Добавил:
Upload Опубликованный материал нарушает ваши авторские права? Сообщите нам.
Вуз: Предмет: Файл:
ЩэджыхьэщІэ Хьэмыщэ, «ЛъыщІэж».doc
Скачиваний:
19
Добавлен:
01.09.2019
Размер:
1.44 Mб
Скачать

ЩэджыхьэщІэ Хьэмыщэ, роман «ЛъыщІэж»

Хуарэ псыгъуэ ныбэ нэщІым

Жэщ мазэхэм уродыгъуэ,

Жэщ мазэгъуэм укърокІуэж. КъуийцІыкІуокъуэр щІебгъавэщ,

Афэ джанэр къыщыпхщ,

КІэс дахэр къэпхьри

УкъэкІуэжащ, ЕщІэнокъуэ Атэбий

(ЕщІэнокъуэхэ я уэрэдхэм щыщщ.)

ЯПЭ ІЫХЬЭ

ЕЩІЭНОКЪУЭ АТЭБИЙ

І

Махуищ хъуауэ Мэртазэхэ я хьэгъуэлІыгъуэщ. Хьэжрэтым къикІри КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь, пщы емылыджу къалъытэр, къэкІуащи, Джылахъстэнейм хьэІусыпэ зрату исыр къызэхуэ-сауэ щызэхэсщ. Ботэщ Къаит, Инэрокъуэ Щэрэлыкъуэ, Къан-щауэ Ислъам, ХьэпцІэ Кургъуокъуэ, Алъхъо Щамил, Азэпщ Хъызыр, итІани хэт жыпІэн — къемыкІуэлІа къэнэжатэкъым. Но-бэ Джылахъстэней уэркъхэм, лІакъуэлІэшхэм я хьэщІэ лъапІэ КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь и лІыгъэм и хъыбар щызэлъэІэсат Хьэжрэтым и мызакъуэу КІахэми, Къэбэрдейми, ар щацІыхурт Абазэми, мызэ-мытІэу и шы лъэужь къыщигъэнат Кърымми. Зыгъэхъыбари щыІэт Дэгужь алыджхэм1 я дежи нэсауэ. Ар пэжи, пцІыи, куэдми а хъыбарым шэч къытрахьэрт, языныкъуэ-хэми я фІэщ хъуххэртэкъым. СыткІи я фІэщ хъунт: Хьэжрэтыр хы Іуфэм щыІумыскІэ, абы Іус адыгэхэм я деж езы алыджхэр къакІуэ фІэкІа, адыгэ а къэралыгъуэм кІуауэ хъыбар щыщы-мыІэкІэ, езы Дэгужь къимыгупсысауэ пІэрэт а псори? ПщІэну щыткъым. Ауэ КъуийцІыкІуокъуэм и хъыбарыр адыгэ лъэпкъ-хэм ящхьэщылът зы махуэм нэхърэ адрей махуэм нэхъ жыжьэ Іууэ, зиубгъуу, и лъабжьэр нэхъ быдэ хъууэ.

ЕплІанэ махуэм и пщэдджыжьым хьэщІэм пщэдджыжьышхэ ищІри, Мэртазэ и къуэжьым жриІащ:

— Уи ерыскъыр убагъуэ, Щэмаул, егъэлеяуэ пщІэшхуэ къыс-хуэпщІащ, уи пщІэр тхьэм нэхъ лъагэж ищІ. Мыдрей къызэлъэу-джэкІахэми тхьэр арэзы къахухъу, иджы сэ сежьэжынщ. Сщыгъу-пщэнкъым сэ къысхуэфщІар, нэгузыужьу сывгъэлъэгъуар ІэфІу си гум къинэнщ. Пэжщ,— и дзэм дэна лыр ІэпхъуамбэкІэ къыди-хыжурэ зэпишащ абы,— мы жылэм сэ си лъы щІыхуэ ятелъщ... ЕщІэнокъуэ Къубатий ар здихьри дунейм ехыжащ... Лъхукъуэщом сыт къыпыпхын, адэ дыщызэхуэзэжмэ, абы дыщызэгурыІуэ-жынщ,— пыгуфІыкІащ КъуийцІыкІуокъуэр. — Фэ тхьэм фигъэ-узыншэ, фІыкІэ дызэхузэ.

Мэртазэ и къуэжьымрэ КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужьрэ щолэхъу зырыз тесу япэ иту, мыдрейхэр, шу щэ ныкъуэ хъун, я ужь иту гъуэгу теувэжащ, хьэщІэр Тэрч зэпрыкІыжыху ягъэкІуэтэжыну. ЗэпрыкІыпІэр. Ботэшей ипщэкІэ къыщыс осетин къуажэм и щІыб-кІэти, Ботэщ.Къаит шу япэ иригъэщащ Ботэщей къуажэбгъум Іэнэ щаухуэну, къэфэн щІалэгъуалэ къыдашыну. Шу гупыр Ботэщей щынэсам щыблэ уэ макъыу Іэгуауэр зэщІэчачэрт, шыуан абра-гъуэхэм мэл гъэвахэр, зэпкърымыхауэ, къыхахыжырт. Къуий-цІыкІуокъуэр фадэ пІащІэм фІыуэ хигъэщІу хэфри лы гъэвам зы ІыхьэфІ къыгуигъэжащ, ар ишхыурэ джэгум Іухьэри, и жьэм жьэ-дэлъыр иригъэхщ, и бащлъыкъ кІапэмкІэ и Іупэр илъэщІыжри, мо лІышхуэм и ІитІымрэ и лъакъуитІымрэ фІэкІа и Іэпкълъэпкъым щыщ мыхъейуэ, къэфащ, жылэм фІыщІэ яхуищІщ, гуапэу ехъуэ-хъури, шэсыжащ. Хэгъэрейхэри абы и ужь иуващ.

Елъхъуэт къуажэкІэм и деж иІэ щІы ІэнэщІышхуэр цІыхум яуфэбгъуат. ПщІэнтэкъым къуажэм цІыху къыдэнауэ. Къуажэпщ Мильдзихов Сослъэнбэч фадэ зэрыт бжьакъуэ иныр лъагэу Іэта-уэ къапежьащ.

— Уи щхьэ дымылъэгъуауэ, нобэ ди щыпэлъагъуми, уи хъы-бар дахэ куэдрэ зэхыдох. Уи фэми къегъэлъагъуэ уи гур зэрыи-ныр, лІыгъэ зэрыпхэлъыр. Убагъуэ уи лІыгъэр, быдэ ухъу уи узын-шагъэр. Адыгэхэмрэ осетинхэмрэ игъаицІэ лъандэрэ ди ерыскъы зэ-Іурылъщ, ди гуфІэгъуи ди гузэвэгъуи зыщ. Осетинхэм адыгэ лъэ-пкъым хуаІэ лъагъуныгъэм, пэжыгъэм и щыхьэту мы фадэбжьэр, сІых, ди гу къабзэхэри мыбы и гъусэжу. Къытхуефэ, къуэш!

КъуийцІыкІуокъуэм фадэбжьэр къыІихри мащІэу хэгупсысы-хьащ, ауэ ар зэрымыхабзэр и щхьэ дэуеягъэнщ, псынщІэу зы-къипхъуэтэжри, Мильдзиховым еплъурэ жиІащ:

  • Зи щІыхьыр ин Сослъэнбэч, уэ къытхуэпщІа пщІэр пса-лъэкІэ пхуэІуэтэнукъым. ЩыІэкъым апхуэдэ псалъэ, щыІэми, сэ тхьэм къызипэсакъым. Ди щІыпІэ унзкІуауэ тхьэм пхузигъэщІэж. ПсыжькІэ нэбгъазэмэ, си унэр уи унэщ, си мылъкур уи мылъкущ. Къуэш сыпхуэхъунщ, пщылІу жыпІэрэ — сыпхуэпщылІынщ.

  • Тхьэм щхьэкІэ, апхуэдэу жомыІэ,— плъыжь къэхъуащ Сос-лъэнбэч,— къуэшыгъэ нэхъ лъапІэ сыт щыІэн!

— Дэгъуэщ,— иІэтащ бжьэр Дэгужь.— Фыузыншэну. Дэгужь бжьэр ирифри, бжьакъуэм фадэ кърагъэхъуэжыху ар

ІитІымкІи иІыгъщ, бжьакъуэр Сослъэнбэч хуишиижри, адэкІэ къэ-хъунум. пэплъэу увыжащ. Шэджагъуэнэужь хъуху джэгуахэщ. Гъуэгу жыжьэ къыщІэлъу къажриІэу шэсыжа нэужь, шууищ гъу-сэ къыхуащІри, КъуийцІыкІуокъуэр Тэрч зэпрыкІыжащ, Шу гъусэ-хэм сэлам къарихыжри, Дэгужь псы Іуфэм Іут мэзым хыхьэжащ. Мэзым зэрыхыхьэу, шыр къыжьэдикъуащ. Къепсыхри, шыр Іум-пІэкІэ иІыгъыу здишэм псынэпс щІыІэ ежэхым ехъуапсэри, и Іэ-мыщІэшхуитІымкІэ къыщІигъалъэурэ ефащ, Іубыгъуэ къэс «уэху-ху-ху»; жиІэурэ. ЗигъэнщІа нэужь, и щхьэ гъумыр фІыуэ фІихущІыкІри, псыр къызэрежэхым хуэдэу, шым и пщэм натІэкІэ зыкІэригъэщІащ. «ХьэщІэкІэ фІыхэщ джылахъстэнейхэр, зыкъы-птраукІэжынущ. Фадэ куэдыІуэ урагъафэ... М-м-м, зэточ си щхьэр, пылым ирифын итфащ... Ауэ ефакІуэ-ешхакІуэ сэ мыбы сыкъы-щІэкІуар? Си гъащІэм ди деж сыдыхьэжа сыщІежьам си Іэр лъэзмыгъэІэсу? Е сыт щыгъуэ къыщыхъуар адыгэр лъыщІэж ежьауэ ефэ, ешхэу къигъэзэжу? Жьы уохъу, Дэгужь, уи лІыгъэр мэкІуэщІ. ЕщІэнокъуэхэ я лъыпэ къомыгъэкІыу удэмыхьэжыну тхьэ пІуэри укъежьати, фадэрэ шхынкІэ зыпкъуауэ уокІуэж. Мэр-тазэхэ я шхыным укъыхуэнат, хьэмэрэ мо осетиным и бжьэм уи емыкІур итхьэщІыжынут?.. Ар мыхъунщ, си лъы щІыхуэ зыте-лъым ирепшыныж, е сыпсэууэ згъэзэжынкъым».

Ар псынщІэу шым шэсыжри, гъуэгу нэпцІым къытекІащ, Тэрч бгъурыту иригъэзыхри, мэзым хэтурэ, ищхъэрэкІэ иунэтІащ. КІыфІ щыхъум, Мэртазей къуажапщэм хуэзанщІэу къыщыувыІэ-ри, псым зэпрымыкІыу и шыр илъэхъащ, езым уанэр пІэщхьагъ ищІщ, щІакІуэр зытридзэри, лІам хуэдэу, жеящ...

Нэху щат КъуийцІыкІуокъуэр къыщыушам. Бзухэм я уэрэд макъым едаІуэурэ абы игу къэкІыжащ ЕщІэнокъуэ Къубатий кърищІауэ щытар. Арат ар къыщІежьари, илъ ищІэжыну. Ауэ Къубатий дунейм зэрехыжрэ илъэситІым щІигъуат, и къуэ нэ-хъыжь Атэбий зекІуэ щыІэт, хэт ищІэрэ ар къыщекІуэлІэжын. НэхъыщІэ Къэрэщей сабийт, илъэс епщыкІущанэр екІуэкІыу. А псори къуажэ Іэхъуэм къыжриІа нэужь, КъуийцІыкІуокъуэр Мэр-тазэхэ еблэгъауэ арат: Хьэжрэтым нэс къыщикТакІэ, нэгъуэщІ къыщемыхъулІакІи, и ныбжьэгъухэр илъагъуну. ИтІани, Тэрч къы-хыхьауэ къыщызэпрыкІыжым мурад бзаджэ и гум ирилъхьащ: илъ имыщІэжауэ имыгъэзэжыну...

ИлъэсипщІ дэкІа къыщІэкІынщ Къубатийрэ Дэгужьрэ зэрызэ-хуэзэрэ. ЕщІэнокъуэр абэзэхэ и ныбжьэгъу гуэрым, Мерэтыкъуэ Къасым, иригъэблэгъат и къуэ закъуэм къыхуишэрти. Тхьэмахуэ-«Іэ хьэгъуэлІыгъуэр зэхэтащ, хабзэм къезэгъыу кърихьэлІахэм ямылъэгъуа щыІэтэкъым. Ефэн-ешхэнри джэгунри нэхъ кІащхъэ хъуауэ, Къасым къыхуепсыхащ КъуийцІыкІуокъуэр. Дэгужь зэи гъусэ ищІыртэкъым, дыгъужьым хуэдэу и закъуэу къикІухьырт. ХьэщІэщым къыщІэкІыжауэ пщІантІэм дэт хьэщІэхэм сэлам ярих-ри, Дэгужь пыгуфІыкІыурэ щІэупщІащ:

— Мыр сыт, Къасым, уи хьэщІэхэр сэ згъэщтауэ ара?

  • Ар дауэ хъун, КъуийцІыкІуокъуэ и къуэ, тхьэ соІуэ, шэсы-жыну къыщІэкІыжахэу зэхэттэм,— жиІащ Мерэтыкъуэм.— Сэри быдэу селъэІуащ, ауэ, неІэмал, гъуэгу жыжьэ къытщІэлъщ жаІэ, схуэубыдыркъым.

  • Гъуэгу жыжьэ щышынэр гъуэгу щІытехьэн щыІэкъым. Абы и бгъуагъри и кІыхьагъри зыщІэ щыІэкъым,— дыхьэшхащ Дэ-гужь. Абы зэуэ Къубатий дежкІэ зигъазэри, ауан зэрыхэлъыр нэрылъагъуу, пищащ: — ЕщІэнокъуэ и къуэ, шынэ къэпщта жы-зоІэ? ИтІани, согупсысыжри, лъхукъуэщо...

Дэгужь и псалъэр нимыгъэсу Къубатий кърашэлІауэ щыт и шым шэсыжри: «ГуфІэгъуэр кІыхь тхьэм ищІ»,— жиІэри дэкІы-жащ. АпхуэдизкІэ къэгубжьат, и лъыр къызэщІэват ЕщІэно-къуэми, шыр пщІантІэм ІумпІэкІэ къыдэпшыжу узэрышэсыжын хуейр къыщыгъупщащ, иджы абы щхьэкІэ зыхуэхъущІэжурэ къо-кІуэж. «Иджы етІуанэу къызехъуэн а хьэщхьэвылъэм сэ сызэры-лъхукъуэщор,— йогупсыс ар.— ЕсщІаІакъым, жесІаІакъым, щхьэ хъийм сыкъришрэ? ИлъэситІ ипэкІэ апхуэдэу зьгкъыспэщІисэри джатэ Іэпщэм дынэсыным зы мащІэщ иІэжар. Иджыри зэ сэ абы шыбгъэ сыкърилъхьэну хуежьэмэ, е сэ, е ар...»

И щІыбагъымкІэ шы лъэ макъ щызэхихащ, ауэ къеплъэкІа-къым. КІуэ пэт шы лъэ макъыр нэхъ гъунэгъу къэхъурт, шыжьэ-рутІыпщу къызэрыкІуэр наІуэт. ЕщІэнокъуэм зызэщІикъуащ: шхуэмылакІэр къиукъуэдиящ, и къамэм, сэшхуэм еІусащ, нэхъ за-хуэу уанэгум зыщигъэтэмэмащ. Макъыр нэхъ гъунэгъу къыщы-хъум, хэпщІыкІ къудейуэ къызэплъэкІащ. И ужь итыр Къуий-цІыкІуокъуэрат. Къубатий къыгурыІуакъым Дэгужь абыкІэ къэ-кІуэн хуей щІэхъуар: ЕщІэнокъуэм фІэкІа мы лъагъуэм зыри къытехьэртэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ар езым хишат. Нартса-нэ къекІуэлІэжыху мэз щІагъкІэ къэкІуэжырт, зэзэмызэ хуей гуэр-хэм къихьэу. Абдеж, Нартсанэ дэмыхьэу, къэрэшей къуажэ Учке-кен бгъурыкІырти Дзэлыкъуэ къихьэжырт, Къармэхьэблэ, Бабы-гуей пхыкІырти, Ашэбей, Хьэжыхьэблэ нэмысу ижьымкІэ иІуан-тІэрти, Къуэнхьэблэ къуажэкІэмкІэ къехыжырт. АдэкІэ, Бахъсэн дэмыхьэу Къэсейхьэблэ деж Бахъсэныпсым зэпрыкІыжырти, Ты-жьей дыхьэрт, абы къыдэкІыжа нэужь Шэджэмыпсым къикІыжыр-ти губгъуэрэ мэзрэкІэ Тэрч къекІуалІэрт, абы зэпрыкІыжынти, я унэ нэсыжат. Езым фІэкІа цІыху зытемыхьа лъагъуэм щхьэ КъуийцІыкІуокъуэр къытехьэн хуей хъуа? Дауэ къищІа ар мыбы-кІэ къызэрыкІуэжыр? Арат Къубатий къыхуэмыщІэр.

— ГъуэгуфІ апщий, ЕщІэнокъуэ и къуэ! — къыщІэрыхьащ шур.

— Гъуэгу тынш тхьэм къуит,— еплъэкІащ Къубатий.

  • Гъуэгу гъэщІэгъуэн пхыпшащ,— и шы зэщІэплъар хуэмыІы-гъыу йолъ-йопкІ, Дэгужьи псэлъэрейщ, зэрефар ІупщІщ.— Къэн-жалкІэ кІуэ гъуэгужьымкІэ сунэтІыным мащІэщ иІэжар, ауэ шы лъакъуэр мыбыкІэ къыхыхьэрти, сыкъытеуващ. Сыщыуакъым.

  • ІуэхукІэ укъысхуеймэ, сыхьэзырщ,— еплъащ абы Къуба-тий.— ЖыІэ

Хуей къыздихьар удзыпцІэ дахэт, шы илъыгъуэфІкІэ зы жыг имыту нэщІт, захуэт.

— ШыкІэ уІэзэу жаІэр,— къригъэжьащ Дэгужь.— Сэ шы та-бынитІ сиІэщ, ауэ сигу ирихьын хэслъагъуэркъым. Уи шыр дэ-гъуэщ, щІалэуи къыщІэкІынущ...

— Илъэсищ нэблэгъауэ аращ.

  • Уо-о, и хъыжьэгъуэ дыдэщ. Ауэ... ПщІэрэ, лъхукъуэлІхэм щолэхъу...

  • КъуийцІыкІуокъуэ,— мащІэу зытриІэтыкІащ Къубатий уа-нэгум,— ар иджы ешанэ къызохъуэн, бжызоІэ: си пІэ сыкъомыш!

Дэгужь ину дыхьэшхащ.

— Уэркъыш ушэса щхьэкІэ, уэркъ ухъуа уи гугъэж? — зэуэ зэхиукІащ абы и нэщхъыр.— УщагъэкІащ уэ Джылахъстэней уэркъхэм, лІыгъэ хэлъщ жаІэурэ. СытипкІэ сэ уи лІыгъэм! Гъуэгум хуиту утетыфкъым уэ умышынэу, гъэпщкІуауэ къыбокІухь, къуацэчыцэм ухэту, укъыхэжрэ, гъуанэдэуэу уатеуэурэ, къэпхъунщІэу. Мыракъэ уи къэкІухьыкІэри?

  • Щыгъэт, КъуийцІыкІуокъуэ,—зэщІоплъэ Къубатии,— лъым дыхуомыгъакІуэ. Сэ куэдрэ зэхэсхащ уэ узэрызалымыр, ауэ зыщомыгъэгъупщэ мы зыр: бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ, жиІащ пасэрейм.

  • Уи деж сэ си дамэр щыкъутэнкІэ сышынэркъым. УлІым къих уи джатэр! Хьэмэрэ...

— Иджыри зэ сынолъэІу, егупсыс, адыгэм адыгэлъ игъажэу...

Дэгужь илъри сажнэ тІощІ хъункІэ щхьэщыкІащ, зэуэ зыкъигъэкІэрэхъуэжри, и джатэр ину Іэтауэ къежьащ. Къубатии и джатэр кърипхъуэтри и шым елъэдэкъэуащ. Шым, пцІащхъуэм хуэдэу зричри, шууитІым я джатэпэхэм фІэкІ зэлъэмыІэсу, зэблэцІэфтащ. Щэ, плІэ апхуэдэурэ зэбгъэдэлъэдауэ, итІанэ я пІэм иту зэзауэу щІадзащ. КъарукІэ Дэгужь зэрытемыкІуэнур Къубатий фІы дыдэу ищІэрт, мо абрагъуэр Іэмалт зэрыхэбгъэщІэфынур. Абы къыхэкІыуи ЕщІэнокъуэм и джатэр зэи къезауэм ейм пэщІигъэу-вэртэкъым, апхуэдэ Іэмал езыми ириттэкъым. Къезауэр нэхъ къарууфІэми, псынщІагъэкІэ Къубатий къыщІыхьэртэкъым: сыхьэт ныкъуи дэмыкІыу КъуийцІыкІуокъуэм и напэр пщІэнтІэпс защІэ къэхъуащ, ткІуэпс пІащэ къежэххэм и нэр ямыгъаплъэ, ар Іэ сэмэгумкІэ щІэх-щІэхыурэ щІилъэщІыкІ хъуащ. Иджы ар джатэмкІэ къызэреуэ щІагъуэ щыІэжтэкъым, Къубатий и джатэр къигъэувыІэу, езым ейр къыпэщІигъакъуэу лІыр уанэгум къызэрыридзыным хэтт. И джатэр къыщиупцІ зэзэмызэми ар щэІут,зэрешар нэрылъагъут.

  • Щыдгъэгъэт мы делагъэр, КъуийцІыкІуокъуэ и къуэ,— лъэІуащ аргуэру Къубатий.— Щхьэ шейтІаныр къыттекІуа, дэ тщІэтыр зылъщ.

  • Ущоуэ, ЕщІэнокъуэ и къуэ,— пщІэнтІэпсым плъыжь ящІа и нитІыр къытриубыдащ модрейм,— уэ пщІэтыр лъы фІейщ. Уэ пхуэдэхэр зыхэдгъэт хъунукъым адыгэм, лъэпкъ уцІэпІ фыхъунущ.

Къубатий къэІэлащ. Джатэр ину иІэтри Дэгужь и щхьэм еуэн хуэдэу зищІри, модрейм и джатэр щиІэтым, зэуэ зызэщІикъуэри, къарууэ иІэмкІэ и ныбэм хихуаиц, тхы къупщхьэм жьэхэуэу къигъэувыІэху.

— М-м-м,— гурымащ КъуийцІыкІуокъуэр,— сыбукІащ, алыхьым къиукІын.

И джатэр Іэпыхури, езыр шыплІэм къыдэщІащ. Къубатий шым къелъэри, лІы абрагъуэр ерагъкІэ кърилъэфэхащ, удзыпцІэм игъэгъуэлъри, цейр итІэтащ, и бащлъыкъыр зыдихри, быдэу уІэгъэр ипхащ.

  • Алыхьым сыкъелъагъу,— Іущащэрт Къубатий,— уилъ сыхуеякъым, уэ езым сепхулІащ.

  • Си нэгу щІэкІ,— зэригъэшхащ Дэгужь и дзэр.— Зызомыгъэлъагъуу ІукІ. ЦІыхум йомыгъэлъагъу лъхукъуэлІ фІейр укъысщхьэщысу. Е сыукІыпэ. КъвІхэІу уи къамэр мы си гущхьэм. Къуий­цІыкІуокъуэ Дэгужь лъхукъуэлІ фІейм къиуІащ жаІэу къызахъуэнмэ, уи фІэщ щІы, фи лъапсэм цІыху къизмынэн...

Къубатий псэуху псалъэ абы теухуауэ къыжьэдэкІакъым. Щышынэу аратэкъым. Хьэуэ. Абы и хабзэтэкъым апхуэдэ Іуэхухэм тепсэлъыхьыж, игъэхъыбарыж. Илъэс ныкъуэкІэ, мазитІ-щыкІэ зекІуэ щыІауэ къэкІуэжами и къэлътмакъ зэледзэкІыр унэкум ирилъхьэнт, зитхьэщІынти, шхэн и пэкІэ, и къуитІым щІэупщІэнти, арат псори зэрыхъур. Езыми зыри еупщІыртэкъым, апхуэдэ щыхабзэтэкъым адыгэ унагъуэм: лІым езым къыбжимыІэмэ, уеупщІкІэ къыбжиІэн щыІэтэкъым. И щхьэгъусэ Дахэшыр дыдэр мазитху-хыкІэ имылъэгъуа и лІым и пІэ хуит къищІу щыгъуэлъкІи, дзыхь ищІу еупщІыфыртэкъым здэщыІамкІи илъэгъуамкІи — зыкІи...

КъуийцІыкІуокъуэ къэтэджри и напэм псы щІикІащ, шым уанэр трилъхьэжри, Тэрч зэпрыкІащ. ЕщІэнокъуэхэ я унэр къуажэ щІыб дыдэт зыдэтри, зыми къамылъагъуу пщІантІэм дыхьащ. Шым къемыпсыхыу зиплъыхьащ. Къэрэщей чыцІ цІыкІум дэджэгуу жыгышхуэ лъабжьэм щІэст. Дахэшыр, Атэбийрэ Къэрэщейрэ я анэр, унэм щІэст, Іуэху гуэрхэм яужь иту. Дэгужь пщІантІэм зэрыдыхьэу щІалэ цІыкІум псы къыхуихьыну елъэІуащ. Псы ефэу пхъэ фалъэр хуишиижа иужь и къамышыр зыІэпигъэхуащ, щІалэ цІыкІум къызэрыритыжынур ищІэу. Къэрэщей къамышыр къипхъуэтэжащ, гуфІэжу къыщыхуишиийм, Дэгужь еІэбыхри и Іэпщэр иубыдащ, сабийр къипхъуатэри шыплІэм къыдидзащ, шым елъэдэкъауэри, Къэрэщей—«Нанэ!!»—кІиину хунэсыжауэ аращ. Дахэшыр пырхъуэм къыщытелъэдам, шум и щІыбым фІэкІа илъагъужакъым. Пэжщ, зэ къеплъжІащ, ауэ и пащІэшхуитІым фІэкІа зыри и нэгу къыщІэнатэкъым. Шур, вагъуэижым хуэдэу, къуажэбгъум щыкІ бэрэжьей Іувым хэкІуэдэжащ. Дахэшыр гъунэгъухэм жащ, къэхъуар яжриІэху, шыхэр къыщІашу кІэлъыпхъэрыху, дыгъуакІуэр бзэхащ. Шу гуп жэщищ-махуищкІэ лъыхъуащ, ауэ шуми щІалэ цІыкІуми теплъа къахуэзакъым. ЩІыр зэгуэхуу я кум дэхуа хуэдэт.

Анэм жэщхэр нэпс шыугъэм ирегъэтхьэщІ, махуэкІэ щІэупщІакІуэ, гузэвакІуэ къыхуэкІуэхэм гуащэ хьэлу псалъэмакъыншэу, и нэпс яримыгъэлъагъуу яхэсщ, къеупщІІамэ, псалъитІщыкІэ жэуап иретыж. Хабзэтэкъым адыгэ цІыхубзым и бын кІуэдам щхъэкІэ и нэпс щІигъэкІыу цІыхухэм закъригъэлъагъуну. Ар емыкІушхуэу, хабзэм емызэгъыу ябжырт.

Дахэшыр и гум илъыр, щІэгуІэр, жэуап зыхуимыгъуэтыр зыщ: и къуэ нэхъыжь Атэбий зекІуэ къикІыжмэ, жриІэнур сыт? Зы анэм къилъхуауэ а тІум хуэдэу фІыуэ зэрылъагъу щыІэу къыщІэкІынтэкъым. Атэбий сыт зэманым къэмыкІуэжами, ирежэщ, иремахуэ, ирежэщыбг, иренэхущ, Къэрэщей абы ІумыщІэнкІэ Іэмал иІэтэкъым, сыхьэтитІ-щыкІэ зэпщІыхэдзауэ щысыфхэт зэрызэрымылъэгъуа зэманым ящІахэр, ягъэхъахэр зэжраІэжу.

Дахэшыр игъэшынэрт и къуэ нэхъыжьым и пхъашагъым. ЕщІэнокъуэ Къубатий и къуэ Атэбий и лІыгъэр фІыуэ щащІэрт Джы­лахъстэнейми Къэбэрдейми къыщымынауэ Шапсыгъми КІэмыргуейми, Абэзэхэми, Бжьэдыгъуми. Адыгэхэр абы къызэреджэр ЕщІэнокъуэ леймыгъэгъут. Атэбий зекІуэ щежьэкІэ гъусэ зыкъыхуащІыну куэд къелъэІурт, хы Іуфэм Іус адыгэхэм лІыкІуэ къыхуащІырт Кърымым е АстраханкІэ зекІуэ щежьэкІэ здишэну къелъэІуу. ЛІы хахуэм, апхуэдэхэм деж, гъусэ щищІи щыІэт, ауэ Атэбий и закъуэ зекІуэныр нэхъ къищтэрт. Адыгэхэм лІыхъужьщ жаІэу и ЦІэ ираІуэу куэд щыІакъым илъэс зекІуэ и закъуэ ежьэфу ЕщІэнокъуэ Атэбий нэмыщІ. Ар нартым хуэдэу шыщхьэмыгъазэт, пелуаным хуэдэу бланэт, анэм хуэдэу гу щабэт, блэм хуэдэу леймыгъэгъут, тхьэІухудхэм я нэгум жейр щІэзыхым хуэдэу дахэт. ЦІыхухъухэм абы и лІыгъэм и хъыбар кърагъэжьамэ, яхуэмыухыу нэху къатещхьэрт, унагъуэм къуэ къыхуалъхуамэ, Атэбий цІэ фІрагъэщырт, зыгуэрым шы къищэхунумэ, япэ зэчэнджэщыр арат, «ЕщІэнокъуэм япэ егъэгъэунэхут», жамыІауэ Іэщэ зыкІэралъхьэнутэкъым...

Анэр мэгуІэ. Махуэ къэс и гур зыкъузыр, и лъэр щІэзыхыр нэхъ хьэлъэу къытогъуалъхьэ, хегъащІэ. Атэбий и къэсыжыгъуэ хъуащ, Гумкъалэ тафэм щалъэгъуауэ и хъыбар къэІуащ. Тафэм къихьэжамэ, нобэ-ныжэбэ къэсыжынущ, ар Атэбий и шы лъэхъапІэ хуэдэщ. Къызэрысыжуи къеупщІынущ... «Хэт дэзыхар?» — жиІэмэ, сыт Дахэшыр жриІэнур? Анэм и гум ещІэ: къуэ нэхъыжьыр тІысынукъым, шхэнукъым, ахэр щыгъэтауэ, и шым уанэ къудей трихынукъым и къуэш нэхъыщІэр имылъэгъуауэ. Къэрэщей илъэсипщІ ирикъуауэ Атэбий зекІуэ къикІыжат щІымахуэ уасу. ПщІантІэм и къуэшыр щыІумыщІэм, и нитІыр къихуу унэм щІэлъэдэжащ, и анэ къыпежьам сэлам иримых щІыкІэ, пэшыр къызэхиплъыхьри, гужьеяуэ жиІащ: «Дэнэ щыІэ си къуэшыр?» «Уи бащлъыкъыр зыдэх, Іэнэм тІыс, уи къуэшри къэкІуэжынщ»,—мэлъаІуэ анэр. «Хьэуэ,— идэркъым Атэбий,— ар мы щІыпІэм щыІэу щытамэ, пщІантІэм дэтынут сэ къызэжьэу: дэнэ здэкІуар?» «Си щыпхъум Инарыкъуей ишащ». Атэбий унэм къыщІигъэзыкІри, хьэщпакъ пкъом щепха шыр къыкІэритІэтыкІащ, уэрамым нэс ІумпІэкІэ дишри, абы щышэсащ, Нэху мыщу Дахэшыр шы лъэ макъ зэхихащ. КъыщІэплъмэ, Атэбий и къуэш нэхъыщІэр и ІэплІэм ису къихьыжырт зыгуэрхэр жриІэу, ину тІури дыхьэшхыу. Зы жэщ нэху къекІыфакъым ар имылъагъуу.

«Тобэ,— егупсысырт куэдрэ анэр,— илъэс зекІуэ йожьэри къекІухь, абы къриубыдэ зэманым имылъагъуу хуошэч, къэкІуэжа нэужь апхуэдэу щхьэ щыт? ФэрыщІагъ хелъхьэ жысІэнти, етІуаяэ ежьэгъуэр къэсыху кІэрыкІыркъым шым, шабзэм, лэжьыгъэм, гугъуехьым, хабзэм хуегъасэ. ХьэгъуэлІыгъуэ хыхьэмэ, зимыгъэгувэу къокІуэж, Къэрэщей нэхъыбэрэ бгъэдэсын щхьэкІэ, хьэщІапІэ и благъэ деж кІуэмэ, ар здимышауэ пщІантІэм дэкІынукъым. Нэхъуеиншэу щхьэ хущыт апхуэдизу?..»

Нэхущым къыдыхьэжащ Атэбий. Зэрихабзэу, унэм щІыхьэжри къыпежьа и анэм еупщІащ:

— Дэнэ щыІэ шынэхъыщІэр?

— Уи Іэщэр зыкІэрых, уи Іэм псы тІэкІу дэгъэжэхи шхыным едзакъэ,— жиІащ Дахэшыр къыдэмыплъейуэ.— УмэжэлІа къыщІэкІынщ.

Атэбий куржы хъуржын зэпедзэкІыр жыхафэм иридзэри и анэм и блыпкъитІыр иубыдащ.

  • Ди анэ дыщэ, къыдэплъеи мы си нитІым къыщІэплъэт. Сыт къэхъуар? УкъызэщыхьэкІуэну, хьэмэрэ...

  • Тхьэмахуэм щІигъуащ абы лъандэрэ...

Анэм къригъажьэри Іуэхур къызэрекІуэкІар жриІэжащ.

— Сыт и шыфэлІыфэт шум?

— ЛІышхуэ, лІы къекІу, шы къарэ лъагэ тесу. Егъэлеяуэ лІышхуэт. ПащІэшхуэ тетт. И Іэщэ-фащэкІи, шыкІи, зыІыгъыкІэкІи уэркъ лъэпкъ хуэдэт,— егупсысыпэурэ игу къегъэкІыж Дахэшыр.— Джылахъстэней щыслъэгъуакъым ар, зэи уи адэ тхьэмыщкІэм апхуэдэ ныбжьэгъу Талъостэнеи Къэбэрдей щиІэу жиІэжу зэхэсхакъым.

— Хъунщ,— жиІащ Атэбий.— Къэрэщей и Іуэху зы.тет къэзмыщІауэ зызэфІэсхыу сымыгъуэлъыныр си тхьэрыІуэщ. ХъыбарыфІ тхьэм къыпхузигъэхь...

2

Атэбий и гум къыжриІэрт и къуэш нэхъыщІэр Іэгъуэблагъэу зэрыщымыІэр. Ар шыплІэм дидзэу езыхьэжьар Джылахъстэней щыщын хуейтэкъым. ЕщІэнокъуэм и лІыгъэр зымыщІэ и цІыхугъэм, нэмысым къыфІэмылІыкІ хэкум истэкъым, зэрылеймыгъэгъум псори щыгъуазэт. Езыри егупсысыжырти гурыщхъуэ зыхуищІын, апхуэдэ къезыщІэфын, къыщІрищІэн щхьэусыгъуэ игъуэтыртэкъым. Зы цІыху и лъы щІыхуэ телътэкъым «тхьэм и ней къыпщыхуэ» псалъэ гуауэхэмкІэ зызыхуигъэза щыІэу ищІэжыртэкъым. Пэжщ, зэманыр бзаджэщ, ухуэмейми бий гуэр уиІэнкІэ мэхъу. Псалъэм папщІэ, сыт ирищІат абы къуажэр зей Мэртазэ и къуэжьым и къуэ нэхъыщІэ Елбэздыкъуэ? ТэтэртупкІэ къикІыжу Ботэщхэ я фызышэ хьэгъуэлІыгъуэм дыхьат щІалитІ и гъусэу. И гъуситІри езым хуэдэу лъхукъуэлІт, уэркъхэм я Іэнэ бгъэдыхьэнуи я пщІыхьэпІэ къыхэхуэртэкъым. Джэгуну, я нэгу зрагъэужьыну арат. Зи джэгу кІуэгъуэ щІалэгъуалэр хьэгъуэлІыгъуэм ираджэркъым, ар хьэщІэу къуажэм къыдэмыхьамэ. Езыхэр макІуэри гуфІэгъуэр зейм хуаІэт, я Іэнэ хузэрахьэ, я джэгур ягъэбжьыфІэ^ Шы зиІэр шууэ макІуэ, зимыІэр лъэсщ. ЩІалэгъуалэр Іэнэм тІысынуи зэман яІэкъым: къофэр, нэщанэ зэдоуэ, шы къызэдагъажэ, пыІэзэфІэхь, шурылъэс мэджэгу. Джылахъстэнейм пыІэзэфІэхьыр зыхалъхьэ щыІэтэкъым. Нэхъ зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ щІалэ бланэр, зи къару ІэкІуэлъакІуагъ щыгугъыжыр шууэ къыхэкІырти, шу гуп къиугъуейрти яжриІэрт: си пыІэр къысщхьэричу зыхьыфым сызытес шыр изот (е нэгъуэщІ тыгъэ и цГэ ириІуэрт: къамэ, джатэ хуэдэ), ар фхуэмыщІэмэ, фи пыІэхэр фи лъэрыгъыпсым щІэлъу щхьэпцІэу къуажэм и кІыхьагъкІэ фьжІуэцІрокІ. Мис абдежт хъыджэбзхэм я гур щыпыткІур, я лъэм имыІыгъыжу къы­щынэр. Хэт фІэфІынт и щІалэр щхьэпцІэу, и пыІэр и лъэрыгъыпсым щІэлъу шу щхьэпцІэ гупым яхэту къуажэм кІуэцІрыкІыу. и адэ-анэм ялъагъуну? Ар напэтех дыдэт. Абы иужькІэ апхуэдэ щІалэм хэт ипхъу пхуритынт?

ДжэгукІэ ткІийт, ауэ сыт хуэдиз лІыгъэ, ІэкІуэлъакІуагъ, къару хэлът абы. Ботэщейрэ Мэртазейрэ я зэхуаку дэлъ щІы ІэнэщІышхуэм Тэрч еуалІэу тафэ дахэ дыдэ а джэгукІэмрэ шыгъажэмрэ хухахауэ иІэт. Арат дунейр щыкъутэжыр. КъуажитІми, зы цІыху, жьыи щІэи, цІыхухъуи, цІыхубзи къыдэнэртэкъым хьэгъуэлІыгъуэр абдеж яхьа нэужь. Гур-гууэ, шур-шууэ, лъэсыр-лъэсу зэрыхьырт а тафэшхуэм...

НтІэ, Атэбийрэ и гъусэхэмрэ джэгум Іухьащ. Іэгу еуэу ува къудейуэ, ЕщІэнокъуэм зы щІалэ къыбгъэдыхьэри, «къоджэ» жиІэри, Іуишащ. Зи щхьэгъубжэр Іуха пэшышхуэм щІишэри, гуп зэхэсым яхишащ. Щхьэгъэрытым и къуэдзэ адэкІэ къыщытым къубгъан, тас къищтэри и Іэм псы дригъэжэхащ, напэІэлъэщІкІэ зригъэлъэщІыжри, икІуэтыжащ.

— Гуп махуэ апщий! — ярихащ сэлам Атэбий.

  • Щауэ махуэ ухъу, къеблагъэ, ЕщІэнокъуэ и къуэ. ЩІыбым щхьэ удэт? — къэтэджащ Ботэщ Къаит.

  • Сыкъыдыхьа къудейщ, Ботэщ и къуэ,— жиІащ Атэбий.— ИтІанэ, дэ щІыбым дыдэтми ягъэ кІынукъым, десащ.

  • Тэмэм,— къэпсэлъащ Мэртазэ Елбэздыкъуэ,— ЦІыхур зэсам къытепшмэ, имыщІапхъэ ищІэнкІэ хъунущ, зыкъыфІэщІыжу. Хэти къызыхуалъхуар ищІэжын хуейщ.

Атэбий къыгурыІуат Мэртазэ и къуэр зыхуейр, абы и псалъэхэм къарыкІыр, ауэ и щхьэ хуигъэфэщакъым нэхъыжь щысу гупым псалъэмакъ яхилъхьэну. Къаити къыгурымыІуэу къэнакъым ЕщІэнокъуэм хэлъ нэмысыр, Мэртазэ и къуэм, гуващІэхами, ар зэрыхуимыгъэгъунур. Ахэр зэпилъытэри, жиІащ:

— Гуп махуэбжьэ тІых, Атэбий, хабзэжь хэкужь иранэркъым. Мы псалъэмакъ къэхъеям щхьэкІэ губгъэн къытхуомыщІынуи сынолъэІу.

  • Хэт и лъхукъуэлІ фІей уэ узэлъэІур? — къилъащ Мэртазэ и къуэр.— Ара Ботэщхэ фыздынэсар, лъхукъуэлІым дыщэ фалъэкІэ фадэ хуэфшийуэ?

  • Сэ сыбысымщ, хьэщІэ си унэ къихьащ,— зышыІэшхуэ хэлъу еплъащ Ботэщыр Елбэздыкъуэ.— Адыгэм ди хабзэр щхьэ ди унэ щыкъутэжын хуей? Убыд, Атэбий.

ЕщІэнокъуэм дыщэпс зытегъэлъэда фалъэр ІитІкІэ къыІихри, къезытам еплъу, жиІащ:

— Гуп махуэбжьи нэхъыжь и бжьи хъуэхъу илъкъым, нэхъыжьхэм жыфІар къабыл хъуну тхьэм жиІэ.

Зы Іубыгъуэ хифыкІщ, и Іупэр зыІулъар ІэгукІэ илъэщІыжри, бжьэр къезытам хуишиижащ. Сыт хуэдизрэ къемылъэІуами, яхуэтІысын имыдэу, «гуп махуэ тхьэм фищІ» жиІэу къыщыщІэкІыжым, Мэртазэ и къуэр къыкІэлъыджащ:

— ПыІэзэфІэхьыр нобэ уэ лъхукъуэлІым зэхэпшэныфэщ.

— Уэ а джэгум уныхыхьэнумэ, сыт щхьэкІэ зэхэзмышэнрэ. Си дежкІэ ар щІыхьышхуэщ.

— Абы щыгъуэ псори тэмэмкъэ. Ауэ зыкІэ дызэгурыІуэнщ.

— Си лІыгъэ къитІэсыну пхуэзмыщІэн щыІэкъым,—къеплъащ абы Атэбий.

  • Уи пыІэр къыпфІэсхьмэ, уи шыр къыпІысхынукъым.

  • Узыхуей дыдэр уэстынщ: Іэщэ, мылъку...

— Факъырэ сыт и мылъку,— дыхьэшхащ Елбэздыкъуэ — Уи щхьэр!

— Ар уи лІыгъэ къызэритІэсщ. Шэджагъуэ нэмэзыр зэрызэфІэкІыу сэ джэгупІэжьым сыкъыщывожьэ.

Атэбий Ботэщхэ къыдэкІыжри, зыми емыпсалъэу, и шым шэсыжащ, къуажэр къызэринэкІыху мыпІащІэу къэкІуащ, къуажэр и щІыб зэрыхъуу шым и жьэр иутІыпщащ. ПщІантІэм дыхьэжа нэужь, къыпежэжьа и къуэш нэхъыщІэм шыр иритри, жриІащ:

— Щолэхъур къысхущІэш, уанэ хужьыр къыщІэх.

Езыр унэм щІыхьэжри и Іэщэр зыкІэритІэтыкІащ, и цейр щихащ, лэныстэ къищтэри и пащІэм, жьакІэм цы къыхэжамэ, трищыхьурэ зэхуэдэ ищІащ. Хужь защІэкІэ зихуэпащ, и местым къыщыщІэдзауэ и пыІэм нэс. КъыщІэкІри щолэхъу пщІэгъуалэм уанэ хужьыр трилъхьэри Къэрэшей и жьэпкъыпэр иубыдащ:

— Ныщхьэбэ хъыбар гуэр бжесІэжынущи, жьыуэ умыгъуэлъыж.

«Дэнэ укІуэрэ?» — жаІэ хабзэкъым. ЩІалэ цІыкІур дэнэ къэна, и къуэм зихуэпэху, шым шэсыху кІэлъыплъа анэр зы псалъэкІэ еупщІакъым и къуэр здэкІуэр къищІэну. Ар цІыхухъущ, балигъ хъуащ, хэт ищІэн абы иІэ Іуэхур. Е и ныбжьэгъу къелъэІуащ, е зыгуэрым дэІэпыкъунущ, е и пщащэм зыкъригъэлъагъунущ. Балигъ хъуа цІыхухъу и Іуэху цІыхубз, нэхъыщІэ щІэупщІэркъым езым къажримыІэмэ.

Атэбий джэгупІэжьым къыщысам, зы цІыху къэкІуатэкъым. ЩІалэр Тэрч Іуфэ Іухьэри шым къепсыхащ, щолэхъур ІумпІэкІэ иришажьэри, псы Іуфэм Іутурэ Албэч и сыныжь ипщэкІэ щыхэтІамкІэ игъэзащ. «ФІыкІэ си ужь къихьакъым мы Мэртазэ и къуэр,— егупсысащ ЕщІэнокъуэр.— Дэнэ и деж абы и гъуэгур щызэпызупщІар? Сыт щыгъуэ и губгъэн къыщысхьар?.. ЩыІакъым апхуэдэ. Езыр зыхэс гупым лъхукъуэлІ зэрыхыхьар щхьэжэ щыхъуауэ пІэрэ? Абы щыгъуэми а гукъеуэр нэгъуэщІ зыгуэру жыпІэ хъунущ. Мэртазэм нэмыщІ абы нэгъуэщІ уэркъи лІакъуэлІэши щІэсащ. А зым лъагъумыхъуныгъэ къысхуиІэр щхьэ апхуэдэу дыдж, зэзым хуэдэу? И адэм сэлам къызех, щабэу къызопсалъэ, иджыблагъэ мыщкъышым сыздишэри шы къищэхунум сригъэплъащ, къыхызигъэхащ. Ди адэр и чэнджэщэгъуу щытащ, лъхукъуэлІ пэтми. Сэ сымыщІэу хэлъщ мыбы Іуэху».

Шэджагъуэ нэужьым, зи лъэ вакъэ изылъхьэ жылэм къыдэнакъым жыпІэну, къуажэдэсхэр къызэрыдэхащ. Шууищэ хъунт тафэ кІапэм къытеувар. Гу зытхухи къыдэжри, къуажэбгъум лэгъупІэмпІэр щызэфІадзащ. Атэбии шым шэсыжри, шууэ къыдэкІахэм яхыхьэжащ. Ар псоми къахэщырт: хужь защІэкІэ зэрыхуэпам, щолэхъу пщІэгъуалэм зэрытесым нэмыщІ, ЕщІэнокъуэр и теплъэкІи зыхэтхэм къащхьэщыкІырт. ПлІабгъуэт, шым тесу пщІэнутэкъым, езым щыщу фІэкІа, шым и теплъэри щІалэм и щыгъынри апхуэдизкІэ зэщхьти.

Куэд дэмыкІыу псори зыпэплъэхэри къэсащ — Ботэщ зэкъуэшхэм Мэртазэ Елбэздыкъуэ я гъусэу. Яшхэр йопкІ йолъ, езыхэм ягу жанщи гуфІэр я нэгум икІкъым, я нэкІухэр апхуэдизкІэ плъыжьщи, лъы щыхуа фІэкІа пщІэркъым.

  • Хэтщ жыпІа нобэ пыІэзэфІэхьыр зэхэзышэр? — ауан щІэлъу мэдыхьэшхыпцІ Мэртазэ и къуэр.— Уэркъ? ЛІакъуэлІэш? Хьэмэрэ, адрей-модрейхэра? Хьэмыхъу-шымыхъу куэд хызолъагъуэ мо гупым.

  • Адыгэщ,— жиІащ Атэбий, гупым къахэкІыурэ.— УмыщІэжу ара, Мэртазэ и къуэ? Сэращ.

— Мобыи сыадыгэщ, жи! — ину дыхьэшхащ Елбэздыкъуэ. Ботэщ Къаит, зыхэт гупым къахэкІри, Атэбий гъунэгъу зыкъыхуищІащ.

  • Атэбий, тхьэри узогъэлъэІу, си хьэтыри къэлъагъу, лей къызэрыптехьэр солъагъу, ауэ нобэрей ди хьэгъуэлІыгъуэр, апхуэдизрэ дызыпэплъа гуфІэгъуэр лъым иромыгъэІэ. Сэ сыхьэзырщ...

  • Уэ уи гъащІэри нэмысри кІыхь ухъу, Къаит, сэ уи деж сыкъыщІэкІуар нэщхъеягъуэ къыпхуэсхьыну аракъым. ПыІэзэфІэхьыр фызышэ хьэгъуэлІыгъуэм и зы Іыхьэ дахэщи, апхуэдэу едгъэкІуэкІынщ.

  • Упсэу,— жиІащ Ботэщым,— уи лІыгъэм хуэдиз нэмыси зэрыпхэлъым сэ зэи гурыщхъуэ тесщІакъым. Мэртазэ и къуэр нэхъыщІэщ...

  • НэхъыщІэхэми зыщрагъэцІыхуж джэгупІэщ мыбдеж,— пыгуфІыкІащ Атэбий.— ПщІэну щыткъым, акъыл къыхахынкІи мэхъу.

ЕщІэнокъуэм гупымкІэ зигъазэри ину жиІащ:

— Хэт и пыІэр и лъэрыгъыпсым щІэлъу къуажэм кІуэцІрыкІыну хуэмейми, сэмэгумкІэ фыхэкІ! Си щолэхъум къехъуэпса фхэтмэ, фи пІэ фыкъинэ. Жылэм я нэхъыжьым лъэбакъуипщІ фяпэ сызэритынур къыпипщыкІынщи, къыфлъысыр фи Іыхьэщ.

Шу гупыфІ сэмэгумкІэ хэкІащ. Абыхэм фІыуэ ящІэрт ЕщІэнокъуэм тыншу и пыІэр къызэрыфІамыхьыфынур. Атэбий и шым ущІыхьэми, къарукІэ езым и щхьэм улъэІэсу и пыІэр къыщхьэрыпхын хуейт. «Хэт абы ІэпщэкІэ пэлъэщынур! — ядакъым куэдым.— Дэ ди гугъащ нэгъуэщІ зыгуэрым джэгур иришэжьэну». Шу тІощІрэ пщІырэ хъун я пІэ къинащ. Елбэздыкъуи, и шы пщІэгъуалэм зэ, тІэу зрыригъатІэри, джэгуну къэна гупым къахэлъэдащ. И къамышыр сэмэгумкІэ хэкІахэм яхуишийурэ дыхьэшхырт щІалэр, зи гъусэну гупым зыгуэрхэр яжриІэурэ тригъэгушхуэрт.

Къуажэм нэхъыжь дыдэу дэс Мэзокъуэ Жыналы шу гуп зэхэтым и пэ къиувэри, зыгуэр къыІихыну Іэбэ хуэдэ, и ІитІыр ишиящ. ЩІалэщІэ зэкІужым, тхыпхъэ дахэ дыдэ зытет пхъэ фалъэмкІэ лІыжьым фо махъсымэ къыІэщІигъэуващ.

— ПыІэзэфІэхьым лІыгъэшхуэ къыщагъэлъагъуэ,— жиІащ. Жыналы.— Мы джэгукІэм и бийщ Іэщэр, ІэштІымыр. Уи къару, ІэкІуэлъакІуагъ, акъыл, Іэмал къыщыбгъэлъэгъуэну аращ мы пыІэзэфІэхьми, гъуэгу махуэ, си щІалэхэ. Фи мурад тхьэм къывигъэхъулІэ! Бисмылахьи, ди тхьэ, гъуэгуанэфІ тегъэувэ щІалэхэр! Мыр зы — зыр ди тхьэшхуэрщ,— ежьащ Мэзокъуэ Жыналы фалъэр зэриІыгъыу.— ТІу... Щы...

ЛъэбакъуипщІ къипща нэужь, ар Атэбий къеджащ.

— КъакІуэ мыдэ, ЕщІэнокъуэ и къуэ. Мы бжьэр уэ къыплъос, ауэ иджыри къэблэжьакъым. Мыр къэблэжьауэ уэстын тхьэм сэ сищІ.

Атэбий шым къелъэри фалъэр къыІихащ. «Жьыщхьэ махуэ ухъу»,— жиІэри зэ еІубащ, лІыжьым фалъэр иІыгъыу къызыхэкІа гупым яхыхьэжа нэужь, псынщІэу щолэхъум шэсыжащ, и къамышыр дрихьейри, «фыкъысщІэрыхьэ», жыхуиІэу, иридзыхыжри, илъащ. Гупри зэрехьэжьащ. Шы гъэжапІэ-джэгупІэр, джэгукІэм и хабзэмкІэ, тІэу хъурейуэ къажыхьынут. А зэманым къриубыдэу пыІэзэфІэхьыр зыхэзышам ущІэрыхьэу и пыІэр къыщхьэрыпхыу, адэ лъэныкъуэкІэ шылэхъар цІынэшхуэ къепхъухауэ хъыджэбзхэм яхэт нысащІэм и пащхьэ илъхьэн хуейт. Фызкъэмышэ щІалэхэм — гу зыхуащІа хъыджэбзым и пащхьэ щагъэтІылъырт. ДауикІ, къыпхущхьэрычмэ...

