІэу, пшынэ еуэу. иелъэмей ящІу, фоч ягъауэу. МыдэкІэ Іэминат фызхэм яхуэмыубыду, бжэуэ уэра-мым зэпрож, Абдулыхьхэ я дежкІэ жэуэ:

— Уэ сэ сыунэхъу мыгъуэри сыкъэсэхыжащ, жылэм зы ны-сэ къыхуашэмэ, сэ тІу къысхуашащ, сыткІэ сапэлъэщыну сэ а тІум. Благъуэм нэхърэ нэхъ бзаджэхэщ, дыгъужьым хуэдэу мэ-дзакъэр, блэм хуэдэу щІыІэщ. Къызэрашэ мыгъуэрэ къысхуа-Іуэху «дынызэрыдыхьэжу укъыщІэддзынущ, уи хьэпшыпыжь тІэкІур уи ужь иту»,— жаІэри. Сэ дэнэ мыгъуэм сыкІуэжыну, си щІалитІри абыхэм я телъхьэ хъуащи, си дежкІэ къеплъэкІыж-къым. Уэ зы закъуэ мыгъуэращ, Гуащэнэ, гугъапІэу сиІэжыр, уи унэм сыщыгъуэлъын имыІэми, уи джэдэщым пІэ тІэкІу щысхуэдз. Сэ сыфызыжь насыпыншэ мыгъуэт, махуэ мыгъуэм къалъхуар сэрат.

Гуащэни и ІитІыр зытригъауэурэ къыхуокІуэ:

— А си тхьэмыщкІэжь мыгъуэ, уи гъащІэм уатеубгъуауэ ІукІэ упІа уи бгъэ шыритІым ухагъэкІыжауэ ара мо номинитІым? КъакІуэ мыдэ уэ, си нысэгъужь закъуэ, си пІэм я нэхъ хуабэмрэ щабэмрэ ууейкъэ!

ФызыжьитІыр уэрамыкум итщ, я нэ гъущэхэм щІоІуэтыхь, нэбгъузкІэ нысэшэжым хуоплъэкІ. Нысэхэр къэзышэжхэми Іэми-нат зэрыщІэпхъуэжар къалъэгъуащи, абы и псалъэхэр нысащІэ-хэм зэхрагъэхыну щым хъуащ.

— Бацэ щхьэнтэ мыгъуэр къысщІадзыну, бацэ уэншэкум сы-трагъэлъыну жаІэ, Гуащэнэ. Сэ сыт мыгъуэр си псэуж, дэнэ мы-гъуэми сыкІуэну? «Уэ фызыжь къандыргъейм дэ дыпхурикъунщ,— жаІэри къысхуаІуэхуащ, абы нэхърэ нэхъеиж къыдащІыгъужри:—

Уэ уугъурлыуэ щытамэ, иджыри къэс улІэнт!» Дауэ сыхъужыну мыгъуэ иджы, Гуащэнэ, сыугъурсызу, си нэр хъурей хъужауэ жаІэ. Ара мыгъуэт сэ иджыри къэс сыщІэмылІар.

— УемыдаІуэ уэ абыхэм жаІэм,— толъэщІыхь и нысэгъум Гуа-щэнэ.— Уэ дэнэ жьы ущыхъуар? ДыкъэзыгъэщІауэ дызыгъэлІэ-жын, а номинитІым нэхъри умынэхъыщІэм. Сытым щыщ ахэр я жьэгъулхэр къыщІэтІэтІыжауэ, я нэкІущхьэхэр къетІэтІэхауэг Деплъынщ а щхьэхынитІыр уэ а пщІантІэм удэмысу зэрыпсэум. НакІуэ, тІасэ, ныдыхьэ, уи пэшыр хуабэщ, уи пІэр къабзэщ.

ЗэнысэгъуитІыр Гуащэнэхэ деж дыхьащ. Нысэишэм хэтхэр зэ-щІэдыхьэшхащ. Ауэ нысащІитІым зэхахар я гум щІыхьащ. Пэжщ, абыхэми зэхахат фызыжь щІэпхъуэжым и хъыбар, ауэ апхуэдэ дыдэу ар хэт и гугъэнт? Е гуащэр къыщагъэІеин щхьэкІэ, ныса-щІитІым пцІы къытралъхьауэ пІэрэ зыгуэрхэр кІэщІэлъадэу, ягу къэмыкІыххахэр жраІэу? Апхуэди къыщыхъу щыІэщ, псалъэм папщІэ, щІалэм къехъуэпса хъыджэбз гуэр къимышэу нэгъуэщІ къишамэ. Апхуэдэм сыти жриІэфынущ гуащэм е лъигъэІэсыфы-нущ, нысащІэр игъэулъиин щхьэкІэ. Къэхъукъэ апхуэдэ? Дапщэ ухуей?

Зэуэ гупыр «къызэщІэнэжащ», нысащІитІыр я гупсысэм къы-хашу. Фоч уащ, уэредадэм щІидзэжащ. Куэбжэм дыхьэу пщІан-тІэм зэрыдэбакъуэу пхъэ фалъэ фІыцІэшхуэм из фадэр зыІыгъ щІалэм къигъэувыІахэщ.

— Ди ныситІыр нобэ япэ дыдэу я щІы кІапэ къытеувэу аращи, я дэ ди тхьэу дэ дипщ:

Мы нэрыбгэхэр тхуэмахуэу, Лъапэ махуэ къытхуахьу, Къызыхыхьэм щыузэду, Езыхэм хуэдэм ядекІуу, Дунейм екІур я фащэу, Дыщым фІыщІэ къыхуахьу, Зыхыхьари ягъэбзэу, Хабзэр убзэ яфІэмыщІу, Я щІэныгъэм хагъахъуэу, Гухэхъуэшхуэ къалэжьу, Зыщылажьэр ефІакІуэу, ФІы къэшэкІэм хуэІэзэу, Я ІэщІагъэм теунэу, Мы бынунэр я щІасэу, Дэмысыххэм хуэзэшу, Ар зэшыгъэм и шэпсу, Къагупсысыр акъылу, Ди адыгэм хуэщхьэпэу, Япэ итхэм хэмыкІыу, ИрагъэкІыжхэм щымыщу, Ахэр зыщыщыр ІуэхуфІу, ФІыр я Іэпэм пыщэщу, ЗэІущащэр я цІыкІуу,

ЗэдэхащІэр я ину, Быну яІэр зэхуэдэу, ЯлІхэм хъуэхъур хуаІэту, Гуащэм и псэм Іурыту, Іуэху зыІутыр щІэращІэу, ЩІэуэ къэхъум я телъхьэу Тхуэпсэуну сохъуахъуэ!

ЩІалэр фадэм хэфри ар лъагэу ІитІкІэ иІэтауэ иІыгъыу гупыр иришэжьащ, и макъым къызэрихькІэ, кІийуэ уэрэд жиІэу:

— Уо-о, ри-да-дэ, жи, уо-о, дуней, нысэ махуэ идошэри, жи!— Унэм щІэса фызхэр къыщІэжащ, пщІантІэм Іуэху ящІэу дэта-

хэр зэхуэжэсащ. Псоми къажыхь, зэрогъэкІий:

— Ей, КІулашэ, къэсыжащ мыхэр, псынщІэу мэлыфэр! Мэ-лыфэр къэхь, зо!

— А сымылъагъун, Хужьпагуэ, ІурыцІэлъыр зэрыта шейщІэтыр дэнэ здэпхьар? Уэращ ар зыІыгъар!

— Дапхъэм деж тетщи, къащтэ! Сэ сщІэр плъагъуркъэ!

  • Жанпагуэ! А ахъшэр къыщупхъыхкІэ я нэкІум йомыпхъэ, дыжьын ахъшэр хьэлъэщ, иуІэмэ — ЕщІэнокъуэхэ уакъелынкъым. Леймыгъэгъухэщ!

  • Хугу ІэмыщІэ, маржэ! Япэ щІыкІэ хугу ІэмыщІэ къе-пхъыхын хуейщ. Бэвыгъэщ, угъурлыгъэщ. Зэи ерыскъыншэ мы-хъуну!

Нысэишэм хэтхэр пщІантІэкум щынэсым, шууипщІ къыдэлъа-дэри, гупым ипэ къиуващ. Шыхэр я пІэ яхуиткъым, зратІэ, зрасэ, хьэжыгъафэри япэувауэ башыр яхуегъэдалъэри, мо шы емылыдж-хэр, тесхэм емыдэІуэжу, я щхьэхэр яутхыпщІ, зыщТадзэ, йокІуэт.

— Куэдрэ дыщывгъэтыну?! — кІиящ шухэм щыщ зы.— Къа-кІэрыфщІэ мы дишхэм, нэгъуэщІ мыхъуми, бэлътоку.

Утыку гуащэм и жыпым ІэлъэщІ къуэлэн пІащІэ кърилъэфри, нэхъ и гъунэгъуу къыщыт шым и сокум хищІащ. Шэч хэмылъу, ар абы хуэхьэзыру къэкІуат. Ар зэралъагъуу, нэгъуэщІ хъыджэ-бзищ-плІыми ІэлъэщІ пІащІэ къызэкъуахащ. Языныкъуэхэми бэлътоку шы сокум хащІащ. Зыри лъымысу къэнар Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ я ныбжьэгъу Джэршокъуэ Хьэтут, ЩІалэр шым тесщ укІытауэ, зы хъыджэбзи зэрыбгъэдэмыхьэм игъэнэщхъеяуэ. Зэуэ, зыри апхуэдэ пэмыплъауэ, Уэзырмэс и нысащІэр, Шогуэхэ я пхъур, къыхэкІри, Хьэту къыбгъэдыхьащ, данэ бэлътокушхуэ, и нэзхэри, и кІапэхэри хэдыкІауэ и Іэгъуапэм кърилъэфри, шы со-кум хищІащ, «Мыр уэ нэхъ зыхуэфащэ мы пщТантІэм дэткъым»,— жиІэри.

— А сэ сылІэ мыгъуэу сызэгъэжащэрэт,— зэтригъэуащ и Іэгур КІулашэ,— нысащІэм шым бэлътоку хищІащ! Апхуэдэу хабзэ, на-а?

— Азалыхь, мы дунейм сыкъызэрытехъуэрэ сымылъэгъуа, зэ-хэзмыха!—егъэщІагъуэ Хужьпагуи.— А Іей гущэ, сыту мыукІы-тарэ?

  • Иджы щыІэ щІалэгъуалэри? — къеплъащ абы Жанпагуэ.— ПхуэукІытэни уэ ахэр. Благъуэм и жьэм пхужьэдыхьэнщи, зы ла-жьэ ямыІэу къыжьэдэкІыжынщ. «Уи напІэр гъалІи, лІы зэгъэ-гъуэт, утыкур бгъуэтмэ, уи джатэр къих»,— жиІакъэ пасэрейм. ЛІо, утыкур игъуэтащ, дыгъуэпшыхь и нэчыхьыр ятхащ.

  • ДыкъэзыгъэщІа, гурыщхъуэ сыбогъэщІым, Жанпагуэ,— къеплъащ абы Хужьпагуэ, дыхьэшх нэпцІу.

  • Сыт гурыщхъуэ, на-а?

  • Уи пхъур Уэзырмэс зэримышам щхьэкІэ тІэкІу уефыгъуэ си гугъэщ.

  • Къэбгъуэтащ! — ищІащ ІупщІэ Жанпагуэ.— Си пхъур абы дэкІуэну игу къэкІыххакъым. Пэжщ, къепсэлъащ мызэ-мытІэу, ауэ...

  • КъысфІэщІа къыщІэкІынщ,— зызэщІилъэфыжащ Хужьпа-гуэ. Зэуэ зыкъипхъуатэри, и Іэр и блыгущІэм щІэлъу джэгум еплъ фыз хэщІыхьам еджащ:—А сымылъагъун КІулашэ, фэ цІынэр дэнэ щыІэ? Дапщэрэ бжесІэн хуей! Лъэданэ уинаи, Іей!

КІулашэ щІэпхъуэри пщэфІапІэм щІэлъ мэлыфэ цІынэр къи-хьащ. Ар пырхъуэ дэкІуеипІэм деж щиубгъури, щІэупщІа-къы-щІэупщІа имыІэу зэригъэзэхуэжащ. Нысэишэр дэкІуеипІэм къэс-ри къагъэувыІащ, нысащІитІри фэ цІынэм трагъэувэри, бжьэ зэ-рыт фалъэр зыІыгъ щІалэм къажриІащ:

— Нобэ фызыщІыхьэ унэр фыщалъхуам хуэдэу тынш, угъурлы тхьэм фхуищІ. Мыращ иджы фи унэр. Шогуэхэ я хабзэри Бацэжь-хэ я хабзэри мыбдеж къыщонэри, мы фызыщІыхьэ унагъуэм, ЕщІэнокъуэхэ, я лъэпкъым я хабзэр къывощтэ, зыхыволъхьэ, абы фропсэу.

Ди тхьэ!

Нэрыбгэ цІыкІуу мы унагъуэм ихьэхэр, КъыздикІам лъэдакъэ махуэ къранауэ, КъыздэкІуам лъапэ махуэ кърахьауэ, ДжанэкІэхъуу, Щауэ хъурылъхуу, Къалъхур япІу, я щхьэ япІыжу, Я пщэ къралъхьэр ягъэзащІэу, Зы щыщІагъи ямыІэу, Зыми хуэмыныкъуэу, Гуныкъуэгъуи ямыІэу, Шэнтым тесмэ — тхьэрыкъуэу, Заукъуэдиймэ — аслъэным хуэдэу, Аслъэн сокур я щхьэцу, Я гуащэмкІэ жыІэщІэу, Езыхэри мыгурыкъыу, Мыныкъуэкъуалэхэу, ШыфІым хуэдэу нІэрыІуэхэу, ХьэфІым хуэдэу Іу махуэхэу, Джэдым хуэдэу Іущащэу,

Щынэм хуэдэу Іу щабэу, Нобэ зыщІыхьэ унагъуэм, ГурыІуэгъу яхухъу!

Фадэм ІубыгъуитІ хигъэщІри, щІалэм Жанпагуэ дежкІэ зи-гъэзащ:

— ЩІэдзэ къепхъыхым, Жанпагуэ! Бэвыгъэрэ зэІузэпэщрэ ди нысэ цІыкІухэм къадэкІуэну!

Жанпагуэ пырхъуэм къехри, гупым къабгъэдыхьащ, нэхъ гъу-иэгъуу нысащІитІым ябгъэдэкІуатэри, и Іэ ижьым зыгуэр зэри-лъыр пщІэуэ, лъагэу иІэтащ.

— Іэгъузубилахьи мипэ шейтІанирэжим, бисмиллахьи рэхь-манирэхьим, ди тхьэ, Тхьэшхуэ, адыгэм тхуэфІын щІы, фІы къыт-худэгъакІуэ, зэгурыІуэ, зэдэІуэж нэхъ Іей дяку имылъу лъэпкъыр дыздэгъэпсэу,— и ІэмыщІэр зэтрихри, нысащІитІым хур къари-пхъыхащ.— Иджы щІалэгъуалэр фымыбэлэрыгъ! Берычэт къыдэ-кІуэну, ди тхьэ! — фызыр и кІэпхын жыпышхуэм иІэбэри, дыжьын ахъшэ ІэмыщІэ кърихащ, ар мо тІум къарипхъыхри, аргуэру етІ-уанэ ІэмыщІэр къыкІэлъыкІуащ.

Дакъикъэ дэкІа къыщІэкІынтэкъым ахъшэм уэх-бзэхыр къы-щыхуагъэкІуам,— ящыпри, я нэхэр къицІуукІыу къэувыжащ. «Иджы дежьэ хъуну?» — жаІэу щыщІэупщІэм, Хужьпагуэ фо хьэ-кІуэ зэрылъ шейщІэтыр «Іыгъыу къежьащ.

— Тхьэм жимыІэкІэ ар, Шогуэхэрэ Бацэжьхэрэ къраха ды-джыр я Іупэм телъу мы тІур ди къуршыбгъитІым я деж щІэзгъэ-хьэжыну. Мыдэ сэ я Іупэхэм фо ІурысцІэлъынщи, нысащІэхэри нэхъ гу техуэгъуафІэ хъункъэ. Къащтэт мыдэ мы уи Іупэ къэпща цІыкІур, си мэз бжэн шыр... Уи Іупэр-щэ, Бацэжьхэ илъэс пщы-кІуийкІэ бацэм хагъэлъа, си цІэджэгъу? ЗэхомыукІэ уи нэшхъыр. Уи закъуэ данапІэм ухэлъри, бацэ шхыІэн лъабжьэ ущІэлъри — тІури зыщ, си ужьэ шыр.

Темыркъан и щхьэгъусэм и Іупэм Хужьпагуэ и Іэпэр къыІуихы-жатэкъым фо зэрылъ шейщІэтыр ІэщІауду щІалэхэр пщІантІэм щыдэлъэдэжам. ЗэрыфыщІурэ илъыр яшхри, шейщІэтыр традзэ-ри якъутащ.

— Хьэшорэ! — жиІащ махъсымэ фалъэр зыІыгъ щІалэм, ер-жыбыжьыр иузэду щыт лІым и дежкІэ плъэурэ.— Мы ди нысэ цІыкІуитІым ныжэбэ ящІэн ягъуэтынукъыми согузавэ. Ярэби, Хьэ-шорэ, мо уэнжакъыр тебудам дауэ хъуну пІэрэт? Зы жэщ лэжьы-гъэ къикІын хуейщ абы.

— Умышыиэ, Мурид, ди тхьэщыгу ит лъапІэу лъагэм и цІэкІэ сІуэни, тетаи темытаи, къезмыгъэпсыхым напІэзыпІэм.— Фоч кІы-хьыжьыр къипхъуатэри уэнжакъымкІэ ишиящ, быдэу иригъашцэ-ри, пищащ: — Ди тхьэ, хуэшэ, ешалІэ, гуэныхь хэлъмэ, Мурид хуэт.х, псапэу щытмэ, сэ сфІомых! НокІуэ, уэнжакъ цІыкІу!

Фоч уэ макъыр зэхаха къыщІэкІынтэкъым уэнжакъ абрагъуэр къыщежьам. Сабэмрэ гъуэзымрэ къыздрихьэхри, ятІэ уэнжакъыр гупым я пащхьэ къищэщащ. Мурид аргуэру фалъэр лъагэу иІэтри, макъ лъэщкІэ уэрэдыр къы.хидзэри, ежьащ:

— Уо-о, ри-да-дэ, жи, уо-о, дуней, нысэ махуэ идошэри, жи! Жылэм зы ирашэмэ, дэ ныситІ идошэри, уей! Нысэ махуэ зрашэ-ри, ЕщІэнокъуэхэ я унэщ, унагъуэ уардэщ, хабзэжь пІэщхьагъщ. Уо-о, ри-да-дэ, жи, уо-о, дуней, леймыгъэгъу зэшхэщ, шыщхьэмы-гъазэхэщ, банэр я бжыхьщ! Уо-о, ри-да-дэ, жи, уо-о, дуней, нысэу итшэжхэр ІэфракІэ кІэщІщ, мастэ кІэщІрыдэщ, ядар тІэпІыж-къым, пысащІэхэм ящхьэщ, махъсымэщІырейщ, хуру щыІэм я на-бдзэщ, набдзэ зытелъым я нэхъ жумартщ, нарт бын яІэнущ, ди тхьэ, быным я хъер егъэлъагъу!

Унэм зэрыщІэрыгуэхэри, Пэщэхъан и лэгъунэм щІашэжащ, Хужьпагуи и лэгъунэр ирагъэгъуэтыжащ. Зэуэ зэрыгъэкІий къэ-хъуащ:

  • Мыр сыт, на-а, мы къакІуэр?

  • ФытекІуэт, мы шыр къыфтеувэнущ!

  • Е сыхьэт мыгъуэм хуэзэн, шы домбейр щхьэ къыщІэпхуа мыбы?

  • Хьэшорэщ, Іей, дыунэхъуащ, фочыр игъэуэнущ! — щызэхы-бох дэнэкІи

  • Згъэуэнукъым, хьэблэ ма.хуэ хъун! — мэкІий Хьэшори,— Мурид сэрэ дызэчэнджэщыжри, къывгурыІуа, уэнжакъыр тфІэма-щІэ хъуащ, лэгъунитІым я лъэгур абы и гъусэ тщІымэ, нэхъ тэ-мэм хъуну къэтлъытащ. ИтІанэ, тхьэм щхьэкІэ, феплъ, дауэ сэ, къывгурыІуа, а унэм щІэсым и деж сызэрыкІуэжынур мы си шым и сокум нэгъуэщІ мыхъуми зы пэрылъэщІ цІыкІу къыхамыщІауэ, сэ сыиыкъуэефэу. Ауэ, уэлэхьи, сэ сымыІуэхут, а КТахэм къи-кІа хьэщІэри, къывгурыІуа, шым шэсауэ слъэгъуащи, мис ар къыщІыхьэмэ...

  • ПсынщІэу бжэр хуэфщІ, къыщІэвмыгъэхьэ зы псэ! Уэри гъази щІэкІ, Хьэшорэ, Іиман сиІэкъым, укъетлъэфэхынщи уедмыпхмэ, а фи деж щІэсу жыхуэпІэр къакІуэу укъищэху-жыху! — къокІий Жанпагуэ.

  • Фыбэяу! — иІэтащ и Іэр Хьэшорэ, фочыр нэхъ гъунэгъу къищІащ.— Ди щхьэщыгу ит лъапІэу лъагэм и цІэмкІэ сІуэни, къыбгурыІуа, къесыр къисэу, къешхыр къишхэу а уи щхьэр пыз-мыудым. КъыфІэгъэкІыт! Іуфх Шогуэхэ я пхъум и лэгъунэр! Уэ Іух, Жанпагуэ.

Жанпагуэ лэгъунэбжэр Іуихри, Хьэшорэ абы шууэ щІыхьащ, шым щэ-плІэ и пІэм зыщригъэІуэнтІыхьри, ятІэ унэ лъэгур шы лъабжьэмкІэ ивауэ, нысащІэм бгъэдэтхэм яжриІащ:

— Мы си шым и сокум, къывгурыІуа, сигу ирихьын гуэр къыхэвмыщІэмэ, мыбы щІэтым нэху щыху фхурикъун лэжьыгъэ фэстынщ. Зы махъсымэ фалъи зыщывмыгъэгъупщэ... Фадэ пІа-щІэм хуэдэми, къыбгурыІуа, здэнущ. Сэ хэплъыхь сщІыркъым...

Хьэшорэ унэм къыщыщІэкІыжам ЕщІэнокъуэхэ я шыгъуэгум зэпеуэшхуэ щекІуэкІырт: шу тІощІ хъун джэдыкІэ зэдеуэрт. Жэ-рыгъэкІэ укъызэрыжэм хуэдэурэ, фочкІэ джэдыкІэр пкъутэн хуейт. Абыхэм Айтэчи яхэтт. ДжэдыкІэ матэ дахам щыщу иджы-ри къэс джэдыкІитІт якъутэфар. Хьэшорэ и шыр абыкІэ иунэтІащ. Ар щакІуэ бэлыхьт, махуэ щІагъуэ дэкІыртэкъым ар жьэпкъым

е губгъуэм кІуэурэ мыщакІуэу. КІуэхункІи къимыхьІауэ къэ-кІуэжтэкъым.

НтІэ, зы жэщ гуэрым лІы гупышхуэ Мэртазей къуажапщэм щызэхэст, я нэгу зрагъэужьу. Адыгэм и Іэнэр ерыскъы къудей-къым зэрыгъэнщІар, ар зэи щыщІэркъым гушыІэ дахэрэ ауан жанрэ. А пщыхьэщхьэми арат зэхэсыр зэрекІуэкІри, сыт щыгъуи хуэдэу, щакІуэхэм бжьыпэр яІыгът. Токъу Щыхьымджэрий къа-жриІэжащ Тэрч зэпрыкІауэ мэзым щакІуэу здыхэтым, кхъуэпІа-щэм кърихужьэу иукІыну зэрыщытар. Гувэжыкъуэ Ислъам мы-щэ абрагъуэр уІэгъэ ищІу, мо абрагъуэр къэгубжьу сабийм хуэдэу къызэрыхикъухьар, и фоч бэлыхьыр зэфІищІыкІыу пабжьэм зэ-рыхидзэжар. Хьэшорэ а псоми едаІуэщ, жаІэну хъуар жригъэІэ-ри, фо махъсымэм зэкІэригъэпщІа и пащІэм щынэ кІапэр зэриІы-гъа и Іэ ижьыр щихуащ, и ІитІыр иІэтри, гупыр къызэхиплъы-хьащ.

— Уа, Ислъам, зэ увыІэжыт уэ. Дэри, къыбгурыІуа, щакІуэкІэ къыдэджэу дыдэсщ мы жылэм. Пэжкъэ, Щыхьымджэрий? — йоплъ Хьэшорэ и пащхьэм къисым.

  • Іагъу-гъу, уэращ щакІуэр, армыхъуамэ, дэ дыхьэкІэкхъуэ-кІэ гъащтэу аращ, Хьэшорэ,— къыхуогуфІэ Щыхьымджэрии.

  • НтІэ, илъэс зы-тІущ ипэкІэ АфІэунэ ДжэбрэІил тхьэмыщ-кІэм сэрэ, къыбгурыІуа, дыкІуат мо Мэртазэхэрэ Ботэщхэрэ я щІыр щызэпылъым деж тхьэкІумэкІыхьауэ. Мыбдеж щыс ща-кІуэхэм фІыуэ ящІэр тхьэкІумэкІыхьыр щыкуэдыр пщыхьэщхьэ-мрэ, къыбгурыІуа, пщэдджыжьымрэщ. Махуэм мэжейр а гъуамэр. НтІэ, зыдгуэшри, къыбгурыІуа, лъэныкъуэ зырызымкІэ дыунэ-тІащ. Шэджагъуэм дыщызэхуэзэжыну щІыпІэм деж сыкъекІуэ-лІэжмэ, ДжэбрэІилыр, къыбгурыІуа, хьэмбыІуу щысщ. А зыхьы-жа ныбэ уз Іейр, къыбгурыІуа, къеуэлІауэ арат абдеж. Ар сз-сщІа? Си гугъащ, къыбгурыІуа, щІыІэ хыхьауэ. «Уэлэхьэ, Хьэшо-рэ, сэ нобэ къэсщэкІуныр къэсщэкІуам»,— щыжиІэм, тхьэкІумэ-кІыхьитІ къэзукІари, си фочри жыгым фІэздзэщ, къыбгурыІуа, ДжэбрэІил тхьэмыщкІэр си щІыбым къизгъэтІысхьэри, къыбгуры-Іуа, гъуэгужьым нэс къэсхьыжащ, Гъуэгужьым сыкъызэрысу, къы-бгурыІуа, Акъсорэ Щэуал къытхуэзащ телъафэр къилъэфыжу. Абыи фІыуэ сыхуэхъущІэщ, къыбгурыІуа, телъафэр гъэ псом губ-гъуэм ибгъэлъащ, жысІэри, ДжэбрэІил тхьэмыщкІэр абы къытез-гъэгъуалъхьэри, сэ згъэзэжащ. МафІэ сщІащ, къыбгурыІуа, сы-шхащ, фадэ пІащІэ тІэкІуи иэсхьати, къыбгурыІуа, ари исфащ, пшапэр щызэхэуэм деж зэ зысхущыхьыжынщ, жысІэри, мафІэм и гъунэгъуу сыгъуэлъащ, къыбгурыІуа. Бжьыхьэпэти, къыбгуры-Іуа, шэджагъуэнэужьым мафІэр псэм егуэпылІэт.

  • НтІэ, си напІэр зэтеслъхьа си гугъакъым, къыбгурыІуа, зьв къаруушхуэ гуэрым сызэщІиубыдэу, моуэ-щэ, сызэщІикъузэу щы-щІидзам. Си нэр къызэтесхын сошынэр, къыбгурыІуа, си напэ ды-дэм деж щызэхызохыр шынагъуэу, мыувыІэжу «ц-с-с-с» макъ. Ап-хуэдэурэ зы дакъикъэ, дакъикъитІкІэ сыхэлъа, «А зэпытрэ зэкІэсу укІуэ, лІэм зыгъэлІэн ешх»,— жысІэри, къыбгурыІуа, си нэр ма-щІэу, пхъэ зэгуэгъэзам къыдэплъ хуэдэ, къызэтесхащ. Къызэтез­мыхам нэхъыфІти, къыбгурыІуа, а къэслъэгъуам нэхърэ. Куэпкъ хуэдиз и гъумагъыну, къыбгурыІуа, блэ ин гуэрым зыкъызишы-хьэкІри, си щхьэм деж къыщыщІидзэу сишхыну зигъэхьэзыру арат. ЗанщІэу сыкъэшынащ, къыбгурыІуа. Сыкъэшынэри, сыкъэ-кІэзызащ. ИтІанэ сыкъэгужьеящ, къыбгурыІуа. Япэ дакъикъэм сигу къэкІари, сызэхъуэпсари, къыбгурыІуа, ДжэбрэІил тхьэмыщ-кІэращ. Сэ сщІэ мыгъуэрэт абы щыгъуэ ар зыгъэлІэн уз, къыбгу-рыІуа, къеуэлІауэ. Ауэ жысІэрт: «Сэ щхьэ къызэмыуэлІарэт а ны-бэ узыр, иджы телъафэм сытелъу къуажэм сынэсыжат».

«Ц-с-с-с» макъыр си нэкІум, къыбгурыІуа, нэхъ гъунэгъу къы-хуэхъурт. Сэ аргуэру си нэр къэзгъэплъащ. Блэжьым и нитІыр зэм хъуаскІэу къэцІурт, къыбгурыІуа, зэми щхъуафэ хъужырти, ужьыхыжырт. И шэрэзыр, къыбгурыІуа, (ар ауэ сытми шэрэз кІыхьт!) хурхур.ху, хурхурху жиІэу къыжьэдиупцІыкІырт. СызыІу-ригъэлъэдат, насып симыІамэ. Насып сиІэти, си Іэ ижьыр, къыбгу-рыІуа, зэщІимыубыдэу къэнат. Сэ сыпхъуэри блэм и пщэр фІэзу-быдыкІащ. Мис абдеж, къыбгурыІуа, узэрызехьэнумэ, къеблагъэ. СажнитІ хъункІэ мафІэм дыкъыІуокІэрэхъукІ, къыбгурыІуа, итІа-нэ дыІуокІэрэхъуэж. Сэ ар мафІэм пэжыжьэ сщІыну сыхэтщ, къы-бгурыІуа. Сыту жыпІэмэ. фэри фощІэ, блэр нэхъ хуэбэху, къыбгу--рыІуа, нэхъ бланэ мэхъу, упэлъэщынукъым.

Сытми, апхуэдэурэ сыхьэт ныкъуэм нэблагъэкІэ дызэрызехьа-уэ, къыбгурыІуа, сщІэуэ мо цІанлъэжьыр къыстекІуэ хъуащ. Си Іэблэр къызэфІэщІэ къыщысфІэщІым, сэ блэм аргуэру сеплъащ. Абы и щхьэр. къыбгурыІуа, си натІэ дыдэм деж къэсат. «Ау-у-уей, -уи насып къыстекІуащ, блэжь»,— жысІэри, сэ абы и пщэр сыутІы-пщащ.

  • Дауэ-тІэ абы псэууэ укъызэрелар? — къызэфІэуващ Щы-хьымджэрий.

  • Уи гъащІэм хьэл мыхъумыщІэу пхэлъщ хъыбарым ущы-зыІэпишэм деж щыщыбгъэту,— хъущІэу щІидзащ Ислъамн.— ЖыІэ адэкІэ.

  • НтІэ си нэхэр къыщызгъэплъэжам, къыбгурыІуа. си фызым и Іэблэр си пщэм къыщІэлът, бэуапІэ къызимыту сикъузу, къыб-гурыІуа...

Мис абдежым удыхьэшхыпумэ, къеблагъэ. Шы табын щыщу фІэкІа пщІэнтэкъым...

Мис иджыпстуи Хьэшорэ шу зэпеуэхэм зэрахэлъадэу, зы къэ-кІиящ:

— Хьэшорэ, ныжэбэ уи жей ирнмыкъуамэ, кхъыІэ, мы зэпеуэм укъыхэмыхьэ, джэдыкІэм утежеихьынщи, благъуэ къришауэ жы-пІэнкІэ хъунщ.

— Уи адэ Мэздэгу щыгъуэщам и псэщ ар! — зыкъритІащ Хьэ-шори.— Деплъынщ, Абыдэ и къуэ, хэт а джэдыкІэм тежеихьми, хэт икъутэми. Уи пэм тес бадзэр тепхужыфу зегъасэ, уи ауаныр къэгъани.

Хьэшорэ и фочыр зыпщІэхихри, Іэ лъэныкъуэкІэ иубыдащ, ар лъагэу Іэтауэ и шым и жьэр иутІыпщрн, удзыпцІэм щаубгъуа щэкІ плъыжь кІапэм телъ джэдыкІэм хуэжэу щІэпхъуащ. Нэща­цэм нэсыным лъэбакъуэ зытхух иІэу абы и фочыр зэуэ ирихьэхри, кІакхъур щІичащ. Хьэшорэ илъэгъуакъым и шэр зытехуар, ауэ къыжьэдикъуэу къиІуэнтІэжа нэужь шу гуп къигъэнам я зэрыгъэ-кІий макъымкІэ къищІащ джэдыкІэр зэрикъутар. Нэщанэр здэ-щылъам деж къыщысыжым, абы и гур зэгъауэ и фочыр зыпщІэ-хилъхьэжащ. ДжэдыкІэр икъута дэнэ къэна, щэкІым щыщу Іэпэм епшыхьэкІыи илъагъужакъым — цІыкІу-цІыкІуу зэпкъриудат...

Ичынды мыхъупэу Жанпагуэрэ Хужьпагуэрэ Мурид къалъы-хъуащ.

  • НысащІитІыр тхуэшхэркъым, тхуефэркъым. я нэпсыр шы-шышкІэ къыщІэжу магъри щытхэщ, «Ди гуащэр къэвмышэжыну-мэ, дилІхэр къыщІэмыхьэж щІыкІэ дыфшэж»,— жаІэ,— зыкІэлъа-гъэпІащІэ фызитІым.— Гуащэни кІуэжри и нысэгъум бгъэдэтІыс-хьэжауэ щысщ, егъэщІагъуэри.

  • Пэж дыдэу Гуащэнэ хьэщІэ иІэщ,— хэплъащ Мурид.— ИІэ-тІэ, зывгъэхьэзыр, шхыныгъуэу дызыхуейр къызэвгъэпэщ, сэ зы гъэлъэхъу нэхъ иныІуэ къэзубыдынщ. Фадэ зыщывмыгъэ-гъупшэ.

  • Фадэр Іуэху? — къеплъащ щІалэм Хужьпагуэ.— Дыщэ сом е дыжьын сом тІощІ умыхьу къуитыжын уи гугъэ ар Гуащэнэ? Дыщэ сомищ къыбжимыІащэрэт а къузгъуным.

  • Дыщэ сомищ, уэлэхьэ, абы имылъагъунт сэ къызбгъэдэ-кІыу,— пыгуфІыкІащ Мурид.— ЛъагъупщІэ, къэшэжыпщІэми ды-щэ сом зрегъэзэгъ. ИІэ, жэщ мэхъу. Пшынауэ, хъыджэбз, щІалэ жыфІэ...

ЗдэкІуам, Гуащэнэ, Іэли-уди, зытригъэхьэркъым: слъэгъуа-къым, сщІэркъым, ди куэбжэ къыІуихакъым. Унэм ефэ-ешхэшхуэ щІэсщ, я макъыр зэхыбох. Мурид, гъэлъэхъур и пщэм дэсу, ды-хьэну хуожьэ, арщхьэкІэ Гуащэнэ игъакІуэркъым. Иджыри куэд-рэ зэрызе.хьэну къыщІэкІынт, ауэ и лІыр хьэгъуэлІыгъуэм къыдэ-кІыжауэ гъуэгум къыщызэпрыкІыжым Гуащэнэ къилъагъури:

  • А дыдыдыжь мыгъуэ, псэхэхыр къокІуэж! — жиІэри, дэлъэ-дэжащ.

