Добавил:
Upload Опубликованный материал нарушает ваши авторские права? Сообщите нам.
Вуз: Предмет: Файл:
ЩэджыхьэщІэ Хьэмыщэ, «ЛъыщІэж».doc
Скачиваний:
19
Добавлен:
01.09.2019
Размер:
1.44 Mб
Скачать

Тепщэчхэр зэрыту сырэм

къыдахыу, Къум ахъшэр пхъуантэм дэзу, Уэзий псалъэ щымыщІэу Гъэ мин гъащІэкІэ гъэпсэу!

Абдул-Хьэмид къуртІыфІитІ-щы жригъэІэри, «Іэлоууэхь-хьэ-лахь-хьэлахь», жиІэурэ хьэщІэ нэхъыжь Шогуэ Мухьэмэтджэрий фалъэр ІэщІигъэуващ. ХьэщІэхэм я нэхъыжь лІы гъур кІыхьыр, гъущІ яе арщын иригъэлъэтэха хуэдэ, занщІэу къызэфІэувэри, и теплъэм хуомыгъэфэщэну, макъ гъумкІэ къригъэжьащ:

— Ди тхьэ, уэ зыращ цІыху цІыкІур дызыщыгугъыр, ди гугъэр нэпцІ умыщІ, нобэ унагъуэщІэу тІыс ди благъэр благъэ кІуапІэ тхьэм ищІ, ящІэр дахэу, дахэр я быну, зэбэныр ирауду, удын ямы-хьу, я хьэр ныбаджэ мыхъуу, къуэрылъху зэпыту, бэвыр зыпытыр я жыгыу, жылэр къехъуапсэу, зэхъуапсэр я Іэрылъу, я Іэм илъыр берычэту, я чэтыр гъэлъэхъу тІысыпІэу, зэпІэзэрыту, унэ зэтету, гъуэгу дахэ тету илъэс минкІэ тхьэм игъэпсэу.

— Іэмин!

— Іиншэ, ала-ахь!

— Тхьэм жиІэ! — зэпрадз Іэнэм щысхэм.

  • Атэбий тхьэмыщкІэр псэужам уафэм кхъуей плъыжь кІэ-рищІэну жиІэнт,— жеІэ Мухьэмэтджэрий, фалъэр Накуэ Исмел ІэщІигъэувэурэ.— И ахърэтыр дахэ тхьэм ищІ. ЛІыхъужьу, цІыху телъыджэу дунейм тетащ. Уи жагъуэ умыщІ, Исмел, зыгуэр сигу къэкІыжащи, сщымыгъупщэж щІыкІэ жысІэжынт. Ныбжьым щы-гъупщэх сищІащи, бэлыхь тІуащІэу стелъщ.

  • УвыІэ иджы, Шогуэ и къуэ,— погуфІыкІ Абдулыхь,— сэ илъэсищкІэ уэ нэхърэ сынэхъыжыц, итІани сытхьэусыхэркъым.

  • Уэ сыт,— ещІ и Іэр Мухьэмэтджэрий,— уэ укъызэригъэщІ-рэ убжьахъуэщ, тІатІий зэ пшхымэ, щІалэгъуэм укъедзыж... НтІэ, Къызларышхуэ сыкІуат си ныбжьэгъу гуэр и деж. СыздэкІуам, сп ныбжьэгъур дунейм ехыжауэ срихьэлІащ. ЗэрыщІалъхьэрэ тхьэ-махуэм щІигъуати, сахуэгузэващ, сахуэгуІащ, кхъэм сыкІуэри и кхъащхьэм дыуэ Іэбжьыб тесщІащ. Ахэр зэфІэкІри, фызым убгъэ-дэсу ущысынт? ШхапІэ гуэр иІэу нэгъуэщІ зы къумыкъуи сцІыхурти, абы и деж сыщепсыхащ. Быдэу къысщыгуфІыкІри, сри-гъэблэгъащ, нэху щыху жыхуаІэм хуэдэу, хъыбар жытІэу дыщы-сащ. Жэщым уэс къесауэ нэху къекІащ. Пщэдджыжьым си шым уанэ теслъхьэжауэ, си ныбжьэгъур къыспэуври сыкъыдигъэкІа-къым пщэдджыжьышхэ симыгъэщІу. ШхапІэм дыщІыхьэжри, сэри езыми щхьэкІэ хъынкІэл тепщэчышхуэ зырыз къытригъэувауэ, те-шанкІэ гуэр къыІулъадэри лІиплІ къикІащ, уафэгъуагъуэм хуэ-