ЕщІэнокъуэр къызэплъэкІри и гур нэхъ сабыр хъуащ. Гуп къыкІэлъыжэр кІапсэлъэрышэу укъуэдия хъуат. Метр щэ ныкъуэм нэсынкІэ езыри ящхьэщыкІат. Щолэхъум и сокум и щхьэр хэлъ жыхуаІэм хуэдэу здэкІуэм игу къэкІащ: Мэртазэм и Іуэху дауэ щыту пІэрэ? КъызэплъэкІмэ — еплІанэу къокІуэ. «Зэрымылъ пэ лъагэ!» — пыгуфІыкІащ Атэбий. Иджыри зэ хъурейуэ къажыхьакъым, дяпэкІэщ псори наІуэ къыщыхъунур, утемыгушхуэ, ЕщІэнокъуэ и къуэ. Шыр нэхъ къыжьэдекъуэ, и пщэм толъэщІыхь, йодэхащІэ, псалъэ гуапэхэр жреІэ. Щолэхъуми, зэхищІащ гуапагъэри, и тхьэкІумэхэр зэблегъэплъ, ауэ и жэкІэм кІэригъэхуркъым.

ЕтІуанэ къэжыхьыгъуэм хыхьауэ Атэбий къызэплъэкІри Мэртазэ и къуэр къыкІэлъекъуу «къилъэгъуащ. Ар адрейхэм къащхьэщыкІащ метр тІощІым нэскІэ. «Хуэму, щолэхъу,— мэІущащэ Атэбий.— Хуэму, къуэш. ЗыщІэрыдгъэхьэнщ мы уэркъ щылъхур. ІэпщэкІэ ищІэфыным деплъынщ». Нэхъ къыжьэдекъуэ. Щолэхъум хэлщІыкІыу фІэфІкъым къызэрыжьэдакъуэр. И щхьэр егъэсыс, мэпырхъ.

Елбэздыкъуэ и шыр ЕщІэнокъуэм кърихулІэри къэІэбащ и пыІэр щхьэричыну. Атэбий ижьырабгъумкІэ зригъэщІри дыхьэшхащ:

  • Уи пыІэжь къэпщтэжын хуэдэ укъоІэбэри. Мыр сэ сщхьэрыгъщ иджыкІэ.

  • ПыІэр зыхуэмыфащэм щІыщхьэрыгъын щыІэкъым,— блэм хуэдэу къиупцІащ модрейм и Іэр. Атэбий и Іэблэр пэщІидзри и щхьэм къигъэсакъым.

Атэбий щолэхъум и шхуэмылакІэр нэхъ иутІыпщащ. Мэртазэр и ужь къинэу хуежьащ. «Мы хьэм къилъхуар сІэщІокІ,— йогу-псыс Елбэздыкъуэ, и шыр къамышымкІэ зэприхулэкІыурэ.— Сыт напэр сиІэу си адэ и пащхьэ сихьэжыну лъхукъуэлІ и шывей къы-зигъэщыпауэ». Абы и нэгу къыщІохьэ и пыІэр и лъэрыгъыпсым щІэлъу щхьэпцІэу Ботэщей кІуэцІрыкІыу, Ботэщхэ къэкІуауэ ма-хуиплІ хъуауэ щІыщыІэ ТэІибат тхьэІухуд дыхьэшхыу ІэпэкІэ и адэ-анэм яригъэлъагъуу. «Хьэуэ,— къолъэт абы и гур,— абы нэхъ-рэ ажалри нэхъыфІщ. Ауэ сэ си ажалыркъым, мо унэІутым и ажа-лыр. Зы унэІуткІэ нэхъ мащІэ хъуми, гъащІэм дежкІэ зырикІщ, ауэ ар къысщыдыхьэшхыу сэ сыт си псэу?» Сыт узэреуэнур? И кІэрахъуэри ержыбыжьри Ботэщхэ я хьэщІэщым и фІэдзапІэм къыфІинащ. Хэт и гугъа Іуэхур мыпхуэдэу хъуну?.. Зы къэгъэшы-пІэ закъуэ иІэжу аращ. Иджы абы цІыхухэм занщІэ захуищІыж-мэ, къамэр уи гущхьэм хэІуж жыхуаІэракъэ. Къамэр... Къамэр!

Мэртазэ и къуэм шыр ижьырабгъумкІэ триІуантІэри къэгъэ-жапІэр зэииупщІу щІэпхъуащ, Атэбий и пэ зыкъригъэхуэну. Зэ-рыгъэкІийхэри зэхимыхыу ар ЕщІэнокъуэм и пэ къилъадэри, щІа-лэр къигъэувыІащ.

  • Уи пыІэр пхуэмыфащэу жысІа щхьэкІэ, уи щхьэращ уэ пхуэмыфащэр, унэІут! — кърипхъуэтащ Елбэздыкъуэ къамэр.

  • Умыделэ, Мэртазэ и къуэ,— къилыдыкІащ Атэбий и нэр.— Хабзэр умыкъутэ. Мы джэгукІэм Іэщэ къыхыхьэ хъунукъым.'ЛІы-гъэншагъэщ мы уэ пщІэр.

— Сэ мыр щІэуэ хэслъхьауэ бжыи хьэдрыхэ зыдэхь! — къэпы-джащ Мэртазэ и къуэр къамэмкІэ.

АрщхьэкІэ Атэбий и лъакъуэ ижьыр лъэрыгъым кърихри игъэ-хьэзырат Іэщэм хуэкІуэм жиІэри, и Іэпщэм техуэу лъапэкІэ еуэри, къамэ пцІанэр ІэщІиудащ. Елбэздыкъуэ зимыІэжьэу къамэщІэ-лъысэр кърипхъуэтащ. Ар ІэщІэлъу и Іэр къыщиупцІым, щолэхъу и щхьэр къридзэкІри щІалэр уанэкум къридзащ. Атэбий шым къе-лъэри, щІалэр зэщІиубыдащ. Адрей шухэри къэсащи я хъуреягъыр къажыхь, зэрогъэкІий, зэрызохьэ. Мэртазэ и къуэр Атэбий щолэ-хъум иригулІащ.

  • ЕщІэнокъуэ, тхьэ къысхуэпІуатэкъэ! — къэсащ Ботэщ Къаит.

  • Тхьэ пхуэсІуакъым, Ботэщ и къуэ. Псалъэ уэстауэ аращ, ар сэ згъэпэжынщ, ауэ и дунейр кІыхь-кІэщІми мыбы сыщымыгъуп-щэн, а псалъэ фІейуэ къызжиІам хущІегъуэжын щхьэкІэ мыр изощІэ.

НапІэдзыгъуэм Атэбий и къамэр кърипхъуэтри, Мэртазэ Елбэз-дыкъуэ и тхьэкІумэ ижьым залэ хуэдиз къыпиупщІащ. Ар зе-лъатэу и бэлътокум кІуэцІилъхьэри и жыпым ирилъхьэурэ, шым шэсыжащ.

— Пщыхьэщхьэ уи адэм къуитыжынщ,— жиІэри МэртазейкІэ иунэтІыжащ.

Зы цІыхум зы псалъэ жиІакъым. Псори зэплъыжу къэзыгъэна щІалэр нэкІэ ягъэкІуэтэж. Мэртазэ и къуэри щытщ и тхьэкІумэм къыпыж лъыр и жьэпкъыпэмкІэ пыткІуу. АпхуэдизжІэ щымт щыт­хэри, хуэм дыдэу къабгъэдыхьа Мэзокъуэ Жыналы и псалъэхэр щыблэм хуэдэу Іуащ:

— Аращ пасэрейм «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тІыс», щІыжи-Іар. ИтІани кьэнэкІафІэ фыхъуащ, зы тхьэкІумакІэ нэхъ хэмы-кІуадэу напэтехым фыкъелащ.

Мэртазэ Елбэздыкъуэ шым зридзри Атэбий здигъэзамкІэ щІэ-пхъуащ. Ауэ зылІ абы и ужь иувакъым. Псоми ящІэрт абы дяпэ-кІэ, ЕщІэнокъуэм зэрызыпимышэжыфынур...

Атэбий я деж дэмыхьэжу Мэртазэ и къуэжьым и унэ кІуащ. ЛІыжьыр пщІантІэм дэтт и пщылІым зыгуэрхэр жриІэу. КъакІуэр щилъагъум, къыпежьащ. Атэбий шым къелъэри, шхуэмылакІэр пщылІым иритащ. Мэртазэ и къуэжьым сэлам ирихри, и щхьэр ехьэхауэ уващ

  • Мыр слІожь, си ныбжьэгъум и къуэ, укъызэщхьэкІуэнущ жысІэнути, сэмэгукІэ уепсыхакъым, щхьэ унэщхъей?

  • УзгъэгуфІэнуи сыкъэкІуакъым, зи щІыхьыр ин,— и жыпым бэлътокур кърихащ Атэбий.— Мыбы уи къуэм и тхьэкІумэ кІапэ кІуэцІылъщ. Уэ ухуитщ иджыпсту си щхьэр пебгъэупщІыну, хьэпс защІэу си дунейр сыбгъэхьыну, ауэ уи фІэщ щІы зы: уи къуэм и щхьэр уи пащхьэ къизмылъхьэн щхьэкІэ мыбы кІуэцІылъыр къы-пхуэсхьыжауэ аращ. Уэ уощІэ...

  • СощІэ, ЕщІэнокъуэ и къуэ,— къэІэбэри Іихащ бэлътоку зэ-кІуэцІылъыр.— Уэ уи ныбжь ирикъуауэ уи лІыгъэр слъэгъуамэ, адыгэм и лІыгъэр здынэсыныр жысІэфынт. Уи ныбжь тхьэм ири-гъэкъу.

ШыжьэрыутІыпщу Елбэздыкъуэ къыдэлъэдэжащ. Абы и нэ-кІур лъы защІэт, и бгъэри арат. Шынагъуэт уІуплъэну. Пырхъуэм къытеува цІыхубзхэр зэщІэгъуагэу щІадзащ. Елбэздыкъуэ шым къелъэри и адэм дежкІэ къежьащ.

  • УвыІэ ауэ!—щІэкІиящ адэр къуэм. ЦІыхубзхэм дежкІэ зигъэзащ:— Фэри фымыІуей!.. КІуэ, Атэбий, сэ сыплъыгъуэзэнщ.

  • ДыбогъэкІыж! — кІиящ Елбэздыкъуэ.— Си лъы щІыхуэ те-лъу дыбогъэкІыж!

  • ЗэтепІэ уи жьэр, хьэмэ къилъхуа!—щІэгубжьащ абы адэр.— НэгъуэщІ мыхъуми уи пщІантІэ ущыдэтым лІыгъэ зыхэгъэлъ.

Ещанэ махуэм Мэртазэ и къуэжьым Атэбий ириджэри куэдрэ къепсэлъащ.

— ЩІалэм и анэ дэлъхур зыукІахэм уи адэр хэтауэ къыжра-Іащ, куэд щІауэ гужьгъэжь къыпхуиІэщ. Ар абы зыми къыджиІэр-къым. Уи адэр псэухукІэ езыр цІыкІуу щытащ, езыр ин щыхъум уи адэ Къубатий тхьэмыщкІэр дунейм ехыжри, мыбы уэ уи дежкІэ зынигъэзащ. Иджы псори ещІэ, фяку апхуэдэ Іуэху къыдыхьэ-жынкъым. Ботэщ и къуэм къызжиІэжащ абы къуипэсахэр. Апхуэ-дэ щхьэкІэ лІы яукІ. Нэмысышхуэ пхэлъу укъыщІэкІащ. Абы и щыхьэту мы къамэр сІых...

ЩІыпІэ куэд зэпичащ Атэбий. Щхьэгуашэ (иджы Лабэ) псым зэпрыкІа нэужь и ныбжьэгъу, кІэмыргуей щІалэ Темзэгъу Айтэч деж щолэхъур къыщинэри, нэгъуэщІыш а къуажэм къыщищэхуащ.

Щолэхъум зигъэпсэхун хуейт. Тхьэмахуищ хъуат уанэ зэрытри-мыхрэ.

  • Уэлэхьэ, сымыщІэ, Атэбий, бжесІэнур,— мэгузавэ Айтэч, хьэ-щІэм бгъурыту здэкІуэм.— Апхуэдэ хъыбар ди дежкІэ къыщыІуа-къым. Уэри пщІэуэ къыщІэкІынщ, ди уэркъхэри лІакъуэлІэшхэри апхуэдэ Іуэхум хыхьащэркъым. Тенджызыр тпэжыжьэщ, абы нэс яшэу тыркухэм, тэтэрхэм иращэн щхьэкІэ гъуэгуанэфІ зэпыпчын хуейщ. Дыкъалъагъум, пхъэр къыткІэлъыжэм жаІэри дзыхь ящІыркъым. Абыхэм фи деж нэс накІуэу щІалэ къадыгъуну лІы-гъэ яхэлъын? ДыкІуэнщ тенджыз Іуфэм, абы дыщыщІэупщІэнщ.

  • Хьэуэ, Айтэч,— идэркъым Атэбий,— гугъу зумыгъэхь. Сэ къыстрилъхьар си закъуэ сшэчыжынщ. Упсэу, къысхуэпщІари зэ-хызощІыкІ.

  • Апхуэдэу жомыІэ, Атэбий,— и жагъуэ ещІ кІэмыргуей ныб-жьэгъум.— Сыт напэр сиІэу си адэ и пащхьэ сихьэжын, гузэвэ-гъуэкІэ къежьа си ныбжьэгъур и закъуэ сыутІыпщащ жысІэу? Ар ди лъэпкъ хабзэ, ар адыгэ нэмыс, лІыгъэ? Си гъащІэкІэ схуэмы-пшыныжын емыкІуу си напэм телъыни уэ узутІыпщрэ згъэзэжмэ.

  • Уи нэмысым и хъер улъагъу,— акъылэгъу хъуащ ЕщІэно-къуэр.— ГуфІэгъуэкІэ тхьэм пхузигъэщІэж. Куэд щІауэ ущыІа шапсыгъхэм я деж?

  • Нэгъабэ хьэрып шы лъэпкъ сылъыхъуэу къуажитІ-щы къы-зэхэскІухьащ.

— Къэбгъуэта-тІэ?

— Сигу ирихьын згъуэтакъым. Ахэр тыркухэм кхъухькІэ къа-шэ. Къыщаша сыхьэтым урихьэлІэркъым, арыншауэ, нэгъуейхэр куэду кІуэ хъуащи, зэрапхъуэри йожьэж. ИтІанэ, тыркухэм нэхъ яцІыхур, зэкІуалІэр уэркъхэращ, дэ нэбгъузкІэ къыдоплъ,— щэтащ Айтэч.— Ди жыпым къоплъри, дызэрылъхукъуэлІыр ды-къащІэ.

  • Зыщэм и дежкІэ зыкъэ хэт ахъшэ иритми,— и ныбжьэгъум жиІэр здишэщІыр къыгурымыІуэ хуэдэ зищІащ Атэбий.— ШыфІ зыхуейм къищэхунущ, и уасэм щхьэкІэ ныкъуэкъуэну-къым.

  • Догуэ-тІэ, уэ фи Мэртазэ и къуэжьым шыфІым щІитым хуэдиз щІэптыфыну жыпІэу ара? — игъэщІэгъуащ Айтэч.

— Мэртазэ и къуэжьым и дзыгъуэ лъынэ телъщ,— ипэкІэ плъэ-урэ жиІащ Атэбий.

— Аракъэ сэри зи гугъу пхуэсщІыр.

Атэбий иджыпсту зэгупсысыр нэгъуэщІт. Сыт хуэдиз щІалэ дэ-гъуэ, телъыджэ щыІэ лъэпкъыр ягъэдэхэну, ягъэбжьыфІэну, ауэ лъхукъуэщо жаІэурэ дунейм хуиту къытрамыгъаплъэу? Абы игу къэкІыжащ иджыблагъэ, илъэс зекІуэ ежьэн ипэкІэ, Мэрта-зэ и къуэжьым зэрыригъэблэгъауэ щытар. ЩІалэр хьэщІэщым зэ-рыщІыхьэу гу лъитащ къуажэр зейр диным икІауэ зэрыгузавэм. Зэпымыууэ фошыгъубжьэм хуэдэу зэфІэт, зи щхьэр Іэтауэ зыІыгъ, зи пащІэшхуэр зи нэкІущхьэшхуэм упщІэ нагъыщэу щышыхьыжа лІы бжьыфІэшхуэр зэуэ ужьыхат: и плІэр ухуат, и шхьэр къыхуэ-

Іэтыртэкъым, и нэкІуху дахэр лэдэхым зэхивыхьат, и пащІэкІи-тІыр, сабын пхылъэфа вакъэнжейм ещхьу, пылэлырт. ЛІыжьым и теплъэр щІалэм гущІыхьэ щыхъуащ. Шэч хэмылъу, Іуэху цІьжІутэкъым мо лІы абрагъуэр, лІы цІэрыІуэр, Талъостэнейми Къэбэрдейми адэжкІэ зи цІэр Іуа лІыр къызыфІэзыгъэщІар? «КІуэдыпІэ ихуэн Елбэздыкъуэ дыгъуасэ ди напэр трихащ, абы и щІыІужкІэ Азэпщ Хъызыр бий къытхуищІащ. МыхъумыщІэ жри-Іащ, и къамэр къыхурихащ. Азэпщ и къуэр уэ уоцІыху, абы къа-мэ къыхуипхамэ, ар къызэрыпхуигъэгъун мы дунейм теткъым. Иджы сэ сызыхуейрат...» «Къысхуэгъэгъу, зи щІыхьыр ин, а уэ жыпІэну узыхуейр сэ къызгурыІуащ, ауэ, емыкІу сыкъыумыщІ, ар схузэфІэкІынукъым». Мэртазэ и къуэжьыр, зэхихыр и фІэщ мыхъуу къыдэплъеящ. «Апхуэдэу дауэ жыпІэфрэ,— къоплъыр щІалэм, и нэ хъурей цІыкІуитІыр къытриубыдауэ.— Уэ фІыуэ уо-щІэж сэ уи адэ тхьэмыщкІэм сызэрыхущытар. Уэрщи, хьэІупс зэ усщІакъым». «КъызгуроІуэ, зи щІыхьыр ин, ауэ сэри къызэдаІуэ. Си къуажэ бий къытеуащ, е адыгэ лъэпкъыр тхьэмыщкІапІэ до-хуэ жыпІэу ныщыбгъэкІуа махуэм, си псэм щхьэкІэ сышынэу си-кІуэтынкъым, ауэ...» «Догуэ, ар тІури зыкъэ, тІум щыгъуэми псэ бгъэнынущ». «Си дежкІэ зыкъым, зи щІыхьыр ин. ЗауэлІымрэ лІыукІымрэ я къалэныр зыуэ щытакъым, щыткъым икІи щытыну-къым. ЗауэлІу си гъащІэр пхуэсхьынщ, ауэ лІыукІ сыпхуэхъу-фынукъым». «Лъэпкъ кІуэдыр къыпхукІуэ! — къэлыбащ Мэрта-зэ и къуэжьыр.— Пэж дыдэу жиІат пщы Алыджокъуэ: «Лъхукъуэ-що лІы гъусэ пщІынри, алащэм шыщІэкІэ ущыгугъынри зыщ»,— щыжиІам.— ИкІ си пащхьэ!»

Атэбий нэгъуэщІ псалъэмакъ хэмыхьэу къыщІэкІыжащ. А пса-лъэмакъым къызэщІигъаплъэу къуажэр зейм зыгуэр къызиутІып-щауэ пІэрэ зызигъэщІэжын щхьэкІэ, жеІэри иджы гурыщхъуэ бза-джэм щІалэр къыхегъащІэ. Пэж дыдэу, уэркъхэм апхуэди къуа-щІэфынущ, абыхэм я дежкІэ сыт лъхукъуэлІым и гъащІэр? Зы-рикІщ. А псалъэмакъ дыдэр езы Елбэздыкъуэ зэхихамэ-щэ? Е и адэм жриІэжамэ? Елбэздыкъуэ и дуней тетыкІэмрэ и хьэл-щэным-рэ зымыщІэ Джылахъстэней псом искъым, ар ефа нэужь делэ зэ-рыхъум псори щыгъуазэщ.

«ШынэхъыщІэм и псэущхьэ е и хьэдащхьэ гъунэгъуу щыІэу сэ мы щІыпІэ жыжьэм сыщылъыхъуэу пІэрэ?» — гупсысэм игъэ-тІыІэтэкъым Атэбий. Ауэ, егупсысыжыпэмэ, Мэртазэхэ гурыщхъуэм хигъэкІырт. И гум хужиІэртэкъым абыхэм апхуэдэ икІагъэ къы-кІэлъызэрахьэну...

Пшапэр щызэхэуэм Іуащхьэжь гуэр деж къыщыувыІэхэри епсыхахащ.

— Мыбдеж нэху дыкъыщекІынщ,— жиІащ Атэбий, шыр жыг щытым ириихыурэ. Гъуэмылэ зэрылъ куржы хъуржынри къыкІэ-ритІэтыкІащ.— Пщэдей шэджагъуэм дынэсын хуейщ Ло и къуэм и къуажэм. Абдеж щыщІэддзэнщи ипщэкІэ дыдэкІуеинщ. Къэ-тІыс, Айтэч, тІэкІу дедзэкъэнщ. Шыхэр зэщІэгъущхьэмэ, уанэр тетхынщи тлъэхъэнщ. Мэзыр гъунэгъущ, пхъэ къэтхьрэ мафІэ тщІымэ, зы хъыбар пакІэкІэ нэху щынущ.

КІыфІ мыхъу щІыкІэ Айтэч гъунэгъуу къыщыт мэзым кІуэ-урэ жэщым ягъэсын пхъэ гъур къихьащ. Ар зэфІэкІа нэужь шы-хэм уанэ трахащ, щэлъахъэ иралъхьэри, хъун Іувым хаутІыпщ-хьащ. Пщыхьэщхьэр бзыгъэт, хуабэт, Мэзыр даушыншэт. Зэзэмы-зэ дыгъурыгъуухэр зэрызэпэджэжым фІэкІа зыри зэхэпхыртэ-къым.

  • ГъэщІэгъуэнщ,— жиІащ Айтэч,—дыгъурыгъуур къуажэхэр, хэкужьхэращ здэщыІэ хабзэр. Япэу срихьэлІэу аращ мэзым щы-псэууэ.

  • Мэзыр арауэ къыщІэкІынукъым ар щыпсэур,— мэзымкІэ плъэурэ жэуап итащ Атэбий.— Ныщхьэбэ дыкъыщыувыІам гу лъыстащ мэзым пэмыжыжьэу щыт жыг зытхухым. УнапІэжь щамыІэу пІэрэ абдежым? Сэ мы гъуэгумкІэ зэи сыщызекІуакъым, си зекІуапІэр ХьэрэгуэлкІэщ2. Мы Іуащхьэм и хъыбари зэхэсха-къым. Хэт и Іуащхьэ мыр, зэмыпхауэ пІэрэ зыгуэркІэ мы Іуащ-хьэмрэ а жыг сэ гу зылъыстахэмрэ?

  • Мы Іуащхьэр, зэрыжаІэжымкІэ, лІы бэлыхь, шыщхьэмыгъа-зэ Цей Аслъэмырзэ ейщ. Аслъэмырзэ и ІуащхьэкІи йоджэ. Языны-къуэхэм абы и хьэдэр мы Іуащхьэм щІэлъу жаІэ, адрейхэм Ас-лъэмырзэ и хьэдащхьэ Кърымым къинауэ мыр абы и щІыхькІэ, и лІыгъэм и фэеплъу хузэтракІутауэ аращ зэраІуатэр. Ди адэм иужьрейр нэхъ тэмэму къелъытэ.

  • Аслъэмырзэ и хъыбар щхьэпэ куэд зэхэсхащ,— къыІэпихащ Айтэч и псалъэр Атэбий.— Уи жагъуэ умыщІ, сщымыгъупщэж щІыкІэ зыгуэркІэ сыноупщІынут. Уэ хъыбарыр апхуэдизкІэ гуры-хьу, зэпкърыхауэ жыбоІэри жэщ, махуэ жызмыІэу сынодэІуэфы-нущ. КъызжыІэт: сыт Аслъэмырзэ и хъыбархэр щыжаІэжкІэ абы и унэцІэр зэщхьэщыха щІэхъур? Зы жылэм Цей Аслъэмырзэ зэ-рихьа лІыгъэм и хъыбар щызэхэпхынущ, нэгъуэщІ къуажэ укІуэ-мэ, а лІыгъэ дыдэр ТІамжьыкъу Аслъэмырзэ ирапхыр. Дэтхэнэра пэжыр? Ди дежкІэ ар зыми къыджиІэфыркъым.

Айтэч хэгупсысыхьащ, Атэбий ар щилъагъум и жагъуэ хъу-жат, щІалэ хъарзынэм хуэмыхьын хьэлъэ теслъхьауэ пІэрэ, жиІэ-ри. Айтэч и щымыныр кІыхь щыхъум, зигъэпсчэуІури, жиІащ:

— Уи жагъуэ умыщІыну сынолъэІуащ, зыгуэркІэ...

— Хьэуэ, хьэуэ, Атэбий, зыри щІыжызмыІэр зыгуэркІэ къыс-техьэлъэу аракъым, гукІэ срижауэ арат и жыІэжыкІэ хъуным. Ди адэм къызэрызжиІэжар мыпхуэдэущ а Іуэхур. Аслъэмырзэ и адэшхуэр къызыхэкІар абешлэщ. Иджы абхъаз жыхуэтІэр. Ар щыпсэуар ТІамыщкІэ зэджэ къуажэращ, Мокъуэ псым и Іуфэм Іусащ. А зэманым абхъазхэм пщым я пщыжу ябжу щытар Ачбэ уиэцІэрт. Иджыпстуи а унэцІэр щыжаІэкІэ абхъазхэм я гур къо-лъэт. Абхъаз псор яІыгъщ абыхэм. НтІэ, Аслъэмырзэ и адэ Даут и фыз къэшэгъуэ хъуати, а жылэм щыпсэу хъыджэбз гуэрым гу хуищІащ. Пщащэр лІакъуэлІэш гуэрым ипхъут. Даут лъхукъуэлІт, Іэхъуэт. Хъыджэбзми щІалэр фІыуэ къилъэгъуат, къуажэм хьэ-гъуэлІыгъуэ къыщыхъуауэ къагъанэртэкъым мыкІуэу, джэгум щы­зэрылъагъун щхьэкІэ. Пэжщ, хъыджэбзым и адэ-анэм зэхахыну яхуейтэкъым япхъу закъуэр лъхукъуэлІым иратыну. Пщащэм уна-гъуэ хуэкъулей куэд къылъыхъурт, ауэ езым псори зэтриІыгъэрт, «си дэкІуэгъуэ нэсакъым», «а щІалэр сигу ирихьыркъым», нэ гъуэщІ щхьэусыгъуэхэр къигупсысурэ. Даут бгъэдэлъ щыІэтэкъым и лІыгъэмрэ и нэмысымрэ нэмыщІ. ПцІы хэмылъу, Даут щІалэ лъэрызехьэт, тенджыз Іуфэм зи цІэр щыІуа, зи хъыбарыр зэІэпа-хыу кърахьэкІ лІыхъужьт. Ауэ, уэри узэрыщыгъуазэщи, лІыгъэ-ри нэмысри шыбгъэм къизылъхьэ щыІэщ, Іуэхур мылъкум, щІа-лэр е хъыджэбзыр къызыхэкІам нэса иужь. А узыр адыгэм куэд щІауэ япкърытщ, сыт хуэдизу дыбзыщІыну яужь димытми. Ауэ ар пхуэбзыщІын? Уи лъэгум банэ хэлъмэ, зэрыпхуэмыбзыщІыным хуэдэщ.

Зы махуэ гуэрым ТІамыщ къуажэ фызышэ хьэгъуэлІыгъуэ щы-Іэт. ЗдэщыІэри жылэм хьэІусыпэ зрат унагъуэ гуэрт. УщыІами сщІэркъым а щІыпІэм, ущыІамэ, плъэгъуагъэнщ, дахэу, гушхуа-уэ, гукъинэжу ирагъэкІуэкІ абхъазхэм фызышэ хьэгъуэлІыгъуэр. Зэ срихьэлІэгъащ, ди адэм сыздишауэ. СыщІалэт абы щыгъуэ, сэ сыткІэ сщІэнт Іуэхур зытет псор, дыкъыщыкІуэжым жесІэгъащ ди адэм: «Адыгэхэм ещхыц мы абхъазхэри, дадэ»,— жысІэри. Иджыри къэс си нэкІум телъ къысфІощІ ар къызэрызэплъа нэщ-хъыр. «Адыгэмрэ абхъазымрэ щхьэ зэбгъэдэпхрэ, хуэмыху!» — зэрылъэкІкІэ щабэу къызжиІэгъат. Уи гур мыплъэмэ, уи нэр плъэркъым, жыхуаІэращ: си щІалагъэм апхуэдэ нэщхъ къысхуи-хьауэ щытащ.

Си хъыбарым кІыхь зезгъэщІащ, псэлъэрейщ къысхужыпІэми узахуэщ. НтІэ. а хьэгъуэлІыгъуэм къеблэгъащ Ачбэ нэхъыжьым и къуэ нэхъыщІэ Мырзэкъан. Мырзэкъан езыр щІалэ ябгэт, пхъа-шэт, и адэм и зэфІэкІым щигъэкІа щІалэ гурбиянт. МащІэ хъы-джэбз игъэунэхъуа абы, ирихьэжьэм, и напэр трихым къыхыфІи-дзэжурэ. А пщыхьэщхьэми Даут и хъыджэбзыр Мырзэкъан и нэм къыфІэнат. Ар абы зэ къигъэфащ, етІуанэу къигъэфащ, ещанэу къигъэфэну щыбгъэдыхьэм, хъыджэбзым идакъым: «Сешащ, нэ-гъуэщІ къэгъафэ»,— къыжриІащ. Напэтехтэкъэ?! Къызыщыгъэ-хъут ар уэ къуащІауэ е сэ къызащІауэ. Ачбэ Мырзэкъаныр къэ-лыбри пщІантІэм дэт псоми зэхахыу кІиящ: «Уэ зыкъызыфІэщІы-жар ныжэбэ узиуэншэкуу сыхэмылъмэ, Ачбэ унэцІэр зесхьэжын-къым!».

Даут абыхэм япэмыжыжьэу щытти, зэ лъэгъуэм Мырзэкъаным и пащхьэ къихутащ. «Лъэгуажьэмыщхьэу иувэ мы зи напэ тепха-ми, къыпхуигъэгъуну елъэІу!» — жиІащ Даут. Ачбэ къыгурыІуат Іуэхур лъыкІэ иухынкІэ зэрыхъунур, ауэ сыт щыгъуэт къыщы-хъуар Ачбэхэ я Іэхъуэм и къамэр я пщым и къуэм къыхурихыу? Къэхъуатэкъым апхуэдэ, жаІэжу зэхихами зи фІэщ хъун абхъаз щыІэтэкъым. Арауэ къыщІэкІынщ Мырзэкъани ину дыхьэшхыу щІыжиІар: «Даут, уэтэрым кІуэж, ди Іэщхэм я зы лъакъуэ банэ хэбгъэуэнщи, мис итІанэ сэращ уэ лъэгуажьэмыщхьэу узыгъэувы-нур. ЩІэпхъуэ, унэІут!» Ар жиІауэ Мырзэкъан Даут дежкІэ ще-жьэм, Даут и къамэр кърипхъуэтри Ачбэ и гущхьэ дыдэм хиІуащ.

Къамэр къыхимыхыжу щІалэм хъыджэбзыр къипхъуатэри, зэры-лІыкІыну удыныр зытехуауэ джэла Мырзэкъан псори елІэлІэху, абы и шым зридзащ, хъыджэбзыр шыплІэм дигъэтІысхьэжри унэм къэкІуэжащ. Іуэхур зытетыр псалъитІ-щыкІэ и къуэш нэхъыщІэм жриІэри, я анэжь закъуэр нэхъыщІэм и шыплІэ дэсу, плІыри бгым ихьэжащ. Къуршым къыщхьэдэхри Псыкупсэрэ Пщыпсрэ я зэхуа-кум щыпсэууэ щыта хьэкІуцэхэм я деж къыщыувыІащ. ХьэкІуцэ-хэр убыххэм къатехъукІа гуп цІыкІущ, нэхъ тэмэму жыпІэмэ, яхэ-кІауэ щхьэхуэу мэпсэу. Зэхэпхауэ къыщІэкІынщ, «хьэкІуцэхэм тхьэ щаІуэ щІыпІэ» жаІэу щІыпІэ хэІэтыкІа, щІыпІэ дахэ дыдэ щыІащ. Псыкупсэ и Іуфэ Іуту. Абдеж тхьэ щызыІуауэ зымыгъэзэ-щІэжам и щхьэр паупщІырт. ХьэкІуцэхэм я фІэщ хъурт а щІы-пІэм тхьэм ущелъэІуамэ, къыпхуищІэу. А Іуащхьэм тет жыг абра-гъуэм и захуакум дэту жаІэр убыххэм я бытхьэр, я тхьэ нэхъ лъапІэ дыдэр.

Арати, Цейхэ псы Іуфэм Іус Джаным къуажэ цІыкІум дэтІыс-хьащ. Псом япэу, я унэцІэр яхъуэжащ. Анэм и чэнджэщкІэ абы-хэм къащтащ къыщалъхуа къуажэм и цІэр —ТІамыщ. «Къыщалъ-хуар зыщыгъупщэр зэи насыпыфІэ хъуркъым,— жиІащ бзылъху-гъэм.— Сыт хуэдиз илъэс дэмыкІами, е фэ, е фи бын абы игъэ-ьэжынущ. Ар ящымыгъупщэжын щхьэкІэ.ТІамыщыкъуэ унэцІэу къафщтэ».

Апхуэдэу ящІащ. Ауэ Ачбэхэ я лъы щІыхуэ птрагъэлъынт? Илъэс дэмыкІыу Даут и къуэш нэхъыщІэр щакІуэ кІуауэ бзэхащ. Тхьэмахуэ дэмыкІыу и анэр яукІащ. Къуажэм дэс нэхъыжьхэм я чэнджэщкІэ Даут мы щІыпІэм къэІэпхъуащ. ТІамыщыкъуэр ТІамыжьыкъуэ хъуащ. И къуэшым и бампІэм ихьырти, Даут унэм щІагъуэрэ къекІуэлІэжтэкъым, и гъащІэр зекІуэм щихьырт, абы-кІэ зытригъэууэ. ЛІыгъэ хэлъащ Аслъэмырзэ и адэм. ЗэрыжаІэ-жымкІэ, мес мо мэз лъапэм деж щыт жыг зытхух уэ плъагъур, абыхам я щІапІэжыц. Аслъэмырзэ и хъыбарыр уэ уощІэ, сэ а лІы телъыджэм и адэр мыбы къызэрыІэпхъуауэ щытар бжесІауэ аращ. Абхъазым укІуэрэ Цвейбэ унэцІэ урихьэлІэмэ, ар Цейхэ ейщ.

— НэгъуэщІ бын иІакъэ Даут?

  • Сыт щхьэкІэ имыІауэ, унэжын! — нэхъ захуэу зэфІэтІы-схьащ Айтэч.

  • «Бийм я нэхъ ябгэр Мухьэмэтмырзэм хегъащІэр» уэрэдыр зыхужаІар абы и къуэ нэхъыщІэ Мухьэмэтмырзэщ.

  • Уи фІэщу жыІэт! — игъэщІэгъуащ Атэбий.— Мис аращ нэхъ щІэхыурэ узэлъэмыІэсмэ. Тхьэм щхьэкІэ, Мухьэмэтмырзэм и Іуэху нэхъ щыгъуазэ сыщІ.

— ТІэкІу зыбгъэпсэхуам нэхъыфІтэкъэ, пщэдей гъуэгу...

— Сыжеин уи гугъэ а хъыбарыр зэхээмыхауэ? Нэху щыным куэд иІэщ иджыри, дрикъунщ жеинкІэ.

— Шы лъэ макъ зэхэсх хуэдэ, Атэбий? — къеупщІащ Айтэч. И Іэдакъэр и щхьэм щІэгъэкъуауэ бгъунжу хэлъ Атэбий къы-зэфІэтІысхьащ.

— Уэлэхьэ, Айтэч, зэхэпх сщІэркъым, къыдбгъэдыхьэпа хуэ-дэм, фІыцІагъэ гуэр солъагъу. ПсыпщІэу Іэщэ-фащэр зыкІэрылъ­хьэ, шабзэхэр къэгъэІэгъуэ. Жэщыбг хьэщІэм уи дзыхь ебгъэзыщэ хъуиукъым.

Шу закъуэр къэсри къэувыІащ.

  • ФыгъуэгурыкІуэу къыщІэкІынщ,— жиІащ лІы пІащэ уанэ-гум исым,— гъуэгуфІ апщий!

  • Уи Іуэху фІы тхьэм ищІ,— иритыжащ Айтэч жэуап.— Ды-гъуэгурыкІуэщ. Ёпсых, къеблагъэ, ди ерыскъыр здэдгуэшынщ.

— Фи ерыскъыр убагъуэ,— жеІэ лІы пІащэ макъ гъумым.— Дэнэ фыкъикІрэ, дэнэ фынэсыну? Хэтхэ фарей? Сэбэп зыгуэр-кІэ сыфхуэхъуфынумэ, сыхьэзырщ.

  • Тхьэм и сэбэп къыпхилъхьэ,— нэхъ бгъэдохьэ шум Ай-тэч.— Сэ Тэмзэгъу Іиляс срикъуэщ. Мыр...

  • Іэу-у! — игъэщІэгъуащ лІым.— Уэлэхьэ, уи адэм сэрэ ди лъэрыгъыпс зэтауэ Іэджэрэ къэткІухьам. Сыт и узыншагъэ иджы-псту Іиляс? Куэд щІауэ слъэгъуакъым. Дэ дызыхэтхэм хэкІыжа-щи, ди гъуэгу зэтехуэжыркъым.

— Дэгъуэщ, тхьэм уигъэпсэу.

— Сэлам схуехыж. Узыншэу фыщытхэ, сэ сопІащІэ; — ежьэ-жащ шур. Лъэбакъуэ тІощІ хуэдэ ІукІауэ, лІыр къызэгуоуэкІы-жащ: — КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь сэлам къуихыжащ жыІэ!

ТІури, я нэр къихуу, зэплъыжащ. Хэтыт КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь и хъыбар зэхэзымыхар! Абы и цІэр лъыкІэ Іуат, хъунщІэ-дыгъуэм хэкІыртэкъым, ябгэт, залымт, «лъы Іэгу Дэгужьт» зэре-джэр. ГъуэгурыкІуэу ар зыхуэзэм яш, я Іэщэ къатримыхыу фІэ-кІынутэкъым, кърамытмэ, е иукІыиут, е зыкъригъэукІынут. Иджы-псту щІалитІым ягъэщІагъуэрт КъуийцІыкІуокъуэм шы, Іэщэ Іуэху зэримыхуэу зэрыблэкІар. Темзэгъу Іиляс и фІыщІэу пІэрэ а тІур къихъунщІэну зэрыхэмыхьар? Хьэмэрэ езым дзыхь имы-щІарэ щІалэ бланитІым закърипщытын? Езым и закъуэщ. И мы-закъуэми Дэгужь зылІ, лІитІ къыпэувкІэ къикІуэт и хабзэкъым. Нэгъуей шу гуп япэувыфырт, Кърымым кІуэурэ гъэр мащІэ кІэ-су, шыплІэм дэлъу къихьа абы, тыркухэм ярищэну.

— КІахэм сыкъызэрихьэрэ си Іупэм телъщ абы шхьэкІэ сыно-упщІыну,— шур здэкІуамкІэ кІыфІым хэплъэурэ жиІащ Атэбий.— ЛІыгъэшхуэ хэлъу и хъыбар Іуащ, шэч хэмылъуи лІыхъужьу къы-щІэкІынщ, ауэ апхуэдэу залым КъуийцІыкІуокъуэр? Ныжэбэ япэу слъагъуу аращ а лІыр. Ари слъэгъуауэ жыпІэ хъунукъым, кІыфІ-ти и нэгу сиплъакъым. Ауэ ар ди мафІэм къэтІысауэ щытамэ, куэд къэтщІэфынут абы теухуауэ. Дыкъызэрипэсакъым, сыт мы жьгъе-итІыр зэрысщІынур, жиІауэ къыщІэкІынщ... ТІыс, къуэш, пэж ды-дэу аурэ нэху щынущ. Уэ тІэкІу щхьэукъуэ, сэ сыщысынщ, зыгуэр-хэм сегупсысынщ. СщІэркъым, Айтэч, си гум згъэзэжащэрэт жеІэ. Уэ си фІэщ пщІащ си шынэхъыщІэр мыбы къызэрамыхьар. Абэзэ-хэми къыщызжаІат ар, ауэ, итІани, гузэвэгъуэм сыкърехуэкІ, сы-тримыгъэпыІэу. ИужькІэ, щхьэ сымыкІуарэт, щхьэ сымыплъарэт жысІэу си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыж нэхърэ, сыкІуэнщи сып-лъэнщ, си ныбжьэгъухэм сахэупщІыхьынщ, сечэнджэщынщ жыс-Іэри сыкъежьащ. Мазэм щІигъуауэ уанэгум сисщ, адэкІэ ди анэ-ри делэ хъунщ апхуэдизрэ и къуитІым щІэгупсысмэ.

  • Пщэдей шэджагъуэм Ло Бэчкъан и къуажэм дынэсынущ. Ар тенджыз Іуфэ дыдэм Іутац. Тырку, тэтэр кхъухь куэд къокІуа-лІэ. ДыгъакІуэ, Атэбий, дигу зэгъэнщ. ПщІэну щыткъым, ша-псыгъхэм яІэщІэлъэгъуэнкІэ мэхъу.

  • Ирехъу апхуэдэу,— жиІащ Атэбий, тэлайкІэ гупсыса нэужь...

МахуиплІкІэ тенджыз Іуфэр къакІухьауэ, я гур фІы зыщІын, гугъэ гуэр къезытыжын хъыбар къажезыІэн иримыхьэлІауэ Атэ-бийрэ Айтэчрэ КІэмыргуейм къагъэзэжащ...

4

— ДыбдэІэпыкъуфамэ ди гуапэт,— жиІащ Айтэч и адэ Іиляс, уэрамым къыдэкІауэ Атэбий сэлам кърихыжурэ.— ЗызэфІэпха-къым, зыбгъэпсэхуакъым. Уи Іуэхур зэхыдощІыкІ, щІэна тхьэм имыщІкІэ. Зы къуэш фІэкІа уимыІэу ари пфІэкІуэдыныр гузэвэ-гъуэ тІуащІэщ. Іуэхур тхьэм и пащхьэ илъхьэ, нэхъыфІым щы-гугъ. Дэри мыбыкІэ зыщытплъыхьынщ. Мыгувэу абазэхэм я деж-кІэ сыкІуэн си мурадщи, сыщІэупщІэнщ, сылъыхъуэнщ. ПщІэну щыткъым, абыхэм я дежкІэ нэсынкІэ мэхъу. Гъуэгу махуэ, щІалэм Бжьэдыгъум унигъэсыжынщ.

Сыт хуэдизрэ мылъэІуами, и къуэр и гъусэу къримыгъажьэу Іиляс идакъым. «Дыадыгэкъэ, унэжын,— и нэщхъыр еуфэ лІы-жьым.— Нобэ абы уигъэкІуэтэжынкъым, пщэдей уэри апхуэдэ пщІэнщ, пщэдеймыщкІэ ди адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ щІэфлъ-хьэжыну ара?» Іиляс зэрыгубжьар наІуэт, ауэ зиІыгът, щІали-тІым я пащхьэ залыму зыщигъэлъэгъуэну хуейтэкъым. Ар адыгэ-лІым и хьэлтэкъым, нэхъыщІэ щыту и ныбжьым къемыкІун пса-лъэ жиІэу. Айтэч и адэр цІыху пхъашэт, ауэ лейуэ ткІийтэкъым, ищІэнри жиІэнри зыщІэж лІы хэкІуэтат. И къуитІри — Къербэчрэ Айтэчрэ — лІыгъэ, нэмыс яхэлъу игъэсат. Адыгэ щІыпІэхэми, Кърымми, Индыл Іуфи, Сонэми зи шы лъэужь къыщызына Іиляс ид'жы и къуитІым я чэнджэщакІуэу унэм щІэст. Пэжщ, ар, къамы-щІэу, ехъуапсэрт и къуэ нэхъыжь Къербэч зекІуэ ежьэну зыщигъэ-хьэзырым деж е и ныбжьэгъу и деж щыхьэщІэну Псыжь адрыщІ щызэпрыкІкІэ. Е Айтэч мэшыр иІуэу къишэжа нэужь, ху къэпи-тІыр и блыгущІэ зырызым щІэлъу пкІэунэм щыдрихьейм деж. «Аращ-тІэ,— игъэбэяужырт абы и гур,— ди адэхэри дэ къыдэ-хъуапсэу щытащ. ГъащІэр — гъащІэщ, ар и хабзэм къыпхутешы-нукъым».

Атэбий Къербэч илъэгъуатэкъым. Иджы ещанэ ар мы унагъуэм къохьэри, къуэ нэхъыжьыр дэсу зэи хуэзакъым. «ЗекІуэ щыІэщ»,— арат зэхихыр. Имылъэгъуа щхьэкІэ пщІэ хуищІыр зэпымыууэ нэ-хъыбэ хъурт, шэч къытрихьэртэкъым абы лІыгъэшхуэ зэрыхэлъым. ФэрыщІыншэу гукъеуэ щыхъурт зэрыхуэмызэр. Атэбий нэхъ и ныбжьэгъу Айтэчи щІалэ щыпкъэт, гъуэгум укъытринэнутэкъым, гуауэр бдигъэпсынщІэнут, гуфІэгъуэр бдиІэтынут. Ауэ щІалэр нэхъ унэгут, унэ лэжьыгъэм и псэр нэхъ хуэгъэзат. ЗекІуи ныбде-жьэнут, гугъуехьи зыпыІуидзыртэкъым. ИтІани гу лъумытэнкІэ

Іэмал иІэтэкъым и адэм и жьауэм щІэту къызэрыхъуар. Атэбии гу лъимытэу къэнакъым Айтэч сыт хуэдэ хъыбар къримыгъэжьа-ми, «ди адэм жиІэжат», «ди адэм къыжраІэжауэ къызжиІэжат» псалъэхэмкІэ псалъэмакъыр зэрызэхиублэм. Пэжщ, адыгэлІыр зэи езым илъэгъуа, къыщыщІа Іуэхухэм тепсэлъыхьыркъым. Псом хуэмыдэу, зэрихьа лІыгъэр ебзыщІ. Адыгэм щхьэщытхъур сыт щы-гъуи и щІэнэкІалъэу щытащ. ЛІыгъэ зепхьамэ, нэгъуэщІхэм зэ-хахынщ, яІуэтэжынщ. Апхуэдэу щыт пэтми, Айтэч и къэкІухьыкІэ къудейм къыбжиІэрт унэлІу зэрыщытыр: щабэу, быхъуу, мыпІа-щІэу, лъэбакъуэу ичыр щІич щхьэусыгъуэм егупсыс хуэдэ, зе-кІуэрт. «ЛэжьакІуэжьщ, къилэжь щІакхъуэм и уасэр ещІэ» — хужаІэрт апхуэдэхэм.

  • Ди адэм и гур сэ нэхъ къысхуэгъэзащ,— жеІэ Айтэч, и хьэ-щІэр зэгупсысыр къищІа хуэдэ.— Илъэсым зэ фІэкІа дымылъа-гъуу зы цІыхухъу диІэщи ирикъунщ, жи. Куэдрэ сыкъохъу псори хыфІэздзэу зекІуэ сежьащэрэт, щІыпІэ жыжьэхэр къэсплъыхьа-щэрэт, зэзгъэцІыхуащэрэт жысІэу. Дэнэ сыщыІа сэ илъэс тІощІ-рэ плІым къриубыдэу? Ди адэм сригъусэу Абазэм, Бжьэдыгъум, Абэзэхэм, зекІуэ зэ Кърымым сыкІуащ, КъэбэрдейкІэ, уэри зэры-пщІэщи, тІэу къудей. Аращ псори зэрыхъур. Къербэч-щэ? Абы имылъэгъуарэ и шы лъэужь къызыщимынарэ щыІэжкъым. Ди адэр сфІэпсэкІуэдщ, Іэщри, унагъуэри, гъавэ щІапІэхэри абы и пщэ дэхуэмэ, лІыжьыр хигъэщІэнущ.

  • Тэмэму уогупсыс,— диІыгъащ Атэбий щІалэм и псалъэ-хэр.— ЗекІуэ защІэкъым цІыхур къыщІалъхур. ЛІыр лэжьэни, унагъуэ иІэни хуейщ, и гъащІэм пызыщэ лъэужь къигъэнэн пап-щІэ. Ди къуажэ дэсащ лІы бэлыхь, ХьэжмураткІэ еджэу. И гур здэжэм и лъэр щигъэхутэрт, ар къыщыхутам и цІэ щыжригъэІэрт. Хьэжмурат сыкъигъэкІуащ жыпІамэ, уздэкІуар гупсысэнутэкъым, шы цІахуцІэм зридзынурэ къежьэнут. И псалъэм къару хэлът, и нэмысыр щапхъэт, и лІыгъэр хъыбар дахэу зэпадзыжт. Тэтэр хъа-ныр зыдэс Бахъшысэрей и куэбжэр, ар кІуамэ, зэхуащІыртэкъым. Астрэхъан и шей ефапІэт, сонэ джыназхэм я хьэщІэ лъапІэт. А лІы бэлыхьыр зы махуэхьу ныбэ узым ихьащ. Іэзи удзи пэлъэща-къым. Абы и ужькІэ и анэжьыр и къуэ закъуэм и гуауэм хигъа-щІэри унагъуэр, щыІаи щымыІаи, кІуэдыжащ. И ныбжь хэкІуэта пэтми, къахуишатэкъым. Иджы и хъыбарыр къанэри, езыр дунейм ехыжащ. КъыІэщІэхуа Іэщэр къэзыщтэжын къигъэнакъым.

  • Іэщэра Іуэхур,— къеплъащ абы Айтэч.— Апхуэдиз лІыгъэ, нэмыс зыхэлъам гуращэ дахэ куэди иІа къыщІэкІынщ. Ар зыжри-Іэн, абы псэ хэзылъхьэн къызэрымынар нэхъ гуауэщ. Сыти жыІэ, гъащІэр гущІэгъукІэ къотэнкІэ ущыгугъ хъунукъым. Уэ езыр узэ-рыхэтщ гъащІэр зэрыхъунури. Абы ІэщэкІэ уезэуэфынукъым, къа-рукІи утекІуэнукъым. Хэт зыхуэІуар гъащІэр дуней жэнэт мыухы-жу, хьэмэрэ гуІэгъуэ нэпс защІэу? Дыгъуасэрей махуэр нобэрейм ещхькъым. Дыгъуасэ насыпыр уи блыгущІэту жэщ бгъэхъуамэ, нобэ мураду уиІэр пфІызэхифыщІэнкІэ мэхъу. Псоми я насыпыр, гъащІэр ІэщэкІэ япсыхьыну хуежьэмэ, егупсысыт къэхъунум.

Егупсысыпхъэкъэ абы? Псалъэм и хьэтыркІэ жысІэнщи, сыт Ас-лъэмырзэ ТІамыжьыкъуэ унэцІэр щІызэрихьар? Ахэр Цейщ. ЩІы-зэрихьар зыщ: Іэщэм къригъэщтащ. Абы щышынэри, лъапсэрыхыу ирахынкІэ хъунути. Сэ сызэреплъымкІэ, цІыхум Іэщэр нэхъ ма-щІэрэ игъэдэлъэн хуейщ. Иревэ, иресэ, унагъуэ ирещІ, щІэблэ кърегъэхъу. ГъащІэр япэкІэ зыгъэкІуэтэн, берычэтыр Іэужь зы-хуэхъун диІэныр нэхъапэщ. Уи жагъуэ умыщІ, Атэбий, сощІэ ап-хуэдиз жысІэну къызэрыслъымысыр, ауэ апхуэдэ адыгэлІ куэдрэ срихьэлІэркъым. Лей жысІамэ...

Айтэч и псалъэр нимыгъэсу, щэныфІэу и щхьэр ирихьэхащ. Ар зы шыщхьэкІэ иужь къинэу Атэбий бгъурыту кІуэрт. Арат хабзэр. ЩІалэр пэплъэрт и ныбжьэгъу нэхъыжьым къыжриІэным. КъыгурыІуэжырт и псалъэмакъыр гъэхуа зэрымыхъуар, Атэбий губгъэн къыщІыхуищІын гуэрхэри хэтынкІэ зэрыхъунур, ауэ, зэ-рыжаІэщи, фочыр уат, шэм къыпхуегъэзэжынутэкъым. Атэбий зыри жиІэркъым, и ныбжьэгъум и псалъэхэр «игъэныщкІу» хуэ-дэ, и жьэкъупщхьэр мащІэу зекІуэу щолэхъум и тхьэкІумитІым-кІэ дэплъу макІуэ. Мэз гуэрэн зыхуэкІуэм зэуэ шу гуэр къыхэ-жащ. ШууитІ кІуэр щилъагъум, мэзым къыхэжам триІуантІэри, мэзыбгъур иІыгъыу щІэпхъуащ.

— И шыплІэм зыгуэр дэлъщ,— жиІащ Айтэч.

— НепсынщІэкІыт,— иутІыпщащ щолэхъум и жьэр Атэбий.— ТхьэмыщкІагъэ зылъыса щыІэнкІэ мэхъу.

