Добавил:
Upload Опубликованный материал нарушает ваши авторские права? Сообщите нам.
Вуз: Предмет: Файл:
ЩэджыхьэщІэ Хьэмыщэ, «ЛъыщІэж».doc
Скачиваний:
19
Добавлен:
01.09.2019
Размер:
1.44 Mб
Скачать

Етіуанэ іыхьэ уэзырмэсрэ я нэхъ есу темыркъанрэ

1

Дей псыр Мэртазей къуажэм ипщэкІэ къыщыщІож. Псынащхьэ дыдэм деж тІууэ зыщегуэшри псым и зы къудамэр къуажэбгъум-кІэ ирегъэзых, нэхъ бгъуэ, куу хъууэрэ, Анзор Бэрокъуэ и къуа-жэмкІэ еунэтІ, къуажэр зытес лъагапІэм и лъапэм блэж Акъбащ псым хохуэжри, абы и гъусэу Тэрч холъэдэж. Псым и къудамэ етІуанэм и гъащІэр нэхъ кІэщІыжщ: абы Тэрч лъэныкъуэкІз еунэтІри верститІ-щы фІэкІа абы бгъурыту емыжэхыу, мэзым щІо-лъадэри псыпцІэм хохуэ. ПсыпцІэм мо псы шкІур нэщхъыфІэ цІыкІур «егъэупщІыІу», егъэсабырри, езым хуэдэ ищІауэ, хуэму, щхьэхынэу Акъбащ Тэрч щыхэлъэдэжым ипщэкІэ къыщыхохуэж.

ТэрчкІэ езыгъэзых псы къудамэм шууитІ къыІухьэри шы зы-тесхэр псы ирагъэфащ, псы цІыкІум къызэпрыкІа иужь къепсых-хэри, шыхэр ІумпІэкІэ яІыгъыу къуажэмкІэ къагъэзащ. Зэманыр нэхущ нэблэгъат, жейм и ІэфІыгъуэ дыдэти, къуажэр щымт, хьэ закъуэтІакъуэ къыхэбэныкІ фІэкІа, нэгъуэщІ макъ щызэхэпхыр-тэкъым. Жэщ хьэщІитІри мыпІащІэу, жаІэ щІагъуи щымыІэу кІуэхэрт, вагъуэхэр зэрыз уафэм дэплъейуэ, уэсэпсыр зыпыз гъуэ-гущхьэ удз щхъуантІэ Іувым дихьэх шыхэр шхуэмылакІэмкІэ Іурыуэхэурэ ирагъэжьэжу. ШащІэхэркъым. ЦІыхур щымыпІа-щІэм и деж Іуэху пІэщІэгъуи къыпэщылъкъым, апхуэдэхэр нэ-хъыбэу къыщІежьэр е я благъэ ялъагъуну, е хъыджэбзаплъэ — апхуэдэ зыгуэрщ. Мыхэр хъыджэбзаплъэщ жыпІэну лІы хэкІуэта-хэщ, нэхъыщІэр илъэс щэ ныкъуэм щІигъуауэ къыщІэкІынущ. Да-уикІ абыхэм апхуэдэ Іуэху зэрахуэркъым. Я благъэ ялъагъуну къакІуэмэ, иджыри яфІэжьыІуэ къыщІэкІынщ. Нэхумыщым хэти къэбгъэушын, хэти бгъэпІейтеин, емыкІукъэ? Бысымым и напэр имытхьэщІу хьэщІэ хыхьэ хабзэ? Ар адыгэм къригъэкІуркъым, хабзэншагъэуи ебж. Адыгэм хьэщІэ ихьэгъуэ зэману ибжыр сы-тым деж? Пщэдджыжьым и Іэщыр Іэхъуэм иритауэ къулъшыкъум дежрэ пщыхьэщхьэм а Іэщ гуэрыр и пІэ щригъэзэгъэжамрэщ. Аб-дежыращ адыгэ унагъуэм исхэр хуит къыщыхъур. «ХьэщІэ ихьэ-гъуэщ»,— щыжаІэри абы и дежщ.

Нэхущ псынэм деж нэсхэри лІитІыр къэувыІащ. Ижьырабгъум-кІэ щытым иІыгъ шхуэмылакІэр и гъусэм иритри, псынэм щхьэ­щытІысхьащ, и ІэгуитІыр зэгуигъэувэри псы ІэбжьыбитІ-щы нрифащ.