дэу псалъэхэу шхапІэм къыщІыхьащ. Нэху щыху хьэгъуэлІыгъуэ гуэр щыІауэ абы къикІыжу арат. Сэ къумыкъубзэ тІэкІу сощІэр-тІэ. Мобыхэм я шхын къахуихьыху къызгурыІуащ къысщыдыхьэ-шхыну мурад зэращІар: адыгэхэр хуабжьу шыбгъэм дыкъралъ-хьэрт. Си ныбжьэгъур мызэ-мытІэу елъэІуащ си гугъу къамыщІы-ну, хьэщІэм апхуэдэхэр хужыпІэныр зэрыемыкІур яжриІащ. Ар-щхьэкІэ дэнэт! Нэхъ зигъэлІыхъуу зы гъумыщІэ гуэр яхэтти, арат хъийм икІыр. ТІэкІу дэкІри, ар къакІуэу слъэгъуащ, къамышы уплІэнщІар иІыгъыу. Ди адэ тхьэмыщкІэм куэдрэ къызжиІэу щы-тат: «Гуп къозэуэну мурад ящІмэ, уапэмыплъэу, уэ япэ нэхъ зызы-гъэлІыхъу дыдэм еуэ, ауэ ибудын хуэдэу еуэ. Ар ибудмэ, адрейхэр щынэ Іэрыгъасэм хуэдэу хъунущ»,— жиІэурэ. Мо къакІуэр къы-щыс дыдэм хуэзэу, сэри сыкъэтэджри, си къэтэджи, си еуи зы сщІыри, къарууэ сиІэмкІэ мо лІым и жьэпкъым сыкъыщІэуащ. Апхуэдэ лъэпкъ пэмыплъа мо лІышхуэм зыхуэмыІыгъыу щІыбкІэ Іэнэм техуэщ, ар щхьэпридзщ, шэнтым техуэжщ, абыи къыщымыу-выІэу, и щхьэр и щІагъыу унэкум къихуащ. Модрейхэр щытщ, е я ныбжьэгъум дэІэпыкъуну бгъэдыхьэркъым, е сэ зыкъызапщы-тыркъым. Си бысымым псалъэ гуапитІ-щы жесІэжри, сыкъыщІэ-кІыжащ, шым сышэсыжри сыкъежьэжащ.