Мэзым щынэсым и ІэлъэщІыр ІэкІэ иІыгъыу цІыхубз гуэр къаІущІащ. Абы и щхьэцыр зэхэзэрыхьат, и бостейр зэфІэтхъат, и Іэблэ сэмэгум лъы къежэхырт. Щэч хэлътэкъым, бзылъхугъэр Іэпщэрыбанэ хэтат. Ар гужьеяти жиІэр къыбгурыІуэртэкъым.

— Си пхъур...— Іущащэрт ар, ину мыпсэлъэфу.— Си псэр къурмэн фхузощІ... Сипхъу закъуэр... сфІихьащ... хьэм яшхыным...

ШууитІми зэуэ ягъэкІэрахъуэри хъыджэбзыр здахьамкІэ щІэ-пхъуащ. Мэзыр къауха нэужь, наІуэу къалъэгъуащ шум къигъэ-хъей сабэр.

— Шым ущымысхь иджы,— жиІащ Атэбий.— Хъарзынэу за-гъэпсэхуащ. Ар бгым ихьэжрэ мэзым зыщигъэпщкІумэ, лъы-хъуи пэт.

Дакъикъищ-плІы фІэкІа мыжауэ Айтэч и шыр къыкІэрыхуу щІидзащ. Атэбий абы гу лъитэртэкъым. Ар иджыпсту зэплъри илъагъури гъунэгъу зыхуэхъу шурт. «Дэгъэзеигъуэ хъуащи и шыр мэпщ,— мэгуфІэ Атэбий, щолэхъум и пщэм Іэ дилъэурэ.— НакІуэ, къуэш, уэ уесакъым зыгуэрым иш и ужь уиту. ДыщІэрохьэ, къэнэ-жа щыІакъым».

Бгы лъапэм щынэсым шур фочкІэ къызэуэкІащ. Атэбий ищІэрт фочыр аргуэру иузэду шур зэрыпымылъынур. Къэнэжыр сэшхуэт е къамэт. А тІум щхьэкІи ар езым хуэдэ зылІ къыпэувкІэ гузавэр-тэкъым.

Шым тесыр илъэс пщыкІуий-тІощІ хъуну щІалэщІэт. Егъэлеяуэ зыщыхуэпыкІат. «Уэркъ щылъху къыщІэкІынщ»,— гупсысащ Атэ-бий. Щолэхъур гъунэгъуу щыбгъурихуэм, щІалэм сэшхуэр къри-лъэфри и шыр къыжьэдикъуащ.

  • Уи псэр умужэгъужамэ, уи гъуэгу тет,— бауэкІэщІу къоплъ ар Атэбий.

  • Сэ сыкъэсащ,—жиІащ ЕщІэнокъуэм.— Умыделэу уи сэ-шхуэр илъхьэж. Нэгъази а шыплІэм дэлъыр къызытепхам етыж.

  • А-а,— къилыдыкІащ щІалэм и нэр,—ар умылъагъуну уи-нитІыр къизгъэжынщ, унэІут щылъху. Къих уи сэшхуэр, сэ Іэ-щэншэ сыукІыркъым.

Атэбий къэлыбащ. Абы и сэшхуэр кърипхъуэтри, щолэхъур-къыжьэдикъуащ. Шым зритІэри ину щыщащ: и къэувыжи и илъІГ зы ищІри, шу къыпэщытым дежкІэ щІэпхъуащ. Абы зэрыбгъуры-лъадэу Атэбий напІэдзыгъуэм щІалэм и Іэпщэм сэшхуэ тІыгум-кІэ еуэри лъагэу Іэтауэ иІыгъа сэшхуэр ІэщІиудащ. Айтэч шум и сэмэгурбагъумкІэ къыбгъэдэлъадэри шыплІэм дэлъ хъыджэ-бзыр къипхъуэтащ. Атэбий щІалэм хуэмурэ къыбгъэдыхьэри уа-нэгум кърихащ, зэрыгызым хуэдэурэ и шыплІэм дилъхьэри и тхьэ-кІумэр иубыдащ, залэ хуэдиз и тхьэкІумапэм къыпиупщІащ, и хьэ-зырым щыщ зы кърилъэфри, къыпиупщІар абы хурилъхьэурэ-жриІащ:

— Сэ уи адэм деж сынэкІуэфынукъым. Мыр абы схуетыж. Уэ-пхуэдэу мыделэмэ, къищІэнщ нэбгъэф лъахъэ имылъу зэрамыу-тІыпщыр. Хэт мыпхуэдэу къозыщІар жиІэмэ, ЕщІэнокъуэ Атэ-бийщ жыІэ. Иджы, кІуэж. Укъыехуей хъумэ, Джылахъстэней сы-къыщыбгъуэтынщ.

ЩІалэр къиІэтри и уанэгу иригъэтІысхьэжащ. Атэбийрэ Ай-тэчрэ хъыджэбзыр къахьыжу къыщагъэзэжам анэр гуфІэгъуэм бзагуэ ищІауэ щытт. Абы гурым макъ фІэкІа зыри къыжьэдэкІыр-тэкъым. Пхъури кІэзызу зэщыджэрт, зэрыубыдауэ зэанэзэпхъур зэрыІыгът, нэпсыр гъэмахуэ уэшхыу иракІуту. ЩІалитІри къепсы-хауэ щытщ, я шитІыр ІумпІэкІэ яІыгъыу. Зы псалъэ жаІэркъым, зэанэзэпхъум гу зыщахуэжу я щхьэр къыдрахьеижыным поплъэ.

Анэм, зыгуэр игу къэкІыжа хуэдэ, и щхьэр къыдрихьеижри, зы-зэпилъэщІыхьыжащ. Ар хуэмурэ къежьэри Атэбий гъунэгъу Дыдэу къыбгъэдыхьащ, и Іэ кІэзызхэмкІэ щІалэм и цеибгъэр ирилъэщІэ-хыурэ Іущэщащ:

  • СыткІэ сыпшыныжыну фэ сэ къысхуэфщІар? Си кІэтІий кІа-пэ закъуэм и напэр къысхуэфхъумащ, си фызабэ напэр схуэфтхьэ-щІыжащ. Дауэ сыпсэужынут си гугъапІэ закъуэр джэгуалъэ мо хьэм ищІамэ? Сынаплъэу сыщытт зыгуэркІэ яІэщІэкІмэ...— фы-зыр и гуфІакІэ дэІэбэри къамэщІэлъысэм нэхърэ зы мащІэкІэ нэхъ бгъузэну сэ кІыхь къыдихащ. Атэбий щтауэ Іэбэри бзылъху-гъэм иІыгъ сэр къыІэщІихащ.

  • Мыр цІыхубз ІэщІагъэкъым, ди анэ,— жиІащ абы щабэу.— Фэ аракъым фыкъызыхуигъэщІар. Дэ ди ІэщІагъэр ттевмых. Хэт хъуну а щІалэ сэгъейр?

  • СщІэ мыгъуэкъым, си щІалэ. Япэу слъагъуу аращ. И псэ-лъэкІэкІэ шапсыгъ хуэдэщ. Пхъэ тІэкІу тхьынщ жытІэри дыкъэ-кІуати, чыцэм къыхэлъэтри мо тхьэмыщкІэр иубыдащ. Уеплъу уи бын ебгъэхьынт? Тхьэм фІэкІа зыми ищІэркъым сэ абы уды-ну къыстридзар.

Иджыт Атэбий хъыджэбзым набдзэгубдзаплъэу щеплъар, Да-хэт пщащэр. Нэсауэ адыгэ пщащэт: бгы псыгъуэт, нэкІухут, щхьэц кІыхь ухуэнар и щІыбымкІэ едзыхат, и набдзэ фІыцІэ дахитІыр, пцІащхъуэ лъэтэжыным и дамэм хуэдэу, хэшат. Гум иримыхьу хъыджэбзым и нэкІуи и Іэпкълъэпкъи мастэпэ хуэдиз хэплъа-гъуэртэкъым. Пщащэм гъэпщкІуауэ плъэгъуитІ-щы къызэрыхуи-дзам Атэбий гу лъитащ.

  • Иджы зы лъэІу фхузиІэт, си щІалэхэ,— тІуми еплъурэ за-хуигъэзащ фызым.— Сэ сылІэжыху фи щІыхуэ стелъынущ...

  • Апхуэдэу жумыІэ, ди анэ,— къэпсэлъащ Айтэч.— Анэм зэи быным и щІыхуэ телъкъым икІи телъынукъым. Дэращ ди гъащІэ-кІэ фи щІыхуэ зытелъри, уигу къыпылъэдар къыджыІэ, сэ къыс-лъысу слъэкІ къэзгъэнэнкъым.

Атэбий псынщІэу и гъусэм хуеплъэкІащ. Фызым абы гу лъи-мытэу къэнакъым. «Мыр нэхъыжьу къыщІэкІынщ,— егупсысащ цІыхубзыр.— Я теплъэкІэ зы махуэм къалъхуам хуэдэу зэщхь-ми, и зыІыгъыкІэкІи, плъэкІэкІи, псэлъэкІэкІи мыр бгъэнэхъы-жьынущ. Нэмыс зэрыхэлъыр нэрылъагъущ». Адыгэр аратэкъэ, цІыхум лІыгъэ, нэмыс хэлъмэ, абы и пэ зыри кърагъэувэртэкъым.

  • Фэри фыгъуэгурыкІуэщ,— пищащ бзылъхугъэм,— дыгъэми иригъэзыхащ, мыгувэу пшапэ зэхэуэгъуэ хъунущ. ГузэвэгъуэкІэ фемыжьамэ, щхьэлъащІэм и хьэтыркІэ сыныволъэІу, фынысхуе-благъэ, си ерыскъым фысхухэІэбэ.

  • Гъуэгу дыщІытетыр, пэж дыдэу, гузэвэгъуэщ, ди анэ, ауэ дыныдыхьэу уи ерыскъы дыхэІэбэныр ди дежкІэ щІыхьышхуэщ, икъукІэ фІыщІэшхуэ п/худощІ. Уэ, Айтэч, мы тІур къуажэм нэгъэ-сыж, гу гуэр бгъуэтмэ, елъэІуи къэху. Сэ апщІондэху пхъэ зэ-хуэсхьэсынщ.

  • Ар къункъым,— идэркъым бзылъхугъэм,— дэ къэтщыпа тІэкІур здэтхьынщ, фэ сыт гугъу фыщІедгъэхьынур?

— Хьэуэ, ди анэ, жылэм емьжІу дыкъебгъэщІыну ара? Дэри ди лъэІур тхуэвгъэзащІэ. ФыкІуэ, сэ си ныбжьэгъум сыпэплъэнщ.

Атэбий шыр иришажьэри мэзым хыхьащ. Айтэч и шыр Іум-пІэкІэ иІыгъыу, зэанэзэпхъум лъэбакъуипщІ хуэдэкІэ я ужь иту къуажэмкІэ иунэтІащ. ЕщІэнокъуэм и шым лъахъэ ирилъхьэри, пхъэ къищыпу езыр мэзым хыхьэжащ. Сыхьэт дэкІатэкъым абы зы гулъэу къыпхуэмышэн пхъэ гъур къыщыхилъэфам. Айтэч выгу-кІэ къэкІуэжри пхъэр иралъхьащ, Атэбий и шым шэсыжри къуа-жэмкІэ яунэтІащ.

— НэмыукІытагъэкІэ къеІысхащ выгур,— жиІащ Айтэч, бгъу-рыту кІуэ и ныбжьэгъум къеплъурэ.— Си шыр шэсыпІэу измылъ-хьэу къызитакъым.

— ЩыІэщ апхуэдэхэри,— хьэлъэу хэщэтыкІащ Атэбин.— Сыт нетІэрей щІалэ цІынэр зыхуэныкъуэр? Адыгэ пщащэ дагъуэншэр игъэулъиину ирихьэжьащ. Уэ, итІани, Іэщэ зехьэн хуейкъым жы-боІэр. Іэщэ пІыгъыу пхузэгъэзэхуащэрэт иджырей дунейр. ХьэкІэ-кхъуэкІэ сэфэтым ихьэу хуежьащ цІыхухэр. Си лъэпкъ, уи лъэпкъ ящІэжкъым, езым ифІ хэлъмэ, къоплъынукъым.

  • Хьэуэ, Атэбий, цІыху псори апхуэдэкъым. БзэІэфІагъым, гуапагъэм къимы.хьар Іэщэм къихьынукъым. Сыт нобэ а уи Іэ-щэм фІагъыу ищІар? И тхьэкІумэкІапэр пыбупщІри и хьэзыры-лъэм иплъхьэжащ, абы ныбжьыщІэр нэхъри игъэгубжьынкІэ мэхъу.

  • Игъэгубжьмэ, етІуанэу ди хабзэм къемызэгъын ищІэу сы-хуэзэмэ, тхьэкІумэр зэрыщыту тезупщІыкІынщ. Ари мыхъурэ...

  • Уеуэнщи уукІынщ,— фэрыщІу пыгуфІыкІащ Айтэч.— Апхуэдэуи ирехъу. АдэкІэ-щэ? Зы мэл щІакъуэ хъуащ жыпІэу мэлищэр быукІыну?

— Апхуэдэу зыми жиІэркъым, Айтэч,— нэщхъыцэу еплъащ и ныбжьэгъум Атэбий. «Мы щІалэм и лІыгъэ мызэ-мытІэу згъэ-унэхуащ, гурыщхъуэ хуэсщІакъым къэрабгъэу,— гупсысэрт Атэ-бий.— Е и ныбжьыр илъэс тІощІрэ плІым ебакъуэу хэт ищІэ-ри и къабылу, дунейм цІыхуу тетыр жумарт хъуа и гугъэу пІэ-рэ, псапэ щІэн фІэкІа Іуэху ямыІэжу? Сыту зэман куэдыщэ хуей абы иджыри, сыту бэлыхь Іэджэ цІыхум и фэ дэкІыну уэркъымрэ лъхукъуэлІымрэ зы Іэнэм здэтІысу яку илъ зыжраІэн щхьэкІэ. Уэ нэхърэ нэхъыфІ къимылъхуам, нэхъ лІыгъэ, нэмыс, хабзэ зыхэ-мылъым шыбгъэм укърилъхьэмэ, сыт абы къыхуэщтапхъэр?..»

  • Дыкъэсащ,— жиІащ Айтэч.

  • Ар тэмэмщ, дыкъэсащ,— и гупсысэм пищэу пидзыжащ Атэбий.

Чий куэбжэр Іуалъэфри, выгури шури пщІантІэшхуэ гуэр ды-хьащ. Атэбий шым къепсыхри, шыр Іуэм иришащ, шхалъэ хъу-рейм ирипхри, зимыІэжьэу къикІыжащ. Айтэч пхъэр иридзри, выгур я гъунэгъум иритыжащ, и шыр ІумпІэкІэ къыдишыжри, Атэбий и шыр зэрыт Іуэм иришэри къигъэзэжащ. Хъыджэбзым жэз тас къабзэ дыдэ, жэз къубгъан къыщІихауэ щытти, тІуми за-ригъэтхьэщІащ, заригъэлъэщІыжри, хьэщІэщым и бжэмкІэ и Іэр ищІащ: «Фынеблагъэ». Унэр унэ лъахъшэ кІыхьт, пырхъуэ кІыхь Іуту, унащхьэм къамыл телъу. Щхьэгъубжэ цІыкІу хэгъэмбахэм абдж зыхэмылъыж нэхэр иІэт, тхылъымпІэ гъуабжэ тхьэвкІэ ІугъэпщІауэ. ЗыщІыхьа пэшыр гурыхьу къабзащэт: ятІэ лъэгур чэщейм хуэдэу пхъэнкІат, псы зэреутхыгъащІэр къапщІэу псыІэт. Блыным щІакІуитІ фІэдзат, зыр фІыцІэт, адрейр хужьт. ЩІакІуэ хужьым и гъусэу тырку джатэ дэгъуэ фІэлът, мазэ ныкъуэм хуэ-дэу къуаншэу, абы и лъабжьэм къэжэр фочыжь дыдэ щыфІэдзат. Фочыр зэман Іэджэ щІауэ ягъэуауэ пщІэнтэкъым. ЩІакІуэ фІы-цІэм адыгэ къамэ фІыцІэ хэплъагъуэрт. Ар зэрыкІэрыщІа бгыры-пхым къелэлэх дыжьын мывэупцІэхэм, мылыдын папщІэ, саут те-гъэлъэдат. Абы и лъабжьэм щыфІэдзат адыгэ сэшхуэрэ зы ержыб фочрэ. Фочыр икъукІэ зэгъэпэщат: и лъэдакъэхэри фочыпэри ды-жьынкІэ гъэщІэрэщІат, тхыпхъэ дахэхэр телъу. НаІуэт мы пэшым щІэлъ Іэщэ-фащэхэр лІыгъэ зыхэлъа гуэрым ейуэ зэрыщытар. Блын ещанэм адыгэ саур уанэ фІэлът, шхуэри къелэлэхыу. Абы и лъабжьэм щІэт Іэнэ лъакъуищым фэм зэрелэжь Іэмэпсымэхэр телът: дыд, фэдэн, фэиш, сэ, лэныстэ, нэгъуэщІхэри.

Бжэр къыІуихри лІы хэщІыхьа, лІы къекІу къыщІыхьащ. Мест вакъэ фІыцІитІым къыщыщІэдзауэ тхьэмахуитІ щынэм и фэм къыхэщІыкІа и адыгэ пыІэм нэс и Іэпкълъэпкъым емыкІуу зыри щыгътзкъым, и бгыр, уэркъыбг хуэдэ, адыгэ бгырыпх бгъузэкІэ щІэкъузат, абы кІэрылъ дыщэ къамэр Іэпщэ сэмэгукІэ мащІэу иришэхт. ЛІыр нэгуфІэт, лІыгъэ зэрыхэлъым и нэщэнэу и жьэ-пкъыпэ мащІэу дыкъуакъуэр нэм къыІуридзэрт, и нэ дахитІыр ягъэпщкІу жыпІэну набдзэ кІыхьхэр и напІэм къытелът.

— ФІэхъус апщий, ЕщІэнокъуэ и къуэ! — гуапэу сэлам къри-хащ абы Атэбий.— Лъапэ махуэ мы ди шыпхъу тхьэмыщкІэм деж къипхьауэ тхьэм къыщІигъэкІ. Уэ уи лІыгъэм и хъыбарыр жыжьэ щоІу, зэ фІэкІа узмылъэгъуами, си гъащІэкІэ усщымыгъу-пщэжыну си гущхьэм укъытенащ. Уэри, Айтэч, ущІалэу ныбжьэгъу телъыджэ бгъуэтащи, ар зыгъэпэжын тхьэм уищІ. ФытІысыж.

Щыри тІысахэщ. Зы дакъикъэ хуэдэкІэ щымащ.

— Зэхэсхащ а еІуящІэм напэтех ищІар. Фэ мыхъуамэ, хэт жи-Іэфынт а бзаджэнаджэм ищІэныр.

Бжэр къыІуиудри хъыджэбзыр унэм къыщІэпкІащ.

— Мо шытхымкІэ...— Іэ ещІ абы.— Мо шытхымкІэ шу гуп къожэх. А нобэрей шу хужьыр яхэтщ.

Щыри къыщылъэтри зэплъыжащ.

  • ЩІы унафэ, Атэбий,— жиІащ лІы къыщІыхьам.

  • Уэ унэхъыжыц...

  • Уэ ушу пашэщ. Домыгъэгувэ.

— Тэмэм.— Ежьащ ЕщІэнокъуэр.— Къуажэм къыдэдгъэхьэн-къым. Дапежьэнщ. Уэ...

  • Бей-Мырзэщ сэ къызэрызэджэр.

  • Уэ, Бей-Мырзэ, уи шы-уанэ зэтелъ?

  • Хьэзырщ.

  • ФынакІуэ-тІэ.

Шыхэр псынщІэу уэрамым ІумпІэкІэ дашри шэсахэщ. Нэ-гъуэщІ зы псалъэ зыжрамыІэу ипщэкІэ драгъэзеящ. Апхуэдэм деж адыгэр куэдрэ чэнджащэркъым, щхьэж ищІэныр ищІэжт: къыптеуа уи бийр хэгъэщІэн, уи ныбжьэгъум лей къытемыхьэн папщІэ, кІэлъыплъын. Бийм хуэкІуэ шур ажалым егупсыстэкъым, и гум илъыр зыт — мыбы сиукІыну къокІуэри, сэ ар япэ сыукІын хуейщ, жиІэу арат.

Шу гуп къакІуэм пщащэр езыхьэжьа щІалэр яхэттэкъым. Къуа-жэм дэжа шууищыр, ялъагъур я фІэщ мыхъуу, къэувыІащ. Шы пщІэгъуалэм тес лІы хэкІуэтар зи пашэ гупыр къэсри, лъэба-къуипщІ-пщыІкІутхукІэ къабгъэдэмыхьэу иувыкІауэ щытщ. ЛІы хэкІуэтам къамышыр зыІэщІэлъ и Іэ ижьыр иІэтри и щІыбагъ щызэпсалъэхэр увыІащ, шхуэмылакІэр нэхъ хуит къищІри, шыр хуэмурэ къежьащ. Атэбий гу лъитащ шыбгым исыр зэрылъагэм. «Фошыгъубжьэм хуэдэу зэфІэсщ,— егупсысащ Атэбий.— И зыІы-гъыкІэкІи, и фащэкІи, и ІэщэкІи, ишкІи — псори уэркъ нэщэнэщ. ЗэуакІуэ къэкІуауэ щытамэ, алъандэрэ зыкъыдадзынт. Сыту пІэ-рэ ягу илъыр?»

Шур ЕщІэнокъуэм деж къэсри, и нэкІум щыщ зы лъынтхуэ мы-хъейуэ, нэкІэ мащІэу къыхуэгуфІащ.

  • ФІэхъус апщий, ЕщІэнокъуэ и къуэ,— жиІащ абы макъ гурыхь дыдэкІэ. Шум ижьырабгъумкІэ къыбгъэдыхьэри сэлам гуапэ кърихащ. — КІэмыргуей укъихьауэ унытхуемыблагъэу укІуэжмэ, ди жагъуэ хъунщ. Сэри фи хэкумкІэ сыщыІауэ дыгъуэ-пшыхьт сыкъыщысыжар. Зэхэсхащ уи Іуэху зытет, уэлэхьэ, гузэ-вэгъуэшхуэтэм, Іуэхур щІэна тхьэм имыщІкІэ.

  • Гузэвэгъуэншэ тхьэм уищІ, уи лъэпкъи, уи щхьи,— мащІэу я щхьэр игъэщхъащ Атэбий.— Деблэгъэнуи апхуэдэ гукъыдэж диІэкъым, фІыщІэ ин пхудощІ.

Атэбий къепсалъэр ицІыхуртэкъым. И гъусэхэм еупщІыни мэукІытэ. Айтэч иджыпсту и щхьэр фІиудыжырт нетІэ гупитІыр зэлъэмыІэс щІыкІэ шухэм я пашэу къакІуэр зэрыримыгъэцІыхуам щхьэкІэ. Япэу — щыми я щхьэ илъар, къахуэкІуэхэр къезэуэну къилъмэ, жэуап зэрыратыжынурщ. ЕтІуанэу — Айтэч и гущхьэ къэкІыжакъым Атэбий КІэмыргуейм зэрыщымыщыр. Иджы абы и гуращэр зыт: емыкІу къимыхьу мо зэпсалъэхэм езыми псалъитІ-щы яхидзэну, Атэбий къепсалъэм и цІэ, и унэцІэ къыхэщу. Ари Іуэху тыншкъым, ауэ ныбжьэгъур зэрыува вакъэ зэвым зыгуэр хуэдэурэ къишыжын хуейт. Шур Айтэч фІы дыдэу ицІыхурт, я деж куэдрэ щыхьэщІат, шэч хэмылъу, а пщащэр езыхьэжьа щІа-лэр мыбы и къуэу къыщІэкІынут. Я нэгу зэлъыІухари, я псэлъэ-кІэри, псом хуэмыдэу, я натІэ лъагэхэмрэ я нэ къуэлэн дахэхэмрэ зы цІыхум ейуэ фІэкІа пщІэнутэкъым, а тІур зэ зылъэгъуам и нэ къыІуимыдзэу къэнэнутэкъым лъыкІэ зэрызэпэмыжыжьэр. Атэ-бии абы гу лъитат, ауэ епІэщІэкІыну апхуэдэ хабзэ щыІэтэкъым, къэкІуар езы шуращи, зыхуейр жиІэнщ, щхьэ езыр япэ илъэдэн хуей. Атэбий щІыпІэ жыжьэ къикІа хьэщІэми, мы къуажэм дэсу шур къэкІуащ. Шум къуажэр ейуэ щыщымыткІэ, иригъэблэгъэну зи къалэныр Атэбийщ, е адрей и гъуситІырщ. Ижь-ижьыж лъан-дэрэ еблагъэ жызыІэну зи пщэ къыдэхуэр бысымыращ.

Айтэчи Атэбии щІэгузавэр зы дакъикъэм шум къикъутащ.

— Мы уи ижьырабгъумкІэ къыщытыр Темзэгъу Іиляс и щІа-лэра жызоІэр,— къеплъащ шур Атэбий.

— Тэмэм,— ищІащ и щхьэр ЕщІэнокъуэм.

  • Хьэмэ къилъхуа,— гушыІэми къыхуэхъущІэми къыпхуэмы-щІэу жиІащ лІы хэкІуэтам,— шыгъупІастэ мащІэ щысшхакъым фи деж, мащІэрэ дыкъыщыфакъым. Иджы сыпщыгъупщэжауэ ара?

  • Дауэ усщыгъупщэжын, Пщымырзэ? — МащІэу пыгуфІы-кІащ Айтэчи.— Сэ къыстехуэртэкъым япэ силъэдэнуи...

  • Аращ, ЕщІэнокъуэ и къуэ, мыбы и адэ Іиляс езым хуэ-дэу и бынри игъэсащ: нэмыс яхэлъу, лІыгъэкІэ зыми емыхъуапсэу. Сэ си жылэр мо бгым адэкІэ, дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкІэ къы-кІэрысщ. Жылэм срапщщ, си унагъуэцІэр Тхьэпщокъуэщ, си цІэр, зэрызэхэпхащи, Пщымырзэщ. ЛъэпкъкІэ дэ дышапсыгъщ, ауэ ди адэжьхэр куэд щІауэ КІэмыргуейм къэІэпхъуэжауэ дыщопсэу. Мыхэри,— ищІащ абы и Іэр и щІыбагъым къыдэт шухэм я деж-кІэ,— ди хьэблэщ, си ныбжьэгъухэщ. Моуэ тІэкІу дыщакІуэу, уи

хъыбар зэхэтхати, дыкъэкІуат тлъагъунщ, тхуеблагъэмэ, едгъэ-блэгъэнщ жытІэри. Уэ пхуэдэ КІахэм куэдрэ къихьэркъым, ди гуапэт зы жэщ дыббгъэдэсамэ.

— Ар псори дэгъуэт,— къэпсэлъащ иджыри къэс зы псалъэ жимыІэу щыта Бей-Мырзэ,— ауэ, зи щІыхьыр нн, Атэбий и Іуэхур зытстыр уощІэ, ар ефакІуэ, къэфакІуэ хэт хъунукъым икІи пхухы-хьэнукъым. Апхуэдэу щыщыткІэ, хьэщІэ ихьэгъуи хъуащ, си шыпхъу и Іэнэ ухуащ, фынеблагъи зы сыхьэт фыкъытхущыс. Атэ-бий зыгуэрхэмкІэ феупщІынуми, езым къехъулІа гуэрхэр жевгъэ-Іэжынуми шыгъупІастэ Іэнэм и деж нэхъ къезэгъ щыхъунщ.

Псори абыкІэ акъылэгъу хъуащ. Пэжщ, Пщымырзэ хабзэм щхьэкІэ тІэкІуи и жагъуэ ищІ хуэдэу, тІэкІуи зигъэгусэ хуэдэурэ зрилъэфыхьащ, ауэ а псоми фэрыщІагъ хэлъу Атэбий къыфІэ-щІащ. ИкІи щыуакъым. Шыхэр Іуэм ит шхалъэ хъурейм шрапхым Бей-Мырзэ зыкъыбгъуригъахуэри Атэбий къыжриІащ:

— Мы Пщымырзэ и Іуэхур, гъащІэр хъыбар дахэм хуэдэу къекІуэкІащ. Мыбы и адэшхуэр Бэлэтокъуэхэ я хьэиху-бжэхуэщІу щытащ. Езы Пщымырзэ дыдэм и адэри апхуэдэу щытурэ Бэлэто-къуэ Кургъуокъуэ абы лІакъуэлІэш цІэр къыфІищри къуажэ цІыкІу гуэр иритащ, а къуажэм япщ ищІри я унагъуэцІэмкІэ а жылэм еджэну хуит ищІыгъащ. Уэ уощІэр лІакъуэлІэш цІэм и гъащІэм щІэнэцІа лъхукъуэлІыр, ар къыІэрыхьа нэужь, зэрыхъур. И бзэр дахэ щхьэкІэ, и бзэгур шэрэзщ абы...

Айтэч псынщІэу тас, къубгъан къищтэри хьэщІэхэм жыг лъа-бжьэм защригъэтхьэщІащ. НапэІэлъэщІ иІыгъыу адэкІэ къыщыт пщащэм напэІэлъэщІ къабзэр къыІихри, заригъэлъэщІахэщ. Псо-ри хьэщІэщым щІыхьащ.

— Тас-къубгъан Іузыхыжа пщащэ телъыджэр бысымым ей жы-зоІэ? — щІэупщІащ Пщымырзэ.

— Тэмэм,— жиІащ Бей-Мырзэ — си шыпхъум и бын закъуэщ.

  • НасыпыфІэ тхьэм ищІ, нэмысыфІэщ — къызэхиплъыхьащ гупыр, пэшым щІэс дэтхэнэ зыри игъэунэху хуэдэ.— И адэр дэнэ щыІэщ жыпІа?

  • И адэр... Уэлэхьэ, абы и адэр хуабжьу кІуэдыкІейуэ кІуэ-дамэ,— щэтащ Бей-Мырзэ. Бысымым и дэлъхум и къегъэжьэкІэм-кІэ, и щытыкІэмкІэ псоми къащІащ узэдэІуэн хъыбар зэрыжиІэ-нур икІи псоми я гупэр Бей-Мырзэ дежкІэ ягъэзащ. Атэбии, ипэ-кІэ мащІэу зригъэщІри, адэкІэ жиІэнум хуэпІащІэу и нитІыр къилыдыкІащ. Пщымырзэ зыщІэупщІа дыдэр езыми мы унагъуэм къызэрихьэрэ, и бзэгум кІэрахъуэу телът, ауэ къригъэкІуатэкъым щІэупщІэну. Дэтхэнэ зы упщІэми щхьэусыгъуэ иІэн хуейщ. Адыгэм емыкІушхуэ укъищІынут иджыпсту гупым яІурылъ псалъэмакъым а уи упщІэр къытемыкІауэ, джэджьей гуп бабыщ шыр яхэбдза хуэ-дэ, къемызэгъыу псалъэ хэбдзэу щытмэ. ДауикІ, Атэбий хьэщІэ-щым япэу къыщыщІыхьам къыгурыІуат блыным фІэлъ Іэщэ-фа-щэр бысым бзылъхугъитІым хабзэм щхьэкІэ зэрыфІамылъхьар. ИтІани, зыгуэрым ущІэупщІэн щхьэкІэ абыи, иужькІэ умыукІытэ-жыну, щхьэусыгъуэ иІэн хуейщ.

— СощІэ псори хъыбарым фыкъызэрыпэплъэр, ауэ мо бжэм и деж шхыныр къахьауэ щытщи, уэ, Айтэч, унэхъыщІэщ, зы щІа-лэ зыщІыгъуи, къеІых.

ДакъикънтІ-щы нэхъ дэмыкІыу Пщымырзэ пхъэ фалъэ абра-гъуэм из фо махъсымэ къыІэщІагъэуващ. Пщыр уардэу къызэ-фІэувэри, и инагъыр, дэгъуагъыр гупым яригъэлъагъу хуэдэ, щыт псоми я шхьэщыгу къиплъэ нэхъ умыщІэну, Іэнэм пэрытхэр къы-зэхиплъыхьащ.

  • Унагъуэ дызэрысыр, я унагъуэцІи ящхьи дымыцІыхуми, лъэщ ди тхьэм ищІыну солъэІу.

  • Іэмин.

  • Нобэ лъэпощхьэпо зыхэтхам нэхъ Іей хэмыхуэу, хэхуэми, апхуэдэу дахэу.я гукъеуэр тэмэм хъужу тхьэм игъэпсэу.

КъомыкІуу щытми, Атэбии, Бей-Мырзи, Айтэчи зэплъыжахэщ. ЗэрыжаІэнур ямыщІэу щыми ягъэщІэгъуащ зэхахар. Пщымырзи абы гу лъимытэу къэнакъым, ауэ зыри къэмыхъуа хуэдэ махъсы-мэм ІубыгъуитІ-щы хифыкІри, фалъэр ІитІкІэ Бей-Мырзэ хуи-шиящ.

— ИкъукІэ махъсымэ дэгъуэщ. Убыд, Бей-Мырзэ. Бей-Мырзэ къэІэбэри фалъэр ІитІкІэ Іихащ, пщыр тІысыжа

нэужь, мащІэу зигъэпсчэуІури, жиІащ:

— Пщы зэрыхьэ бей мэхъу, жаІэ, Пшымырзэ, уи пщыгъуэр тхьэм кІыхь ищІ, зомусыгъуэджэу нобэ мы тхьэмыщкІэм и уна-гъуэ укъызэрихьар пщІэуэ абы игъащІэкІэ ирикъунщ. Лъэпощхьэ-поуэ къэхъугъэшхуи щыІэкъым, Пщымырзэ, щІалагъэ-делагъэщ, ар псори тэмэм хъужащ.

  • Хъуити ар, щІалагъэ-делагъэ! — хэлъэтащ пщым и пащІэ-кІитІыр. и щхьэр иримыхьэкІыу хъуахъуэм и дежкІэ и нитІыр ирихуэкІащ

  • Дэ аращ хэтщІыкІыр,— дришеящ и дамэр Бей-Мырзэ,— уэ нэгъуэщІу пщІэмэ, къыджыІэ, дынодаІуэ.

Пщымырзэ лей зэрыжиІар къыгурыІуэжри, и щхьэр мащІэу ирихьэхащ. «Хьэуэ, хьэуэ, жыІэ адэкІэ»,— къигурымри. Іэ сэмэгу-кІэ къамэ Іэпщэр иубыдыжащ. Фадэ гуащІэ ІубыгъуитІ-щыр и щхьэм дэуея, е лъхукъуэлІыр, езыр зэрефа фалъэр иІыгъыу къы-зэрыщхьэщытыр щхьэжэ щыхъуа, щызэхуэза дакъикъэм жиІэну игу илъар иджыпсту къыфІыжьэдэкІащ Пщымырзэ. ЩыжыІэ-пхъэм пхужымыІа псалъэхэмкІэ иужькІэ удалъэкІэ сыт и мыхьэ-нэж, зэманыр бутІыпщамэ, апхуэдэ къаруи пщІэи иІэжкъым. Пщым фІыуэ ищІэжырт и гъусэхэм яжриІар: «Си къуэм и тхьэ-кІумэм лъыуэ къижам хуэдиз къыщІэзнэнкъым ар апхуэдэу къе-зыщІам! — кІийрт ар, и шыр къуажэмкІэ къиунэтІурэ.— Пщым илъ зыщІэжынур, сэ пэжкІэ къызбгъэдэтыр си ужь фыкъиувэ! Но-бэ хуэдэ зы махуэщ сыадыгэкъэ щІыжаІэр!» ЩакІуэ здэщыІэм шууиплІ и гъусэти, плІыри и ужь къиуват. И къуэри къилъат, ауэ адэм и шыр пхэщІкІэ къигъэтІысу къыжьэдикъуэри, къамышыр хуигъэдалъэурэ, жьэхэкІиящ:

«Гъази кІуэж, хьэмэ къилъхуа! Уи тхьэкІумэ къэнэжар пеб-гъэупщІыну ухуэпІащІэрэ? Е, лІо, тхьэкІумэншэ къытфІебгъэщы­ну ара?» И щхьэр егухауэ щІалэм игъэзэжащ. Шу гупым зрачри, къуажэмкІэ щІэпхъуащ.

Пщымырзэ фэкІэ зищІ щхьэкІэ Атэбий апхуэдэу гъунэгъуу и цІыхугъэтэкъым. Зэхихат и хъыбар. Къэбэрдей хэкум уихьа нэужь ЕщІэнокъуэхэ я хъыбар къыбжезыІэн гъунэжт. И адэ Къубатии, езы Атэбий дыдэми я лІыгъэмрэ щытхъумрэ дыщэ Іуданэу кърахьэкІырт, Джылахъстэней унэмысуи. МыдэкІэ Шэр-джэсым укъакІуэрэ Инжыдж псыхъуэ удыхьамэ, абы етІысэкІа къуажэхэм таурыхъым хуэдэу щыжаІэжырт зэадэзэкъуэм я хъы-барыр. НетІи, шу гупым и пэ иту къыздэжэм, Пщымырзэ зэгупсы-сыр зыт: «НыбэщІэузым ихьын щІалэжь цІыкІу, дэни къибух мы щыблэм къыхахар? ШууипщІыр зы къыщымыхъуу ириупщІыкІыу жаІэ а Атэбийм. Дэ тхущ дызэрыхъур. Зыпытшэн, зыпыдмышэн? Гъуси иІэу жиІащ. Абы езым хуэдэ зыгуэр и гъусэжмэ, пщым и шыр ІумпІэкІэ къыдашэжащ, уанэгу нэщІу, жаІэнкъэ... Дгъэзэ-жын?.. Дгъэзэжми мы си гъусэхэм сыт жаІэн? Шынащ жаІэнщ, си напэр трахынщ. Сыти уи пшыгъуэж итІанэ?..»

Иджыпстуи, Іэнэм щекІуэкІыр къыфІэмыІуэхуу, йогупсыс Пщымырзэ къэхъуам. Къуажэм къэсыху абы шэч къытрихьакъым лъы зэригъэжэным, и пщы напэр зэритхьэщІыжыным. И къуэм апхуэдэ напэтех къезыщІам илъкІэ... Ауэ, зэбгъурыту, я сэшхуэхэр пцІанэу я куэ ижьым деж щедзыхауэ щаІыгъыу къуажэбгъум щиувыкІа шууищым щаІущІэм, Пщымырзэ Іэнкун къэхъуащ, «УкъимыкІуэтыж, зиусхьэн, е дылІэн, е дылІын!» жызыІа и гъусэм нэщхъкІэ епыджри, иджыри къэс зэгупсысар, и гум къыщызэры-дэхьеяуэ зымыгъэбауэу щытар, гъуэгущхьэ сабэу тІысыжащ...

  • Зиусхьэн, бжьэр зэ къекІуэкІащ,— къыхшнащ пщыр гупсы-сэм Бей-Мырзэ — убыд фалъэр, къыджыІэ зы псалъэ.

  • Хьэуэ,— жиІащ Пщымырзэ къэтэджыжурэ.— Фи ерыскъыр убагъуэ, дэ дежьэжынщ. Ди гуапэ хъунут Атэбий зы жэщ тхуэ-хьэщІатэмэ, ауэ мыхъуну щыжиІэкІэ, сыт тщІэн, и Іуэхур къыд-гуроІуэри псынщІэ тхьэм щищІ. ФынакІуэ.

Атэбии хигъэзыхьакъым. «Пщым и Іуэху зытет езым нэхъ ещІэж, дэ сыт хэтщІыкІрэ абы?» — жиІэри къэтэджыжащ. ЩІалэр зэи тегушхуат Пщымырзэ и къуэм ирищІам щхьэкІэ и жагъуэ имыщІыну елъэІуну, ауэ, егупсысыжри, зыри жиІакъым. «Езым зыри щыжимыІэкІэ, сэ дэнэ щысщІэрэ ар абы и къуэу? Пэжщ, езы Пщымырзэ «хъунти ар, щІалагъэ-делагъэ» жиІэу къызэри-лъамкІэ зиумысыжащ, ауэ, итІани, къекІуркъым тхьэбзэ зиздзар уи къуэ жыпІэу нэхъыжьым уеупщІыну. Шэч хэмылъу, пщыр къы-щІэпхъэрар сэ сыкъилъагъуну, сригъэблэгъэну, хьэмэрэ Бей-Мыр-зэрэ Айтэчрэ шэджагъуашхэ дищІыну аракъым. Апхуэдэу щыщыт-к.Іэ, щхьэ зыгуэр жимыІарэ? Къытщышына? КъытщыукІыта?..»

  • НэхъыфІкІэ тхьэм дызэхуигъазэ, Атэбий— жиІащ Пщы-мырзэ, шым шэсыжа нэужь.

  • Ныщхьэбэрей ди Іуэхум Іей хэлъа хуэдэкъым, зиусхьэн,— мащІэу пыгуфІыкІащ Атэбий.

— Ар хэти Іуэхум зэреплъщ. Узыншэу.

Пщым зричри къуажэм дэкІыж гъуэгум теувэжащ. И гъусэхэри абы кІэлъыщІэпхъуащ. Мыдрейхэр, псалъэ жамыІэу, куэбжэпэм и деж щытащ шу гупыр къуажэ гупэм къеуалІэ шытхым дэжейуэ абы и щІыбым игъэпщкІуху. Чы набжэр хуащІыжу хьэщІэщым щІыІхьэжа нэужь, куэд дэмыкІыу бысым бзылъхугъэр къы-щІыхьащ

  • Шхыныр упщІыІужащ,— укІытапэу къригъэжьащ фызым.— Фи шхэнри зэпаудащ. Шхын пщтыр тІэкІу...

  • Хьэуэ,— идэркъым Атэбий.— Уи ерыскъыр убагъуэ. Жэщ хъуащ, дэри дежьэжынщ, гъуэгуанэ къытщІэлъщ.

  • Ар дауэ хъун, на-а? — и ІитІыр и бгъэм трилъхьащ бысы-ммм.— Жэщ кІыфІым я бий дахужыркъым, фэ къысхуэфщІамкІэ дауэ фыдэзгъэкІын, апхуэдэ хабзэ?

  • Уэлэхьэ, мыхабзэ! — къилъащ Бей-Мырзи.— Жэщ кІыфІым ухэплъэу дауэ гъуэгу утеувэжын, зиунагъуэрэ! УкъызыдэкІыжа жылэм цІьиху дэсыжтэкъэ, жаІэнщ.

— Дауэ уеплърэ, Айтэч? Зыри жыпІэркъыми.

— ЛъаІуэр бзылъхугъэщ, абы пшэрыхь хущанэ,— жиІащ Ай-тэч, нэху мы'бы къыщекІым нэхъ зэригуапэр къапщІэу.

— Ирехъу апхуэдэу — акъылэгъу хъуащ Атэбии.

— Хъыджэбзыжь цІыкІур, Іэминат, ди гъунэгъум яшащ хьэ-гъуэлІыгъуэм. Ныщхьэбэ ар утыку гуащэу хахащи, джэгур и пщэ дэлъщ.

  • Хэтхэ хьэгъуэлІыгъуэ зиІэр? — щІэупщІащ Бей-Мырзэ.

  • Шышэ Къэнэмэт и къуэ курытым, Андулэхь, къишащ.

  • Къэнэмэт и нысэ нэхъыжьри абазэ жызоІэ? — йоплъ Бей-Мырзэ и шыпхъум.

  • Абазэщ, Лоухэ япхъущ. Хьэжрэтым къришащ. Езы Къэнэ-мэти абазэщ, ауэ и адэр мыбы къэІэпхъуэжри кІэмыргуей хъужащ.

—Лоухэ ди дежкІи щыІэщ,— жиІащ Атэбий.— Ауэ абыкІэ щы-Іэхэр къэбэрдейуэщ зэрытщІэр. Тенджыз Іуфэ дыздэщыІам Ло-къуажэ дыдыхьат-тІэ. Абыхэм дышапсыгъщ жаІэ. Хьэжрэтым щы-Іэхэр абазэхэщ.

— Ахэр псори зыщ къызытехъукІар,— къэпсэлъащ Бей-Мыр-зэ,— ауэ я лъабжьэр дэтхэнэрами бжесІэфынукъым: къэбэрдей, шапсыгъ, абазэ? Дауэ щымытми, зы псалъэкІэ жыпІэмэ — адыгэщ. Абазэхэм хъыбар гъэщІэгъуэн куэд яІэщ. Куэд къащощІ абыхэм... Уэ, Дадыху, махъсымэ къытхуэхь, сэ ди хьэщІэхэм зы хъыбар яжесІэнщ абазэхэм теухуауэ... НтІэ, йоуэри абазэ щІалищ абэзэхэхэм я деж къокІуэ шыдыгъу. Фи дежкІэ, Атэбий, шэшэнхэр шыдыгъу Іэзэу жаІэр. МыбыкІэ абазэхэр шы дыгъунщ къызыхуалъхур. Абазэм щІалэ цІыкІу къыхуалъхуамэ, япэ дыдэ ирагъэ-лъагъур шэщым и бжэрауэ жаІэ. НтІэ, щІалищым ящІэрт здэкІуэ пщІантІэри, шыр зыщІэт шэщри, ІункІыбзэ етари. Псори ягъэхьэзырат, ІункІыбзэри я жып илът. Хьэм иратыну лы цІынэри къэлътмакъкІэ яІыгът. Сытми, нэсащ, тхьэ узэрелъэІуну, хьэри ягъэбэяуащ, шэщым и ІункІыбзэри дэгъуэу Іуахри, шыр къыкІэратІэтыкІащ. «Зэ фыувыІэт,— жиІащ зым.— Мы ди Іуэхур мыпхуэдэу дэгъуэ щыхъуакІэ, шэщым дыщІэту зэрызэ девгъафэ». Му­хьэмэд бегъымбарым хьэрэм ищІауэ адыгэм иджы ирамыфыж шагъырыр кхъуэщынкІэ яІыгъти, драгъэзейуэрэ гъуэрыгъуэурэ ефащ. Зыр тІэкІу нэхъ гуащІэмащІэу къыщІэкІынти, и щхьэр нэхъ къэутхъуащ, гумащІэ къэхъури, и гъуситІым елъэІуащ: «КхъыІэ, щэху дыдэу зы уэрэд жыдывгъэІэ». Ар къэмыхъуа Іуэхут. Шы къэбдыгъуну укІуауэ, хамэ шэщ ущІэту дауэ уэрэд жыпІэу узэрыувы-жынур? Шыр къыпІэрыхьамэ, кІэбгъу зегъэщІын хуейуэ аратэкъэ? Мобы япиубыдащи, уэрэдыр къыхедзэ. И жьэр яубыдащ, хьэрэм ящІыну жаІащ, къыщІалъэфыжыну хуежьащ, арщхьэкІэ дэнэт! «Даут ди пашэу шы дыгъу дыщыкІуэм» абазэ уэрэдыжьыр къыхидзауэ жеІэ. Иухыху яхуэувыІакъым. Уэрэдым и кум щынэсым модрей тІури дежьууэ щІадзащ. Яуха нэужь, зым шым и ІумпІэр иубыдащ къыщІишыпу, арщхьэкІэ нэхъ щІалэ пІащэ гупыр езышэжьам идэркъым. «КхъыІэ,— жеІэ моргуэрым,— щэху дыдэу зэ къэуал сывгъэгъауэ». И ныбжьэгъуитІыр зэпкърыхуащ, жаІэнури ящІэнури ящІэжкъым. Дауэ къэуал щэхуу зэрыбгъэуэнур? Уэрэд щэхуу пхужыІэми къэуал щэхуу, зыми зэхимыхыу пхуэгъэуэн? Пхуэгъауэмэ, тхьэр нахуэу согъэпцІ. ЩІалэм фІигъэнащи, имыгъауэу адэкІи мыдэкІи яхуэкІуэркъым. «Хъунщ — жаІащ и гъуситІым, зыри къызэримыкІынур къыщащІэм,— гъауэ, ауэ щэху дыдэу». Игъэуащ. Лыр зыуха хьэр, къэуал уэ макъым къигъащтэри къилъащ, шыр зейр, и къуэшыр и гъусэу, къыщІэжащ. Мохэр шэ-щым щІаубыдэри... Мо шагъыр изыфа чэф гупыр быубэрэжьыну куэд хуейт?..

— Уэлэхьэ, къэуал гъэуэкІэ къысхуэмыхъуат ар,— жиІащ ды-хьэшхыурэ Айтэч.

— Тхьэм ещІэ ар абыхэм яхузэхэзылъхьа,— дьмьэшхырт Атэбии.— Иджы цІыхум я жьэм ауан гуэркІэ уажьэдэхуамэ, зэрымытым Іэтищэ ирагъэувэнущ.

ЩІыбым хьэр щыбэнащ. Дадыху къихьа махъсымэр иІыгъыу щытт и дэлъхум хъыбар жиІэр и кІэм нимыгъэсауэ Іэнэм къытримыгъэувэу. Хьэ банэ макъыр зэрызэхихыу, зыкъищІэжа нэхъей, и набдзитІыр хэлъэтри бзылъхугъэм иІыгъ фалъэр Іэнэм къытригъэуващ, «зыгуэр къаджэрэ жызоІэ», — жиІэри бжэмкІэ иунэ-тІащ.

— Сэ сыкІуэнщ,— къэтэджащ Бей-Мырзэ,— сыт уэ жэщ кІы-фІым ущІыщІэкІынур?

— ДыщІокІ мыгъуэм, тхьэ,—къэувыІэжащ Дадыху.—ЦІыхухъу щыщІэмыскІэ...

5

Бей-Мырзэ лІы гуэр щІыгъуу къыщІыхьэжащ. Ар Шышэ Къэ-нэмэт и къуэ нэхъыжь Хьэжмуридт. Атэбийрэ Айтэчрэ хьэгъуэлІы-гъуэм иригъэблэгъэну и адэм къигъэкІуауэ арат. Атэбий зэуэ игу къэкІыжащ бысымым и пхъур хьэгъуэлІыгъуэм зэрыщыІэр. «Утыку гуащэу ар щыхахкІэ, дауи мы къуажэм абы пщІэшхуэ щиІэщ. Ар зы лъэныкъуэщ,—йогупсыс щІалэр.— ЕтІуанэу апхуэдэ пщІэ къуа-жэм ущиІэн щхьэкІэ хабзэшхуэ пхэлъын хуейщ».

Арат джэгур, зезыгъакІуэр: хэт дэтхэнэ хъыджэбзыр къигъэ-фэнуми, фІыуэ зэрылъагъуитІыр къыздигъэфэнуми, нэху щыху зэ утыкум щызэхуимыгъэзэнуми утыку гуащэращ зи ІэмыщІэ илъыр. Джэгур яухыху ар утыкум итщ, къафэурэ щІалэр къыдеш, езыр зыхуей хъыджэбзым ирешалІэри, ар къыдегъафэ. Игу къобгъамэ, къафэм укъытримышэу нэху щыху ущигъэтынкІэ хъунут. Сыкъы-тришэркъым жиІэу джэгур ибгынэу кІуэж щІалэр ауанышхуэ ящІырт, щІэнэкІалъэу илъэситІ-щыкІэ яІэт, е тезыр тралъхьэрти пщыхьэщхьэ зэхэскІэ и щыуагъэр ирагъэпшыныжырт. Апхуэдиз лъэкІыныгъэ иІэ пэт, езы утыку гуащэми тезыр къыщытехуэ щы-Іэт, щытрагъэкІыпи къэхъурт. Ауэ ІэщІэщІа е езыр хуейуэ ищІа щыуагъэм елъытат ар. Абы тезыр тезылъхьэну, нэхъ Іеижыращи, утыку гуащэ къалэныр щхьэщихыну хуитыр къуажэм и нэхъы-жьырат. Арат хэзыхри.

Атэбий куэдрэ игу къокІыж утыку гуащэм теухуауэ къыжра-Іауэ щыта хъыбарыр. Къэбэрдеипщхэм ящыщ Къэсей Щэмаул и къуэ Хьэжысмел зекІуэ щыІэу абы къыщауІэри хьэлъэу къа-шэжауэ щытащ. Мазих-блыкІэ щІалэр хэлъащ яхуэмыгъэхъу-жу. УІэгъэр е екІуат. Зэман дэкІри, Хьэжысмел къэтэджыф, пщІан-тІэм къыдыхьэ хъуа нэужь Щэмаул Къэбэрдей и цІыхугъэ къри-накъым хъыбар зримыгъащІэ. КърихьэлІа нэхъыжьхэр пэшхэм щІэсщ хъыбарыжь, уэрэдыжь жаІэри, йофэхэр, йошхэхэр. Нэхъы-щІэхэр пщІантІэм дэтщ джэгу ящІри. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкІ хъуауэ шу гуэр блэкІырт уэрамымкІэ, джэгур щилъагъум, къэувы-Іащ, пщІантІэм дэтхэм къахэплъэри и шыр къиІуэнтІащ. ЩІалитІ-щы жэри хьэщІэр кърагъэпсыхащ, зым шыр Іуэм иришэри ирн-пхащ, адрейхэм щІалэр джэгум къашащ. Іэгу еуэу зэрыуву хьэ-щІэм и нэм къыІуидзащ утыку гуащэр. Хъыджэбзми мо щІалэ мыцІыху, нурыр къызыщхьэщихым гу къылъимытэу къэнакъым. Гу лъитэн дэнэ къэна, и напІэр къиІэтамэ, щІалэ хьэщІэрат плъа-пІэу иІэр. Къафэр зэриухыу утыку гуащэр къежьэрти, щІалэ хьэ-щІэм и дежкІэ къафэурэ къакІуэрт. ХьэщІэми, «сэращ дишы-ныр»,— жыхуиІэу и бгъэр къригъэкІырт, и пІэм ипыІэжыртэкъым. Ауэ, гуащэр къэсырти, щІалэм щхьэщэ къыхуимыщІу, къыбгъу-рытхэм щыщ гуэр дишырт. Джэгум хэтхэм абы гу лъатащи, зэра-гъэщІэгъуэныр ящІэркъым, зохъуцацэхэр, утыку гуащэм хьэщІэм ирих лейр къагурыІуэркъым. Апхуэдэурэ щэ-плІэ блитхъуа нэужь, утыку гуащэр аргуэру къыщыхуэкІуэм, щІалэм хуэмышэчыжу зы лъэбакъуэ хъыджэбзым пежьэ хуэдэ, япэкІэ ичащ. Утыку гуащэм, къызыфІимыгъэІуэхуу, блитхъури нэгъуэщІ тришэри ежьэжащ. ХьэщІэм и щхьэр къыфІэхуащ. Абы нэхъ напэтех сыт щыІэт! Ла-жьэ зимыІэу джэгум хэт щІалэм убгъэдыхьэу уенэпэуэнри ари тІури зыт. ХьэщІэм и бгъумкІэ пыдыхьэшхыкІ макъ, «къыхури-къуа ар абы» — псалъищыр щызэхихащ. ЗыкъигъэкІэрахъуэри, къамэ Іэпщэр пичыным хуэдэу икъузу Іуэм щихьэм къезыгъэ-псыхауэ щыта щІалитІ-щыр кІэлъихьащ. ХьэщІэм къамэр кърип-хъуэтри зыхиІужыну и Іэр щиІэтым, пхъуэри яубыдащ. Куэдрэ зэрызехьаи а гупыр, мо щІалэ бланэр яхуэмыгъэбэяууэ, удын гъу-Щэ Іэджи къатридзаи, ауэ къамэр къыІэпаудри, зыхрагъэІужа­къым. «Адыгэм фыкъилъхуакъэ,— мэлъаІуэ хьэщІэр— фыкъэ-зылъхуам хьэтыр иІэжмэ, мыпхуэдиз напэтехыр си плІэм дэлъу мы пщІантІэм сыдэвмыгъэкІыж. Си пІэм фиувэт дэтхэнэ зыри, фэ фхуэшэчыну ар?.. Сыхуейкъым зы сыхьэт сыпсэужыну».