  • Мыхэр сыту хьэщІэ гуапэ, мыхэр сыту хьэщІэ лъапІэ! — къабгъэдыхьащ Абдулыхь щытхэм.— Мыр слІожь, фрагъэбла-гъэркъэ? Фэ фхуэдэ хьэщІэ къалъыхъуэ, Мурид.

  • Азалыхь... — къригъэжьат Жанпагуэ. зэрыдамыгъэхьэр жри-Іэну, ауэ абы и псалъэр Мурид ІэщІихащ:

  • Щхьэ драмыгъэблагъэу. Уэлэхьэ, сыхьэт хъуауэ Гуащэнэ дыдилъэфэну къыдолъэІум, ауэ уэ укъэкІуэжу тлъэгъуати, ды-къызэтеувыІэжащ. ПыІэ зыщхьэрыгъыр пщІантІэм дэмысу къед-гъэкІуакъым, Абдулыхь.

— ФынакІуэ-тІэ, сэ сымис.

Дыхьахэщ. Мурид Іуэм и бжэр Іуихри, гъэлъэхъур абы ирн-утІыпшхьащ. Пшынауэм къафэр укъуэдияуэ иригъажьэри, Іэгу -еуэхэу унэмкІэ яунэтІащ.

— Мурид,— къигъэувыІащ Абдулыхь щІалэр,— ярэби, фыщы-мыуэу пІэрэ фэ? Мыбы...

  • Дыщыуэркъым, Абдулыхь,—пыгуфІыкІащ Мурид,— дэ ды-зыхуейр мыбы щІэсщ.

  • Хэт, унэжын, фэ фыхуейуэ абы щІэсыр? А мыбдеж фыди-мыгъэхьэу фыщызыІыгъа шыгъащтэрауэ щытмэ, Іиман фиІэмэ нэхъ жыжьэІуэу Іуфш.

  • Ари къыщытшэжын дихуэнщ. Иджы Іэминат къыщІэп-хъуэжри фи деж къэкІуащи, ар дымышэжауэ ныситІыр щІэсын ядэркъым. ДыкІуэжынущ жаІэри, Іэжьэкъур ирач.

  • А-а-а,— ищІащ и щхьэр Абдулыхь,— гъэщІэгъуэн жыпІаи. НакІуэ псынщІэу, мы фызыжьым зыгуэр зэхимыгъэзэрыхь щІыкІэ.

Іэминат гуэрым фІигъэнащи, кІуэжын идэркъым. Дунейм къы-зэрамыгъэгугъа теткъым: «Уи нысэ цІыкІуитІым щІым утрамы-гъэувэу узэрахьэнути, уи жыІэ тІу ящІынутэкъыми, пщыхьэщхьэ къэс уи шхыІэныр къыпщІаупщІэурэ уагъэгъуэлъыжынути, пщэд-джыжь къэс дарий пІэ щабэм ІэплІэкІэ укъыхахынути, шхыным я нэхъ ІэфІыр уагъэшхынути, щыгъыным я нэхъ дахэр пщагъа-гъынути, жэм къыуагъэшынутэкъыми, псы къуагъэхьынутэкъы-ми...» УкІуэдыж ар къызэрамыгъэгугъар. Ауэ, неІэмал, къахуте-гъэхьэркъым. ШэжыпщІэу къыхуахьахэр къыхурабжэкІащ, итІани Іэминат и щхьэр къиІэту къэкІуахэм къеплъыркъым. Ныса-щІэм хуэдэу плІанэпэм дэтщ, щхьэ къыдэхьей имыІэу. Ныуэ щІэ-пхъуэж псалъэр зымыщІэу ирихьэлІам и фІэщ хъупэнут гуащэм и жагъуэ къащІауэ. А хабзэр щыІэтэкъым Къэбэрдейми, КІахэми. Хьэжрэтми къуажитІ-щым ущрихьэлІэу арат. Джылахъстэнейрат ныуэ щІэпхъуэж хабзэр щытепщэр. Языныкъуэ гуащэхэм ар ап-хуэдизкІэ дахэу, фІэщ хъуныгъэ хэлъу ящІырти, нысашэми, ща-уэишыжми нэхърэ нэхъ дахэ щыхъу щыІэт.

  • Уэлэхьэ, Абдулыхь, уэ уи псалъэ къыхомылъхьауэ мыхъу-ну мы Іуэхум,— зыхуигъэзащ унэр зейм Мурид.

  • Тхьэ дыгъыІэ, Мурид, хуабжьу зэфІэнам мы уи Іуэхур,— адэ жыжьэу къыщригъэжьащ Абдулыхь.— Уэ Іэминат умыцІыхуу щыткъым, бегъымбар шыпхъу хуэдэщ, мыхъун и жьэм къыжьэдэ-кІауэ зэхэзыха мы дунейм теткъым. Уэ зэхэпха?.. Упсэу, дяпэкІи зэхэпхынукъым. Апхуэдэу щыщыткІэ, сыт Шогуэхэ япхъури, Ба-нэжьхэ япхъури мо тхьэмыщкІэм къыщІыхуэпсэлъэнур? И-й, зо?

— Уэ зы псалъэ жепІамэ...

  • Шырэ (арат Іэминат и пщыкъуэм зэреджэр) пщІэншэу пса-лъэркъым,— къиІэтащ Іэминат и щхьэр.

  • Уа, Абдулыхь, дыгъуасэ Долэтбий ущІедэуа шыр уигу ирихьрэ? — къызэрыгъуэтыжащ Мурид и гур.

  • Хэт Долэтбийр? — имыщІафэ зытрегъауэ бысымым.

  • Мос Долэтбий, зиунагъуэрэ.

«— А-а, сыт ирихькІэ, еплъи хэкІыж. — Сыт хуэдиз уасэу хуигъэувыр?

  • Хьэцу ищІа уанэр телъу дыщэ плъыжь сом, жи. Мурид и жыпым иІэбэри дыщэ сомыр кърихащ.

  • Мэ, Абдулыхь, мыр уи шыуанэзэтелъщ.

  • Умыджэгу, Мурид!

  • Сыджэгукъым.

  • Илъхьэж уи ахъшэр.

  • Ар ууейщ. Сэ ста къеІысхыжкъым.

— Илъхьэж, зо! — зригъэІэтащ Абдулыхь и макъым.

  • ЛІо, Іэминат дыщэ сом и мыуасэу ара?

  • Іэминат и гугъу умыщІ!

  • Шырэ,— къежьащ Іэминат,— нысащІэхэри апхуэдизу щы-лъаІуэкІэ, Іичрам къахьыжауэ къыщІэкІынщ.

Гуащэнэ Абдулыхь и щІыбагъым къыдэтти, хуэмурэ къежьэ-ри, дыщэ сомыр езым и дежкІэ игъэкІуэтэну и Іэр трипІащ.

— Іух мы уи Іэ фІейр!—щІэкІиящ абы лІыр.— ПызупщІыни ІэфракІэм нэсу... Уэлэхьэ, сымыщІэ, Мурид... Езы ДахэІущ (арат Абдулыхьи и нысэм зэреджэр) апхуэдэу нэхъ къыщищтэкІэ, хъунщ, нрекІуэж.

Пшапэр щызэхэуэм Іэминат унэм къыщІашыжащ.

— Хужьпагуэ, сымылъагъун,— жиІащ Жанпагуэ,— щІэпхъуи ныеащІитІри зы лэгъунэм щІэшэ. Іэминат тедгъэхьэнщи зэфІэд-гъэкІынщ.

— Ана-а, хуэмыхьэзырмэ-щэ?

  • Хэт хуэмыхьэзырыр?

  • Іэминат, Іей.

— Жэ уэ, сэ сощІэ хуэхьэзыррэ хуэмыхьэзыррэ. Хужьпагуэ япэ ищащ. Мурид ислъэмей ищІу, пщІантІэм щІа-

.лэгъуалэу дэтыр къызэхуэжэсарэ Іэгу еуэу, зэрыгъэкІийхэу гуа-щэр пщІантІэм дашэжащ. Пырхъуэ дэкІуеипІэм ньтзэрысыжу, Му-рид къыхидзащ:

— Уо-о, ри-да-дэ, жи,уо-о, дуней, гуащэ махуэр къыдошэжри! Угъурлы нэкІуу, нысащІэ зекІуэкІэу, Іэпхъуамбэ щабэу, гу хуабэ зэпыту, нысэкІэ гумыгъуэу, гъунэгъукІэ Іу ма.хуэу, махуэр хуримы-къуу, и къуэхэр жыІэщІэу, щІэм и телъхьэу, жьым пщІэ хуищІу, тцІэм лъакъуэ ядишхыу, шхэн щхьэкІэ мыдауэу, идар мытІэпІу, тІэпІар идыжу, къэзыжыхьыр и нысэу, и нысэхэр къыхуэбзэІэ-<рІу, къыхуэІущабэу, къазьщым и щабэр и щхьэнтэу, щхьэнтэ те-.лъынкІэ мыерыщу илъэсищэкІэ тхьэм тхуигъэпсэу!

Іэминат нысащІитІыр зыщІэт пэшым щІашэри я пащхьэ ира-гъэуващ. Гуащэм и ныситІыр къызэпиплъыхыц, нэкІэ зригъапщэ-ри, и фІэщ хъуащ и къуитІыр Іуэхум зэремыпсынщІэкІар: бзы-лъхугъитІри дахэт, зэкІужт, езым хуэдэу лъагэт, бгы псыгъуэт, бгъэ задэт. «ЦІыкІур лъэпкъ гъэкІуэдщ»,— и тхьэмадэм жиІэу куэдрэ зэхихат Іэминат. Ар хуэмурэ и ныситІым ябгъэдыхьэри, чэ-зууэ я щхьэтепхъуэр трихыурэ еплъащ, «ялыхь, угъурлыуэ ди уна-гъуэ фыкъихьауэ къыщІэгъэкІ»,— жиІэри и кІэпхын щІагъымкІэ тиІэІэбэри, и жыпым дыщэ ІэлъынитІ кърихащ, ахэр и ныситІым яІэпилъхьэри, мащІэу пыгуфІыкІыу, жиІащ:

— ЕмыкІу сыкъэвмыщІ, си хъыджэбз цІыкІухэ, мы джаурхэм уи ныситІыр къыпхуопсалъэ, сыдэфхуну, шхын щхьэкІэ сывгъэлІэ-ну къызжаІэри щтапІэ сыкІуэжат. ДяпэкІэ апхуэдэ сщІэжынкъым, фэри фышынагъуэу фэ фтеткъыми, ари алыхьым и шыкурщ... ИІэ-тІэ, Мурид, щхьэ ущыт, дэнэ щыІэ фадэр, ерыскъыр? Дегъафэ, зи узыр схьын, щхьэусыгъуэ диІэщ...

Жэщыр ибг иуауэ Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ къашэжащ. ЩІа-лэгъуалэр хъийм икІат: цІыху щэ ныкъуэм щІигъунт щауэ гъусэу яІэр. Джэгур убгъуат, хуэмурэ къызэрыкІуэм хуэдэурэ къафэ-хэт, иужь итхэм уэрэдыр яукъуэдият. Гупыр хьэщІэщ бжэІупэм нэсри, зэуэ зэтебэяуащ. Щауэшэжым я нэхъыжьыну зи пщэ далъ-хьа щТалэм и ІитІри иІэтри, утыкум къиуващ.

— Мис иджыщ Іуэхум и щхьэр щыдгъэбыдэжынур,— жиІащ абы.— Ди щауэ махуитІыр нэхъыжьхэм я деж щІэшэжауэ еты-жын хуейщ. Ар сэ пщырылъ яхузощІ Кургъуокъуэрэ Жан.хъуэтрэ. Фымышынэ ди щауитІыр, удын къывадзми зыхуэвгъэшэч, къыв-жаІэІами фи гум тевгъахуэ. Фи деж щаублэркъым, фи дежи ща-ухынукъым, флъагъуну, зэхэфхыну псори хабзэщ. ФыкІуэ, зэры-жысІауэ, фымышынэ, дэ мыбдеж дыщытщ.

Кургъуокъуэрэ Жанхъуэтрэ, хьэщІэщым щІэсхэм хъыбар ира-гъэщІа нэужь, щауитІыр щІашэри нэхъыжьхэм я пащхьэ иуващ. Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ жыхафэм тетхэщ, я пыІэхэр лъахъшэу къащхьэрыкъуауэ, унэ лъэгум еплъу.

  • Мы тІур хамэ щІыпІэ къикІауэ къытхуэзати, къыдэтшащ ди хьэгъуэлІыгъуэм фыкъытхухэплъэ, жытІэри. ЕмыкІу тщІами къытхуэвгъэгъу, ауэ бысымыншэу уэрам нэщІым къытхутена-къым,— жиІащ Кургъуокъуэ, нэхъыжьым зыхуигъазэри.

  • Тхьэм фигъэузыншэ,— къэтэджащ Абдул-Хьэмид,— аракъэ хабзэр. Ауэ, уэлэхьэ, сэ сцІыху хуэдэм мы ди хьэщІэхэр. Абду-лыхь,— зыхуигъэзащ абы къыбгъэдэсым,— мыхэр а дызылъыхъуа-хэра жызоІэ... Тэмэм, уэлэхьэ, ахэракІэ. Къафщтэ мыдэ бжьэ.

Уей ди шынэхъыщІэхэу — ЛІэщІыгъуэр зей, Бажэ фещэм — Щыхь къэвукІыу, ХъыкІэ фещэм — Дыщэ къихъуэу, Фи ныбжьымрэ Фи бжьыгъуэмрэ кІыхь ухъу! Мыр лъэпкъ лъэужьым къыдежьа

лъэгъущ,

Фи жьы хъугъуэм дамэгъу дэгызэщ, Фи нузирым хъерыр хуэІэгъуэщ, Фи ныбжьэгъухэр фи щтапІэ гъусэщ, Дунейм и фІыгъуэр гуфІэгъуэ жэнэтщ, Пэрыт Іэдэмым и мылъку пэІущІэщ, ЩІапІэхэм я дыгъэ-мазэщ, Хабзэхэм я гухэхъуэшхуэщ, ФІыгъуэшхуэр лъэпкъым къыщихъуэкІэ, Хъуэхъушхуэхэр къызэхуашэс. Жумарт нэсым къывита псэуэгъущ, Псэ Іыхьэ лъапІэщ, ХъуэхъупІэ махуэщ,

Махуищэ я уасэщ,

Псэхэр мэгуфІэ,

БлагъэфІхэр мэпэкІу,

ЛІыжь къэкІуахэр фэ къыводжэ,

КъыфкІэлъыджэм фагъуэтыркъым,

Фыщыхэтыр къытхуэщІэркъым,

КъыдэфщІари догъэгъу,

Ди фадэбжьэр мэсыс,

Фи нэмысым дыпоплъэ,

ДыфІуплъэну дыножьэ,

Ди фадэбжьэр фубыд!

Фи адэм и щІапІэр вгъэдахэ,

Фи анэм дахэу фепсалъэ,

Фи лъабжьэм дохъуэхъу,

Тхьэм и хъерым долъэІу,

КъыволъэІу, гупым фыкъыхыхьэ,

Факъыхэмыхьэм —

Гъуэгу темыхьэр бэнакІуэщ.

ДариипІэм фыщыжей, ауэ

ХьэуазэпІэм фыкъыщыхэкІакІэ

«Дожей» жыфІэу фыхэмыжае!

—Мэ, Кургъуокъуэ,— пищащ Абдул-Хьэмид,— ет мыр Уэзыр-мэс, иреплъ мыр зищІысым. Дэ дыщимыгъалІэкІэ, ари игъэлІэн-къым.

Кургъуокъуэ ІитІкІэ фалъэр къыІихри, щІыбагъкІэ къикІуэты-жащ, мащІэу Уэзырмэс дежкІэ зигъазэри, бжьэр хуишиящ. Уэзыр-мэсрэ Темыркъанрэ зэтІэулъхуэныкъуэрэ пэт, Уэзырмэс ягъэнэ-хъыжьт. Ар нэхъ лъагэт, къарууфІэт, гупсэхут, Іуэхум емыгупсы-сауэ и ужь пхуихьэнутэкъым. Къыпачауэ и адэшхуэ Къубатийт. Темыркъан «жьым тесу псым епыджт», зы щІыпІэм и деж да-къикънпщІ пхущысынутэкъым, и Іэпкълъэпкъыр къезауэрт. Уэ-зырмэс нэмыщІам куэд щІауэ и щхьэр хилъхьэну къыщІэкІынт зэхэлъадэ-зэрыфыщІхэм, ауэ и къуэш нэхъыжьым ар Іэдакъэ-жьэхъукІэ иІыгът. ЗэшитІыр зэгъусэу гъуэгу тету шу гъуэгуры-кІуэ гуэр къахуэзэрэ сэлам къарихамэ, ар зэрыблэкІыу Темыр-къан абы хуеплъэкІыжынти, и къуэшым жриІэнт: «Плъэгъуакъэ, Мэс, абы и нэщхъыр? Сэ тхьэр согъэпцІ, абы фІы игу къытхуилъ-мэ. Уэ накІуэ, сэ сыкІэлъыжэнщи жезгъэІэнщ абы игу илъыр». «Бэяу иджы,— идэртэкъым Уэзырмэс,— цІыхуу мы дунейм тетыр уи бийуэ, уи псэм лъыхъуэу щхьэ къыпщыхъурэ уэ?» ТэлайкІэ кІуэнт Темыркъан мыпсэлъэжу...

Уэзырмэс бжьэм и Іупэр хищІэри, Темыркъан фалъэр хуи-шиящ. Абыи и шынэхъыжьым зэрищІам хуэдэу ищІри, фалъэр Кургъуокъуэ щритыжым и тхьэкІумэр игъэвууэ и плІэм ІэштІым-кІэ зыгуэр къыдэуащ. «Хэт и хамэ мыбы къыщІыхьар? Феуэ!» — кІиящ Мурид. Лъэныкъуэ псомкІи къыдэукІыу щІадзащ. Зэкъуэ-шитІым я щхьэр нэхъри ирагухри, хьэщІэщым къыщІэжыжащ, пщІантІэми къыщызэтемыувыІэу, уэрамым дэлъэдащ.

Зы тхьэмахуэ дэкІри, псы зыщІэужам хуэдэу, ЕщІэнокъуэхэ я пщІантІэр щым хъужащ. ЦІыхум имылъэгъуам хуэдэу гъатхэ пасэ дахэ къэкІуати, Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ я пщІантІэм и за-къуэтэкъым щым хъуар. Мэртазей цІыхухъу дэсыжу пщІэнтэ-къым — псори губгъуэм иужьгъат. ЗэкъуэшитІыр жэщкІэри упэм къэкІуэжыххэртэкъым: кІыфІ хъуху вэрт, гъуейм деж щІымахуэм былымыр гъэ щытрагъэкІыу щаІэ уэтэрым нэху къыщекІырти. нэ-хулъэ къызэрищІу лэжьыгъэм щІадзэжырт. Шэджагъуэ къэс Пэ-щэхъанрэ Хужьпагуэрэ гъуэмылэ къахьурэ уэтэрым къакІуэрт, сыхьэт хуэдэ ялІхэм ябгъэдэст, ягъашхэрти, шэджагъуэнэужьым къуажэм ехыжырт. Шэч хэмылъу, нысащІитІым я щхьэгъусэхэр жэщ къэс унэм къагъэкІуэжынут, ауэ, неІэмал, зы адыгэ щыІэу къыщІэкІынтэкъым мыпхуэдэ гъатхэ махуэ дахэ, махуэ уэфІ кІэху къыщищІым щегъэжьауэ ахъшэм кІыфІ хъуху къимыгъэсэбэпу ичындым къуажэм пхуэкІуэжу пхудэсыну.

Зы махуэ гуэрым, нысащІитІыр уэтэрым текІыжа къудейуэ, шыбжь зэфІэщІыкІа иІыгъыу Кургъуокъуэ къэкІуащ.

— Уэлэхьэ, щІалэхэ, щІэщхъу бзаджэ къысщыщІам,— ирелъэ-щІэкІ абы пщІэнтІэпсыр.—Хьэрэм хъунитІыр ипкІ-илъурэ зэфІа-щІыкІащ шыбжь хъарзыпэр. Осетин си ныбжьэгъум схуищІат мыр, гуфІапІэ срагъэхуакъым.

Уэзырмэс шыбжь зэфІэщІыкІар къыІихри, зэпиплъыхьащ.

— Зылъагъур къехъуапсэрт,— пищащ Кургъуокъуэ.— Дунейр къутэжыху псэун си гугъащ, апхуэдизкІэ быдэти.

  • Псэунутэкъым-тІэ, Кургъуокъуэ,— къеплъащ абы Уэзырмэс.

  • Сыт щхьэкІэ?

  • ІэщІагъэ иІэми щхьэ фІэткъым а уи ныбжьэгъум.

  • Ар сыту?

— Бжей шыбжь ящІрэ, зиунагъуэрэ? Бжейр пхъэ пхъашэщ. зэполъэт. Шыбжь ящІыр пхъэ лъэкІыхыц: жыгей, кІарц хуэдэхэр. Темыркъан, кІуэи мо щІэщІым щІэслъхьа кІарцхэм щыщ къыс-хуэхьыт, мы ди нэхъыжьым и шы гъэшхагъитІым яхуэмыкъутэну зы шыбжь хуэтщІынщ.

Сыхьэт дэмыкІыу Уэзырмэс шыбжьыр щІын иухащ. Кургъуо-къуэрэ Темыркъанрэ шы къарэ натІэхум бгъэдэтт, зэпаплъы.хьу.

  • Шхэркъым,— мэгузавэ Темыркъан.— МахуитІ мэхъури мэкъу ІэмыщІэ ишхакъым. Щытщ мис мыпхуэдэу къепэзэзэхыу. ЗэфІэту зимыгъэлІэжыным, тхьэр игъэпцІ зыщІэм, е Іус, е мэкъу щІыхэмыІэбэр.

  • Сымаджэ къыщІэкІынщ,— теІэбащ Кургъуокъуэ шым и пэ-бгым:—Д-р-р, Іущыцэ... Плъагъуркъэ мыбы и нитІым нэщхъея-гъуэ щІэплъагъуэр. Е, хьэмыкІэ цІыкІу, сыт, тІасэ, къоузыр? Уи жьэр зэтехыт, тІасэ... Зи бзэ мыпсалъэ нэхъ тхьэмыщкІэ сыт щы-Іэн,— жиІэурэ шы къарэм и пэщхъыныр Іэ сэмэгумкІэ иубыдащ, Іэ ижьымкІэ, хуэІэзэу, и жьэпкъ щІагъыр зыІэригъэхьэри, екъури шым и жьэр зэтрихащ, абы жьэдэплъэри, шыр иутІыпщыжащ.

— ФІыншэ щІилъхьащ. КІуэ, дыд къысхуэхь, сэ фхуэзгъэхъу-жынщ мы фи шыр. Е нашэ мо жьэгум деж, мафІи дыхуеинущ.

Дыдыр быдэу илъэщІри, Кургъуокъуэ ар мафІэ бзийм тІэу-щэ зэприхащ, къызэприхыжащ, итІанэ шым и жьэр зэтрихри, жьэ кІуэцІым щІыпІищкІэ щыхиІуащ. Шы къарэм и щхьэр яІэщІихы-ну тІэу-щэ еІащ, ауэ лІы бланитІыр абы хуэхьэзырт, дауэрэ зимы-щТами, яутІыпщакъым.

  • Ари аращ,— жиІащ Кургъуокъуэ, дыдыр Темыркъан ириты-журэ,— шэджагъуэ нэужьым фхуэмыгъэувыІэжу шхэуэ щІи-дзэнщ... И дзэм нэхърэ нэхъ лъагэу бэгат, унэжын, сыткІэ шхэнт?— Гу пкІэлъейм зыкІэригъащІэри, ину щэтащ.— Дыгъуэ-пшыхь Мэртазэ и къуэжьым дызэхуишэсат. СфІэгъэщІэгъуэнащ узэрыщымыІар,— хуеплъэкІащ ар Уэзырмэс.

  • Зыри зэхэсхакъым. Сыт игъэхъыбарыр Елбэздыкъуэ?

— Пщы уэлийм деж щыІауэ жеІэр. Къэбэрдейм загъэхьэзыр, жи, щэкІышэ кІуэну. — Дэнэ здэкІуэнур? — Кърым хъаным деж.

— Кърым хъаным щэкІ къахуигъэтІылъауэ щылъ?.. Мэшыр халъхьам нэхъыфІт зекІуэ мыхъумыщІэр къагъанэу. ХэкІуэдэнур нэхъыбэщ фейдэуэ уиІэнум нэхърэ. Ди адэжьхэри Баку жыхуа-Іэм нэс кІуауэ щытауэ жаІэж, ауэ мащІэ хэкІуэдауэ яІуэтэжрэ.

  • Баку щыкІуам къахьар куэдрэ ярикъуащ я укІытапІэр щІахъумэну,— мыарэзыуэ къеплъащ абы Кургъуокъуэ.

  • ЩІалэфІ мащІэм я щхьэ халъхьакъым абыи...

— Хэт хъуну мы шу къакІуэр? — плъащ Инэрыкъуей гъуэгу-жьым къыдидзыхауэ уэтэрым къыхуэкІуэ шум и дежкІэ лІы-жьыр.— ХъыбарыфІ къыфхуихьу тхьэм къыщІигъэкІ, хэту щытми ди къуажэкъым.

Шыбжьыр къищтэжри Кургъуокъуэ ежьэжащ. ЗэкъуэшитІыр сыт хуэдизрэ емылъэІуами, зиІэжьэн къахуидакъым, «Іуэху иІэу фи деж къакІуэм и жьэм ужьэдэплъыхьу ущІыщытыи щыІэ-къым»,— жиІэри, и пщыІэмкІэ иунэтІыжащ. Хабзэт вакІуэ дэкІы-гъуэ къызэрысу унагъуэ къэс е зэкъуэшхэм зэхэту зы пщыІэ ящІу. ПщыІэм и инагъыр елъытат цІыху бжыгъэ абы щыжеинум: зы унагъуэм еймэ — нэрыбгищ-плІы, зэкъуэшхэр зэгуэту ящІамэ — нэрыбгий-пщІы щІэхуэну ящІырт. ПщыІэ къэскІэ чым къыхэщІы-кІауэ псыунэ, мэкъукІэ бгъэжауэ, имыІэнкІэ Іэмал иІэтэкъым. ПщыІэри псыунэри илъэсищ-плІыкІэ щыщагъэт щыІэт, гъэ къэс щІэрыщІэу ябгъэжу, ауэ нэхъыбэм, гъавэ късхьэлІэжын зэраухыу ахэр зэпкърахыжырти, пхъэгъэсыну къашэжырт.

Шур къэсри, ІэкІуэлъакІуэу шым къепсыхащ, шы брул дэгъуэр пхъэлъантхъуэм иришалІэри, шхуэмылакІэр абы фІидзащ. Зэкъуэ-шитІым мащІэу пыгуфІыкІыу къабгъэдыхьэри, лъэбакъуитІ-щы-кІэ къэмысу, щэныфІэу къэувыІащ.

— Бов апщий! — къитащ абы сэлам.

— Тхьэм уигъэпсэу! — жэуап иратыжри, зэкъуэшитІыр хьэ-щІэм пежьащ.

Я Іэхэр зэрыубыдахэщ, Уэзырмэс «хьэщІэр ныщІэшэ, Темыр-къан» — жиІэри и Іэр унэ цІыкІумкІэ ищІащ. Темыркъан хьэщІэр унэм щІишэри игъэтІысащ, Уэзырмэс дзажэ гъэгъуам и ныкъуэр къыпиупщІри дзасэм фІилъхьащ, жьэгу мафІэр хьэзырыххэти, игъажьэу пэрытІысхьащ. Темыркъан и щыуагъэр иджыщ къыщи-щІэжар: хьэщІэм и Іэщэ-фащэр зэрыкІэрыщІа и бгырыпхыр зы-бгригъэхыу фІидза нэужьт щигъэтІысын хуеяр.

— Тхьэм щхьэкІэ, уи жагъуэ умыщІ,— плъыжь къэхъуащ ар,— гъуэгу утетащ, уи шым и теплъэмкІи, уэ уи нэгу къищымкІи уо-лъагъу гъуэгуанэ къызэрызэпыпчар, ун Іэщэ-фащэр зыпщІэхэхи къызэт, моуэ мыбдеж фІэздзэнщ.

  • ФІыщІэ пхузощІ,— къэтэджащ хьэщІэр.— Гъунэгъукъым сыкъыздикІари, ауэ зэкъуэшитІыр фыкъыщызгъуэтакІэ, гугъу се-мыхьа хуэдэщ. Сыгузэват, зекІуэ кІуамэ, жысІэри.

  • Мэш щІэгъуэм зекІуэ кІуэркъым,— пыгуфІыкІащ Темыр-къан.

— Ар пэжщ, тхьэм уигъэпсэу,— езыр щыхьэт техъуэжащ. Темыркъан тас-къубгъан къищтэри хьэщІэм зригъэтхьэщІащ.

ХьэщІэм Тэтэртуп деж телъ лъэмыжым нэс къимыкІухьу, Тэрч къыхэлъэу къызэрикІам гугъу зэрыригъэхьам, и шыр итхьэлэну зэ-рыщытам и хъыбар къригъэжьар имыух щІыкІэ Уэзырмэс пэшым къыщІыхьащ Іэнэ лъакъуищыр ІитІкІэ иІыгъыу. Іэнэм пІастэ бзы-гъэхэр тезт, абыхэм я гущІыІум дзасищ телъыжт, лы гъэжьар бе-рычэту яфІэлъу.

— Ди хьэщІэм и жагъуэ ищІынкъым,— жеІэ Уэзырмэс,— гъуэ-гурыкІуащ, гугъу ехьауэ, мэжэлІауэ къыщІэкІынщ, бзылъхугъэ пщыІэм темысмэ, Іэнэри мэгувэ. ХэІэбэ, къуэш, ди хуэмыхуагъ-кІэ Іэнэр тІэкТу дгъэгувами, «ныбэм и гузэвэгъуэр Іуэтэжыгъуа-фІэщ»,— жиІащ пасэрейм.

— Фи берычэтыр тхьэм игъэбагъуэ,— мащІэу пыгуфІыкІыу къоплъ зэкъуэшитІым хьэщІэр.— Сэ фи деж сыкъыщІэкІуар жы-зывгъэІамэ...

— Псом япэ дызэрыцІыхуам нэхъыфІтэкъэ?

— Си гъащІэм нобэ япэу фыслъагъуми, сэ фэ куэд щІауэ фы-зоцІыху. Адыгэ щыІэу къыщІэкІынкъым ЕщІэнокъуэ зэкъуэши-тІыр фыкъэзымыцІыху. «Хэт леймыгъэгъур?» — жаІэрэ щІэупщІа-мэ, «ЕщІэнокъуэ зэшитІырщ!» — щыжаІэ хы Іуфэми, Псыжьи, Балъкъи, Бахъсэни. Фи щытхъур нэхъри тхьэм игъэбагъуэ, фи лІыгъэм и хъыбарыр нэхъ жыжьэжым ди тхьэшхуэм щигъэІу. Сэ хы Іуфи сыкъикІакъым, Псыжьи къызэпызупщІакъым, Къэсейхьэ-блэ сыщыщщ, лъэпкъкІэ Уэзыхэ сарейщ, си цІэр Жанхъуэтщ. Куэд щІауэ фи хъыбар зэхэсхт, сехъуапсэрт фэ тІум фи гъукІэгъэсэну сыщытащэрэт жысІэри. Иджы, мис, фи пащхьэ ситщ,— къэтэджащ хьэщІэр.— КІуэж, жыфІэмэ, сыкІуэжынщ...

— ПщІэ къытхуэпщІащ, Тхьэшхуэр арэзы къыпхухъу,— жиІащ Уэзырмэс.— Дэ къыпхуэщхьэпэну зыгуэр тхэлъу щытмэ, пщы-дгъэпщкІункъым, ауэ егупсыс, зэман мыбы лейуэ щыбгъэкІуэд нэхърэ, унагъуэм сэбэп уахуэхъум мынэхъыфІу пІэрэ? Уэ иджыри ущІалэщ, гурыІуэгъуэщ укъезыхуэкІ гурыщІэхэр: лІыгъэ, хахуа-гъэ, къару, Іэщэ, фащэ, алъп... Дэри дыщытащ апхуэдэу, дэ зы-щІыпІи дыкІуакъым.

— ФыкІуакъым, пэжщ,— къоплъ абы Жанхъуэт, иджыпсту и нитІым хъуаскІэ къыщІэлъэлъынущ жыпІэну.— ФыкІуакъым фи адэ Атэбий лІыгъэ зезыхьэм я щапхъэти, фи адэшхуэ Къубатин нэхъ хахуэрэ къарууфІэрэ хэкум исакъыми.

— Іэгъу-гъу, щІалэ, ди унагъуэм и тхыдэр зэбгъащІэу укъэ-кІуа?—дыхьэшхащ сабийм хуэдэу Темыркъан.— Гугъэ гъэщІэ-гъуэнхэр уиІэу къыщІэкІынущ уэ, Жанхъуэт. ИІэт, иІэт, нэхъ гу-псэхуу дегъэдаІуэт уи гурылъхэм.

— Темыркъан! — къеплъащ абы Уэзырмэс.

— Хъунщ. Ауэ сэ къызгурымыІуэ гуэрхэр хэлъщ мы ди хьэ-щІэм и Іуэхум.

— «Къуэшырокъуэр пІащІэри унакъым»,— жиІащ пасэрейм. ХьэщІэм и псалъэм уедэІуэну шыІэ, нэмыс пхэлъын хуейщ. Ар;г лІыгъэм щыщщ.

А Іуэхум теухуауэ Уэзырмэс куэдрэ и шынэхъыщІэм губгъэн хуищІырт, хьэщІэр кІуэжа нэужьи щешхыдэ къэхъурт зэрызимы-Іыгъыфым, «къызэрылыдыгъуафІэм» щхьэкІэ. Ауэ Уэзырмэс сыг хуэдизу къэмыгубжьами, Темыркъан абы и губжьыр гушыІэкІэ щхьэщихыфырт. Мо лІы зэпІэзэрытыр, къуажэ псом «Уэзырмэсщ зи псалъэр» зыхужаІэр зэкІуэцІычу къыщигъэдыхьэшхыж щыІэт Темыркъан. Зы махуэ гуэрым мыщкъышым къикІри лІы гуэр къэ-кІуат Атэбий и ныбжьэгъуу. Дунейм ехыжа я адэм н ныбжьэгъур-зэкъуэшитІым ехьэжьауэ ягъэхьэщІащ, жэщми къагъанэри щагъэ-Іащ. ХьэщІэр гъуэлъыжыну зигъэ.хьэзырыжауэ, зэшитІым «уи жэщ фІы ухъу, нэхулъэфІ укъикІ»,— жаІа къудейуэ, хьэщІэм мо-тІум закъыхуигъэзащ: «Фи адэм и хьэдрыхэ фІы тхьэм ищІ, жэ-нэткІэ тхьэм игъэгуфІэ, сэ абы зэгуэр къызжиІэгъам сыкъытекН--хьат Мыщкъышхэми, адыгэхэми хуэдэу, шы фІыуэ ялъагъу. Ар-фІыуэ ищІэрт зи ахърэтыр дахэ хъун фи адэми. къызжиІэгъат: илъэс зытхух дэкІмэ, ныкъуэкІ, си щолэхъум къыщІэхъуэхэм щыщ пІэрызгъэхьэнщ, жиІэри. Иджы фэ тІум сывэлъэІунут...» Темыр-къан и нитІыр къилыдыкІри, къыжьэдэлъэташ: «Фэ шы фІы ды-дэу зэрыфлъагъур дэ дощІэ, фи шыдыгъухэр жэщ къэс къыдо-хуэкІ. КъызгурымыІуэр зыщ: ар сыт шы лъагъукІэ, шы гъэхъугг фІыуэ фымылъагъуу?» Уэзырмэс къыщІэкІиери къыщГихуат пэ-шым абы щыгъуэ. Ещанэ махуэм уэтэрым кІуэуэ а псалъэмакъыр-Уэзырмэс аргуэру къригъэжьэжри, Темыркъаныр къыпигъэжьы-кІащ. Псалъэмакъыр куу щы.хъум, Темыркъан и къуэшым деж-кІэ зигъэзащ: «Хъунщ, къуэш, дяпэкІэ нэхъ Іущу сыщытынщ. Сэ зыгуэркІэ сыноупщІынут: Елджэрокъуэ и шыбзыр лъхуэри шы-щІитІ къилъхуащ. Пэжкъэ?.. НтІэ, а тІум дэтхэнэр нэхъыжь?» «Іэгъу,—къеплъащ абы Уэзырмэс,—зэтІэулъхуэныкъуэм нэхъыжь-нэхъыщІэ хэт?» «НтІэ,— къамышымкІэ и пащІэр ирелъэщІэкІ Темыркъан,— уэрэ сэрэ ДызэтІэулъхуэныкъуэщ, щхъэ шынэхъы-

•щІэкІэ укъызэджэрэ?» Уэзырмэс ину дыхьэшхри, къамышы уплІэн-щІамкІэ Темыркъан и плІэм къыдэуащ: «Банэ пІураулъэф уэ гъуамэм. Блэр гъуэм къипшынщ уэ Іейм». Арати, Уэзырмэс и губ-жьыр теужащ...