НтІэ, Къызлар сыкъыдэкІыжри, Наур къакІуэ гъуэгур мо уэс мычэм къысхуэмыгъуэтыжынкІи хъунт, насып сиІэти, шу закъуэ гуэрым лъагъуэ хишати, абы сыкъытеувауэ сыкъыздэкІуэм, сыхьэт ныкъуэ сыкъэкІуа, сыхьэт сыкъэкІуа, си щІыбагъымкІэ кІий макъ щызэхызох. СызэплъэкІмэ,— шууиплІым къыскІэщІакъуэ. Уигу фІы щыщІэнт? Зы илъыгъуэфІкІэ мэзым сынэсынут, абы сыщІы-хьамэ, зырызурэ сапэлъэщынут. «ЗэрыхъуІам хъунщ»,— жысІэри си шы къарэм и гъуэбзиикІэр къыхуэзгъэчащ, сыкъилъри, «и-и, мэзым сынос»,— щыжысІэ дыдэм, шухэм сыкъаухъуреихьащ. Зэ зым и дежкІэ зызодз, зэ адрейм сыІэщІэкІыну солъ, ауэ зыри къикІыркъым, шухэр гъунэгъу зыхуэзмыщІыну сыпылъщ, арщхьэ-кІэ, кІапсэр пщэм зэрыщылъадэм хуэдэу, мохэр нэхъ къызокІуэта-лІэ, зы быукІми, тІу быукІми, шууиплІ пхуэукІын? Дэнэ къикІами сымыщІэу шы шыщ макъ мэзымкІэ къиІукІащ. Сэри, сыкъэзыу-выхьахэри зэуэ абыкІэ дыплъащ. И щолэхъум и пэщхъынитІым бахъейр кърихуу мэзым къыхэжащ шу дэгъуэ, бащлъыкъкІэ и щхьэр фІэпхыкІауэ. Пщэдджыжь уает, пэ кІуэцІыр зыкІэригъа-пщІэу. НтІэ, шур къытхэлъадэри, сэ къыздэщІу утыкум къиуващ. Си «хьэщІэм» и джатэ гъэбзэкІэр игу иримыхьарэ, шхапІэм фІэна-пІэ сыкъэзыщІа лІышхуэм и гъусэхэм яжреІэ: «МэзымкІэ нэхъ гъу-нэгъу зыхуэдывгъэщІи, зыдывгъэгъэкІуэд!» — жери. Ар жиІа къудейуэ, щолэхъум зритІэщ, бгъэкІэ шу зэтесым еуэри, шыри тесри щхьэпридзащ. Адрей щым, мо щІым щылъыр зэралъагъуу, яІуантІэри, щІэпхъуэжащ. Сэ силъат сакІэлъыжэнуи, «хьэщІэм» идакъым, адыгэбзэкІэ къызэкІиящ: «Къэгъанэ, Мухьэмэтджэрий, щІэпхъуэжам уакІэлъыжэну лІыгъэкъым!» — жери. Ар жери лІыр шым къелъащ, къумыкъум щхьэщыхьэри, «и щхьэр пеупщІ»,— щыжысІэм, и сэшхуэр ирилъхьэжащ, къамэщІэлъысэр кърихри, гу­рыму щылъ лІышхуэм и тхьэкІумэм щыщ къыпигъэлъэтри и бгъэ жыпым хурилъхьэжащ, «адэ уиІэм — уи адэм, ар уимыІэжмэ, уи фызым етыж, зыгуэрым и зэш тригъэунущ» — жери. Сэ си бзэр иубыдащи, зыри схужыІэркъым, зэрыемыкІур сощІэр пыпхэм хуэ-дэу ущытыну, ауэ си лъэр схузэщІэкІыркъым, си бзэгур сшхыжа хуэдэщ. Езыр къызбгъэдохьэ, лъы хъуа и Іэр уэскІэ итхьэщІы-журэ.

— Мы тхьэр зыщыхьэнхэр щхьэ къыпщыхьа, Шогуэ и къуэ? — СщІэмэ, тхьэр согъэпцІ, Атэбий,— къыдэсшеящ сэ ерагъ-

кІэ.— Си цІыхугъэ Іибракъ деж сыкъэкІуат нэгъабэ зыгуэрхэр къыхуэзгъэнати. Дунейм ехыжауэ къыщІэкІащ. Бэзэрым пэмыжы-жьэу щыт шхапІэр зей Долэт деж нэху сыкъыщекІауэ сыкъежьэ-жыну зызгъэхьэзыру, мы плІыр хьэгъуэлІыгъуэ къикІыжу тешан-кІэкІэ ныІулъэдащ. Гурбиянхэщ... Уэ нэмыщІам, тхьэм ищІэт...

  • ЖомыІэ апхуэдэу, лІыгъэшхуэ пхэлъу уапэщІэтащ... НакІуэ-тІэ, дэри ди гъуэгу хэдгъэщІынщ, ныщхьэбэ Мэздэгу дынэса.м арат.

  • НэгъуэщІ мыхъуми зым и хьэдэ едгъэхьыжын хуеящ,— жысІащ сэ, зыкъомыфІрэ дыкъэкІуа нэужь.

  • ЦІыху уукІын щхьэкІэ лІыгъэшхуэ ухуейкъым,— къитащ Атэбий жэуап, кІэ зимыІэ губгъуэ нэщІыр зэхиплъыхьурэ.— Дэт-хэнэ зы делэми къыпхиІуфынущ къамэр. Уэ ІэщэкІэ къыппэщІэ-увам е узыпэщІэувам утекІуэн хуейщ лІыгъэкІэ, къарукІэ, акъыл-кІэ. Лъыр къыпыжу и лым щыщ зи жыпым илъу иджыпсту кІуэ-жым мы дунейм мылъкуу телъым нэхърэ нэхъ къищтэнт и хьэдэр дашэжыну. Мы дунейм гущІэгъуншагъэу щызэрахьэм ято-кІуэр цІыху укІыныр. Ауэ абы къикІыркъым, ар гущІэгъуншагъэ нэхъ ин дыдэщи, уи Іэр зэтедзауэ уи бийм зегъэукІ. жысІэу. «Джатэ и щІагъ нанэ щыІэжкъым»,— жиІащ пасэрейм. ДауикІ, Іэщэ къихакІэ щызэпэувкІэ, шэч хэлъкъым, а тІум языр «сомы-укІ»,— жиІэу лъэІуэжыну аракъым щІызэпэувыр. Сэри сыгуэны-хьыншэкъым абыкІэ. Ауэ, уи фІэщ щІы, Іэмал згъуэту, лъы сы-мыщІэжу си гъащІэм зы цІыху сымыукІа.