— Хэт апхуэдизу мы гъащІэ дахэр зыужэгъуар? — зэхех цІыхухъу макъ. Къаплъэмэ, унагъуэр зей Щэмаул «ьэщІэ гуп и гъусэу Іуэху яІэу Іуэм къихьащ.— Сыт мы къамэ пцІанэ фІыгъри?

Нэхъыжьхэм Іуэхур зытетыр жраІащ. Мо лІы Іущ гупыр зэплъыжри ягъэщІагъуэу нэхъ гъунэгъу зыкъащІащ.

  • Уэ щІалэр хэт сырейщ жыпІа? — къеупщІащ Щэмаул хьэ-щІэм.— Ди жылэ ущыслъэгъуауэ сщІэжыркъым.

  • Сэ мы жылэм сыщыщкъым,— жиІащ хьэщІэм, и щхьэр къы-дримыхьейуэ.— Жыжьэ сыкъикІащ.

1 Ягъэ кІынкъым, къыджыІэ,— и нитІыр триубыдауэ йоплъ Щэмаул щІалэ зэкІужым.— ПщІэну щыткъым, уи адэ, уи лъэпкъ щыщ тцІыхункІэ мэхъу.

  • Сэ ади ани сиІэжкъым. Джатэгъэжь ЛІыцІыкІу срикъуэщ, Къаншыуей сыщыщщ. Джылахъстэней сыкъикІащ.

  • Іэгъу-гъу, ЛІыцІыкІу тхьэмыщкІэр дунейм ехыжа? — жи-Іащ хьэщІэхэм ящыщ зым.— И хьэдрыхэ фІы тхьэм ищІ, жэнэтыр увыІэпІэ тхьэм хуищІ. ЛІы щхьэпэу дунейм тетащ, лІыгъэ хэлът.

  • ФыкъакІуэт мыдэ псори,— иришэжьащ зэхэт гупыр джэгум-кІэ Щэмаул. Нэсри джэгубгъум деж къэувыІащ, къафэу тетхэм зэраухыу, и Іэр ищІри, пшынэр иригъэгъэувыІащ. Утыкум ихьэри, щІалэ хьэщІэри иришащ. Утыку гуащэ адэкІэ къыщытри зыбгъэ-дишащ.

  • Мы щІалэ хьэщІэр утыку къибнэу нэгъуэщІ къафэм тепшэн хуей щІэхъуам щхьэусыгъуэ иІэ? — еупщІащ хъыджэбзым.

  • ИІэщ, зи щІыхьыр ин,— Іущэщащ утыку гуащэр.

— КъыджыІэ, тІасэ. Апхуэдэ щхьэусыгъуэншэу зэрамыщІэм псори дыщыгъуазэщ, ауэ ар щхьэусыгъуэншэу...

АдэкІэ утыку гуащэм зыри зэхихыркъым. Абы щхьэусыгъуэ ищІын къегупсыс, и дыщэ пыІэм къепхъуха шылэхъар хужьып-сым и кІапэр и Іэпэм нрешэкІри щытщ. И щхьэр къыдрихьейуэ зы-ми еплъыфыркъым. ПщІантІэр апхуэдизкІэ щым хъуащи, дэтхэнэ зыми и бэуэкІэр зэхихыж къыфІощІ.

  • ИІэ, тІасэ,— егъэпІащІэ хъыджэбзыр Щэмаул,— мы пщІаи-тІэм дэту хъуар уэ къыппоплъэ.

  • Мы щІалэр дэсшыну сыкъыщежьэм... нащхьэ къысхуи-щІати...

«У-у-у» макъ адэкІэ-мыдэкІэ къыщыІуащ. Утыку гуащэм на-щхьэ хуэпщІыну, удэгушыІэну, мащІи куэди хъуэрыбзэ ебдзыну хабзэм идэртэкъым. Апхуэдэ щІалэхэм къахэкІамэ, джэгум хагъэ-тынутэкъым, ефийуэ, екІийуэ дахужырт.

  • Ар пэж, си щІалэ? — къоупщІ хьэщІэм.

  • Хьэуэ,— жиІащ хьэщІэм.— Утыку гуащэр зищІысыр сымы-щІэну джэгу си щыпэ хыхьэкъым.

  • НтІэ, апхуэдэу Іуэхур щыхъуакІэ, абы нэгъуэщІ зыгуэру дыбгъэдыхьэнщ. Уэ, тІасэ,— зыхуигъэзащ хъыджэбзым,— мы щІа-лэр къыдэпшыну укъыщежьам деж кІуэи увыж. Уэ, си щІалэ, мы утыку гуашдм уежьэу уздэщытар пщІэжмэ... Ыхьы, упсэу. Иджы, си хъыджэбз цІыкІу,—бгъэдыхьащ лІыжьыр утыку гуащэм,—зэ-рыхабзэщи, уэ щІалашэ узэрежьэу мы уи щІыбагъ къыдэт хъы-джэбз къомым плъапІэу яІэр уэ уздэкІуэращ: хэту пІэрэ къыди-шынур жаІэри нэкІэ мэлъыхъуэ. Уемыжьэ щІыкІэ уи гупэр здэб-гъазэмкІэ, уи ежьэкІэмкІэ укъащІэ хэт къыдэпшынми, абы псори йоплъ. КъызжефІэт, си хъыджэбз цІыкІухэ, мо щІалэ мобдеж щытым утыку гуащэр щыхуэкІуэм нащхьэ къыхуищІа? Быдэу фе-гупсыс.

  • Хьэуэ,— жаІащ хъыджэбзхэм, зэрыгъэІущам хуэдэу.

  • Нащхьэ къыхуищІакъым,— жиІащ хъыджэбз лъагэ гъунэ-гъуу къыщытым,— ауэ мо щІалэр джэгум къызэрыІухьэрэ гуащэм нэкІэ къыхуогуфІэ.

  • Упсэу, тІасэ,— мащІэу пыгуфІыкІащ Щэмаул,— нэкІэ нэ-гъуэщІым ухуэгуфІэну зыми ппиубыдыфынукъым. НтІэ, си хъы-джэбз цІыкІу,— зыхуигъэзащ утыку гуащэм,— мы ди щІалэ хьэ-щІэм пцІы теплъхьащи, япэрауэ, гуащагъэр пщхьэщызох мыбдеж уздэщытым, етІуанэу щІалэм епщІар къыпхуигъэгъуным езыр хуитыжщ, ещанэу, мыбдеж щыт ди щІалэ хьэщІэм лей си пщІан-тІэм къыщытехьащи, ар нобэ хуит сощІ мыбдеж щыт хъыджэбзхэм хэплъэу утыку гуащэ цІэ лъапІэр зыхуэфащэр дигъэлъагъуну.

Утыку гуащэу щыта хъыджэбзым, и нэпситІыр и жьэпкъыпэм-кІэ къыпыжу, гущІэгъу зыхуригъэщІын хуэдэ щІалэм и нэкІум ип-лъыхьу, и шылэхъарыр зытрихыу щІидзащ. Шылэ тІатІэм къыхэ-щІыкІа ІэлъэщІыр и Іэблэм ириупцІэкІащ, и кхъуакІэхэр щІым трилъафэу, ауэ, егупсысыжри, ІитІымкІи иІыгъыу, щІалэ хьэщІэм ІэщІилъхьащ. ГущІыхьэ дыдэу хъыджэбзыр къыщыгъар дыщэ пыІэр щыщхьэрихырщ. ПщІантІэшхуэм дэт бзылъхугъэхэм щІа-гъуэ къэнакъым зи нэпс къыщІэмыкІа. Зыми зыри хуищІэфынутэ-къым, зыри зыкІи хъыджэбзым дэІэпыкъуфынутэкъым. Арат ха-бзэр. Утыку гуащэм зэран хуэхъуам, хьэлыншэу, ямылейуэ зыхуэ-зыщІам тезыр тралъхьэрт. Езы утыку гуащэр къыщІэхуами, арат— дзыхьыр трахыжынут, итІанэ алыхьым ещІэ а пщІэ лъагэр абы къыщыхуащІыжын.

— Дыппоплъэ, хьэщІэ,— къеджащ абы унэр зейр.

ЩІалэ хьэщІэр хъыджэбз къыщытхэм куэдрэ яхэплъащ, итІа-нэ Щэмаул дежкІэ зыкъригъэзэкІыжри, и щхьэр мащІэу игъэщхъ-ри, жиІащ:

  • Зи тхьэлъэІур къабыл хъун, ди нэхъыжьыфІ, си дежкІэ икъукІэ щІыхьышхуэщ уэ къысхуэпщІа пщІэр. Ину берычэт бесын. Ауэ зы лъэІу пхузиІэт.

  • ЖыІэ, си щІалэ.

  • Сахэплъащ мыбдеж щыт хъыджэбзхэми утыку гуащэ мыхъу-ну зы яхэткъым. Уи нэр уфІыцІи Іэби, япэ къыпІэрыхьэр утыку къипшэу а цІэ лъапІэр фІэпщ хъунущ. Апхуэдэу щыщыткІэ, фІы псом нэхърэ уэ унэхъыфІщ жысІэу зы къахэсшу адрейхэм я жа-

гъуэ дауэ сщІын? Сэ сызэрыполъэІунур мырат: апхуэдиз пщІэ къысхуэпщІам си дзэр пхуегъэш, ауэ хъунумэ, адыгэ хабзэм пыІэ-бапІэ иІэмэ, утыку гуащэу щытам и пщэ а цІэ лъапІэр тхудэлъ-хьэж.

— Упсэу, си щІалэ,— гуапэу къеплъащ щІалэм Щэмаул.— ЛІым укъилъхуащ. Егъэжьэж джэгур. Уэ, си пэтІинэ цІыкІу,— жриІащ абы утыку гуащэм,— щІалэм гу хуэпщІамэ, пцІы томылъ-хьэ. А Іуэхум пцІы зэи хэзэгъэиукъым.

Утыку гуащэр Къэсей Щэмаул псэууэ къыхуэна и шыпхъу за-къуэм ипхъут. ЛІыжьым ар зыхилъхьэ щыІэтэкъым...

— Зыри жыпІэркъыми, Атэбий,— къыхишащ ар гукъэкІыжым Бей-Мырзэ и макъым.— ЩІалэр къывожьэ.

— Уэлэхьэ, сымыщІэ, Бей-Мырзэ. Сэ сыкъыщІежьамрэ...

— ДощІэ, Атэбий, дэри дрогузавэ уи Іуэхум. Ауэ а дыщІэгуза-вэр унэм къэкІуэжауэ щІэсми тщІэркъым.

  • Тхьэм жиІэ,— къэІуащ Дадыху и макъ.

  • Уэ щхьэ укІуэн умыдэрэ, Бей-Мырзэ?— еупщІащ Атэбий. — Сэ сыт си джэгу,— дыхьэшхащ лІыр,— плъагъуркъэ, си жьа-

кІэр къетхъухащ, си ныбэр бгырыпхым къытетІэтІащ... ИтІанэ, уи быи джэгу хыхьамэ, адэм абы щищІэн щыІэкъым. Фэ фыкІуэ. Лъэбакъуищэ хъуми аращ а джэгу здэщыІэр...

Джэгум здэкІуэм Атэбий гурьмцхъуэ зыхуищІыжащ утыку гуа-щэм и хъыбарыр игу къыщІэкІыжар бысым пщащэр игу зэрыри-хьар арауэ. «Апхуэдэ хъыджэбз уигу ирихькІэ емыкІу укъащІын-къым,— йогупсыс Атэбий.— ДахагъкІэ дэбгъуэн щыІэкъым, хаб-зэ, нэмыс хэмылъу щытамэ, си Іуэхут ар утыку гуащэу хахмэ... Ди анэми куэдрэ къызжригъэІэ хъуащ къашэ жеІэри. Ари хуейщ псэу щІыкІэ нысэ илъагъуну, къуэрылъхухэр и куэщІ ирипІыкІы-ну. Къэрэщей и Іуэхур да.хэу зэфІэкІамэ, къыхуэтшэнт ди анэм ныси...»

Нысашэ хьэгъуэлІыгъуэр зыдэт пщІантІэм нэсыным лъэбакъуэ тІощІ хъун къэмынэжауэ, ижьырабгъумкІэ дыхьэ уэрам щэху цІыкІум шу гуэрым зыкъыщричри, щІалищым я дежкІэ къигъэ-защ. «А къытхуэкІуэм фІы игу илъкъым,— къыпылъэдащ Атэбий и гум,— дэ щым дэтхэнэрауэ пІэрэ ар зыхуэжэр. Къамэ къудей фІэкІа Іэщи къэтщтат!..»

Шур къэсри и джатэр мазэм пэлыдащ, «Уи Іыхьэр убыдыж, ЕщІэнокъуэ и къуэ!» — жиІэри джатэмкІэ къэуащ. Атэбий зыхунэ-сар и щхьэр Іуихынырщ. Къару лъэщым къриупцІэха джатэм щІалэм щыгъ цеймрэ къэпталымрэ пхыкІри и плІэ сэмэгур зэгуи-упщІыкІащ, и шхулъэри зэпиуду. Айтэч и къамэр кърипхъуэтри шум кІэлъыщІэпхъуащ, арщхьэкІэ дэнэт! Хьэжмурид къапхъуэри Атэбий иубыдащ, ар зэриІыгъыу щІалэ щІэпхъуам кІэлъыджащ: «Айтэч, ди деж жэи щІалэхэр шэсыну яжеІэ! ПсынщІэу!»

ДакъикъитІ-щы дэкІами арат шу гуп, Айтэч я пашэу, шур здэжа лъэныкъуэмкІэ шыжьэрыутІыпщу щызэрехьэжьам. ПщІан-тІэм цІыхухъуу дэтыр къыдэжащ. Шышэ Къэнэмэт къэсри зи фэр шэхум хуэдэу пыкІа, кІуэтэхукІэ нэхъ къарууншэ хъу хьэщІэм еплъри унафэ ищІащ:

  • ХьэщІэр Дадыху и деж щепсыхами, си лъэІукІэ ди деж къакІуэрт. Иджы ар си хьэщІэ хъуащ. Нэфхь си деж, абы и псэм-кІэ сэращ нобэ къыщыщІэдзауэ жэуаптакІуэр.

  • Уи жьыщхьэ махуэ тхьэм ищІ, ди адэ,— жиІащ Атэбий, кІуэ пэт и къарур зэрыкІуэщІыр зэхищІэу,— зы лъэІу пхузиІэт.

  • ЖыІэ, си щІалэ. ХьэщІэм и лъэІур бысымым щхьэкІэ унафэщ.

— СыкъызыдэкІа пщІантІэм сывгъэ... сывгъэкІуэж. Узэдауэу ущыткІэ сэбэп къишэнутэкъым. ЩІалитІым я Іэр

зэрыубыдри Атэбий трагъэтІысхьащ, Іэ ижь узыншэмкІэ зым и дамэр иубыдри, Дадыху и унэ яхьыжащ.

— Хьэжмурид,— Іуишащ Къэнэмэт и къуэр,— псынщІэу Хъы-зыр деж кІуэи къашэ, хущхъуэхэри иІыгъыу.

Дадыху куэбжэпэм къыщыІу шы лъэ макъыр зэрызэхихыу, гузавэри, къыщІэкІащ. ЩІалитІым я Іэблэм тесу яхьыж и хьэ-щІэр щилъагъум, фызым и щхьэр уназэри бжыхьым зыкІэри-гъэщІащ.

  • Сэ сыщыунэхъуар ныжэбэу къыщІэкІынущ,— пыхьэрт ар.— Сыт мыгъуэ мы си нитІу хьэфиз хъуным ялъагъур, Къэнэмэт?

  • ЛІыгъэ зыхэгъэлъ, Дадыху,— егъэщхъ и щхьэр лІыжьым.— Ди тхьэшхуэращ къару зиІэр, абы псори и Іэужьщ. НакІуи пІэ щІы.

  • Ауэрэ лІыгъи дэнэ къикІыжын? Гуауэ псори сэра хуэдэт тхьэшхуэм къыщІигупсысар...

ХьэщІэщым и зы плІанэпэм дэт пхъэ тэхътэбаным пІэ щащІ-ри Атэбий ягъэгъуэлъащ, уІэгъэр къыдэгъэзеяуэ.

— Бей-Мырзэ,— къэпсэлъащ Атэбий — Бей-Мырзэ сыхуейт.

  • Тхьэ, мыбдеж щытам нетІэ,— къитащ жэуап Дадыху.— Сэри сыхуей хъуати, згъуэтыжыркъым.

  • Си уанэм къэлътмакъ гуэр кІэрыщІащ, абы щэкІ къуэлэн кІапэ кІуэцІылъу удз хущхъуэ илъщ. Абы щыщ къысхутефкІу-ти си плІэр схуэфпхэ. Къуэлэным кІуэцІылъращ къэфхьынур, адрейхэм хэвмыгъэзэрыхь...

ЦІыхур нэхъыбэ къэхъурт, ауэ еымаджэр зыщІэлъ хьэщІэщым зыри щІагъэхьэртэкъым. Псори пщІантІэм дэтхэт. ТІурытІ-щыры-щу, гупурэ зэхэтхэт къэхъуам игъэщхьэжэгъуауэ. Дэтхэнэми езым и Іуэху еплъыкІэ иІэжт, ауэ пыухыкІауэ къеуар мыращ жиІэу зыми жиІэфыртэкъым: «уэлэхьэ, и къуэш нэхъыщІэр зыдыгъуам мыри и мыІэужьым ди Іуэхум», «ар сабийм дежкІи гурыІуэгъуэщ, зэкъуэшитІри иукІыну аращ»,— жаІэрт. Зыми ищІэркъым Іуэхум и пэжыпІэр. Атэбий къеуам и нэкІур зыми илъэгъуакъым, щхьэж хуигъэфащэр жиІэу аращ. Ар хэтми зыщІэр зыщ — Атэбийщ, ауэ щІалэр хэІубауэ хэлъщ, псэлъэну къару иІэкъым. ИІэми къыбжи-Іэну ар Атэбий? ЩІым здыщІихьэнщ, ауэ «силъ фщІэж»,— жиІэу лъаІуэ нэхъей, лейзехьэм и цІэ къриІуэнукъым. АдыгэлІым и хабзэкъым. Мыхъужын удын кърадзамэ, и къуэш, и къуэ, апхуэдэ гъунэгъу дыдэ гуэрым уэсят къыхуащІыж хабзэщ илъ ящІэжыну. Абы щыгъуэми, нэхъыбэм къеуам и цІэр жаІэртэкъым. ЛІыгъэ иІэмэ, езым къищІэнщ ар хэтми. Уэсят зыхуащІар гъуэлъынутэ­къым, жеинутэкъым, и псэр псэхунутэкъым абы илъ имыщІэжауэ, щІы къатиблкІэ ехыу зигъэпщкІуами, абы къыщигъуэтынут...

Хьэжмурид, Хъызыр лІыжьыр и гъусэу, къыщІыхьэжащ. ЛІы-жьыр Къэнэмэт сэлам ирихри «олоууэхь», «олоууэхь» жиІэурэ уІэ-гъэм еплъащ.

— Мыр дауэ ухъу, мыр дауэ ухъу? Уи щІылъэныкъуэр гуи-гъэхурти, емынэр зи унэм ихьэным. Тас, къубгъан жыфІэ. Псы-хуабэ къивгъахъуэ...

Хъызыр и Іэр къабзэу итхьэщІщ, напэІэлъэщІ къабзэр псыф ищІри уІэгъэр илъэщІащ, и хъуржын къыздихьар итІатэри удз хущхъуэхэр кърихыу щІидзащ.

— Ди анэм къызитауэ сэри зыгуэр сІыгът,— къыдэпсэлъеящ Атэбий, псалъэхэр ерагъкІэ зэкІэлъигъакІуэу,— мес, мо къуэлэ-ным кІуэцІылъыр...

Хъызыр зэкІуэцІылъыр псынщІэу къищтэри зэкІуэцІихащ. емы-пэму икІи емыплъу и Іэпэшхуищыр хигъэлъадэри тІэкІу иІуэта нэужь жиІащ:

— ФІарий... Хущхъуэ дэгъуэщ. Ауэ сэри сиІэщ апхуэдэ.

  • КхъыІэ, ди анэм къызитамкІэ къызэІэзэ, дадэ,— лъэІуащ Атэбий.

  • Ирехъу апхуэдэуи,— пыгуфІыкІащ лІыжьыр.— Анэм къуита хущхъуэр зэрынэхъ лъэщыр сэри сощІэ. ИІэ-тІэ, щІалэфІ, зыгъэ-бэшэч, уи шхулъэр зэпызгъэувэжынщи... А тІэкІунитІэм...

Шхулъэр зэпигъэувэжщ, уІэгъэм удз хущхъуэ тригъэщащэри, лІыжьым Атэбий и плІэ сэмэгур ипхащ.

  • Мис иджы хъунщ,— илъэщІащ лІыжьым и натІэм къекІуа пщІэнтІэпсыр.— Дяпэ зы тхьэмахуэкІэ «хэтхэ я унэ къанжэ тес?»— жыпІэу уежьэжынщ. Иджы, щІалэхэр, фыкъакІуэ мыдэ. Фыхуэсакъыурэ къызэдэфщти, тхыцІэкІэ тевгъэгъуалъхьэ... ЫІы, ыІы, тэмэм, мис апхуэдэу вгъэгъуэлъ. Фыпсэу... НтІэ, Къэнэмэт, сэ си Іуэхур сыухащ. Насыпыншэкъым щІалэр, уІэгъэр апхуэдэу къыинкъым. Иджы щІопщакІуэ жыфІэ, пшынэ, пшынауэ, джэгу... Тевгъэу, фымыгъэзэш, фымыгъэжей.

  • Тхьэм утхуигъэпсэу, Хъызыр,— фІыщІэ къыхуещІ лІы-жьым Къэнэмэт.— Мэл хъушэр псы ткІуэпсщ уэ къытхуэпщІам елъытауэ.

  • Къэгъанэ, Къэнэмэт,— ищІащ и Іэр Хъызыр.— Си гъащІэм сом къризлэжьакъым сэ мыбы. Псапэу ди тхьэшхуэм илъытэмэ, ар си дежкІэ насыпышхуэщ. Ди т.хьэ, уи гущІэгъум дыхыумын адыгэ тІэкІур... ИІэ-тІэ, узыншэ фыхъу, сэ сежьэжынщ. Пщэд-джыжь сыкъэплъэнщ, апщІондэху щІалэгъуалэм уазот, Атэбий...

6

Тхьэпщокъуэ Пщымырзэ и къуажэ Тхьэпщокъуей Псыжь и гуэж гуэрым и Іуфэ Іуст. Жылэм ущхьэщымыхьауэ зы уни плъа-гъунутэкъым: уэх тафэшхуэм зыщиукъуэдияти, къуажэм и лъэны-къуищымкІи къыщыт джабэ лъагэхэм тет мэз Іувым ар щІауфэрт, къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ псыр ежэхырти — шынагъуэншэт. Мы къуажэм япэу къыдыхьэр зэгупсысыр зыт: дэнэ мыбыхэм мэкъу-мэш щащІэр? Ауэ КІэмыргуей псом щыІэу къыщІэкІынтэкъым Тхьэпщокъуейм я гъавэ щІапІэхэм хуэдэ зиІэ, я былымым нэхъ-рэ нэхъ пшэр. Я мэл хъушэхэр бжыгъэншэу уэтэрхэм тетхэт. Щыгум удэкІамэ, нэм къиплъыхьыр гъавэ щІапІэт. Къуажэм ды-хьэпІэу иІэр гъуэгуитІт: Ищхъэрэ гъуэгужьымрэ (нэхъыжьхэм зэ-рыжаІэр Джэрихъан и тІыгъэщ) ШейтІан Іуащхьэ дэкІыгъуэмрэ. Нэхъыбэу зэрызекІуэр Ищхъэрэ гъуэгужьырат, сыту жыпІэмэ, ШейтІан Іуащхьэ дэкІыгъуэр задэт, дэкІыгъуейт, псом хуэмыдэу щІымахуэм уэс къеса нэужь узэрыдэкІыфыни укъызэрехыфыни щыІэтэкъым. Выгум и шэрхъитІри гулъэф щІауэ ерагът мэкъу, гъавэ къызэрырашэхыфыр. ВыщхьэфІэч дыдэт. Куэди абыкІэ еджэрт а дэкІыгъуэм. Къуажэдэсхэм гушыІэурэ жаІэрт: Тхьэпщо-къуей бий къытеуэн хуей хъумэ, Ищхъэрэ гъуэгужьыр гъэбыди — лІыгъэ иІэщ къуажэм къыдыхьэфым.

Айтэч и гупыр ШейтІан Іуащхьэ дэкІыпІэмкІэ къыщыдыхьащ. Дзыхь ящІакъым Ищхъэрэ гъуэгужьымкІэ къыдыхьэн. Айтэч шэч къытрихьэртэкъым Атэбий къэзыуІар Пщымырзэ и къуэр зэрыа-рам. Хэт нэгъуэщІ ар къэзыцІыхур? И лІыгъэм и хъыбар зэхэзы-ха куэд щыІэми, и щхьэр илъэгъуауэ мы щІыпІэм щыІэр мащІэщ, а мащІэми яхэткъым апхуэдэ лей Атэбий къезыщІэфын. Къанэр зыт: Пщымырзэ и къуэр лъыщІэж нежьауэ арат. И адэм и чэи-джэщкІэ зэрежьар, хьэмэрэ езым и щІалагъэ-делагъэ? Дауэрэ мыхъуами, Айтэч и напэр текІащ, и хьэщІэр хуэхъумакъым. Сыт щыІэ абы нэхърэ нэхъ емыкІу! Дауэ Іуплъэжыну и ныбжьэгъум, сыт хуэдэ псалъэхэмкІэ жриІэжыну къыщыщІа щІэщхъур и адэм? ЖепІэжкІи и фІэщ хъун, фІырыфІкІи пхуигъэгъун? Куэдым куэд-рэ къащыщІкъым апхуэдэ щІэщхъу, куэдми хуагъэгъуркъым ар.

Шу гупыр пщым и куэбжэпэм къыщыувыІащ. Айтэч куэбжэ блыпкъым теуІуэну къамышыр щишийм, ар Іуахащ. ПщІантІэ-кум ит шы фІэдзапІэм шхуэмылакІэхэр фІадзэри, гупыр хьэщІэ-щым щІыхьащ. Сэмэгурабгъум деж блыным фІэлъ фІэдзапІэм Айтэч и къамышыр фІидзащ, тхьэмпэр бжэмкІэ гъэзауэ.

— Сыт жесІэжын зиусхьэным? — и щхьэр ехьэхауэ щытщ унэ-Іутыр.

— Темзэгъу Іиляс и къуэ Айтэч гуп и гъусэу къэкІуащ, жыІэ. Куэд дэмыкІыу Пщымырзэ къыщІыхьащ. ЕкІуу хуэпащи и

нэкІумкІэ ар гъуэлъыжауэ щытауэ къызэрыпхуэщІэн щыІэкъым.

  • Феблагъэхэ, феблагъэхэ, хьэщІэ лъапІэхэр,— гуфІэжу къокІуэ ар, и пащІэр ІэпищкІэ иІуантІэу.— ФытІысыт. Ей, хьс-уан,— маджэ ар унэІутым дежкІэ,— иІэ мэл фІэбз, махъсымэ къэфхь, хьэщІэр флъагъуркъэ, хьэфиз хъун!

  • Хьэуэ, Пщымырзэ,— мащІэу къиІэтащ и Іэ ижьыр Айтэч,— дэ икъукІэ допІащІэ.

  • Іагъу-гъу, ар дауэ хъун,— ар жиІэурэ Пщымырзэ и нэр фІэдзапІэм хуэзащ.— Уэлэхьэ фэ фопІащІапэм, уи къамышым и фІэдзэкІэми къегъэлъагъуэ...

  • Уи къуэм дыхуейщ, Пщымырзэ,— зэпиудащ Айтэч пщым и псалъэр. Ар Пщымырзэ и гуапэ хъуакъым. Нэщхъ зэхэуфакІэ хьэщІэм къеплъри еплъыхыжурэ и напщІэр хишащ.

  • Уэ, ныбжьыщІэ, адыгэ хабзэмрэ адыгэ нэмысымрэ къыбгу-рыІуэу, ахэр зепхьэу уезыгъэсэн адэ уиІэ си гугъэщ. Хьэмэрэ сы-щыуауэ пІэрэ Темзэгъу Іиляс адыгэлІ сфІэщІу ныбжьэгъу щыс-щІам щыгъуэ? КІуэжи жеІэж нэхъыжь и пащхьэ емыкІу къызэры-щыпхьар. Нэхъыжь и псалъэ зэпызыуд хабзэмыщІэ сепсалъэр-къым сэ.

Пщымырзэ зигъэкІэрахъуэри щІэкІыжыну щежьэжым, Айтэч укІытэжауэ плъыжь къэхъури, пщым елъэІуащ:

— Зиусхьэн, къысхуэгъэгъу. СыкъызытекІухьа Іуэхум си акъы-лым среху. ЩІэщхъу бзаджэ къэхъуащ, Пщымырзэ... Атэбий къа-уІащ.

Къуажэпщыр зэщІэувыІыкІри зы дакъикъэ хуэдэкІэ хэплъащ. Зэуэ зыкъригъэзэкІри щІэупщІащ:

— Сыт щыгъуэ?

— Фэ фыкъыдэкІыжри сыхьэтитІ-щы нэхъыбэ дэмыкІауэ. — УкъызэщыхьэкІуаи, си ныбжьэгъужьым и къуэ. НтІэ, сэ сыт... Си щІалэм сыткІэ фыхуей?

— Атэбий къэзыуІар уи къуэращ, Пщымырзэ,— жиІащ Айтэч, пщым и нитІым щІэплъэурэ.

— Уи жьэр зэтепІэ, Іиман зимыІэ! Си къуэр си унэ щІэлъыжщ. — Пщымырзэ, сэ жысІэр пцІымэ, си щхьэр шэсыпІэу изолъхьэ.

Зы махуэ ар зесхьэну сыхуейкъым сыщыуэмэ. Ауэ уи къуэр къра-джэну жеІи, уэрэ сэрэ шэщым дыгъакІуэ, дсгъэплъ уи щІалэм и шым.

Пщымырзэ и напщІэр къехуэхащ. Абы фІы дыдэу къыгуры-Іуэрт нобэ къэс и къуэм зэрихьа псори къыхуэгъуами — мылъку-кІэ, тхьэрыІуэкІэ щхьэщихыфами, ныжэбэ и унэ къихьахэр апхуэ-дэкІэ зэрыпфІэмыкІынур. ЖриІатэкъэ езыр щыдэкІым: ухэмылъа-дэ, уэ иджыри къэс узыпэщІэувахэм хуэдэкъым зи цІэ къызже-пІар,— сэ сыкІуэнщи, зэзгъэцІыхунщ, и мурадхэр, къыпхуигугъэр зэзгъэщІэнщ, жиІэри. Къыпэплъакъым, къедэІуакъым. Пщымырзэ Атэбий деж къыщикІыжам щІалэр дэмысу къэкІуэжат. «Дэнэ щы-Іэ?» — жиІэу щыщІэупщІэм, унэІутым къыжриІащ шым уанэ трилъхьэу зэрыдэкІар. ГурыІуэгъуэт и тхьэкІумэр пхауэ джэгу, ефакІуэ-ешхакІуэ зэрымыкІуар.

— ЩІалэр къэгъэтэдж,— жриІащ абы бжэм деж унафэм пэп-лъэу щыт унэІутым.

— Ар щыІэкъым, дипщ,— ирихьэхащ и щхьэр унэІутым.

— Дауэ? — хъуэпскІащ Пщымырзэ и нитІыр, и къуэр мы зэкІэ къелауэ и гум жиІэу.— Сыкъыщыдыхьэжам и пэшым щІэсу жы-пІати.

— ЩІэсащ, зиусхьэн. Мыхэр къыщыдыхьам езыр дэкІащ, шым уанэ телъыххэти.

ПщІантІэм зэрызехьэ къыщыхъуащ. УнэІутыр щІэжащ, ауэ бжэр къыхуищІыжыну хунэмыс щІыкІэ Пщымырзэ и къуэм и Іи­тІыр и гупэмкІэ щыпхауэ хьэщІэщым къыщІэджэрэзащ, абы и ужь иту Бей-Мырзэ къыщІыхьащ.

  • Къысхуэгъэгъу, Пщымырзэ, емыкІущ пщым и унагъуэ мып-хуэдэу уихьэну, ар дэ фІы дыдэу къыдгуроІуэр, ауэ нэхъ емыкІужщ, напэтехщ уи щІалэ Жантыгъуэн дэ къыдищІар,— Бей-Мырзэ и пыІэ къуацэмкІэ и натІэм къытрикІута пщІэнтІэпсыр илъэщІащ. — Адрейхэм жаІэнур сэ сщІэркъым, ауэ фэ дэ къы-дэфщІа щІэщхъур зэадэзэкъуэр фынокІуэри, жылэ псор зэхэту фогъэзэкІуэж, ди хьэщІэмрэ абы и бысымымрэ къыфхуащІыр унафэщ.

  • Бей-Мырзэ,— лъэбакъуэкІэ икІуэтащ пщыр,— а жыпІэм егупсыс, сэ дауэ жэмыхьэтым сахэувэну мо сабийм ищІам щхьэ-кІэ...

  • Уи Іэхэр хуитщ, ди адэ, щхьэ бгъэпсалъэрэ а унэІутым къилъхуар?! — кІиящ Жантыгъуэн.— Еуи пыупщІ и щхьэр! М-м, бетэмал, мы си Іэр..

  • А уи Іэхэри хуиту щытащ пхыгъэ ущысщІам,— хуеплъэкІащ щІалэм Бей-Мырзэ.— Уэ сыт жыпІэну, Айтэч?

  • Уэ унэхъыжыц, Бей-Мырзэ, фи жылэ дэлъ хабзэри нэхъ уощІэ, ауэ ди къуажэ апхуэдэ хабзэ щызекІуэркъым. ЩызекІуэр зыщ: лъыр зэрагъэкъэбзэжыр — лъыщ. Псом хуэмыдэу хьэщІэм и лъыр пхуэгъэкъэбзэжынукъым тхьэрыІуэкІи, къурІэныр зэрыщы-ту напэ зырызу пшхами.

  • УхуэщІэмыбжэ тхьэм!—къилъащ Пщымырзэ.— Уи адэр муслъымэн къабзэщ.

  • Си адэм и муслъымэныгъэр зэи зэран къыхуэхъуакъым и хьэщІэм илъ ищІэжыну,— нэщхъыцэу Айтэч пщым еплъащ.

  • Тобэ,— иІэтащ Пщымырзэ и ІитІри, уафэм тесым къилъагъу хуэдэ,— мыр сыт зэман, мыр сыт дуней! Адыгэ хабзэ, адыгэ нэмыс жыхуаІэхэр щыІэжкъым. НэхъыщІэр къоуври нэхъыжьым трет-хъуэр, и нэхэр къыхузэрегъэдзэкІ. Уо, ди тхьэ, сыт уэ дызыхуэпшэ дунейр зищІысыр? ЗэрыбгъэукІыжыну ара мы адыгэ тІэкІур?.. Хъунщ, дынэкІуэнщ... нэху щымэ.

  • Си хьэдэр шэ, ди адэ,— къеплъащ Жантыгъуэн и адэм.— Сэ мо факъырэм къилъхуахэм я пащхьэ си щхьэр щызгъэщхъы-нукъым.

  • ЗэтепІэ уи жьэр, хьэмэ къилъхуа! — жьэхэлъащ Пщымырзэ и къуэм...

7

Къэхъуар зэрызэхихыу, Іэминат жэрыгъэкІэ унэм къэкІуэжащ. Пырхъуэ кІыхьым тет цІыху Іувым яхэлъадэри, Дадыху и бгъэм зыщІидзащ.

— Дауэ дыхъужыну, нанэ? — зэщыджэу магъ хъыджэбзыр.

— Ди тхьэшхуэр къыддэІэпыкъунщ, тІасэ,— къытолъэщІыхь анэр пхъум и щхьэм.— Аращ дызыщыгугъыр. Уэ, тІасэ, мо Кур-гъуокъуэ зыщІыгъуи пшынауэ къашэ. ЩІалэхэм, хъыджэбзхэм яжеІэ хэт хущІыхьэми щІопщакІуэ къэкІуэну.

  • ХьэщІэр зыщІэлъым сыщІыхьэ хъун, нанэ?

  • Щхьэ мыхъурэ, тІасэ. КІуэ. Уэ ущІэмыхьэм, хэт щІыхьэн. Іэминат пэшым щІыхьэри и нэпсыр къыІэпыхун хьэзыру Атэ-

бий щхьэщыхьащ. «Тобэ,— къоплъ абы щІалэр,— мыбы и даха-гъыр. ТхьэІухуди щыІэу къыщІэкІынкъым мыпхуэдэу дахэ. Утыку гуащэ сщІэркъым, мы дунейм бзылъхугъэу тетым я гуащэ щІыи, утеукІытыхьынкъым». Іэминати щІалэм йоплъ нэпс зыщІэз нэхэм-кІэ. Пшагъуэм къыхэту фІэкІа илъагъуркъым. Сымаджэм щхьэ-щыс Къэнэмэт лІыжьми, адэкІэ къыщыт Хьэжмуриди щыукІыта-пэурэ Іэминат Атэбий и натІэм еІусащ, и щхьэр къыдримыхьейуэ къигъазэри, хьэщІэщым къыщІэкІыжащ. Къэнэмэт къыгурыІуащ хъыджэбзым и щытыкІэр. Хьэжмурид емыкІу къищІащ. Хабзэтэ-къым адыгэ хъыджэбз, цІыхухъу нэхъыжь щыту, щІалэ мыцІы-хум и щхьэ еІусэну, Іэ дилъэну. ЕІусэн дэнэ къэна, и нэр хуигъэ-зауэ еплъу гу зылъригъэтэну. Ар емыкІушхуэт, щхьэзыфІэфІыгъэ кърахырт. ЛІыжь Іущым илъэгъуам зыри къыщІримыхар, емыкІу щІимыщІар зыт: унагъуэм къатепсыха гузэвэгъуэр къагурыІуэрт, а гузэвэгъуэм хабзэм къемыкІу уигъэщІэнкІэ зэрыхъунури зэхи-щІыкІырт. Пэжщ, Іэминат ищІар нэгъуэщІ зыгуэрхэм ялъэгъуауэ щытамэ, шэч хэмылъу, псалъэмакъыр жылэм щызэбгрыкІынкІэ хъунт, ауэ зэадэзэкъуэм ар хьэщІэщым къыщІагъэкІакъым.

Жэщыр ибг фІэкІауэ, сымаджэми нэхъ зыкъищІэжауэ, нэхъ нэжэгужэ хъужауэ, шу гуп Дадыху и куэбжэпэм къыщыувыІащ. Гупыр къепсыхри, шыхэр ІумпІэкІэ пщІантІэм дашэри, пщІантІэ-кум ит шы фІэдзапІэмкІэ яунэтІащ, шхуэмылакІэхэр абы фІадза нэужь, абдежи зыщамыІэжьэу лІы гупыр хьэщІэщым щІыхьащ.

  • Пщымырзэрэ и къуэмрэ къашащ! — Атэбий къэзыуІар къаубыдащ!

  • Плъагъуркъэ а джаурыр, сабийщ, итІани лъыифщ.

— И адэм и лъыракъэ абы щІэтыр. Еуауэ укІын хуейщ! — зэ-рызохьэ пщІантІэм дэтхэр.

ХьэщІэщым щІыхьахэр сатыру блыным еувэкІри, Бей-Мырзэ къахэкІащ. Ар Атэбий щхьэщыхьэри, мыин дыдэу, ауэ псоми зэ-хахыу. жиІащ:

  • Атэбий, уэ-къоуар къыпхуэтшащ, и адэри и гъусэу. Ар Тхьэ-пщокъуэ Пщымырзэ и къуэ Жантыгъуэнщ. Езы Пщымырзэ дыдэ-ри и гъусэу къэкІуащ. КъыджыІэ, къабыл пщІырэ уэ уилъ дэ тщІэжыну, хьэмэрэ ухъужыху... Уи унафэр...

  • Сэ зы псалъэкІэ зыхуэзгъэзэнут Атэбий,— нэхъ гъунэгъу зыкъищІащ Пщымырзэ.— Напэтех къэхъуащ, Атэбий, мобдеж щыт сабий делэм и зэранкІэ. Уэрэ сэрэ мыбдеж ерыскъы щызэ-дэтшхат...

— Дядэ, уи напэр тепхыжми, сысейм и гугъу умыщІ! — къи-лъащ Жантыгъуэн, и дзэхэр зэригъэшхыу.

—ЗэтепІэ жысІакъэ уи жьэр, хьэІуцэм къилъхуа!.. КъызжыІэ, Атэбий, сыткІэ сщэхужыфыну ди щхьэр? ИгъащІэм къокІуэкІ щхьэщэхужыр, мор зэрыщІалэм, зэрыделэм еплъи, къиІуэ узыте-мыкІынур, ар Іэщ ирехъу, ахъшэуи щрет, сэ псомкІи сыхьэзырщ.

  • Бей-Мырзэ,— къэджащ хуэму Атэбий,— Айтэч, уэри къа-кІуэт... ФыутІыпщ мыхэр. Сэ къызгуроІуэр фызыхэта бэлыхьри, фэ фыщыІэу фи хьэщІэм къыщыщІам къишэ емыкІури, ауэ езы шиы дыдэр нэхущым мыбы къэс къыщыкІуакІэ, ари тхъэжыгъуэ хэткъым.

  • Атэбий! — къилыдыкІащ Айтэч и нитІыр.— Мо зинэрылъхур сыутІыпщыуи?! Дэри ди лъы щІыхуэ ятелъщ абыхэм, уэ ущыди-хьэщІэкІэ.

  • УщыпсалъэкІэ жыпІэм егупсыс, Темзэгъу и къуэ! — къыхуи-лъащ щІалэм Пщымырзэ. Атэбий зыхуригъэзыхащ: — Уэри а жы-хуэпІэр мыхъунщ ЕщІэнокъуэ и къуэ. Уэ ныжэбэ дыбутІыпщыжу пщэдей ди ужь униувэжыну ара, силъ сщІэжынущ жыпІэу? Ар хъунукъым, жыІэ щхьэщэхужыпщІэр.

  • Сэ мылъку лъыхъуи, ахъшэ къэзлэжьынуи сыкъежьакъым, Пщымырзэ,— жиІащ Атэбий.— Сэ гъуэгу сытетщ, а гъуэгум Іэджэ къыщыпщыщІынкІэ мэхъу. Апхуэдэ гуэр къысщыщІащи, ар тхьэ Іуэхущ. Сэ фи ужь сиувэжынкъым, ар зэгъащІэ, ауэ фи ужь кІэщІкІэ ниувауэ тхьэр итщ. Мо уи щІалэм и жьэм апхуэдэ Іэ-джэм ухигъэтынщ уэ. Мыр етІуанэу хузогъэгъу, ауэ ещанэм деж... Си тхьэбзэ илъщ абы, дэнэ кІуэн? ФыкІуэ, Пщымырзэ, фыкІуэж, тхьэр фи гъусэщ. Бей-Мырзэ, Айтэч, евгъэжьэж...

Тхьэпщокъуей нэсыжыху Пщымырзэ зы псалъэ жиІакъым. Жантыгъуэн зэи тІэуи хуежьат и адэр зыхэт гупсысэм къыхишы-ну. Ауэ зыри къикІакъым. ЛІыр щымт, бзагуэ хъуа хуэдэт. И къуэми къеплътэкъым, бауэуи пщІэртэкъым, шы тхьэкІумитІым дэплъу япэкІэ плъэрт, абы къищынэмыщІа къыфІэІуэху щыІэтэ-къым. Жантыгъуэн фІыуэ ищІэрт и адэм и апхуэдэ щытыкІэр джэгу цІыкІукІэ зэримыухыр. Зэтэкъым, тІэутэкъым апхуэдэ щы-тыкІэм иужькІэ адэм и къамышыр къуэм и щІыфэм «зэрыщыджэ-гуар». Мис, иджыпстуи, Пщымырзэ шым къызэрепсыхыу, и пэ-шымкІэ мыкІуэу хьэщІэщымкІэ иунэтІащ. Жантыгъуэни псынщІэу шым къелъэри, и адэм и ужь иуващ. ХьэщІэщым зэрыщІыхьэу пщым зыкъригъэзэкІри, дэнэ и деж техуэми емыплъу, и къару къызэрихькІэ нэгъуей къамышымкІэ къуэр кърихулэкІыу щІи-дзащ. Жантыгъуэн зэуэ и ныбэм епхъуэжат, къамэр телъ и гугъэу, ауэ Пщымырзэ делэтэкъым ныжэбэ здэщыІам хуэдэм щыкІуэкІэ Іэщэ-фащэ зэрыздамыщтэр имыщІэу...

ЕтІуанэ жэщым щІопщакІуэ къызэхуэсащ хьэблэм щІалэуи хъыджэбзуи дэсыр. ПщІантІэм джэгушхуэ дэтщ, дэнэкІи гушы-Іэмрэ ауанымрэ щызэролъэлъ. Атэбий зыщІэлъ хьэщІэщым щІа-лэ, хъыджэбз тІощІым щІигъун щІэсщи, адыгэм сымаджэ зэры-трагъэу джэгукІэу, гушыІэкІэу щыІэр я хьэщІэ щІалэм щыхузэ-блах. Ижьырабгъу лъэныкъуэмкІэ телъу а псоми къахэплъэ Атэ-бий нэкІэ къилъыхъуэр Іэминатт, ауэ хъыджэбзыр фІыуэ щІат зэрыщІэкІрэ. Зэуэ абы и гур къыщІежьа Іуэхум жащ. Зыщымы-лъыхъуэн щымылъыхъуэу пІэрэ? Къэрэщей мыбы нэс къашауэ щытамэ, шэч хэмылъу, зыгуэрым илъагъунт, зылъэгъуа щыІэми, иджыри къэс къэхэшэнт. Хэт ар къезыщІэфар? КъыщІрищІари

сыт? Езы Атэбий и бийхэм щыщми, сабийм сыт и лажьэ? Дэнэ ихьын хуей, щІым щІэмылъэдамэ, мы дунейм щхьэ тримылъа-гъуэрэ?

Атэбий, илъагъур фІэмыІэфІыжу, фІэмыщІэщыгъуэжу нэщ-хъей къэхъуащ. Ар жэщ щыІэну мыбы къызэрынам щхьэкІэ и щхьэр фІиудыжырт. «Фыз хьэщІэм хуэдэу зыкъизгъэнащ,— зохъурджауэж ар.—Зы адыгэ мы дунейм теткъым и хьэщІэ ежьэ-жым фІэфІу. «Ныжэбэризэм»,— жаІэу зэрылъэІуам сызэпкърихри, щІалэжь цІыкІу хьэлу, зыкъизгъэнащ. Хэлъ иджы зыбгъафІэу...»

Зэуэ хьэщІэщым и бжэр къызэІуихри Дадыхухэ я гъунэгъу Елджырокъуэ Кургъуокъуэ къыщІыхьащ пхъэ Іэнлъэ ин ІитІым-кІи иІыгъыу. Іэнлъэм илът Іэблэдий и гъумагъыну, цІыху балигъ и Іэблэ хуэдиз и кІыхьагъыну, плъыжьу гъэжьауэ щІакхъуэ, и кІа-питІыр папцІэу. ЩІакхъуэр жыгей гъурым хуэдэу быдэу гъэжьат, и щІыІум ІэфІыкІэ гуэрхэр хегъэубыдауэ. Кургъуокъуэ и ужь Іэминат итт, Іэнлъэм илъ щІакхъуэм ещхьу къызэщІэуцІыплъауэ, и нитІыр къилыдыкІыу. ХьэщІэщым щІэсхэр зэрызехьэ хъуащ. ЩІалэхэм щыщ зы къыщылъэтри пэш бгыкъум кІапситІ ири-щІащ, абыхэм щІакхъуэр и кІапитІымкІи ІэпэбжьэфІ зырыз къэ-науэ, кІэращІэри, метрищ я зэхуакуну шэнтитІ ягъэуващ, щІа-кхъуэ кІэращІар ику дыдэм щыхуэзэу. Думпу пэшым щІэс псоми щІакхъуэ кІэрыщІар къаувыхьащ. Іэминат ар фІэфІ хъуакъым.

— Уа, Іей, сыту фымыукІытэрэ. Мыр зыхуэтщІым илъагъун хуей, хьэмэрэ дэ ди щхьэ тедгъэужу ара?

Псори зэлъыІукІуэтащ. Атэбий Іэминат къриджэри еупщІащ:

— УпщІэ щІэщхъукъым, жаІащ, сыт мы джэгукІэм зэре-джэр?

— УмыщІэу ара? — и нитІыр зэщІолыдэ хъыджэбзым.— Дзэл-дэуэ жыхуаІэращ. Иджыпсту сэ ныбжесІэнщ абы хэлъ щэхухэр. Мыбыхэм шэнтитІ ягъэува щхьэкІэ, щытын хуейр зы шэнтщ. Джэ-гуныр нэхъыбэм къалъысын щхьэкІэ тІу ягъэувауэ аращ. Пэжщ, апхуэдэуи уджэгу мэхъу, ауэ зы фІэкІа щыщымысым и деж, нэхъ гъэщІэгъуэнщ. НтІэ, иджыпсту тлъагъум тедухуэнщи, мо шэнти-тІым щІалитІ тетІысхьэнущ. Зыгуэрым, псалъэм папщІэ, ар зы-щІэн хуейр сэращ, унагъуэм сарейщи, кІапсэр еубыдри, щІакхъуэр лъэныкъуитІымкІи игъэщэнауэурэ ирегъажьэ. Щхьэж къыхуэгъэ-за кІапэр езым и деж щынэсым, и ІитІыр къыхэмыхьэу, жьэкІэ щІакхъуэм къедзакъэу и кІапэр пичын хуейщ. ИтІанэ, щІакхъуэр ягъэжьа нэужь тхьэмахуэ енкІэ кхъуей зэрагъэгъум ещхьу ягъэ-гъуащи, быдэщ, пхъэм хуэдэу гъурщ, тІэкІунитІэкІэ ущыуауэ щыт-мэ, уи Іупэр, дзэлыр лъыпсыр къижу еуІэр. Аращ дзэлдэуэ щІы-фІащари. Абы хэлъ ІэфІыкІэхэми ІэкІэ уеІусэ хъунукъым. Щы-Іэщ щІалэ бзаджэхэри, ІэкІэ пхъуэрэ ІэфІыкІэ къытричу, ауэ ар абы ишхыркъым, гу зыхуищІа е тезыр трилъхьэну зыгуэрым игу хуэплъмэ, абы и куэщІ иредзэ. Зи куэщІ иридза хъыджэбзым щІакхъуэ игъэжьэн хуейщ, къытезыча щІалэм ІэфІхэкІ куэду къещэхури мыпхуэдэ зэхэсым хэтахэм етІуанэ пщыхьэщхьэм Іуэхур къыщыхъуам щрагъэшх... СыпІащІэурэ бжызоІэр, зыгуэр къыбгурыІуа?

  • Псори тэмэмщ, упсэу. ЗыгуэркІэ сыноупщІынут. Хъыджэбз-хэр кърагъэтІысэкІащ, щІалэхэр щытщ. Ара и хабзэр джэгукІэм?

  • Дэ куэдрэ догушыІэ дзэлдэуэм нэхъ джэгукІэ дахэ мы ду-нейм теткъым, жыдоІэри. Дэ дыщысщ, фэ фыкъытщхьэщытщ. Не-тІи зэрыжысІащи, щІалэ бзаджэхэм е езым тезыр тралъхьэм нэхъ къэзыщтэхэм мо щІакхъуэ гущІыІум хэгъэпщІа ІэфІыкІэхэм щыщ къытрачри бзылъхугъэм и куэщІ ирадзэ. Дэ дыщытмэ...