  • Іэлоууэхь, сыту псы щІагъуэ,— жиІащ псы ефам, и пащІэр илъэщІыжурэ.— Тхьэ соІуэ, нэхъ щІалэ укъимыщІыжмэ. Ефэ, Даут.

  • Хьэуэ,— идакъым шыхэр зыІыгъым.— Нэху щынущ, иджы-ри зэ ди Іуэху зэрыхъунум дегъэгупсыс, дызэгъэчэнджэщ.

  • ЖытІар жытІащ,— къыбгъэдыхьэжащ псы ефар.—Нэху здэ-щым Мэртазэ Елбэздыкъуэ деж докІуалІэ. АдэкІэ деплъынщ ди Іуэху кърикІуэм. Елбэздыкъуэрэ Атэбийрэ зэтеплъэ хъууэ щыта-къым, ауэ Мэртазэхи ЕщІэнокъуэхи я нэхъыжьхэр дунейм зэре-хыжрэ, хъуар тхьэм ещІэ, деплъынщ. Дилъ дымыщІэжауэ Джы-лахъстэней икІыж диІэкъым.

  • Аращ Іуэху дыкъыщІежьар. Адрей къедгъэкІуэкІхэр ба-хъэщ,— жиІащ нэхъыщІэм.— Дегъажьэ, нэху щыным къэнэжар мащІэ дыдэщ.

Мэртазэхэ хьэщІитІыр гуапэу ирагъэблэгъащ. Гуащэжьым и цІыхугъэу къыщІэкІащ нэхъыжьыр. Гуащэжьым и щхьэгъусэ Щэ-маул дунейм зэрехыжам щхьэкІэ хуэгузавэхэри, хьэщІэхэм хьэ-щІэшымкІэ яунэтІащ, пщылІ щІалэхэм шыхэр ягъэбэяуащ. Хьэ-щІитІым зрагъэтхьэщІщ, ягъашхэри загъэпсэхуну ягъэгъуэлъащ. Жэщ псом гъуэгу тета лІитІыр, пІэщхьагъ зэрагъуэту, лІам хуэдэу Іурихащ...

КъунйцІыкІуокъуэ зэшитІыр зы лъэныкъуэкІэ щыуатэкъым: Атэбий псэухукІэ Мэртазэ Елбэздыкъуэрэ абырэ зэрылъагъу хъу-уэ щытакъым. А тІум яку лъы къызэрыдэмыхьар Мэртазэ и къуэ-жьым и фІыщІэщ, армыхъуамэ куэд щІат а тІум яз и мыажалкІэ дунейм зэрехыжрэ. Атэбий щыІэу Елбэздыкъуэ хьэгъуэлІыгъуэ гуэр дыхьамэ, е ирагъэблэгъамэ ар зэрилъагъуу, е щыІэу зэрызэ хихыу къигъазэрти къыдэкІыжырт. Ауэ Мэртазэ и къуэр щыІэу Атэбий дыхьакІэ зэ къыдэкІыжауэ цІыхум илъэгъуакъым. ІДышы-нэртэкъым. «Хуеймэ, ІэщэкІэ хуеймэ, къарукІэ къыспреув»,— жиІэрти къыфІэІуэхутэкъым зыкІи. Ауэрэ зэманыр кІуащ. Ел-бэздыкъуэ и адэри дунейм ехыжащ. Атэбии, илъэситІ нэхъыбэ дэ-мыкІыу, Щэмаул кГэлъахьащ. ЕщІэнокъуэ зэшитІым я зыужьы-кІэм, я лІыгъэм кІэлъыплъщ Елбэздыкъуи, зы махуэ гуэрым и къуэш нэхъыщІэ Кургъуокъуэ жриІащ: «Зэпытыр къахукІуэ ЕщІэ-нокъуэхэ. Я Іуэху ухэмыІэбэм нэхъыфІщ. Пэжу жаІэр: «Батырхэ лъхуэмэ, мэлыхЪуэ.баш иІыгъыу къалъху, ЕщІэнокъуэхэ лъхуэмэ, къамэ ІэщІэлъу къалъху». Абы иужькІэ Елбэздыкъуэ ЕщІэнокъуэ зэкъуэшитІыр нэхъ гъунэгъуу зришалІэу щІидзащ: уэршэр, хьэ-гъуэлІыгъуэ, зэхыхьэ хъуамэ, ящытхъуу, я адэ зэрикъуэр къыхи-гъэщу, зекІуэ кІуэнумэ, гъусэ къыхуэхъуну елъэІуу. Ауэ Уэзырмэ-си Темыркъани зэи Мэртазэ и къуэм и гъусэу зекІуэ ежьакъым. Мо щІалитІым елъытауэ Елбэздыкъуэ лІыжь хъуат, илъэс щэ ныкъуэм щІигъуат, итІанэ, езы щІалитІми къуажэпщым и щытхъу-хэм дзыхьыщэ хуащІыртэкъым. Ар апхуэдэу щІыщытым щхьэусы-гъуэ куэд иІэт, Мэртазэхэ я псалъэр щамыгъэпэж куэдрэ къэ-хъурт. Инэрокъуэ Исмел жиІэгъауэ щытащ мыпхуэдэу. Мэртазэ­хэ я псалъищэм пщІы пэжу къыхэкІмэ, итІанэ Іуэху тепщІыхь хъунущ». Пэжщ, Исмели щІригъэгъуІуат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Мэртазэ Щэмаул лІыфІщ, и псалъэм тыбогъуэтэж, и Іуэху ухыхьэ хъунущ хужаІэу дунейм тетат, Елбэздыкъуэ и щІалэгъуэм ефа-кІуэ-ешхакІуэ, къэкІухьыным тІэкІу дихьэхыу, и псалъэмрэ и Іуэхумрэ щызэщхьэщыкІ щыІэу щытамэ, ар щхьэусыгъуэтэкъым лъэпкъ псор, Джылахъстэнейми, Талъостэнейми, Къэбэрдейми, мыдэкІэ осетинхэми, мыщхъышхэми, шэшэнхэми я деж пщІэ щы-зиІэ лъэпкъ псор нрибгъэпудыну. Мэртазэхэ я пщІэр увыным, я щхьэр лъэгэным ЕщІэнокъуэхэ Къубатии Атэбии я фІыщІэ, къа-ру, лІыгъэ зэрыхэлъыр Уэзырмэси Темыркъани ящІэрт, я унэ-къуэщхэм, гъунэгъухэм къыжраІэжауэ.