— ЛІыгъэ зиІи, нэмысышхуэ зыхэлъи щымащІэкъым Балъкъ Іуфи, Бахъсэн Іуфи. Ди адэ дыдэри лІыгъэншэу къабжыркъым, ар щхьэщытхъугъэу къэвмылъытэ, ауэ Къэсейхэ Іуэху къаІэты-нумэ, япэ я чэнджэщ зрахьэлІэхэм ящыщ зыщ. НтІэ, сигу ислъ-хьамкІэ ди адэм си чэнджэщ щесхьэлІэм, арэзы хъуащ. Сэри зыз-мыІэжьэу си шы-уанэ зэщІэслъхьэри, мис, фи пащхьэ сыкъихьащ. КъысхуэфщІ си унафэщ.— Жанхъуэт и щхьэр мащІэу игъэщхъри, бэяуащ.

— Дэгъуэщ,— жиІащ Уэзырмэс,— Ауэ зэгъащІэ мы зыр: дэ уэ атэлыкъ дыпхуэхъункъым. Атэлыкъыу ущытын щхьэкІэ ныбжьы-фІи уиІэн, гъащІэми фІыуэ хэпщІыкІыу ущытын хуейщ. Дэ ди гъащІэр уанэгум дису, дыфыщІэ-дыбанэу, ди къамэпэм лъыр пыт-кІуу дыпсэуркъым. Удигъусэмэ, плъагъунщ, дэри адрей къуажэ-дэсхэм хуэдэу мэш дощІэ, Іэщ догъэхъу, унагъуэри зыдохьэ, хьэ-гъуэлІыгъуи докІуэ, дунейм ехыжам дыуэ Іэбжьыби лъыдогъэс. КІэщІу жыпІэмэ, дэтхэнэ зы къуажэдэсми дыхуэдэщ. Ауэ къэхъуа-къым лей дгъэгъуауэ, зыгуэрым и лъы щІыхуэ къызытедгъэнауэ. Ар дэ ямылей лІыгъэу къэтлъытэркъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэтхэнэ зы адыгэ цІыхухъуми ар анэ быдзышэм и гъусэу и лъым хохьэ, щысабийм къыщыщІадзэри абы щІапІыкІ, хуагъасэ. Зы адыгэ лей къытехьамэ, лъэпкъ псом лей къытехьауэ аращ, а лейр бийм хуэбгъэгъумэ, уэ а лъэпкъым ущымыщу е ухуэмыфащэу фІэ-кІа нэгъуэщІу плъытэ хъунукъым... ПсалъэкІэ уи щхьэр дгъэу-защ, кхъыІэ, тІэкІу едзакъэ. Къуажэм уедгъашэу унэм зыщыбгъэ-псэхун, хьэмэрэ...

  • Хьэуэ, Уэзырмэс,— къэтэджащ Жанхъуэт,— фи берычэтыр -убагъуэ, фи деж сыщыдыхьам, фи анэм, тхьэм ар куэдрэ фхуигъэ-псэу, сыкъыдигъэкІакъым и ерыскъым сыхэмыІэбэу.

  • УхэІэбамэ, ди гуапэт. Ауэ лейр — лейщ. Адыгэм лей ишх-къым,— къэтэджыжащ Уэзырмэс.— АтІэ, шынэхъыщІэхэ, ди гъу-нэгъухэр текІыжауэ мавэ, дэри ди Іуэху яужь дивгъэхьэж. Жан-хъуэт, мо уи шы-уанэр зыщІэхи, Темыркъан уригъусэу фынытекІ, сэ былымымкІэ сыкІуэнщи сыплъэнщ. А нышэдибэ слъэгъуа шууи--щым сигу яхуэфІкъым, шыдыгъуфэ ятетщ.

— Сэ сыгъаплъ5, Уэзырмэс,— къилыдыкІащ Темыркъан и нэр.

— Хьэуэ, тІасэ,— идэркъым Уэзырмэс.— Уэ уІэубыдыпІэншэщ. Хейри мысэ пщІынкІэ хъунущ уэ. ФыкІуэ, фэ тІэу-щэ, къэфкІу-хьыху, сыкъэсыжынщ.

Темыркъанрэ Жанхъуэтрэ вакІуэ текІащ, Уэзырмэс и шы-уанэ зэщІилъхьэри, мыпІащІэурэ АрыкъымкІэ иунэтІащ. Арыкъ лъа-пэм щынэсым, шыжьэрыутІыпщу къажэу и гъунэгъу ХьэлокІуэ ІущІащ. ХьэлокІуэ лІы фІыцІэ пІащэт, зытес шыр зэфІищІыкІы-нущ жыпІэу. ФэрэкІ напэт, пэгъымт, къыкът. Ар къэсри, шым и жьэр щІитхъыным хуэдэу къыжьэдикъуэри, шы домбейр пхэщІкІэ хигъэтІысхьащ.

— Дыу-дыу-ды...— хужыІэкъым псалъэхэр ХьэлокІуэ.

— Къэхъуар сыт, унэжын? — гужьеяуэ йоупщІ Уэзырмэси.

— Яху-ху-яхуащ!

— Сыт яхуар? Дэнэ здахуар?

—У-у-уи шитхури х-х-хэту шы щэ ны-ны-ныкъуэ хъу-хъун шэ-шэ-шэшэным жьэпкъымкІэ я-я-яху!

  • Фэ хьэдэр вгъея? Мы губгъуэм цІыху итыжтэкъэ? Нэгъазэ псынщІэу! — илъащ Уэзырмэс.

  • Дэ тІы-тІы-тІум сыт абыхэм тхуещІэнур? — шынами ЕщІэ-нокъуэм и ужь йоувэ ХьэлокІуэ. Уимыуви еплъыт! ХьэлокІуэ фІыуэ ещІэ ЕщІэнокъуэхэ ушынауэ укъащІэмэ, уи гъащІэкІз цІыхухъуфэ къузэрамыплъыжынур. Жылэ псом ящІэж Дарыкъуэ' Хъанджэрий и унагъуэм къалмыкъхэр къыщытеуауэ щытар. Илъэ-ситІ-щы ипэкІэ Дарыкъуэ Хъанджэрийрэ Токъу Джэрихъанрэ зе-кІуэ ежьэри Къумым ихьащ, шыбз гуартэ гуэрым теуэри, и ны-къуэр къыпахури, кърахужьэри къежьэжащ. Къапэуваи щыІа-къым, пхъэри къащІакъым. КъайхъулІар ягъэщІагъуэу Хъанджэ-рийрэ Джэрихъанрэ унэм къэсыжащ, Хъанджэрийхэ я унэр псы цІыкІу Іуфэ дыдэм Іутти, абы щепсыххэри ефащ-ешхащ, шыхэр нэхъ фейдэ хэлъу зэрыща хъуным тепсэлъы.хьу, унафэ ящІу здэщысым, Хъанджэрий и къуэш Мухьэмэтджэрий къыщІэ-лъэдащ.

  • Фэ фофэ-фошхэри фызэхэсщ, ди унэр шу гупым къаувыхьа-щи, иджыпсту мафІэ къытщІадзэнущ! — кІиящ къыщІыхьар.

  • Хэт и шу гуп? — къыгурыІуакъым Хъанджэрий.

  • Ди ужь зы цІыху итакъым,— къыщолъэт Джэрихъани.

  • ФынакІуэ псынщІэу! Е шыхэр ефтыж, е лІы хуэдэу зыв-гъалІэ!

  • Кхъэм яхьа къахьыжкъым,— жиІащ Джэрихъан.— НакІуэ,. Хъанджэрий. Сэ тхьэр согъэпцІ, лъы ткІуэпс сщІэту шыкІэ езгъэ-лъагъум.

— Зэ фымыпІащІэ,— къэувыІащ Хъанджэрий.— Дэ щыр шу гупым дапэлъэщынкъым. Іисраф дызытращІэнщ, ди сабийхэми щысхьынкъым. Зыгуэр къэгупсысын хуейщ... ЦІыхухэм я жеигъуэ дыдэщ... Жылэм хъыбар тхуегъэщІам...

— ДыщІэвгъэкІи девгъэпсалъэ, дагурыІуэнри хэлъщ мы Іуэ-хум,— бжэр Іуихащ Мухьэмэтджэрий.— Фыкъиувэ си ужь.

Пхъэр къэкІуахэр шу тІощІым щІигъут. Хъанджэрий шу гупыр-щилъагъум, хуэмурэ къикІуэтыжри, зигъэщхъауэ шыгъуэгумкІэ ежэкІащ, хадэм илъадэри, хадэкІуэцІкІэ зыкъомрэ, жащ. Къэувы-Іэжри, лІым имыщІэн зэрищІэр, и къуэшымрэ и ныбжьэгъумрэ ва-къэ зэв зэрыригъэувар и щхьэм дэуеижри, къигъэзэжыну къи-лъат, ауэ шынэу къызэрыщІэпхъуам игъащІэкІэ хуэмыгъэкъэбзэ-жын емыкІу къызэрыхуихьынум къигъэувыІэжащ. «Зыгуэрхэм хъыбар егъэщІэн хуейщ,— игу къокІ абы.— ХъыбарегъащІэ сы-щІэпхъуат, жысІэмэ, я фІэщ сыхъунщ. Ауэ хэтхэ я деж сыздэ-жэнур?.. ЕщІэнокъуэхэ! Хэтхэ ужэн, абыхэм ублэжу? ПсынщІэу зэкъуэшитІым хъыбар егъэщІэн хуейщ!..

  • А зиунагъуэр бэгъуэн,— мэшхыдэ Уэзырмэс, шыр бом къы-щІишурэ,— апхуэдэ хьэдыгъуэдахэ ящІэрэ? Уи къуэшымрэ уи ны-бжьэгъумрэ пхъэр гупым яІурыбдзэу дауэ укъыщІэпхъуа? Уты-кум дауэ къибнэфа?

  • ХъыбарегъащІэ...

  • Бэяу! ХъыбарегъащІэтэкъэ уи щІалитІым языр?

Сэшхуэ пцІанэр яІыгъыу Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ шы цІаху-дІэу пщІантІэм къыдэжри, ипщэкІэ драгъэзеящ. Хъанджэрии абы-хэм я ужь иуващ, шы къратар къамышымкІэ зэприхулэкІыу.

Дарыкъуэ Мухьэмэтджэрий, Токъу Джэрихъан, Уэщро Пагуэ абыхэм гъусэ къахуэхъуауэ пхъэр гупым езэуэну я сэшхуэхэр кърахауэ Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ гупитІым яку дэлъэдащ.

  • Зэ фыувыІэ! — кІиящ сэшхуэ игъэдалъэу Уэзырмэс.— Фэри, ди хьэщІэхэ, хъийм фимыкІ, уэри, Мухьэмэтджэрий, уи сэшхуэр илъхьэж.

  • Сэ сыхьэщІэкъым,— зигъэпэгъыму адыгэбзэ ныкъуэкІэ къэ-псэлъащ къалмыкъхэм я шу пашэр.— Дишхэр къыдэфтыжи, фыт-лъэгъуакъым, дыкъэфлъагъужакъым, догъазэри докІуэж. Къы-дэвмытыжрэ,— шу пашэм и сэшхуэр лъагэу иІэтащ,— щхьэ фы-•фІэту зылІ фыІукІынкъым мыбдеж. ГурыІуэгъуэу жысІа? Шыхэм ■я гъусэу дыгъуитІым языр!

— Дэнэми гурыІуэгъуэкъым...

— Уа, мыр нэху щыху къавэм, дэ абы дедаІуэу дыщытыну?!— къилъащ Темыркъан.— А уи щхьэ къэбыр пызупщІыни...

— Темыркъан! — хузэхиукІащ Уэзырмэс и нэщхъыр и къуэшым.

Зэпсалъэурэ нэхулъэ къызэкІэщІитхъащ. Мэртазейхэм жаІэр пхъэр къэкІуахэм щамыдэм, Уэзырмэс аргуэру зэ захуигъэзащ:

— Хъунщ, фи шыхэр къыватыжынщ. ФыкІуэжын нэгъуэщІ бэ-лыхь фымылъыхъуэу?

— Шыхэм дыгъуитІым языр и гъусэу жысІаи!—кІиящ пхъэ-рым я шу пашэр.

— ДыгъуитІым языр!

— Дэтхэнэрами додэр! — зэрогъэкІий пхъэрыр.

— Апхуэдэу щыжыфІэкІэ, сэ сынокІуэр,— япежьащ Уэзырмэс. — Уэ а дишхэр къэзыдыгъуам уахэтакъым, ауэ куэдыІуэрэ

уопсалъэри, сэ уи бзэгур кІэщІ пхуэсщІынщ! — шым и жьэр иутІыпщри, къилъащ къалмыкъ шу пашэр. ШууитІыр щызэбгъэ-дэлъадэм, Уэзырмэс шитІым я зэхуаку зыдегъахуэ жыпІэну зри-дзыхри, къалмыкъыр блэукІащ, и сэшхуэмкІэ шы пхэщІыщхьэр црибзэу. И бийр щыблэжым, уафэхъуэпскІым хуэдэу, шыбгым зри-дзэжри, шу пашэм и тхьэкІумэ ижьыр пигъэлъэтащ. Къалмыкъым «уай!» жиІэу тхьэкІумэ зытемытыж и щхьэ джабэ ижьым ще-пхъуэжым, Уэзырмэс и сэшхуэр абы и гущхьэ дыдэм деж ириу-быдылІащ.

— Упсэууэ унэм удыхьэжыну ухуеймэ, зэщІэкъуэ мы уи гъу-сэхэри уишхэри, зегъэхь! Армырамэ... Джэрихъан, ефтыж мыбы-хэм къафІэвдыгъуар. ДяпэкІэ зекІуэ докІуэ жыфІэу лъэпкъ напэр тевмых, пхъэр фи кІэм ищІауэ къахуэфшэу.

Шыхэр къахужащ. Ябжри, зыри къыщымытым, ирахужьэжащ. Гупым яхэкІауэ щыт Джэрихъан пхъэрхэм щыщ зы щІалэ къыб-гъэдэлъадэри и сэшхуэр кърипхъуэтащ, и щхьэм щеуэм, Токъум ижьымкІэ зишийри, и плІэм хуэзащ. ЛІым и плІэр напІэзыпІэм лъы защІэ къэхъуащ. Мухьэмэтджэрий, Пагуэ, Хъанджэрий, Те-мыркъап сымэ илъат Джэрихъан илъ ящІэжыну, ауэ Уэзырмэс япэ къилъадэри къигъэувыІэжащ.

— Фыбэяу! Мыбдеж лъы щІэжыпІэкъым. УІэгъэр унэм щІэфхьэ.

Джэрихъан Хъанджэрийхэ щІахьэри, хэІубауэ ягъэгъуэлъащ.

— ЗэкъуэшитІыр мы Джэрихъан фытемыплъэкъукІ. Дэ иджы-псту Кургъуокъуэ къыфхуэдгъэкІуэнщ. Насып иІэти лІы пІащэт, къупщхьэм нэса хуэдэкъым.

— Си лъы щІыхуэ а ноІейм телъу сэ дауэ сызэрыпсэунур? М-м,— гурымащ Джэрихъан.

— Умыгузавэ, Джэрихъан,— жиІащ Уэзырмэс.— Апхуэдизу уи гур умыкъутэж. Тхьэм жыхуиІар хъунщ. Пагуэрэ Темыркъанрэ фыпакІуэт си гъусэу. Дэ дыкъэгувэнкъым.

— Уэзырмэс,— зыкъыхуигъэзащ абы Мухьэмэтджэрий,— мыр къыщыхъуар мыбдежщ, си къуэш нэхъыщІэми и зэран хэлъщ Іуэ-хум. СощІэр уи мурадыр, тхьэм хьэтыр иІэмэ, сыздэшэ уи гъусэу, зэраи сыхъункъым.

— Хьэуэ, Мухьэмэтджэрий,— идакъым Уэзырмэс,— зэкъуэши-тІым мы лІыр къызэфІэвгъэувэжи, илъ фщІэжауэ аращ...

ЗэкъуэшитІым яшхэм уанэ тралъхьэщ, ІэщэкІэ зызэщІаузадэ-ри, сыхьэт ныкъуэ дэмыкІыу шууищыр гъуэгу теуващ, Тэрч Іуфэ Іуту ирагъэзыхри.

— Ахэр Тэрч щикІыжынур мыдэ нэхъ гъунэгъуущ, Абей и къуэжьым и къуажэм нэмысу. Абдеж Тэрч тІу-щыуэ щызэгуож, абы зэрикІыу мэзым щІохьэри, мэз защІэкІэ Балъкъ йокІуалІэ. Балъкъ зэрикІыу губгъуэжыци, губгъуэм ди Іуэхур игъэхьэлъэ-нущ. Дэ Джулат щыхупІэм и лъабжьэм деж дыщыхолъэ, дызэ-прокІ. ДакъыпожэкІри, мэзым дакъыщыІуощІэ. Шыхэр догъащтэ-ри зэбгрож, ахэр зэхуахусыжыну къалмыкъхэр зырыз-тІурытІу мэзым холъадэ. АдэкІэ, лІы ищІэн тхьэм дигъащІэ.

Балъкърэ Тэрчрэ я зэхуакум дэт мэзым и нэхъ ІувыпІэм шууи-щыр пхъэрхэм къащыпэтІысащ. Мэзым щІэкІ гъуэгу нэпцІ гуэр-кІэ шыхэр къакІуэхэрт кІапсэлъэрышэу. Къалмыкъхэми зыгуэр жаІэу шыхэм я ужь итт. ЛІищыр зэуэ гъуэгум къытелъадэри шы-хэр ягъэщтащ, мо шы мыгъасэ къомыр илъри, мэзым хэлъэдащ. Къалмыкъхэр зэрыгъэкІий хъуащ, шыхэм яужь иту мэзым хэ-лъэдащ.

— ИІэ иджы,— шэсащ Уэзырмэс,— тхьэр ди дэІэпыкъуэгъущ. Абы дыкъещІэ, дыкъелъагъу, дыхуеякъым зым и лъи, и бэлыхьи. КъыддэІэпыкъу, ди тхьэ.

П.хъэрхэм я шу пашэмрэ нэгъуэщІ зы щІалэщІэрэ фІэкІа сэ-къатыншэу зылІ къагъэнакъым. ЯжриІат Уэзырмэс: «Іэмал иІэу фымыукІ, сэшхуэ къимыщтэжыфыну дыркъуэ тевдзэ»,— жи-Іэри. Шынэхъыжьым дауэрэ имыгъэІущами, Темыркъан Джэ­рихъан къеуа щІалэр къыщыпэщІэхуэм, зиІыгъыфакъым: зэ еуэри сэшхуэр зэриІыгъ и Іэ ижьыр пигъэлъэтащ, етІуанэ еуэгъуэм и щхьэр пиупщІащ.

Шы зыбгъупщІ къызэщІакъуэжри, кърахужьэну зыщагъэхьэ-зырым, Уэзырмэс шу пашэмрэ абы къыбгъурыт щІалэмрэ ябгъэ-дыхьащ.

  • Пщэдджыжь къэс зыщыптхьэщІкІэ уигу дыкъэкІыжынщ,— мащІэу пыгуфІыкІыурэ жиІащ Уэзырмэс—Уи гъащІэр сэ сІэ-щІэлът, ауэ тхьэм апхуэдэут зэриухар — си дыркъуэр пхьыуэ укІуэжыну. ЗэгъащІэ, иджыри зэ Тэрч къызэпыбупщІауэ укъысІэ-рыхьэмэ, уи гъащІэр дэгъэзеигъуэу уэзгъэхьынщ: ажалым ущІэ-бэгыу, ауэ умылІэу.

  • Ар къызжиІэгъат лІы гуэрым, ауэ...

  • Ар къыбжезыІар си адэщ.

  • Дауэ? — къэщэбащ къалмыкъыр.— Уэ ухэт?

  • ЕщІэнокъуэ Атэбий срикъуэщ. Уэзырмэсщ. Зыщомыгъэгъу-пщэ. Сэ слъэгъуат уи тхьэкІумэм ди тхьэбзэ зэрилъыр, ауэ зы тхьэкІумэм тІэу тхьэбзэ иддзэу ди лъэпкъ хабзэкъым, зэрыщыту пыдоупщІ.

  • М-м-м,— гурымащ шу пашэр.— Нэжэсым къилъхуа!

Шу пашэм къамэщІэлъысэр кърипхъуэтри, къиутІыпщыну зы-щишэщІым, Пагуэ ержыб фочыжьыр тригъапсэри, кІакхъур щІи-чащ. Къалмыкъыр, жыг пыупщІам хуэдэу, укІуриящ. Къыбгъэдэт щІалэм БалъкъкІэ игъазэри, и макъым къызэрикІкІэ кІийуэ, щІэ-пхъуащ.

— ФынакІуэ,— иІэтащ къамышыр Уэзырмэс,— жэщ дохъу. Те-мыркъан, шыхэм япэ ниувэ.

Пшапэ щызэхэуэм шууищыр къуажэм къыдыхьэжащ, шы пщыкІуз япэ иту. Уэзырмэс и унафэкІэ Уэщро Пагуэ хагъэплъы.хь-ри шы дэгъуитІ къыхуагъэнащ, Джэрихъан сыхьэт хуэдэкІэ зэ-къуэшитІыр бгъэдэсри, шьгхэр дгъэзэгъэжынщи щІопщакІуэ ды-къэкІуэнщ, жаІэри, кІуэжахэщ...

Ислъэмей унэмысу ЖьэпкъымкІэ дэзыгъэзей Аргъыщхэ я гъуэгу нэпцІымкІэ шы лъэужьым щытеувэри, Уэзырмэсрэ Хьэ-локІуэрэ мэзым хуэкІуэу траукъуэдиящ. Уэзырмэс «Іэ пцІанэт», къамэ къудей бгырылътэкъым. Гъуэгубгъум дзэл Іэрамэ иту къи-лъагъури, псынщІэу шым къепсыхащ, ХьэлокІуэ и къамэр къы-Іихри, ІэмыщІэ щыз хъуну зы жыгыщІэ пиупщІри, баш ІэрыхуэфІ хъунщ жыпІэну, къыпиупщІащ. Къамэр и гъусэм иритыжри, «Уэ уаныхэмыхьэщэ, ХьэлокІуэ, сэ жысІэр пщІэуэ си ужь ит»,— жиІэ-ри шэсыжащ.

Мэзым шы гупыр щыщІахуэм Уэзырмэс ялъэщІы.хьащ. КъакІэ-лъыщІэпхъуахэм баш фІэкІа зэрамыІыгъыр зылъэгъуа шыдыгъу-хэм зы къыпагъэуващ и сэшхуэр къихарэ и шым зиукІыжу. И сэ-шхуэр игъэкІэрахъуэу, и макъым къызэрикІкІэ кІийуэ шыдыгъур къыщІэпхъуэри япэ ит Уэзырмэс и деж къыщысым, ЕщІэнокъуэм шым зыщІригъадзэри, сэшхуэм и Іэгъуапэр ирисыпэхыу блэцІэф-тащ. Япэутэкъым шыр апхуэдэ Іуэху зэрыхэхуари, Уэзырмэс и куэпкъым дэжыІэщІэу кІэщІу къигъэшри, щІихьауэ кІуэ шэшэ-

ным и ужь иуващ. ТеутІыпщхьауэ къажэ ХьэлокІуэ деж шыды-гъур нэмыс щІыкІэ щІэрыхьэри, баш цІынэ хьэлъэмкІэ Уэзырмэс абы и пщэм деж щытехуэу и къару къызэрихькІэ еуащ. Шыды-гъум и сэшхуэр ІэщІэхури и щхьэр къыфІэщІащ, шыплІэмкІэ дэщІэри, ехуэхащ.

  • Пхы ар, ХьэлокІуэ! — кІиящ Уэзырмэс.— Сэ адрей тІум й деж сокІуэ. Уэ мэзым уныхэмыхьэ.

  • Мыбы и сэшхуэр къащтэ, Уэзырмэс, башкІэ сыт пхуещІэн а тІум? — мэгузавэ ХьэлокІуэ.

  • Уэ Іыгъ ар, зыгуэркІэ а тІум языхэз къысІэщІэкІмэ, укъа-мэ пцІанэщ.

Уэзырмэс шым елъэдэкъауэри, мэзым щІэлъэдащ. И псэр зэ-рыпытыр кърипщІэу тІэкІу къэбэуэжа шыдыгъум и ІитІымрэ лъа-къуитІымрэ ХьэлокІуэ пхэн иухауэ арат, Уэзырмэс шыхэр мэзым къыщыщІихужам, адрей шыдыгъуитІри пхауэ яшхэм телъу.

ХьэлокІуэ деж къыбгъэдыхьэжри, Уэзырмэс абы и къамэщІэ-лъысэр къыІихащ, щыми я тхьэкІумэ зырызым и щабапІэм деж тІэкІу къыпигъэжурэ я къэптал бгъэжыпым ирилъхьэжащ, «дп лъэпкъ хабзэщ, етІуанэу фыкъытІэрыхьэмэ, фыкъритцІыхужы-ну»,— жиІэурэ. ЛІищыр шыхэм тепхауэ къыздикІамкІэ яутІып-щыжри, езыхэм шыхэр къахужри къэкІуэжащ.

ЕтІуанэ махуэм ХьэлокІуэ къуажэдэсхэм я шэджагъуэ нэмэз щІыгъуэм мэжджыт пщІантІэм а хъыбарыр щигъэІут.

  • Я дэ ди тхьэ, сыт лІыгъэ а Уэзырмэс хэлъыр. Абы и хъы-бар ящІыжхэр зырикІщ ар езыр зауэу умылъэгъуам. Сэ а Іуэ-хум хэсщІыхьам и гугъу сщІынкъым, сыту жыпІэмэ, щхьэщыт-хъущ къысхужаІэнкІэ хъунщ, ауэ ди щхьэщыгу итым и цІэкІэ соІуэ, цІыхуитІым зы баш фІэкІа дымыІыгъыу Іэщэ-фащэкІэ зэ-щІэузэда шыдыгъуищыр, тхьэр нахуэу согъэпцІ, гъэр дымыщІам. Си гугъащ деуэу дыукІыну, ауэ гущІэгъушхуэ хэлъщ ЕщІэнокъуэ и къуэм, я тхьэкІумэм тхьэбзэ иридзэри иутІыпщыжащ. Апхуэдэ лІыгъэ зыхэлъым....

  • ЛІыгъэ зыхэлъыр уэращ, ХьэлокІуэ,— имылъагъуу и щІы-багъ къыдыхьа Уэзырмэс абы и блыпкъыр къиубыдащ.— Сэ сыт си закъуэу схуэщІэнт уэ узимыгъусамэ.

  • Уэлэхьи, Уэзырмэс... Уа, ей, мыр...— Іэнкун хъуауэ щытщ ХьэлокІуэ, зэрыджэм нэхърэ нэхъ плъыжьу.

  • Щхьэ уукІытэрэ, хуэмыху,— погуфІыкІ Уэзырмэси.— ЛІы-гъэ зепхьар щыпІуэтэжкІэ ущІэукІытэн щыІэкъым, къэрабгъэращ укІытэныр...

8

Шогуэ Сыхьэтджэрий и къуэ нэхъыщІэ Темырбэч къыхуиша-уэ Инарыкъуей псор лъэрытетт. Къуажэм зы унагъуэ дэсу къы-щІэкІынтэкъым абы и деж хъуэхъуакІуэ къэмыкІуа, ерыскъы щы-зымышха, фадэ щизымыфа, игу къыдэжу зэ къыщымыфа. ЕщІэ-нокъуэхи хъыбар кърагъэщІат а гуфІэгъуэр даІыгъынуи, кІуэну загъэхьэзырат: зы выгу из шхын, фадэ, мэл иралъхьащ, зы выщІэ кІэращІэжащ, зы шыгуи зэнысэгъуитІымрэ я гуащэмрэ хузэщІа-щІащ. Нысаплъэ гъусэу Іэминат и нысэгъу Гуащэнэ, пшынауэу Бацэжьхэ япхъу Хьэбидэт къыздащтахэщ, Джэршокъуэ Хьэтуи и шы къарэ кІуэрым тесу къыдыхьащ.

— НтІэ, дянэ,— жиІащ Уэзырмэс,— фэ фынежьэ, дэ Кушыку-дыпэплъэнщ, къызэрысу, дэри дыфлъэщІыхьэжынщ.

Ботэщей щыпсэу Хьэгъэс Кушыку ЕщІэнокъуэ Атэбий и ныб-жьэгъуат, я гуауи гуфІэгъуи хантэкъым, уеблэмэ лъэпкъым я нэхъыжь Абдулыхь хуэдэу пщІэ хуащІу ЕщІэнокъуэ Атэбий и пщІантІэ щыхэгъэрейт. Езы Кушыкуи щІалэхэм быдэу къакІэ-лъыплъат, абы иригушхуэт, ауэ зэикІ езыхэр щыту е я благъэ кърихьэлІауэ абыхэм щытхъуу, я хъыбар жиІэу зэхэпхынутэкъым. ЗыгуэркІэ езым зыгуэрхэр къыщытхъуамэ, плъыжь къэхъунти, жиІэнт: «Къэрабгъэм лІыгъэ пхухэлъхьэнукъым, гу зыкІуэцІымы-лъыр пхуэгъэгушхуэнукъым. ЕщІэнокъуэхэ лІыгъэр къыдалъху. Сэ си фІыщІэу сыт абы хэлъыр?» Джылахъстэней псом ящІэрт Хьэ-гъэс Кушыку хуэдэ атэлыкъ Тэрч адрыщІ зэрыщыгъуэтыгъусйр, ауэ абы щхьэкІэ и щхьи иІэттэкъым, цІыхум закъыхигъэщынуи хущІэкъутэкъым, дэпсэлъейуи зыми зэхихатэкъым. Езы Кушыку и адэ КІэщІ и гъащІэр Ботэщхэ я атэлыкъыу ихьати, дунейм ще-хыжым илъэс пщыкІубл хъуа и щІалэ закъуэм къыжриІат: «Ба-лигъ ухъурэ атэлыкъ ІэщІагъэр къэпщтэн хуей хъумэ, Ботэщхэ ящыщ къомыщтэ, Лъэпкъ щабэщ, фэкІэ защІми, гу якІуэцІылъ-къым». Кушыку ар зэи зыщигъэгъупщакъым. Зыщигъэгъупщэн дэнэ къэна, я быныр къашэу къыхуэкІуа куэдым иригъэшэжащ щхьэусыгъуэ мин ищІурэ. Сабийм и нитІым щІэплъэну фІэкІа хуейтэкъым, къищІэрт гугъу зыдебгъэхь хъунрэ мыхъунрэ, и гу-гъуехьыр хэкІуэдэнрэ хэмыкІуэдэнрэ. Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ я адэ Атэбий тІэкІу къакІэлъыплъыну щелъэІуам, атэлыкъыр, пцІы хэмылъу, гуфІат, «езы ЕщІэнокъуэ дыдэм и щІалитІыр дзыхь къысхуещІ»,— жиІэри, ауэ и зы лъынтхуэ хъеяуэ зыкъригъэщІа-къым, укІытафэ зытригъауэурэ Іущэщат:

  • Іэгъу, Атэбий, уэ уи бын сэ згъэсэнщ жысІэу дауэ си щхьэ теслъхьэжын? Уэ уи лІыгъэ закъуэр яхурикъунщ а тІум щапхъэу.

  • Адэр—адэщ, Кушыку,— идакъым ЕщІэнокъуэм.— ЗыщІыпІэ и деж сыщыгумэщІэнкІэ хъунщ, адрейм и деж сащысхьынщ. Уи Іэпкълъэпкъ къикІар гугъущ. Темыркъаным тІэкІу нэхъ сытогузэ-выхь: псынщІэщ, итІанэ... жэщым нэхъ щышынэу гу лъызотэ. СщІэркъым зи лъэныкъуэ къищтар: ЕщІэнокъуэхэ апхуэдэ тхэта-къым, уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, унэм щІэсым и лъэныкъуэкІи къэрабгъэ яхэтауэ сщІэжыркъым.

— ЛІым жьы щІэту щытын хуейщ,— жиІащ Кушыку.— Ар «ныкъусаныгъэ» узыхуейщ. Адрей зи гугъу пщІыр зы мазэ лэжьы-гъэщ, умыгузавэ.

Хьэгъэсхэ я деж щІалитІыр махуитІ-щыкІэ ишауэ щыІэу, жэ-щыбгым и деж Кушыку щэху дыдэу Темыркъан къигъэушащ, пэш лейм ишэри, къыжриІащ:

— Уи адэм япэ дыдэ фыкъыщишам уэ нэхъ къыптегузэвыхьауэ щытащ. Тхьэм жиІэмэ, иджы ар щІэгузэвэжын щыІэкъым, ауэ сэ­ри уэ лІы ухъуауэ сыбжын щхьэкІэ зы Іуэху зэфІомыгъэкІыу хъу-нукъым. Еуи, уи шым уанэ телъхьэ. КІуэжи, Абдулыхь и къамэ-бгырыпхыр къыфІэдыгъуи фи цІыхухъу псыунэм щІэлъхьэ, уи адэм и къамэ-бгырыпхыр Абдулыхьхэ яйм хьы. Ар укъамыщІэу зэ-фІэбгъэкІрэ, нэху мыщу укъэкІуэжмэ, ди мазэ лэжьыгъэр псыхэ-кІуадэ мыхъуауэ сыбжынущ.

Нэхущ бзум зыкъимыІэт щІыкІэ Темыркъан Хьэгъэсхэ я пщІантІэ дэлъэдэжащ. Кушыку хьэщпакъ лъабжьэм къыщІэкІри, шым и ІумпІэр иубыдащ.

— Дауэ хъуа, си щІалэ? — Псори дэгъуэщ. Уэ зэрыжыхуэпІам хуэдэу сщІащ.

— УкъащІакъэ? Укъалъэгъуакъэ?

— ХьитІым фІэкІа зыми сыкъалъэгъуакъым. Си мэр къазэ-рыщІихьэу, тІури си ужь итащ, я кІэр ягъэкІэрахъуэу.

— Ар хъунущ, Упсэу...

А жэщым къэхъуа Іуэхум и щэхур къыхуэмыщІэу Атэбий ду-нейм ехыжащ.

ШыгуитІыр зэкІэлъхьэужьу Мэртазей къыдэжри, Арыкъ лъа-пэм щІэтурэ, ИнэрыкъуенкІэ яунэтІащ. Япэ ит гум Іэминат, зэны-сэгъуитІыр — Пэщэхъанрэ Хужьпагуэрэ — исщ. Іэминати и ны-сэгъу Гуащэнэ къыбгъурысщ. Абдулыхь, Хьэту, Кушыку шу гъусэ-хэщи, яшхэр ягъэджэгу, зэдожэ: зэм Арыкъ нэкІум йолъадэхэри, хэт н шыр дэгъэзеигъуэкІэ нэхъ бэшэчми ягъэунэху. Иужь ит гум, гуфІэгъуэ зиІэм тыгъэ хуащІынухэр зэрылъым, щІалэ цІынитІ исщ, хьэлъэ зрахьэн щхьэкІэ.