Ар телъыджэ сщыхъуауэ щытащ, икІи сеупщІыгъат: «Апхуэдиз къыздэпкІухьым Іэджэм уахуозэ, абыхэм уа.хъунщІэну, уаукІыну хэтыр мащІэкъым, ІэмалкІэ дэтхэнэм уфІэкІын?» Атэбий п пащІэ щІэгуфІыкІри, жиІэгъащ: «Си тхьэбзэ илъу зызыгъэлІ Іэджэ ущри-хьэлІэнущ Тэрчрэ Индылрэ я зэхуакум, Шогуэ и къуэ. Абыхэм я нэхъыбэр «ныбжьэгъу» схуэхъуащи, си псалъэр тІу ящІкъым, языныкъуэхэри, сэ сыкъежьауэ зэхахмэ, унэм къыщІэкІынукъым, сыкІуэжауэ хъыбар яІэрымыхьауэ. Ар нэхъыфІщ зыгуэрым и псэ гуэныхь птелъ нэхърэ».

— ЕщІэнокъуэхэ леймыгъэгъуу жаІэ щхьэкІэ езыхэм я жэр-дэмкІэ бий зыгуэр ящІауэ сщІэжыркъым,— дыщІигъуащ Накуэ Исмел.

— Тхьэ соІуэ, ар пэжкІэ,— пищащ Мухьэмэтджэрий.

— Уэ, Накуэ и къуэ, тІэкІу узыпэдгъэплъащ,— жиІащ хэгъэ-рей нэхъыжьым,—уи жагъуэ умыщІыну сынолъэІу. Иджы хуит удощІыж, къыджыІэ зы хъуэхъу дахэ. Адыгэм нысашэ хьэгъуэ­лІыгъуэм нэхъ игъэлъапІэ иІэкъым, хъуэхъум я нэхъ дахэри гуа-пэри зыхуэфащэр аращ.

Накуэ Исмел и пащІэ ныкъуэтхъур ирилъэщІэкІри, дыщэпскІэ ла пхъэ фалъэр ІитІкІэ иубыдыжащ, къызэфІэувэри, нэхъыжьхэм я дежкІэ плъэурэ, къригъэжьащ:

— Хъуэхъум я нэхъыфІыр зыщІэр ди Тхьэшхуэращи, нэхъыфІ дыдэр, нобэ гуфІэгъуэ тІуащІэр зэрылъ ЕщІэнокъуэхэ я унагъуэм кърилъхьэну ди Тхьэшхуэм солъэІу.

Нысэ къашахэр

Мэл хуэдэу Іущащэу,

Щынэ хуэдэу Іу щабэу,

Джэд хуэдэу быныфІэу,

ХьэфІ хуэдэу Іу махуэу,

ШыфІым хуэдэу цІэрыІуэу,

Къуалэбзуубзэу,

Убзэрэбзэжу,

Жыхапхъэр ялъэфу,

Унафэр ирамыхыу,

Джанэ Іэщхьэхъуу,

Щауэ хъурылъхуу,

Къалъхур яузэду,

Ядыр мытІэпІу,

Мыпэщэщалэу,

Мыгъуэлъыгъуейуэ,

Іупэм епщІу,

ЩІыфэм екІуу,

Боз,

Мэрзей,

Самыр Зэхэхуэ-зэхэпщІэми Дарий пщІей И гуащэ пащхьэм

къыдагъэукІуриеу, Къыздрашам — Лъэдакъэ махуэ къыщанауэ, Къыздашам — Лъапэ махуэ къыхуахьауэ, Тхьэшхуэм ищІыну долъэІу!