  • ГурыІуэгъуэщ, упсэу. Ауэ япэ тІысынур, абы къыкІэлъы-кІуэнур дауэ къызэрыхахыр?

  • Пхъэидзэ. Пхъэидзэншэу зэгурыІуэнукъым. ЗэрыукІы-жынти.

  • Іэминат, егъажьэ дзэлдэуэр! — къэджащ зыгуэр.

  • СынокІуэ. Уэ неплъ, плъагъунщ абы къэхъур,— къыхуэгу-фІэри хъыджэбзыр ІукІыжащ, гупым яхыхьэри щІэупщІащ:—Хэт сымэ япэ тІысыгъуэр зылъысар?

  • Дегупсысыжри, зырызурэ дыджэгум нэхъ тэмэму къэтлъы-тащ,— жиІащ Кургъуокъуэ.— Япэ тІысыгъуэр Пщыкъан лъысащ. Іэминат, егъажьэ джэгур.

ЩІалэ псыгъуэ кІыхь нэкІу лъагъугъуафІэм и пыІэр ІитІым-кІи нэхъ куууэ щхьэрикъузэри шэнтым тетІысхьащ, и лъакъуэхэр мащІэу зэкІзщІэхауэ. И куафитІым и ІитІыр трилъхьэри, бгы-къум кІэрыщІа щІакхъуэр къежьэным пэплъэу ипэкІэ мащІэу зри-гъэщІащ. Іэминат щІакхъуэм бгъэдыхьэри кІапситІри иубыдащ, хуэмурэ ар иригъажьэри, тІэу-щэ щІиупскІа нэужь, ину хущІэры-Іащ. Япэ къэкІуэгъуэм щІакхъуэр Пщыкъан и щхьэмкІэ щхьэпры-кІащ. ЕтІуанэм абы мащІэу зыкъытриІэтыкІри и жьэр ущІауэ щепхъуэм, дзэлдэуэм и папцІапІэр и дзэм къытехуэри, макъ ири-гъэщІу тецІэтхъукІащ, и дзэлым фІэнэри, Пщыкъан и жьэр Іэгу-кІэ иубыдыжауэ щІэжащ. ХьэщІэщым и щхьэр трачыным хуэдэу щІалэхэр зэщІэдыхьэшхащ.

— Динболэт, уэращ зи тІысыгъуэр! — дыхьэшх макъым къы-хэІукІащ Кургъуокъуэ и макъыр.— Апхуэдизрэ зым дыщыдыхьэ-шхым, сыт щыгъуэ адрейхэм щалъысынур? ЕпІэщІэкІ, тхьэр арэ-зы зыхуэхъун.

Атэбий макъыншэу дыхьэшхырт. Ар хуейт пэшым щІэс адрей-хэм хуэдэу езыри и макъым къызэрихькІэ дыхьэшхыну, ауэ зэры-зигъэхъейуэ уІэгъэр апхуэдизкІэ узырти, и нэр щигъэункІыфІы-кІырт Хъызыри къыжриІат: «Зомыгъэхъей плъэкІыу, шхулъэр тэ-мэму зэпыувэжащ, ар зэпыкІыжмэ, бэлыхь дыхигъэтынщ тхузэпымыкІэжу. ЗытегъэкІэжын хуей хъункІэ мэхъу. Апхуэди срихьэлІащ. Ар узыхуэмейщ. Уи дамэ лъэныкъуэр нэхъ Іузэ хъун-щи, щІалэ дэгъуэр Іушэ ухъуащ».

Динболэт щІалэ тыкъыр хэщІыхьат, и ныбэ хъурей цІыкІур хэпщІыкІыу къэнэхуауэ. Ар хуомыгъэфэщэну псынщІэт. И цІэр зэрыжаІэу, абы и лъабжьэм мафІэ къыщІащІа хуэдэ, дэлъейрн, Іэминат и хъуреягъкІэ тІэунейрэ къифыхьащ, утыкум къиувэри, Атэбий дежкІэ зигъэзащ.

— Ди хьэщІэ лъапІэу ЕщІэнокъуэ и къуэ,—макъ жьгърукІэ къри-гъэжьащ абы,— зи лІыгъэр мыкІуэщІ, зи щІакІуэр зи щІэлъын щабэ, бэр зи лъэрытет, тетыгъуэр нобэ къыслъосри, зыгуэркІэ сы-хэукъуэмэ, си зэфІэкІыр абьгкІэ къомыпщ, пщы сыхъуну сигу имылъ, лъэпкъ и хабзэу джэгу сыхохьэри, хьэтыр уиІэмэ, дыхьэ-шхэн сымыхъуну къызэхъуэхъу.

Псори зэщІэдыхьэшхащ. Атэбии, пыгуфІыкІыурэ, и Іэр ищІащ:

— Гъуэгу махуэ, щІалэфІ!.

Динболэт шэнтым бгъэдыхьэри, Пщыкъан зэрыщысам ещхьыр-къабзэу тІысащ. Іэминат иджыри дыхьэшхым иІыгъыу щІакхъуэр щІиупскІэу хуежьащ.

— КъэутІыпщ! — кІиящ Динболэт.

Іэминат нэхъ ину хущІэрыуэри, иутІыпщащ. Динболэт дзэл-дэуэ къыхуэкІуэм пежьэ хуэдэ зишийри и жьэр иущІащ, мор къэс-ри и жьэм хуэмызэу и пащІэ къэкІыгъащІэм къытехуащ. ЩІалэр и Іупэм епхъуэжат, ауэ и Іэпхъуамбэ зэхуакумкІэ лъыр къыдэ-жащ. Динболэт къыщылъэтри къыщыдыхьэшххэм яхэплъащ, пхъуэри тхьэмахуэм щІигъукІэ фом хэлъа дэ купщІэ щІакхъуэм хэгъэпщІар къытричри, щэныфІэу пыгуфІыкІыу щыс хъыджэбзым и куэщІым иридзащ:

Пщэдей пщыхьэщхьэ дызэхуипІалъэщ, Хьэфисэт. Ауэ уэ-ращ, Іэминат, псори зи лажьэр, къэутІыпщ щыжысІам къэбутІып-щатэмэ, сыхэукъуатэкъым...

Динболэт жиІар пэжт. ЩІакхъуэр щІэзыупскІэм куэд елъы-тат: зэрыщІиупскІэм, абы къарууэ хилъхьэм, здигъазэ лъэны-къуэм. Къыщыхъу щыІэт щІэзыупскІэм тезыр тралъхьэу. Е кІа-псэр щиутІыпщым и деж ар мащІэу зэтриІыгъэжу гу лъатэрт, е и пэм мащІэу зрыригъэгъэзауэ ялъагъурти, уетхьэкъунумэ, къе-благъэ.

Нэху щауэщ щІалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ щызэбгрыкІыжар. ЩІакхъуэм япэ дыдэ едзэкъэфар Айтэчщ. Ар гуфІэрт, Атэбий игъэщІагъуэу псэлъэрей хъуат, егъэлеяуэ нэрылъагъуу Динболэт зи куэщІым дэ купщІэр зридза пщашэ дахэр къиуфэрэзыхьырт. «Хабзэм къызэремызэгъыр щхьэ щыгъупщэжа? — мэгузавэ Атэ-бий.— ЕмыкІу мэхъу, псоми гу къылъатащ. Хъыджэбзри укІыта-щи, и щхьэр щІихьэным нигъэсащ». Динболэтым абы гу лъитати (лъумытапІэр иІэт!), Айтэч зыбгъуригъахуэри ехъуцэцащ: «ТІэкІу зыІыгъ, Темзэгъу и къуэ, емыкІу ухъунщ, бзылъхугъэ цІыкІури богъэукІытэ. Апхуэдэ хабзэкъым». Айтэч зэуэ къызэщІэлыдат, и къамэ Іэпщэр икъузу, ауэ зыщІэгупсысыжри, нэхъ щабэ хъужащ, хьэщІэхэр иригъэжьэжри, Іэминатрэ Кургъуокъуэрэ я гъусэу къи-гъэзэжащ. Бжэр Іухауэ къагъанэри хьэщІэщым жьы къабзэ къы-щІрагъэхуащ, напэІэлъэщІ псыфкІэ Іэминат Атэбий и напэр хузэ-пилъэщІыхьщ, и Іэхэр хуилъэщІщ, щыми яІыгъыу зрагъэгъазэри, шей ирагъэІубащ. Къулъшыкъушхуэ хъуат, дыгъэр сажнитІ хъун-кІэ къыдэкІуэтеят. Мо щым жаІэм едаІуэурэ Атэбий Іурихащ...

ПщІантІэм псалъэмакъышхуэ дэту къэушащ Атэбий. Пэшым зыри щІэстэкъым, и закъуэт. Псалъэмакъыр кІуэ пэтми нэхъ гуащІэ хъурт. Бей-Мырзэ и макът нэхъыбэрэ къэІур, Айтэч зэ-зэмызэт къыщыхэІэбэр псалъэмакъым. Зытеухуари къыхуэщІэтэ-къым апхуэдизу щІызэрыгъэкІияр. Куэд дэмыкІыу Іэминат бжэр мащІэу къыІуихри нэ лъэныкъуэкІэ къыдэплъащ. Ар и щыпэ-щІэу къыщІэкІынутэкъым абы. Атэбий и Іэр ищІащ, бжэр дамэ-дазэ зыщІар къыщІишэну. Іэминат къыщІыхьащ.

  • ТІэкІу ужея? Утынша? — къоупщІ бзылъхугъэр, хьэщІэр шэджагъуэ нэблэгъэху, лІам хуэдэу, зэрыжеяр ищІэ пэтми. Ар Атэбий и гуапэ хъуащ.

  • Упсэу, сыжеящ. Узыр псори скІэрыхужа хуэдэщ,— пыгуфІы-кІащ щІалэр.— Псалъэмакъышхуэ дэт хуэдэ пщІантІэм. Бей-Мырзэ щхьэ губжьа?

  • Умыгузавэ, къэхъуа щыІэкъым. Дадэ сытым дежи губжьы-рейщ, тэмакъкІэщІщ,— «жесІэн, жезмыІэн»,— и гур мэпэщащэ бзылъхугъэм. Іэминат и адэр абэзэхэм кІуауэ къызэраукІ лъап-дэрэ и анэ дэлъхум щхьэкІэ «дадэ» жиІэрт, и адэм и фэеплъыр зэпымыууэ и гум илъын щхьэкІэ.

Бей-Мырзэрэ Айтэчрэ къыщІыхьащ. ТІури хэпщІыкІыу губ-жьат, я пащІэкІэхэр хэлъэтырт, я нэгум къищ гукъыдэжыиша-гъэм къиІуатэрт абыхэм я жагъуэ гуэр къызэрыхъуар. ТІури пІэм хэлъым щхьэщыхьащ.

— Дауэ нэху укъекІа, си щІалэ? — тІысащ Бей-Мырзэ, Атэ-бий и пІэщхьагъ дыдэм деж.— ТІэкІу хилъэфащ жаІати, сыгу-фІащ. ТІэкІу жей, аращ хущхъуэу щыІэм я хущхъуэр. Аращ... жейращ...

— Угубжьа жызоІэ? — къеплъащ абы Атэбий.

— Сэри?..— хуеят ибзыщІын Бей-Мырзэ, ауэ хуэшэчакъым.— Умыгубжьу къэнэн! ЦІыхугъи напи иІэкъым а хьэм къилъхуам.

— Хэт зи гугъу пщІыр?

  • Тхьэпщокъуэ и къуэжьым. ЕкІужыпщІэ жиІэри шы-уанэ зэ-телъ, мэл пщыкІутху, фо фэндырэ, адрей-модрей къригъэшащ, лІэ-ун. Дэ дызыхуигъадэр хэту пІэрэ абы?

  • Дэракъым ар зыхуригъэшар, Бей-Мырзэ, Дадыхущ. Іэми-нат щхьэкІэ,— пыгуфІыкІащ Атэбий.

— А-аууей,— ищІащ и Іэр Бей-Мырзэ,— иІэщ мо щыкІам апхуэ-дэ акъыл. КІэщІу жыпІэмэ, докІуэд. Ди хабзи, ди нэмыси ди ІэкІэ зэхыдофыщІэж. ДызэроукІыж. Адыгэм нэхъ бий дыдэу иІэр_ адыгэрщ. Уэ зэхэпхами урихьэлІагъэнукъым Безрыкъуэ, КІэмыр-гуейм ди пщышхуэу щыщытам. Мис ар лІыт, мис абы щхьэ фІэтт. И гъащІэр кІэмыргуей уэркъхэр зэгуигъэхьэным, зы ищІыным, и хэку, и цІыху хъума зэрыхъуным триухуауэ щытащ. Ар пщы-шхуэу щытыху ди хьэщІэм и нэбжьыц хэхуакъым, зы гъуэгуры-кІуэ къахъунщІат жаІэу зы цІыхум зэхихакъым. Махуэ псом гу-бгъуэм щылэжьа мэкъумэшыщІэм и пхъэІэщи и къитхъи вапІэм къыщинэрти, пщыхьэщхьэм унэм къэкІуэжырт. Зы псэ абы еІусэ-нутэкъым. Ди анэхэр япхъу я гъусэу гъунэгъу къуажэхэм кІуэ-фырт, къатеуэу я кІэтІий кІапэр, мо Тхьэпщокъуэ удэфам и къуэм зэрищІам хуэдэу, фІрахьэжьэнкІэ мышынэу. Ди Іэхъуэхэр Іэщэн-шэу дэкІхэрт, уи шыр щыплъэхъам къыщыбгъуэтыжырт. Иджы-щэ? Мис, уэ зэплъыж, гъуанэдэуэу къоуащ. Уо-о, ди тхьэшхуэ, дэ-нэ уэ дыздэпшэр, сыт дызыхуэпшэри?

  • Шэч хэлъкъым,— къахидзащ Айтэчи,— Безрыкъуэ ІуэхуфІ куэд ищІащ кІэмыргуейхэм папщІэ. ЦІыхугъэншагъэ хъунт абы и фІыщІэр нэгъуэщІым лъыбгъэсмэ, е абы ищІа псоми уи нэр хуэбуфІыцІмэ. Зи щІыхьыр ин ди нэхъыжьым Безрыкъуэ и лІы-гъэм, лъэпкъым абы хуищІам апхуэдэу набдзэгубдзаплъэу щыкІэ-лъыплъакІэ, тобэ ирехъу, ищІэу къыщІэкІынщ абы и залымагъыу щытари.

  • Іэу, пщыуэ хэт мызалымыр? — хэлъэтащ Бей-Мырзэ и па-щІэкІэр,— ар абы я лъым хэтщ, унэжын, дэ ди лъым гущІэгъу зэ-рыхэтым хуэдэу. Ауэ, Айтэч, щІалагъэм мащІэу удишэхми сщІэ-къым, залымыгъэншэу хъунутэкъым апхуэдэ Іуэху къепхьэжьэ.

  • Кърихьэжьам сыт-тІэ къикІар? — зиткъым Айтэчи.— Псори зэхэлъэдэжри, псалъэкІэ псоми «хъунщ» жаІэурэ, и щІыбагъкІэ къраутІыпщри, ирагъэукІащ. Уэ езыр егупсыс, сэ зэрысщІэмкІэ, а псори Безрыкъуэ щІищІар мобдеж кхъухьым къитІысыкІыу дызы-фыщІ тыркухэм е тэтэрхэм, модэкІэ ди щІым къилъадэу Іисраф къытхэзылъхьэ нэгъуейхэм езэуэну аратэкъым. Дэ ди бийуэ абы къилъытэр шапсыгъхэрт, абазэхэрт, натыхъуейхэрт. Адыгэр адыгэм ириуштыну. Мис аращ дэ ди Іуэху зэи щІэмыбыдэр: адыгэр адыгэм хуодзэлэшхэж, еукІыж.

Атэбий фІэгъэщІэгъуэну Айтэч еплъырт. Пэж куэд хэлът щІа-лэм жиІэм, езы Атэбии куэдрэ натІэкІэ жьэхэуэрт абы: щхьэ щыт апхуэдэу, апхуэдэ лІыгъэ, нэмыс, хабзэ зыхэлъ лъэпкъыр зэгуры-мыІуэжу? Лъэпкъ куэдым я щІалэхэр адыгэ атэлыкъхэм ягъасэ, адыгэм я деж щагъэсащ жаІэмэ, абы нэгъуэщІынэкІэ йоплъ, ар адрейхэм лІыгъэкІи, хьэл-щэнкІи, нэмыскІи къащхьэщокІ. Кавказ псор зыгъэІущ ди нэхъыжьхэм щхьэ ди лъэпкъыр яхуэмыгъэІущ-рэ? А псалъэ дыдэхэмкІэ зыхуигъэзауэ щытат и адэ Къубатий. Адэр, зыри жимыІэу, куэдрэ щысащ. Атэбии щІегъуэжат, зэреу-пщІам щхьэкІэ, и мыІуэху хэІэбауэ къилъытэжри. «Инал дыдэ хузэфІэкІакъым ар, си щІалэ,— жиІащ Къубатий зы зэман.— Ап-хуэдэхэм ущегупсыскІэ балигъ ухъуауэ къыщІэкІынщ. ЗэгъащІэ мы зыр: уи лъэпкъ и ныкъусаныгъэ къэплъыхъуэну зэи ухэмыт». «Ар жэуапкъым, ди адэ,— тогушхуэ мыдрейри.— Сыт-тІэ уэ мыбы фІыуэ хэплъагъуэр: Инэрокъуэхэ зыкъаІэтри Азэпщхэ теуащ, къуажэ щІылъэныкъуэр ираупщІыкІри зэбгрыжыжащ. Инэрыкъуэ-хэрэ Азэпщхэрэ зэщыхьамэ, жылэм сыт я лажьэ? Азэпщхэ ейуэ цІыхуитІщ хэкІуэдар, лажьэ зимыІэхэм пщІы бжыгъэкІэ я щхьэр паупщІащ. Сыт я лажьэу? Инэрокъуэ Ислъам Азэпщ Мухьэмэт щыхьамэ, адрейхэм сыт я лажьэ? Езы тІур зэІурещІи...» «Езы тІур...— Іэпихащ къуэм и псалъэр адэм.— Езы тІур пщэдей зэ-пщІэхэдзауэ Іэнэм бгъэдэсынущ. Инэрокъуэхэ къыщІежэжьар Азэпщхэ Іисраф халъхьэну ара уи гугъэ? УщІалэщ уэ иджыри, дунейр зэрыщыт дыдэм хуэдэу уолъагъу. Абыи еплъыкІэ иІэщ, зэ-маным уригъэсэнщ псори зэхэбгъэкІыфу. Ауэ, си щІалэ, уемыгу-псысу, упІащІэу зэи Іуэху ухэмылъадэ. ЦІыхур, псом хуэмыдэу лъэпкъ псо бгъэкъуэншэныр, Іуэху цІыкІукъым. Абдсж ущыуэмэ, пщІэ уимыІэжу укъэнэнкІэ мэхъу. ИужькІэ сыт хуэдэ лІыгъэ умы­гъэлъэгъуэжами, къыпфІаща цІэм утетынущ, къуаплъа фэр пте-тынущ...»

Атэбий Бей-Мырзэрэ Айтэчрэ я псалъэмакъым и Іуэху хилъ-хьакъым. Зэхихат щІалэм Безрыкъуэ и хъыбари, и лІыгъэ и Іуэхуи къыхуащІат, ауэ езым щимыцІыхукІэ, абы и пщыгъуэм кІэмыр-гуейхэр зэрыпсэуар щимылъэгъуакІэ, щхьэ псалъэмакъым хэІэ-бэн хуейт? Апхуэдэхэм деж щІалэм и адэ Къубатий къыжриІауэ щытар игу къэкІыжырти, зызэтриІыгъэрт.

— Уэ зыри жыпІэркъыми, Атэбий,— къеплъащ абы Бей-Мыр-зэ.— Хьэмэрэ фи дежкІэ псори тэмэм? ФызэгурыІуэ-фызэдэІуэжу фыпсэурэ?

Атэбий Айтэч игъэзахуэрт. Акъыл хэлъу гупсысэрт щІалэр. И псалъэхэр щапхъэкІэ игъэбыдэжырт. Безрыкъуэпщым ищІам нэхърэ нэхъыбэ лъэпкъым яхуищІатэкъэ Инал? Ауэ сыт хуэдиз лъы игъэжэн хуей хъуа адыгэхэр зэгурыІуэу, мамыр псэукІэ яІэу игъэпсэун щхьэкІэ. Адыгэпщ куэд, Инал и жыІэр ягъэзэщІэну, абы къедэІуэну хуэмейуэ зэбгрыжыжатэкъэ, узылъэмыІэсын быда-пІэхэм зыщагъэпщкІуу. СыткІи ягу ирихьынт абыхэм мо лІы Іущым жиІэр, езыхэм щхьэзыфІэфІу, жэуап щІахь щымыІэу зауэ-хъунщІэу къакІухьмэ? «ФыкъикІ мы уанэгум, зыкІэрыфх мы фи Іэщэри, хуиту феплъ мы дунейм и дахагъым, щхьэщыфх фи джа-тэри цІыхур вгъэлажьэ, вгъэпсэу, унагъуэ евгъэщІ, бын узыншэ я гъуэтыгъуэ ивгъахуэ»,— жиІэрейт Инал. Арат зыхущІэкъури. Иджы къэсакъэ абы хузэхалъхьа псалъэжьыр: «Тхьэм къыдитыж Инал и махуэр!» Ар зыми къыпхуихьу къуитыжынукъым, илъэс минкІэ упэплъами. А Іуэхур зи пщэ дэлъхэм я тхьэкІумэм шэху игъэлъэда хуэдэ, дэгу защІащи, зыри зэхахыркъым. Зыр зым и Іупэм щигъафІэ фІэкІа и гум нигъэсыркъым. ЩыпсалъэкІэ и къуэшщ, абы щыгъуэми и щІыбагъым сэшхуэ къихар щиІыгъыу. Е къащтэ Къетыкъуэ Аслъэибэч. Пщы япщыжт. Акъылыбэт. Иджы ягу къэкІыжыххэркъым. Сыт хуэдизрэ къызэхикІухьа адыгэ щІы-налъэхэр, яхэпсэлъыхьа, елъэІуа щхьэж и щхьэ хуэмыпсэужу зэ-гухьэу зы къэралыгъуэу тІысыну? «ТенджызитІым я зэхуакум,— жиІэрейт абы,— зы пащтыхыц щыІэн хуейр!» Жыжьэ плъэрт. Ауэ сыт зы цІыхум дунейм и гъунэм нэс илъагъукІэ, адрейхэм я ха-дапхэм нэс фІэкІа ямылъагъумэ? Къэхъупщ зэман адыгэхэм Инал, Аслъэнбэч сымэ хуэдэхэм я псалъэхэм щыкІэлъыІэбэн, ауэ лъэ-Іэсыжыну пІэрэ? ІэфракІэри гъунэгъущ, ауэ дзэкІэ лъэІэсыт. Ди тхьэ, ди ІэфракІэм дыщедзэкъэжын зэман къытхуомыгъахуэкІэ. Атэбий зэгупсысыр къищІа хуэдэ, Айтэч жиІащ: — Сэ зыри фІы хэслъагъуэркъым ди Іуэхум. Къащтэ КІэмыр-гуей тІэкІур Бэлэтокъуэ, Зэн, Хьэтыкъуэ — зы анэ къилъхуа зэ-къуэшищыр — зэгурымыІуэжу лъэпкъыр Іыхьэ-Іыхьэу ячэтхъащи, зыр зым ираушт. Зым сыхьэтыкъуейщ жеІэр, адрейр чэрчэнейщ, ещанэр хэгъакІэщ. КІэмыргуейуэ щытахэу пщІэжынукъым, кІэ-мыргуеилъи ящІэтыжкъым. Щхьэгуащэ псыуэ ежэхыркъым ди лъэпкъым нэпсу щІигъэкІам хуэдиз, дипщхэр лІыфІыгъэ зэрызэри-мыгъахуэм къыхэкІыу гузэвэгъуэ ятелъым щхьэкІэ. Ди бзылъху-гъэхэм я нэкІур нэпсым ишыуащ, ди губгъуэхэм лІыжь къаруун-

шэ фІэкІа ялъагъужыркъым, нэхъ щІалэхэр, зи лэжьэгъуэхэр мэ-хъунщІэ-мэфыщІэри хамэ щІыпІэхэм щыІэщ.

А гупсысэ дыдэр Атэбий зэтэкъым, тІэутэкъым зэрызэхихар. ДэнэкІи абы щригузавэрт. Уригузэвэнуи Іуэхут: лъэпкъым и къуэ нэхъыфІхэр апхуэдиз Іэпщэрыбанэм ихьырт, лъэпкъым лъхугъэкІэ къыхэхъуэм нэхърэ нэхъыбэ теуэ-къытеуэм хэкІуадэрт. Апхуэдизу Бей-Мырзэ зыщытхъу Безрыкъуэпщым Къанжэ Алыджыкъуэпщыр ІупэфІэгъу къищІу, я дзэхэр зэгуагъэхьэу хазархэм езэуэну щы-кІуам адыгэ щІалэ миниплІым щІигъу хэкІуэдащ, абыхэм я иэ-хъыбэр Алыджыкъуэпщым и зэранкІэ. Къанжэ и къуэжьыр я дзэпщу зы гуп япэ итт, бийр здэщысыр къахутэну, езы хазархэми апхуэдэ гуп къаутІыпщамэ, пэуву езэуэну, зэхакъутэну. Алыджы-къуэр гупкъым зыІууар, дзэ псот. КъамыщІэуи къигъэзэжыфынут, ауэ пщым и сэшхуэр кърихри ину гуоуащ: «Маржэ, е дылІынщ е дылІэнщ! Адыгэ къикІуэтыркъым!» МафІэу бийм яхэлъэдащ. Езыхэм нэхърэ тІощІкІэ нэхъыбэм. Сыхьэт ныкъуи мызэуауэ езы Алыджыкъуэпщыр гъэр ящІри Тэн3 и щІыб къыдэт Саркъалэ4, къаубыдыну езы адыгэхэр здэкІуэ дыдэм, яшащ. Мыдрейхэм, я на-сыпти, Безрыкъуэпщыр псынщІэу ялъэІэсащ. Сыт хуэдизу лІыгъэ яхэлъу бийр къапэщІэмытами, ещанэ махуэм ар зэхакъутащ, махуитІ дэкІри, Саркъалэ къащтащ, Алыджыкъуэпщри хуит къа-щІыжащ...

  • Сыти жыІи, лъы куэдыІуэ догъажэ,— щэтащ Атэбий.— Ди нэхъыщІэхэм зэ мыхъуми зэ дагъэкъуэншэжынщ абыкІэ.

  • ГъащІэм урихулІэмэ-щэ а лъыр умыгъэжэнкІэ Іэмал имы-Іэу? —зишиящ Бей-Мырзэ Атэбий дежкІэ.— Уеплъу уи лъэпкъыр ебгъэукІыну?

— Джатэ къихакІэ къыпхуэкІуэ бийм и Іуэхур щхьэхуэщ,— ІэфракІэ ижьыр зыдигъэІэпыкъуурэ мащІэу зигъэзащ Атэбий.— «Уи нэм къеІэм и псэм еІэж»,— жиІащ пасэрейм. Бей-Мырзэ жиІащ: «Адыгэм нэхъ бий дыдэу иІэр адыгэращ»,— жиІэри. Уи гум мафІэ ирадз а псалъэхэм. Уи цІыхугъи, уи ныбжьэгъуи, уи благъи, уи Іыхьлыи я зэхущытыкІэм, дуней тетыкІэм, уеблэмэ, я дэтхэнэ зы псалъэми урагъэгупсыс. Алыджыкъуэпщым иришэжьа щІалэ гупыр зэтримыгъэукІэн щхьэкІэ езым и псэр итынт. Абы шэч къытесхьэркъым. Си гугъэкъым абы щхьэкІэ а лІы Іумахуэм лъэпкъ нэлат ехыпхъэу. ФІы игу илъащ, ауэ тхьэшхуэм къримы-гъэхъулІамэ, ар сыткІэ къуаншэ? Ди адэм къызжиІэгъащ: «Уи лъэпкъ и ныкъусаныгъэ къэплъыхъуэну зэи ухэмыт». Си акъылыр зэуэ а псалъэхэм я мыхьэнэм нэсакъым. Сэри, уэ пхуэдэу, Бей-Мырзэ, нобэ жысІэнкІэ хъунт е а уи псалъэхэр бдэсІыгъынрп хэлът, ди адэм ар къыщызжиІа махуэм и етІуанэрейм мыпхуэдэ псалъэмакъ зэхэзмыхауэ щытамэ.

Іэщ къыдыхьэжыгъуэ нэблэгъат. Ди гъунэгъу уэрам зэхэкІы-пІэм и деж ди адэр я пашэу лІы зытхух зэхэтт, ди гъуиэгъуу Жьа­нэ Талъустэн и Іэхэр ищІу ину зыгуэр жиІэу. Сэ нэхъ гъунэгъу захуэсщІащ.

  • Гъэсын хуейщ жылэр,— кІийрт ар.— Яжьэ хъужыху гъэсын хуейщ, цІыхухэри зэрыдэсу!

  • Щхьэ апхуэдэу уигу щыкІа ущалъхуа жылэжьым? — еуп-щІащ ди адэр.

  • Сыщамылъхугъащэрэт,— пиупщІащ Талъустэн.— Мэзым пхъашэ сыздэкІуам си кІапсэшхуэр ядыгъуащ, зиунагъуэ-рэ. Зы пхъэ ІэплІэ пызупщІу къыхэслъэфыху думпыр къыхуэ-кІуащ.

Абы хэту мэл къыдыхьэжхэм къахэкІри Талъустэнхэ я пщІан-тІэ мэл гупыфІ дыхьэжащ.

— НтІэ, уи мэлхэр фІубзыжын хуей хъунущ. Талъустэн,— жиІаЩ ди адэм, мэл дыхьэжхэм еплъурэ.— Зы мэл къэмынэу.

  • Сыт щхьэкІэ? — къыгурымыІуауэ къоплъ мор.

  • ЩІакъуэщи,— жи мыдрейми.

  • ЩІакъуэу зыщ абы хэтыр! — и фІэщу къодауэ Талъустэн.

  • Зы щІакъуэу щыхэткІэ, гуартэр зэрыщыту фІэбгъэжын хуейщ.

  • Анхуэдэ хабзэ щыІэ!—фэрыщІу мэдыхьэшх ди гъунэгъур.— Апхуэдэ хабзэ къебгъажьэмэ, зы мэл дунейм къытенэнкъыми.

— НтІэ, Талъустэн, уи кІапсэр жьтлэ псом ядыгъуа?

— Хь... Хьэуэ... Сэ апхуэдэу жысІакъым,— йокІуэтыж Та-лъустэн

— ЖыпІащ! Жылэ псор дыгъуэгъуакІуэщ, уэ зэрыжыпІэм те-пщІыхьмэ. Мис, дэри дахэту. ЕмыкІущ ар, уэ ущІалэжкъым, уи акъыл зэтеуващ, уи псалъэ жэуап щептыжын ныбжь уиуващ. Сыт жылэ псор щІэбгъэкъуаншэр, къуаншэр уэрами умыщІэу? Гум ихуу кІуэдами пщІэркъыми кІапсэр. Гуэныхьыр къэхьыгъуафІэщ, тхьэм абы ущишэкъу...

Куэдым сригъэгупсысащ ди адэм и псалъэхэм. Уи жагъуэ умыщІ, Айтэч, уэ узахуэкъым, нывжесІари сигу къыщІэкІыжар уэ Безрыкъуэ хужыпІар си фІэщ хъуатэкъыми аращ. Уэ жоІэр: Безрыкъуэ дэ ди бийуэ къилъытэр Шапсыгъхэрт, абэзэхэхэрт, на-тыхъуейхэрт. Си фІэщ хъуркъым. Безрыкъуэ и лІыгъэмрэ и нэмы-сымрэ я хъыбар куэд дэри къытлъэІэсащ, езыр гъунэгъуу зы-цІыхуу щыта лІы бэлыхьхэр Къэбэрдеи, Джылахъстэнеи щыма-щІэкъым. ЖаІэу куэдрэ зэхэсхащ: пщышхуэ ХьэтІохъущокъуэрэ Безрыкъуэрэ Инал и зэманым псэуамэ, адыгэр зы унагъуэу, зы къэралыгъуэу псэунт. Ахэр, Айтэч, лъэпкъитІ зэраушту, а тІум я нэпсым, я лъыпсым хэтхъыкІхэм щыщтэкъым. Ахэр адыгэр зы щІыным, зэгурыгъэІуэным и бэлыхьым ихьащ. Тхьэпщокъуэ Пщы-мырзэ хуэдэхэр яхузэгурымыгъаІуэу. А Тхьэпщокъуэ дыдэм иджы-псту жеІэ адыгэм урибийщ, жыІи, къыпхуидэнкъым, щІакІуэ кІа-пэ къыбдытеувэнщ. ШэсыпІэ соувэ апхуэдэ мыхъумыщІэ абы игу имылъкІэ. Пщымырзи, адрей абы хуэдэ.хэми я акъылыр здынэсыр, зыщышынэр зыщ: адыгэхэр зы къэралыгъуэу, зы пщышхуэ яІэу зэгухьэмэ, езыхэм я пщыгъуэр яфІэкІуэдынкІэ мэшынэ.

  • Тэмэм,— иІуэнтІащ и пащІэр Бей-Мырзэ.— Аращ дызыгъэу-нэхъур. Иджыпсту ди Іуэхур апхуэдэу шынагъуэкъым, ауэ, хэт ищІэрэ, къэхъунур пщІэнукъым, зыуэ дыщытамэ... КІэмьгргуейр зыпэмылъэщын бий къытеуэнкІэ мэхъу. Е Шапсыгъым... Іэпхъуам-битхур зэгъусэмэ, ІэштІым мэхъу. ІэштІымыр къарущ, зы Іэ-пхъуамбэми ІэпхъуамбитІми зыри щахуемыщІэнум, ІэштІымым удын иридзыфынущ... Уо-ху-хуей, дызэгупсысыныр махуэ къэс нэ-хъыбэ мэхъу. ТхьэмахуитІ ипэкІэ Ло Бэчкъан къэкІуэгъат, и шы-пхъур сымаджэу щІэупщІэну. Урысхэм я кхъухь куэд къыІухьэу жеІэр. Зыми епсалъэхэркъым, жи. ЩІыпІэр къаплъыхь, бгым йо-хьэ, тхылъымпІэм зыгуэрхэр иратхэ. Сэлэт куэд я гъусэщ, жи. Ауэ ахэр кхъухьым исщ, плъагъуу, ауэ я Іуэху зыми хамылъхьэу. Зэ-рыжиІэмкІэ, Сошэ псым деж щитІысыкІа урысхэр убыххэм къы-щІагъэІащ, жи. Иджы урыс кхъухьхэр, зэ-тІэу апхуэдэу къыщы-щІагъэІэм, СыхъумкІэ екІуэкІыну жеІэр.

  • Ахэр къыхэмыхьами, дэ дызыфыщІыр дрикъут,— щэтащ Айтэч.— Урыс пащтыхьым мы ди щІыпІэр и нэгум къыщІидзэмэ, зыІэримыгъэхьауэ увыІэнкъым.

  • Куэд щІауэ къыщІидзат ар абы и нэгум. ИщІэркъым иджы-ри къызэреІусэпу щІыкІэр,— гупэкІэ тегъуалъхьэурэ жиІащ Атэ-бий.— ЩІагъуэкъым мы дэ дызытепсэлъыхьхэр. А псоми уегупсыс-мэ, ди пщэдейм нэщхъеифэ къытоуэ.

Дадыху къыщІыхьэри Іэнэ лъакъуищыр Атэбий зыхэлъ гъуэ-лъыпІэм и деж къигъэуващ. Бей-Мырзэрэ Айтэчрэ, «ди Іэм псы дэдгъэжэхынщ»,— жаІэри, щІэкІахэщ... Бжэр хуамыщІыж щІыкІэ, къубгъанрэ тасрэ иІьтгъыу Іэминат къыщІыхьащ, и дамэм напэІэ-лъэщІ къабзэ телъу. Дадыху щыму щІэкІыжащ, арэзыуэ и пхъум къеплъурэ. Іэминат тасыр шэнтым тригъэувэри Атэбий и пІэщхьа-гъым деж игъэуващ, зыри жимыІэу къеплъу хэлъ щІалэм мащІэу нэкІэ хуэгуфІэри, гуапэу еупщІащ:

  • Уи Іэм псы тІэкІу дэбгъэжэхынтэкъэ?

  • Дэзгъэжэхынт... Ауэ ар зэрытщІыну Іэмалыр уэ къэгупсыс.

  • Сэ сыкъыбдэІэпыкъуурэ гууэщІу угъуэлъынщ, итІанэ си пщэр къэбубыдынщи...

Іэминат плъыжь къэхъуащ, и псалъэр нимыгъэсу зыщІилъэ-фыжащ.

— Дегъэплъыт-тІэ.

Атэбий зэримыгугъауэ хъыджэбзым къаруушхуэ хэлъу къы-щІэкІащ. Сымаджэр гууэщІ ищІщ, и пщэр Іэ узыншэмкІэ къри-гъэубыдри, гъуэлъыпІэ натІэм хукІэрыс щІыкІэу дригъэкІуэтеящ.

— Убланэщ, Іэминат,— къеплъащ абы щІалэр гуапэу.— Си гу-гъакъым апхуэдиз къару пхэлъу.

Іэминат, укІытауэ, и напІэр иридзыхри, щІалэм и ІитІыр ири-гъэтхьэщІащ, тасыр щІиІыгъэурэ. И Іэхэр гъущэу хуилъэщІыжа нэужь, напэІэлъэщІым и зы кІапэр псыф ищІри Атэбий и напэр хуилъэщІащ. НапэІэлъэщІыр къыІуимыхыж щІыкІэ, Бей-Мыр-зэрэ Айтэчрэ къыщІыхьэжащ. ЦІыхухъухэр щилъагъум, Іэминат, бжэн щтам хуэдэу, къыІулъыжат, ауэ анэ дэлъхум и Іэр ищІри къигъэувыІэжащ.

— Абы емыкІу илъкъым, тІасэ, уи Іуэхур и кІэм нэгъэс. А пІэм хэлъым ар и къарум къитІэсу щытамэ, езым зитхьэщІыжынт.

ПцІыр сыткІэ щхьэпэ, Бей-Мырзи и жагъуэтэкъым щІалэмрэ-хъыджэбзымрэ гъунэгъу зэхуэхъумэ, нэхъыфІу зэрыцІыхумэ. Атэ-бии, абы и адэ Къубатии я хъыбар дахэ, хъыбарыфІ куэд щІауэ-зэхихырт лІым, Іэминат щхьэкІэ нэгъуэщІ щхьэгъусэкІэ щхьэ хъуэ-псэн хуейт ар? Адэ имыІэжу къэхъуа бзылъхугъэ цІыкІур щытын-шын, и гугъуехьыр щиІуэтэжын унагъуэ ихьэмэ, арат Бей-Мырзэ и хъуэпсапІэри, шэч къытрихьэртэкъым Атэбий апхуэдэу къызэры-щІэкІынум. Атэбий лъхукъуэлІщ, Іэминатщи... Пэжщ, дэ дылІа-къуэлІэшщ, ауэ и адэр лъхукъуэлІщ. Адэращ бынымкІэ нэхъы-щхьэр, абы и лъыращ быным щІэтыр. Апхуэдэут Бей-Мырзэ Іуэ-хум зэреплъыр. «Апхуэдэу щыщыткІэ,-— егупсысырт ар,— а тІум яку зэхуэмыдэ гурыщхъуэ къыщІыдыхьэн щыІэкъым. УІэгъэр кІы-жыху зэрылъагъумэ, зэпсалъэмэ, пщІэну щыткъым, тхьэм и къа-рур инщ, гукІэ зэрыщІэхэмэ, ягу илъ зэхуаІуэтэнкІэ мэхъу. Нэ-хъыфІым дыщыгугъынщ».

Тхьэмахуэ дэкІри Атэбий пщІантІэм къыдыхьэ дэнэ къэна, Ай-тэч и гъусэу псыхъуэм зэи-тІэуи кІуащ, шыхэр псафэ яшэу, ещанэ кІуэгъуэм шым цІахуцІэу тесу къыдыхьэжащ. Абы адэкІи куэдрз зигъэгувэжакъым: етІуанэ махуэм яжриІащ ежьэжым зэрыфІэтэ-мэмыр. Сыт хуэдизу къемылъэІуами, «уопІащІэ, уІэгъэм апхуэдэу дэджэгукъым»,—къыжрамыІами, Атэбий и унафэр ихъуэжа-къым, етІуанэ пщэдджыжьым и щолэхъум уанэ трилъхьэри, Да-дыхурэ Іэминатрэ я нэпсыр щІалъэщІыкІыу шыр пщІантІэм къы-дишри шэсыжащ. Айтэчи Бей-Мырзи абы бгъурыуващ. Пщэдджы-жьым жьыуэ а тІуми Атэбий елъэІуат и гъусэу ежьэу гугъу зра-мыгъэхьыну, ауэ Бей-Мырзэ идакъым: «Псыжь уидмыгъэкІыжауэ дигу зэгъэнукъым»,— жиІэри. Дадыхуи къелъэІуащ и дэлъху за-къуэм и лъэІур хуигъэзэщІэну. Зэанэзэпхъум сэлам щарихыжым, Атэбий щэхуу Іэминат жриІащ: «ГуфІэгъуэкІэ тхьэм дызэхуигъа-зэ». «Тхьэм жиІэ,— Іущэщащ хъыджэбзри,— тхьэм ар къыт-хуихь...»

Псыжь и Іуфэ къыщыІухьэм жэщ къатехъуащ. Шыхэм уанэ трамыхыу ялъэхъащ. Мэз лъапэт къыщыувыІари, мафІэ ящІри тІэкІу едзэкъащ.

— Псыжь къиуа жызоІэ? — къеплъащ Бей-Мырзэ Айтэч.

— Хьэуэ,— идакъым щІалэм.— Атэбий къэмыкІуэ ипэ сэ Хьэ-бэз сыкІуэгъат. Мыбдеж дыдэ сыщызэпрыкІащ. ЗыкІи зихъуэжа-къым абы лъандэрэ.

— Шу закъуэу шынагъуэншэкъым мы щІыпІэм къыщыпкІу-хьыну,— жиІащ Бей-Мырзэ.— КъуийцІыкІуокъуэр щызоуэ. Зы-щыпсэури жыжьэкъым. Зы илъыгъуэфІкІэ Псыжь и адрей Іуфэм уІуту удэжеймэ, адыгэш щигъэхъу уэтэрым утелъэдэнущ.

— Апхуэдэу шы и куэд? — къиІэтащ и щхьзр Атэбий.

— И бжыгъэр ищІэжу узиІэ,— щэтащ Бей-Мырзэ.— МащІэ къидыгъуа, мащІэ къихъунщІа. Шыуэ иІэм хуэдиз цІыхупсэ игъэ-науэ къыщІэкІынщ.

Атэбий игу къэкІыжащ Аслъэмырзэ и Іуащхьэм деж къащы-хуэзауэ щыта лІы абрагъуэр. Зэтэкъым-тІэутэкъым ар абы игу къызэрыкІыжыр, зы фІыгъуэ гуэр фІэкІуэда хуэдэ, и жагъуэ хъурт жэщу къазэрыхуэзар, и нэгу зэримыплъар. Тенджыз Іуфэм къыщыщІэдзауэ къалмыкъ пшахъуэщІым нэс гущтэм хэзымы-гъэкІ, къатеуэрэ я шы гуартэ е мэл хъушэ ирихужьами дзыхь ящІу зыкІэлъымыпхъэрым Атэбий и нэ къыхуикІырт и нэгу иплъэну. Сыт и шыфэлІыфэ? Апхуэдиз зыІэщІэкІуадэм и нитІым сыт жа-Іэрэ? Езы дыдэм къыбжиІэфынутэкъым апхуэдизу Дэгужь и на-пэлъагъу щІыщІэхъуэпсыр. Апхуэдиз къикІухьым езыр хъунщІа-кІуэ, дыгъуакІуэ мащІэ ІущІа? Езы дыдэр гъусэ щыхуэхъу щыІэу щытащ апхуэдэ гуэрым. Ауэ Атэбий лъы гъэжэным, псэ гъэныным зыпыІуидзырт. «Уи нэм къеІэм и псэм еІэж»,— жиІащ псалъэ-жьым, плъагъуу, упэщІэмыувэу зыпхуегъэукІынукъым, псэр ІэфІщ. Іэмал щимыІэжым деж, сыт ищІэнт — нэгъуэщІу и сэшхуэ кърихынутэкъым. Езыми зэзэмызэ игъэщІэгъуэжырт: «Сыт мы лІыукІ нэкІум симыплъэнкІэ Іэмал имыІэу сыкъезыхуэкІыр? ЛІыукІ мащІэ уэ плъэгъуар? Хьэмэрэ сехъуапсэу арауэ пІэрэ?.. Делагъэщ. Пэжщ, лІым лІыгъэ хэлъын хуейщ. Арыншамэ, сыт абы лІыкІэ ущІеджэнур? ИтІани, лІыгъэмрэ лІы укІынымрэ...»

  • Ухэгупсысыхьа хуэдэ, Атэбий? — хъуаскуэ мащІэ къигъэ-хъейуэ мафІэ зэхэкІыжым башыпэкІэ хэпэщэщыхьурэ жиІащ Бей-Мырзэ. Атэбий, хэпщІыкІ къудейуэ, и напщІэр хэлъэтащ.— Ухэ-мыплъэж иджы, лъэхъуфІкІэ укІуэмэ, пщэдей шэджагъуэнэужьым Дзэлыкъуэ уихьэжынщ. АдэкІэ уи хэкущи, угъуэщэжынкъым.

  • Аракъым, Бей-Мырзэ,— хэпщІыкІ къудейуэ пыгуфІыкІащ Атэбий,— сэ сыхэзыгъэгупсысыхьар. Уэри пщІэуэ къыщІэкІынщ ЕщІэнокъуэхэ — ди адэми сэри — дымыцІыху мыбы лъэс лъагъуи иІэкъым. Ауэ, пэжщ, зы жэщ мы Айтэч сэрэ КъуийцІыкІуокъуэм дызэрыхуэзэрэ си гум зы фІыцІагъэ гуэр къытенащ. БжесІэфыну-къым къызыхэкІыр, ауэ гурыщхъуэ сощІ а жэщым Айтэч и фІы-гъэкІэ абы димыутІыпщауэ. Сэ сызэригугъэмкІэ, ар Темзэгъ Іиляс къуэшу илъэгъуакъым икІи илъагъукъы.м. Пэжкъэ, Айтэч?

  • Тхьэ соІуэ, сымыщІэ ар зэрыбжесІэнур, Атэбий,— зрилъэ-фыхь къыпфІэщІу псалъэхэр зэпншащ Айтэч.— Ди адэм и ныб-жьэгъухэм ар зэи унагъуэм щатепсэлъыхьыркъым. Ауэ сэ сщІэ-жыркъым Дэгужь ди унагъуэ нихьауэ, ди ерыскъы ишхауэ.

  • Банэ тепІэ мы джаурым,— щэтащ Бей-Мырзэ.— Фыгъуэлъ, уэ пщэдей, Атэбий, гъуэгу къыпщІэлъщ...

8

Жэналъкъыщхьэ тетщ мывэ сын, уэшхми, уэсми, жьыбгъэми япхъэхауэ. Тхьэм ещІэ ар щыхасари хэзысари. «Нарт Архъышау и сын»,аращ а сыным зэреджэр. Хэт Архъышаур? Сыт зэман щы-псэуар? ЛІыгъэ зэрихьэу къаукІа, хьэмэрэ хъунщІакІуэу хэкІуэ-да? ЛІыгъэ зезымыхьам, лъэпкъым щхьэкІэ зи щхьэр зымыгъэтІы-лъам адыгэм фэеплъ сын хуигъэувыркъым. Ар хьэкъщ. Хэт-тІэ нарт Архъышаур?

Атэбий сыныр тІэу-щэ хъурейуэ къикІухьри, и шыр, уанэ зэры-телъу, илъэхъащ, езыр сыным кІэрытІысхьэри, щхьэпхэтІыгукІэ абы егъэщІауэ, хэгупсысыхьащ «Уэ лъэужьыншэу укІуэдакъым,— мэІущашэ ар, Архъышау епсалъэ хуэдэ.— Іэхъуэ, мэлыхъуэ нэхъ мыхъуми уи сыныр ялъагъу, апщІондэхуи уи цІэр жаІэ. Сыт нэхъ гузэвэгъуэ щыІэ лъэужьыншэу укІуэдын нэхърэ. Си шынэхъыщІэ-тхьэмыщкІэр... М-м-м, Къэрэщей, Къэрэщей, си лъакъуэу фІэмы-тыжыным щхьэ сыдахат, щымыІэжын зекІуэми щхьэ сыкІуат... Къэхъунур сыткІэ пщІэн? Тхьэм апхуэдэу хъуну иуха къыщІэ-кІынт. Иджы зы гугъапІэ сиІэжкъым. Дыгъуасэ Нартсанэ сызы-щрихьэлІа ди къуажэ Накуэ Исмел хъыбар щымыІэу жиІащ. Сэр щхьэкІэ нэхъ гузавэу жеІэр. Сэ дэнэ сыкІуэн, сыти къысщы-щІын...»

Махуэ псом уанэгу иса щІалэр зэуэ Іурихащ. Куэдрэ жея, ма-щІэрэ жея—ищІэжкъым. Ауэ пщІыхьэпІэ Іей дыдэм къыщигъэу-шам жэщыр фІыуэ хэкІуэтат, мазэ изым Іурихыу уафэ джабэм зыщигъафІэт. Дуней псом цІырцІыр макърэ метрипщІ-пщыкІутху хъункІэ хъуакІуэу щыт и шым и пырхъ макъымрэ фІэкІа зэхэпх щыІэтэкъым. «Тобэ,— Іущэщащ Атэбий,— тобэ, сыт пщІыхьэпІэ телъыджэ слъэгъуар».— Ар етІысэхыжри сыным зыкІэригъэщІэ-жащ. Иджыпстуи слъагъу хуэдэщ пщІыхьэпІэм хэта псори. Хэта-ри зыт, нарт Архъышаут. Ар къуэ гуэрымкІэ къыдэкІри къыбгъэ-дыхьащ. ЛІым и фащэр къыщолыдыкІ, и Іэщэр дыщэрэ дыжьын-рэщ, езырщи — зэкІужщ. «ГъуэгуфІ апщий», Атэбий,— сэлам кърихащ лІым.— Нарт Архъышау жыхуаІэр сэращ». «Тхьэм и щІасэ ухъу,— Іэнкуну жэуап итыжащ Атэбий. ЕщІэр иджыпсту абы зэрегупсысар, пщІыхьэпІэу мы псори и нэгу зэрыщІэкІыр, ауэ и нэр къыхузэтехыркъым.— Лъэс пцІанэу мы щІыпІэм дауэ укъи-хуа? ЗыгуэркІэ сэбэп сыпхуэхъуфыну?» «Укъысхуэхъуфынущ,— жиІащ Архъышау, щІалэм къыбгъэдэтІысхьэри.— Уэ, Атэбий, уи къуэшым ущымылъыхъуэн щІыпІэхэм ущолъыхъуэ. Уи жагъуэ умыщІ мы сэ бжесІэнур, тхьэм иухам дэ къару худиІэжкъым, уи шынэхъыщІэр псэужкъым, и хьэдэри жыжьэ щыІэкъым, фи къуа-жэм пэгъунэгъущ». «Дэнэ?» — и гур къолъэт Атэбий. «УмыпІа-щІэ,— къеплъащ абы Архъышау,— унэсыжым къэпщІэнщ. Ауэ сэ зы лъэІу пхузиІэт. Си лъэІур пхуэмыщІэну щытмэ, сыкъомыгъэ-гугъэ». «Си къарурэ си лІыгъэрэ пекІуэкІыу щытмэ, згъэзэщІэнщ». «ПекІуэкІынущ,— къипхъуэтащ лІым.— Уи къуэшым хьэдэІус щы-хуэпщІкІэ, нэгъуэщІ мыхъуми, зы мэл схуэукІ мы си псэр тыншы-ну. Дунейм сызэрехыжрэ лъыпэ къысхурагъэкІакъым, зы мэрем пщыхьэщхьэ жьэрымэ схуагъэуакъым». «Благъэ, Іыхьлы уиІэтэ-къэ?» — йоупщІ Атэбий. «СиІэт,— щэтащ Архъышау,— нэхъ тэмэ-му жыпІэмэ, снІат. Зы цІыху дыкъагъэнакъым, лъэпкъым лъапсэ-рыхыр къытхуагъэкІуащ. Лъы мащІи дгъэжакъым, мащІэм я шхьэ пызупщІакъым, ауэ езыхэр нэхъыбэт... Сэ сакъыІэщІэкІри мыбдеж сыкъэсауэ... Жэщ шынагъуэт ар... Мис, фэеплъ тІэкІур цІыхухэм схухасащ. Тхьэр арэзы къахухъу. Уэ зомыІэжьэ, ежьэж. Уи гъуэгу хэгъэщІ...» Къэтэджри, абы адэкІэ зы псалъэ жимыІэу къызыдэкІа къуэм дыхьэжащ. Атэбин куэдкІэ еупщІыну хуейт, ауэ и жьэр хузэтехакъым, и Іэпэ къудей хуэгъэхъеякъым.

Къулъшыкъушхуэм нэблэгъауэ Атэбий Тэрч зэпрыкІыжри къуажэ хъупІэм ихьащ. Жылэм я Іэхъуэ Батырбэч кхъужьеижь лъабжьэм щІэст, нэмэз ищІу. Атэбий шым къепсыхри Іэхъуэм нэ-мэзыр иухыху пэплъащ, н нэмэзлыкъыр зэщІикъуэжу и вакъэр лъитІэгъэжа нэужь, бгъэдыхьащ.