Абдулыхь сымэ жыжьэу Арыкъ нэкІум къыщызэрехуэкІыу, щІалитІыр зэрыс гури фІыуэ къакІэрыхуауэ, Іэминат сымэ шу-уитІ къаІущІащ. ЩІалитІыр я Іэщэ-фащэкІи, яшкІи, я нэкІукІи дэбгъуэн щыІэтэкъым. Шухэр къэ.мыувыІэу блэкІынкІэ хъунт, ауэ абыхэм Іэминат еджащ:

— Си нысэм и дыщым фызышэ хьэгъуэлІыгъуэ яІэу докІуэр, зи гъуэгу тынш хъунхэ. Гъуэмылэ фэнду фадэ пІащІэ, шхын гъур тІыгъщ, ягъэ кІынкъым, фыкъытхуэхъуахъуэ.

ЩІалитІым къаІуантІэри, гум къыбгъэдыхьащ, Іэминат ІитІкІэ иІыгъ фалъэр нэхъыжьым Іихри, хъуахъуэри ирифащ. Адрейм фа-лъэр къыІэрыхьа нэужь, япэрейм зэрищІам хуэдэу ищІри, фалъэр фызыжьым къыхуишиижащ. Хабзэм и хьэтыркІэ зэрызэ тхъуры-жьым едзакъэри, «фи ерыскъыр убагъуэ, фи гуфІэгъуэр кІыхь ухъу»,— жаІауэ щыІукІыжым, зыр къэувыІэжри къеупщІащ:

  • Ярэби, зи ерыскъы тшхар дымыщІэу дауэ дежьэжын, емыкІу мыхъунумэ, къыджефІэ, хэтхэ фарей?

  • ЕщІэнокъуэхэ,— итащ жэуап Іэминат.— Мы къызбгъуры-сыр си нысэгъущ, дп щІыбым къыдэситІыр си нысэщ.

ШууитІыр гум къекІуэлІэжри, исхэр аргуэру зэпаплъыхьу щІа-дзащ. ПщІэнтэкъым абыхэм я бжьэ ирафауи ялъэгъуауи.

— ЕщІэнокъуэ зэшитІым лей ямыгъэгъуу, леи ямыхыу жаІэ,— Іущэщащ зыр, и дзэр зэтрикъузэу и сэшхуэр кърилъэфурэ.— ЛІыгъэ яІэмэ, къыдращІэж зэшитІым.

ЩІалэр къэІэбэри сэшхуапэмкІэ Іэминат и нэкІу ижьыр кърисыпэхащ. ЦІыхубзхэр зэрыгъэкІиин, шыгуху лІыжьым и къа-мэр кърихын хунэмыс щІыкІэ шууитІым жьэпкъымкІэ ягъазэри, мэз лъапэм щылъ нартыху кІырым хэкІуэдащ. ЗэрыгъэкІий ма-къым шу гъусэхэр шыжьэрыутІыпщу къишэжащ, шыгу етІуанэри къалъэщІыхьэжащ. ЗэшитІыр яшхэм къелъэри анэм бгъэдэлъэ-дащ. Зэрызохьэхэр, зэрогъэкІий. Анэм и уІэгъэр щэкІ къабзэкІэ хуапха нэужь, Темыркъан шым бгъэдэлъадэри, напІэзыпІэм уанэ-гум къихутащ.

— НакІуэ, Хьэту, мыхэр къуажэм нэсыху далъэщІыхьэжынщ!

  • Хьэуэ, си щІалэ,— ищІащ и Іэр Іэминат.— Шогуэхэ я хьэ-гъуэлІыгъуэм нэщхъеягъуэ дэтхьэнкъым. Алыхьыр пІащІэр-къым, яхуэгъункъым абыхэми лейр. Ди тхьэм яхуигъэгъункъым.

  • Тхьэми, дянэ, лейр уэ умыгъэгъу, жиІащ, сэ сыбдэІэпы-къунщ,— идэркъым Темыркъан.— Дэ тщыщ зыгуэрым а лейр къылъысамэ, уи фІэщ щІы, хьэгъуэлІыгъуэр зэфІэкІыху дигу тедгъэхуэнтэкІэ. Ауэ уэ уилъ ягъэжауэ дауэ ди нэгу зедгъэужьу дызэрыщысынур? НакІуэ, Хьэту!

  • Быдзышэ узэзгъэфам хьэтыр иІэмэ, къэувыІэ, Темыркъан! — зишиящ Іэминат.

  • НэгъуэщІ мыхъуми я шыфэлІыфэ къыджефІэ щІалитІым,— хыхьащ псалъэмакъым Уэзырмэс.

  • Шу зэгъэпэщахэт,— жиІащ Гуащэнэ.— Я ІэщэкІи я фащэ-кІи быдэу зэрыхуэкъулейхэр нэрылъагъут. Зыр щІалэ псыгъуэ щхьэпэлъагэт, и пэр къуршыбгъэу тІэкІуи хуешэхауэ, и нитІыр мо уафэм хуэдэу къащхъуэт. Адрейр нэхъ зыІэщІэлът, ауэ лейуэ кІэрылъІатэкъым, шым тесу къалъхуа хуэдэ, къекІуу уанэгум зыщиІыгът. Аращ къэІэбэу сэшхуапэмкІэ Іэминат и нэкІур къи-зыупщІари. ЩІалэ псыгъуэ щхьэпэлъагэр нэхъыщІэу къыщІэ-кІынт, зы псалъэ жиІакъым.

  • КІафыщ зэшитІыращ,— щэтащ Уэзырмэс.— Куэд щІауэ фІэнапІэ мэлъыхъуэ а тІур. Гъатхэм, къызэджэу ХьэтІохъущо-къуэхэ сыщыкІуам, тІэу-щэ пылъахэщ си пІэ сыкърашыну, ар-щхьэкІэ ХьэтІохъущокъуэхэ я пщІантІэ лъы гъэжапІэтэкъым, КІафыщхи си лъы щІыхуэ ятелътэкъым...

  • Мис иджы ятелъщ-тІэ! —къилыдыкІащ Темыркъан и нэр.— ЛІы ищІэн тхьэм уигъащІэ.

  • Алыхьым «зы» жиІащи, «тІу» хъункъым,— шэсыжащ Уэ-зырмэс.— Ди анэм и лъэІур дгъэзэщІэнщ. Фынежьэ, къуажэри жыжьэжкъым, пшапэ зэхэуэгъуи хъуащ. ХьэщІэ дыхьэгъуэ ды-дэщ...

ЛІакъуэлІэш КІафыщ Хъуншэр Хьэсэнбийхьэблэ мор лІы, мыр лІы жыхуаІэм хуэдэу дэсу щытащ. ЛІы хъыжьэм фІэлІыкІышхуэ иІэт, абы и псалъэр езы ХьэтІохъущокъуэ Хьэсэнбий дыдэм и пса-лъэм пащІырт, лІыгъэкІэ къикІуэтынутэкъым, хабзэкІэ утекІуэну-тэкъым. Балъкъ Іуфэ Іус къуажэхэм абы и цІэр куэд щІауэ щы-Іуат, и лІыгъэм, и бланагъым и хъыбарыр зэпадзыжу щыжаІэрт.

ЗекІуэ кІуэхэм Хъуншэр ядэкІуэну арэзы хъуауэ къащІамэ, дамэ къатекІэрт, шэч къытрахьэртэкъым мураду ящІар къазэрехъулІэ-нум. Къуажэм Іуэху къыщыхъуамэ, Хъуншэр я чэнджэщакІуэт, къуэ къызыхуалъху куэдым абы цІэ фІрагъэщт е езым и цІэр фІащт. Гъатхэм вакІуэ къудей дэкІынутэкъым Хъуншэр япэ дэ-мыкІауэ, «КІафыщ и къуэжьыр иджыри вакІуэ дэкІакъым, жьы-Іуэщ»,— жаІэнт, е «ИІэ, маржэ, Хъуншэр вакІуэ дэкІащ, и зэман дыдэш»,— жаІэрт. Уеблэмэ, пщэдджыжьым КІафыщым и шы-кІэр зэрыдзауэ уэрамым къыдыхьамэ, жылэм цІыхухъуу дэсым я шыкІэр зэрадзэнут. Хьэсэнбийхьэблэм я джэгуакІуэ Мыщ Лъос-тэнджэрий и псалъафэт: «КІафыщ и къуэжьым зы пщэдджыжь и гъуэншэдж щІагъщІэлъыр щымыгъыу къыдэкІмэ, си фІэщ хъур-къым къуажэр зэрыщыту щІагъщІэлъыншэу уэрамым къыдэмы-хьэну». Къуажэм и тет Хьэсэнбий сыт хуэдиз лъагагъ. лъапІагъ иІэу хьэщІэ къыхуэмыкІуами, и хьэщІэщьгм и жьантІэр Хъуншэр лъымысынкІэ Іэмал иІэтэкъым.

Хъуншэр и къуитІыр — Хьэсэнрэ Хъусенрэ — Іыхьэлейм икІа-уэ гъэсауэ, хабзэщІэкъуу къэхъухэрт. «Хабзэри нэмысри дэ-гъуэщ,— жиІащ зы махуэ гуэрым адэм,— ауэ ахэр мащІэщ цІыху-хъум дежкІэ. ЛІыр бланэу, шыщхьэмыгъазэу, бий щхьэкІэ къэ-гъазэ имыщІэу, абы и щІыб хуимыгъазэу, гъэсэн хуейщ. Аращи, сэ мы тІур КІахэм сошэ, атэлыкъ къахуэзгъуэтыну». А зэманым Хьэ-сэн илъэсибл, Хъусен илъэсих я ныбжьт, шым шэсыфхэт, а\э абы нэхъыбэ гъэсэныгъэ яритыну адэр хущІыхьэртэкъым. Хъуншэр «атэлыкъ къахуэзгъуэтыну» жыхуиІари тэмэмтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы иІэт ныбжьэгъу бэлыхь, атэлыкъ дэгъуэ, ХьэкІури-нэхьэблэ щыпсэу ЛІыхъунэ Батэгъэз. Батэгъэз Мысостхи, Къэ-сейхи, Тамбийхи я атэлыкъыу щытат, уеблэмэ, а лъэпкъхэм я атэ-лыкъыр ямыгъэгъуэщауэ иджыри къэс кІэлъыкІуэрт, пщІэ лей хуащІырт. КІахэми, Хьэжрэтми, Къэбэрдей абы и цІэр щраІуэрт, «ЛІыхъунэ Батэгъэз и гъукІэгъэсэнщ» зыгуэрым хужаІамэ, ар зы-хужаІам нэхъ нэ лейкІэ еплъырт, пщІэ лей хуащІырт.

ДауикІ, езы Батэгъэз и дежи нэмысу къэнатэкъым Къэбэрдейм уей-уей щыжезыгъэІэ КІэфыщ Хъуншэр и хъыбар. Ауэ зэхуэмы-зэурэ зэман дэкІауэ, Къэсей Шэмаул и къуэ Хьэжысмел тхьэлъэІу щыхуищІыжым ныбжьэгъу щызэрыщІауэ щытащ. Хъуншэр абы щыгъуэ бын иІэтэкъым, къишагъащІэт, ауэ дунейм зы адыгэ тет-тэкъым атэлыкъ хуэзауэ абы гъунэгъу зыхуимыщІу, зримыгъэ-цІыхуу, емыпсэлъылІэу къызэригъэнэн. Акъыл зиІэ цІыхур фІыуэ илъагъурт, игъэлъапІэрт ди лъэпкъым. А щызэрыцІыхуа зэманым Батэгъэз къыжриІэгъат Хъуншэр: «Къуэ уиІэ хъумэ, нашэ, къыс-техьэлъэнкъым, си бын хуэдэ сщІэр бгъэдэслъхьэнщ». Абы щыгъуэ Батэгъэзи нэхъ щІалэт, иджы дауэ хъуа? Псэуж, дунейм ехыжа? Алыхьым и къарур инщ, пщІэнукъым, алъандэрэ блэкІа зэманым куэд игъэпщкІуащ. Пэжщ, илъэсищ ипэкІэ Хьэжрэтым кІуауэ Хьэгъундокъуэ Жамболэтхэ я деж щыхуэзауэ щытащ. ИкъукІэ къыщыгуфІыкІат Хъуншэр, и щІалитІым щхьэкІи къехъуэхъуат: «Къэсейхэ щыбжесІар сщыгъупшэжакъым, Хъуншэр. Ущыхуей махуэм сурылІыщІэщ».

ПщыхьэщхьэхуегъэзэкІ хъуауэ куэбжэм къыІухьа шыгур щи-лъагъум, Батэгъэз и къуэм еджащ:

— Инал, кІуэи куэбжэр Іух, хьэщІэ къэкІуащ. Си гугъэмкІэ, жыжьэ къокІ хьэщІэр. Уэракъэ жыхуэсІэр,— зыхуигъэзащ и щхьэ-гъусэм,— ерыскъым яужь ихьэт. Гъуэгу тетахэр псэкІуэдщ.

ПщІантІэм къыдыхьа гум щыхуэкІуэм, Хъуншэр къилъэгъуащ.

  • Е тхьэшхуэм и фІыщІэр зылъысын, Хъуншэр, сыту сыбгъэ-гуфІа, сыту сыбгъэгуфІа! ГуфІэгъуэ тхьэм къуити... Мы лІы бэлы-хьитІыр уи щІалэхэра жызоІэ? Фыкъехыт, лІым я лейхэ! Пу, мэ-шаллэхь, нарт щылъху хуэдэхэщ. Шыхэр щІэтІыкІ, Инал. Уп пштІ щІэщІар дэгъуэщ, Хъуншэр, ещанэри щхьэ бгъурыпщІа-тІэ? Мыр уанэши хуэдэщ.

  • Уанэшщ,— пыгуфІыкІащ Хъуншэр. Гум илъ щІакІуэм и щІагъым щІэІэбэри, дыщэрэ дыжьынкІэ гъэщІэрэщІа уанэ къы-щІихащ, ар шы бгъурыщІам трилъхьэри, бысымым къыбгъэди-шащ.—Зы махуэ гуэрым Къэсей и къуэжьым сыхуэзауэ къызжи-Тэгъат щІалэ бэлыхь узэриІэр. Иджы, сыкъыщыкІуэм, япэу слъа-гъуну щІалэм Іэ пцІанэ-лъэ пцІанэу сыкъыбгъэдыхьэфынутэкъы-ми, мы шы-уанэ зэтелъыр къыхуэсшат, зимусыгъуэджэу сІихтэмэ, пщІэшхуэ къысхуищІауэ слъытэнт.

  • Іэгъу, зиунагъуэрэ,— плъыжь къэхъуащ ЛІыхъунэ пэхъы-жьыр,— тыгъэшхуэІуэщ мыр мо щІалэжь цІыкІум щхьэкІэ. Сыб-гъэукІытащ, Хъуншэр, уэлэхьэ, щІым сыщІыхьэным хуэдэу сы-пщІам.

  • УщІэукІытэни хэлъкъым. Тхьэм узыншэу тригъэс. КъакІуэ мыдэ, щІалэфІ. Хэт уэ къызэроджэр?

— Инал,— укІытауэ и щхьэр ирихьэхащ ЛІыхъунэ нэхъыщІэм.

  • Убыд шыр, Инал,— хуишиящ шхуэмылакІэр Хъуншэр.— Уп адэ хуэфащэу тхьэм укъигъэхъу... НтІэ, Батэгъэз...

  • Хьэуэ, хьэуэ, Хъуншэр, накІуэ модэ хьэщІэщым. ПщІантІэм щепхьэжьэ псалъэмакъыр жьым ехьыж. Инал, мы щІалитІыр уэ пэш лейм щІэшэ. Гъуэгу тетащ, мэжалІэу къыщІэкІынщ. Зыхуей хуэгъазэ, тІасэ. ИІэ, шыхэр вгъэзагъи, фи Іуэху яужь фихьэ.

ХьэщІэщым щІы.хьа нэужь, Батэгъэз и пхъум къубгъан, тас къихьри хьэщІэм зригъэтхьэщІащ, ахэр щІйхыжри, напІэзыпІэм Іэнэ лъакъуищыр къыщІихьащ, щІакхъуэ, кхъуей, лы гъэва щІы-Іэ телъу, Іэлъэныкъуэ кхъуэщын махъсымэ нту, пхъэ фалъэ къа-хутрнгъэуващ.

— НтІэ, Батэгъэз,— къригъэжьащ Хъуншэр, пщІантІэм щы-жиІэну и мурада псалъэмакъыр,— уи гъащІэр кІыхь тхьэм ищІ, къыпхуэсшащ мо тІур, уи анэмэтщ. Зыгуэр къахэкІыну щытмэ, алыхьырщ, алыхьым нэмыщІкІэ уэращ сызыщыгугъыр. Къахэмы-кІынумэ, сыт тщІэн, арат алыхьым зэриухар жытІэнщи, дытІысы-жынщ.

  • Апхуэдэу щхьэ жыпІэрэ, Хъуншэр? — къеплъащ лІым атэ-лыкъыр.— Пэжщ, псоми хуитыр алыхьыращ, ауэ сабийр къызы-хэкІами мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уэ уипкъ къикІа Іей хъун хуейкъым.

  • Къэрабгъэм къилъхуар къэрабгъэ хъужын хуейуэ аращ, зэ-рыжыпІэмкІэ,— дыхьэшхащ КІафыщ и къуэр.

  • Ар дыдэри сыт, ауэ лъым мыхьэнэшхуэ иІэщ. Хъуншэр. Сэ ар мызэ-мытІэу згъэунэхуащ. Адыгэм «Банэ и пІэ банэ къо-кІэж»,— псалъэжьыр зыри къимыкІыу жиІакъым. Жылэ Іей хэ-псауэ гъавэ бэв ущыгугъ хъунукъым. Илъэс зытхух ипэкІэ щІалэ цІыкІу гуэр къысхуашат. СцІыхутэкъым къэзышари, я хъыбари зэхэсхатэкъым. Быдэу си жагъуэу щІалэр къысфІигъэнащ, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ сымыщІами, сыпэлъэщакъым, къигъанэри кІуэ-жащ. Илъэс ныкъуэ хуэдэ щыІауэ, уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, мо унэм щІэсым къызжиІащ: «Мы щІалэм утехьэлъэ си гугъэщ, магъри жыг щІагъым щІэсщ»,— жиІэри. СыкІуэри щІалэр унэм къыщІэсшэжащ, и напэр нэпсым зэхицІэлауэ. ЗгъэтІысри се-упщІащ нэпс щІыщІигъэкІым и щхьэусыгъуэмкІэ. И щхьэр ири-хьэкІри зэщыджэу щІидзащ. Сэри сыщысщ адэкІэ жысІэнур сы-мыщІэу. ИтІанэ зэхозох: «Нанэ сигу къэкІащ». Ар жызыІэр илъэс пщыкІуплІ ныбжьым итщ! Ауэрэ зызэпилъэщІыхьыжри, и щхьэр егухауэ зыкъысхуигъэзащ:

  • СынолъэІу хъуну? — жиІэри.

  • КъызэлъэІу. Къезэгъыу щытмэ, пхуэзгъэзэщІэнщ.

  • ЕмыкІу умыщІ, си нэпс къызэрыщІэкІар. Сэ уэ бжесІэну сыхуейт, сыхъунукъым сэ ди адэр зэрыхуейм хуэдэу. Сывэнущ, сысэнущ, Іэщ згъэхъунущ. Аращ сэ фІыуэ слъагъур, сыдэзыхьэ-хыр. Ди адэми жесІауэ щытащ зекІуэлІ сызэрымыхъунур. Щхьэ-усыгъуэ гуэр щІыи, кхъыІэ, сышэж.

Сшэжащ. И адэм сыбгъэдэтІысхьэри, жесІащ: «Алыхьым хьэ-тыр иІэмэ, мы щІалэр умыгъэунэхъу, мыр лэжьакІуэлІщ, мэкъу-мэшыщІэщ, зыхуейр къыбжиІэфу нэгъэсауэ адыгэлІщ». Адэм хуабжьу и жагъуэ хъууэ жэуап къызитыжащ: «И гъащІэр кІыхь-кІэщІми иреІуантІэ-тІэ вым и кІэр, си Іуэхущ абы иІуэнтІэн вы-кІэ имыгъуэтым». ИужькІэ сыщІэупщІати, къызжаІащ гъэщІэ-гъуэн гуэр. КъызэрыщІэкІымкІэ, щІалэм и адэр лІы бланэт, бэ-лыхьт, зекІуэлІт, ауэ и адэшхуэр шы тесу Псыжь и гъащІэм зэ-прыкІатэкъым, выч ирыпиупщІыну фІэкІа и къамэ кърихатэкъы.м. Адэшхуэм хэлъа хьэл-щэныр къуэрылъхум и деж кІуэжауэ арат.

Жэщыбг хъуху щысахэщ хъыбар жаІэу. Нэху къекІхэри, Хъун-шэр къежьэжыну зигъэхьэзырыжащ.

  • Аращ, ЛІыхъунэ и къуэ, щІалитІыр уи анзмэтщ, насып яІэ-мэ, зи адэ хуэпшэжам хуэдэ хъунхэкъым.

  • Тхьэшхуэм дыщыгугъынщ,— къикъузащ Хъуншэр и Іэр Ба-тэгъэз.— Гъуэгу махуэ, сыхьэтыфІым тхьэм ухуишэж...

Зэман дэкІауэ, зы махуэ гуэрым къекІуу зэщІэхуэпауэ шууптІ къуажапщэмкІэ къыщыды.хьэри, жылэр кІэлъыплъу КІафыщ Хъуншэр и куэбжэм деж къыщыувыІащ. ЩІалитІыр шыхэм къе-лъэри, куэбжэр Іуахащ, яшхэр ІумпІэкІэ пщІантІэм дашэри, пщІантІэкум щыхэтІа пхъэлъантхъуэм шхуэмылакІэхэр фІадзащ. Зи къуэхэм пэплъэу, ахэр здэщыІэмкІэ плъэурэ, Хъуншэр н шхьэ-гъусэ набгъэ хъуар пырхъуэм къаплъэу тетти, Хьэсэн хуэмышэчу еджащ: «ЛІо, ди анэ, дыкъэпцІыхужыркъэ?» Анэм иІыгъ убалъэр ІэщІэхури, н Іэ кІэзызхэр шияуэ къежьащ:

— Фызэзыгъэлъагъужа ди тхьэшхуэм фІыщІэ хузощІ. Фы-къакІуэт, тІасэхэ, нэхъ гъунэгъуу, жыжьэу зыри слъагъуркъым.

КъуитІым Іэ зырызымкІэ зрашэкІри, чэзууэ и нэкІур я щхьэ-цым щахуащ, и Іэпхъуамбэ гъурхэр я нэкІухэм щызэригъажэу-рэ, Іущэщащ:

  • Нэхъ гъур фы.хъуащ. Ауэ лІыфэ къыфтеуащ... Фи адэри хьэщІэщым щІэсщ, хьэщІэ иІэу. ФыщІыхьи флъагъу, тІасэ. Гу-фІэнщ.

  • Нэхъыжьхэм я псалъэмакъ зэпыдудмэ, губгъэн къытхуа-щІынщ,— жиІащ Хъусен.

  • Ар пэжщ, ди анэ,— диІыгъащ Хьэсэни и къуэшым и пса-лъэхэр.— Яхуэшэчыжтэкъэ дыщІэкІыжыху, жаІэпщ. Дэ шыхэр дгъэзэгъэжынщ, гъуэгуанэфІ къызэпачащ абыхэм. НакІуэ, Хъу-сен.

— Ди гъуиэгъу Къэзан Щэрэлыкъуэ и закъуэщ абы и хьэщІэр. ЛІыжьри гуфІэнщ.

Абы хэту, бжэр Іуахри Щэрэлыкъуэрэ Хъуншэррэ хьэщІэщым къыщІэкІащ. Щэрэлыкъуэ Іэ ижькІэ и пащІэшхуэр ирилъэщІэкІ-ри, бысымым зы.хуигъэзащ:

  • Алоу-уэхь, Хъуншэр, уи щІалитІыр къэкІуэжа жызоІэ! «Зн цІэ ираІуэ бжэщхьэІу тетщ»,— жыхуаІэракъэ? Мыдэ фыкъакІуэт, щІалэфІхэ. Пу, мэшэллэхь, мы тІум я теплъэр, мы тІур зэры-хъуа! — щІалитІыр зришэлІауэ егъэщІагъуэ гъунэгъум.— Уэлэхьэ, КІафыщ и къуэ, уи уанэр пкІэунэм щыфІэбдзэжыну зэманыр къэсауэ къыщІэкІынум.

  • Ар сыту, Къэзан и къуэжь? — и пащІэ щІогуфІыкІ Хъуншэ-ри.— Мыхэр иджыри бэрэжьей кІафий епщэу псыхъуэм дэсхэм хуэдэщ.

  • ЖомыІэ, КІафыщ и къуэ,— идэркъым Щэрэлыкъуэ,— щІа-лэхэр зэфэну псыр дяпэкІэщ къыщежэхынур, я жаныгъуэщ, я къа-ру илъыгъуэщ, лІыгъэ гъэлъэгъуэгъуэщ. Адыгэм зы хьэл Іей тхэлъщ...

  • Зыуэ щытамэ, угуфІэнти,— дыхьэшхащ Хъуншэр.

  • Иджыри къэс зы псалъэ къажьэдэмыкІауэ къедаІуэ щІа-литІыр нэхъ гъэсащ уэ нэхърэ, КІафыщ и къуэ... НтІэ, сэ жысІэ-нурат, дэтхэнэ зы адыгэми и вакъэр лъыпиІужыфыху нэхъыщІэр утыку игъэкІуэнукъым. Апхуэдэурэ лІыгъэ зыхэлъ, цІыхугъэшхуэ зыбгъэдэлъ щІалэ куэд тІорысэ мэхъу, унагъуэ иІэ, сабий къыкІэ-рыщІа мэхъури, лІыгъэ зехьэнми, зекІуэ кІуэнми гукъыдэж хуа-мыІэжу къонэ. Иджыпстущ мыхэр хуит щыщІын хуейр лъэпкъым и щІыхьыр яІэтыну, хэкур бийм щахъумэну, я щхьэ яхъумэжыну. Дэ ди зэманыр икІащ, Хъуншэр, фІы тщІамэ, мыбыхэм ящыгъу-пщэнкъым, ягъэкІуэдынкъым. ФІыр зэи кІуэдыркъым. Иджы дэ къытлъысыжыр мыбыхэм чэнджэщ етту дыщыІэнырщ... Уэлэхьэ, сыгуфІам, Хъуншэр, тхьэм я хъер уигъэлъагъу.

  • ГуфІэгъуэ тхьэм къуит, Щэрэлыкъуэ.

  • ИІэ-тІэ, сэри сыкІуэжынщ. Мы щІалэ бэлыхьхэм я сау-лыкъукІэ тхьэлъэІу щыІэну къыщІэкІынщи...

  • Іэу-у, зиунагъуэрэ, щхьэ щымыІэнрэ? Мыгувэу арн.

— Тхьэм къуигъэхъулІэ. Тхьэ щІелъэІу щІалэхэщ. ЛІыжьыр дашыжри, Хъуншэррэ Хьэсэнрэ къагъэзэжащ, Хъу-сен Щэрэлыкъуэ ишэжащ. «Сыт мы лъэбакъуищым, сэ сыкІуэжы-фынуш»,— зэрыжиІэм хуэдэурэ Хъусен абы бгъурыту ежьащ...

Хъуншэр и къуитІым Хьэсэнрэ Хъусенрэ щІафІищар а щІали-тІым я цІэр зэрызэщІэжьыуэр аратэкъым. Абы езы лІым мы-хьэнэшхуэ дилъагъурт. Куэдым зэращІэщи, Мухьэмэд бегъымба-рым и шыпхъу закъуэ ФатІимэт Хьэлий бегъымбарым и щхьэгъу-сэу щытащ. Хьэлийрэ ФатІимэтрэ бынищ яІащ: Хьэсэн, Хъусен, а тІум тхьэІухудым хуэдэу дахэу зы шыпхъу — ЗейнабкІэ еджэу. Тхыдэм къызэрыхэшыжымкІэ, хъыбару ди деж къахьэсамкІэ, Хьэ-сэнрэ Хъусенрэ икъукІэ лІыгъэшхуэ яхэлъу, я адэр зыхуэлажьэ диныр дэнэкІи щыпхрагъэкІыным иужь итхэу щытахэщ. А зэма-ным муслъымэн диныр мащІэу дыкъуакъуэ хъуауэ щытащ. Ар къызыхэкІари зыщ: дунейм муслъымэну тетым алыхьым п лІы-кІуэу бегъымбару къалъытэр Мухьэмэд и закъуэт. Адрей бегъым-бархэм ар псалъэмакъыншэу къащтами, Хьэлий идакъым — сэри еыбегъымбарщ, алыхьми срилІыкІуэщ, уеблэмэ, Мухьэмэд нэхърэ алыхьым нэхъ сыпэгъунэгъущ, муслъымэи диныр нэхъ къабзэу, тэмэму зызохьэри, цІыхухэм я деж нызохьэсри, жиІэри. Абы къы-щыувыІакъым Хьэлий. «Алыхьым и пащхьэ къикІа тхылъ лъа-пІэр — къурІэныр—Мухьэмэд зэриІуатэм пцІы хэлъщ, зэрыщы-тын хуейр мыращ»,— жиІэри, езым зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хилъхьащ. Аратн, алыхьым н пащхьэ къикІауэ бегъымбаритІ щыІэнкІэ Іэмал иІэтэкъыми, ІыхьитІ хъуащ: шиитрэ суннтрэу. Хьэлий и телъхьэхэр — шиитщ, е МутІэ-Хьэлий хужаІэ, Мухьэмэд дежкІэ къэнахэр сунитхэщ, е Мухьэмэд-динщ зэреджэр. Шиитхэр куэдкІэ нэхъ мащІэщ, нэхъыбэу ахэр зэрысыр Иранырщ, езы Хьэ-лий зыщыпсэуа къэралым. Нобэми а тІур зэгурыІуэркъым, дэтхэ-нэри езыр муслъымэн диным зэреплъыр нэхъ тэмэму жеІэри. Аращ Ираным икІыу хьэжыщІ Мэккэм зы цІыху щІэмыкІуэр, кІуэуэ щытми, щІэкІуэр абы щыІэ Мухьэмэд и мывэ фІыцІэм, зэрыжа-ІэмкІэ, фІей гуэрхэр щахуэу бегъымбарыр ягъэикІэну аращ.

НтІэ, Хьэсэнрэ Хъусенрэ щІалэ хахуэхэт, я гъащІэр зэрагъа-кІуэр зекІуэт, дзэшхуэ я гъусэу Иракым, Афганистаным, Тыркум и къуажэ щхьэхуэхэм теуэхэрти, гъэр, мылъку куэд къахьырт. Мис апхуэдэ зы зэхэуэшхуэ гуэрым зэкъуэшитІри хэкІуэдауэ щы-тащ. ЩІалитІым ялъ ищІэжыну къуэш яІэтэкъым. Ауэ, къаукІа хьэрыпым илъ умыщІэжынри, и хьэдэр щІамылъхьэу къуаищІэм ебгъэшхыжынри зэхуэдэти, Зейнаб зауэлІ фащэкІэ зихуапэри, шууей гуп къызэригъэпэщащ, ар зыщІнгъури и дэлъхуитІыр къы-щаукІам кІуащ. Хъыджэбз Іущым ищІэрт цІыхухъу фащэ щыгъыу ар яубыдмэ, тезырым я нэхъ хьэлъэр къызэрытралъхьэнур, ауэ лъы щІэжыным и нэр къыщипхъуэри, нэгъуэщІ хэкІыпІэ имылъагъуу, кІуат. ЗдэкІуахэри къапэплъэу къыщІэкІащ, кІуахэм нэхърэ нэ-хъыбэу къитІысыкІауэ. И дэлъхухэм ялъ ищІэжащ Зейнаб, ауэ езыри гъэр ящІащ. Пщэдджыжьым ар зэрыцІыхубзыр къыщащІэм, тезыр шынагъуэ тралъхьащ: пцІанэу гум ипхауэ, зэфІэту хьэрып къэралхэр кърашэкІыиу. КърашэкІащ Зейнаб апхуэдэу мазитІым нэс. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым ахэр Дамаск и бгъум и деж къыщыу-выІауэ, Мухьэмэд и телъхьэхэм щыщ гупым мурад ящІащ Зей-наб къадыгъуу е къамыдыгъуфмэ, яукІыу абдеж напэтехыр ща-ухыну. Апхуэдэуи ящІащ: къаицыхуэмыдыгъужым, яукІащ, «тыншыжынщ»,—жаІэри. Зейнаб щаукІа щІыпІэ дыдэм и деж мэж-джытышхуэ щагъэуващ жэщи махуи нэмэз щащІу, тхьэ щелъэ-Іуу. Ар Дамаск и Сити хьэблэм дэтщ, Зейнаб и зерэткІэ еджэу. Зейнаб и дэлъху, Мухьэмэд бегъымбарым и шыпхъу ФатІимэтрэ Хьэлий бегъымбарымрэ я къуэ Хьэсэнрэ Хъусенрэ я цІэкІэт КІа-фыщхи щІыфІащар.

КІафыщхэ Хьэсэнрэ Хъусенрэ дзэшхуи яІэтэкъым, ауэ я лІы-гъэм и хъыбарыр Къэбэрдей псом щызэлъэІэсат. Ауэ дэнэкІэ ще-мыпсыхами, хэт и деж лІыгъэ хъыбар къыщрамыгъэжьами, япэ дыдэ хъыбарым и пэублэу зэхахыр ЕщІэнокъуэ зэкъуэшнтІырт. Абы зэгуигъэпырт щІалитІыр, щэхуу, зыми ирамыгъащІэу ефы-гъуэрт. Зэи-тІэуи Джылахъстэней ихьат, щхьэуеыгъуэ гуэркІэ зы-хуагъазэу фІэнэнхэу, ІэщэкІэ я лІыгъэр ягъэунэхуну. Ауэ, кІуэхуи хуэмызэу, ямыгъуэту къэкІуэжахэт. ХьэтІохъущокъуэхэ я деж щыхуэзам, зикІ Іэмал ягъуэтакъым я пІэ кърашын: сыт хуэдэу зыхуамыщІами, шэху яІурыгъэлъэда хуэдэу щысащ. Иджы къэ-хъуар ягъэхъыбарыжу къыздэкІуэжым, Хьэсэн и шынэхъы-щІэм хуеплъэкІри, жриІащ:

  • Мы псалъэмакъым уэ щІагъуэу укъы.хыхьэркъым, Хъусен. ЛІо, умыгъэдахэу ара?

  • Уэлэхьэ, Хьэсэн, схуэмыгъэдахэ. ПцІыр сыткІэ щ.хьэпэ, е къпкІынкІэ сошынэ зыхэтщІыхьам. Езы тІур дгъэунэхуну му-раду днІэмэ, ныуэжьым сыт и лажьэ? Анэм илъ бгъэжауи, хэт къыпхуигъэгъун? Уи щхьэм елъыт, уэ уи анэм апхуэдэ...

  • Къэгъанэ иджы, Хъусен! — зригъэІэтащ и макъым шынэ-хъыжьым. КъамышымкІэ и шым хэуэри илъащ. Зы теуэгъуэфІ жауэ, къызэплъэкІри, Хъусен кІэлъыщІэпхъуэн дэнэ къэна, и шыр игъэущатэкъым. Къигъэзэжри, къыбгъурыувэжащ. Зыкъомрэ щы-ма нэужь, пищащ: — Ушынэу ара?

  • Хьэуэ, Хьэсэн,— еплъащ мыдрейр шынэхъыжьым.— Ауэ къекІукъым ныуэжь лажьэншэм дыркъуэ тебдзэн щхьэкІэ Къэ-бэрдей уикІыу Джылахъстэней укІуэну. Ар джэгуакІуэ гуэрым и тхьэкІумэм иІуэмэ, Къэбэрдей псом я Іупэ телъу уэрэд т.хузэ-хилъхьэнщ.