  • Тобэ жыІэрэ, ту хъуэхъу щІагъуэ!

  • Къабыл тхьэм ищІ.

  • ЩІыжиІам тхьэм нигъэс! — я нэгухэр зэІухауэ тхьэ йолъэІу нэхъыжьхэр.

Жэщыбг иуауэ Шогуэ Мухьэмэтджэрий хэгъэрей нэхъыжьым зыхуигъэзащ:

— Ярэби, Абдул-Хьэмид, мы Мэртазей къуажэм, хабзэм и да-хэмрэ нэмысым и лъагапІэмрэ щытлъагъуну дызыщыгугъ къуа-жэм, мы ерыскъымрэ фадэмрэ фІэкІа нэгъуэщІ дэмылъыжу ара?

Моуэ ди лъыр нэхъ зекІуэнт, тшхамрэ дызэфамрэ нэхъ дэзэгъынт зэ зыдутхыпщІамэ. Фыхуеймэ дыщІэфш, хьэуэ жыфІэрэ,— джэгур хьэщІэщым къафшэ.

  • УзахуэкІэ, тхьэ сІуэнщ, Мухьэмэтджэрий,— иджыри къэс ар игу къызэрымыкІамкІэ укІытэжауэ, жиІащ Абдул-Хьэмид.— Дапхуэдэу нэхъ къэпщтэн, хьэщІэ, къэтшэн мыбдеж джэгур, хьэ-мэрэ дыщІэкІын?

  • НтІэ, дэ ди нэгу зиужьыху, иджыри зы Іуэхушхуэ ди пщэ къыдэнащи, ар зэфІэдгъэкІамэ, нэхъыфІу къыщІэкІынт. Фэ нэ-хъыжьхэм хъыбар евгъащІэ, къэкІуэнут, жыфІи. Хабзэр — хабзэщ, «хабзэжь хэкужь иранэркъым»,— жиІащ пасэрейм.

Ар зэрызэхихыу, Абдулыхь, хуит закъригъэщІри щІэкІащ. Гу-пым кърагъэжьа хъыбарым и кІэм нэсатэкъым нэхъыщІэм Іэдэбу Абдул-Хьэмид къыщыжриІам:

— Нэхъыжьхэр хьэзырщ, кІуэнуІамэ, хуитщ. Мухьэмэтджэрий и гъусэхэм ящыщ тІу нэщхъкІэ къигъэтэ-

джащ:

  • Хьэгуцырэ, уэ мо Кургъуокъуэ уи гъусэу фыкІуи нэхъыжь-хэр флъагъу, фехъуэхъуи фыкъэкІуэж. Лъэпкъым ди нэхъыжь-хэм я сэлам ефхыж.

  • Уэлэхьэ, Хьэгуцырэ абы щыкІуэкІэ,— къэпсэлъащ хэгъэрей нэхъыжьыр,— дэри щІалэ цІыкІу едмыгъэшэн ахэр. Исуф, уэ шэ, тІасэ, мыхэр нэхъыжьхэм я дежи, зыхуей хуэгъазэ. ЕщІэнокъуэхэ уэ нэхърэ нэхъ я гъунэгъу мыбдеж щыскъым.

  • Зывмыгъэгувэ, Хьэгуцырэ,— кІэлъыджащ Мухьэмэтджэ-рий,— мэртазейдэсхэр бзаджэщ, нэху къыфтрагъэщхьэнкІэ тІэу еплъынукъым. Шыхэми феплъ...