  • Къабыл тхьэм ищІ,—жиІащ абы, Іэхъуэм сэлам ирихыу-рэ.— ХэбгъэкІуэта хуэдэ уи нэмэзыр.

  • Нэхущ лъандэрэ жэмыжьым яужь ситщ. Имышхын ишха-гъэнщ, бэгащ фэндым хуэдэу... ФІэхъусыж. Атэбий. КъэтІыс. Сыт хъыбар?

  • Упсэуж, Батырбэч,— иритащ жэуап, тІысурэ.— Хъыбарын-шэу сыкъокІуэж. Къэзгъэнакъым сыщымылъыхъуа тенджыз Іуфи, КІахи, Хьэжрэти.

  • Абы нэс щыІэкъым уи къуэшыр,— щэтащ Іэхъуэр.— Уи анэ-ми жесІащ сэ слъэгъуар. Къэрэщей щыкІуэда махуэм псым зэпры-кІыжа шум и закъуэщ. И шыплІи и шыпхи зы цІыху тесакъым.

— Шур уэ гъунэгъуу плъэгъуа?

— Гъунэгъури сыт, ауэ къэсцІыхуа си гугъэщ. Уи анэми жес-Іащ ар. Куэдым къыздаІыгъ. Пэжщ, Мэртазэ и къуэжьым сишэри хьэр къыстригъэжьащ, жылищ дызэхэту Тэрч зэпрыдгъэкІыжа ди хьэщІэм пцІы тыболъхьэ, алыхьым уигъэкІуэнкъым, жиІэри.

  • Хэт ар жыхуэпІэр, Батырбэч?

  • КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь.

  • Сыт жыпІэр? Ар мыбы щыІа?

— ЩыІащ, Атэбий. Мыхуищ-плІыкІэ Мэртазэхэ я хьэщІащ. — Сэ зыри къызжаІатэкъыми-тІэ. Ар мыбы щыІауэ...

— Хэт къыбжиІэнт... Хэти игу къэкІынт, Мэртазэ и къуэжьми жиІащи, къуажищми хьэІусыпэ зрату дэсхэм ирагъэжьэжам къи-гъэзэжу апхуэдэ щІэпхъаджэ ищІэну? Уэри уи адэм хуэдэ ухъу-жа ди гугъэри дыгуфІати, ди щхьэр къыфІэпхащ. Уи адэ тхьэ-мыщкІэр чэнджэщэнут, упщІэжынут. УщІэпхъуэн ипэ укъыдэчэп-джэщын хуеящ. «Узэчэнджэщын уимыІэмэ, уи пыІэр гъэтІылъи ечэнджэщ»,— жиІащ пасэрейм. Абы къикІыр а уэ пщІам хуэдэ умыщІэ жиІэу аращ. Гупсысэн хуейщ, Атэбий, уи лІыгъэмрэ къа-румрэ уащыгугъкІэ зэфІэкІыркъым. КІуэ, дыхьэж, уи анэ тхьэ-мыщкІэм н псэр гъэтыншыж. «НэхъыщІэм нэхъыжьри теслъхьащ»,— жеІэри гъыбзэр къреш.

Іэхъуэм сэлам ирихыжри, Атэбий шэсыжащ. Къуажэ щІыбым-кІэ къекІуэкІыжри я куэбжэ къыІухьэдкащ. ПщІантІэр щымт цІыху дэсу пщІэнтэкъым. Куэбжэм жыжьэу унэмыс щІыкІэ укъэ-зыщІэу щыта я хьэжьыр дэнэ къэна, джэд къудей щызекІуэртэ-къым. Атэбий епсыхри, шыр ІумпІэкІэ пщІантІэм дишэжащ. Уа-нэр трихауэ шэщыбжэм деж щигъэтІылъым, Дахэшыр пырхъуэм къытехьауэ ар къилъэгъуащ. Анэр мащІэу къыхэщтри, щІэпхъуэ-нущ жыпІэну зыхишат, ауэ зызэтриубыдэжри, нышэдибэ дэкІауэ иджы къыдыхьэжа и къуэм хуэкІуэ нэхъ умыщІэну, езым къыхуэ­кІуэ Атэбий пежьащ. Къуэр и бгъэм щІикъузэри, и щхьэщІыбым и Іэр иригъажэурэ Іущэщащ:

— Узэзыгъэлъагъужа ди тхьэшхуэм си псэр къурмэн хузощІ. Сыкъиужэгъужауэ къыщІэкІынтэкъым... Фэрэ къупщхьи къыпхэ-нар, зи анэ мыгъуэр лІэн.

Атэбий зэхещІэ и анэм и нэпс пщтырыр езым и нэкІум къызэ-рытелъадэр, макъкІэ мыгъ щхьэкІэ и гузэвэгъуэр кІуэцІыкІыщІэ-кІэ зэригъэвыр. Зи бын зыфІэкІуэда анэм и псэм гуІэгъуэу телъыр и нитІым къаІуатэ. Дахэшыр и нэм ущІэплъэну шынагъуэт: хъуас-кІэр къызыщІихыу щыта нэ телъыджитІыр иджы ужьыхат, хъуас-кІэтэкъым иджыпсту абыхэм щІэплъэгъуэжыр, атІэ хъуаскуэт, куэд щІауэ дэп зыхэмылъыж яжьэт. Шэмрэ лъымрэ зэщІэту ды-хьэрэныр къызэрихыу щыта и нэкІу дахэр къежэщІэхат, ятІэгъуа-фэт, ухуейм бэным дэлъхьэ, хьэдэу фІэкІа зэрыпщІэн щыІэтэкъым.

— ГъащІэм и ІэфІым зэуэ щхьэ уигу щыкІа, дянэ? — Іущэщащ Атэбий, анэм и нэгум иплъэурэ.— Уи сурэтым уикІаи.

— НыщІыхьэж, тІасэ. ГъащІэми и къалэн егъэзащІэ: зым йо-дэхащІэ, адрейр иреуд, ещанэр гугъэкІэ егъэпсэу. Дэ сыт ди Іэ-мал, сыти тхуещІэну абы, бэІутІэІу нэхъ ин дыдэр къыдипэсу щыт-ми? «Узыпэмылъэщ псым зрегъэхьэх»,— жыхуаІам хуэдэу, ди бэІутІэІури хьэзабри алыхьым и Іэмырщ, жытІэнщи, дытІысы-жынщ. БжесІа мыгъуэт уи къуэшыр апхуэдэ щІыпІэ жыжьэ дэ-хуэхыпІэ зэрыщыхуэмыхъуар. УкъызэдэІуакъым. «Хьэм и гугъуе-хьын къикІмэ, чырэ докІуэ»,— жыхуаІэм хуэдэу, бэлыхь зытеплъ-хьэжащ. Шыр гъэзэгъэжи ныщІыхьэж...

Нэху щыху жеякъым Атэбий. И нэр зэрызэтрилъхьэу, Архъы-шау и нэгум къыщІохьэ, зыгуэрхэр къыжреІэ, къыжриІэм щыщу зы псалъэ зэхихыркъым. Нэхущ нэблэгъауэ зыгуэр къэджащ. Атэ-бий къыщылъэтри зихуэпащ, и пэшым къыщыщІэкІым анэр абы и пащхьэ къихутащ.

  • УщІэмыкІ,— мэпыхьэр Дахэшыр,— сэри сынолъэІу, алыхь-ри узогъэлъэІу, ущІэмыкІ узэзгъэфа быдзышэм и хьэтыркІэ.

  • Дянэ, апхуэдэу жомыІэ,— йодэхащІэ къуэр анэм.— Сыт на-пэр сиІэу пщэдей цІыхум сахыхьэну? Іуэху пІэщІэгъуэ иІэмэ-щэ? Е ди гъунэгъу...

  • Гъунэгъур нэхущым къэджэнукъым, Атэбий Иджы хуэдэ зэманым къоджэм фІы игу илъкъым.

— Атэбий! — къоджэ аргуэру макъыр.

— Зэхэпхыркъэ? Макъыр си цІыхугъэщ. Умыгузавэ, дянэ, зы-ри къэхъункъым. Тхьэм зэрыжиІам фІэкІынукъым, ухуеймэ гъущІ пхъуантэм сыдэгъэтІысхьэ. Уэ моуэ щыт, сэ иджыпсту...

ДакъикъитІ-щы нэхъ дэмыкІыу Атэбий и ныбжьэгъуфІ дыдэ Джэршокъуэ Шухьиб и гъусэу къыщІыхьэжащ. ХьэщІэм Дахэ-шыр сэлам ирихри, щІалитІыр хьэщІэщым кІуащ. Куэд дэмыкІыу Дахэшыр тас, къубгъан къихьри заригъэтхьэщІащ, ахэр щІихыж-ри, Іэнэ лъакъуищыр къыщІихьащ, лы гъур дзасэм фІэлъу гъэ-жьауэ, пІастэ и гъусэу телъу. Едзэкъахэщ, Атэбий здэщыІа, къы-ЩикІухьа, зыхуэза псоми я гугъу яхуищІыжащ, ауэ уІэгъэ зэры-хъуауэ щытар зы псалъэкІи къыхигъэщакъым. Хабзэтэкъым гъуэ­гуанэ тету къыщыщІар адыгэлІым езым жиІэжу. Сыт хуэдиз лІы-гъэ блэкІам игъэпщкІуа, ахэр зезыхьахэм езыхэм жаІэжын ха-бзэншагъэу, щхьэщытхъужыгъэу къалъытэурэ! Сыт хуэдиз лІы хахуи лъэужьыншэу кІуэда, я лІыгъэм уэрэд хуэфащэу!

  • Ди къуэшхэм сыт я псэукІэ, сытым игъэгузавэрэ? — къеуп-щІащ Шухьиб, Атэбий и хъыбарыр иуха нэужь.

  • Тхьэм жиІэмэ, гузэвэгъуэ щыІэкьым. Пэжщ, псы Іуфэм Іус шапсыгъхэм я Іуэхум ущІэгузэвэн нэхъ хэлъу сеплъащ.

— Тыркур гъунэгъущ, модэкІэ тэтэрхэри...

  • Аракъым щхьэусыгъуэр,— хэгупсысыхьауэ жиІащ Атэ-бий.— Хы Іуфэм щІы щызикуэд адыгэ уэркъхэм щІыр урысхэм иращэ, модрейхэм зыгъэпсэхупІэ, зыгъэпскІыпІэ ящІ. Псом хуэмы-дэу дзэм хэт куэдым къащэху. Инэралхэр гъунэжщ.

  • Сыт-тІэ абы щхьэкІэ? — игъэщІагъуэу пыгуфІыкІащ Шу-хьиб.— Загъэпсэхум кІуэжынщ. Дэ Урысейм дрихамэкъым. Урыс пащтыхь ди малъхъэу щытащ.

  • Аракъэ нэхъ шынагъуэр. Пащтыхьым хы Іуфэр ятрихыу Урысейм щигъэпщылІхэм адыгэхэр хигъэхьэнкІэ мэшынэхэр.

— Иджыпсту апхуэдэкІэ къеныкъуэкъурэ?

  • Хьэуэ. Тхьэм жиІэмэ, иджыпстукІэ псори мамырщ. Унэ зэтетхэр яухуэхэр, урыс кхъухь куэди къыІухьэ хъуащ. Ло и къуэ-жьыр тхьэусыхащ: «сабырщІэгъейуэ къыщІэкІынущ мыхэр»,— жи-Іэри. Ауэ, зэрыжысІащи, зэран яІэкъым: загъэпсэху, я нэгу зра-гъэужь, йофэ-йошхэ. Ефэми, тыркухэм хуэдэу хьэлыншэхэкъым, зэпІэзэрытхэу фэ есплъащ. Айтэч и ныбжьэгъум и хэгъэрей афи-цар гуэрым дригъэцІыхуати, си Іуэхум быдэу къытегузэвыхьащ.

  • Сыти жыІэ — джаурхэщ,— жиІащ иджыри къэс щыму къе-даІуэу щыса Дахэшыр.— Кхъуэл яшхыу жаІэ.

  • Шагъыр куэд ираф,— пидзыжащ Атэбий.— Псыуэ уефэфын-къым абы шагъыру ирафым. Шым мышэсыжыф слъэгъуащ, ап-хуэдизкІэ и къарур щІихати. Я пащтыхьри къэкІуэну ягъэхъыбар. Убых щІыпалъэм, Сошэ деж, щІы щыхупачауэ жаІэр. Пэжщ. ахъ-шэшхуэкІэ ищэхуауэ зэрахьэ.

  • Ищэхуамэ, ари урыс щІыиалъэ хъуащ,— щэташ Шухьиб.— Мнс апхуэдэурэ, ди зэхуакум хьэлэ къыдаукІэурэ адыгэхэр дызэ-кІэщІаудынщи, дызэІэщІалъхьэжынщ.

  • Апхуэдэуи хъункІэ мэхъу,— щэтащ Атэбии.— Дауэ мыхъу-ми, а псоми дэ ди Іуэху хэлъкъым. Тхьэм зы жиІащи тІу хъун-къым. Ди Іуэху зетхуэжыфащэрэт. Дыгъуасэ сыкъыщыкІуэжым Батырбэч къызжиІар си шхьэм итщ.

  • КъуийцІыкІуокъуэ жыхуэпІэр? — къеплъащ абы Шухьиб.— Къуажэ псом дэлъщ а хъыбарыр. Щылъыхъуэн хуейщ мы гъунэ-гъухэм. УкъэкІуэжауэ щызэхэсхым, сэри аращ сыкъыщІэкІуар. Мес, нэху щащ, дыдэгъэкІ мо щІыбагъымкІи, пабжьэр щІэдгъэ-щыкІ. Тхьэ щызоІуэ, ар абы дунейм къытримынакІэ, зыщІыпІэ щІитІами, тІыгъэмкІэ къэдгъуэтынщ...

Дыгъэм иригъэзыхыху лъыхъуащ щІалитІыр. Ешауэ, пщІэн-тІауэ псынащхьэм деж щетІысэхри, загъэщІыІэтыІащ, гущІэгъулы гуэрым псынащхьэм тригъэува фалъэмкІэ псы щІыІэ ефэри, удзы-

пцІэ дахэм хэгъуэлъхьащ. Атэбий и щхьэр удзым нэса къыщІэ-кІынтэкъым блэ къеуа хуэдэ къыщызэфІэтІысхьэжам. Удзыр Іэ-кІэ къиІэбэрэбыхьурэ абы къигъуэтащ блащхьэ, уагъэ фІыцІэ ищІауэ.

  • Шухьиб,— йоплъ, ар и ныбжьэгъум, блащхьэр ІитІкІэ иІы-гъыу,— мыр дыдейщ, ди блащхьэщ. Мы уагъэри ди анэм и ІэщІа-гъэщ. Къэрэщей и тэмакъыр узырейти, мыр пщІэхилъхьэу щытащ, япэ щІыкІэ мыбы из псы иригъафэрти.

  • Ущыуэркъэ? — къолыдыкІ Шухьиб и нитІыр.— Блащхьэ зэ-рымылъ унагъуэ гъуэтыгъуейщ.

  • Шэч хэлъкъым, мыр дыдейщ, щылъыхъуэн хуейри мыбдеж-хэращ. Ди лъэ зылъэмыІэсар мы псынэпс ежэхым и Іуфэращи, уэ мы лъэныкъуэм тету нех, сэ...

— Дэгъуэщ,— къызэфІэуващ Шухьиб.— НакІуэ. Лъэбакъуэ щэ ныкъуэ ичами арат Шухьиб макъ гуэрым къы-

щигъэувыІам. Ипэ къит бэрэжьей жыгыжь гъужам и лъабжьэм зншыхьауэ блэ ин щІэст, зыкъиупцІын хьэзыру и щхьэр Іэтауэ. ЕтІуанэми, арщын хуэдэкІэ Іупщауэ, зишыхьыжырт, ІукІын мурад лъэпкъ имыІэу. ЩІалэр къэувыІащи, адэкІэ ищІэныр имыщІэу щытщ. «Мы цІапІэхэр ауэ мыбдеж щыскъым,— йогупсыс Шу-хьиб,— шэч хэмылъу, зыгуэр яхъумэ. Сытын хуей? Я гъуэрауэ пІэрэ? ФІэщ хъугъуейщ. Мы псынэпс щІыІэм я Іуфэр абыхэм псэ-упІэ ящІын хуейкъым. ЩІыІэ фІыуэ ялъагъуркъым а цІапІэхэм. ЩІапІэжь бгынэжар, кхъэ хуэдэхэращ мыхэр здэщыпсэу хабзэр...

— Щхьэ ущыт, Щухьиб? — къеджащ Атэбий.

— ЕмыкІущ жыпІэну, ауэ блитІ къыспэтІысащи, мы жыг лъа-бжьэм сыщІагъэхьэркъым. Шэч сощІ мыхэр зыгуэрым тегужьеи-кІауэ.

— Сэ мыдэ зы башыфІ пызупщІынщи сынэкІуэнщ.

Баш гъумыщІэм щышына е цІыхуитІым зэрапэмылъэщыныр хьэкъ ящыхъуа, блитІыр, яфІэмыфІурэ, Іупщащ. Жыг гъужам и лъабжьэр Іэпэбжьэ зырызу щІащыкІа пэтми, зыри ягъуэтакъым. ЩІым зэрыхэпэщэщыхьа и ІитІыр итхьэщІыжыну псы Іуфэм Іулъ къамыл гъуар щызэкІэщІигъэкІуэтым. Шухьиб и фэр пыкІауэ пхэщІкІэ хэтІысхьащ. Абы хуэмурэ зыкъиІэтыжри, и ныбжьэгъум дежкІэ зыкъригъэзэкІащ.

— ЗыІыгъ, къуэш,— Іущэщащ ар,— къару, лІыгъэ зыхэгъэлъ.

  • Щыгъэт, Шухьиб,— Іуилъхьащ и Іэр и жьэм Атэбий,— умы-гушыІэ....

  • Уэ мыбдеж укъэзгъэнэнукъым, кІуэ, зы щІакІуэ къэхь... Мо нэхъ гъунэгъуу щыс Темболэт къуитынщ. Езыр дэсми къыздэшэ.

— Щухьиб....

— КІуэ, жысІакъэ! Дыгъэр къухьэнущ ауэрэ... Уи къуэшыр мыбдеж хэлъщ. КІуэ, тІасэ, жэщ умыщІ...

Махуибгъу дэкІри Къэрэщей къурІэнаджэ хуащІащ, сэдэкъэри абы ирырагъэхьэлІащ, хьэблэм сабийуэ дэсыр тІэпІу ягъэшхащ. КъурІэнаджэм и ужь япэ узрихьэлІэ мэрем махуэм Атэбий вы-щІэ домбей Архъышау и псэм хуиукІри, лы цІынэу хуигуэшащ,

лІыжьитІ-щы тхьэ хуригъэлъэІури, аргуэру хьэблэ сабийм хьэбы-вэ шыуанышхуитІкІэ зригъэтІыжащ. Жылэдэсхэм къагурыІуа-къым Атэбий етІуанэ хьэдэІусыр щІищІар. Дэтхэнэ зы уэрамыщ-хьи, унагъуи, гуп зэхыхьи хъыбарышхуэу щызэпадзыжт ар, ауэ зы цІыхум, е нэхъыжьу, е нэхъыщІэу, жэуап тэмэм иритыфыртэ-къым. Языныкъуэхэми и адэ Къубатий хуищІауэт зэрыжаІэр, ад-рейхэм, «Мулид мазэщ, мэрем махуэ лъапІэти и лІахэм я псапэу ищІащ»,— жаІэрт. Зы цІыхут пэж жызыІэфыну къуажэм дэсыр — ефэндыр, Алъкъэщ Мэжид. Атэбий абы жриІат Іуэхур зытетыр, ефэндыми щІалэм кърихьэжьа Іуэхур хуигъэдэхат: пщІыхьми на-хуэми абы зыми и Іуэху хэлъкъым, уи гумрэ уи псэмрэ къыбгъэдэ-кІыу дунейм ехыжам и псэм хуэбгъэкІуэдыр псапэу тхьэм къуиты-жынущ, ар зэи кІуэдыркъым.

Пэжщ, Мэртазей псом псалъэмакъышхуэ дэлъым ар и зы къу-дамэ гуэж цІыкІуу гуэту арат. ЦІыхухэм я жьэм жьэдэмыкІыр, цІыхуитІ зэбгъэдэувамэ, ягъэщІагъуэу зытепсэлъыхьыр фэ кІа-псэкІэ зэкІуэцІыпхарэ къыдримыхьеин щхьэкІэ мывэ абрагъуэм епхыжа щІалэ цІыкІур къызэрагъуэтыжамрэ ар апхуэдэу гущІэ-гъуншэу зыукІын хуей хъуамрэт. Сыт и лажьэт мо сабий гуэны-хьыншэм? Сыт хуэдэгу уиІэн хуей апхуэдиз хьэкІэкхъуэкІагъэ са-бийм кІэлъызепхьэн щхьэкІэ? Къуажэдэс куэдым ягу къэкІыжащ Атэбийрэ Мэртазэ Елбэздыкъуэрэ зэрызэщыхьауэ щытар. «Мэрта-зэхэ къыпхуагъэгъуи я гъащІэкІэ ятелъын тхьэбзэ яхуибдзауэ? — жаІэрт куэдым.— Елбэздыкъуэ езыр цІыху ІуэнтІащ, къэрабгъэщ, гуп щахэтым и деж ихъу-илъ щхьэкІэ, и закъуэ хъуамэ, мыбанэу дзакъэ хьэщэхурып.хъуэм хуэдэщ. Къэрабгъэм и напэ сыт хуэдэ залымри тригъэхуэфынущ. Еплъ-тІэ ар абы и Іэужьу къыщІэмы-кІым». «Іэу, зиунагъуэрэ,— ядэртэкъым языныкъуэхэми,— ар дауэ фхужыІэрэ? Атэбийрэ Елбэздыкъуэрэ лъы яку дэлъу щытмэ, езы-хэр балигъщ, гужьгъэжь зэхуаІэу щытамэ, алъандэрэ зэхагъэ-кІынт. ЗэгурыІуэжащ ахэр куэд щІауэ, езы Мэртазэ и къуэжь дыдэм жиІэгъащ и къуэр зэрыкъуэншар. ИщІэнкъым апхуэдэу Елбэздыкъуэ, е и адэм щымышынэу, е тхьэшхуэм и тезырым фІэ-мылІыкІыу».

Атэбий игу къэкІыххэртэкъым и къуэшыр Мэртазэ Елбэзды-къуэ иукІауэ. Пэжщ, абы зэи щыгъупщэртэкъым Елбэздыкъуэ и тхьэкІумэм и кІапэр зэрыпиупщІар, Елбэздыкъуэ езыр цІыху гущІэгъуншэу яцІыхурт, ауэ а махуэм и адэм абы жриІамкІэ, иужькІэ ЕщІэнокъуэм къыхуиІэ хъуа щытыкІэмкІэ, Атэбий и деж-кІэ фІэщ хъугъуейт и адэм и нэлат щымышынэу апхуэдэ залымы-гъэ Елбэздыкъуэ ищІэну. Атэбий и гупсысэм щыхьэт техъуэ хуэ-дэ, жылэр а гурыщхъуэм зэщІищтауэ хъыбару щыдэлъ зы пщы-хьэщхьэ гуэр, жасым деж, къуажэпщыр къэкІуащ ЕщІэнокъуэхэ, и къуэри и гъусэу. Зэадэзэкъуэр къэмыувыІэу хьэщІэщ тІэкІумкІэ щІыхьащ. Адыгэхэм хьэщІэщ зиІэр нэхъ хуэкъулейхэрт: лІакъуэ-лІэшхэр, уэркъхэр. ЛъхукъуэлІхэм мащІэ дыдэт апхуэдэ унэ лей зыщІын зыхузэфІэкІыр, ахэри къуажэм лІыгъэкІэ нэхъ къыща-цІыху, цІыху зыкІэлъыкІуэрей закъуэтІакъуэхэрт. ЕщІэнокъуэхэ я хьэщІэщри егъэлеяуэ ину, хьэмэрэ гъэщІэрэщІауэ щыттэкъым: жьантІэм пхъэ зэфІэбдзэ гъуэлъыпІэ къыдэтт, блыным шэнт лъахъшэ зытхух егъэувэкІат, блынджабэм Къубатий и Іэщэ-фа-щэр фІэдзат, шхуэ, уанэ, кІэрыщІэхэр я гъусэу, щІакІуэ, бащ-лъыкъ къытелъу. УзэрыщІыхьэу, сэмэгурабгъум деж, плІанэпэм жэз тас щытт, къубгъани абы иту, ищхьэІуэкІэ напэІэлъэщІ къа-бзэ щыфІэдзат. ИжьырабгъумкІэ Іэнэ лъакъуищ щытт. Атэбий фэм зэрелэжь Іэмэпсымэхэр телъу: дыд, фэдэн, фэхэш, нэгъуэщІ-хэр. ХьэщІэщыр къабзэт, зыщымылъыпхъэ и деж щылъу уи нэм зыри къыфІэнэртэкъым.

Атэбий хьэщІэщым къыщІыхьэри и Іэ ижьыр и бгъэ сэмэгум трилъхьащ, мащІэу, щэныфІэу щхьэщэ ищІри, къэкІуаитІым гуры-щхъуэ лъэпкъ къахуимыгъэнэжу, жиІащ:

—Пщы зэрыхьэ бей мэхъу, жаІэ, зи щІыхьыр ин, си гуапэ хъуащ фыкъызэрыкІуар. СыткІэ къэзлэжьа апхуэдэ пщІэр, зи-усхьэн?

  • Тхьэшхуэм и гущІэгъум ухимын, Атэбий,— гуапэу къеплъащ абы Мэртазэ и къуэжьыр.— ХьэдэІусри дэгъуэу зэфІэбгъэкІауэ зэхэсхыжащ, и псэм тхьэм лъигъэс, жэнэт шхын тхьэм хуищІ. ЖэназыщІ сыкъыщыкІуами зэрыбжесІащи, Іуэхур щІэна тхьэм имыщІкІэ. Сэ къызгуроІуэ уэ иджыпсту уи щытыкІэри, уи гум игъэври. Ауэ, мызэ-мытІэу уэ бжесІащ, уэ ущІалэ губзыгъэщ, уи лІыгъэм хуэдиз нэмыси хабзи пхэлъщ, сынолъэІу, уэ хьэкъыу ппхыкІауэ уи фІэщ мыхъуауэ, гурыщхъуэ пцІанэкІэ гуэныхь къо-мыхь. ЛъыкІэ къэпхьа гуэныхьыр зэрупшыныжыфынур — лъыщ.

  • Зи щІыхьыр ин,—зигъэщхъащ щІалэм, и Іэр и бгъэм трилъ-хьэри,— сэ иджыри жылэми лъэпкъми яхуэсщІа щыІэкъым, ап-хуэдиз щытхъу къэзлэжьакъым. Къуажэм ущыдэскІэ, жаІэри зэ-хомыхыу хъуркъым, ухуейми ухуэмейми. Ауэ сэ сыхуейт уи фІэщ хъуну мы зыр: сощІэж ди псалъэмакъри, уи щІалэм сэрэ дызэры-зэхуилъари. Сыт щымыІамн, дяку сыт имылъамн фэ щхьэкІэ сэ сыгурыщхъуэншэщ. Тхьэм жимыІэкІэ фэ гурыщхъуэ фхуэсщІу фи гуэныхь къэсщтэну.

  • Упсэу, си щІалэ,— къэтэджыжащ къуажэпщыр.— Уи адэ урикъуэщ. Сэ сыпсэуху си деж гущІэгъу щыбгъуэтынщ.— ЩІэкІы-жыну ежьэжат, ауэ къэувыІэжри, Атэбий зыхуигъэзащ: — ИтІа-нэ... си лъэІур шынагъэм къыхэкІауэ аракъым, Атэбий. Дызэры-мыкъуаншэр бжесІэну арат. ЛъыкІэ къуаншэм лъыкІэ ипшыны-жын хуейуэ хабзэщ, аращ къызэрекІуэкІри, ауэ къуаншагъэ бгъэ-дэмылъу, лъы щракІути къохъу, апхуэдэ къэмыхъун щхьэкІэщ щІыжысІэр. ЦІыху псоми ягу дэ дихьакъым, нобэ дэ пхъэхьым хуэдэу зыкъытхуэзыгъэшхэм дызэраушту дызэрыукІыжым нэхъ зи гуапэнхэри хэтынкІэ мэхъу.

  • ПщІэну щыткъым,— иридзыхащ и напІэр Атэбий.— Иджы, зи щІыхьыр ин, зумыусыгъуэджэмэ, ди анэм и Іэнэм утхутеІэба-тэмэ, абы нэхъ насып щымыІэу къэслъытэнт. Сэ сыщІалэ за-къуэщ, фэ фхуэдэ хьэщІэ лъапІэ си унэ къихьэныр си гъащІэкІэ схуэмыпшыныжын пщІэщ. Хъуххэнумэ, ар нэмысыншагъэу си деж щомылъагъунумэ, сынолъэІунут зэ уетІысэхыжыну.

— Іэу, щхьэ апхуэдэу жыпІэрэ, Атэбий? — игъазэри тІысыжащ Мэртазэ и къуэжьыр.— Уэлэхьэ, сэ Дахэшыр и ерыскъыи сшхам, уи адэ тхьэмыщкІэм сыщІыгъуу.

— Хьэлэл тхьэм пхуищІ... Сэ иджыпсту...

Атэбий зэрыщІэкІыу Елбэздыкъуэ и адэм дежкІэ плъэри, и на-пІэр ирихьэхыжурэ, еупщІащ:

  • Уи щхьэ хуэбгъэлъахъшэ къыфІэмыщІауэ пІэрэ а лъхукъуэ-лІым?

  • Ар апхуэдэлІкъым.

  • ЖиІэнщ Бэдинокъуэу.

  • ЗэтепІэ! А сэ сымылъэгъуа Бэдинокъуэ нэхърэ нэхъ лІыфІщ ар. Зэи сщыгъупщэжыркъым абы къызжиІэгъар. Ар Азэпщ Хъы-зыр бий къыщытхуэпщІа зэманырат. Ди тхьэшхуэ, гущІэгъу къыс-хуэщІ, си гъащІэм апхуэдэ фІеягъ сигу къэкІатэкъым. Уэ усІэ-щІэкІынкІэ, унагъуэр хэкІуэдэжынкІэ сышынэри селъэІуат Атэ-бий... Къысхуидакъым. Сэ сылІыукІкъым, къызжиІащ. Уи къуа-жэ бий къытеуамэ, адыгэ лъэпкъыр тхьэмыщкІапІэ дохуэ жыІи, си псэм щхьэкІэ сышынэу сыкъикІуэтынкъым, жиІэгъащ. Догуэ, ар тІури зыкъэ, тІум щыгъуи псэ бгъэнынущ? — сыщеупщІым, «Си дежкІэ зыкъым,— жиІэгъащ.— ЗауэлІымрэ лІыукІымрэ я къалэ-ныр зыуэ щытакъым, щыткъым икІи щытынукъым». Мис аращ акъылымрэ лІыгъэмрэ зэтехуэмэ... Уэ сыпхуэдам а щІалэр ныб-жьэгъу сщІынт. Ныбжьэгъу пэж. Егупсыс абы. Сэ жьы сыхъуащ, ноби ныжэби... Уэращ къэнэнур. Сахоплъэри, укъигъэпэжыну лІищ яхэткъым уи Іуэху я пащхьэ иплъхьэ хъуну...

Атэбий къыщІыхьэжащ Іэнэ лъакъуищыр иІыгъыу. Ар нэхъы-жьым и пащхьэ иригъэувэри, напэІэлъэщІыр и дамэм иридзэ-кІащ, тасымрэ къубгъанымрэ къищтэри, игъэзэжащ. Мэртазэ и къуэжьым и Іэм псы дигъэжэхри напэІэлъэщІымкІэ илъэщІы-жащ, тІысыжри Атэбий къеплъащ:

1 Уи анэм укъеджэркъэ, хуэмыху. Дахэшыр езыр бегъымба-рым хуэдзщ, дымылъагъуу дыщІэкІыжмэ, емыкІу къыттехуэнщ.

Дахэшыр къыщІыхьэри и щхьэр къыдримыхьейуэ къуажэпщым сэлам ирихащ, мыдэкІэ къэІэбэри и Іэр Елбэздыкъуэ хуишиящ. Сэлам-чэламхэр зэфІэкІа нэужь, «УкъызэрыкІуэнур тщІатэмэ...» жиІэу къригъэжьат фызым, ауэ Мэртазэ и къуэжьым абы и пса-лъэр ІэщІихащ.

— Умыгузавэ, Дахэшыр, сыт щыІэн пІастэрэ лы гъуррэ нэхъ ІэфІ. Абы, уэ пщІауэ фо махъсымэ щигъусэжкІэ, ар тхъэгъуэщ. Тхъэгъуэ тхьэм къывит.

— Уп хьэлэлщ, зи щІыхьыр ин. Фи хьэщІэгъуэ фІы ухъу. Дахэшыр щІэкІыжащ. Къуажэпщым Атэбий тІысыну къыжри-

Іат (къелъэІуатэкъым!), ауэ щІалэм идакъым. Мэртазэ и къуэжь-ми хигъэзыхьакъым. Атэбий тІысмэ, Елбэздыкъуи зыкъригъэщэтэ-хынкІэ шынэри. Апхуэдэ къыщрищІи къэхъуат. ЛІыжьыр кІэщІу, акъыл хэлъу хъуахъуэри, махъсымэм ІубыгъуитІ-щы хигъэщІащ. Фалъэр игъэувыжри, лы Іыхьэ дзасэм къыфІихащ, ар пІастэм трилъхьэри, фІэІэфІу едзэкъащ. ЩІалитІыр щытщ, нэхъыжьыр къаплъэу нэкІэ унафэ къытхуищІыну, жаІэ хуэдэу. Мэртазэ и къуэжьыр махъсымэм аргуэру хэфри и ІитІыр къишиящ. Атэбий псынщІэу напэІэлъэщІыр къыфІихри иратащ. «Алхьэмдурилэхь, шыкурыр алыхьым и дежщ, ялыхь, уи гущІэгъум дыхыумын»,— жиІэурэ къуажэпщым зилъэщІыжри зыкъиІэтыжащ. Ар лІышхуэт, ауэ зэкІужт: плІабгъуэт, бгы псыгъуэт, адыгэ фащэ щыгъыр екІупст, щыгъыу къалъхуа хуэдэт, ныбжьыфІ иІэ щхьэкІэ, и нэ-кІум зы лэдэх иплъагъуэртэкъым, и пащІэмрэ мыкІыхь дыдэу тещыхьа и жьакІэмрэ щІымахуэку уэсу зэрытхъуам нэхъри нэры-лъагъу къыпщащІт и ныбжьымрэ теплъэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр. Лъэ быдэкІэ зекІуэрт, и псэлъэкІэм къару хэлът, и Іэпкълъэ-пкъыр иджыри зэфІэту иІыгът. Нэ жан иІэт, уэ къодаІуэурэ ад-рейм жиІэри зэхихт, хьэщІэ къыхуэкІуамэ, е нэгъуэщІ къуажэ хьэ-гъуэлІыгъуэ ирагъэблэгъамэ, здагъэтІысам и деж нэху щыху щы-сыфт, зимыгъэхъейуэ, къемылъэІуІауэ зы псалъэ жимыІэу.

  • Фи ерыскъыр убагъуэ,— жиІащ къуажэпщым.— ФІы ды-дэуи дыщысащ. Уэ, Атэбий, узыхуейІам, узыгъэгузавэІам къызжы-Іэ. УмукІытэ. УзыщІэупщІэн щыІэу щытми, жыІэ.

  • ЕмыкІу мыхъунумэ, зыгуэркІэ сыноупщІынут, зи щІыхьыр ин,— Мэртазэ и къуэжьым емыплъу, и напІэр едзыхауэ, жиІащ Атэбий.

  • Сэ псалъэмакъым укъыхэсшауэ щхьэ емыкІу усщІыжын?— мащІэу пыгуфІыкІащ къуажэпщыр.— ЖыІэ, тІасэ.

  • Уи пщІэр нэхъри ин тхьэм ищІ,— мащІэу и щхьэр игъэ-щхъащ Атэбий.— Сэ сызэрыноупщІыныр мырат; уи деж хьэщІэу КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь щыщыІам...

  • Уэри Іэхъуэм жиІам уодаІуэ,— щэтащ Мэртазэ и къуэ-жьыр.

  • Хьэуэ, зи щІыхьыр ин, сэ иджыпсту зыри згъэкъуаншэр-къым. КъуийцІыкІуокъуэр щежьэж махуэм уи пщІантІэ дэту жи-Іэгъа мыпхуэдэу: «Си лъы щІыхуэ ятелъщ сэ мы жылэм, ауэ ар ЕщІэнокъуэ Къубатий здыщІихьащ, дэнэ къипхыжын?» — жиІэу.

Къуажэпщым и нэщхъыр зэхэуащ. Мэртазэ Щэмаул фІы ды-дэу ищІэжырт а псалъэхэр. Зэхихат наІуэу. Зэхимыхыу хъурэт и пащхьэм иту щыжиІэкІэ. Ауэ пщыр хуеятэкъым а махуэм пса-лъэмакъыр кІыхь ищІыну, Дэгужь и лъы щІы.хуэ хэт телъми, ар зытелъыр дунейм ехыжа ЕщІэнокъуэ Къубатийми, е Къубатий а лъы щІыхуэ зытелъыр ищІэу щэхур хьэдрыхэ здыщІи.хьами зэхи-гъэкІыну. Махуищ-плІыкІэ зэхэта гуфІэгъуэр нэщхъеягъуэкІэ иу-хыжыну хуейуэ зы адыгэ бысым дунейм теткъым. Дяпн зэман къилъщ, абыкІэ уи хьэщІэм ущеупщІын зэманн щІыпІи уихуэнщ. Арат бысымыр абы щыгъуэ Іуэхум зэрегупсысар, армыхъуамэ. къыгурымыІуауи, Іэнкун а псалъэхэм къамыщІауи аратэкъым. Пэ-жыр — пэжщ, Мэртазэ и къуэжьым а псалъэмакъыр Къубатий хуихьатэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Хьэжрэтым щыхуэзами, къы-хуеблэгъауэ епсэлъылІами, е нэгъуэщІ щІыпІэ щызэрихьэлІами КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь зэи Къубатий и гугъу ищІу Щэмаул зэхихатэкъым. Къубатии КъуийцІыкІуокъуэр ицІыхуу, хьэмэрэ хуэзауэ зыхуиІуэтэжа ирихьэлІатэкъым.

А псори къуажэпщым Атэбий къыжриІа нэужь, щІалэм къуа-жэпщым фІыщІэ хуищІри щІишыжащ. Уэрамым техьэжри, шыхэр ІумпІэкІэ иІыгъыу щыт пщылІым и деж щынэблэгъэжым, Мэртазэ и къуэжьым бысымым зыкъыхуигъазэри, жиІащ:

— КъуийцІыкІуокъуэм лІыгъэшхуэ, цІыхугъэшхуэ хэлъщ. Си фІэщ хъункъым сабий и лъы гуэныхь абы къищтэну.

— Тхьэм апхуэдэу къыщІигъэкІ,— пидзыжащ Атэбий.

ХьэщІэхэр шэсыжри ипщэкІэ драгъэзеижащ.

9

Адыгэм уанэгур игъуэтамэ, дуней псор езым ейщ. Абы и къа-рур тІощІкІэ нэхъыбэ мэхъу, и лъыр зэщІоплъэ, гъуэгуанэм хуэ-плъэ зэпытщ. ШыфІ зиІэ адыгэ (шыфІ имыІэмэ, ар адыгэ сытми!) пщІантІэм пхудэсынукъым, гуп уэршэр пхуахэтынукъым, абы игу-ри и псэри гъуэгум етащ; ежьэнущ, зекІуэ кІуэнущ, иджыри къэс и шы лъэужь къыщимыгъэна щІыпІэ пхыдзахэм зыкъыщигъэлъэ-гъуэн хуейщ, и шым и зэфІэкІ къипщытэну, езым и лІыгъэ игъэ-унэхуну. «ЛІы къэрабгъэ гъусэ умыщІ, шы кІуэрнэпцІ умышэс»,— жиІэрейт Атэбий и адэ Къубатий. ЛІы къэрабгъэр адыгэм и ажалт. Апхуэдэ мыхъун папщІэ, щІалэ цІыкІур щысабийм деж къыщыщІэдзауэ лІыгъэм хурагъасэрт: жэщ кІыфІым мэжджыт бжэІупэм, унэ бгынэжам, псыунэм, пабжьэ кІырым пыІэжь, къа-мышы хуэдэхэр халъхьэрти, сабийм кърагъэхьыжырт. Япэ кІуэ-гъуэм балигъ гъусэ хуащІырт, а щІыпІэм шынагъуэ зэрыщымы-Іэр сабийм и фІэщ хъун щхьэкІэ. Апхуэдэурэ щІалэр илъэс пщы-кІутх-пщыкІухым щынэсым, шынэн дэнэ къэна, и нэхъыщІэхэр лІыгъэм хуигъасэу хъурт. Шы цІахуцІэм тесыф зэрыхъуу, щІалэ цІыкІум и къалэным нэхъ гугъужыр къыхыхьэрт: лІыгъэ пхэлъ-ми, умышууеймэ, пыпхэм хуэдэу бийм уанэгум укъызэрыридзы-ныр къыгурагъаІуэрт. Абы и закъуэкъым. Шым тесым шыр шхуэ-мылакІэкІэ здыхуеймкІэ игъэІурыщІэу зэрыригъэсам ещхьыркъа-бзэу, иригъэсэн хуейт и куэпкъитІым къедаІуэу, и Іэпкълъэпкъым щыщ игъэхъеямэ, тесыр зыхуейр шым къыгурыІуэу.

Щолэхъу шы лъэпкъыр адыгэм къезыта Щолэхъу Щэрэлыкъуэ хъуэхъу мащІэ хужаІакъым, бжьэ мащІэ хуаІэтакъым. Щолэхъу-шыр уэркъыш хъуауэ щытащ. ЛІакъуэлІэшхэми мащІэт яхэтыр апхуэдэш иІэу. ЛъхукъуэлІ апхуэдэш тесу уэркъым илъэгъуамэ: «Къэбдыгъуащ, уэ мыбы утес хъунукъым»,— жиІэрти къытрихырт. И уасэ къудей иримыту. Пэжщ, лъхукъуэлІхэми яхэтт зырыз що-лэхъуш иІэу, ауэ ар зиІэр уэркъ гуэрым гъунэгъу ищІа, е зауэм къыщригъэлу, е зекІуэм щаубыдауэ къащыІэщІигъэкІыжу и нэфІ зыщыхуа гуэрт.

Атэбий и адэ Къубатий щолэхъушыр къызэрыІэрыхьар мып-хуэдэут: Щолэхъу Щэрэлыкъуэ Къуэгъуэлъкъуэ Шумахуэ иригъэ-блэгъат, и къуэ Алибэч и фызышэ хьэгъуэлІыгъуэти. «Щэрэлы-къуэ — Закъуэ и къуэ»,— хужаІэрт Щолэхъум. Абы гушыІэ хэлът зы лъэныкъуэкІэ. Щэрэлыкъуэ и закъуэут къызэрикІухьыр, хьэ-щІапІэ, хьэгъуэлІыгъуэ щыкІуэхэм деж. Адрейуэ, пэж дыдэу, абы и адэм и цІэр Закъуэт. Закъуэ и фІыгъэт Щэрэлыкъуэ щолэхъу-шым и ужь зэрихьар. Илъэсищ-плІы ипэкІэ Закъуэ КІахэм кІуа-уэ шэпсыгъхэм я деж еблэгъащ хьэщІапІэ. Бысымыр зыдэсыр бгы зэхуакум зыдэзыукъуэдия къуажэ цІыкІут, МэлвэткІэ еджэу. Нэгу-зыужьыр зэщІэплъауэ екІуэкІыу хы ФІыцІэм и Іуфэм Іус Агуей къуажэм къикІри Къэзаншэ Елъкъан къэкІуащ, Къэбэрдей нэс къикІыу хьэщІэ лъапІэ Шапсыгъым къызэрыкІуар зэхихати. Къэ-заншэ Елъкъан хы Іуфэм быдэу щацІыхурт: тыркухэми, кърым тэ-тэрхэми, нэгъуейхэми, иэгъуэщІ лъэпкъ куэдми шыкІэ сату яди-щІырт. Сошэрэ ТІуапсэрэ я зэхуакум Елъкъан шы табынищ щи-Іыгът, сондэджэр ирищІу. Мэрем махуэ къэс Агуей къесылІэрт кхъухь зыбжанэ щэкІ, гъавэ, хадэхэкІ, Іэщэ ярылъхэу, ахэр шыкІэ яхъуэжыну. Къэзаншэм къищынэмыщІауэ адыгэ куэдым шы къра-шалІэхэрт, зэрытабыну къэзыху щыІэт, ауэ Елъкъэн ишхэм хуэ-дэу зыри ящэхуртэкъым: абы ишхэр нэсауэ адыгэш къабзэт, ха-мэлъ лъэпкъ къахыхьатэкъым. Елъкъан и къуэш нэхъыжь Екъуб арат Іуэхуу иІэр: жэщкІи махуэкІи я шы табынхэм яхэтт нэгъуэщІ шы лъэпкъ хакІуэ шыбзхэм къызэрыхэмыпшэхъуэным кІэлъы-плъу...

НтІэ, хьэщІэхэр Къэзаншэ Елъкъэн игу ирихьри, иригъэблэгъа-хэщ. Щолэхъу Закъуэ щхьэусыгъуэ гуэрхэр ищІу мыкІуэну хэтат, ауэ Къэзаншэм «иджыблагъэ тыркухэм я деж къыщысщэхуауэ зы хакІуэ пщІэгъуалэ сиІэщи, абы и сэфэт зылъэгъуа мыбдеж фы-щыскъым, хьэрыпыш къабзэщ»,— щыжиІэм, мыкІуэу хуэшэча-къым. Закъуэ шы фІыуэ илъагъурт. Езыми иІэт зы шы табын, шыбз щищым щІигъуу, ауэ адыгэш къабзэу хэтыр мащІэт, инджы-лызхэм я шы лъэпкъым илъ къахыхьат. Пэжщ, ахэри шы лъэпкъ Іей хъуатэкъым: шыгъажэхэм, хьэгъуэлІыгъуэхэм щекІуэкІ нэ-гъуэщІ Іуэхугъуэхэм хэбгъэтыну уасэ иІэтэкъым: дахэхэт, лъэ псынщІэхэт. ІумпІафІэхэт. Ауэ, псом ящхьэу, адыгэшым и цІэр дуней псом щызыгъэІуа бэшэчагъыр, лъэ быдагъэр фІэкІуэдат. А тІур шым хэмылъмэ, ар адыгэм шыуэ къилъытэнутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, щыпсэу щІыпІэмрэ и дуней тетыкІэмрэ (къуа-кІэ-бгыкІэмрэ зекІуэмрэ) езэгъынутэкъым. Закъуэ и мурадт и шы табыныр Тэрч Ищхъэрэ Іус къэзакъхэм ярищэжу адыгэш къабзэ зэригъэпэщыжыну. Тхьэм и шыкуркІэ, къызэрищэхужын мылъку иІэщ.

Къэзаншэм, хьэщІитІри, здэщыІа бысымри и гъусэу, къуажэм хьэщІэхэр имышэу, шытх гуэр щхьэдишэхащ, сыхьэт ныкъуэ нэхъ мыкІуэу шы табын ин иришэлІащ. Щолэхъум илъагъур и фІэщ хъуртэкъым: нэм къиплъыхьыр телъыджэт — адыгэш защІэт. Куэдрэ замыІэжьэу ежьэхэри, сыхъэт ныкъуэ гъуэгукІэ аргуэру шы табын ирихьэлІащ. Адыгэ пщыІэ зэгъэпэщам и пэ къит жы-гей абрагъуэм и жьауэм лІитІ щІэсыр, къакІуэ шухэр щалъагъум, къыщылъэтахэщ, хьэщІэхэр ирагъэпсыхри, сэлам кърахащ. ЛІи-тІым языр Елъкъан и къуэш нэхъыжь Екъубт.

— Мы ди шынэхъыщІэм фи щхьэр иудэгу къыщІэкІынщ ишхэм щытхъуурэ,—и пащІэ щІэгуфІыкІащ Екъуб.—Шым къахомыгъэ-хьэ закъуэ, жэщи махуи пхуэпсэлъэнущ.

  • Уэлэхьэ, ямылеи жимыІа,— къыщыжащ Щолэхъур Елъ-къан,— мыпхуэдизыш фиІэуи къыджимыІа. Тхьэм фхуигъэбагъуэ. КъыщІэупщІэр куэд къыщІэкІынщ?

  • Тхьэм и шыкуркІэ, щІэупщІэншэ дыхъуркъым,— жэуап итащ Екъуб.— Псом хуэмыдэу мы ди гъунэгъу Тыркур зауэфы-щІэм зэрыхыхьэрэ шыуэ диІэр зэрыщыту епщэми ищэхунущ. Тхьэм щхьэкІэ жысІэнщн, етшэлІауэ е етхулІауэ зыш къыІутшы-жакъым дымыщэу.

— ИужькІэ ди ІэфракІэм демыпхъуэжыну пІэрэ адыгэр, шыуэ диІэр тщэжмэ? — щІэупщІащ хьэщІэхэм щыщ зы.

  • Шыуэ уиІэр щхьэ пщэжын хуей,— идакъым Екъуб.— Лей-ри щхьэ пщІэншэу бгъэшхэн хуей? Ар псори зэхуэгъэкІуэн хуейщ, хьэщІэ... НтІэ, гъуэгу нэщІ фытетащ ди хьэщІэ лъапІэхэр. Фэ моуэ псынэм фехи зыфтхьэщІ, зывгъэщІыІэтыІэ, сэ иджыпсту зы щынэ фІэзбзынщи..

  • Уи нышыр убагъуэ,— къэтэджыжащ Закъуэ.— Уэлэхьэ, зы-кІи дыпхуэмышэч, шэч зыхуамыщІыжу псэун тхьэм фищІ. Мы уи шынэхъыщІэм, «фыныдэмыхьэм фызибийщ»,— жиІати, уи къуэш дауэ бий пщІыжын, зы сыхьэт нэхъ мыхъуми дыдыхьэнщ, жытІэ-ри дыкъежьащ. Сэри гъуэгу къысщІэлъщ, Іуэху гуэркІэ мы КІы-хъуо и къуэм сыкъыхуэкІуати, си ежьэжыгъуэри къэсащ. Узыншэ тхьэм фищІ, фи нышри убагъуэ.

  • Апхуэдэу щыщыткІэ,— жиІащ Екъуб,— фэ ди деж фыдэмы-хьэу фыкІуэжыну къыщІэкІынкъым, сэри сынэкІуэжынщ.

  • Гугъу зомыгъэхь,— идэркъым Закъуэ,— дэ зытІэжьэну-къым.

АрщхьэкІэ, дэнэт! Апхуэдэ адыгэ щыІэт! Елъкъан псынщІэу и къуэш нэхъыжьым и шым уанэ трилъхьэри игъэшэсащ. Екъуб-рэ Закъуэрэ япэ иту, адрей шууищыр яужь иту къуажэм къыды-хьэжащ, шу гуп зэгъэпэщам блэкІхэр къэувыІэрэ пщІэ хуащІу благъэкІыу, щысхэр хуэтэджу Къэзаншэхэ я пщІантІэ дыхьащ. Зэкъуэшхэм я унэ кІыхьыр бгыщхьэм тстт, уплъамэ, хы ФІыцІэм, уафэм хуэдэу къащхъуэу, ухэплъэу. Бдзэжьеимэ мащІэ къыпщІи-хьэрт, хьэуар шыугъэ къыпфІэщІт. Ауэ убэуэну тыншт, хым къы-хихуу щІыфэм зыкъезышэкІ акъужь мащІэм, щабэм Іэпкълъэ-пкъыр псынщІэ ищІырт, уи гукъыдэжым, зэрыжыпІэнур умыщІэу, зригъэІэтырт. Къыдыхьа шухэр зэрилъагъуу къапежэжьа щІалэ цІынэм, шухэр иригъэпсыхри, шыхэр пхъэлъантхъуэм деж щигъэ-зэгъащ, хьэщІэхэм сэлам ярихри, унафэ пэплъэу къэуващ.

  • Екъуб,— зыхуигъэзащ Елъкъан и къуэш нэхъыжьым,— унэм дыщІыхьэн ипэкІэ мы ди хьэщІэр уэзгъэцІыхунут. Мыр Що-лэхъу Закъуэщ, Къэбэрдей къикІащ. Къеблэгъэнуи игу илъакъым хьэщІэм, и Іуэху зытетри къызгуроІуэ, ауэ ди хьэрып хакІуэм и гугъу щыхуэсщІым, еплъу дэкІыжыну арэзы хъуащ. Апхуэдэу щы-щыткІэ, сэ си псалъэр сыгъэгъэзащІэ: шыр езгъэгъэлъагъуи си щІыхуэр сыгъэпшыныж. Шым еплъа иужь, адэкІэ уэ уи Іуэхущ бгъэкІуэжынуми ебгъэблэгъэнуми.

  • Узахуэщ, къуэш,— пыгуфІыкІащ Екъуб, унафэ пэплъэу щыт щІалэм дежкІэ зигъазэри, пищащ: — Мыр ди къуэш нэхъыщІэщ.

Зэкъуэшищ дыхъуу аращ. Едыдж, кІуэи хакІуэр къыщІэшыт, тІасэ.