— АбыкІэ узахуэу сощІри, дэ абы зыри тхуещІэжынукъым. Зыми зыри жомыІэ, «ди лейр дгъэгъункъым»,— жаІэрэ ЕщІэно-къуэ зэшитІыр къакІуэмэ, дахуэгъэзащ.

  • Хьэуэ, Хьэсэн,— идэркъым Хъусен,— ди адэм жетІэн хуеищ.

  • Щыгъэт, Хъусен! — къилъащ Хьэсэн.— Абы жепІэ къурэ апхуэдэ напэтех?

  • Ар уэ езым уфІэнапэтехщ. А зэпщІа щІалитІым дауэ ар къазэрыщыхъунур? И-и? Лъэпкъ зауэ кънкІынкІэ хъунущ абы. Уэ угъуэлъу ужеину, уи анэм и гугъу сщІыххэнкъыми, уи лъэпкъ и бзылъхугъэ и нэкІу кърасыпэхауэ? Уэращ япэ дыдэ кІиинур: «Лъыр-лъыкІэ!» — жыпІэу. ЛІо, зырыз-тІурытІу ЕщІэнокъуэхэ ди лъэпкъыр иребгъэгъэжыну ара? Ар къыпхуащІэфынущ а зэши-тІым, дяпэ нэсауэ ди унагъуэм мафІэ щІамыдзауэ щытмэ. Хьэ-дзыгъуанэ абгъуэм укІуэри ухэІэбащ.

— Хъунщ, дакъелынщ,— ищІащ и Іэр Хьэсэн.— Ауэ дегъэпІэ-щІэкІ, уэри жыпІащи, дяпэ ихуэмэ... ИналхьэблэкІэ къажыхьыфы-н\тщ, дэ мыбыкІэ дызэрыкІуэжыр къащІэмэ...

ЗэкъуэшитІыр зыдыхьэжа пщІантІэр даущыншэт. ЛІыщІэ сыт-хэм емыджэу яшхэр ягъэзэгъэжри, унэм щІыхьэжыну щаунэтІым, кІыфІым хэту хьэщІэщыбжэм деж щыт адэм и макъыр зэхахащ:

— Къэт жевгъэІаи. Сыт я узыншагъэ фыздэщыІахэм? Къуэжьо-къуэ и къуэжьыр зэрылъэрытет?

— Уэлэхьэ, ди адэ,— къригъэжьащ Хьэсэн...

  • Къуэжьокъуэ и къуэжьым я деж дыдыхьакъым, ди адэ,— Іэпихащ абы и псалъэр Хъусен. ФІыуэ ищІэрт пцІы зэриупсынур. Къригъажьэри Іуэхур зытетыр зы псалъэ димыгъэхуу адэм жри-Іэжащ.— Иджы адэкІэ тщІэнур къыджыІэ.

  • Хьэмэ фыкъилъхуащ тІури! — губжьащ Хъуншэр, и къуи-тІыр хьэщІэщым щІишащи, зэрыжаІэщи, еужьыгу.— НэгъуэщІым зыми фемыплъми, мы си жьакІэ тхъуам, жылэ дызыхэсым щхьэ фемыплъарэ? Сыт напэр сиІэу нэху здэщым уэрамым сыдыхьэну апхуэдэ напэтех си плІэм дэлъу? Абы фегупсыса фэ? Хьэмэрэ, фи атэлыкъым и гур игъащІэкІэ къимыхьэжыну зэривудар къывгуры-Іуэжрэ? ФылІарэ фыщІэслъхьэжам нэхъыфІт си пщІантІэ апхуэ-дэ хьэдыгъуэдахэ къыдэфхьа нэхърэ.

Адэм и псалъэхэр иуха къыфІэщІри, Хьэсэн и щхьэр къыдри-мыхьейуэ, къригъэжьащ:

— Ди адэ...

— Адэ хьэдагъэр уэзыгъэщІын! — епхъуащ Хъуншэр къамэм.— Фызэрысабий лъандэрэ фи щхьэм изукІэрти лъэпкъ зэбийр зэры-зижагъуэр, абы си ажалыр зэрыхэлъыр. Куэди дызэрызэрышхы-жар, дызэрызэрыукІыжар! Ирикъунти дэ дилъу ди бийм игъэжар, дэр-дэру дызэмызэуэжми. Ауэ ткІэрыкІыну къыщІэкІынукъым а тхьэмыщкІагъэр адыгэм, ди лъым и закъуэ мыхъуу, ди къупщхьэм хыхьауэ хэту къыщІэкІынущ. Щхьэ фыщыт, тефлъхьэ си шым уанэ!

ЩІалитІыр щІэжащ. Хъуншэр и цей кхъуэщыныфэр щитІа-гъэщ, и Іэщэ-фащэр зыкІэрилъхьэри, пщІантІэм къыдыхьащ. Жэ-щыр нэхут, мазэр Іурихыу уафэгум итт, цІырцІыр макърэ хьэ банэ макъ закъуэтІакъуэрэ фІэкІа къуажэм зыри щызэхэпхтэкъым. ЛІы губжьар Хъусен ІумпІэкІэ иІыгъ шым шэсри, зы псалъэ жи-мыІэу куэбжэмкІэ иунэтІащ. Куэбжэр Іуихауэ щыт и къуэ нэхъы-жьым и деж щынэсым, абы емыплъу, здигъэзэну лъэныкъуэмкІэ плъэурэ, жиІащ.

— Фысакъ... Сэ мыгувэу къэзгъэзэжынщ. Сыкъэсыжыху фы-мыгъуэлъ..

Зэуэ шы лъэ макъыр къуажэм щхьэщыз хъуащ. ЛъэхъуфІкІэ здэкІуэм, Хъуншэр иджыри наІуэу ищІэртэкъым зыхуэкІуэ къуа-жэпщым жриІэнур. Къригъажьэу си къуитІым напэтех зрахьащ,— жиІэну укІытэрт. Ар дауэ,— жаІэнкъэ,— КІафыщ Хъуншэр и быи хуэмыгъэсауэ. Жылэм езыр я чэнджэщэгъущ, я гуауи гуфІэгъуи кърахьэлІэ, иджы и дамэр дришейуэ дауэ абы и пащхьэ зэриу-вэнур? Уимыувэми, насыпыншагъэшхуэ къэхъункІэ хъунущ. Зы-гуэркІэ жылэм лей къылъысмэ, щхьэ хъыбар къызомыгъэщІарэт, жиІэнущ. ЕщІэнокъуэ зэшитІым апхуэдэкІэ уадэгушыІэ хъуну-къым, мафІэ къыпщІадзэнщи, уамыгъэсым тхьэр согъэпцІри. Къа-гъуэтаи я лІыгъэр щагъэунэхун! Абы щыгъуэми я анэмкІэ!

Хъуншэр пщым и куэбжэм деж шым щепсыхри, ІумпІэкІэ ди-шащ, пхъэлъантхъуэм шхуэмылакІэр фІидза къудейуэ, лІы гуэр къыбгъэдыхьэри сэлам къитащ:

— Сэлам алейкум, Хъуншэр. Мыр сыту ухьэщІэ кІасэ.

  • А-а, Наурыз, уэра мыр? Уалейкум сэлам. Уэлэхьэ хьэзим, сукІытэурэ сыкъэкІуам. Пщым сыхуейт.

  • ГуфІэгъуэкІэ ухуейуэ тхьэм къыщІигъэкІ, гъуэлъыжыну мо-уэ щІыхьэжа къудейт. И къуэш Исмел къэкІуауэ щысахэт хъы-бар жаІэу. Пщэдджыжь...

  • Хъунукъым, Наурыз,— идэркъым Хъуншэр.— Іэмал иІэу мыпхуэдэ зэманым сыкъызэрымыкІуэпур сымыщІэу сыделэ? Же-Іэ, Хъуншэр ІуэхукІэ къыпхуэкІуащ, жыІи.

  • ПщІантІэм уи закъуэу дауэ укъыдэзнэн. Исмел хьэщІэщыр нэхъ къищтэри, абы щыгъуэлъат.

— Ягъэ кІынкъым, кІуэ, тІасэ, хъыбар егъащІэ, быдэу сыукІы-тэурэ сыкъызэрыкІуари жеІэ.

Наурыз, «уэлэхьэ, Іуэхутэмэ»,— жиІэурэ, унэм щІыхьащ, куэд-рэ зимыгъэгувэу къыщІэкІыжри, хьэщІэщымкІэ кІуащ. Абып нэхъ мащІэжрэ фІэкТа зыщимыгъэгувэу, уэздыгъэ щІигъанэри къыщІэ-кІыжащ, пщІантІэкум ит лІым къыбгъэдыхьэжри, хьэщІэщымкІэ и щхьэр ищІурэ, хъыбар къригъэщІащ:

— НакІуэ, Хъуншэр. Езыри иджыпсту къэкІуэнущ. Исмели къэтэджыжащ. Къызэшхыдащ «КІафыщ и къуэр пщІантІэм щы-пІыгъщ»,— жиІэри.

ХьэтІохъущокъуэ Исмелрэ КІафыщ Хъуншэррэ сэлам зрахри, зэщыгуфІыкІыу етІысэха къудейуэ, Хьэсэнбий къыщІыхьащ. Къуажэм лІы куэд дэстэкъым ныжэбэ хуэдэу хэкІуэтауэ мы пщІантІэм къыдыхьэфын. Хъуншэр апхуэдэу нэкІуэпакІуэу щІы-щытым щхьэусыгъуэ иІэт: тІэунейрэ, хьэмэрэ щэнейрэ, Хьэсэнбий ажалым къригъэлат, нэхъ щІалэхэу зекІуэ зэдэкІуэу щыщытахэм. ХьэтІохъущокъуэ и къуэми ар щыгъупщэтэкъым: алыхьым и зы къурмэн блимыгъэкІыу Хъуншэр и деж гъэлъэхъу хэплъыхьа хурн-гъашэрт, «мыр уи къурмэныпхъэщ»,— жиІэрти. «Іэгъу, зи мылъ-кур бэгъуэн, сэ сиІэкъэ къурмэныпхъэ, щхьэ мыпхуэдэу пщІы-рэ?» — жиІэу КІафыщ и къуэр къыщегием, Хьэсэнбий жэуап къри-тащ: «Уэ уиІэри убагъуэ, Хъуншэр, сэ уэ тыгъэ къысхуэпщІам нэхърэ нэхъ лъапІэкъым ар. Уэ уи тыгъэр уасэншэщ. Си псэр къурмэи пхуэсщІу лъыти, зы псалъэ жомыІэу гупсэхугъуэ къы-зэт». Абы лъандэрэ илъэс дапщэ дэкІа, итІани къуажэпщым и мэ-лыхъуэхэм ящыгъупщэркъым, пщэдей хуэдэр къурмэну, пщыхьэ-щхьэм КІафыщ и къуэм деж гъэлъэхъу хэплъыхьа зэрышэн хуейр. Гу къэгъэкІыжи, етІуанэ жыІи хэмылъу...

  • Уэлэхьэ, КІафыщ и къуэ, кІасэу укъежьам, фІыкІэ укъы-тхуэкІуауэ тхьэм къыщІигъэкІ,— тІысурэ къеплъащ и ныбжьэгъум Хьэсэнбий.— ЛІо, Хьэсэн къихьаІауэ ара?

  • Апхуэдэу щытамэ, си уэредадэти,— ину щэтащ Хъуншэр, къригъажьэри и щІалитІым яІэщІэщІыхьар яжриІащ.

  • Іэлоу-уэхь,— къилыдыкІащ Исмел и нитІыр,— сыт мыгъуэм щхьэкІэ хэІэба хьэдзыгъуанэ абгъуэм? СощІэж а тІум ди хьэ-щІэхэм иращІауэ щытар, алыхьу тэхьэлам и цІэкІэ соІуэ, уи лъа-псэм псы ирамыгъэжыхьыжым. Апхуэдэ бий пщІы хъун? Апхуэ-дэхэм къыпакІухь, худачых.

—Ар псори сэ къызгуроІуэ, Исмел,— къэтэджащ Хьэсэнбий. Хъуншэри зыкъиІэтащ.— Щыс, КІафыщ и къуэ... Дауэ тщІым нэ-хъыфІ. девгъэгупсыс.

— Сэ мы Іуэхум еплъыкІитІ иІэу хэслъагъуэркъым,— къеп-лъащ и къуэшым Исмел.— Хъуншэр и щІалитІыр зыщІигъуауэ кІуэн хуейщ Мэртазэ и къуэжьым деж. Абы и псалъэм фІэлІы-кІынхэщи зэдгъэкІужынщ. Ауэ зэкІужыпщІэми егупсысын хуейщ. Сэ си анэ апхуэдэ къращІэмэ, мылъкукІэ яхуэзгъэгъуну? Егупсы-сын хуейщ фи напэр текІауэ фыкъыдамыхужын щхьэкІэ. «Блэ зэ-раукІа башщ а тІур»,— жиІэрейуэ щытащ ди адэ тхьэмыщкІэм. Ар зи пхъашагъым щахудичых щыІащ а тІум.

— НтІэ, Хъуншэр, зэманыр пщІэншэу дгъэкІуэнкъым. Уэ кІуэ-жи щІалитІыр хьэзыру щыгъэт. УщехыжкІэ, Щэрэлыкъуэ жеІи, здэшэ фи деж. Дэри зыдгъэгувэнкъым... Апхуэдэу укъызэмыплъ, Исмел, уэри унэкІуэнущ. Ди адэ тхьэмыщкІэм къыджиІауэ щытар пщыгъупщэжа?.. Упсэу, уощІэж. НтІэ, нобэ хуэдэ зы махуэщ ар щІыжиІар. ИтІанэ, Мэртазэхэ декІуэлІэнукъым, абыхэм я анэр, си гугъэмкІэ, Мэртазэхэ япхъукъым. Я анэм дежщ дызэкІуэлІэн хуейр... Уэ зыри жыпІэркъыми, КІафыщ и къуэ.

— Согупсыс тыгъэ яхуэсщІынум,— къыдэплъеящ Хъуншэр.— Сэ си Іэщи, си мылъкуи ахэр хуейкъым.

— Іэщэ-фащэ нэхъыфІт...

  • СиІэт сэ дыщэ дыдэу къамэ-бгырыпхитІ... ЩІалитІым щхьэ-кІэ, къашэм жысІэри, Дагъыстаным щезгъэщІат.

  • Ахэр дэгъуэщ,— жиІащ Исмел арэзыуэ.— Дыщэ дыдэмэ, хъунущ.

— ИІэ-тІэ, КІафыщ и къуэ, кІуэ, ауэрэ нэху щынущ. КІыфІу жылэм дыдэвгъэкІ. Фыфейхэми яжеІэ, зы цІыхум щІищІэн щыІэ-къым дыздэкІуаи дыщІэкІуаи. ИтІанэ сегупсысыжащи, Щэрэлы-къуи умыгъэпІейтей, щыхьэт лей дыхуейкъым...

ЕтІуанэ пщыхьэщхьэм, пшапэ зэхэмыуэ щІыкІэ, екІуу зэгъэпэ-ща шууитхур ЕщІэнокъуэхэ я куэбжэм Іухьащ. ПщІантІэм зыри дэттэкъым. Унэми цІыхубзхэм фІэкІа щІэстэкъым, зэкъуэшитІыр губгъуэм щыІэти, къэкІуэжыным пэплъэу зэхэст. Пэщэхъан щхьэ-гъубжэмкІэ къыдэплъри, зытеса шыхэр ІумпІэкІэ яІыгъыу къыды-хьэ лІы гупыр щилъагъум, и лъэнкІапІитІыр щІэщІэри етІы-сэхащ.

— Дыунэхъуа си гугъэщ, нанэ, я шыхэр ІумпІэкІэ яІыгъыу лІы гуп къыдохьэ,— и фэр пыкІауэ Іущэщащ ар.

— Сыт жыпІэр, тІасэ,—къэтэджащ Іэминат.— Ялыхь, ІейкІэ къытхуэкІуэу къыщІомыгъэкІ... Шыхэр пхъэлъантхъуэм ирапхащ... Зэхэувауэ мэпсалъэхэр... Я нэгум нэщхъеягъуэ къищ хуэдэкъым. Фэ фыщыс, сэ сыкІуэнщи хьэщІэщымкІэ езгъэблэгъэнщ.

Фызыжьыр къыщІэкІри, лІы гупым къабгъэдыхьащ, Іэ сэмэ-гумкІэ и ІэлъэщІыр и напэм къытригъэкІуатэурэ, зэрыукІытэр нэрылъагъуу, жиІащ:

  • Феблагъэхэ.

  • Уи благъэр куэд ухъу,— итащ жэуап Исмел.— Дыщымыуа-мэ, мыр ЕщІэнокъуэ Атэбий и пщІантІэщ.

  • Аращ,— ирихьэхащ и нэр Іэминат.— ТхьэмыщкІэр дунейм зэрехыжрэ фІыуэ щІащ. Иджы и щІалитІыр щопсэу.

— Дунейм ехыжами жэнэтыр увыІэпІэ тхьэм хуищІ, и гуэныхь тхьэм къыхуигъэгъу. Къэнахэри тхьэм фигъэузыншэ.

— Тхьэр фІыкІэ къывэхъуэхъу. Фынеблагъэ мо хьэщІэщым-кІэ. ЩІалэхэри иджыпсту къэсыжыну дапоплъэ. ФынакІуэ, тІасэ.

ЛъэбакъуитІ-щыкІэ гупым къахэмыхьэу щыт щІалитІыр щи-лъагъум, Іэминат и лъакъуэр зэщІэнащ. Фызыжь Іущым къищІащ Іуэхур зытетыр, ауэ апхуэдэ игу къэкІауэ гу зылъригъэтакъым. ХьэщІэщым щІиша иужькІи щІалитІым дежкІэ еплъэкІакъым, езы тІур «я нэхэр къихуу» Іэминат къеплъ пэтми. «Сэ иджыпсту ди нэхъыжьым сыкъеджэнщ»,— жиІэри, фызыжьыр хьэщІэщым къыщІэкІыжащ.

Абдулыхь и цейр щитІагъэщ, къамэ-бгырыпхыр зыбгрилъхьэ-ри, къекІуэкІащ. ЗэрыцІыхуа нэужь, ЕщІэнокъуэхэ я нэхъы-жьым щІалитІыр зэпиплъыхьри, хэгупсысыхьауэ и щхьэр игъэкІэ-рахъуэурэ,-жиІащ:

— Уэлэхьэ, ди дежкІэ пщІэшхуэм ХьэтІохъущокъуэ и къуэхэр ди лъапсэм фыкъызэрихьар, ауэ къыздэфшэн хуеякъым мы щІа-литІыр. Мыбдеж щыс.хэр дызыпэмылъэщын Іуэху къэхъункІэ щы-нагъуэщ, Исмел. Ар хъунт къамэ е сэшхуэ къызыхурахар сэрауэ, е езы тІум язырауэ щытамэ. Зилъ кърагъэкІар щхьэлъащІэщ, анэщ, зиунагъуэрэ. Хэт илъэгъуа апхуэдэ напэтех? Хэт хуэшэчыну и анэр апхуэдэу щІэнэкІалъэ ящІу? «Лъыр зэратхьэщІыжыр лъыщ»,— жаІэ зэкъуэшитІым, Іэдакъэжьэхъуу сІыгъщ лъыщІэж нежьэну. Дыгъуасэ зэтесІыгъащ, нобэ зэтызоІыгъэ, пщэдей-щэ? Аргуэру зауэ, аргуэру лъыгъажэ. Сыту дытхьэмыщкІэт адыгэр, сыту дыакъыл жьажьэт.

— Ар пэжщ, Абдулыхь,— къригъэжьащ Исмел.— ЖыпІам зы-ри хэздзкъым, ауэ уэри лъэпкъри фегупсыс, хэт хуей а уэ жы-хуэпІа лъыгъажэм? Мо сабийхэр щыуащ жыпІэу мафІэм исыж мы дунейм щхьэ лыгъэ щІэбдзэн хуей? Къуаншэ мыхэр? Къуан-шэщ мо мэзым щІэт кхъуэпІащэм хуэдэу...

Іэнэ иІыгъыу Іэминат къыщІыхьащ, Пэщэхъан тас-къубгъан къыщІихьэри заригъэтхьэщІащ. Нысэр щІэкІыжа нэужь, Исмел Іэминат зыхуигъэзащ:

— КхъыІэ, ди шыпхъу, уэри ущІэмыкІыжу къедаІуэ. Гу лъыс-тащ дэ дыкъызытекІухьар къызэрыбгурыІуам. Ягъэ кІынкъым„

къедаІуэ жытІэм. Уэ уанэщ, лей зылъысари уэращ.

  • ТІэкІу федзакъи, итІанэ фыпсэлъэнщ. ФыгъуэгурыкІуащ, фымэжалІэ къыщІэкІынщ.

  • Хьэуэ,— идэркъым Исмел,— иужькІэ. Абыи дыхунэсынщ. НтІэ, Абдулыхь, дэ мыхэр дгъэзэхуэну дыкъэкІуауэ аракъым, я къуаншагъэр едгъэпшыныжыну къэтшауэ аращ, мис мыбдеж щыт бзылъхугъэм и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу иту... Щхьэ фы-щыт, хьитІым яку къыдэкІахэр!

Хьэсэнрэ Хъусенрэ, я щхьэр къахуэмыІэту, Іэминат и пащхьэ иувэри лъэгуажьэмыщхьэ зрагъэуащ. Іэминат къащтэри, зы лъэ-бакъуэкІэ икІуэтащ.

— А сэ сылІа мыгъуэм нэхъыфІт,— жиІащ абы,— фытэдж иджыпсту, сыт мы напэтех фщІэр?

— Хьэуэ, ди анэ,— и щхьэр зэрыщІэгуауэ къыдопсэлъей Хьэ-сэн,— уэращ напэтех зэтщІар. Иджы укъытщымысхь, къыттелъхьэ тезырым я нэхъ хьэлъэр. Тхьэ пхудоІуэ а тезырыр ттемыкІауэ дымыжеинкІэ, дымыпсэхункІэ. Уэ къытхуэгъэгъу закъуэ.

А дакъикъэм, бжэр Іуахри, ЕщІэнокъуэ зэшитІыр хьэщІэ-щым къыщІыхьэжащ.

— ХьэщІэ...— къригъэжьат Уэзырмэс, ауэ лъэгуажьэмыщхьэу утыкум ит щІалитІыр щилъагъум, зыри къыгурымыІуэу и анэм еплъащ: — Мыр сыт, ди анэ?

Іэминат щІалитІыр къигъэтэджыжри, я кум къыдэуващ.

— ФщІэрэ, тІасэ, КІафыщхэ къывэкІужыну къэкІуащ. Темыркъан и нитІыр къилыдыкІащ, и дзэхэр «щІыкъыкъыкъ»

жаІэу зэригъэшхри, и къамэр къамапІэм къригъэкІуэтурэ жиІащ:

— ЛІо, КІафыщхэ я лІыхъужьхэм ямыщІэу ара лъыр зэратхьэ-щІыжыр? Ныуэжь Іэ пцІанэр губгъуэм щызэхасыпыхьым...

Уэзырмэс Іэбэри и къуэшым и Іэпщэр иубыдащ. — УкъимытхъутхъукІ, нэхъыжь щІэсщ мы унэм. ЕмыкІу къомыхь.

—Сэ сщІэр емыкІущ, мо тІум ящІар екІущ! — нэхъри зэщІо-плъэ Темыркъан.— Нэхъыжьхэм къысхурагъэгъу, ауэ мо дп аиэм и нэкІум сиплъэху си гур къызэІыхьэу сыпсэуфынукъым.

— Хъунщ, Темыркъан,— ищІащ и Іэр Абдулыхь,— зэ тесабы-рэ. Мы фи хьэщІэхэр зэвгъэцІыху. ФызэгурыІуэмэ, хъарзынэщ, Къэбэрдейми Джылахъстэнейми ди насыпщ, лъы гъэжэныр нэхъ мащІэ хъунщ. НтІэ, мыбдеж къыдэсыр ХьэтІохъущокъуэ Исмелщ, мыр КІафыщ Хъуншэрщ, фи адэ тхьэмыщкІэм и ныбжьэгъу пэжу щытащ. Мыдрейри ХьэтІохъущокъуэ Хьэсэнбийщ. Си гугъэмкІэ, ХьэтІохъущокъуэхэ зищІысыр фэ фІы дыдэу фощІэ.

— Ди хьэщІэ лъапІэхэм я хьэтыркІэ, фызэзгъэфа быдзышэм и хьэтыркІэ фекІуж мы щІалитІым. Фызыжь угъурсызт, и Іуэхум-ер къикІат къысхужевмыгъэІэ. Адыгэр дызэзэуэжурэ хамэщІ къи-кІа бийм дешх. А бийм езэуэн дгъуэтыжкъым дэ дызэрофыщІыж-ри. ФызэкІуж, тІасэ, зэш хуэдэу фыпсэу. Ягъэ кІынкъым, тхьэ Іуа фиІэми, алыхьым къыфхуигъэгъунщ.

— Алыхьым къытхуигъэгъуми, ди напэм къытхуигъэгъуну? — идэркъым Темыркъан.

  • Фи анэр цІыху губзыгъэщ! — къыхыхьащ псалъэмакъым Исмел.— Апхуэдэ акъыл зиІэ цІыху нэхъыбэ жылэм дэсащэрэт жыхуаІэм хуэдэщ. Сэ къызгуроІуэ, щІалэфІ, псори, фэ фи пІэм ситам, сэри арауэ къыщІэкІынт сызэрыщытынури жысІэнури. Зы-ми емыкІу фыкъищІынукъым жэуап лъэпкъ къыдэвмыту дыдэв-гъэкІыжми, къуажэм дыдэкІыжа нэужь фыныткІэлъыпхъэррэ филъ фщІэжми. АбыкІэ гуэныхьи къыфтехуэнукъым. Ауэ фегу-псыс фи анэм жиІам. Фегупсыс адыгэр дызэрыхъуам. ЛІыгъэ ды-зэригъахуэркъым: къуэшым къуэшыр и бийщ, адэм къуэр илъагъу хъуркъым... Абы щыгъуэми хамэщІ къикІа бийм ди Іэщыр еху, ди мылъкур зэрепхъуэ. ЗылІ и бын хуэдэ дызэкъуэувэу а бийм лъа-псэрыхыр къыхуэдгъэкІуэн ипІэкІэ, дэ дызэзэуэжурэ ди напэр ты-дохыж. Зым и дежкІи щхьэпэкъым ар, лъэпкъ кІуэдыр къытхун-гъэкІуэнкІэ шынагъуэщ.

  • Ар пэжщ, Исмел,— жиІащ Хъуншэр.— Ауэ мы нобэрей емы-кІур, напэтехыр щалъагъури зыдалъагъури сэращ. Фи фІэщ фщІы мыр къэзмыгъэхъун щхьэкІэ си Іэпкълъэпкъ пщыкІутІым языхэ-зыр сыщІэмыфыгъужу естынтэм, ауэ, неІэмал, къэхъуар къэ-хъуащ, алыхьырат абы хуитри, апхуэдэу иухащ. Фи фІэщ фщІы мы зыр: ныщхьэбэ дэ мыбдеж дыкъыщІэкІуа Іуэхур цІыхухъу гуэр ехьэлІауэ щытамэ, ди унэ сыкъыщІэмыкІынт, ар зэрагъэзэкІуэж хабзэр сымыщІэуи щымыт, ауэ мыбдеж щыт бзылъхугъэ щІагъуэ-ращ ди щхьэр щІэдгъэлъахъшэри, дыволъэІу фыкъыдэкІужыну.

  • Зи щІыхьыр нэхъри нэхъ лъагэж хъун бзылъхугъэр къыщы-дэкІужкІэ,— къэпсэлъащ Хьэсэнбий,— щІалэхэр мы Іуэхум зэре-плъыр, дауикІ, хэлъщ абы и псэлъэкІэм. Фэ, щІалэ.хэм, сэ вжесІэ-нур мырат: фэращ лъэпкъыр къызыхуэнэнур. Абы быдэу фегупсыс. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, фэ фи ужьи нэхъыщІэ къитщ, фэ къывда-лъагъум, евгъэлъагъу щапхъэм хуэдэущ ахэри зэрыхъунур. Нобэ-рей махуэракъым, фи щхьэ закъуэракъым фызэгупсысынур, лъэ-пкъыращ фи гум илъын хуейр, гъуазэу фиІэн хуейр. Мыбдеж щыс КІафыщ Хъуншэр, мо емыкІушхуэ къывэзыщІа щІалитІым я адэм, мызэ-мытІэу сэ ажалым сыкъригъэлащ. «ХьэтІохъущокъуэхэ яйщ»,— жиІэу арагъэнкъым ар абы щІищІар. ЩІищІар: дызэлъэ-пкъэгъут, тщІэтыр зылъти аращ...

  • Мыбдеж щытнтІым лъыуэ...— къригъэжьат. Темыркъан. Аб-дулыхьи Уэзырмэси зэуэ абы еплъащ, я нэщхъыр зэхэукІауэ. Зи-ущэхужащ.

  • Сэ фи адэ Атэбий сцІыхуу щытащ. Фи адэшхуэ Къубатии и хъыбар дахэ куэд зэхэсхащ. Ахэращ ЕщІэнокъуэхэ адыгэ лъэпкъ псом н закъуэ мыхъуу, ди гъунэгъу адрей лъэпкъхэми къезыгъэцІыхуар. Иджы дэ, абыхэм къахэкІа, ялъ зыщІэт, я жьэ-уазым щІэту къэхъуахэм дыкъагъэщІэхъункъым, жытІэри ды-къэкІуащи, си шынэхъыжь Исмел жиІауэ, зыми фигъэкъуэншэ-нукъым жэуап къыдэвмыткІи, мобдеж щытитІым фемыкІужкІи. Дэ дылъэІуакІуэу аращ, Абдулыхь, ди лъэІур ЕщІэнокъуэхэ къа-был фщІымэ, мо бзылъхугъэм зэрищІам хуэдэу, фи пщІэр ди деж щыкІуэдынкъым. Ари къабыл фщІы.

Гупыр дакъикъитІ хуэдэкІэ щыму щысащ. Іэминат и пщыкъуэм еплъри, къыгурыІуащ Абдулыхь зыгуэр жиІэну таучэл зэримы-щІыщэр. ЛІыжьыр Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ я дежкІэ плъэрт.

— Фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи,— укІытапэу къригъэжьащ Іэ-минат,— мыбыхэм я адэ тхьэмыщкІэр дунейм зэрехыжрэ, Шы-рэщ (арат Іэминат пщыкъуэцІэу Абдулыхь фІищар) щІалэхэм адэ папщІэу яІар, аращ унафэри зыІэщІэлъыр. КъажеІэ, Шырэ, унафэр.

Абдулыхь хэгупсысыхьащ. Зэрихьэлу, и пащІэ ижьыр Іэ сэ-мэгумкІэ иІуантІэу щысщ и нэр лъэгум тедияуэ. Нысэм иджы-псту абы и пщэм къыдилъхьа Іуэхур тыншкъым, сыт щхьэкІэ жы-пІэмэ, сзыращ япэ дыдэ зэкъуэшитІым жезыІар: «Апхуэдэ лей ягъэгъукъым»,— жиІэу. Иджы къикІуэтыжыну? Абы щыгъуэ ап-хуэдэу вжесІами, сыщІэлат, сыделат, а мыхьэнэ зимыІэ Іуэхур зыщывгъэгъупщэ яжепІэкІэ зэкъуэшнтІым я фІэщ хъуну, хьэмэрэ ягу къыпщымыкІыу къэнэну? «ДывэкІужкъым»,— жиІэнущи, къэ-хъунур ещІэр: лъы хэмыту Іуэхур зэфІэкІынукъым. Хэт абы хуейр? ЩІым зыщІифыжыркъым лъыр, апхуэдизкІэ куэд ягъажэ-ри. «Іэминат и псалъэхэр дэсІыгъынщи, ар нэхъ тэмэму къыщІэ-кІынщ,— егупсысащ лІыжьыр.— Дэгъуэу жиІащ нысэм, хэбдзыну зы псалъэ хэмыту».

— КІафыщхэ я хъыбар дэри зэхыдох,— къригъэжьащ Абду-лыхь, и щхьэр къимыІэту.— Ауэ зэрызэ.хэтхымрэ къызэрыт-цІыхуамрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Лъэпкъым, лІыгъэм теухуауэ фэ жывмыІа жысІэну аракъым, ауэ тІуми екІуалІэркъым КІа-фыщхэ зэрахьа «лІыхъужьыгъэр». А бетэмал, ящІэрт абы.хэм къыздашэнур. ХьэтІохъущокъуэхэ фи хьэтыркІэ лІы укІа зяку дэлъхэр зокІуж, фэ абы нэс фыкъикІыу фыкъыщыкІуакІэ, сыт тщІэн, дынывокІуж. Ауэ КІафыщ Хъуншэр и къуитІым зы псалъэ яжесІэиут: апхуэдэукъым лІыгъэр зэрагъэунэхур, щагъэунэхури ныуэжьхэм я дежкъым. Фи насыпщ фэ тІум, къыфщхьэщыжыну Хъуншэр хуэдэ адэ, ХьэтІохъущокъуэхэ я къуэхэр фиІэши. Сывэ-лъэІунут дяпэкІэ апхуэдэ напэтех абыхэм я пащхьэ ивмылъхьэну.

Апхуэдэ щІыкІэкІэ ЕщІэнокъуэхэрэ КІафышхэрэ зрагъэкІужа-уэ щытащ.

9

Жанхъуэт ЕщІэнокъуэхэ къызэрыкІуэрэ илъэс ирокъу щыжа-Іэм, гу лъатащ и закъуэ зищІурэ зэрынэщхъейм. Япэ щІыкІэ зэ-къуэшитІым ар зыхуахьар «езэшауэ къыщІэкІынщ, дгъэкІуэжын-щи нэхъыфІщ»,— жаІэри аращ. ЯгъэтІысу я мурадыр щыжраІэм, щІалэм и жагъуэ ищІащ.

  • Сыкъэвужэгъуамэ, сыкІуэжыпщ,— хэплъащ ар,—ЗыгуэркІэ фигу къызэбгъамэ, къызжефІэ, сыфтехьэлъэнкъым, сыкІуэжынщ.

  • Апхуэдэу щхьэ жыпІэрэ, къуэш? — гуапэу къеплъащ абы Уэзырмэс.— Мы илъэсым уэ дэ къытхуэпщІам хуэдиз дэ тІумн зэн пхуэтщІэжыфынукъым. Ауэ, тщІэркъым, моуэ утфІэнэщхъейщ, Е уезэша жытІэнути, Іуэху щыпщІэкІэ, уи Іэпкълъэпкъыр жанщ.

Уигу къеуэр къыджеІэ, къуэш. Щхьэ языныкъуэхэм узэщы-мыщ.хъу? Дэ зыгуэркІэ дыкъуаншэ?

  • Хьэуэ, Уэзырмэс,— жиІащ Жанхъуэт.— Фэ тІум гурыщхъуэ фхуэсщІыжмэ, алыхьым сигъэкІуэнкъым. Ауэ, си щытыкІэм гу щылъыфтакІэ, вжесІэнщ, шхупцІатэхьэ кІуэуэ зи шынакъыр зы-гъэпщкІужам хуэмыдэу. Иджы сыщыкІуэжам ди анэр къысхуэ-тхьэусыхащ, «си къуэрылъху си куэщІ псыф къимыщІауэ сыбгъэ-лІэну ара?» — жиІэри. Сэ ар къызгурымыІуэу щыткъым, уи ныбжь щынэсакІэ, щхьэгъуси уиІэн хуейщ, адэ-анэм гугъу ехьу ущІа-пІари унагъуэ хъуауэ, бынунэу тлъагъун жаІэри аращ.

  • Сыт-тІэ мыхъур? — пыгуфІыкІащ Темыркъан.— Къэбэрдей-кІэ узэпсэлъа гуэр щымыІэмэ, Джылахъстэней пщащэхэм уахэд-гъэдэнщ. Вагъуэижым хуэдэу ныпхуэдмыгъэсым, тхьэр нахуэу со-гъэпцІ, Іэпэ зыхуэпщІыр.

  • АбыкІи сыщиІэкъым, мыбыкІэщи, фэ фыщыгъуазэщ.