А зэманым уасэІых зэрыкІуэу щытар шууэт. Шу пщыкІутху, тІощІ зэгъусэу къэкІуэнти, я Іуэху дахынти, кІуэжынт. Ныщхьэбэ ЕщІэнокъуэхэ шу щэ ныкъуэм нэс щепсыхат. Шыхэр Іуэми, хадэ-ми щепхат, ахэр щІалищ-плІым темыплъэкъукІыу яхъумэрт. Умы-хъумэуи хъунутэкъым. Илъэс ипэкІэ Гъуэныбэхэ къащыщІа на-пэтехым хуэдэ зыри хуейтэкъым и пщІантІэ къыщигъэхъуну. Астэ-мырей къикІыу уасэІых къэкІуа шу тІощІым яшхэр ягъэзагъэри, хьэщІэхэр унэм щІыхьащ, хэгъэрейхэр я Іуэху яужь ихьэжащ. Я Іуэху зэфІэкІри, ежьэжыну къыщІэкІыжмэ, шипщІыр бгъуэтмэ, къащтэ! Шэшэнхэм ядыгъури ежьэжащ. Зы цІыхум гу лъитакъым, и пщІыхьэпІэ къыхэхуакъым апхуэдиз цІыху зэхэзекІуэм зыгуэ-рым имылъагъуу, гу лъимытэу шипщІ дэнэ къэна, шхуэмылакІэ къеІусэфыну. Пэжщ, шэшэнхэм нобэтэкъым япэу Джылахъстэнейм яш щадыгъур, ауэ мыпхуэдэу хьэдыгъуэдахэу, «фи ней къытщы-хуэ»,— жыхуаІэ щІыкІэу уасэІыххэм яш хьэгъуэлІыгъуэм да-дыгъукІыу къэхъуатэкъым. НэгъуэщІ зыгуэри, къуажэдэсхэм нэхъри телъыджэ ящызыщІ, хэлът мы Іуэхум: къигъэщІа илъэс щэ ныкъуэм Гъуэныбэ Исуф ищІэжтэкъым иш ядыгъун дэнэ къэиа, и джэдкъаз хамэІэ къыхэІэбауэ. Абыи щхьэусыгъуэ иІэт.

Хьэблэм хэлъадэри шы хьэху къалъыхъуащ, уасэІыхыр ира-гъэжьэжри, Исуф и къуэш Суфэ къригъэлъыхъуащ.

— Зыхуапэ,—жиІащ къуэш нэхъыжьым, и Іэщэ-фащэр зыкІэ­рилъхьэу здэщытым,—телъхьэ уи шым уанэ. Гъуэныбэ Исуф нэхъ тхьэгъэпцІ мы дунейм теткъым а шыхэр къимыгъуэтыжауэ шхэ-мэ, икІи жеймэ. Щхьэ ущыт?

— СокІуэ, Исуф... ауэ хьэгъуэлІыгъуэр дауэ хъуну? Нысэр унэ ишэн, щауэр къэшэжын хуейщ, адрей псом и гугъу умыщІми.

Исуф зэуэ зыкъригъэзэкІри и къуэш нэхъыщІэм, ишхыным хуэдэу, къеплъащ.

— Уи бзэгур тІэкІу кІыхьыІуэ си гугъэщ уэ,— зэрылъэкІкІэ зызэтриІыгъэу, жиІащ Исуф, къамэ Іэпщэм щыІэбэм Суфэ зы лъэбакъуэкІэ икІуэтащ.

— СынодаІуэ, Исуф,— щІыбагъкІэ унэм щІэкІащ Суфэ... Мэлгъэбэг къулъшыкъушхуэм нэсхэри, Бэчхэ я Іэхъуэ-шыхъуэ-

хэм я деж щепсыхащ. Сэлам-чэламхэр зэфІэкІа нэужь лы-лэпс жаІэри Іэнэр къаузэдащ. ТІэкІу едзакъэу здэщысым, Исуф, къыб-гъэдэсхэм емыплъу, къригъэжьащ:

— ЩІэщхъу бзаджэ къытщыщІащ лъэпкъым.

  • Іэгъу, сыт апхуэдизу къэхъуар? — зыкъыхуигъэзащ абы лэ-гъупэжьым.

  • Уэлэхьэ, ХьэкІашэ, ныжэбэ си деж уасэІых нэкІуахэм яш-хэм къыпабжыкІри шипщІ ядыгъуам. Жылэ псори зэрызехьэу зы-дэт пщІантІэм дадыгъукІащ, зы цІыхум имылъагъуу, шы лъэ макъ зым -зэхимыхыу. ЩІыр зэгуэхуу яку дэхуа хуэдэщ.

  • Іэло-уэхь, дауэ хъуа-тІэ зиш ядыгъуа уасэІых щІалэхэр?

  • Ар къозыщІам къуимыщІэфын щыІэ?

  • ЦІыхугъэм щыщ иІэм, тхьэр нахуэу согъэпцІ!

Соседние файлы в предмете [НЕСОРТИРОВАННОЕ]