Едыдж къыщІиша хакІуэ пщІэгъуалэр щилъагъум, Закъуэ и лъакъуитІыр щІэщІэри, етІысэхыным зы мащІэщ къэнэжар. «То-бэ,— Іущащэрт ар, зэкъуэшитІым зэрызэхахыр имыщІэу,— тобэ Іэстофрилэхь, мыр сыт телъыджэ, мыр сыт гъэщІэгъуэн! Мы ду-пейм сыкъызэрытехьэрэ си нэгу къыщІидзакъым мыпхуэдиз зи да-хагъ псэущхьэ!» Пэж дыдэу хакІуэр пхужымыІэну дахэт: и щхьэ ІыгъыкІэр, и бгъэ бгъуафІэр, бгы псыгъуэр, и зекІуэкІэр, плъэкІэр — мытелъыджэу шым зыри хэлътэкъым. Закъуэ хуэмурэ хакІуэм бгъэдыхьэри, телъэщІыхьащ, и бгъэр къиІэбэрэбыхьащ, хьэмбыІуу тІысри, шым и фІалъэ лъакъуитІым гупсэхуу еплъащ, блатхьэм къыщыщІэдзауэ лъэбжьанэм нэс. ЕІусащ, хипІытІащ и лъэгуажьэм деж. И фІалъэ ижьыр къригъэІэтри, шы лъэгум щІэплъащ. КъыІукІыжри зэкъуэшитІым къахыхьэжащ.

  • Шы дэгъуэщ,— жиІащ абы, хакІуэм и нэр къытримыгъэ-кІыу.— ХужыпІэн щымыІэу дэгъуэщ.

  • ПщІантІэм тІэкІу къыщешэкІи щІэшэж, Едыдж,— гуоуащ Елъкъэн.— ЩІы унафэ, Екъуб.

  • Сыт унафэ лей щІэпщІыныр? — иубыдащ Закъуэ и блы-пкъыр.— НакІуэ, хьэщІэ, Іэнэгу бисмылэхь щыпщІынщи, адэкІи зы унафэ щыІэнщ.

Закъуэ зригъэлъэІуакъым икІи зрилъэфыхьакъым. Хабзэтэ-къым адыгэ пщІантІэ удыхьауэ я хьэщІэщ ущІэмыхьэу е я унэ уимыхьэу укъыдэкІыжыну. Ари ухьэщІэу, щІыпІэ жыжьэ укъикІа-уэ. Закъуэ фІыуэ ищІэжт Алъхъуохэрэ Къанщауэхэрэ илъэс тІо-щІым нэскІэ зэбийуэ щІыщытар. Иджыри къэскІэ зэбиину къы-щІэкІынт Инэрокъуэ Ислъам зримыгъэкІужауэ щытамэ. Узэщы-хьэнуи узэбиинуи зыжраІаи, зэпаубыдаи щыІэтэкъым. Алъхъуо Мэжид Къанщауэ Жантыгъуэн и деж дыхьащ и къуэрылъхум щхьэкІэ хуэгуфІэну. Мэжид пІащІэрт, осетин хьэщІэ къыхуепсы-хауэ унэм щІэст. Мэжид и къуэш нэхъыщІэ Мудар бгъэдэсу. Жантыгъуэн тІэкІуи зэщІэплъауэ, къыщІэкІри, Алъхъуо и къуэр гуфІакІуэ къызэрыкІуам икъукІэ щыгуфІыкІауэ иригъэблагъэу щІидзащ. Мэжидым идакъым. Абдежым щызэщыхьэри Іэджэрэ зэ-биящ, Инэрокъуэ Ислъам жылэр зэхуишэсу зригъэкІужыху.

Закъуи иджыпсту зэшхэм къыщыжраІэм, еблэгъащ, нэхущ пщІонди щысащ.

— Унагъуэ махуэ хъун, мы унагъуэм кърихьэлІа си къуэшыфІ-хэ, тхьэм щхьэкІэ, иджы хуит сыфщІыж. Фэри фощІэ, гъуэгуанэ къысщІэлъщ. Фи ерыскъыр убагъуэ, фи узыншагъэр быдэ ухъу,— лъэІуащ хьэщІэр.

КъелъэІуащ бысымхэри, иджыри сыхьэт-сыхьэтитІкІэ зиІэжьэ-ну, ауэ идакъым. ЗыкъаІэтыжыным Іуэхур щынэсым, Едыдж ЩІэжри, хьэщІэми, хьэщІэ гъусэми яшхэм уанэхэр трилъхьэжащ. Шыхухъухэр пщІантІэм къыщыдыхьам, щІалэ цІыкІур шитІым я ІумпІэр иІыгъыу щытт.

— Си шыми щхьэ уанэ томылъхьарэ, хуэмыху? — хуилъащ Елъкъан и къуэш нэхъыщІэм.

Едыдж псынщІэу шхуэмылакІэхэр пхъэлъантхъуэм фІидзэри шэщым щІэлъэдащ.

  • Ухэмыхьэ абы, Елъкъан,— жиІащ Закъуэ.— Дэ тІу дохъу, дызэрымыгъэзэшурэ дыкІуэжынщ.

  • Елъкъан, мыдэ къакІуэт,—Іуишащ лъэныкъуэкІэ и къуэшыр Ержыб. Зы дакъикъэкІэ щэху дыдэу зэпсалъэри. Ержыб хьэщІэ-хэм къахыхьэжащ, ахэр зэпсалъэу щытыху Елъкъэн хьэрып ха-кІуэ пщІэгъуалэр къыщІишащ.

Закъуэ хакІуэ къыщІашар зэрилъагъуу, зэкъуэшхэм зы бэ-лыхь ягу къызэрыкІар къищІащ. Зэкъуэшхэм ящІа мурадым ни-мыгъэсын хьисэпу Закъуэ псынщІэу и Іэр Ержыб хуишиящ.

  • Узыншэу, къуэш! Хуабжьу ди нэгу зевгъэужьащ, тхьэм фхудигъэщІэж. Нэхъ гугъуехь тхьэм къывимыткІэ.

  • Зэ умыпІащІэ, Закъуэ,— ищІащ и Іэр Ержыб.— Ныжэбэ лъандэрэ зэшхэр догупсысэ, игъащІэм ди унэ къимыхьа хьэщІэ лъапІэм сыт тыгъэ хуэтщІын, жыдоІэри. Зумысыгъуэджэмэ, мы шыр уэ уэттыну мурад тщІащи, ди жагъуэ къомыщІ, тІых фэ-еплъу.

Закъуэ къэпщІэнтІащ, губгъуэ мэракІуэ зи шхыгъуэу и нэкІур плъыжь къэхъуащ. Закъуэ адыгэ хабзэр фІы дыдэу ищІэнтэкъэ, тыгъэ гуэр фэеплъу къуапэсамэ, ар къаІомыхмэ, бысымыр зумы-пэсау арат, уигу мыарэзыныгъэ къинауэ, къыпхуащІар уигу дэмы-хьауэ къащыхъунут. Ауэ хьэщІэм игъэщІэгъуапэр зыт: мыпхуэдэш япэ дыдэ илъагъу и хьэщІэм адыгэм игу пыкІыу иритыфыну За-къуэ къабыл ищІтэкъым. Сыти къуитынущ адыгэм, Іэщи, фащи, мылъкуи — зыми щысхьынукъым и хьэщІэм щхьэкІэ, ауэ шыр... Псом хуэмыдэу мыпхуэдэщ...

  • Мыр сыт, Щолэхъу и къуэ,— пыгуфІыкІащ Ержыб,— ди ты-гъэр уигу иримыхьу ара, хьэмэрэ...

  • Хьэуэ, Ержыб,— хуэмурэ и щхьэр къыдрихьеящ Закъуэ,— сэ къэзлэжьакъым апхуэдэ тыгъэ. Уи жагъуэ умыщІ, шынэ-хъыжь, ауэ цІыхугъэми напэми къекІуркъым мыпхуэдэш пщІан-тІэм дэпшу удэкІыжыну. Фи пащхьэ лІыгъэкІэ, нэмыскІэ, хабзэ-кІэ тхьэм сэ апхуэдэ тыгъэ къыщызигъэлэжь, мис итІанэ сыткІэ дызэтэми жагъуэ къыщІыхэкІын щыІэкъым.

  • Ди жагъуэ къыбощІ, Щолэхъу и къуэ, зумыпэсу аращ ди тыгъэр.

  • Тхьэм и хьэтыркІэ, апхуэдэу жомыІэ, Ержыб,— къэгузэващ Закъуэ, и напІэр щІэх-щІэхыурэ зэтеуэ хъуащ.— Сыт щыІэн абы нэхърэ нэхъ тыгъэшхуэ, ауэ...

— Уи жагъуэ тщІыну аракъым зэшхэм мыпхуэдэ гупыж щІэт-щІар. ЖысІэнщи, сыхуеякъым иджыпсту зэхозгъэхыну псалъэ-хэр,— и пащІэкІитІыр ІэпхъуамбэшхуэмкІэ щІилъэщІыкІащ Ер-жыб.— Ауэ укІуэжрэ Шапсыгъым сыщыІащ, Къэзаншэ зэкъуэш-хэм я унагъуэ сихьащ жыпІэрэ уи адэм хуэпІуэтэжмэ, сыту ха-бзэншэ а хуэмыхухэр, къытхужиІэнкъэ? Дыгъуасэ плъэгъуа а шы гуартэхэр Къэбэрдей щыІэ си ныбжьэгъухэм къызата шыхэм къа-тепщІыкІащ, шипщІ хэткъым къэсщэхуауэ. СлІожь сэ сыхабзэн-шэу ара абы къикІыр?

Закъуэ зы дакъикъэкІэ и щхьэр егъэзыхауэ щытри, псынщІэу зиузэхужащ, Іэбэри шыныбэпххэр къитІэтащ, бгъэрыщІэр къы-фІихащ, уанэр кІэрыщІа псори зэрыкІэрылъу, къытрилъэфри, щІым деж игъэтІылащ. «Телъхьэ Екъуб»,— жиІэщ, езым и шыр ІумпІэкІэ Едыдж иришалІэри, шхуэмылакІэр хуишиящ:

— Мэ, си къуэш цІыкІу, мыр уэ узот. Уэ лІы ухъум, мыр шы пхуэхъунщ

Иджы Едыдж плъыжьыпс къэхъуащ. ИщІэнур имыщІэу ар гъуэрыгъуэурэ и къуэшитІым йоплъ, Закъуэ къоплъыж, напІэзы-пІэм н натІэр псыф къэхъуащи, дэІэбейуэ илъэщІыну мэукІытэ. Ауэ мэгуфІэри и пІэ изагъэркъым, и къуэш нэхъыжьхэм «къыІо-мых» жаІамэ ещІэр, и гум хуэшэчынукъым.

— Щхьэ къыІомыхрэ, хуэмыху!—дыхьэшхащ Ержыб.— Адыгэш къабзэщ. Сэри шэсыпІэ сохьэ абы укъимыгъэщІэхъункІэ... Мы тщІэр хабзэкъым, Щолэхъу и къуэ. Дызэхъуэжа хуэдэу хъуащ, ар къекІукъым. Ауэ уэ цІыху уигъэсауэ къыщІэкІащ, уо-щІэ уи тыгъэм хьэуэ тражыІыхьыж щымыхъунур, Тхьэм уигъэ-псэу.

— Тхьэр арэзы къыпхухъу,— жиІащ Едыджи укІытауэ.

— Фэращ фІыщІэр зейр,— ярихыжащ зэшхэм сэлам Закъуэ,— фи фІыщІэр мыкІуэду тхьэм фигъэпсэу. Фэри фынакІуэ Къэбэр-дейкІэ, ди анэ къилъхуа ди къуэшым хуэдэу дыкъыфхущІэкІынщ. ЕмыкІу сщІами къысхуэвгъэгъу. Узыншэу фыщытхэ, фІыр тхьэм къыфхуищІэ.

ХьэщІитІым шыхэр ІумпІэкІэ уэрамым къыдашри, шэсыжахэщ, хьэрып хакІуэр ихъу-илъу, ІэщІэкІыну шхуэІум еуэу, Агуей къы-дэжхэри МэлвэткІэ яунэтІащ...

Мис а хакІуэм тесу Щэрэлыкъуэ Къуэгъуэлъкъухэ я деж кІуат. МахуищкІэ щыхьэщІауэ, Щолэхъухэ зэрахабзэти, и закъуэу къыдэкІыжри, къуажэкум и деж псыхъуэм къыщыдыхьэри, Урыху къыІухьэжащ. Щэрэлыкъуэ мыпІащІэу и шыр псы иригъафэри, «и-и, къысщІоуэ иджы»,— жиІэурэ, и лъакъуитІыр лъэрыгъхэм зэрилъым хуэдэу, лъагэу щІиупщІауэ, псым къызэпрыкІыжащ. Псы ирикъуху ефа шыр, и гукъыдэжым зэрызихъуэжар къа-пщІэу, Щэрэлыкъуэ и лъабжьэм щІэджэгукІырт, и щхьэр япэмкІэ ишийуэрэ, шхуэмылакІэр ІэщІилъэфыну хэтт. Ауэ Щэрэлыкъуэ щІалэ бланэт, шым щытеоым и деж зэпымыууэ сакът, шыр сыт хуэдэу мыІущми, абы тесыращ ар зэрыкІуэнур зыубзыхур. ПщІэ-нукъым къэхъунур: е хьэм къегъащтэри, зыхэмылъэдэн холъадэ, зыщІедзэри тесыр къредзых. ЛІыр шым къэпым хуэдэу телъын хуейкъым, абы щыгъуэщ шыри къыщыпхуэмыпэжынур.

— Ей, кашкон5!—зэхихащ Щэрэлыкъуэ джэ макъ. Хьэрып хакІуэр илъыну еІащ, арщхьэкІэ Іэпщэ лъэщым къызэтригъэувы-Іэжащ. Щэрэлыкъуэ, мыпІащІэу, шыр къигъэувыІэри, макъыр къыздиІукІамкІэ еплъэкІащ. Метр тІощІ нэхъ пэмыжыжьэну осе­тин шуунщ щытщ. Шыр къриІуэнтІэкІри, къегуоуахэм я гупэр хуэгъэзауэ уващ.

  • Уэ дыпхуейкъым, а уи шым епсыхи, лъэсу кІуэж,— жиІащ шууищым яку дэтым.

  • Тхьэр арэзы къыфхухъу, фыгущІэгъулыщ,— мащІэу пыгу-фІыкІащ Щэрэлыкъуэ.— Ауэ фи жагъуэ фымыщІ, си шыр фэсты-фынкъым, фэеплъ тыгъэщи.

  • ЖиІэм едаІуэт, Мурзэбек,— ину дыхьэшхащ ижьырабгъум-кІэ щыт шур, и пащІэшхуитІыр, псы къиуам ирихьэх псыхьэлъа-хуэм хуэдэу уфафэу.— Цаущтэн6 уи фэеплъыр уэзмыгъэлъагъум!

НэгъуэщІ хэлъ щыІакъым: шууищми зэуэ я сэшхуэхэр къра-лъэфри, зы шабзэкъу къиутІыпща хуэдэ, къызэдилъащ. Щэрэлы-къуэ зиІэжьэнт,— сэшхуэр игъэдалъэу япежьащ. Зэрызохьэ, къы-зэрохуэкІ, зэрогъэкІий, шыхэр мэщыщ, псыхъуэлъэгу мывэм я лъакъуэхэр екъутэри, тесхэр зэрыхуейм хуэдэу, жыІэдаІуэ хъур-къым. Зэуэ Щэрэлыкъуэ и дамэ сэмэгум къытехуа удыным шхуэ-мылакІэр ІэщІигъэхуащ, и цей хужьыр лъым къриІащ. ХакІуэм и жьэр хуит зэрыхъуар къыщищІэм, илъри, зэрыкІуэжыну гъуэ-гумкІэ иунэтІащ.

— УІэгъэщ! ЗыІэщІэбгъэкІ хъунукъым!—кІэлъыпхъэращ осе-тин шууищыр.

Щэрэлыкъуэ сэшхуэр зэриІыгъ 1э ижьымкІэ къэІэбэри, шхуэ-мылакІэр зэщІикъуащ, хакІуэр, кІэбдз лъакъунтІымкІэ щІыпцІэр жьэдитхъуу, пхэщІкІэ хигъэтІысхьащ. ШхуэмылакІэр къигъэлэ-лэжу шыр къыщызэфІэувэжым, къыкІэлъыжэхэм я дежкІэ ири-ІуэнтІэкІри, япэуващ. Къэсыным метрипщІ хуэдэ къэнэжауэ Щэрэлыкъуэ и шым зрптІэри ину щыщащ, и фІалъэ лъакъуэ къедзыхыжи и илъи зы ищІри, аргуэру зэрызехьэм щІадзэжащ:

— Хьэмэ къилъхуахэ, шууищыр зым фезауэу ара?! — зэхех Щэрэлыкъуэ адыгэбзэкІэ къэкІиям и макъ.— ФызэтеувыІэ!

— ЗэтепІэт абы и жьэр, Таймураз,— къогуо пащІэшхуэм, яку дэта шур.

— Иджыпсту,— жьэхолъадэ къыІухьам Таймураз. Дакъикъищи пылъакъым шу кърихьэлІар хъунщІакІуэм: сэ-

шхуэ тІыгукІэ шым къриудыхри и куэ лыпцІэм сэшхуэр хихуащ, псыхъуэ лъэгу мывэм «даргъ» жиІэу жьэхэуэху. Осетиныр пщІэ-уащ. ШууитІым я хъунщІакІуэ зырыз фІэкІа къащыхуэмынэжым, кърихьэлІам шу ещанэр псынщІэ дыдэу «зэрыригъэпсыхари» къа-лъыта, адрей тІур, ещанэр щэІуу хэлъу къагъанэри, щІэпхъуэжащ. Шур къепсыхри, псынщІэу Щэрэлыкъуэ бгъэдэлъэдащ, гугъу дехьыпэурэ, шым къригъэпсыхри псыежэхым бгъэдишащ.

  • Гъуэгу мыгъуэм ежьэн,— мэхъущІэ гъуэгурыкІуэр, Щэрэ-лыкъуэ и цейр щихыурэ,— шууищ зым уежэ хъун? Къущхьэ фІэ-кІа апхуэдэ зыхуэщІэн щыІэкъым, къэрабгъэ лъэпкъ... Алоууэхь, уи шхулъэр зэпиудащ, сы.хьэт мыгъуэм ІущІэным.

  • Си Іэблэр зэрыгуэхуамкІэ къэсщІат ар,— и дзэр зэтрикъу-зэурэ жиІащ Щэрэлыкъуэ.— Сыт-тІэ абы епщІэ хъунур иджы?

—Іэмал зимыІэ щыІэкъым, ажал фІэкІа,— мащІэу пыгуфІы-кІащ мыдрейр.— Мыдэ мы уи бащлъыкъыр уи пщэм къыдэт-лъхьэнщи, уи блэгущІитІымкІэ и кІапитІыр къыщыщІэтхынщ, мо-уэ фІыуэ къэбукъуэдиинщи... Уи плІэр къыдомыгъэкІ. Зэрыузыр соидІэр, ауэ сыт Іэмал, быдэу дымышэщІу хъунукъым. Апхуэдэу дымыщІмэ, къупщхьэр зэпыувэжынукъым, зэтекІынщи, уи дамэ лъэныкъуэр нэхъ Іузэ хъунщ. Нэхъ захуэ щІыт мы уи плІэр... Ыхьы, мыдэ хущхъуэ гуэрхэр сІыгъщи уи уІэгъэм сыпхуеплъынщ иджы.

Уанэм кІэрыщТа къэлътмакъым зэкІуэцІылъ гуэр кърихри щэкІ хужь къыкІуэцІихащ, ар псыф ищІурэ уІэгъэр хуигъэкъабзэри удз хущхъуэ и анэм къритауэ зэрихьэм щыщ хутрикІутащ, и цейр щимытІэгъэжу триубгъуэжри и шым иришэлІэжащ.

  • Хэт ухъуну зи псэ щІыхуэ стелъыр? Хэтхэ уарей? — зыкъы-хуигъэзащ абы Щэрэлыкъуэ.

  • ЕщІэнокъуэхэ,— еплъащ абы лІыр.— ЕщІэнокъуэ Къуба-тий. Джылахъстэнсйщ, Мэртазей сыщыщщ.

— ЕщІэнокъуэ... ЕщІэнокъуэ,— хэгупсысыхьащ Щолэхъу и къуэр.— Зэхэсха си гугъэжщ... Тэтэртуп и деж щыІа зэрызехьэм нэгъуейхэм я дзэпщым и тхьэкІумэм щыщ къыгуэзыгъэжауэ щы-тар БщІэнокъуэтэкъэ?

  • Ейт,— жиІащ Къубатий.— Ар — си адэрат.

  • ЛІыгъэшхуэ хэлъащ, псэумэ — тхьэм гъуэгу кърит. Що-лэхъу ЩэрэлыкъуэкІэ зэджэр сэращ. НакІуэ, ЕщІэнокъуэ и къуэ, узихьэщІэщ, нобэ щыщІэдзауэ дэ дызыфІэкІуэд хъунукъым.

  • Уи еблагъэр куэд тхьэм ищІ, сэри махуитІ хъуауэ гъуэгу сы-тетщ, сыкІуэжынщ.

  • НэгъуэщІ мыхъуми ди унэр здэщытыр плъагъунщ. Зыри мыхъуми сэ сынэхъыжьщ уэ нэхърэ...

ИгъэукІытэу иригъэблэгъа щхьэкІэ, Къубатий куэдрэ щыса-къым, и ши уанэ трихакъым. ПщІантІэм къыдыхьэжхэри, бысы-мым сэлам ирихыжыну хьэщІэр щыІэбэм, Щэрэлыкъуэ и Іэр и щІыбагъкІэ ирихьэкІри, жиІащ:

— Зэ умыпІащІэ, Іэжьэкъур йомыч. Сэ иджыпсту... Щэрэлыкъуэ шэщым щІыхьэри, ерагъкІэ хуэІыгъ къудейуэ

зритІэу, дэлъейуэ, нахъутэ пцІанэ фІэкІа пщІыхэмылъуу нэбгъэф дэгъуэ къыщІишащ.

  • Убыд, Къубатий, ди шы лъэпкъщ, щолэхъущ. ХакІуэщ, шы уиІэмэ, хэгъэхьи...

  • Мыпхуэдэу хъункъым, Щэрэлыкъуэ,— мэукІытэ Къубатий, Іэбэу шхуэмылакІэр къыІихыфкъым.— ЕмыкІущ, итІанэ, щолэ-хъушым лъхукъуэщо шэсыну хуит ящІыркъым.

— Сэ узот мы шыр, нэгъуэщІ зыми и Іуэху хэлъкъым абы... Арат Джылахъстэней япэ ихьа щолэхъушым и хъыбарыр.

10

Атэбий епІэщІэкІыу и шынэхъыщІэм кхъэлэгъунэ хуигъэуври, пщыхьэщхьэ гуэрым Шухьиб къриджащ. ХьэщІэщым ныбжьэгъур къыщыщІыхьам зэанэзэкъуэм фІэкІа зыри щІэстэкъым. Шухьиб игу ирихьакъым анэм и теплъэр: абы зэрызэпилъэщІыхьыжар нэрылъагъут, и напІэр иджыри псыфт, и нитІыр плъыжьт. Ауэ Шу-хьиб абы гу лъитауэ зыкъригъэщІакъым, гуфІэжу сэлам ярихри, нобэ къуажэм къыщыхъуа-щекІуэкІахэм тепсэлъыхьу щІадзат, ауэ Атэбий ар къигъэувыІащ:

— Уэращ сэ къуэшуи ныбжьэгъууи сиІэр, Шухьиб,— утыкум къиуващ Атэбий.— Уэращ си мурадри зи пащхьэ ислъхьэфынур. Алыхьыр, Шухьиб, ентІыркІэ къоуэми, мэкъу шхийкІэ уи напэр къызэприхулыкІми зэрызэхэпщІэ узыр зыщ — тІум щыгъуэми алы-хьым и ней къыпщыхуащи, ар зэрыбгъэзэкІуэжыным, а нейр зэры-зэтебгъэкІыжыным яужь итын хуейщ. Сэ зыри есщІатэкъым алы-хьым мы дунейм гуфІэгъуэу щызиІэ си къуэш нэхъыщІэр сІихыну: сыхуэхъущІатэкъым, сыхуэхъуэнатэкъым, сэ сыщыту и цІэ Іей жезгъэІатэкъым. Арауэ пІэрэ ар сІызыхари?

— Алыхьым и деж нэмысын псалъэ жумыІэ, си щІалэ,— гу-жьеяуэ къуэм къеплъащ Дахэшыр.— А зыращ гъащІэми ажалми хуитыр. Ар зэи зыщомыгъэгъупщэ, тІасэ.

— Сщыгъупщэркъым, ауэ ар гъащІэ къуитынми къуимытын-ми хуитмэ, цІыхур дунейм къытехьа нэужь абы и ажалыр цІыху хьэбыршыбыр куэдым я ІэмыщІэ йохьэ...

— Тобэ жыІэ, тІасэ.

  • А псори щІыжысІэр мыращ: пэжщ Мэртазэ и къуэжьым жи-Іар, «лъыр зэратхьэщІыжыр лъыщ», силъ ящІэжыну пІэрэ жиІэу мы щІы фІыцІэжьым си къуэшыр схущІэгъэлъынукъым. СыкІуэ-нущ КъуийцІыкІуокъуэм деж.

  • Ар хейуэ къыщІэкІым адэкІэ пщІэныр сыт? — къыхыхьащ псалъэмакъым Шухьиб.— Зылъэгъуа щыІэкъым...

— Іэхъуэм пцІы иупсакъым, аращ абы илъэгъуар.

— НтІэ, уэ мурад пщІамэ, дэпыр къуаубыдылІами къэбгъэзэ-нукъым,— щэтащ Шухьиб,— уи мурадыр и кІэм нэгъэс. Ныжэбэ дежьэрэ?

— Сожьэ, Шухьиб. Къэзгъэзэжыху мы ди анэм тІэкІу къыкІэ-лъыплъ. СыщІэгузавэр щолэхъуращ, ар дянэм псы хуегъэфэну-къым, къыхущІэшынукъым. Сэ куэдрэ сыкъэтынкъым. Дэгужь хеймэ, и гугъу сщІынкъым, нэгъуэщІым гурыщхъуэ хуэсщІыркъы-ми, си бэІутІэІу си унэ щызгъэвыжынщ... сыкъэкІуэжынщи.

  • СынэкІуэнщ уи гъусэу, Атэбий, уи гугъуехьыр бдэзгуэ-шынщ,— йоплъ и ныбжьэгъум Шухьиб.— Хэт ищІэрэ, си къару ухуеинкІэ хъунщ, уздэкІуэр цІыху зыщагъэшынэ лІыукІщ.

  • Алыхьым зы жиІащи, тІу хъункъым,— къэтэджащ Атэбий.— Нэхъ шынагъуэжи щыІэщ, ди ажал хэмылъмэ, тхьэм жиІэмэ, ди насып текІуэнщ. Уэ мыбдеж сэбэп укъыщысхуэхъумэ, схузэфІэкІы-нум нэхърэ нэхъыбэ схуэщІэнущ. ДянэмкІэ сигу мыныкъуэмэ, сэ си щхьэ зыгуэр хуэдэурэ хэсхынщ.

А жэщ дыдэм Атэбий дэкІащ и пащІэ-жьакІэр иупсщ, щыгъын нэхъ фІейхэмкІэ зихуапэри. Ар ещанэ махуэм Псыжь ипщэкІэ, бжьэдыгъухэм я былымхэр, шыхэр хъупІэ къыздаху щІыналъэ дахэм ихьащ. Япэ зытехьа уэтэрым КъуийцІыкІуокъуэ къызэри­гъуэтынур къыжраІэри, пшапэ щызэхэуэм пщы ябгэм и пщІан-тІэ дыхьащ.

ЗэщІэгъущхьэжу хуежьа шым мэкъу ІуэнтІакІэ телъэщІыхь щІалэм бгъэдыхьэри сэлам ирихащ:

— Іуэху фІохъу апщий, щІалэ,— жиІэри.

— Упсэу апщий! Еблагъэ,— къитащ жэуап хэгъэрейм.— Жы-жьэ укъикІа хуэдэщ. ЕмыкІу сыкъомыщІу уи Іуэху зытет къыз-жыІэ, пщІэну щыткъым, сэбэп сыпхуэхъункІи мэхъу.

— Укъысхуэхъунумэ, КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь и деж сы-къэкІуащ Іуэху сиІэуи, кІуэи схужеІэ сригъэблэгъэну.

  • КхъыІэ, гъэзэж, къуэш,— лъэІуащ щІалэр,— ущІэмыхьэ мы угъурсызым деж. Ар лІыукІщ, цІыхур мо къэзыжыхь джэдым хуэ-дэущ къызэрилъытэр. Уэ абы и деж лъагъунлъагъу укъызэрымы-кІуар уи нэгум къегъэлъагъуэр. Зыпумышэ, къуэш, гъэзэж, услъэ-гъуакъым, сыкъэплъагъужакъым.

  • Зэ умыпІащІэ, сэ жысІэм къедаІуэ,— пубыдащ пщылІым и Іэблэр Атэбий.— Уэ кІуэи схужеІэ: мыращ, мыращ, Къэбэр-дей къикІри щІалэ къэкІуащ пщылІыпІэ лъыхъуэу, жыІи. Шым фІыуэ хызощІыкІ, вэн-сэным сыхуэІэкІуэлъакІуэщ.

  • Шым фІыуэ хэпщІыкІмэ, мыпхуэдэш щхьэ утес? — Атэбий и шым и пщэм Іэ къыдилъащ щІалэм.— Уи щхьэр къэгъэпцІэж, хьэщІэ.

  • Шы къызэрысщэхун симыІэмэ, абыкІэ сэракъым къуаншэр, сагъэпщылІу и уасэ къызэзымытыжахэращ,— и нэщхъыр зэхиу-кІащ Атэбий.— Си шым и лъэгу ущыщІэмыплъакІэ, уи жагъуэ умыщІ, къуэш, уи бзэр тІэкІу гъэкІэщІ. Абы и зэфІэкІыр уэ иджы-ри пщІэркъым. КІуэи жеІэ уи пщым. Абы симыщтэнумэ, адэкІэ сыкІуэнущ.

ПщылІ щІалэм зэрнмыгугъауэ, Дэгужь Атэбий гулъытэшхуэ къыхуищІащ. Быдэу къыжриІащ: «И шыр си шыхэм ящІыгъуу гъэзагъэ, хьэщІэщымкІэ егъэблагъи зегъэгъэкъабзэ, ерыскъыкІэ ухуэмыбэлэрыгъ. Сэ сыщыхуейм сыщІыхьэнщ си хьэщІэм деж».

МахуищкІэ Атэбий хьэщІауэ, Іуэхуншэныр иужэгъуауэ, пщы-хьэщхьэхуегъэзэкІ хъуауэ КъуийцІыкІуокъуэр къыщІыхьащ хьэ-щІэщым.

  • ФІэхъус апщий жызоІэ си хьэщІэ лъапІэм!—макъ гъум лъэщкІэ гъуэхъуащ къыщІыхьа лІы абрагъуэр. КъыфІэмыІуэху-щэу Атэбий и Іэпхъуамбэхэр пикъузыкІщ, дыхьэри тэхътэбаным итІысхьащ. Атэбии ауэ щыт шэнтщхьэгуэм тетІысхьащ.— Сытым укъысхуихьа, си хьэщІэ, угъуэгурыкІуэ, уІуэхутхьэбзащІэ? Хьэмэ-рэ гузэвэгъуэкІэ укъежьа?

  • Гузэвэгъуэншэ тхьэм уищІ, зи щІыхьыр ин,— къыщылъэты-жащ Атэбий.

  • Щыс! — ищІащ и Іэр шэнтымкІэ КъуийцІыкІуокъуэм.— Уэ ухьэщІэщ, хьэщІэ щІалэ щыІэкъым. ЖыІэ уэ узыхуейр.

  • ПщылІу сыкъапщтэмэ, пэжкІэ сыпхуэлэжьэнут, зи щІыхьыр ин. Къэбэрдей нэс сыкъокІ...

  • Іэу, Къэбэрдей пщы имысыжу ара уигъэпщылІыфыну? — дыхьэшхащ хэгъэрейр.

  • Уэ пхуэдэлІ къагъапцІэркъым, зи щІыхьыр ин,— жиІащ Атэбий унэ лъэгур зэпиплъыхьурэ.— Къэбэрдеи къыщызгъуэтыфы-нут сыщыпщылІын, ауэ куэд щІауэ зэхэсхырт, зи щІыхьыр ин, уи лІыгъэм и хъыбар, жэщ къэс абы сепщІыхьу сыкъэнат, уэ уи деж лэжьыгъэ гуэр щызгъуэтмэ, уэ услъагъуу, уи лІыгъэм, ха-бзэм, нэмысым щыщ гуэр, нэгъуэщІ мыхъуми, и кІапэлъапэ зы-хэслъхьэфмэ, сэ нэхърэ нэхъ насыпыфІэ щымыІэу зыслъытэжы-нути, уи деж сыкъэкІуащ. Сэ лэжьыгъэм сыщышынэркъым, зи щІыхьыр ин, бохэр, шэщхэр къэстхъуфынущ, уи уэтэрхэм сытесы-фынущ, фІы дыдэу плъагъу уи бжэнхэр пхуэзгъэхъуфынущ. Уи шы табынхэм дыгъакІуи, шы лъэпкъыфІу хэтыр бжесІэфынущ.

  • Хъунщ,— къэтэджыжащ Дэгужь.— Пщэдей щакІуэ уздэс-шэнщи, деплъынщ уэ къыпхэкІынум.

  • Уи пщІэмрэ уи лІыгъэмрэ тхьэм нэхъ лъагэж ищІ, зи щІы-хьыр ин,— зигъэщхъащ ЕщІэнокъуэм.

КъуийцІыкІуокъуэр щІэкІыжа нэужь пщылІ щІалэм пщыхьэ-щхьэшхэ къихьащ. Ар зыкъомрэ хэгупсысыхьри, зыгуэр къигупсы-сыж хуэдэ, къригъэжьащ:

— ПщІэрэ, уэ абы уздишэ щакІуэм ущиукІынкъым. Илъэс пщыкІутху хъуауэ абы и деж сыщыІэщи, апхуэдэ къэхъуауэ зэхэс-хыжакъым. Ауэ зэгъащІэ мы зыр: иджыпсту щыщІэдзауэ ар йогу-псыс щІэщхъу гуэр уигъащІэу ар уи псэм и щыхьэкІуэджэ зэры-хуэхъуным. ПщІэнукъым абы къигупсысынур, а лІыукІым и акъы-лыр къыщызэтеувыІэнур. Ауэ абы нэхъыбэрэ къигъэсэбэпыр зыщ: и шы нэхъыфІхэм щыщ зы къыпхущІригъэшынкІэ хъунущ, «ухьэ-щІэщ, шэс мыбы, мыр нэхъ лъэрызехьэщ ууейм нэхърэ»,— жиІэу. Умышэс, сыт ухуейми щхьэусыгъуэ щІы, ауэ умышэс. Ушэсакъэ, укърахьэхыжауэ бжы. УІэщІэкІынукъым...

Атэбий кІыфІ зэхэту къэтэджри зиупсащ, зитхьэщІащ, и щы-гъын фейцей тІэкІум кІэлъыплъащ, и къамэ фІыцІэр зыщІипхэри, пщыр къеджэным пэплъэу тІысыжащ. «Хэтхэ уащыщ»,— жиІэу къызэупщІакъым,— йогупсыс Атэбий.— АбыкІэ нэрылъагъукъэ, гурыІуэгъуэкъэ ар зыкІи къызэрысхуэмейр. ЗыщІыпІэ деж сыщы-щигъауэу сиукІыну аращ зыхэтыр».

Хэплъэгъуэщ Атэбий и Іуэхур. АпхуэдизкІэ хэплъэгъуэщи, нэху щым къыпэщылъыр, здиунэтІынур ищІэркъым. Хъунщ, зыгуэр. Ауэ шыр хуимыдэрэ нэгъуэщІ зыгуэр къыжриІэмэ-щэ? Е и Іэщэм щыщ гуэр кърет, е и хьэпщІэухэр дзыхь къыхуещІ. Зэпымыууэ сышэсы-нукъым, къыпІысхынукъым, сІыгъынукъым жыпІэу пщІантІэкум уитыну? Псом щхьэкІи «хьэуэ» жыпІэмэ, абы и лІыгъэм, хабзэм, нэмысым щыщ зыхэплъхьэну, зыхуебгъэсэну укъэкІуауэ и фІэщ хъун? Абы щыгъуэщ ажалыр нэхъ щыгъунэгъур, уилъ пщІэжыну укъэкІуауэ абы укъищІэмэ, алыхь жыІэпІэ къуитынкъым.

ПщылІ щІалэр къыщІыхьэри пщыр къызэреджэр къыжриІащ. ПщІантІэм цІыхуитху-хы дэтт, я шыхэр ІумпІэкІэ яІыгъыу. Атэ-бии жэри и шы пэхужьыр къыщІишащ, шэщыбжэм деж ІэкІуэлъа-кІуэу уанэр щытрилъхьэри утыкумкІэ, пщыр здэщытымкІэ, къи-гъэзащ. КъуийцІыкІуокъуэм шхуэмылакІэр пщылІым иритри, ЕщІэнокъуэм къыбгъэдыхьащ.

  • СыноупщІынут, демыжьэ щІыкІэ,— къеплъащ ар Атэбий.— Хэтхэ сащыщщ жыпІат си хьэщІэм?

  • Уэ абыкІэ укъызэупщІакъым, зи щІыхьыр ин.

  • Иджы сыноупщІ.

  • Бэвокъуэхэ сарейщ, зи щІыхьыр ин. Си цІэр Жамырзэщ, Къэсейхьэблэ сыщыщщ. ИлъэсищкІэ Къэсейхэ я шыбзыхъуэу сыщытащ, си адэр, Бердыкъуэ игъащІэ лъандэрэ абыхэ я мэлы-хъуэщ.

  • НтІэ, уэ шыхъуэу ущыщытакІэ, шым хэпщІыкІыу къыщІэ-кІынщ. Мы уи шыр шы пхуэхъунукъым, мыбы утесу укъытлъэщІы-хьэнкъым. КъыхущІэфшыт мыбы зы шы нэхъыфІ. НэхъыфІ ды-дэу.— Шы брул дэгъуэ шэщым къыщІашащ. Дэгужь абы еплъурэ жиІащ: — КІуэ, телъхьэ уанэ.

  • Шэч хэлъкъым, шы дэгъуэщ брулыр,— ехъуэпсауэ маплъэ шы къыщІашамкІэ Атэбий,— хьэлэмэтщ, дахэщ, ауэ, зн щІыхьыр ин, сэ уэ уиш сышэсыну схуэфащэкъым. ЦІыхум езым хуэфащэр ищІэжын хуейщ. Уэ пхуэдэкъым зиш шэсхэр, хъер пхухъу. Сэ си алащэжьым сышэсыжынщ.

КъуийцІыкІуокъуэ фэрыщІу мэныкъуакъуэ:

  • Брулым ухуэмеймэ, щолэхъу къыпхущІезгъэшынщ, хьэуэ жыпІэрэ — хьэрып хакІуэ дэгъуэ.

  • Хьэуэ, зи щІыхьыр ин, сэ си алащэжьым сышэсыжынщ, уи жагъуэ умыщІыну сынолъэІу. Армырамэ, бжэщ.хьэІум щІэлъэІуу утыкум яфІихьа щІалэжьым хуэдэ хъунущ си Іуэхур.

— Хъунщ-тІэ,— пыгуфІыкІащ Дэгужь.— МащІэм я щхьэ пы-зупщІакъым апхуэдэ хабзэншагъэ щхьэкІэ. Уэ акъыл уиІэу укъы-щІэкІащи, нобэ щыщІэдзауэ пщафІэ узощІ, щакІуэ дыщыкІуэхэм деж утхуэпщэфІэну... ФынакІуэ, догувэ.

И ныбжьыр илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъа пэтми, КъуийцІыкІуо-къуэ Дэгужь унагъуэ иІэтэкъым—фызыншэт. Мо лІы залымым иджыри къэс фыз къыщІимышам щхьэусыгъуэ иІэт. Зы къуажэ урипщу, адыгэ лъэпкъми, къалмыкъми, нэгъуейми, тэтэрми уи лІы-гъэцІэ апхуэдизу щыІуауэ куэдым я фІэщ хъуртэкъым джэгу цІыкІукІэ Дэгужь фыз къимышэу. Куэдым ауан ящІу хъыбархэр хузэхалъхьэрт, ар, Іэмал имыІэу, хы ФІыцІэмкІэ къикІыж гуэрым къуажэм къыздихьырт, абыкІэ щыІэ адыгэхэм зэхалъхьа хуэдэ. Языныкъуэхэри, дзыхь зыхуащІын щабгъэдэтым деж, хъущІэхэрт: «Къремышэ мы дунеижьыр къутэжыху, езым хуэдэкъэ къилъху и бынри зэрыхъуныр. И гугъу фымыщІ, банэ Іураулъэф абы!» — жа-Іэрти. Иужьрейхэм жаІэр псоми гукІэ къащтэрт, щэхуу тхьэ елъэІурт игъащІэкІэ кънмышэну, къишэ хъужыкъуэми, бын имы-Іэну. Езы Дэгужь и закъуэ яхурйкъурт псоми щхъухь хэлъхьэу. Апхуэдэу зэрызалымырат п къуэш нэхъыщІитІыр я анэр гум ирагъэтІысхьэу щІыдэкІар, абы лъандэрэ илъэсипщІым щІигъуа-щи, лІами псэумн я хъыбар дунейм къыщІытрамыгъэхьэр.

ГъащІэр — гъащІэщ, ар и лъэныкъуэ псомкІи цІыхум емытамэ, из хъуркъым. Дэгужьи цІыхуу къыщигъэщІакІэ, шэч хэмылъу, лъагъуныгъэм и бзий нурыр и гущхьэм къыщызэщІэнауэ щытащ. КъуийцІыкІуокъуэр илъэс тІощІрэ тхум иту КІэмыргуейм щыщ

уэркъ, уей-уей жезыгъэІэ Бэлэтокъуэ Пщымахуэ иригъэблэгъауэ щытащ, зекІуэ кІуауэ уІэгъэ хьэлъэ къащІа и къуэр зэрыхъужам н саулыкъукІэ къиІэта тхьэлъэІум. Жэщищ-махуищкІэ хьэ-щІэщым щІэсауэ, Дэгужь гупым я нэхъыжьым елъэІуащ «зэ моуэ и Іэпкълъэпкъыр иукъуэдиину» хуит къищІыну. Хэгъэрей гъусэ хуащІри КъуийцІыкІуокъуэр бомкІэ щІыхьащ, абы къыщІэкІыжри «зэ сыкъэфэнт» жыхуиІэу джэгум деж къыщыувыІащ. Куэд дэмы-кІыу къафэу тетитІым къэфэн яухати, утыку гуащэр Дэгужь къе-сылІащ, ар утыку иришэри, къигъэувыІащ, а «зэресым» хуэдэурэ хъыджэбзхэм я деж нэсри, цІыху цІыкІум къилъхуауэ умыщІэну зы тхьэІухуд къыдишащ. КъуийцІыкІуокъуэм и гур къилъэтащ, и напщІэр хэлъэтащ, и лъакъуэхэр хузэщІэмыхыу и пІэм ижы-хьащ. И напІэр едзыхауэ и пащхьэ къиува бзылъхугъэ къабзащэм и дахагъым дихьэхащи шэмрэ лъымрэ щызэныкъуэкъу и нэкІу тхьэІухудыр нэпсейуэ зэпеплъыхь. Ауэ адыгэ джэгу и утыку укъэ-мыфэу урагъэтын?.. Дэгужь ежьащ. КъуийцІыкІуокъуэр дэгъуэу къафэрт. И Іэпкълъэпкъ абрагъуэр хъейуэ пщІэртэкъым ар къы-щыфэм деж, къигъафэм и нитІыр тримыгъэкІыу, и ІэфракІэм нэс и ІитІыр къафэм и макъамэм тэмэму декІуу щІиупскІэу нэсауэ утыку гъэдахэт. Пэжщ, и нэкІум уемыплъмэ. КъуийцІыкІуокъуэр хъыджэбзхэр зыщыщтэм хуэдэт. ІДІалэр зэрыиныратэкъым ахэр Іузыгъэщтыр: вындым хуэдэу фІыцІэу пащІэмрэ жьакІэмрэ зэбэкІ и нэкІушхуэр фэрэкІым зэхауІухьат, а фэрэкІым гулъытэншэу къи-мыгъэна и пэ вабдзэжьыр сэмэгумкІэ хуешэкІыжауэ и жьэІуфа-кІэм къытелът, нэгъуей шыщІэлъ хуэдэ и нэщІащэр щІэзыуфэ на-бдзэ Іувым къыхэцІуукІ нэ фІыцІэ цІыкІуитІыр псыкъуий куум къищ вагъуэм и ныбжьым хуэдэт. КІэщІу жыпІэмэ, уехъуэпсэну, Дэгужь и нэкІум зыри иплъагъуэртэкъым, и Іэпкълъэпкъым и гугъу умыщІыххи.

Къэфауэ къытекІыжа нэужь абы къищІащ хъыджэбз къигъэ-фар езы Бэлэтокъуэ Пщымахуэ дыдэ зэрипхъур. КъуийцІыкІуо-къуэр апхуэдэ щІалэтэкъым игу къихьар а щІыпІэм деж щыжи-мыІэфу. Ар нэхъыжь ирехъу е нэхъыщІэуи щрет, хамэ щыт-щы-мыт иІэтэкъым, игу къыдрихьеяр жиІэнут. Абы кърикІуэным егу-псысынутэкъым, и ажалыр къызыхэкІыныр арауэ щытми къигъэ-зэнутэкъым. Мис иджыпстуи, хьэщІэщым къызэрыщІыхьэжу, Бэлэ-токъуэ Пщымахуэ, КІэмыргуейм уей-уей дотэу зращІэкІхэм ящыщ зым, зыхуегъазэ:

— Зи щІыхьыр ин Пщымахуэ. Дытхъащ, дышхащ, ди нэгу зед-гъэужьащ, уи берычэтыр тхьэм нэхъри игъэбагъуэ, уи пщІэр тхьэм нэхъри лъагэ ищІ. Сэ сежьэжу аракъым, ауэ ари къоблагъэри сежьэжын ипэ къихуэу зы лъэІу пхузиІэт.

  • ЖыІэ, КъуийцІыкІуокъуэ и къуэ, уэркъ и лъэІу уэркъ зэ-хещІэ, жаІэ, уи лъэІум си къару илъмэ, уи фІэщ щІы згъэзэ-щІауэ.

  • Уи пхъум сехъуэпсащи, къызомыту хъунукъым,— жиІащ Дэгужь, и щхьэр ирихьэхыурэ.

  • Ар лъэІу, хьэмэрэ унафэ? — зэхихыр и фІэщ мыхъуу пыгу-фІыкІащ Пщымахуэ.— Дауэ ар къызэрызгурыІуэн хуейр?

  • ЛъэІущ, Бэлэтокъуэ и къуэ, лъэІущ. Шы табын уасэу уэс-тынщ, ар уфІэмащІэмэ...

  • Щыгъэтыж, КъуийцІыкІуокъуэ и къуэ,— зэхиукІащ Пщы-махуэ и нэщхъыр.— Сэ а зы пхъуращ сиІэр, моуэ... иэхъ гъунэ-гъуу...

— Махуэ къэс къэгъэкІуэж жыпІэмэ, къэзгъэкІуэжынщ.

— Аракъым Іуэхур здэщыІэр,— ищІащ и Іэр Бэлэтокъуэм.— НэмыщІ-ІэмыщІу депшэлІащ Іуэхум. Сэ уэ жэуап иджыпсту уэс-тыфынукъым, абыкІэ уи лъэІури згъэщІэщхъуу аракъым.

— Сэ сыт хуэдизкІи сыппэплъэфынущ, Пщымахуэ, ауэ...

— СощІэ, Дэгужь, сощІэ. Зы мазэ хуэдэ дэгъэкІи, къакІуэ. Унагъуэр дызэпсэлъэнщ, дызэчэнджэщынщ. Тхьэшхуэм жыхуиІар тлъагъунщ, тІасэ.

Пщымахуэ фІы дыдэу ищІэрт Дэгужь мурад ищІамэ, ухуейм укІ, и псэр пыту къызэримыкІуэтынур. Уи гъащІэр дэгъэзеигъуэу, гугъуехьу уигъэхьынут абы упэщІэувамэ. Ар Іуэху цІыкІу ирехъу, е Іуэху ину щрет. Жэщу къыптеуэу уигъэсыфынут, махуэм и нэху-ри и дыгъэри уфІэмыІэфІу уигъэпсэуфынут.

Бэлэтокъуэ Пщымахуэ Дэгужь ирита пІалъэр къэмысу уна-гъуэр игъэтІысри щыІа псалъэмакъым щыгъуазэ ищІащ ипхъуза-къуэр хэмыту. И къуитІыр къилъащ КъуийцІыкІуокъуэр дунейм трахужыну жаІэу, анэр макъкІэ пыхьащ.

— Мо къуршым ис хьэщхьэвылъэм ептмэ нэхъыфІщ мо лъыи-фыжьым епт нэхърэ! — зыхуэІыгъыжыркъым къуэ нэхъыжьым.— Дауэ уи жьэ къекІуа ди шыпхъур абы ептыну?

— Номинри алмэстыри пащтыхьым и бжэ блыпкъым иратхэм гхуэдэщ а псэхэхым елъытауэ,— къыщІегъу къуэш нэхъыщІэм.— Пэжщ Даут жиІэр: гъунэгъуу илъагъункъым ди шыпхъур Дэгужь!

Жэщыбг пщІондэ зэрызехьахэщ, зэныкъуэкъуахэщ. Пщымахуэ мо КъуийцІыкІуокъуэм и къулеягъыр, и лІыгъэр, зэрыпщыр нэхъ къыхигъэщу, зэрыщышынэм и гугъу имыщІурэ псэлъащ. Ауэ, пэ-жыр жыпІэмэ, Пщымахуэ абы и мылъку хуеплъэкІыну тхьэмыщ-кІэтэкъым — КІэмыргуейм нэхъ къулей дыдэу исхэм ящыщ зыт. И мэлыр бжыгъэншэт, Іэщышхуэр къебэкІт, адыгэш защІэу шы табыни щиІэти, зы илъэс къэмынэу ахъшэ хъушэ къащІихырт, тэ-тэрхэм, нэгъуейхэм, къалмыкъхэм ярищэурэ. Бэлэтокъуэ Пщыма-хуэ зыщышынэр зыт: игъащІэ лъандэрэ зэхуэслъэфэса си мылъ-кур дауэ хъуну си щІалитІыр КъуийцІыкІуокъуэ и къуэм къиукІ-мэ? Ар джаурщ, щхьэмыгъазэщ, къипІытІу ежьэжынкІэ тІэу еп-лъынукъым, мынэхъыфІу пІэрэ хъыджэбз цІыкІур къытедгъэхьэрэ щхьэгъусэ хуэтщІмэ? ИтІанэ, зэрыжаІэщи, ди мэл хьэм ихьыжын-тэкъым, ди лъэгу банэ хэхужауэ тыншу дыпсэунт. Дапщэ щыІэ зратри здашэри ямыщІэу лІы ират. ЗакъуэтІакъуэщ зратыр ицІы-хуу, илъэгъуауэ унагъуэ ихьэр. Къэхъуа щыІэкъым, есэжынщ, мылъкум дригъэхьэхым фомрэ цымрэ хуэдэу зэкІэрыпщІауэ зэ-дэпсэунщ...

А псори и пхъум жрыригъэІэну игъэкІуащ зэи унагъуэ имы-хуауэ Пщымахуэ ипІыжу къыбгъэдэс и шыпхъур. Зы сыхьэти къэ-мыту шыпхъум къигъэзэжри и дэлъхум къыжриІащ ирихьэжьа

Іуэхум щІэщхъу къыхэкІынкІэ зэрыхъунур. «Ди адэм схужеІэж,— къыхуеІуэтэж и пхъум къыжриІэжар,— КъуийцІыкІуокъуэм сри-тыну мурад ищІауэ щытмэ, джэбыныпхъэ схурегъэхьэзыр, ар нэхъ щІэх илъагъунщ си фызышэм нэхърэ». Псалъэмакъыр щекІуэкІыр етІуанэ махуэрати, Пщымахуэ губжьауэ пэшым щІэкІащ, ауэ къи-гъэзэжри, и къамэр кърипхъуэтауэ ар пцІанэу иІыгъыу кІиящ: «ЖеІэж а щхьэзыфІэфІым, зэрызиукІыжын имыІэмэ, мы си къа-мэр естынщ. Сэ си псалъэр тІэу жысІэркъым».

Игъазэри щІэкІащ. ЗэрыкІуэм хуэдэурэ пщІантІэр къызэпип-лъыхьри, зэрызэлъыІухам и къабзагъымкІэ игу зэгъауэ уэра-мым къытехьащ, ипщэкІэ уэршэру зэхэт лІы гупым я дежкІэ иунэ-тІащ. Ауэ нэсакъым: пщылІ щІалэр къыкІэлъыжэри зыгуэр къы-жриІэщ, мо лІы фафІэм и фэр зэуэ къыпыкІщ, и щхьэр мащІэу къыфІэщІэри, игъэзэжащ. Пэшым гъы макъыр щІэзт. Зи гущхьэм жыр лэныстэр къыхачыжа хъыджэбзыр къопсэлъэным хуэдэу щылът. «Тобэ,— къэкІащ и гум Пщымахуэ,— мыр сыту дахащэу къигъэщІат. Схуэпшыныжыну пІэрэ сэ къэсхьа гуэныхьыр, хурн-къуну пІэрэ абы си гъащІэр! Хурикъуми сыт и мыхьэнэ мыпхуэ-дэ дахагъ зиІэм мы дунсйр къыщыщезгъэнэфакІэ?»