  • Сэ а Іуэхум сызэреплъыр мыращ,— хуэмурэ къригъэжьащ Уэзырмэс, Жанхъуэт къыхущІэплъурэ.— Уэ укъыщІэкІуа псори фІыщ: лІыгъэ дбгъэдэпхыну укъэкІуащи, уолъагъу, зыри пщыд-бзыщІыркъым. Иджы щхьэгъусэ ухуейуэ жыбоІэри, алыхь-алыхь, ди нэщ-ди псэщ, абыкІи тхузэфІэкІ къэдгъэнэнкъым. Сэ бжесІэ-нур мыращ: уэ езым уи нэкІэ плъагъуу, уепсэлъауэ щхьэгъусэ пщІа хуэдэ щыІэкъым.

  • Аракъэ сымыщІэр...

  • Зэ умыпІащІэркъэ, хуэмыху. Мэрем махуэм, зэрыжаІэмкІэ, Мэртазэ Елбэздыкъуэ и шыпхъу закъуэр Талъостэней фызышэ-шхуэу ирагъашэ. Шэч хэмылъу, абы Джылахъстэнейми, Къэбэр-дейми, осетинхэми я нэхъ пажэхэр щызэхуэсынущ.

— Фэри...

— Дэ иджыри зыри къыджаІакъым. Ауэ аракъым Іуэхур. Ды-щыІэпхъэу къалъытэмэ, къыджаІэнщ, къамылъытэмэ... Ауэ сэ сщІэжкъым ди адэр дунейм зэрехыжрэ Мэртазэхэ дэ тщыщ ира-гъэблэгъауэ. Ди бийуи ди бийкъым, зэпэгъунэгъуи зэикІ дыхъуа-къым. Ди хьэл-щэнкІэ дызэтехуэу къыщІэкІынукъым. НтІэ, ап-хуэдэу зэхуэсышхуэхэм Іэмал имыІэу хъыджэбзхэр щызэхуашэс, зэмыджахэри макІуэ, зыщагъэлъэгъун щхьэкІэ. Мис абы кІуэи -яхэплъэ, щыджэгу, щыудж, гу зыхуэпщІым щепсалъэ.

— Фызимыгъусэу дауэ...

— Ар Іуэхукъым,— зезыгъэщІауэ щылъ Темыркъан къызэфІэ-тІысхьащ.— Уэзырмэс нэхъыжьщ, ар нэмыкІуэми, сэ гъунэгъуу зы-щІыпІэхэм деж сыщыІэнщ. Дэгъуэщ шынэхъыжьым жиІар. Пщэ-дей уи пащІэ-жьакІэр дахэу зэщІэупсэ, къекІуу зыкъэхуапэ... КІа-фыщ.хэ екІужыпщІэу къахьа дыщэ къамэ-бгырыпхыр сэ си гъа-щІэкІэ зыщІэспхэнукъым, ар узот, зыщІэпхэ...

— Сыт щІызыщІомыпхэнур? — игъэщІэгъуащ Жанхъуэт. Темыркъан и нэщхъыр къехуэхащ. Ар узышхуэу пкърытт лІы

пхъашэм. И анэри Абдулыхьи зы хъужри дывэкІужащ жаІат, ар-мыхъуамэ Уэзырмэси Темыркъани зы псалъэ жаІатэкъым екІу-жын Іуэхум теухуауэ. Мо лІы Іущ гуп къэкІуам ар ягу къэкІа-къым е я акъыл къитІэсакъым жыпІэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жы­пІэмэ, жылэ псом къыщымынэу Къэбэрдейр чэнджэщ щхьэкІэ зэкІуалІэхэм хуэдэт щыри. Ауэ мо нэхъыжьитІыр арэзы щыхъум, нэхъыщІэхэр дэнэ кІуэжын, жаІэу къагъэнагъэнут.

  • СхузыщІэпхэнукъым, Жанхъуэт,— жиІащ Темыркъан, нэ-щхъсйуэ.— ЗэкІуэцІысхыу сеплъыфакъым тыгъэм. Дн анэм и лъым и бжьыгъэ телъ къысфІощІ а дыщэм.

  • ЛІо, фи анэр сэ си анэкъэ? — къилыдыкІащ Жанхъуэт и ни-тІыр.— Уэ зэрыжыпІэмкІэ...

  • Хъунщ иджы! — яхуилъащ Уэзырмэс—Уэлбанэ блэкІам щІакІуэ кІэлъывмыщтэ. Щыгъыныракъым е кІэрылъыракъым цІыхур зыгъэдахэр. Мы узэрыщыт дыдэм хуэдэу укІуэми укъы-дахужынкъым Мэртазэхэ. ХьэгъуэлІыгъуэм къыдыхьа дахужу я хабзэ адыгэм? Апхуэдэ напэтех зыщІэфа иджыри къэс срихьэ-лІакъым.

  • Тэмэм,— акъылэгъу хъуащ Жанхъуэт.— Мы сызэрыщыту сыкІуэнщ, гуэбэнэчыр зэсшэкІынщи. Сеплъынщ зэрызащІым, мып-хуэдэу къыдыхьам пщІэуэ хуащІым.

  • Уэ уи нэкІум къощ узэрылІакъуэлІэшыр, къуэш,— дыхьэ-шхащ Темыркъан, зигъэукІуриижурэ.— Хэт абыкІэ къэбгъэпцІэну уи гугъэр? Абы нэхърэ нэхъыфІщ екІуу зыхуапи уи шы къарэ лъа-къуэхум шэс, Мэртазэхэ я пщІантІэм зэ пхэщІкІэ щыхэгъэтІыс-хьи, хъыджэбзу дэтыр ууейщ. Уи ужь иту къэмыжэм, тхьэр нахуэу согъэпцІ.

— Уэ Бацэжьхэ я пщІантІэ щыпщІа къыщІэкІынщ апхуэдэу,— пыгуфІыкІащ Уэзырмэс. Жанхъуэт ину дыхьэшхащ.— Жанхъуэт езыр зэрыхуей дыдэм хуэдэу ирырещІ.

  • Хъунщ, Уэзырмэс, ауэ зы лъэІу фхузиІэт. Фырагъэблагъэ-рэ фынакІуэм сщІэркъым армыхъуамэ, сэ сыкъэфхъумэну фыиэ-мыкІуэ.

  • Сыт делагъэ жыпІэр! — губжьащ Уэзырмэс.— Сабий ухъуа уи Іэпэр яІыгъыу джэгум уашэну? Темыркъан хъун гуэр жиІэу зэхэпха уэ мыбы узэрыщыІэрэ? Хьэгъапхъэщ ар. Дахэу мо шы пэхужьым цІахуцІэу ушэсынщи, мыбы утекІынщи укІуэнщ.

  • Дауэ, сэ сыхьэгъапхъэуи? — къызэфІэтІысхьэжащ Темыр-къан.— Си бийм къызжиІэфакъым апхуэдэ псалъэ дыдж.

  • ЖомыІэн жомыІэу кІуэи тшхын гуэр гъэхьэзыр,— хуеплъэ-кІащ шынэхъыщІэм Уэзырмэс.— Мэртазэхэ я хьэгъуэлІыгъуэм дыхэс уи гугъэж?

  • Уэ умынэхъыжьу щытами,— жиІэурэ къэтэджри, Темыр-къан шхын игъэхьэзырыну кІуащ.

  • Сабийм хуэдэщ,— кІэлъыплъащ абы Уэзырмэс.— Ди адэ-ри абы иригузавэу щытащ. «ХолъэдэІуэ»,— жиІэрти нэІэ тригъэт зэпытт. Къигъэзэнукъым, езым пэжу къыфІэщІыр нэгъуэщІым пцІы ищІыну хэтмэ.

  • ЛІы пхъашэщ,— арэзы техъуащ Жанхъуэти.— Сщыгъупщэ-жыркъым ар къалмыкъхэм щапэува махуэр. Шууитхур кІапсэлъэ-рышэ ищІри, бэуапІэ яритакъым тхуми.

  • Уо-о,— ищІащ и Іэр Уэзырмэс,— апхуэдэ зыгуэр къыІэры-хьэну фІэкІа хуейкъым, и адэ дунейм ехыжар къигъуэтыжа къы­фІощІ, апхуэдизкІэ мэгуфІэри. Махуэ къэс къысхуотхьэусыхэ, «зекІуэ дыбгъакІуэркъым, ди лъыр увыІэнущ мы уэтэрым дытесу-рэ»,— жеІэри. Псом хуэмыдэу псэхугъуэ къезымытыр КІафыщхэ я Іуэхуращ. Щыгъупщэркъым зы сыхьэти. Анэм н нэгу иплъэр-къым. ЗэрыІуплъэу и напІэр иредзых. «Дунейм сытетыху уІэгъэ мыхъужыну си гущхьэм телъынущ»,— жи. Сэри къызгуроІуэ ар, ауэ апэм узригъэфа быдзышэр хьэрэм къыщыпхуищІым деж, сыт хуэдизу къомыхьэлъэкІми, и псалъэм уебэкъуэфыркъым. Зэзэ.мы-зи согупсыс: щхьэ дэ зэшитІым къыдэпха мыпхуэдиз Іэпщэрыба-нэр? Унагъуэ дапщэ дэс ди жылэ, зекІуэ кІуэн дэнэ къэна, я хьэ-сэм нэ.хъ жыжьэ я шы-уанэ хузэщІамылъхьауэ? Дэ унагъуэр щхьэ дынэхъ лей, зыгуэрым и танэ къудей ядыгъуамэ, Іэмал имыІэу ди деж щхьэ къэжэн хуей фІэкІыпІэ имыІэу дэ къыхуэдгъуэты-жыну къытщыгугъыу? Джылахъстэнейм хьэІусыпэ зрату исыр ди бийщ. Мэртазэ Елбэздыкъуэ апхуэдэу зигъэтэрэфарэ щхьэкІэ, и гум фІы къытхуилъ уи гугъэ? Нобэ махуэр здынэсам дыщІитІэнт. Ди адэм Елбэздыкъуэ и тхьэкІумэм иридза тхьэбзэм къиж лъыр иджыри гъущыжакъым, псэухукІи гъущыжынукъым. Иджы дэ ар фэрыщІу къытхуэгуфІэу, зигъэтэрэфарэурэ зэшитІым дегъэпшы-ныж. Дигъэпшыныжуи сыт дэ абы къыдищІэфын, ауэ жылэр зэ-хэту тетым и щІыб къыщыпхуигъазэкІэ, гум, псэм я дежкІэ уІэ-гъэшхуэщ. Къащтэ модэкІэ Инэрокъуэхэ, Азэпщхэ... Хэтхэ жы-пІэн?

  • Сэ мыбы сызэрыщыІэрэ жылэм фІы дыдэу фыкъалъагъуу, пщІэ лей къыфхуащІу...

  • Тхьэм щхьэкІэ жысІэнщи,— къыІэщІнхыжащ и псалъэр Жанхъуэт,— жылэм жагъуэу дыкъэзылъагъу дэскъым, Елбэзды-къуэ езыр бий имыІэу зы сыхьэти псэуфынукъым. Абдулыхь къыс-хуиІуэтэжауэ щытащ хъыбар гуэр, ди адэм теухуауэ. НтІэ, зы хьэ-гъуэлІыгъуэ гуэрым щызэхэсу Елбэздыкъуэр Азэпщ Мухьэмэт щы-хьащ. Азэпщыр лІы гуащІэт, Мэртазэм нэхърэ илъэсищ-плІыкІэ нэхъыжьт, къелъэІуащ бэяуну, хъийм имыкІыну, хьэгъуэлІыгъуэр нэщхъеягъуэ имыщІыну. Ауэ Елбэздыкъуэ н щІалэгъуэ-делэгъуэт, и къарум щыгугът, къызыкъуэгушхукІыни иІэти, Азэпщым иэ.хъри щытегуплІэм, мо лІы гуащІэм апхуэдиз псалъэ фІейр хуэмышэчу, Мэртазэр, зы цІыху къыпэмылъэщу, къикъуащ. Иужьым, Елбэз-дыкъуэм и къа.мэр къыщрихым, пхъуэри и Іэпщэр иубыдри, езым и къамэр и джабэм хригъэІужащ. Апхуэдэущ Абдулыхь къызэ-рызжнІэжар. НтІэ, Мэртазэ и къуэжьым, Елбэздыкъуэ и адэм, ди адэм къыжриІащ: «Мыращ, мыращ, щІалэм лей къылъысащ, дилъ тхуэщІэж, ди напэр къытхуэтхьэщІыж». Идакъым. «Сэ зауэлІ сыпхуэхъунщ, ауэ лІыукІ сыпхуэхъуфынукъым» — жриІащ.

  • Тобэ Іэстофриллэхь, сыту псалъэ дэгъуэ, сыту акъыл жан! — игъэщІэгъуащ Жанхъуэт.

  • Ар Елбэздыкъуэ имыщІэ уи гугъэ?.. ДауикІ, ещІэ. Аращ къызэрытхущытым фэрыщІыгъэр щІебэкІри. И къару къихьыпу ищІамэ, махуэр здыпэсам ди лъапсзм псы нригъэжыхьыжынт. Ауэ... Уо-о, ди тхьэ! ЩыІэу къыщІэкІынтэкъым лъэпкъ адыгэм къытекІуэн, зэкъуэту, зэрыІыгъыу щытамэ. Апхуэдиз лІыгъэр щы­хэплъхьэм, щхьэ зэакъылэгъу тІэкІум ухущысхьыжат ди лъэ-пкъым? И щІыпІэкІи, и лІыгъэкІи, и нэмыскІи тэмэм пщІыри, нэ-хъыщхьэр къыпщыгъупщащ. Къаплъэ, къэдаІуэ, Жанхъуэт, аращ дэ дызытекІуэдэжынур. Лъэпкъыр тхьэм игъэпсэу, быдэ тхьэм ищІ, ауэ апхуэдэу фІэкІа дызэрымыІыгъыжмэ, дызэрымы-лъагъужмэ, лъэпкъ кІуэдыр къытхуэкІуауэ плъагъунщ. Дэ ды-мылъагъуми, къытщІэхъуэ щІэблэм ялъагъунщ.

  • Апхуэдэ къэмыхъун щхьэкІэ, къытщІэхъуэ щІэблэр гъэсэн хуейщ зэрыІыгъыу, зэрылъагъуу,— жиІащ Жанхъуэт.

  • ЩІэблэри нэхъыжьхэм йоплъ, абыхэм я щапхъэщ зэры-псэур, я хьэл-щэнщ къащтэр...

  • Уа, шхын щІы жиІэу сыІузыхуар уэращ, иджы, ди къуажэ ефэндым и деур щІыкІэу, хъыбарыр зэпыбошри ущыси,— Темыр-къан и фІэщу мэшхыдэ.— ФынакІуэ Іэнэм, мэупщІыІуж псори.

  • НакІуэ, Жанхъуэт, уэлэхьэ, а иІыгъ дзасэр къиутІыпщын-кІэ хьэуэ имылъагъуну мы къытщхьэщытым,— къэтэджащ Уэ-зырмэс.

  • Алыхьым жимыІэкІэ а дзасэр уэ къоІусэну,— пыгуфІыкІащ Темыркъан.— ЛІо, уэ пхуэдэу жьажьэ пщІыну арат дзасэ хъарзы-нэр, лы фІэплъхьамэ, згъэжьэн-сымыгъэжьэн жиІэу махуэ псокІэ егупсысу?

  • Хъунщ, кІуэ, тас-къубгъан жыІэ,— гуапэу теухьащ Уэзыр-мэс шынэхъыщІэм и плІэм...

Мэртазэхэ я хьэгъуэлІыгъуэр зэщІэплъат Жанхъуэт пщІаптІэм щыдыхьам. ПщІантІэр адыгэ пщІантІэу ин щхьэкІэ, лъэувыпІэ бгъуэткъым жыхуаІэм хуэдэт: пщІантІэкум шы-уанэ зэтелъ тІо-щІым щІигъун щызэфІэдзат, тешанкІэ зэщІэщІауэ тІу, шыгуищ дэтт, цІыхур хьэпІацІэм хуэдэт. ДжэгумкІэ тІэкІурэ зыщигъэгувэ-ри, Жанхъуэт, здэкІуэри-щІэкІуэри имыщІэу шындэбзиймкІэ екІуэ-кІащ. Мэртазэхэ я жыг хадэр дэгъуэт: мыІэрысэм и пычыжыгъуэ-ти, мыІэрысэ плъыжь пІащэхэм, балиифэ зрагъэщІыжу, къудамэ-хэр щІым нос жыпІэну, кърашэхырт. АпхуэдизкІэ куэд япытт жыг-хэми, пщІащэхэр уагъэлъагъужыртэкъым. Жанхъуэт апхуэдизкІэ зыІэпишат жыг хадэм и дахагъми, и гурыІупсыр «къуртІ» жиІэу иригъэхыу, нэхъ и кумкІэ хыхьащ. Дарийм хуэдэу гъуэжьу, Іэш-тІымыфІ нэхърэ мынэхъ цІыкІуу жыгыр къезыщІыкІэх кхъужьым бгъэдыхьэри, мэ къапихым и щхьэр игъэунэзауэ Іэбэри зы кхъужь къыпичащ, куууэ мэ гуакІуэр жьэдишэу епэмри, и сабиигъуэр игу къигъэкІыжу, и жьэм хуэфІу едзэкъащ. Зэ фІэкІа н дзэхэмкІэ хэ-мыуэу, фом хуэдэу ІэфІ кхъужьыпсыр и жьэм жьэдэз хъуащ, лъэ-мыкІыу ар и тэмакъым илъадэри, фІыуэ хэпсчыхьауэ, цІыхубз макъ и щІыбагъымкІэ къыщызэхихащ:

— Уи хьэлэлщ, щІалэфІ!

Жанхъуэт щтауэ зыкъригъэзэкІащ. ЕрагъкІэ и жьэм жьэдэ-лъыр иригъэхри, нетІэ зыІэпызыша мыІэрысэм хуэдэу плъыжь къэхъуауэ, Іущэщащ:

— Тхьэм щхьэкІэ, емыкІу сыкъомыщІ, апхуэдизкІэ сехъуэпсэ-щат мы кхъужьми, сымышхыу сыблэкІыфакъым. И мэ гуакІуа-щэм...

  • Ар пэжщ,— Іэпихащ щІалэм и псалъэр хъыджэбзым,— сэри мы кхъужьейм нэхърэ нэхъыфІу слъагъу мы жыг хадэм иткъым.

  • Уэ мыбыхэ уарей?

  • Сарейщ,— щэтащ хъыджэбзыр.— Ар уэ щомыщІэкІэ, ди жылэ ущыщкъым. УхьэщІэ? Хьэмэрэ, угъуэгурыкІуэ?

  • Хьэуэ,— ирехьэх и щхьэр Жанхъуэт,— тІуми сыщыщкъым. СылІыщІэщ... Балъкъэрхэ я деж мэлыхъуэу сыщыІэщ.

  • Куэд щІауэ ущыІэ? — игъэщІагъуэу къоупщІ хъыджэбзыр.

  • Илъэс нэблэгъащ,— хущІоплъ Жанхъуэти.

— НтІэ, мы къуажэм къыщыхъу хьэгъуэлІыгъуи зэхэси зыгуэ-рым я деж укІуакъэ, сыту узмылъэгъуарэ зэи?

— Мэлыхъуэм сыт и хьэгъуэлІыгъуэ,— иджы езы Жанхъуэт щэтащ.— Махуэм мэл догъэхъу, жэщым дыхьэдэ хъурейщ.

Жанхъуэт апхуэдизкІэ ехъуэпсат хъыджэбзми, жиІэри ищІэ-жыртэкъым. Хъыджэбзыр ІуимыгъэкІыжу нэхъыбэІуэрэ иІыгъын щхьэкІэ зыгуэрхэр жиІэрт, ауэ иджыпсту жыпІар сыт жыІи еуп-щІи, ар къыбжиІэжыфыиутэкъым. Пэж дыдэу хъыджэбзыр егъэ-леяуэ дахэт. Дахэм хуэмыдэжу и хьэл-щэнкІи, зыІыгъыкІэкІи, псэ-лъэкІэкІи гуакІуэт.

  • Мэртазэхэ япхъу дэкІуэм сыт и ныбжь? — щІэупщІащ Жан-хъуэт, укІытэу.

  • Сыт ар уэ зэрыпщІынур? — мащІэу пыгуфІыкІащ хъыджэ-бзыр.— Уэ плъэгъуа езыр?

— Хьэуэ... Сэ схуэдэм Мэртазэхэ япхъу ирагъэлъагъурэ? Иджыри къэс и кІэ къуагъым къубгъаныр къуигъапщкІуэу

щыта етІуанэ хъыджэбзыр ІукІыжащ. Мыдрейм и данэпс Іэлъэ-щІыр и напэбгъу сэмэгум къытригъэкІуатэурэ Іущэщащ:

  • СыкІуэжынщ... Дыкъалъагъумэ...

  • Зэ умыпІащІэ... КхъыІэ, къызэдаІуэ.

— ЖыІэ, ауэ си гъусэр кІуэжауэ сэ хадэм ситу сыкъащІэмэ, къилъэдэнхэщ.

  • КъызжеІэт, къэбгъэгугъауэ щІалэ уиІэ?

  • СиІэкъым, ауэ сырат.

  • Хэт узыратыр?

  • Мы зэхэтыр си хьэгъуэлІыгъуэщ. Щолэхъу Къантемыр и къуэ нэхъыщІэ Талъостэн сырат. Аращ, щІалэфІ, укъыкІэры-хуащ,— къоплъ хъыджэбзыр щІалэм зыщимыгъэнщІу. Жанхъуэ-ти къыгуроІуэ ар бзылъхугъэм фІыуэ къызэрилъэгъуар, ауэ сы-тыр Іэмал: ирихьэжьэнущи, шы тескъым, зы махуэ закъуэ къы-пэплъэну елъэІунущи, сыт хилъхьэжыфыну абы хъыджэбзым?

  • Сэлисэт, Іей, иІэ зэ, укъалъыхъуэ,— къэджащ къубгъан зы-Іыгъа бзылъхугъэр.— Уи дэлъхум дыкъищІэмэ, дыфІигъэжынщ.

  • Узыншэу, щІалэ,— лъагъуныгъэри, гуІэгъуэри, нэпсри зы-щІэз и нитІымкІэ къыхуеплъэкІыжащ Сэлисэт.— Мэл нэмыщІ цІыхуи дунейм зэрытетыр зыщомыгъэгъупшэ. Укъыдэнэжынщи...

  • Узыхыхьэм тхьэм уадигъэтынш,— жиІащ Жанхъуэт, хъы-джэбзым кІэлъыплъурэ. Хадэм къикІыжыну и лъакъуитІыр хузэ-блэмыхыу здэщытым, фоч уэ макъым, зэрыгъэкІий, зэрызехьэ ма-къышхуэм зыкърагъэщІэжащ. Фызышэр къэсауэ арат. Жанхъуэт нэхъри куууэ хадэм хыхьэри, тутмэракІуэ жыг абрагъуэм зыкІэ-ригъэщІащ. Мэртазэхэ я пхъур и нэгу щІэт зэпытт. ИщІэрт а Іуэ-хум къызэрыкІэрыхуар, ущыгъуэкІи, укІэлъыгъыжкІи, укІэлъыб-жэжкІи, укІэлъыІэбэкІи зыри къызэримыкІынур, ауэ, итІани, кІэ-лъымыщыгъуэн лъэкІыртэкъым. Уеблэмэ, и къуэшитІрн — Уэзыр-мэсрэ Темыркъанри — игъэкъуаншэу яхуэшхыдэрт, иджыри къэс а цІыхубзыр здэщыІэ джэгу, хьэгъуэлІыгъуэ гуэр зэрамышам щхьэкІэ. «ЛІыгъэри, нэмысри, хабзэри зэрыпщІынур сыт,— зишхы-хьыжырт абы и гум,— унагъуэкІэ унасыпыншэм? Сэлисэт ди унэ щІэмысмэ, сэ дауэ насыпыфІэу зэрызызбжыжынур? ВыщІэ епхам хуэдэу саІыгъащ... Пэжщ, гупи сыхашащ, джэгуи сашащ, ауэ Сэ-лисэт къысщагъэпщкІу хуэдэ, ар здэщыІэ зэи сашакъым... Тобэ, сыт мы си гум къэкІхэр? Си къуэшитІым, зи псэр, зи гур къысхуэ-къабзэхэм гурыщхъуэ яхуэсщІыжу ара? Ялыхь, уигу къызомыгъа-бгъэ, шейтІаным сыкъигъэпцІащ, лажьэ зимыІэхэм сахуэхъу-щІащ».

Ар зэуэ къызэфІэувэжри, псынщІэу хадэм къикІыжыну къежьэ-жащ. Щхьэдэхыгъуэм къебэкъуэжауэ пщІантІэм къыщыдыхьэ-жым, фІыуэ щІауэ и цІыхугъэ, я гъусэу зэи-тІэуи зекІуэ ядэкІуауэ щыта Балъкъэр Аслъэмырзэ хуэзащ.

  • Мыр сыт, Жанхъуэт,— зэпеплъыхь и ныбжьэгъур Аслъэмыр-зэ,— ажэгъафэм хуэдэу...

  • Зыри жомыІэ, Аслъэмырзэ,— Іуилъхьащ Жанхъуэт и Іэр и Іупэм.— Сэ мыбыхэм сыкъацІыхукъым, хуиту сыхэгъэт мы джэгум.

  • Уэлэхьэ, ди нэм, ди псэм, ауэ...

  • «Ауэ» лъэпкъ къыхомыгъэкІ.

  • ГурыІуэгъуэщ, уэ узэрыхуей дыдэм хуэдэу тщІынщ. НакІуэ хьэщІэщымкІэ, тІыса къудейхэщ.

  • КъекІукъым мыпхуэдэу сыхуэпауэ дыщэрэ дыжьынкІэ гъэ-щІэрэщІахэм я пащхьэ сиувэну.

  • ЕмыкІур сэ къызощтэ. Уэ ухьэщІэщ. Іуэхукъым хэт урихьэ-щІэми, абыхэми щІащІэн щыІэкъым.

Мэртазей жылэжьым Балъкъэрхэ лъэпкъышхуэу, лъэпкъ узын-шэу дэсхэт. ЛІы лъэрыхь мащІэ къахэкІатэкъым лъэпкъым, ЕщІэ-нокъуэхэ зекІуэ жыжьэ кІуэнум, мазэ зекІуэ, е илъэс зекІуэ ежьэ-нумэ, здашэу. Псом хуэмыдэу ЕщІэнокъуэ зэшитІым нэхъ я ныб-жьэгъут, кІуэгъужэгъут Аслъэмырзэ, абы и лІыгъэм, пэжагъым къыхэкІыу. Арат Аслъэмырзэ Жанхъуэт нэхъ щІицІыхури: ЕщІэ-нокъуэхэ я уэтэрым щыІущІат, зекІуэ мызэ-мытІэу здэкІуат.

ХьэщІэщыр бжьэ матэу зэщІовууэ. Фадэ пІащІэр зэ къекІуэ-кІа къудейщи, ерыскъы гъущэм тогуплІэ — лэкъум, хьэлывэ, тхъу-рыжь, хьэлыуэ, нэгъуэщІ ІэфІыкІэ зэмылІэужьыгъуэ куэд. КІэ-щІу жыпІэмэ, адыгэм ищІу Іэнэм шхыныгъуэу темылъыр укІуэ-дыж. Іэнэм пэрысхэр, зэрыжьэгъуашхэм хуэдэурэ, хъыбар гуэрхэм я кІапэр къагъэхъей, ауэ нэрылъагъущ зы хъыбарми зэрызи-мыукъуэдийр — иджыри къэжанакъым, хъыбарешажьэр иджыри мащІэІуэщ. Фалъэр зэ-тІэу къекІуэкІыжмэ, алыхь-алыхь, хъыбар Іэджи щызэхэпхынщ мы пэшым. ЩІэсхэри, тэмэму, а ныбжьым итхэт: иджыпсту яхуэщІэм, яхузэфІэкІым нэхърэ ялъэгъуам, яху-зэфІэкІам щытспсэлъыхьыж ныбжьт. Нэхъыжьым къыкІэлъыкІуэу Іэнэм пэрыс Ботэщ Къаит шу гуп и гъусэу Дагъыстаным кІуауэ зэрыщытар къригъажьэмэ, имыухыурэ жэщи хъунщи, нэхуи къып-тещхьэжынщ. Ауэ, Къаит нэхъыжь пэтми, фадэ пІащІэр лъым хы-хьа нэужь, Инэрокъуэ Долэтджэрий пхущысыи уи гугъэ къумыкъу фызышэм хэлъадэу нысащІэр къызэрырихьэжьауэ щытар жимы-Іэжу? МазищкІэ лІыкІуэ къигъэкІуауэ щытащ нысащІэр яримыты-жу. Сыт хуэдиз уасэу къыхуамыгъэлъэгъуами, идакъым яриты-жын. Иужьым и адэр къэкІуащ хьэрыпыш дэгъуэ къыхуишэри, дыщэ ІуданэкІэ дауэ адыгэ уанэ дэгъуэ телъу, и уанэ къуапэм ды-щэ къамэ-бгырыпх фІэдзэжауэ. Ар Долэтджэрий жиІэжмэ, Хьэ-пцІэ Кургъуокъуэ нэгъуейхэм, къалмыкъхэм я деж къыщаугъуея былымыр къатрихыу къызэрихуар пхуибзыщІыну? Ауэ сыт хуэдэ хъыбар джылахъстэней Іэнэм щрамыхьэжьами, зэраухыжыр ЕщІэ-нокъуэ зэшитІым я хъыбарти, куэд зылъэгъуа, хъыбар жыІэжы-ным хуэжьакІуэ Тэнал Хьэжпагуэ и пащІэкъуитІыр и нэкІу къэ-уцІыплъам щызэригъэзахуэри, къригъэжьащ:

— Тэмэму мы Ботэщ Къаит и нысэр къыщаша махуэрат мы сэ вжесІэнур къыщыхъуар. НтІэ, фэри фощІэ, мы Къаит нысэ хуэхъуар Мысостей щыщщ, Бетыгъуэнхэ япхъущ. Бетыгъуэнхэ езыхэр лъэпкъышхуэ, лъэпкъ дахэ щхьэкІэ, мо къалмыкъ, нэ-гъуей гуэрхэм къатемыкІауэ си фІэщ хъуркъым. Уи жагъуэ умыщІ. Къаит, ауэ гу лъумытэнкІэ Іэмал иІэкъым абыхэм я нэм: нэ.хъ нэ зэвщ. Ар къыщедгъэжьакІэ, жыІэн хуейщ я нэр апхуэдэу зэрыщы-тым лъэпкъым я бзылъхугъи хъулъхугъи зэригъэдахэр. Адыгэ-лъыр нэгъуэщІ лъэпкъым илъ хыхьа нэужь, абы кърикІуэ щІэблэр дахэ дыдэ мэхъу. Гу лъыфтэ абы. НтІэ, пцІы жысІэмэ, нысэм и тхьэмадэр мыбдеж щысщ, езым жреІэж, зы пщыхьэщхьэ гуэрым сыкъыдыхьэжауэ былымхэр згъэзэгъэжу, шу гуэр куэбжэм деж къэуври къэджащ. ЩІалэри ауэ щытти, жэри куэбжэр Іуихащ, шур къыдигъыхьэри къригъэпсыхащ, шы ІумпІэр иІыгъыу бомкІэ къыщишэм, хьэщІэр къэпсэлъащ: «АбыкІэ умышэ, щІалэфІ, пхъэ-лъантхъуэм фІэдзэ шхуэмылакІэр, сэ сыгувэнукъым». Сэлам къы-дихщ, унагъуэм къытщІэупщІэри, къызжиІащ: «Къаит къоджэ». «Сыт сищІыну? Гузэвэгъуэ щыІэ?» «Хьэуэ, Іэмал игъуэтыххэмэ, уи гъусэу къашэ, жиІащ». ИгъащІэкІэ си мыблагъэми, адыгэлІ н дзыхь къуигъэзу къыщоджэкІэ, укІуэн хуейщ, Іуэху имыІэу щы-тамэ, къоджэнтэкъым. Си шы-уанэ зэщІэслъхьэри, унэм сыщІэмы-хьэжу сыкІуащ, шу джакІуэм сригъусэу. СыздэкІуам щІалэгъуа-лэр щызэрызохьэ, пэш гуэрми пшынэ макъ къыщІоІукІ, Къаит, лІитІ-щы и гъусэу, нокІукІ-къокІукІри пщІантІэм дэтщ. «Сыт хьэ-лэмэт,— согъэщІагъуэ слъагъур,— лІы гупыр нэщхъейщ, адрей слъагъухэр нэжэгужэщ, пшынэ макъ къоІу». Сэлам-чэламхэр зэ-фІэкІри, мыбдеж щысым соупщІ: «КъэхъуаІа?» «Ныбэ узым ихьын щІалэжь цІыкІур Талъостэней кІуат хьэгъуэлІыгъуи, я хъыджэбз хьэщІэр къидыгъури къэкІуэжащ. Ди напэр трихаш!» «Абы нэхъ напэтех тхьэм абы иримыгъащІэкІэ!» — согушыІэ си пащІэ сы-щІэгуфІыкІыу. «Іэгъу-гъу,— жи мобдеж щысым,— емыгупсысу ап­хуэдэ Іуэху ирахьэжьэрэ? Зипхъу улъыхъуу къэпшэнрп, унэидзы-хьэ пщІыуэ къэпхьынри пщІэн хуейкъэ? Илъэс тІощІрэ пщыкІу-плІрэ щыхъуакІэ, сабиижкъым ар». «Хэтхэ ей нысащІэр?» — со-упщІ сэ. «НысащІэр, жи,— нэщхъыцэу къызоплъ Къаит.— Ар иджыри нысащІэкъым, хъыджэбз хьэщІэщ. Арат укъыщІезджари, тхьэм щхьэкІэ, тхуэкІуэ Бетыгъуэнхэ я деж. Езыхэр ахэр кІэпкъ-бжьэпкъ лъэпкъщ, тхьэ соІуэ, бэлыхь дыхамыдзэм. УтхуэкІуэн?» «Щхьэ сымыкІуэрэ,— арэзы сохъу.— Ауэ шу закъуэу дауэ сыды-хьэн, щыхьэкІуэ сыкІуа хуэдэ?» «Ари пэжщ,— хоплъэ мор.— Уэ ЕщІэнокъуэ зэшитІыр уи ныбжьэгъу жызоІэ?» ЗэрыфщІэщп, ЕщІэнокъуэ зэшитІыр сэр нэхърэ фІыуэ нэхъыщІэхэщ, ауэ зекІуэ дыздэкІуэу сыту щытти, сыкъэкІуэжри Ботэщым и лъэІур щажес-Іэм, псалъэ къыхагъэкІакъым. «Ди адэ тхьэмыщкІэм Къаит фІы дыдэу илъагъуу щытащ, абы и хьэтыркІэ щІым и гъунэм жиІэми, дыхьэзырщ»,— жиІащ Уэзырмэс, Темыркъан шыхэр бом къыщІиш-ри, уанэхэр ятрилъхьащ.

Тэмэму ичындыхэм деж дыдэжри, гъэмахуэ жэщыр кІэщІкъэ, нэхулъэ къызэкІэщІитхъауэ Шэрэдж псыжьым Дохъушыкъуей и ищхъэрэкІэ дыщызэпрыкІа къудейуэ шу гуп къытхуэкІуэу къэт-лъэгъуащ. Шухэр къэсхэри, сэлам къыдахащ, дэри етхыжащ. Щолэхъу дэгъуэм тесу гупым япэ ит щІалэ зэгъэпэщар къызэ-упщІащ:

  • Ярэби, тхьэмадэ, упщІэ емыкІу пылъкъым жаІэр, Ботэщей дыкІуэу гъуэгу дытетт, нэхъ гъуэгу благъэ тхуэхъун къыджомы-Іэфыну пІэрэ?

  • Фи гъуэгу псынщІэ тхьэм ищІ,— жызоІэ сэри,— тэмэму дэри Ботэщей дыкъокІ, Мысостей докІуэ.

ЩІалэр и гъусэхэм псынщІэу еплъащ. И къеплъэкІыжи, и щІэ-упщІи зы ищІащ.

  • Ярэби, тхьэмадэ, дэ Ботэщей дыщІэкІуэр армырауэ пІэрэ фэ Мысостей фыщІэкІуэр?

  • Алыхьым ищІэнщ,— гурыщхъуэ гуэрхэр къызощтэ.— Дэ Бе-тыгъуэнхэ я деж хъыбарегъащІэ докІуэ, я...

  • А-а,— сІэщІех си псалъэр щІалэм,— си шыпхъур гъэпцІа-гъэкІэ зыдыгъуа Ботэщхэ фрахъыбарегъащІэщ... Уэлэхьэ, тхьэма-дэ, хьэсэр зейм фыхуэзам мис иджы. Си гъусэхэр щыхьэтщ, сэ дыкъыщежьэм тхьэ сІуащ Ботэщхэ ящыщ и псэ сымыгъэнауэ сы-дэмыхьэжыну. Ботэщхэ хуэдэкъым дэ дипхъу зыдыгъуу ди напэр тезыхыр. Лъэпкъ факъырэм...

  • Уа, щІалэ, сыноплъри согъэщІагъуэ,— къыхыхьащ псалъэ-макъым Уэзырмэс,— хэт апхуэдэу дахэу узыгъэсар? ЩІалэм хъыджэбз игъэкІуэса щхьэкІэ лъэпкъ псом хуэмыфащэ хужаІэрэ? Си гугъэмкІэ Ботэщхэ зэи фи деж лъэІуакІуэ къэкІуакъым, хьэ-мэрэ фхуэмыфащэ къыфхужаІакъым. Сыт, Хьэжпагуэ, мыбыхэм депсалъэу зэман щІэдгъэкІуэдыр, накІуэ, ди гъуэгу хэдгъэ-щІынщ.

— Сэ сызыгъэсам и деж унэмыс уэ, хьэпшыр! — къызэщІэлы-дащ щІалэр.— Абы и лъэгум къыщІэхуа ятІэм и уасэкъым уэ узыгъэсар! БэІутІэІу улъыхъуэу къыщІэкІынущ уэ!

АдэкІэ къэхъуар уафэхъуэпскІт, пщІыхьэпІэт. Уэзырмэс илъри, щолэхъумрэ щІалэмрэ шыбгъэкІэ зэтриудащ, и шым къелъэри щІым щылъ щІалэм бгъэдэлъэдащ, и къамэщІэлъысэр кърип-хъуэтри, и адэ Атэбий зэрищІу щытам хуэдэу, и тхьэкІумэ кІапэр къыпигъэлъэтри, щІалэм и хьэзырылъэм щыщ зым ІэпэкІэ ирику-дэри, хьэзырыр кІэлърилъхьэжащ.

— А узыгъэсам хуэхьыж мыр, щхьэ фІэтмэ, къищІэнщ мыр зи Іэужьыр, дяпэкІэ бын зэрыгъэсэн хуейр.

ЩІалэм и цеикІэмкІэ Уэзырмэс и сэмрэ и Іэмрэ илъэщІыж-ри, шэсыжащ. «ФынакІуэ иджы»,— жиІэри дежьа къудейуэ, щІа-лэр къыщылъэтыжщ, шэсыжри, и гъусэхэм ящІэкІиящ.

— Ара фэ фщІэнур, кхъуэ алыхьым ищІынхэ! Дауэ жылэм фызэрыдыхьэжынур мыпхуэдэ напэтех къызащІауэ. Дэ пщІы дохъу, мохэр шууищ къудейщ зэрыхъур. ФынакІуэ, е дылІынщ, е дылІэнщ!

Шу гупыр къызэдилъащ. Уэзырмэс зэплъэкІри, къажэхэр щи-лъагъум, къыджиІащ:

— УкІыгъэ дыхуейкъым. Уэ, Хьэжпагуэ, занщІэу накІуэ, Те-мыркъан ижьымкІэ, сэ сэмэгумкІэ тІуэнтІэнщи гупыр щыуэ дгуэ-шынщ, сэшхуэ тІыгукІэ дгъэундэрэщхъуэнщи, дяпэ иту къуажэм дыдыхьэнщ. Деплъынщ итІанэ Бетыгъуэнхэ абыхэм къыжраІэм.

Апхуэдэуи тщІащ. Мысостей дынэмыс щІыкІэ дызэкІэщІэкІ-ри, къыткІэлъыпхъэра гупыр щыуэ дгуэшащ, кІапсэлъэрышэ губ-гъуэм щытщІри, зэран къытхуэхъу щымыІэу, сэшхуэ тІыгукІэ уубэрэжьынум, къеблагъэ! Зызумысыжынщи, сэ быдэу сыкъыха-гъэзыхьат, сыкъыхагъэщІэнуи къыщІэкІынт, ауэ Уэзырмэс псом япэ шууиплІ щІым игъэгъуэлъри, си деж къэкІуащ. Сэ си нэкІэ слъэгъуащ а зэшитІыр зэрызэуар, зэкъым зэрыслъэгъуари. Сизы-жагъуэу жагъуэкІэ къысхуэпсэлъэныр япэщІэухуэ а тІум. ИтІанэ, гъэщІэгъуэныракъэ, абыхэм гукъыдэж яІэу щызауэкІэ апхуэдизкІэ удехьэх, апхуэдизкІэ уи гум хохьэри, мы телъыджэр иухынурэ махуэр аргуэру зэшыгъуэ хъужынущ жыпІэу уи гур дзапэкІэ пІы-гъыу уоплъ.

НтІэ, Уэзырмэс гупыр яшхэм тригъэтІысхьэжщ, джатэ, къамэ Іэпщэ емыІусэну быдэу унафэ яхуищІщ, дяпэ иригъэувэри, Мы-состей дыдашащ. ЩІалэм я унэр ицІыхужынтэкъэ, пщІантІэм ды-зэрыдыхьэу унагъуэм я нэхъыжьыр къыщІэкІащ.

— Мыр сыт, щхьэ къэвгъэзэжа? — къеупщІащ ар и къуэм пхъашэу.

— ХъыбарегъащІэ Ботэщхэ къагъакІуэу дыхуэзати, гъуэгум дауэ къытеднэнт, къэдгъэзэжащ.

  • Мы уи тхьэкІумэри щхьэ лъы защІэ?

  • ХьэдэІус ухъу мы шыжьыр, сымыщІэу къапхъуэри...

И Іэр ищІри, хьэщІэхэм къыдбгъэдыхьащ, сэлам къыднхри, хьэщІэщымкІэ дригъэблэгъащ. Зы дакъикъэм Іэнэр къагъэуващ, шхын, фадэ къытрагъэуващ, фо махъсымэ фалъэр зэ къекІуэкІа нэужь, сэ къезгъэжьащ:

— Зи щІыхьыр ин хъун, дощІэр дыкъыщІэкІуа Іуэхум къемы-зэгъ гуэрхэри зэрыхэлъыр, фи лъэпкъ хуэдэкъым апхуэдэ зращІэр, ауэ алыхьым иухам зыри пхуещІэжынукъым, езы цІыкІуитІым ап-хуэдэу нэхъ яфІэфІти, хъуащ. Дэри ди гуапэ хъуакъым...

Бетыгъуэныр Іэнэм къыпэрытэджыкІри, кІуэри блыным фІэлъ-ержыб фочыжьыр къыфІихащ, ар и бгъум къегъэкъуауэ къэуващ.

— Сэ Ботэщхэ згъэикІэу аракъым, нэхъ благъэ лъапІэ къэс-лъыхъуэркъым. Ауэ сэ сипхъу хъыджэбзыжь цІыкІу хьэулей хуэ-дэ япхъуатэу щІахьын щыІакъым. Апхуэдэу щыщыткІэ, зы жэщ-махуэ пІалъэу фызот, фэ фщыщ зы ирекІуэжи си пхъур си унэ къысхурешэж. Ар мыхъурэ, мыбы къыщІэнаитІыр хьэдэгурышэу дезгъэшыжынщ. Фызэчэнджэщ,— жиІэри Бетыгъуэн и къуэр хьэщІэщым щІэкІащ.

Зы дакъикъэфІкІэ щыму дыщысауэ, Темыркъан къыщылъэтащ: — Сыт дэ мыбдеж дыщІыщысыр? Ди Іуэху зэфІэдгъэкІащ, хъыбар егъэщІэн хуейти, едгъэщІащ. ФынакІуэ, цІыху къыдреІуси иреплъ, мис итІанэ ялъагъунщ хэт хьэдэгурышэ хъуми!

— Къаит жиІат мы лъэпкъыр зэрыкІэпкъ-бжьэпкъыр,— се-плъащ сэ зэшитІым.— Къоуэу уаукІыныр я нэбжьыц хэхуауэ ялъа-гъунукъым. СыткІэ дыхуей лъы? Дэ, Темыркъан, ди пщэ къыдалъ-хьам и зы Іыхьэ дгъэзэщІауэ аращ — хъыбар ядгъэщІащ. Иджы гурыІуэн хуейщ къаугъэ къамыІэту нэчыхьытх нэкІуэну.

— Уэлэхьэ, Хьэжпагуэ, а сэ слъэгъуа Бетыгъуэн и къуэмрэ дэ къытхуэнэжа пщэрылъ Іыхьэмрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакум...

Уэзырмэс адэкІэ пищэну и жьэр ущІауэ къэнащ: хьэщІэщым « бжэр ину къызэІуихри, бысымыр къыщІыхьэжащ, Іэнэм къыбгъэ-дыхьэжри, зыри къэмыхъуа хуэдэ, сэлам кънтащ:

  • Сэлам алейкум!

  • Алейкум сэлам!—жысІащ сэ, зыхэсхыр згъэщІагъуэу. Фа-лъэр къасщтэри хуэсшиящ. Бысымым ІубыгъушТ ищІри, фалъэр къысхуишиижащ.

  • Тхьэм щхьэкІэ, фи жагъуэ фымыщІ, фхуэмыфащи схуэмы-фащи жысІауэ къыщІэкІынщ. Быным и Іуэхур гугъущ, умыщІэн куэд уигъэщІэнущ кІэтІий кІапэм. ДызэрывгъэцІыху япэ щІыкІэ, ДауикІ, сэ си деж фыкъыщыкІуакІэ, сэ сыхэтми зэвмыгъэщІауэ, е къывжамыІауэ фыкъэкІуакъым. Иджы фэри зызывгъэцІыхуам си гуапэт.

  • Сэ Тэналхэ сарейщ, си цІэр Хьэжпагуэщ,— къезгъэжьащ сэ.— Ботэщ Къаит и щхьэгъусэр си шыпхъущ. Мы си гъусэ щІа-литІыр ЕщІэнокъуэхэ яйщ,— хэпщІыкІыу Бетыгъуэным и напщІэр хэлъэтащ.— Мыр Уэзырмэсщ, мыдрей нэхъыщІэр — я нэхъ есу Темыркъанщ, я хъыбар зэхэпхауэ къыщІэкІынщ.

  • Зэхэзмыхыу хъун,— хэгупсысыхьауэ жиІащ бысымым.— Хуабжьу си гуапэщ. Атэбий фи адэ?

  • НтІэ.

  • Слъэгъугъащ зэ, Къуэгъуэлъкъухэ я хьэгъуэлІыгъуэм щы-Іэу. Хъыбар дахэ куэд иІэщ, т.хьэм жэнэтыр увыІэпІэ хуищІ, ду-нейм ехыжащ жаІэри хъыбар къэІуауэ щытащ. ЩІалэ дыдэу епсы-хыжащ.

— ЕщІэнокъуэхэ куэдрэ псэукъым,—жиІащ Уэзырмэс, и щхьэр къимыІэту.— Ди адэшхуэри илъэс щэ ныкъуэ иримыкъуауэ ду-нейм ехыжащ.

— Алыхьыращ псори зи ІэмыщІэ дилъыр, ди натІэ къритхам дыфІэкІынукъым,— щэтащ Бетыгъуэныр.

ЛІыжьитІ-щы къыщІыхьащ. Нэхъ щІалэІуэу зы гупи къахы-хьэжри, нэху щыху дефащ-дешхащ, пщэдджыжьым Шэрэдж ды-къызэпрашыжри, дыкъаутІыпщыжащ, тхьэмахуэ дызыхуэкІуэм нэчыхьытх къэкІуэну псалъэ къыдатри. Сэлам къыщыда.хыжым Бетыгъуэным Уэзырмэс зыхуигъэзащ:

— Уэлэхьэ, ЕщІэнокъуэ и къуэ, иджы си фІэщ хъуам ЕщІэ-покъуэхэ леймыгъэгъущ щІыжаІэр. Си щІалэм фи жагъуэ къи-щІауэ къыщІэкІынущ, тхьэм щхьэкІэ, бий къэвмыщІ, дяпэкІэ гуп хуэзэмэ, нэмысым имыкІыну ирикъунщ а тхьэбзэр. Пщэдджыжь къэс зыщитхьэщІкІэ игу къэкІыжынщ езым нэхърэ нэхъ лІыгъэ зыхэлъ зэрырихьэлІэнкІэ хъунур. Мызэ-мытІэу срихьэлІащ фи тхьэбзэ ярылъу лІыфІ куэд, дэри абыхэм дакъыхэжыжынкъым. ЗэшитІыр фыкъэмыкІуауэ щытамэ, тхьэм ищІэнт Ботэщхэрэ дэрэ ди Іуэхур зэрыхъун. Гъуэгу махуэ, лІыгъэ зиІэм зышыІи хэлъщ, жиІащ пасэрейм, тхьэм фи лІыгъэм къыпищэ.

Мис апхуэдэу зэфІэдгъэкІауэ щытащ Къаит и нысэм и Іуэхур...

Аслъэмырзэрэ Жанхъуэтрэ джэгум Іухьэри, Іэгу еуэу ува-хэщ. Къафэу тетыр текІыжри, утыку гуащэм нэгъуэщІ зы щІа-лэ дишащ, абыи къэфэн зэриухыу утыкур зезыгъакІуэр Жанхъуэт къыбгъэдыхьэри, ІэкІэ, нащхьэкІэ къригъэлъэгъуащ къэфэну зэрыригъэблагъэр. ЩІалэр утыку ихьэну ежьэным пэмыплъэу, псым ес къыум хуэдэу абы хъыджэбзхэм я дежкІэ игъэзэжри, жы-лэ щІалэр щІызэтелІэ Болэхэ япхъу тхьэІухудым и деж къыщыу-выІащ. Абы и Іэпэр иубыдри, и нэр къытримыгъэкІыу утыку къри-шащ, «сэ узыхуэсшэ насыпыр пщІэркъым, уэ»,— жиІэ хуэдэ. Ас-лъэмырзэ ину кІиящ: «Къафэр хьэщІэщ, феуэ Іэгу, маржэ!» Лъэщу зызыІэта Іэгуауэ макъыр Тэрч бгыжьэм нэсри, абы джэрпэ-джэжу къигъэлъеижауэ гъэмахуэ щыблэ уэ макъыу Мэртазей жы-лэжьым щхьэщытт. Жанхъуэт и лъакъуитІымрэ и ІитІымрэ фІэ-кІа мыхъейуэ, и нитІыр къигъафэ пщащэм къытримыгъэкІыу къа-фэри, хъыджэбзыр здэщытам деж нэсыжыху и гупэр абыкІэ гъэзауэ щытащ, ар и пІэ иувэжа нэужь мащІэу и щхьэр хуигъэ-щхъри утыкум къикІыжащ.

— Хэт а щІалэ сымыцІыхур? — къеупщІащ Аслъэмырзэ Іуэху-кІэ хьэщІэщым къыщІэкІа ХьэпцІэ Кургъуокъуэ.— ЩІалэ гъэса хуэдэ ар.

  • ХьэщІэщ, Кургъуокъуэ. Пшынэ макъым къыдишащ.

  • Щхьэ ныщІомышэрэ-тІэ хьэщІэщым, зи унэр бэгъуэн?

  • Идэркъым, фейцейуэ сыхуэпащ, жи...

— А хьэмэ къилъхуа, щыгъыныра Іуэхур? Ар зэрыгъэсар плъагъуркъэ? Тхьэ пхуэсІуэнщ, а сэ слъагъур лІакъуэлІэшым и лъабжьэ къакІуэмэ, узыхуейр пхуэсщІэнкІэ. Еплъыт абы и утыку къикІыжыкІэм.

Жанхъуэт лІитІым къабгъэдыхьэжри, Кургъуокъуэ сэлам ири-ха нэужь, уэтэрым кІуэжыну я Іэр иубыдыжыну пыхьат, ауэ Хьэ-пцІэ и къуэм къыхуидакъым. Абы тригъэчыныхьри щІалэр хьэ-щІэщым щІишащ. Аслъэмырзэ абыхэм я ужь иту щІыхьащ.

— Гуп махуэ апщий!

— Щауэ махуэ ухъу, Кургъуокъуэ, уэлэхьэ, къэт жебгъэІамэ. Мэ, хуэфший гупмахуэбжьэр.

Кургъуокъуэ фалъэр къыІихри, и ужь ит Жанхъуэт ІэщІи-гъэуващ.

— Хэт и хьэпшыр фІен мы дэ дызэрефэ фалъэм хигъэфыр?— и нэщхъыр зэхэукІауэ къэпсэлъащ Мэртазэ Елбэздыкъуэ,— йо-мыгъэфэну Іэмал имыІэмэ, щІэхи хьэкхъуафэм хуикІэ.

— Іэгъу-гъу, Елбэздыкъуэ дауэ пхужыІэрэ апхуэдэ псалъэ?

Жанхъуэт иІыгъ фалъэр ХьэпцІэ и къуэм ІэщІигъэувэжри, псынщІэу хьэщІэщым къыщІэкІыжащ. Кургъуокъуэрэ Аслъэмыр-зэрэ къыкІэлъыщІэкІащ.

—• КъэувыІэт, щІалэфІ,— кІэлъидзащ ХьэпцІэм Жанхъуэт. Ар къэувыІащ, зыкъигъазэри и нэгум къиплъэу къэуващ.— Сэ сыно-лъэІу, хьэщІэ, лІыжьыр щыуами, уэ тэмэму уегупсысыну. Уигъэу-нэхуну жиІами пщІэркъым а псалъэ гуауэхэр.

— АпхуэдэкІэ цІыху ягъэунэхуркъым,— хэплъащ Жанхъуэт.— «Напэм техуэр жьэм жеІэф»,— жиІащ пасэрейм. Ауэ, деплъынщ хэт хьэпшырми, хэт мэлыхъуэхьэми. Мыгувэу дызэхуэзэнщ жефІи Елбэздыкъуэ и деж схунэвгъэсыж. ФІы тхьэм къыфхуищІэ.

Игъазэри дэкІыжащ. Уэрам къэгъэшыгъуэм къухьэху кІэ-лъыплъри, лІитІыр хьэщІэщым щІыхьэжащ. ЗдыщІыхьэжам яІу-рылъри а псалъэмакъырат.

— Мыгувэу сызэрыхуэзэнумкІэ хъыбар схуевгъэщІэж жиІащ хьэщІэм,— Елбэздыкъуэ зыхуигъэзащ ХьэпцІэм.

  • ПІалъэ къыхигъэкІын хуеякъым,— дзэлэшхащ Мэртазэ и къуэр.— Арат иджы къэнэжар, мо пхэ фІейхэм дагъэшынэу.

  • Уэлэхьэ, Елбэздыкъуэ, мы Іуэху дахэ ахэр,— къэпсэлъащ Инэрокъуэ Долэтджэрий.— Ар хэтми умыщІэу ап.хуэдэ псалъэ гуауэ цІыхум ебдз хъунукъым.

  • ЩІалэр сэ соцІыху,— жиІащ Аслъэмырзэ.— Къэбэрдей къи-кІащ, ЕщІэнокъуэ зэкъуэшитІым я деж гъукІэгъэсэну щыІэщ илъэсым нэблэгъауэ.

  • ЕщІэнокъуэхи?

  • ГъукІэгъэсэнуи?

  • Илъэсым нэблэгъауэ ягъасэуи? — къэуІэбжьауэ зоплъыж псори.

  • Уэлэхьэ, Мэртазэ и къуэ, ныкъуэкъуэгъуфІ къыхомыха,— и жьакІэ хужьым Іэ дилэурэ къэпэслъаш Азэпщ и къуэр.— Мы ди хьэщІэхэм я напэр темыкІын щхьэкІэ шы.хэм фыхуэсакъ, къэхъунур пщІэнукъым.

  • Загъэхъейуэ еплъыжащэрэт,— къыфІэмыІуэху зещІ Елбэз-дыкъуэ,— сызэджа фІыцІагъэм и цІэмкІэ соІуэ, я лъапсэм псы измыгъэжыхьыжым.

  • УщІэмыпхъуэ, Елбэздыкъуэ,— еплъащ абы Ботэщ Къаит.— Илъэс тІощІырыпщІ ипэкІэ пыІэзэфІэхьым абыхэм я адэм...

  • Хъунщ иджы,— лъэмыкІыу и тхьэкІумэ къуагуэм еІусэжащ Елбэздыкъуэ.— Къафщтэ фадэбжьэр, хьэщІэхэр догъэзэш...

Жанхъуэт уэтэрым мыкІуэжу ЕщІэнокъуэхэ дыхьэри, пщІан-тІэм дэт зэкъуэшитІым зы псалъэ яжримыІэу и пэшым щІыхьэ-жащ. Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ къэгузэващ, зэплъыжащ.

— КІуэи плъэт,— и щхьэр унэмкІэ ищІащ Уэзырмэс.— И жа-гъуэ къащІа жызоІэ щІалэм. Ар джэгу цІыкІукІэ къыдэмыпсалъэу щІыхьэжакъым.

Куэд дэмыкІыу щІалитІыр унэм къыщІэкІыжащ. Жанхъуэт къекІуу хуэпат, и Іэщэ-фащэр кІэрылът.

— Уэлэхьэ, Уэзырмэс, бгъэгъу мыхъун лей къылъысам ди къуэшым,— жиІащ Темыркъан, Жанхъуэт и дежкІэ плъэурэ.— Елбэздыкъуэ хьэпшыр фІейкІэ къещри, хьэщІэщым къыщІи-хужащ.

— Іэгъу, апхуэдэ цІыхугъэншагъэ ящІэрэ? — и фІэщ хъуркъым Уэзырмэс.

— Балъкъэр Аслъэмырзэ сыхуэзэри,— къригъэжьащ Жан-хъуэт,— адэкІи-мыдэкІи сигъэкІуакъым, хьэщІэщым сыщІимы-шэу. «УхьэщІэщ,— жиІащ,— хъунукъым уныщІэмыхьэу». Аслъэ-мырзэ сыхущІэмыхьэнкІи хъунт, ауэ джэгум ХьэпцІэ Кургъуо-къуэ дыщыІущІати, абыи щытригъэчыныхьым, сыщІыхьат.— Къэ-хъуа псори жриІэжри, Жанхъуэт пищащ: — Иджы уэ унэхъыжьщ, щхьэри лъакъуэри уэращ, къызжыІэ, сыт сщІэнур?

— Хэгъэрейуэ хэт сымэ щІэса хьэщІэщым? — щІэупщІащ Уэ-зырмэс.

— Сэ сыткІэ сщІэн. ХьэпцІэ Кургъуокъуэ ди ныбжьэгъум си-гъэцІыхуащ. Адрейхэр...

— Адрейхэм дэ дыхуейкъым,— къилъащ Темыркъан.— Зи жьэм хуимытыр Мэртазэ Елбэздыкъуэщи, зэ зегъэщІэжын хуейщ .дяпэкІэ дерс хуэхъун хуэдэу.

— Елбэздыкъуэ ди адэм и ныбжьэгъуу щытащ.

  • Щытакъым! — къилыдыкІащ Темыркъан и нитІыр.— Ар абы и ныбжьэгъуу щытамэ, и тхьэкІумэм тхьэбзэ иридзэнтэкъым. Елбэздыкъуэ ар щыщыгъупщакІэ, адрей тхьэкІумэ къэнэжам тхьэ-бзэ...

  • Зэ укъытримыч! — нэщхъыцэу къеплъащ Уэзырмэс шынэ-хъыщІэм.— Дауэ щымытми, ди къуэшым лей къытехьащ. Лейр ягъэгъуркъым. Аращ дэ дызэрагъэсар. Темыркъан, уэ шыуэ а пщІантІэм дэтыр къыдыбоху, укъэмыувыІэу Жьэпкъ мэзым уоху. Жанхъуэт, уэ пщІантІэм узэрыдыхьэу, абы дэт нысащІэр зэра-шэну шыгу зэщІэщІам зыбодзэри къыдыбоху, Мэртазэхэ я унэ щІыбагъымкІэ жыг хадэм бгъурыту екІуэкІ гъуэгум укъыдолъа-дэ, сэ нысащІэр абы къызодзэри, Темыркъан и ужь доувэ. ІІІы-хэм уанэ тефлъхьэ. Уэ уи лІэр дэри, ди лІэщ, къуэш, иІэ, пшапэр зэхэмыуэу Іуэхур зэфІэдывгъэгъэкІ.

Мэртазэхэ я пщІантІэ хуитышхуэм шууищыр щыдэлъэдам, ахэр зылъагъум зы бэлыхь къэхъуа и гугъагъэнщ. Языныкъуэхэр ЕщІэ-

нокъуэхэ къуажэпщым и хьэгъуэлІыгъуэм хэтыну къэкІуахэщ, жа-Іэри гуфІахэщ, языныкъуэхэми, зэшхэм набдзэгубдзаплъэу я нэгу иплъахэм, ягу фІы щыщІакъым: «Сыт иджы мы зэшхэм я набжьэ щІэлъыр?» — зэупщІыжахэщ. Иужьрейхэм къагурыІуат ЕщІэно-къуэхэ фІырыфІкІэ шыжьэрыутІыпщу къызэрыдэмылъэдари, псын-щІэу зэбгрыжри лъэныкъуэ зрагъэзащ. Темыркъан сэшхуэ кІэ-щІыр кърилъэфщ, пхъэлъантхъуэм кІэрыт шыхэм я шхуэмылакІэ-хэр зэпигъэлъэлъри, шы гупыр пщІантІэм къыдихуащ. Жанхъуэт, лъэныкъуэкІэ щыт шыгу зэщІэщІам зридзэри, псори къыкІэлъы-плъу къыдэжащ. Уэзырмэс и шыр бжыхь щхьэгуэм елъэри шы-гъуэгумкІэ къыдэлъэдащ, шыгъуэгу щхьэгъубжэ Іухам Іулъадэри, и щхьэр щІишиящ. Пэшым щІэт цІыхубзхэр зэрыгъэкІиящ, я на-пэхэм я Іэгухэр ІуапІащи, зрагъэзэкІ.

  • Сэлисэт, зы псалъэкІэ сыпхуейт,— еджащ нысащІэм Уэ-зырмэс.

  • Мыр сыт, Уэзырмэс, тІэкІу хэмыкІуэтауэ пІэрэ унэидзыхьэ укъэкІуэну? — пыгуфІыкІыурэ къежьащ Мэртазэхэ я пхъур. Щхьэ-гъубжэм къызэрысу лІыр пхъуэри бзылъхугъэр къыщІихащ, шы-плІэм къыдидзэри, макІуэ мэлъей. Жанхъуэт къыщыпэплъэ щІы-пІэмкІэ иунэтІащ. Жыг хадэм къызэрыхэжу, къыпэплъэу щыт Жанхъуэт щилъагъум, Іэ къыхуищІри, къэкІиящ: «Неуэ!» Гум щІэщІа шитІым лъэщу зрача щхьэкІэ, Уэзырмэс и шыр гум бгъу-рихуащ, Сэлисэт ІитІымкІи къищтэри, гум сакъыпэу иригъэтІыс-хьащ.

  • Уэзырмэс,— къэпсэлъащ нысащІэр,— сыт хуэдизу си ишэ-гъуэ блэмыкІами, сыкъыдэнэжауэ сыдэсакъым, напэтех къызомы-щІэ, нэгъази ди деж сышэж.

  • Лей къыптемыхьэну си тхьэрыІуэщ, ауз иджыпстукІэ зы псалъэ жомыІэ.

  • ИтІани къыспэплъэр сщІэну сыхуейщ. Талъостэней къикІа-хэми сыт жаІэн? Ди нэчыхьыр ятхакІэщ.

—| Къыпхуеймэ, къыппэплъэнщ, е пхъэр къащІынщ... А-а,— жиІащ ЕщІэнокъуэм, къызэплъэкІыурэ,— пхъэрми зигъэгувакъым, ди ужь итщ. Зышэсын шы ягъуэтауэ къыщІэкІынкъым, шууитху-хыщ зэрыхъур. Жанхъуэт, мо сабэ Іувыр Темыркъан и лъэужыц, уэ абыкІэ нэгъакІуэ, сэ мы пхъэрыр зытесІыгъэнщ.

— Уи закъуэу дауэ хъун? — къыхуеплъэкІащ абы Жанхъуэт.

— Сыт а жыпІэр, хуэмыху,— пыгуфІыкІащ Уэзырмэс.— Уэ уа-щымысхь шитІым, мэзым дыщызэхуэзэжынщ.

Уэзырмэс и шхуэмылакІэр къиукъуэдиящ. Гур фІыуэ щхьэ-щыкІауэ, пхъэрми къыкІэщІакъузэу щІадзауэ Гъуейм нэсри, шур абы хэлъэдащ, къакІэлъыпхъэрахэри и ужь иува щхьэкІэ ямы-гъуэту, «шуми нысащІэми дахокІыж»,— жаІагъэнщ, псынщІэу къыхэжыжри, шыгур здэкІуа лъэныкъуэмкІэ яунэтІащ. Уэзырмэ-си арат зыхуейри, Гъуейм уафэхъуэпскІыу къыхэлъэтыжри, шу гупым и ужь иуващ. Жьэпкъ гъуэгужьым тету мэзым хуэкІуэ гу-пыр Астэмырей хуэзанщІэ хъуауэ ЕщІэнокъуэр ялъэщІыхьэри, шууищ-плІы сэшхуэ тІыгукІэ, шыбгъэкІэ зэшхьэщиудащ, адрей къэнар гупитІу зэкІэщІихури, щолэхъур кІэбдзкІэ хэтІысхьэу кън-гъэувыІащ.

— Алыхьым хьэтыр иІэмэ, ди ужь фикІ! — къэкІиящ Уэзыр-мэс.—Фи бэлыхь дылъыхъуэркъым, ди пІэ дыкъивмыш. Ди къуэ-шым лей къытевгъэхьами, фи шыпхъур лей ІущІэнкъым, Нэхъупщ. ЖеІэж уи адэм «ЕщІэнокъуэ зэшитІым псалъэ къуатащ»,— жыІи. Аращ, дэ хъыбар фэдгъэщІэнщ, ауэ ди ужь ниувэм и жагъуэ иремыщІыж.

ИгъэкІэрахъуэри мэзымкІэ щІэпхъуащ. Мэртазэ Елбэздыкъуэ и къуэ Нэхъупщ ар идэнти! ЛІы пхъашэт, уеІусам уи Іэр къису щхьэ пщтырт.

  • Мы щхьэгъавэм жиІэм сыт дыщІедаІуэр?! Фыпежьэ, мар-жэ! — жиІэри илъащ. Ауэ зы шу абы и ужь иувакъым. Уэзырмэс кІэлъыжэр щилъагъум, и шыр къыжьэдикъуащ, нэхъ гъунэгъуу зылъэщІигъэхьэри къызэгуоуэкІащ:

  • Нэхъупщ, уи адэм и хьэтыркІэ мы зэм укъызогъанэ, а\э етІуанэу ди ужь униувэнщи, тхьэбзэкІэ сыпфІэкІынкъым!

КъызэуэкІри и шыр щІиукІыкІащ...

Мэзым нэсхэри, зэрыгъуэтыжащ. ІуплъапІэ дыдэу къэмыувы-Іэн щхьэкІэ нэхъ куууэ мэзым хыхьэри, шыхэр ягъэбэяуащ.

— Псом япэ мы цІыхубз цІыкІум унафэ тедывгъэщІыхь,— жиІащ Уэзырмэс, Сэлисэт и дежкІэ плъэурэ.— Мэртазэ Елбэзды-къуэ фэ фоцІыху, нобэ щыщІэдзауэ абы къилъыхъуэнур дэ ди ажал зыхэлъщ.

— Уэ уи шыпхъу мыпхуэдэ къращІамэ, уи шхьэр си дэлъхум ейм хуэдэу ягъэпыудамэ, угуфІэну къыщІэкІынт,— къеплъащ абы Сэлисэт.

— Уи дэлъхум ар къилэжьащ, Сэлисэт,— къы.хыхьащ псалъэ-макъым Темыркъан.— Сыт цІыхур хьэм щІыпэпщІынур, хьэпшыр фІейкІэ ущІещынур? Абы щыгъуэми, апхуэдэ зупэсыр хэтми умы-щІэу!

— Темыркъан, уэ сыпхуейт,— Іуишащ лъэныкъуэкІэ Уэзырмэс и къуэшыр.

Жанхъуэт къыгурыІуащ Уэзырмэс зыхуейр, и мурадыр — Сэ-лисэтрэ езымрэ къызэхуигъанэу зэпсалъэмэ нэхъ зэригуапэр. Уеб-лэмэ, езы Жанхъуэти и жагъуэтэкъым хъыджэбзым епсэлъэну, япэ дыдэу зэрилъагъу лъандэрэ цІыхубзым и дахагъыр, и теплъэ екІур и гум дамыгъэу къытенати, абы лъандэрэ дакъикъи дэкІа-тэкъым и нэгу щІэмыту.

  • Уи жагъуэ пщІынкъым, дахэ, нобэ зэхэтщІы.хьар,— гум нэхъ гъунэгъуу бгъэдыхьащ Жанхъуэт.— Си гугъакъым...

  • Си гугъакъым... Си гугъакъым, — Іэпихаш щІалэм и пса-лъэр Сэлисэт.— Сыту пІэрэт-тІэ уэ уи гугъар? Сэ сщІэркъым ди пщІантІэ къыщыхъуар, уэ абы къущащІари, къыщыбжаІари, ауэ фщІэрт пщІантІэм дэлъ Іуэхур, си напэ техын фи пщэ къыдэнат, сыт цІыхум сэ къысхужаІэнур иджы? Хэт и жьэ уубыдын, дэтхэ-нэм я фІэщ пщІын...— Хъыджэбзым и щхьэр ирехьэхри, и нэпсыр къыщІоху.

— Умыгъ,— жиІащ гуапэу Жанхъуэт.— Си гум хуэшэчыну-къым уэ угъыу. КъызжыІэт, зы тІэкІунитІэ нэхъ мы.хъуми, уи гум срихьрэ?

Сэлисэт къэщтащ. Япэ щІыкІэ нэщхъыцэу щІалэм къеплъри и щхьэр ирихьэхыурэ, зэхэпх къудейуэ жэуап къитащ:

— Урохь... Нобэрей махуэм сызэгупсысыр зыщ: си нитІу хьэ-физ хъуным щхьэ зэ уамылъэгъуарэт? ЕмыкІущ мы сэ жысІэр, ауэ си гум сыхуитыжкъым, Талъостэнхэ сыкІуэми, си фІэщ хъур-къым сыщыпсэуфыну.

—Талъостэнхэ я Іуэхур яухащ, шы къаІэрыхьэмэ, кІуэжыну-хэщ. Дэ ныжэбэ утшэжынщи...

  • Сошынэ.

  • Умышынэ. Уэ ухейщ.

— Си щхьэракъым сыщІэшынэр. Джэгу цІыкІукъым къэхъуар. Гуауэ къыхэкІмэ, жызоІэри аращ. Тхьэ къысхуэІуэ ди пщІантІэ нэщхъеягъуэ домылъхьэну.

Темыркъанрэ Уэзырмэсрэ къыІухьэжащ. ЖаІари зытепсэлъы-хьари къагурымыІуа щхьэкІэ, зэшитІым зэхахат а тІур зэрызэпса-лъэр, ауэ ямыгъэукІытэн щхьэкІэ фэ зытрагъэуащ зыми гу лъа-мытауэ.