Пхъум и нэр мащІэу къызэтрихри, пшагъуэ Іувым хэт хуэдэ, и адэр къилъэгъуащ. Ар пшагъуэ Іувым игъэпщкІункІэ шынэ хуэ-дэ, и нитІыр ину къызэтрихри нэпс ткІуэпсышхуитІ зытедиихьа адэм и нэкІум иплъащ. «И нэпс къыщІэкІащ,— погупсыс ар, и псэр хэкІыу здытелъым, пІейтейуэ и щхьэр зэрехьэ.— Умыгъ, ди адэ,— ерагъкІэ къыжьэдеш, псоми зэхахыу.— Арауэ къыщІэкІынт си насыпыр здынэсыр. Уэрат сэ щапхъэу сиІэр, гуфІэгъуэу, гугъа-пІэу сиІэр... КъэзмыгъэщІар хьэлэл пхузощІ...» Хъыджэбзыр щІалъхьа нэужь, Пщымахуэ зэрыпсэужар тхьэмахуэ закъуэщ. Й къуитІыр щІишэри къажриІащ: «Сэ, си щІалэхэ, мы дунейм щы-зиІа сипхъу закъуэм къысхуигъэна гъащІэ ІыхьэмкІэ сыпсэуну сыхуейкъым. Абы кІэлъызесхьа лейр, цІыхугъэншагъэр сигу къэ-мыкІ щІыкІэ сылІэн хуеят сэ. Ауэ ди тхьэшхуэм нэгъуэщІ зыгуэру унафэ ищІащ. Хьэлыншэ зывмыщІ, цІыхум ауан зыкъевмыгъэщІ, я адэжьыр ящхьэщыукІуриикІати, мо бамитІым я мамийр къыщІэ-щащ, жевмыгъэІэ. Сэ къысхуэнэжар махуитІщ».

Ещанэ махуэм илъэс плІыщІым нэскІэ «уей-уей, адыгэ!» — жезыгъэІа кІэмыргуей уэркъ Бэлэтокъуэ Пщымахуэ дунейм ехы-жащ щэхуу, уэсятыншэу, гуащэм, и ныбжьэгъухэм иужь дыдэу Іуплъэжын шынэу, зы псалъэ яжримыІэжыфу. «Мы щІы фІыцІэ-жьым лІыхъужь Іэджи, къэрабгъэ куэди игъэпщкІуащ,— жиІэгъат дыуэщІым кърихьэлІа Елджырокъуэ Кургъуокъуэ, зи лІыгъэкІи, хабзэкІи, нэмыскІи адыгэ.хэм нэхъ цІэрыІуэу ябжу щытахэм ящыщ зым.— Абыхэм я гъыбзэ, уэсят куэди мы щІы гущІыІум мэуфафэ-ри телъщ, языныкъуэхэр зэщІауэ, адрейхэри я чэзу пэплъэу. Хэт и гугъэнт Бэлэтокъуэ Пщымахуэ зы уэсяти къытхуимыгъэнауэ, зы гъыбзи хузэхамылъхьауэ щэхуу дуненм ехыжыну, мы дуней хьэху-жьым щІыхуэ щипшыныжыну къытехьэу, цІыхум къамылъагъуу и щІыхуэр текІыжа хуэдэ. «ЛІэнми лІыгъэ хэлъщ»,— жыхуаТэращ, уи щхьэ закъуэр хэпхыу дунейм уехыжыныр лІыгъэкъым»..

А хъыбарыр КъуийцІыкІуокъуэм Атэбий къыщыжриІэжар ща-кІуэ кІуэри махуиплІ дэкІа иужьщ. Ещанэ махуэм и гъусэхэр къи-утІыпщыжри, Атэбийрэ абырэ Щхьэгуащэ и Іуфэм Іуту драгъэ-зеящ, махуэ ныкъуэкІэ кІуауэ хуей дахэ гуэрым унэ иту ирихьэ-лІащ

— Мыр си унэщ,— жиІащ Дэгужь, шхуэмылакІэр пхъэлъант-хъуэм фІидзэурэ.— Къепсых, мыбы зы жэщ-махуэкІэ зыщыдгъэ-псэхунщи дыкІуэжынщ. Шыхэр зэщІэгъущхьэху мыбдеж щыгъэт, уэ мафІэ щІы, пхъэи джыди мо гуэщым щІэлъын хуейщ. Сэ мэзым сыщІыхьэнщ, ди насып зыхэлъ сыхуэзэнкІэ мэхъу.

... Жэщыбг фІэкІауэ пщІантІэ мафІэм здыбгъэдэсым, Дэгужь зэуэ Атэбий дежкІэ зригъэзэкІри еупщІащ:

— КъызгурымыІуэу зы хэлъщ мы уи Іуэхум, Жамырзэ: апхуэ-диз лІыгъэ, нэмыс зыхэлъ уэ щхьэ си деж укъэкІуа хабзэ, нэмыс степхыну? А псори зытрахыр уэ пхуэдэщ, ар уэ бдэтлъэгъуащ мы махуэ зыщыплІым. НэгъуэщІ зыгуэр хэмылъу пІэрэ мы уи Іуэхум?

  • Іэу, зиунагъуэрэ, сыт хэлъын сэ си Іуэхум,— дзасэмкІэ дэ-пыр зэІещІэ Атэбий.— Сэ хабзэ гуэр, лІыгъэм епхьэлІэ хъун схэлъ-мэ, ахэр зи фІыщІэр фэ нэхъыжьыфІхэращ. Уэ уи фІыщІэ зэры-хэлъри сыбзыщІыркъым, зи щІыхьыр ин.

  • Сыт щхьэкІэ сэ си фІыщІэ хэлъын абы, Жамырзэ, уэрэ сэ-рэ мыбы ипэкІэ зэи дызэрылъэгъуакъым.

  • Абы Іэмал имыІэу щыт? — къеплъащ Дэгужьым Атэбий, жиІэ псори уи фІэщ мыхъункІэ Іэмал имыІэу.— Уи хъыбарыфІ мащІэ зэхэсха сэ, зи щІыхьыр ин. Уэ махуэ къэс Къэбэрдей уни-мыхьэфми, уи хъыбарыр кІэщІ-кІэщІурэ тІэрохьэ. Адыгэм я лІы-хъужьхэм, уэ пхуэдэхэм, я лІыгъэр цІыху цІыкІум ящымыгъупщэ-ну алыхь Іэмырщ.

  • Алыкь Іэмырщ,— щэтащ КъуийцІыкІуокъуэр.— Хэт ар зы-щІэр, Жамырзэ, алыхь Іэмырми езы лІыгъэ зезыхьам и Іэмырми? Зыми ищІэркъым. Хэт ищІэу пІэрэ а лІыгъэм ар нэсыху абы зэре-кІуэлІа гъуэгур сыт хуэдэу щытами? Зэхуа? Хьэдэ лъэмыжу щы-та? Гуэныхьыр къебэкІыу щыта?.. Тыншкъым а псоми жэуап епты-ну. Сыт хуэдизыпсэ згъэна сэ? Сабий ирехъу, балигъ ирехъу. ЛІо, а псори си пащхьэ щыкъуэншауэ пІэрэ, хьэмэрэ а псоми си лъы щІьихуэ ятелъ уи гугъэрэт? Ущоуэ, шынэхъыщІэ. «Адыгэ лъэ-пкъыр зы къэралыгъуэу дызэгуэвгъэхьэ»,— жызыІа куэд сІэщІэ-кІуэдащ сэ, Жамырзэ. А псалъитхум щхьэкІэ! Сыт адыгэ лъэпкъ, сыт къэралыгъуэ? Хэт абы хуейр? Зышхын зимыІэ факъырэхэращ, Іуэхуншэхэращ, лІыгъэншэхэращ. Ахэр, зы къэралыгъуэ дэнэ къэ-на, къэралыгъуэ минищэ естынщи, а зэрыщытхэм хуэдэу къэнэ-жынухэщ. Сыт сэ къэралыгъуэ зэхэзэрыхьа зэрызыбгъэщІынур? Къэралыгъуэкъэ сызэрыс щІыпІэр? Мобы къыщыщІэдзауэ мыбы нэс, сысейщи, укъемыІусэ, укъэмыІэбэ, уи Іэбэр «сархъ» жиІэу пызупщІынщ. Уи Іэбэм уи щхьэр кІэлъыкІуэну ухуэмеймэ, уи ажэ си бжыхь къомыпх. Къэралыгъуэ зыхуейр къэралыгъуэу зэгурехьэ, ауэ сэ абы сыхуейкъым. Сыт сэ абы къыщыслъысынур? Уэ егу-псыс, фи дежкІэ ХьэтІохъущокъуэхэ, укъыфІэкІамэ, Къэсейхэ, Мысостхэ, итІани хэт ухуей, мыдэкІэ Елджырокъуэхэ, Бэрзэджхэ— Іэджэ мэхъу мыбыкІи,— а къомым къафІэкІыу сэ пащтыхь сызэ-рамыщІынур къызгурымыІуэу сыделэ дыдэу пІэрэ? Сивгъэсыж си щІыпІэ, си мылъку сыхуитыжу.

  • Дэ, шхуэмылакІэмрэ гуахъуэмрэ зыІэщІилъхьа лэжьа-кІуэжьхэм, сыт къыдгурыІуэрэ, ауэ Инал дыди, адыгэр дыкъызы-техъукІар, адыгэр къэралыгъуэу зэгухьэн хуейуэ лъаІуэурэ лІэжа-уэ жаІэ,— сакъыпэурэ Дэгужь и псалъэм къыхилъхьащ Атэбий. Куэд щІауэ апхуэдэ псалъэмакъ хыхьэн мурад иІэт щІалэм, ауэ къезэгъыу, псалъэмакъ иригъэкІуэкІым декІуну, акъыл хэлъу ухэмыхьэмэ, хэтыт зыщІэр ар КъуийцІыкІуокъуэм къызэрыщы-хъуныр.

  • Инал нэф щІэгузавэр си адыгэ тІэкІур зэбгролъэсыкІ, зэры-мыцІыхуж мэхъу жиІэри арат,— Тыркум кърашу лъэпсейуэ ящэ тутыным хуэдэ ишыхьри щІигъэнащ Дэгужь. А зэманым адыгэм куэд яхэтакъым тутын ефэу. Тутынафэхэм нэхъ уащыхуэзэр хы ФІыцІэм и Іуфэм щыпсэу адыгэхэм я дежт, е а щІыпІэхэм нэхъ щызэхэзеуэ, е Арысейм пыщІэныгъэ нэхъ хузиІэ гуэрхэрт.— Къе-тыкъуэ Аслъэнбэч мылъхуэсми жиІауэ жаІэр: «Хы ФІыцІэмрэ модреймрэ я зэхуаку зы пащтыхьщ щыІэн хуейр»,— жиІэри. И адэ имыщІэжым и бынщ ар Къетыкъуэ Аслъэнбэч. Езыр армырауэ пІэрэ пащтыхьу а хитІым я зэхуаку дагъэтІысхьэнур? Хьэмэрэ ди-Іэ иджыпсту а къомыр зи ІэмыщІэ иплъхьэ хъун? Хьэмэрэ апхуэ-диз пщІэмрэ дзыхьымрэ къэзылэжь и цІэ къиІуэт. Ы-ы?

  • КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь,—жиІэри Атэбий псынщІэу къыб-гъэдэсым и нэгум иплъащ. Дэгужь и нэкІу тэбакъыр зэуэ гуфІэм зэкІэщІишри щІэпщэн щагъэтыжу зэхуэкІуэжа шэдыбжьу, зэлым-пІыжащ, лэдэх минхэр зэбгрыжауэ. «Игу ирихьами и псэм къищта-къым,— егупсысащ Атэбий.— Сыту пІэрэ хилъэгъуар?»

  • Си фІэщ мэхъу уи гур зэрысхуэкъабзэр. Берычэт бесын. Ауэ, Жамырзэ, а къэралыгъуэ жыхуэтІэм сэ си щхьэхунтыныгъэр стри-хын фІэкІа си гъащІэм зыри къысхущІигъунукъым,— тутын Іугъуэр куууэ иришэхри, Іугъуэр къызэрыжьэдихужым хуэдэурэ пищащ: — Сэ иджы сыщхьэхуитщ, сыхуейм сожьэ, сыхуэмейм сы-къокІуэлІэж. Къэралыгъуэ дыхъумэ, пащтыхьым имыщІэу къуб-гъан епхьэжьэ хъунукъым. Куэд пылъщ абы, итІанэ, уэрэ сэрэ ди Іуэху абы хэлъкъым, хуейр зэгурехьэ, дэ мыпхуэдэу дыпсэунщ... Сыт щыхъыбар-тІэ Къэбэрдейм? Къэсей и къуэжьым сэрэ иужь дыдэу Гумкъалэ дыщызэрихьэлІауэ щытащ, къэзакъхэм я деж. ЦІыху щІагъуэщ, лІыгъэм и мызакъуэу гушыІэшхуи хэлъщ.

  • Уэлэхьэ, гушыІэн дэнэ къэна, гуфІэ гуэр и напщІэм темы-лъэту сыкъежьам.

— Ар сыту? КъыщыщІаІа?

— «ЛІэм зыгъэлІэн ешх»,— жыхуаІэращ, сеплъынщ пцІы сы-упсынщи, пщІэну щыткъым, пэжым къимышэр пцІым къишэнкІи мэхъу»,— мурад ищІащ Атэбий.

  • Мэртазэхэ я гуащэр Къэсейхэ япхъущ-тІэ,— жеІэ Атэбий, мафІэм хэпэщэщыхьурэ, Іугъуэм щІнсыкІа хуэдэ, и нэр Іэ щІыб-кІэ щІелъэщІыкІ.

  • Апхуэдэу си гугъэжщ,— къоплъ абы Дэгужь, адэкІэ хъы-барым къихьыным хуэпІащІэу.

  • НтІэ, сыкъежьэн ипэкІэ дыуэщІ щыІахэщ Мэртазэхэ я деж. Елбэздыкъуэ яукІащ.

— ЖыпІэр сыт? Хэт зыукІар? Хэт ар Мэртазэхэ езыкуфар? — ЕщІэнокъуэ Атэбийуэ жаІэ,— и макъым нэхъ хуэм зрегъэщІ

Атэбий.— И къуэш нэхъыщІэр а Елбэздыкъуэм иукІауэ яІуатэ.

— Еу-уей, тхьэмыщкІэ, щІалэ лажьэ зимыІэр стекІуэдащ. Атэбий и напщІэр хэлъэтащ, и тэмакъыр щиубыдыкІри псалъэ

хужымыІэжу къэнащ. КъуийцІыкІуокъуэм зыгуэрхэр жиІэрт, ту-тын Іугъуэ Іувым къыхэпсэлъыкІыурэ, Атэбий къепсалъэрт, ауэ щІалэм зыри зэхихыртэкъым иужьрей псалъищым фІэкІа: «лажьэ зимыІэр стекІуэдащ», «лажьэ зимыІэр стекІуэдащ». Зы зэман зы-къищІэжри, дзыхьыщэ имыщІу, Дэгужь еупщІащ:

— Мэртазэхэ цІыху яукІамэ, уэ сыт ун лажьэ?

— Лажьэу щыІэм я нэхъ лажьэр зытелъыр сэращи аракъэ Іуэхур, Жамырзэ. КІыхьщ а Іуэхур, зэман жыжьэ къыщежьащ, нэхъ сызыхущІегъуэжи сІэщІэкІауэ сщІэжыркъым. КІэщІу бжесІэнщи, Іуэхур къызэрекІуэкІар мыращ. Атэбий и адэ Къубатий зэгуэр къэсхъунщІэну сыхэтащ. И щолэхъур къытесхыну. Щолэхъур уэр-къышщ-тІэ, лъхукъуэлІ апхуэдэш тесу сигу техуакъым. Мэз хуей гуэр деж дыщызэпщэфыІэри... ЛІы бланэт джаурыр. Си тхы къу-пщхьэм жьэхэуэху и сэшхуэр къысхиІуауэ щытащ. Тхьэлъанэ сщІат силъ сщІэжыну, ауэ апхуэдэу иухыну хэт игу къэкІынт — я сабийкІэ силъ сщІэжыну. Мы гъэ гъатхэм сыкІуат Джылахъстэней силъ сщІэжын нэхъ Іуэху симыІэу. СыздэкІуам Къубатий дунейм ехыжауэ срихьэлІащ, и къуэ Атэбий зекІуэ кІуауэ. Мэртазэхэ я деж жэщищ-махуищкІэ сыкъыщыхьэщІэри сыкъежьэжауэ сигу къэкІащ: «Абы нэс укъикІри укъэкІуауэ, уи Іуэхум зыри къимы-кІауэ уокІуэж, сыт щыгъуэ иджы къыщытебгъэзэжыфынур? Зэ къытебгъэзэжыфыххэнкІэ хъуну? УкъыздэкІуэхэр щІалэу, уэ уи ныбжьыр хэкІуэтауэ къытебгъэзэжкІи сыт и мыхьэнэ? Згъэзэжын-щи, Къущхьэ Жамбот уэрэдым зэрыхэтым ещхьу, «джэд нэхъ мыхъуми лъыпэ къизгъэкІынщ»,— жысІэри, мэз щІагъкІэ згъэзэ-жащ, щІалэ цІыкІур къыдэсхри пабжьэм щызукІщ, и лъым щыщ си натІэм щысхуэри сыкъэкІуэжащ.

— Хъыбар гуузщ,— жиІащ Атэбий, и нэр Дэгужь къытримы-гъэкІыу.— Ауэ, уэри жыпІащи, ущІыщІегъуэжын хэлъщ. Уи лІы-гъэмрэ сабиймрэ...

  • Аракъэ-тІэ схузэхуэмыгъэхъур, Жамырзэ... ИтІани, согупсы-сыжри, ари зы блэ шыру дунейм езгъэхыжащ... Іэлоууэхь, Жамыр-зэ, нэхущвагъуэр къыщІэкІащ, тІэкІу дыщхьэукъуэм мынэхъыфІу пІэрэ? Пщэдей гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъщ.

  • ДыкІуэжыну аракъэ, зи щІыхьыр ин? Едгъэзыхыжмэ, апхуэ-дэу гъуэгуакъуэ хъуну...

  • Едгъэзыхыжынукъым, Жамырзэ,— къэтэджыжауэ зиукъуэ-дийуэрэ жеІэ КъуийцІыкІуокъуэм.— Пщэдей... Нэхъ тэмэму жы-пІэмэ, нобэ унэидзыхьэ дыкІуэнущ уэрэ сэрэ...

  • Унафэ зэрыпщІщ, зи щІыхьыр ин, си дежкІэ насыпышхуэщ апхуэдэ дзыхьыр.

— Гъуэлъ, пщэдджыжь гъуэгу дытетурэ адрейхэр бжесІэнщ... Атэбий къыгурыІуэщакъым КъуийцІыкІуокъуэм «адрейхэр»

псалъэм къригъэкІар. Хъыджэбзыр зейхэра? Е зыщыщ къуажэ-ра? Хьэмэрэ гъуэгуанэм и кІыхьагъыра? Сытми аракъэ ар Атэбий дежкІэ? ЩІалэм и гъащІэри и псэри иджыпсту зыхуэунэтІар, зы-хуэлажьэр шэч къытримыхьэжу наІуэ къэхъуа Іуэхурт: и шынэ-хъыщІэ Къэрэщей зыукІар КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужьт. Апхуэдиз зэман лъандэрэ и псэм бэлыхь тезыгъэлъ, мышхэ-мыжейуэ къэзы-гъэна гузэвэгъуэм и зы Іыхьэр нахуэ къэхъуат — илъ зытелъыр и пащхьэ къитт. Къамэ кърихыу епыджын, хьэмэрэ къэуалымкІэ и щхьэр зэгуиудын?.. Хьэуэ, тІум хуэдэуи ищІынкъым. Иджыри къэс кІуа зэманым хуэдиз пэмыплъэжу псори зэфІигъэкІынщ. «Къуэшрокъуэр пІащІэри унакъым»,— жиІащ, упІащІэ хъуну-къым. Псом хуэмыдэу мыпхуэдэ Іуэхум деж. Иджыпсту Къуий-цІыкІуокъуэм дзыхь къыхуищІ хъуащ Атэбий. Ауэ а дзыхьыр иджыри зэхэжыхьакъым, зэпцІыгъащІэщ, аращ ныщхьэбэ къы-щІеупщІари щІалэм, абы и деж зыщигъэсэну зэрыкІуам шэч къы-трихьэри. ЦІыхум и псэм ищІэу къыщІэкІынущ ажалыр къыщы-благъэм деж. Дэгужь зэрыщымыта хъуащ: ищІа Іуэху фІей гуэр-хэм хущІегъуэжауэ щытепсэлъыхь къохъу, къыздрихари умыщІэу хуэкъулейсызу псэу тхьэмыщкІэхэм хьэжыгъэ къэп, ахъшэ гуэр-хэр яхуишийуэ мэхъу. А псори зылъагъу цІыхухэм зикІ я нэгу къахущІэгъыхьэркъым Къуи.йцІыкІуокъуэ Дэгужь Іичрам къихьы-жауэ ди щхьэщыгу ит тхьэшхуэм и тсзырым щышынэу псапэ ищІэу, япэм къилэжьа гуэныхьхэр зытрихыжын папщІэ...

  • Сыужэгъуащ унэ нэщІыр,— тхьэусыхащ Дэгужь, унэидзы-хьэ здэкІуэм.— Си псэм хуабагъэ жиІэ хъуащ. ЦІыхухэм я деж-кІэ нэхъ зешии. Сыт сэ къэзгъэщІам и мыхьэнэр? Хэт хузэхуэслъэ-фэсрэ апхуэдиз мылъкур? Балигъ сымыхъу щІыкІэ щІэздзауэ ма-щІэ сыукІа, мащІэ ныкъуэдыкъуэ сщІа! Сыт шхьэкІэ? Сыт я ла-жьэу? Сыгурбиянти, мылъкумрэ Іуэхуншагъэмрэ сагъэудэфати. НэхъыбэІуэрэ ЕщІэнокъуэ Къубатий хуэдэ срихьэлІатэмэ, пщІэну щыткъым, сэри адрейхэм хуэдэ сыхъунри хэлът. Ауэ иджы сыхъу-жыну сэ адреихэм хуэдэ?

  • Ухуейкъым абыхэм, зи щІыхьыр ин,— жиІащ Атэбий, и нэщ-хъыр зэхэлъу.— Дэ дыздэкІуэмрэ уэ уи гупсысэхэмрэ зэтехуэр-къым. Сэ жысІэр уи фІэщ щІы, зы нысащІэ уи лэгъунэм щІэпшэ-мз, а мыфэмыц псорн ХьэцІыкІу и шейтІану кІуэдыжынущ. Иджы дыздэкІуэм дытегъэпсэлъыхь: хэтхэ ей, щыпсэур жыжьэ?

  • Упсэу, Жамырзэ,— къэгумэщІащ Дэгужь.— Сэ зэи сиІа-къым уэ пхуэдэ ныбжьэгъу. ДыздэкІуэми къэнэжа щыІэкъым, сыхьэтищ хуэдэкІэ дынэсынущ. Мы хъыджэбзыр куэд щІауэ сигу ирохь, ауэ сыбгъэдыхьэу епсэлъапІэ згъуэтыркъым. Иджы зэрыт-щІынур мыращ: хъыджэбзитІ-щы и гъусэу ар шэджагъуэнэужь къэс хадэм къохьэ, жьы зыщІрагъэхуну, хърннэм исыну, нэхъ тэ-мэму жыпІэмэ, загъэпсэхуну. Дэри тэмэму а зэманым дрихьэлІэ-нущ. Уэ хадэм уохьэри абыхэм гъунэгъу захубощІ, зэкъуэхуа зэ-рыхъуу хъыджэбзыр къыбопхъуатэри къыбохьэжьэ. Сэ хадэм мы-дэкІэ сыщытщ шым сытесу, уишри Іэдэжу сІыгъыу. Бзылъхугъэр си шыплІэм къыдыбодзэри, айдэ маржэ, дыкъыщІопхъуэри мэзы.м дыщІолъэдэж.

  • Тхьэм къыдигъэхъулІэ,— еплъащ и гъусэм Атэбий.

  • ЛІо, ушынэрэ?

  • Уэ узигъусэу сэ сызыщышынэн мы дунейм теткъым, зи щІы-хьыр ин. Хуеймэ, шууищэ къреув.

  • Упсэу, Жамырзэ,— гумащІэу къеплъащ абы Дэгужь.— Мыр къыдэхъулІэрэ дынэсыжмэ, щІы пхупысчыну си мурадщ, унэ те-пщІыхьыну. Уэри зы унэІут гуэр къэпшэнщи, унагъуэ ухъунщ, уи бынхэри уи лъэужь ирикІуэнщ.

— Тхьэм уигъэпсэу, зи щІыхьыр ин...

«Насып зимыІэм махъшэм тесми хьэ къодзакъэ»,— жиІащ па-сэрейм. ШууитІыр зэкІуэлІа Дэгужь и ныбжьэгъур къещыхьэ-кІуащ: хъыджэбзыр тэтэр беижь гуэрым и къуэм нобэ хуешэр. Махуищ хъуауэ хьэгъуэлІыгъуэр зэхэтщ. КъуийцІыкІуокъуэр и пІэ ижыхьащ, и бзэр иубыдащи и пащхьэ къититІым и нитІыр къыщи-хуауэ еплъ фІэкІа зы псалъэ къыхужьэдэшыркъым.

— ТхьэлъэІу зиІэм я унэр дэнэ и деж здэщытыр — ипщэ-кІэ, ищхъэрэкІэ? — щІэупщІащ Атэбий.

  • ИпщэкІэ,— къитащ жэуап хэгъэрейм.

  • Уэ удыхьэфыну абы я пщІантІэ?

— Іэу, щхьэ сыдэмыхьэфрэ.

— НтІэ, зи щІыхьыр ин, уэ ныдэкІыжи, шым утесу къуажэб-гъум деж къыщызэжьэ. ДыкъызэрыкІуа гъуэгур зэгъэгъуэтыжи хьэзыру щыт. Уэ,— зыхуигъэзащ абы хэгъэрейм,— иджыпсту щІэ-кІи хьэгъуэлІыгъуэм дыхьэ, абы удэту сэ сыныдыхьэнщи, шым уэ сегъэпсых, сэ джэгум сыІухьа нэужь, си шыр уэрамым къыдэш, я хадэм пэмыжыжьэу къыщыспэплъэ. ИІэ, фызэбгрыкІ...

Атэбий и шы пэхужьыр фІыуэ зэщІигъаплъэри, къигъэбэкхъащ, шыжьэрыутІыпшу хьэгъуэлІыгъуэ зиІэм я пщІантІэм дэлъадэри, шыр кІэбдз лъакъуитІымкІэ щыхигъэтІысхьащ, къызэфІэмыувэж щІыкІэ шым къелъэри, къыбгъэдыхьа хэгъэрейм шхуэмылІакІэр хуидзри «тІэкІу къешэкІ!» хуегуэщІэкІыу жриІащ, дэтхэнэ зы шууейми зэрищІым хуэдэу, еІэбэкІри и къамышыр и щІыбагъым-кІэ бгырыпхым щыдиІури, Іэгу еуэурэ джэгум Іу.хьащ.

  • Мыр сыт, нысащІэр слъагъуркъыми-тІэ,— зигъэхьэлэболэу жиІащ Атэбий, чэф иІэ фІэкІ умыщІэну и гъунэгъу щІалэм зы-жьэхнгъауэурэ.— НысащІэншэ джэгу щыІэ?

  • ЩІыфтыгу ущалъхуа уэ? — делафэ къриплъу къеплъащ щІа-лэр.— Хэт зылъэгъуар адыгэ нысащІэр джэгу Іуту?

— Аууей, фиІэххэу узиІэ а нысащІэр, ямыдыгъуауэ.

— НакІуэ, уэзгъэлъагъунщ. Мо жыг хадэм хэт унэ леим и щІыбагъым укъызэрекІуэкІыу щхьэгъубжэшхуэ хэлъщи...

  • Хъунщ, хъун, Іэджэ жыпІэнущ. Ар дахэу щытамэ, ягъэ пщкІумэ си Іуэхут. НэджэІуджэ гуэр къыщІэкІынщ.

  • Ари?! Уо-о, мы уафэм и лъабжьэм щалъхуауэ къыщІэкІын-къым Іэминат нэхъ дахэ.

ЩІалэм зыкъомрэ бгъэдэтри, утыку гуащэм гу къылъитэу къы-щимыгъафэм, Атэбий хуэмурэ хадэмкІэ ихьэщ, унэ щІыбагъымкІэ къекІуэкІри щхьэгъубжэ закъуэ хэлъымкІэ хуэмурэ Іухьащ, и щхьэр къыІуипхъуэтыжри, хуэмурэ етІысэхащ. Хъыджэбзым щхьэгъубжэмкІэ зыкъидзри, ар къызэІуидзащ, щхьэгъубжэ лъа-бжьэм къыкІэрыс Атэбий хуэмурэ къеджаш:

— Атэбий.

  • Іэминат,— зыкънІэтащ Атэбий,— мыр сыт мы слъагъур? Фи уни щхьэ ущымыІэрэ?

  • Мыр Бей-Мырзэ и унэщ. Мы тэтэр емынэм сыкъызэри-лъагъурэ Іуэху иІэжкъым сэр фІэкІа. Ди къуажэм тІэунейрэ ма-фІэ щІидзащ, сырамытым къуажэр зэтриукІэну и тхьэлъанэщ. Нэ-хъыжь хасэр зэхыхьэри унафэ ящІащ, дауэ мыхъуми, сыт хуэдиз-кІэ мыхьэлъэми сратыну. Сыт сщІэныр, Атэбий? Уэ зыукІыж жыпІэмэ зызукІыжынщ, си гъусэу накІуэ жыпІэмэ иджыпсту щхьэ-гъубжэмкІэ сыныдокІ. КъысхуэщІ унафэ, Атэбий.

  • Япэрауэ, иджыпсту щыщІэдзауэ си цІэр зыщыгъэгъупщэ.

  • Дауэ?

—| Жамырзэщ си цІэр. Жа-мыр-зэ, къыбгурыІуа? Сыкъэплъэ-гъуакъым, услъагъужакъым. Мы унэм щІэсхэр щІэгъэкІи, къы-дэлъ мы щхьэгъубжэм.

Зы дакъикъэм тІури хадэм къыкІуэцІрыжри уэрам щэху цІыкІум къыдэлъэдащ. Хэгъэрейр щытт, шыр ІумпІэкІэ пІыгъыу. Шым зэрынэсу Атэбий мафІэм хуэдэу дэлъеящ, къепхъухри Іэми-нат шыплІэм дигъэтІысхьащ.

— Моуэ егъэзыхи псыхъуэ лъэгум зыдэдзэ, мэзым унэмыс щІыкІэ къыдэкІыжи, абдежхэм щытын хуейщ...

Шыпэхужьыр пцІащхъуэу илъри псыхъуэмкІэ иунэтІащ. Хэгъэ-рейм зэрыжиІам хуэдэу, мэзым нэмыс щІыкІэ, псыхъуэм къыдэ-жыжрн КъуийцІыкІуокъуэм Іууащ. Дэгужь шым зэрытесу къа-плъэрт, хьэмкІутІей жыг баринэ цІыкІур хъуренуэ къикІухьу. Атэ-бий шум бгъурихуэри Іэминат абы ІэщІилъхьащ, «зи щІыхьыр ин, уи лъэІур згъэзэщІащ»,— жиІэри. «Упсэу, шынэхъыщІэ!» — Іыхьэ-лей икІауэ гуфІэрт. Дэгужь, хъыджэбзыр шыплІэм дигъэзагъэурэ, Іэминат Атэбий къеплъри и нэкІум къыщІэубжьытхащ: «Тфу, на-пэншэ!»

КъыщІэпхъуахэщ. Атэбий сажнэ тІощІ хуэдиз хъункІэ яужь иту мажэ, пхъэр къыкІэлъыжэ хъужыкъуэмэ, унафэ яхуищІыну. Куэд дэмыкІыуи шууитІ къакІэлъеІэу къилъэгъуащ.

— Мэзым ныхэлъадэ! — кІиящ и макъ къызэрихькІэ Атэбий.— УкъэмыувыІэу нэхъ жыжьэ зыщІ, пхъэрыр ди лъэмбым къопкІэ.

— Дапщэ хъурэ? — щІэупщІащ Дэгужь.

— ИджыпстукІэ тІущ. Сэ абыхэм унафэ яхуэсщІынщ, уэ укъэ-мыувыІэ. СыплъэщІыхьэжынщ.

Атэбий кІэщІу игъэшрн пхъэрым пежьащ. ЩІалэм пхъэр и щыпэпэувтэкъым. ИщІэрт щыпежьэнри, щыІущІэнри, и сэшхуэр къыщрихынри, е фочкІэ щеуэнри. Куэд имыгъащІэу куэд илъэ-гъуащ жыхуаІэр Атэбий хуэдэт. Индыл Іуфэ хъэзэрхэм дапщэрэ щаІэщІэкІа, дапшэм я шхьэ щыпиупщІа пхъэру къыкІэлъыжэхэм ящыщу. Куэд мэхъу ар. Шу гупыр кІапсэ лъэрышэ ищІынти, еуэ зырызу быукІынум. Тэн псы щэхужьыр дапщэрэ лъыкІэ щригъэІа къыкІэлъыпхъэрахэм, Іузэв тснджызым н бжьэпэхэм, Саркъалэ и губгъуэ хуитым дапщэрэ зыщихущыхьа, сыт хуэдиз пхъэрым къа-щыІэщІэкІа. ЛІыгъэм и щыхьэт уэрэд хуэмыфащэу зы зекІуэ към-кІыжакъым ЕщІэнокъуэ Атэбий. Иджы мо яужь къиува шууитІыр сытыт абы и дежкІэ. Сыхьэт плІани пытакъым пхъэритІри къри-гъэпсыхыным: тІури иукІри шитІыр зэбгъурищІэри япэ иту къри-хужьащ.

КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужьрэ Іэминатрэ пшапэ щызэхэуэм къи-гъуэтыжащ хуей гуэрым деж щысу. Хъыджэбзым и щІыбагъ къэ-гъэзауэ щыст, и шылэхъар кІапэмкІэ и нэпсыр щІилъэщІыкІыу. Дэгужь щІалэм фІыщІэ къыхуищІри шхэн гугъу зэрихуэу щІи-дзащ. АрщхьэкІэ Атэбий идакъым: сы.хьэт гъуэгущ КъуийцІыкІуо-къуэм и щакІуэ унэм нэсыжыным дэлъыр, сыт мыбдеж мафІэ щІыщыпщІынури, пщІыми бгъэжьэнур сыт? ЗамыІэжьэу шэсы-жахэщ.

  • Уешауэ къыщІэкІынщ, зи щІыхьыр ин, къыдэгъэтІысхьэ бзылъхугъэр си шыплІэ,— жиІащ Атэбий.

  • Уи Іуэху зыхэмылъым ухэмыІэбэ, щІалэ цІыкІу,— губжьауэ жэуап къитыжащ Дэгужь,— ун Іэбэр писыкІынщ.

ЩакІуэ унэм къэсыжыху зы псалъэ жаІакъым. ПщІаптІэм къызэрыдыхьэжу Атэбии шыхэр игъэзэгъащ, гуэщ кІыхьым пхъэ куэду къыщІихри мафІэшхуэ ищІащ. Пэшым щІыхьэщ, дзажэ гъэгъуа къыщІихри дзасэкІэ игъэжьащ, щІыунэм фадэ пІащІэ пхъэ пэгункІэ къыщІихащ, щІакхъуэ зэпищІыкІрн хэІэбэну тІуми елъэІуащ. Іэминат, шхэн дэнэ къэна, нэхъри и щхьэр ирихьэхри макъкІэ гъыуэ къыщІидзащ. ЦІыхухъуитІым сыт жамыІами, дауэ-рэ емыущиями, сыт ямыщІами хъыджэбзыр яхуэгъэувыІакъым.

Дэгужь хъущІэщ, пхъэ къащыкъымкІэ фадэ пІащІэ пэгуи ны-къуэм щІагъуэ къэмынэу ирифщ, дзажэр зэрыщыту ишхри, щІа-кІуэр игъэтІылъщ, пхъэ тыкъыр и щхьэм щІидзри, гъуэлъыжащ, мафІэм и гупэр хуэгъэзауэ.

— Ныжэбэ кІуам зы сыхьэт сыжеякъым, пщІыхьэпІэ мыфэмыц Іэджэ си нэгу щІэкІащ. СыхьэтитІ-щы дэкІмэ, сэ сыкъэгъэуш. Къэнам уэ ужеинщ.

ДакъикъитІ дэмыкІыу пщІантІэ псор зэщІэгъуахъуэу Къуим-цІыкІуокъуэр пырхъыу щІидзащ.

  • Дауэ плъэкІа, Атэбий? — и нэкІу псыф дахэр къигъэзащ Іэ-минат.— Сэ уэ сызэрыпщыгугъамрэ...

  • Цс-с-,— Іуилъхьащ и Іэпэр и Іупэм Атэбий.— Мыбдеж ІукІ, е уи щІыбыр къэгъазэ.

Зы псалъэ къыпимыдзыжу Іэминат зригъэзэкІащ. Атэбий Іэбэ-ри Дэгужь бгъэдэлъ сэшхуэр сэшхуампІэм кърилъэфщ, абы-и пэ папцІэр КъуийцІыкІуокъуэм и пщэ пцІанэм тригъэувэри хикъу-защ. Атэбий езым зэхищІэу сэшхуэр тІуалэ хуэдизкІэ щылъым и пщэм хыхьащ. «Мэуз»,— жиІащ Дэгужь, и нэхэр къызэтримыхыу.

— Къэуш, КъуийцІыкІуокъуэ и къуэ, уи ажалыр къыпщхьэ-щытщ.

КъуийцІыкІуокъуэм и нэр къызэтрихри къыщхьэщытым къе-плъащ. Япэ щІыкІэ пщІыхьэпІэ къыфІэщІащ илъагъур. Ауэ, къэ-ушыпэу набдзэгубдзаплъэу къыщыдэплъейм, къыщхьэщытым и нэ къилыдыкІитІым псори къыжраІащ: иджыпсту хуэдэу ажалым пэгъунэгъу зэи хъуатэкъым Дэгужь. И щхьэр къиІэтыну щигъэ-хъейм, сэшхуэпэр нэхъри кІуэтащ.

— УмыгушыІэ, Жамырзэ... Жамырзэ... А бетэмал, сыту бза-джэу сыкъыугъапцІэт, сабийр ІэфІыкІэкІэ къызэрагъапцІэм хуэ-дэу. ТІэунейрэ сигу къэкІат, иджыпстуи пщІыхьэпІэу слъагъуу арат... М-м-м, бетэмал, мазищ хъуатэкъым фыз Іэзэм къызэрыз-жиІэрэ... уи ажалыр ЕщІэнокъуэхэ яІыгъщ, жиІэу... Сэ шэч къы-тесхьэркъым уэ узэры-ЕщІэнокъуэ Атэбийм. Мурад сщІат си пщІантІэм хамэ цІыхухъу къыдэзмыгъэхьэну, ауэ уэ... М-м-м, сы-къэбгъэпцІащ, щІапІэщІэкІуадэр зыхуэкІуэн. Мы дунейм сэ сызы-гъэгуІэр зыщ: уей-уей жригъэІэу дунейм тета КъуийцІыкІуокъуэ-пщыр мо лъхукъуэщо фІейм къыхэкІа ЕщІэнокъуэ пэшыницІэм иукІащ зэрыжаІэнырщ...

Бетэмал, «гур мыплъэм нэр плъэркъым»,— жыхуаІэратп^тцхъэ сымыгъэплъарэт мы си гур. Урещхьт а псым езгъэтхьэла щІалэ цІыкІум. Щхьэ къэзмыщІарэт а уи нитІымкІэ? Си нитІу хьэфиз хъуныр дэнэ щыІат? Е щхьэ сигу ихуат ЕщІэнокъуэхэ зэрылей-мыгъэгъур? Сыадыгэтэкъэ, щхьэ сщыгъупщат лъым и Іуэхур ди хабзэм ящымыгъупщэж, нобэ мыхъуми пщэдей къызэщІэвэж и лъэныкъуэ бзаджэу зэрыщытыр?.. Уи джатэмкІэ сыбукІыну уигуу техуакъым, си лъымкІэ ууцІэпІынукъым... Апхуэдиз псэ зэрызгъэ-на си джатэмкТэ сыбоукІыж... Псори тэмэмщ, псори и пІэ йо-увэж... Нэгъуеидзэм дыщезэуам Борэжь къызжиІауэ щытащ, мы джатэм сызэриукІыжынур... Щхьэ сигу къэкІыжа Борэжь? — А-а, псори тэмэмщ... Арат, апхуэдэут ар зэрыхъун хуейр, гъащІэр... Уэ лъхукъуэщо фІейм сомыукІыу...

— Мэ лъхукъуэщо фІей, куэпэчым къилъхуа! — къарууэ иІэм-кІэ хикъузащ Атэбий и сэшхуэр. Сэшхуэ тхьэмпэр и зэхуэдитІым нэс щІым хыхьащ. ЩІалэр еІэбыхри мо домбейм и пщэм къиж лъы уэрым ІэпитІкІэ хэІэбащ, ар и натІэм щихуэри, и къэуалыр кърихыурэ жиІащ:— Ди тхьэ, нобэ сылІэми сыгузэвэжкъым, си гур псэхужауэ уи пащхьэ сынихьэжынщ, силъ сыбгъэщІэжащи. Ауэ щыуагъэкІэ иджыри къэс бгъэпсэуа, цІыху хей куэдым ялъ изыкІута мыбдеж щылъым и псэр нэхъ псынщІэу хэкІыху цІыху нэхъыбэ гуфІэнущи, гуэныхь къысщумыщІ ар си мураду мыбы и псэр зэрыхэсхыр.

Къэуалыр Дэгужь и натІэм ириубыдэри кІакхъур щІичащ. КъуийцІыкІуокъуэр, лъыр къыжьэдиутхыкІыу зэ хэпырхъыкІри, щым хъуащ. Атэбий зэщыджэу щыс хъыджэбзым бгъэдыхьэри елъэІуащ:

— СынолъэІу, Іэмииат, мы къэхъуа псори жагъуэ зыщомы-гъэ.хъу. Фи деж сынэкІуэи щІэхъуари мырат, мыр къэслъыхъуэу. НакІуэ, дыІугъэкІ мыбдеж.

Атэбий и шыпэхужьым уанэ трилъхьэжащ, Іэминат шыплІэм къыдигъэтІысхьэри къэшэсыжащ. «Мыр дэнэ схьырэ? ЩІэсхьри сыт? Езыми зыри жиІэркъым. Ауэ занщІэу, зы псалъи жезмыІауэ щхьэи схьырэ?» ШхуэмылакІэр къишэщІри шыр къигъэувыІащ.

— Иджы, Іэминат... Къызэрезгъэжьэнри сщІэркъым... Сэ силъ сщІэжащи си унэ сокІуэж.

— СощІэр, Атэбий,— жиІащ щэху дыдэу Іэминат.

  • Уэ уи Іуэхум зы унафэ имыІэу, зыкІи сыномыпсэлъауэ укъы-зэресхьэжьам сытоукІытыхьыж. Делагъэ сщІащ, уи жагъуэ умыщІ. Ауэ уи фІэщ щІы мы зыр: апхуэдэу сымыщІами, силъ схуэщІэжынутэкъым. Дзыхь къысхуищІынутэкъым укъыщІэсхыу укъезмытами, ауэ сэ си псэр пыту уэ КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь щхьэгъусэ ухуэсщІынутэкъым.

  • Тхьэм уигъэпсэу, Атэбий. ЖыпІэ псори си фІэщ мэхъу,— мэ-Іущащэ Іэминат, адэкІэ къэхъуным пэплъэу.

  • НтІэ, сэ иджы Іуэхугъуищ бжесІэнущи, быдэу егупсыс, хэди узыхуейр къыхэх. Псом янэу, ухуейуэ щытмэ, Бей-Мырзэрэ уи анэмрэ иджыпсту згъэзэнщи, Іуэхур зэрыщытар яжесІэжынщ. ЕтІуанэу, а япэр хъунукъым жыпІэрэ, узратауэ укъызытесхыжам ухуэсхьыжынщи уестыжынщ. Ари хъунукъым жыпІэрэ, сэ шыпхъу сиІэкъым, шыпхъуу ди деж усхьынщ.

Іэминат хэгупсысыхьащ. Езыр зыхуейр, зыпэплъэр жиІатэкъым щІалэм. МащІэ щІауэ пэплъэрэт абы Іэминат, мащІэ щІауэ жэщ-кІэрэ къыщІэкІыурэ уафэм дэплъейрэт: «Мо мазэ цІыкІум Атэбий къоплъ»,— жиІэурэ. Хъыджэбзым и гущхьэм лъагъуныгъэ мыухы-жыр щызэщІигъанэри къыдэкІыжат Атэбий. Абы лъандэрэ зыми яхуепсалъэртэкъым Іэминат, хэт къылъымыхъуами, Іэли-уди, зытригъэхьэртэкъым. Атэбийт плъапІэу иІэр, а зырат зызыхуи-хъумэр.

— Бей-Мырзи си анэми,— къригъэжьащ Іэминат— мыпхуэ-дэ стеІукІауэ сахуэпхьыжкІэ ІэфІ сащыхъужынкъым. МыдэкІэ, а сызратами сыкъыІэщІахыу жэщ псокІэ нэгъуэщІыпІэ сыщыІауэ гунэс къысхуиІэжынкъым, гува-щІэхами, абы и нейр къызиудэ-кІыжынщ. Адрейуэ, уи шыпхъу сыпщІыну сыпхьыну жыхуэпІэр — зы анэ къимылъхуаитІ зэбубыдылІэкІэ зэдэлъхузэшыпхъу зэхуэ-хъункъым. Уэ, Атэбий, сыкъапщтэу щытмэ, уэ лІы ухъумэ, сэ фыз сыхъунщ.

Арат Атэбий хужымыІэр. Ар гуфІауэ шыпэхужьым къелъэдэ-къауэри унэмкІэ къиунэтІыжащ.

Іэминатщ, Атэбий илъ ищІэжу къиша и щхьэгъусэращ, адэ-кІэ дызытепсэлъыхьыну ЕщІэнокъуэхэ Уэзырмэсрэ я нэхъ есу Те-мыркъанрэ къэзылъхуауэ щытар, нобэр къыздэсым зи лІыгъэм хъыбар хуаІуатэ, уэрэд зыхуаус зэкъуэшитІыр. Ауэ а щІалэ те-лъыджитІым я Іуэху, я лІыгъэ, я унагъуэ дыхыхьэн ипэкІэ, пса-лъитІ-щы Атэбий и гъащІэм и иужьрей махуэхэм теухуауэ тхы-лъеджэм ищІамэ си гуапэ хъунут.

Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ зэтІэулъхуэныкъуэу Іэминат къилъ-хури, быныр нэхъ къыдэкІуэтея нэужь, Атэбий и зекІуэ кІуэнри мащІэ ищІащ. Илъэсибл хъуа нэужь щІалитІыр хуригъасэу щІи-дзащ шым, лІыгъэм, гуп уазэрыхыхьэн, уазэрыхэтын, укъызэрахэ-кІыжын хуей хабзэхэм, нэмысым — адыгэм адыгэ щІыхужаІэж хабзэ псоми. ЩІалэхэр илъэс пщыкІуплІ щыхъуам Атэбий и щхьэ-гъусэм жриІащ: «Сигу мэзагъэ щІалэхэм щхьэкІэ. Уэзырмэс лІы бэлыхь къищІыкІынущ, абы лей къытехьэнкІэ сышынэркъым, Темыркъани (анэм и гур Темыркъан и дежкІэ нэхъ щыІэт) лей зытригъэхьэну аракъым, ауэ дзыхь имыщІыщэу щытщ. Шынэ къысфІощІ. Абы шынэ къищтэ нэхърэ нобэ сылІэм нэхъыфІщ, «ЕщІэнокъуэ Къубатий и къуэрылъху къэрабгъэр къокІуэ»,— жа-Іэу зэхэсх нэхърэ бын симыІэм нэхъ къэсщтэнщ.

Абдеж къыщыщІидзэри Темыркъан жэщкІэ зыщІыпІэхэм зди-шэ хъуащ. «Жэщ щакІуэ» жиІэрти мэзым ишэрти къыщІинэрт, Арыкъым здишэрти езыр къэкІуэсэжырт, е «щыхьэнти», щІалэр къигъэнэнти къэкІуэжынт. Апхуэдэурэ, щІалитІыр илъэс пщы-кІух щыхъум, игу зэгъауэ зекІуэлІхэм ядиутІыпщу щІидзащ. Езым, илъэс плІыщІым фІэкІа къудейуэ, уз гуэр къеуалІэри пГэм къыхэнэжащ. Дэнэ щымылъыхъуами, хэт кърамыгъэплъами, хущ-хъуэгъуэ хуэхъун ягъуэтакъым.

Зы махуэ гуэрым и щІалитІыр ириджащ сымаджэм.

— Иджы, си щІалэхэ,— къригъэжьащ адэм,— ди тхьэшхуэм иухауэ къыщІэкІынущ и деж сишэжыну. Фымыгужьей, щІыкІей зывмыщІ, аращ гъащІэр, цІыхуу щыІэр зы махуэм къызэра-мылъхум хуэдэу, зы махуэми лІэжыркъым. Апхуэдэу щыщыткІэ, хьэлыншэ фыхъуу жагъуэгъу зыщывмыгъэдыхьэшх. Фызыхэпсэу-кІын мылъку фиІэщ, ауэ ар вгуэшыну яужь фимыхьэ, зыри фи-мыІэжу фыкъэнэнщ. Фызэрылъагъу, фызэрыІыгъ, мис итІанэ зы-ри къыфпэлъэщынкъым. «Нэхъыжьыр зэращхьэщыукІуриикІыу исэхэжащ»,— жевмыгъэІэ. Фи анэм и жагъуэ фымыщІ, гъуэгу вгъуэтыну фыхуеймэ.

А пщыхьэщхьэ дыдэм лІы гуп къыщІыхьащ. Гупым я нэхъы-жьым къыщІидзащ:

  • Тхьэ соІуэ, Атэбий, утлъагъуну дыкъэкІуакІэ. Зыхебгъэубы-дэпаи мы узым. Уэ уэщхькъым. Тхьэ соІуэ, уэ куэд уи нэгу щІэ-кІакІэ, лІыгъэшхуэ пхэлъу дунейм утеткІэ. Уигу щІэныкъуэІамэ, узыхуепІамэ къыджыІэ, тхьэ соІуэ, мы дунейм телъым къэдгъуэ-тынкІэ.

  • Хъунщ иджы, Наурыз,— мащІэу пыгуфІыкІащ Атэбий,— сэ нэхърэ нэхъыфІу уощІэ ди тхьэшхуэм фІэкІа сэ нэгъуэщІ сэбэп къызэрысхуэмыхъужынур. Уэлэхьэ хьэзим, Наурыз, ЕщІэнокъуэ Атэбий жедгъэІакІэ, зылІ илъагъуни слъэгъуакІэ, зылІ ищІэни сщІакІэ. Фи фІэщ фщІы лей къызихаІауэ зыхуэзгъэгъуаи дунейм къызэрытезмынэр, нэгъуэщІ зыгуэрым силъ ищІэжыну. Ауэ, си ныбжьэгъуфІхэ, сщІа, си нэгу щІэкІа гуэр щыІэщ сымыІуэтауэ,

«сІуэтэжмэ, щхьэщытхъущ къысхужаІэнщ»,— жысІэурэ си кІуэцІым изгъэфыхьауэ.

— Іау, ар гуэныхьышхуэщ,— жаІащ къыщІыхьахэм,— цІыху цІыкІум ящІэн хуейр сыт щІащыбгъэпщкІур? Тхьэм щхьэкІэ, къыджыІэ.

Атэбий къригъажьэри яжриІащ и шынэхъыщІэр зыукІар къы-зэригъуэтар, зыукІар хэтми, илъ зэрищІэжар. КъыщІыхьахэм джэгуакІуэ гуэр яхэтти, а псори гъыбзэм хилъхьащ:

КъуийцІыкІуокъуэр щІебгъавэщ, Афэ джанэр къыщыпхщ. КІасэ дахэр къэпхьри

УкъэкІуэжащ, ЕщІэнокъуэ Атэбий,— жиІэу хэту.

А жэщым Атэбий дунейм ехыжащ. Гъыбзэр зы жьэм къы-жьэдэкІым, адрейм жьэдыхьэурэ КІахэм нэсащ, КъуийцІыкІуо-къуэ и къуэшитІым зэхахащ. Зэкъуэшхэр илъэс куэд хъуауэ бам-пІэрт я къуэшыр зыукІар къахуэмыщІэу. Иджы, гъыбзэр зэрызэ-хахыу, зэхуэсри тхьэ яІуащ ЕщІэнокъуэхэ я лъэпкъым псэууэ зы цІыху кърамынэну.

ТхуэхъункІэрэ щэджащэ,

ЩэджащэкІэ щІэнокъуэ,

ЕщІэнокъуэ Уэзырмэс,

Я нэхъ есу Темыркъан,

ЗекІуэнхэр ягу къыщыкІкІэ,

Шэхэр бэуэ кърагъэщІ.

Я шэ щІыбхэр кърагъэлъ,

Ар зэрылъ сагъындакъхэр,

Зы тхьэмахуи щамыгъэлъу,

ЗекІуэнкІэрэ къаунэщІ,

Арыкъ тІуащІэкІэ зэджэр

ШыбгъэкІэ къаущыхь...

(ЕщІэнокъуэ зэкъуэшхэм ятеухуа уэрэдхэм ящыщщ.)

Соседние файлы в предмете [НЕСОРТИРОВАННОЕ]