  • НтІэ, Жанхъуэт, мы Мэртазэхэ я пхъум унафэ тещІыхьын хуейщ,— къеплъащ щІалэм Уэзырмэс.— Пшапэр зэхоуэ, дапхуэдэу уфІэкъабыл: ныжэбэ тшэжым нэхъыфІ, хьэмэрэ Елбэздыкъуэ нэхъ упщІыІужауэ пщэдей жэщ тшэжын?

  • Си гугъэмкІэ, Елбэздыкъуэ упщІыІужыху жытІэу мы мэз нэщІым дыщІыщІэсын щыІэкъым. Шэжын хуеймэ, ныжэбэ тшэ-жынщ,— итащ жэуап Жанхъуэт.

— Іэгъу, «шэжын хуеймэ» щыІэ абы,— погуфІыкІ Темыр-къан.— А петІэ къыткІэлъыпхъэрар плъэгъуакъэ? Е фэ тІум нэ-гъуэщІ унафэ фиІэ? Уэзырмэс, пэж дыдэу, мы ди къуэшым къы-хуэтшэ щхьэ мыхъурэ Сэлисэт?

Сэлисэт и щхьэр нэхъри ирихьэхащ, шылэхъарыр Іэ лъэны-къуэкІэ нэхъри и нэкІум къытрилъафэурэ. Гу лъумытэнкІэ Іэмал иІэтэкъым хъыджэбзыр плъыжьыбзэу къызэрыуцІыплъам. Жан-хъуэти укІытащ, и щхьэр къыхуэІэтыркъым.

  • УкІытэм собакъуэри емыкІу къысхуэвмыщІ,— зэшитІым зэ-хах къудейуэ Іущэщащ Жанхъуэт.— Мы пщащэм хуэдэ дянэм ны-сэу нІэныр насыпышхуэт, ауэ сыхуейкъым хабзэишэу сэ си уна-гъуэ Іуэхур есхьэжьэну. АбыкІэ жысІэну сызыхуейр къывгуры-Іуамэ, адэкІэ зэрыхъунум девгъэгупсыс.

  • Упсэу, къуэш,— гуапэу къеплъащ щІалэм Уэзырмэс.— Дэ унэидзыхьэкъым Мэртазэхэ дыщІэкІуар, ди къуэшым лей къыте-хьати, фолъагъу, ар дгъэзэкІуэжащ. Иджы мыращ унафэр: мы шыхэр Жанхъуэт ейщ. Сэлисэт дохьыжри, нэху щыщым и деж Елбэздыкъуэ идотыж, лъыхъу зэрыхуэтщІынур жыдоІэ. Апхуэдэу имыдэрэ, мис итІанэ дэ унафэ тщІыжынщ. Пэжщ, езы Сэлисэт арэзымэ.

— Уарэзыкъэ, Сэлисэт? — къилъащ Темыркъан.

  • СщІэркъым,— Іущэщащ пщащэр, и щхьэр къимыІэту.— Со-шынэ. Си дэлъхур фэри фоцІыху, а псоми дынимыгъэсу къамэр си гущхьэм къыхиІункІэ зыуи илъагъунукъым.

  • Умыгузавэ,— и гур фІы хуещІ Темыркъан,— дэри дыкъе-цІыху уи дэлъхум...

Нэхущ кІыфІым Мэртазэ Елбэздыкъуэ и пщІантІэм зэшищыр шууэ дыхьащ. Уэзырмэс и шыплІэм Сэлисэт дэсу. ПщІантІэкум нэсри, къэувыІахэщ. ХьэщІэхэр ежьэжат, пщІантІэм пщылІ, нэхъ я гъунэгъу фІэкІа дэтыжтэкъым. Мэртазэхэ я унэ кІыхьым щхьэ-гъубжэу хэлъым нэху къыдидзырт: хъыбар пэплъэхэрт. ПщІантІэм дэтхэм щыщ гуэрым Іуэхур зытетыр къыщищІэм, жэрыгъэкІэ хьэ-щІэщым щІэлъэдащ, зимыІэжьэу къыщІэжыжри, адэкІэ-мыдэкІэ Іуэху гуэрхэр ящІэу дэт цІыхухъухэр гупу къиугъуеящ. ХьэщІэ-щым и бжэр къызэІуиудри, Елбэздыкъуэ уэздыгъэ нэху къыщІи-дзым къыхэуващ и къэпталыбгъэр тІэтауэ, и цейр зэІухауэ, сэ-шхуэ пцІанэр иІыгъыу. Абдеж дыдэ Гуащэри къыщІэжащ цІыху-бзищ-плІы и гъусэу.

— Къэвувыхь!—кІиящ Елбэздыкъуэ.— Псэууэ зы цІыху дэв-мыгъэкІ. Япэ дыдэ а си шыпхъу куэпэчыр фыукІ.

— ДывукІын ипэ къихуэу зэ дывгъэпсалъэ,— жиІащ Уэзырмэс. Шым къелъэри, Сэлисэт хуэсакъыпэурэ кърихьэхащ, игъэуври, гуапэу жриІащ: КІуэ, тІасэ, мо цІыхубзхэри щІэшэж. АдэкІэ цІыхубзхэм щыфщІэн щыІэкъым пщІантІэм.

— Алыхьым къыфхуимыгъэгъукІэ ЕщІэнокъуэхэ! — бгащ Гуа-щэр.— Щхьэ бэлыхьу фыкъыттрилъхьауэ пІэрэт фэ? Ди тхьэм къыфхуимыгъэгъуну солъэІу! Ди напэтехын фи пщэ къинат?

— КъэувыІэ ауэ! — кІиящ Елбэздыкъуэ, и шыпхъур цІыхубз-хэм дежкІэ ежьауэ щилъагъум. Уэзырмэс Мэртазэ и къуэм гъу-нэгъу дыдэу бгъэдыхьащ. И дзэхэр зэригъэшхыу, и нитІыр къи-лыдыкІыу, зэфам и щхьэр игъэутхъуауэ, тІэкІуи мэщэнауэри щытщ Елбэздыкъуэ.— ЛІо, ЕщІэнокъуэхэ хьэ ныкъуэшх къыс-хуэфшэжауэ ара? Абы а фІейр кІэрылъу си унэ щІыхьэжын хуей-тэкъым. ЗэгъащІэ ар!

Зэ зигъазэри сэшхуэр лъагэу иІэтащ, цІыхубзхэр зэрыгъэ-кІиящ, къуажэ псом зэхах жыпІэну, Уэзырмэс Елбэздыкъуэ и Іэп-щэр имыубыдамэ, Сэлисэт а махуэм щІалъхьэжат.

— УмыпІащІэ, Елбэздыкъуэ,— жиІащ Уэзырмэс.— Уи шып-хъур и анэ къызэрилъхуам хуэдэщ. Мы цІыхубзхэр щІэгъэхьэж, дэ псалъэмакъ пхудиІэщ... УмыІэнкун, Елбэздыкъуэ, сэ шэсыпІэу соув а си псалъэхэр зэрыпэжымкІэ. Абы щыхьэт техъуэнущ пхуди-Іэ псалъэмакъри.

Елбэздыкъуэ хэгупсысыхьащ. ДакъикъитІ хуэдэ дэкІауэ Мэр-тазэ и къуэм и щхьэр къипхъуэтэжри, нэщхъыцэу зэшищым къе-плъащ. Хьэкъыу и фІэщ хъуат Уэзырмэс и псалъэхэр зэрыпэжыр, фІы дыдэу ищІэрт щхьэпылъэм ешэлІами зэкъуэшхэм пцІы зэры-жамыІэнур, ауэ шы-уанэ зэтелъ пщыкІутхурэ зы шыгу зэщІэщІа-рэ яриту игъэкІуэжа и хьэщІэхэр игу къэкІыжмэ, пщІантІэр къс-гъачэ жыпІэну и дзэхэр зэригъэшхырт, и бгъэр къыкІуэцІриуды-ным хуэдэу и гур къеуэрт. Елбэздыкъуэ игъейр Щолэхъухэ етІуа­нэу къызэрытрамыгъэзэжынурат. Щолэхъухэ езыхэр уей-уей же-зыгъыІэ лъэпкъыу Талъостэней исщ, ахэр зымыцІыху адыгэ лъэпкъхэм яхэткъым.

—Сывгъэунэхъуащ,— жиІащ хуэмурэ, сэшхуэр щІэгъэкъуауэ щыт Елбэздыкъуэ.— Алыхьым фигъэунэхъу... ФыкІуэ фыщІыхьэж. Феплъ абы и щыгъыным.

  • Мы ди щІыбагъ дэтхэри хуит щІыж.

  • Зэран къыфхуэхъурэ?

  • Щыхьэт лей дыхуейкъым.

Я къамэхэр къихауэ щыт лІыхэр я Іуэху и ужь ихьэжащ. Уэ-зырмэс нэхъри нэхъ гъунэгъуу Елбэздыкъуэ бгъэдыхьэри, щабэу епсэлъэн къригъэжьащ:

— Укъытхуэшхыдащ, Мэртазэ и къуэ, укъыдэбгащ, апхуэдизу лажьэшхуэ димыІэ пэтми...

— Мыбы жиІэм елъ! — къилъащ Елбэздыкъуэ.

  • Унэхъыжьщ, унэхъыфІщ, тхьэм щхьэкІэ, си псалъэр нэзгъэ-гъэс... Уэ, Елбэздыкъуэ, насыпыншагъэу уиІэм я нэхъ иныр—уэ нэхърэ нэхъыфІ, нэхъ лІыгъэ зыхэлъ, къыптекІуэн щыІэнкІэ зэрыхъунум узэремыгупсысыращ. Уэ нэхърэ нэхъ фаджэу хуэпа-мэ, хьэм пыбощІыр, нэ.хъ лІыгъэ хэлъу гу лъыптамэ, къуэгъэна-пІэ фочауэ е хьэщэхурыпхъуэ ухъуфынущ. Дэ дыхуеякъым уи жа-гъуэ тщІыну, дигу къэкІыххакъым уи хьэщІэхэм лей якІэлъызе-тхьэну. Дигу темыхуар мы ди шынэхъыщІэм хьэпшыркІэ укъызэ-рещарщ. Уи хьэщІэщ ныщрагъэблэгъакІэ, уэ езым пщІэн хуеящ ар зэрыхьэщІэр, хуэмыфашэу нызэрыщІамышар... Иджы, Елбэз-дыкъуэ, уи ныбжьми, уи щІыхьми пщІэ хуэтщІу, мобдеж къэда-Іуэу щыт Алъкъэщ и къуэмрэ Джэдгъавэ и къуэмрэ щыхьэту мы ди шынэхъыщІэ Жанхъуэт уи шыпхъум дыхулъохъу. ПІалъэ къыдэт.

  • Алыхьым жимыІэкІэ,— ищІащ и Іэр Мэртазэ и къуэм.— Си ІэкІэ сыукІыжым нэхъыфІщ ар си бий ест нэхърэ.

  • НтІэ, Елбэздыкъуэ.— шэсыжащ Уэзырмэс шым,— дэ тхьэ-махуптІ пІалъэу удот. ТхьэмахуитІ дэкІым фызышэу дыкъо-кІуэри...

— Ар апщІондэху упсэумэщ.

— Зыми тщІэркъым алыхьым ди натІэм къритхар зыхуэдизыр. Ауэ дэтхэнэри нэхъ гъащІэ кІыхь къритауэ дыщогугъ. Узыншэу фыщыт...

10

А пщэдджыжьым къыщыщІэдзауэ Мэртазэ Елбэздыкъуэ и жейр кІуэдащ. Махуэм пщІантІэм дэзагъэркъым, жэщым пІэм хэ-загъэкъым. Сэлисэт пэш цІыкІу гуэрым щІиубыдащ, бжашхьэм деж хэлъ щхьэгъубжэ Іузэ цІыкІум дидз лъапэнэху тІэкІу фІэкІа имылъагъуу. Тас-къубгъан хуахьурэ зрагъэтхьэщІ, шхын хущІа-хьэурэ ягъашхэ. ЕщІэнокъуэ зэшхэр дэкІыжа нэужь Елбэздыкъуэ пэшым щІыхьэжри, цІыху мыхъужын жыхуаІэм хуэдэу и шыпхъур къамышыкІэ иубэрэжьащ, и тхыцІэм лъыр къызэпхивауэ.

  • Сэ сымыщІа щхьэкІэ уэ щІасэлІ уиІэти! — дунейр икъу-тэрт дэлъхум.— Гъуэгу мыгъуэм теува, ди напэри уи напэри щхьэ тепха?! Дэнэ къыздипхари а номин нэкІур?

  • Дыгъуасэ фІэкІа си гъащІэм слъэгъуакъым,— къыдэмып-лъейуэ жеІэ Сэлисэт.

  • Хьэфиз ухъуащэрэт ар умылъагъуу! Мэ, плъэгъуамэ! Мэ, дыгъуасэ щхьэкІэ! Къэхьпэ!

  • Си гуэныхь стомых, Дыкъуэ. Сэ зыкІи сыкъуаншэкъым.

  • Умыкъуаншэм щхьэ къыплъыхъурэ? Уэ умыщІэу...

  • СщІэмэ, кхъуэ пэнцІывыр спыту тхьэм дыкъэзылъхуам са-хуигъэзэж.

  • Щыгъэтынш мыхэр здэкІуэм, уи жьэ фІеймкІэ уахуэмы-псалъэу. ТхьэмахуитІ пІалъэ къызатащ. Ауэ... Деплъынщ дэ абы. Е сэ хьэдэу сыкъыдашэжынщ, е ахэр хьэдэгурышэу дезгъэшэ-жынщ.

  • ЖомыІэ апхуэдэу, Дыщэ,— гужьеяуэ жиІащ Гуащэм.— Уса-бий уэ? А емынэ лъапсэм ІейкІэ зыпэщІэпсэ хъурэ?

  • Псы игъэжыхьыжын хуейщ а емынэ лъапсэм!—зригъэІэ-тащ н макъым Елбэздыкъуэ.— Ахэр мы жылэм дэсу сэ сагъэтын-шынукъым. Уэ езым уолъагъу, дауэ сэ цІыхум сазэрыхыхьэжы-нур, хэти къызэдэІуэжыну апхуэдэ напэтех къызащІауэ? Бгъэгъу хъуну апхуэдэ лейр?

  • Уэ жьы ухъуащ, Дыщэ, абыхэм я щІалэгъуэщ. Уэ езым фІы-уэ уощІэж абыхэм я адэм...

  • ЗэтепІэ уи жьэр! КъызэщІомыгъэстыж си гущхьэм щыу-жьы.х хуэдэу хъуа мафІэр! — Мэртазэ и къуэр и тхьэкІумэм ёІу-сэжри, гъущІ гъэплъа еІуса хуэдэ, и Іэр къыІуипхъуэтыжащ.— ТхьэмахуитІ... Деплъынщ хэт и кІэн къикІми.

  • Иджыри зэ сынолъэІу. Дыщэ...

  • УкъызэмылъэІу.

  • Ягъэ кІынкъым, ди акъылыр кІэщІу жыфІэ щхьэкІэ, дэри зыгуэр къыдгуроІуэ. СыткІэ ухуей къуажэ бий? Сэ си кІуэцІым щымыжьэ уи гугъэ къыттехьа лейр? ИтІани, егупсыс уи щІалэ за-къуэм и гъащІэр зэры.хъунум. Балигъ мыхъуауэ адэншэу къа-нэмэ...

  • Банэ пІураулъэф! — къилыдыкІащ Елбэздыкъуэ и нитІыр.— Сэ абыхэм саукІыну щхьэ ухуей уэ? Си закъуэ сапэщІэувэнуи щхьэ къэплъытэрэ?.. Сэ псори къызгуроІуэр, шу щэ ныкъуэкІи уатекІуэнукъым абыхэм, Іэмал гуэр хэзмылъхьэмэ. ІэмалкІэ яте-кІуэн хуейщ, ауэ а Іэмалыращ иджыри си акъылым къимытІэсыр. Езыхэм ягу къэмыкІын гуэр къэгупсысын хуейщ, напІэзыпІэм я псэр хэбудын хуэдэу.

Сэлисэт къэкІэзызащ. Хъыджэбзым и нэгу къыщІыхьащ Жан-хъуэт и закъуэу губгъуэ нэщІым шу гупым къыщаувыхьауэ. Шу-хэр плІыщІ, щэ ныкъуэ мэхъу, я сэшхуэхэр дыгъэм полыд, зэро-гъэкІий, шу закъуэр къаувыхьащн, хуиту зыгъэзапІэ ирамыту ягъэгулэз. И нэр зэтрепІэ, гупсысэ шынагъуэр зыщхьэщи.хуну, ЕщІэнокъуэ зэшитІыр къегъэс. Зауэр нэхъ гуащІэж мэхъу. Ел­бэздыкъуэхэ я шу гупым псэууэ къэнар хьэ щтауэ зэбграху, езыри псэууэ къаІэщІегъэкІ.

— Зы тхьэмахуэ фІэкІа пІалъэ естынкъым,— жиІащ Елбэзды-къуэ, къамышы уплІэнщІамкІэ и Іэгум еуэурэ. Сэлисэт къащтэри къыдэплъеящ.— ЛІо, укъэщта хуэдэ нысащІэр. Мыбы и закъуэу зы лъэбакъуэ евмыгъэч,— зыхуигъэзащ Елбэздыкъуэ Гуащэм.— Сэ Барэ жесІэнщ ЕщІэнокъуэхэ я мэ зыщыуа ди куэбжэпэ къимыгъэ-увыну. Деплъынщ хэтхэ я деж япэ жэназыщІ щызэхуэсми. Сэ со-жьэ. махуитІ-щыкІэ къэзгъэзэжынщ.

Елбэздыкъуэ зэрыщІэкІыу цІыхубзхэр зэплъыжащ. ТІуми къа-гурыІуат тхьэмыщкІагъэшхуэ къэхъункІэ зэрыхъунур. Пщыр ап-хуэдэу. губжьауэ, и фэм икІауэ зэи ялъэгъуатэкъым. Дэнэ иджы ар здэкІуар, хэт и деж здэкІуари? ЗдэкІуари къыздикІыжари яжриІэнукъым. Бзылъхугъэхэри абы есэжащи, щІэупщІэнукъым, ауэ жыхуиІа махуэм къызэрыкІуэжынур ящІэ, и пІалъэм зы ма-хуэ щІимыгъуу. ТхьэмыщкІагъэ, сымаджагъэ къэхъумэ, сыт пщІэн, ар алыхь Іуэхущ, ауэ узыншэу, шым шэсыфу и псалъэм пхутекІынукъым. Елбэздыкъуэ цІыху ерыщт, пхъашэт, псом хуэ-мыдэу,-и адэми хэмылъауэ, зы хьэл мыхъумыщІэ хэлът: ар егъэ-леяуэ залымт. И адэ Щэмаул апхуэдэ залымыгъэ зыми дилъэгъуа-тэкъым, жылэр зэгуригъаІуэрт, зыхуэфащэм пщІэ хуищІырт, зэ-шхыдапхъэми ешхыдэрт Ауэ и шхыдэми цІыхур игъэпыудтэкъым, чэнджэщ хэлъу, цІыхум дерс къыхихын хуэдэу ешхыдэнти игъэ-укІытэжынт. Мэртазейдэсхэм жаІэрейт: «Ди тетыр къошхыдэ нэхърэ щІопщкІэ къоуэм нэхъыфІщ, и псалъэ къэс узэпрахулэкІ». Губжьами, и губжьыр игъэпщкІуфыртэкъым, акъылышхуэ хэлъу цІыхум и щыуагъэр гуригъэІуэжырт

Елбэздыкъуэ апхуэдэтэкъым. Ар егъэлеяуэ цІыху псынщІэт, лІыгъэшхуи хэлът, ауэ «зи псалъэм емыгупсысыж» жыхуаІэм хуэ-дэу, ар. хъунуми мыхъунуми, и Іупэ къэса псалъэр жиІэнут. Зэры-цІыкІу лъандэрэ мащІэрэ теунэхъуатэкъым ар и жьэм. Азэпщ Хъызыр Джылахъстэней псор зэхэту жыхуаІэм хуэдэу къыщиубэ-рэжьа махуэ закъуэр лІэжыху хурикъунт дерсу: упсэлъэн ипэкІэ угупсысэн зэрыхуейр къыгурыІуэн хуеящ. Щымыуэ щыІэкъым, алыхьым фІэкІа, бегъымбар дыдэри щоуэ жаІэр, ауэ уи щыуагъэр дапщэрэ пхуагъэгъун? Жылэм дэс псоми яфІэтелъыджэу Елбэзды-къуэ ЕщІэнокъуэ зэшитІыр хьэІупс ищІат, щахуэзэхэм фэрыщІу ящыгуфІыкІми, сэлам яри.хми, хьэгъуэлІыгъуэ къэхъуауэ, зэхэс щыІэу, гуп зэхыхьауэ къа.хэкІыжынутэкъым Уэзырмэсрэ Темыр-къанрэ хуэгъэзауэ псалъэ дыдж гуэрхэр имыутІыпщу, я лІыгъэр, цІыхугъэр игъэлъэхъшэну щымыІа гуэрхэр къигупсысу абыхэм щимыІуатэу. Иужь дыдэу абы игъэІуа хъыбарым зэшитІыр я пІэм къришат. «СыхулІэ а зэшитІым я лІыгъэм,— щыжиІат дыуэщІым дэту.— И анэжь тхьэмыщкІэм и нэкІур сэкІэ зэхасыпыхьати, ялъ ящІэжын н пІэкІэ, мылъкукІэ екІужащ. Я адэ тхьэмыщкІэм хэлъа лІыгъэм н жьауэм иджыр къыздэсым щІэсу аращ а хуэмыхуитІыр». Ар зэхахыжа нэужь ЕщІэнокъуэ зэшитІым быдэу ягу иралъхьат хуамыгъэгъуну икІи Сэлисэт кърахьэжьэныр къызыхэкІар нэхъы-бэу арат. Елбэздыкъуи ищІэрт зэшитІым а псалъэхэр гулъытэншэу къызэрамыгъэнэнур, щэхуу пэплъэрт, зэпхыдэІукІырт, сыту пІэ-рэ мы тІум жэуапу сагъэлъагъунур, жиІэу, языныкъуэхэм дежи щІегъуэжырт, ауэ фочыр уат, ущІегъуэжкІэ шэм къигъэзэжыну-тэкъым.

Сэлисэт гуІэгъуэ бзаджэм зэщІиубыдат. И нэпсыр зы дакъикън увыІэртэкъым. Хъыджэбз тхьэмыщкІэм ищІэрт и дэлъху залы-мыр и мурадым темыІэбауэ зэрымыувыІэнур. Сыт ищІэфыну, сыткІэ дэІэпыкъуфыну зэкъуэшхэм? Хъыбар иригъэщІэнт, ауэ хэт дзыхь хуищІыну апхуэдэ хъыбар ЕщІэнокъуэхэ ихьыну? Ар зы-гуэркІэ и дэлъхум къищІэмэ, дишынщи хьэм иригъэшхынщ. Ар хузэфІэкІынущ Елбэздыкъуэ. ПщІантІэм дэтхэри аращ, уащэнущ пщым и зы псалъэ дахэ щхьэкІэ. Псори къыхищыпыкІащ Іужажэ-рэ бзэгузехьэу. Мэгузавэр, ищІэнур ищІэркъым.

ЕтІуанэ махуэм Сэлисэт пщІантІэм къыдыхьауэ Балъкъэр Ас-лъэмырзэ къилъэгъуащ. И фызышэр къыщыдыхьа махуэм бзы-лъхугъэм илъэгъуат Жанхъуэтрэ абырэ зэгъусэу. Сэлисэт нэгъуэщІ хэкІыпІэ иІэтэкъым. И дэлъхум жриІэжым жрыреІэж, яукІым ираукІ, ауэ хъыбарыр ялъэгъэІэсын хуейщ. Шыр ІумпІэкІэ дэзы-шыж лІыр къигъэувыІэри, кІэщІ дыдэу Іуэхур зытетыр жриІащ. Аслъэмырзэ зы псалъэ къыпимыдзыжу шым шэсри ЕщІэнокъуэхэ дежкІэ ириІуэнтІэхащ.

ЕщІэнокъуэхэ я цІыхухъухэр дэстэкъым. ХъыбарегъащІэм Іэ-минат жриІащ:

— Уи щІалищыр умыгъэбэлэрыгъ, жэщкІэ унэм щІомыгъэкІ, Елбэздыкъуэ къыфтеуэну зегъэхьэзыр.

— Хэт укъэзыгъэкІуар. Аслъэмырзэ? — щІэупщІащ анэр. ЦІыхубз сыкъигъэкІуащ, жиІэн укІытэри, «я зы ныбжьэгъу

гуэрым сыкъиІуэхуащ»,— жиІащ.

ЗэшитІыр Жанхъуэт я гъусэу къыдыхьэжри анэм хъыбар къы-жраІар яхуиІуэтэжащ. Сыт хуэдизрэ емыгупсысами, къахуэщІа-къым а хъыбарыр къэзыхьар, Аслъэмырзэ деж кІуэнут еупщІынуи, Іэминат къыжриІат махуитІ-щыкІэ къэтыну ХьэпцІей зэрыкІуэр. ХэкІыпІэу иІэр зыт: сакъын хуейт, жэщ-махуэ имыІэу. Адэ пап-щІэу яІэр Іэминатти, щІалэхэр игъэтІысри яжриІащ:

— Апхуэдэу щыхъуакІэ, Аслъэмырзэ къэзыгъэкІуар къыфхуэ-кІуэнухэрауэ къыщІэкІынщ, фыкъагъапцІэу зэкъуэхуауэ фаІэры-хьэн щхьэкІэ. Фымыбэлэрыгъ. ПщыхьэщхьэкІэрэ бжыхь, куэбжэ жыфІэ, быдэу вгъэбыдэ. Быдэ и анэ гъыркъым,— жиІащ пасэ-рейм.

ЕтІуанэ махуэм, шэджагъуэнэужьхэм деж, шу гуэр куэбжэм деж къэуври къэджащ. Зэкъуэшхэр жыг лъабжьэм щІэсти, кІуэхэ-ри куэбжэр Іуахащ.

  • Еблагъэ, Лъостэнджэрий,— жиІащ Уэзырмэс.— КІэрэф и къуэр сыту жыжьэ ущыувыІа.

  • Уи благъэр бэ ухъу, Уэзырмэс. СопІащІэ быдэу. Елбэзды-къуэ сыкъигъэкІуащ уэтэрымкІэ фыкъакІуи си шыпхъум и унафэ дывгъэщІ, жиІэри.

— Іэу, апхуэдэ Іуэху уэтэрым унафэ щытращІыхьрэ?

— Уэлэхьэ, сымыщІэ, Уэзырмэс, сэ сыІуэхутхьэбзащІэ къу-дейщ. КъызжаІар вжесІэжащи, си пщэ къыдалъхьар згъэзэщІащ. Сыт жесІэжыну Мэртазэ и къуэм?

— ДынэкІуэнщ...

Сыхьэт дэмыкІыу шууищыр дэшэсыкІащ. Къуажэм зэрыдэкІыу, Уэзырмэс нэхъыщІитІым яжриІащ:

— Зыри къэмыхъуу мы Гъуейм дыблэкІмэ, Мэртазэ и къуэм дыкъигъэпцІакъым. Ауэ си фІэщ хъуркъым и шыпхъум и Іуэху-кІэ дэ абы уэтэрым дишэу.

— Укъэшына, къуэш? — пыгуфІыкІащ Темыркъан.

— Делагъэ жомыІэ,— нэщхъыцэу къеплъащ абы и къуэшыр.— Мыдэ фыкъэдаІуэ. Мы мэзым дыфІэкІрэ ди щІыбым къыдэувэІа-мэ, шуунпщІ-пщыкІутху щхьэкІэ фи шыхэм я жьэр фымыутІыпщ. ЗэрытщІым хуэдэу гупыр щыуэ зэкІэщІэтшынщи, губгъуэр инщ, адэкІэ фщІэнур фощІэ. Нэхъыбэ хъурэ, сэ нэхъыбэ хъункІэ со-гугъэ, дызэщІыгъущ. Абы щыгъуэ мэзым екъун хуейщ. Мэзым ды-хыхьэм зырызурэ зэтедукІэнщ.

Уэзырмэс щыуатэкъым. Гъуейм зэрыблэкІхэу, фийуэ-кІийуэ абы къыхэжащ шу щэ ныкъуэ хъун.

— Япэ къищахэр зылъэщІыдогъыхьэри, идоудых. ФызэкІэ-щІэкІуэт,— къызэплъэкІыурэ унафэ яхуещІ Уэзырмэс.

Япэ къалъэщІыхьа шууищыр зэтраудри зэбгъурыувэжауэ, Сэ-лисэт щрахьэжьам зэрыкІуа гъуэгум тету мажэ.

  • Къуажэм дэвмыгъэхьэ, маржэ! — мэкІий Елбэздыкъуэ.— ГубгъуэмкІэ нэхъ евгъэз! ФакъыпежэкІ!

  • Мыр дауэ Іуэху хъун! — мэхъущІэ Темыркъан.— ЩакІуэм кърахуэкІ хьэкІэкхъуэкІэу къэджыхьу губгъуэм дитыну? Дывгъэ-гъазэ, даукІми тІурытІ-щырыщ хэдукІыкІынщ. Дыкъэзылъагъуми сыт къытхужаІэн!

— Дывгъэгъазэ, Уэзырмэс,— мэлъаІуэ Жанхъуэти.

— Зэ фымыпІащІэ,— идэркъым Уэзырмэс.— Мо мэзым зэ ды-щІэвгъапкІэ.

Ар жиІа къудейуэ, банэ гуэрэн гуэр щыпхыжым, шууищри ма-щэ куум пхыхуащ. Уэзырмэсрэ Жанхъуэтрэ зэшэзэпІэу иукІащ, Темыркъан и бгырыпхым къэс шым щІиубыдауэ Елбэздыкъуэ ма-щэм щхьэщылъэдащ. Махуищ хъуауэ къригъэтІат а мащэр абы, пубзыхуат зэрыкІуэну гъуэгур.

— А-а, уэ иджыри упсэуи, хьэм къилъхуа. Арат фэ фыщІэудэ-фар, мис иджы фхуэфащэ вгъуэтащ.

И фокІэщІыр бгырыпхым къыдихри, Темыркъан триубыдащ...

Шу гупышхуэр ЕщІэнокъуэхэ я бжэІупэм къыщыувыІам, Іэми-нат н ІэлъэщІ кІапэр и жьэм Іуилъхьэри, и нэхэм нэпсыр хуэфІу щІэту, къежьащ.

  • Сыт мыгъуэр ди лажьэу дызэтебукІа, Мэртазэ и къуэ? Сыт мыгъуэр уэсщІат жьыщхьэ мыгъуэ сыпщІыну? Дэнэ и деж мыгъуэ къыщыбна си хьэдэр, дэни сыщылъыхъуэну?

  • Гъуейм адэкІэ мащэм илъу щылъхэщ. ФыкІуи къэфшэж,— жиІащ Елбэздыкъуэ, адэкІэ зы псалъэ къыжьэдэмыкІыу шым елъэдэкъауэри ежьэжащ, шу гупыр и ужь иту.

Іэминат и закъуэт. И ныситІыр нышэдибэ Бацэжьхэ щІыхьэху яІэти, абы кІуат, я къуэрылъхуитІри здашэри. Фызыжьыр ерагъ-кІэ Іэбэрабэурэ жыг лъабжьэм нэсри, шэнт щытым тетІысхьащ, цІыхухэр къызэхуэмыс щІыкІэ и макъыр иутІыпщри, гъыбзэ зэ-хилъхьащ:

Уей, бжьыхьэ махуэр кІэлъэфу,

Мэртазей жылэм щхьэщылъщ,

Мы си гуІэгъуэр мылыфу,

ЩІыІэу си гущхьэм къытелъщ.

Быдзышэ хужьым и гъусэу

ЛІыгъэр, гущІэгъур фхэслъхьат,

Лей зытехьам деж фынэсу

Шыщхьэмыгъазэу фыспІат.

Кърым хъан бзаджэм и джатэр

Фэр щхьэкІэ бэрэ гъущІат,

Къурей ишахъуэщІым и сабэр

Жэпу къыфтехэу щытат.

Бланэ.м и пшэрыр фи нышти,

Щауэм и лІыхъур фи къуэшт,

ЛІыхъум я пашэр Жанхъуэтти,

ЗыгукІэ фи гъусэу къашэжт.

Хы Іуфэ гъуэгур фи кІуапІэт,

Жыгей мэзыжьыр тепІэнт,

Арыкъ лъагапІэр фи плъапІэт,

Гъатхэ удз щхъуантІэр щІэлъынт.

Дахэм я дахэр си нысэт,

Іущым я Іущыр къуэрылъхут,

Мылъхуэжын гыбзэр си лъапсэт,

Елбэздыкъуэжьым Іурылът.

Зеиншэ теплъэу боужьым

ЩолэхъужьитІыр щІозашэ,

Лъыр зыдашауэ пщІантІэжьым

Фи ныбжьэгъуфІхэр дозашэ.

ХьэщІэщ кІыфІыжьым и блыным

Фи Іэщэ-фащэр фІозашэ...

(АдэкІэ гъыбзэр зыщІэж къысхуэгъуэтакъым).

А махуэ дыдэм хьэдищри зыгукІэ къашэжри етІуанэ махуэм щІалъхьащ. Щыри зы мащэм иралъхьащ. Мэртазэхэ я пхъум а гуауэр щызэ.хихым, ину къикъугъыкІри, кІиящ:

— Узалыму жаІамэ, яхуэздэтэкъым. Ауэ уэ залымым укъы-щынэркъым, уэ улІыукІщ! Алыхьым къыпхуигъэгъункъым!

Нэпсым къыхэгурымыкІыурэ уэрэд-гъыбзэ иусащ:

Къэбэрдеишхуэ гущэм къокІри

Жанхъуэту лІыхъур къытхохьэ.

ХьэщІэм и хабзэти,

ЕщІэнокъуэхэ я деж щопсых.

ЦІыхуу сэ сызэупщІым

Уанэкъилъхуншэу къызжаІэ,

ЕщІэнокъуитІыр лІыфІти,

Анэкъилъху папщІэу уагъэув.

Елбэздыкъуэжьым шууищэ

Зэригъэпэщри нежьащ.

ХъыбарегъащІэу незгъажьэм

Тхьэр игъэпцІаурэ къокІуэж.

КъыфтемыкІуэну къыщащІэм,

Шу лъагъуэр мащэу къатІащ,

Жанхъуэтыр хьэщІэуэ щытми,

Япэ а мащэм ихуащ.

А махуэм хьэдэ гуузу

Зы мащэм зэшищри илъщ,

Илъ ищІэжыну къэнари

И анэжь закъуэрти, жьы хъуащ.

Хъыджэбз гъэфІэну Мэртазэхэ

Уэ уи биишхуэм срапхъут,

Си хъуэхъур дэ ди тхьэм сІихатэм,

Уэр папщІэ ди лъэпкъыр згъэлІэнт.

Уи анэжь тхьэмыщкІэр гуІэжу

Жьэгупашхьэрысу къогъых,

Уэ уи хьэдагъэм сыхэттэм,

Щхьэгъусэм хуэдэу узгъеинт,

Зэшищыр хьэдэу и анэжьым

Зы гуІэнэщІкІэ къешэж,

Жагъуэгъужь бзаджэр зи бащэти,

Уи Іэщэ-фащэр фІадзэж.

ЕщІэнокъуэ зэшитІыр щыщІалъхьа махуэм къригъажьэри ма-хуэ плІыщІрэ тхукІэ уридэкІуеиным хуэдэу уэшх къешхауэ жа-Іэж, зэкъуэшхэм дэтхэнэми илъэсу къигъэщІам и махуэ зырыз.

1986—1992 гъ.гъ.

1 Алыджхэр — адыгэхэр грекхэм зэреджэу щытарщ

2 Хьэрэгуэл Крапоткинэ къалэ деж.

3 Тэн — адыгэхэр Дон псым зэреджэу щытарщ.

4 Саркъалэ — иджы Азов къалэрщ.

5 Кашкон — Кашкэ и къуэ, адыгэ (осет.).

6 Цаущтэн — тхьэ пхузоIуэ (осет.)

Соседние файлы в предмете [НЕСОРТИРОВАННОЕ]