Дауэ хъуми Мэртазэ Елбэздыкъуэ и хьэщІэхэм гупсысэшхуэм хадзат. Зыри жамыІэ щхьэкІэ абы фІыуэ къыгурыІуат КъунйцІы-кІуокъуэ зэкъуэшхэр къыщІежьар. Я къуэшыр зыукІар къахуэ-мыщІэу зэшитІыр илъэс куэд щІауэ лъыхъуэрт ялъ ящІэжыну, ауэ джэгуакІуэм и уэрэдыр КІахэм нэсыху Іуэхум и пэжыпІэр зы-тетыр къахуэщІакъым. Иджы псори и пІэ иувэжа нэужь, зэкъуэ-шитІым тхьэ яІуат ЕщІэнокъуэ Атэбий и лъапсэм псы ирагъэжы-хьыжыну.

Шэджагъуэнэужьым, хьэщІэхэм затхьэщІу тІэкІу едзэкъа нэ-ужь, КъуийцІыкІуокъуэ нэхъыжьым, Ахъмэтэч, къригъажьэри бы-сымым къыжриІащ:

— ЦІыху къызэхуэмыс щІыкІэ дыкъызытекІухьар убгъэ-дэтлъхьам ди гуапэт, Елбэздыкъуэ. Дэри дощІэ апхуэдэ ІуэхукІэ уи унагъуэ зыгуэр, ар уи анэ къилъхуа уи къуэш ирехъу, къихьэ-ныр гуфІэгъуэ зыми зэрыщымыхъур. Ауэ дэ нэгъуэщІ хэкІыпІэ къытхуэгъуэтакъым: Дэгужь тхьэмыщкІэм цІыхугъэу Джылахъ-стэней щиІари, зэрыгушхуэу щытари уи адэ тхьэмыщкІэ дунейм ехыжаращ. Абы жэнэтыр увыІэпІэ тхьэм хуищІ, дунеягъэкІэ къэ-мыхъуэпсэн тхьэм ищІ, ар псэуамэ, дэ жетІэныращ уэри бжетІэр: «къуийм и пыІэр щхьэрыхум укІытэжкъым»,— жаІэ, дилъ тщІэ-жыну дыкъежьащ, ди лъы щІыхуэ зытелъыр ЕщІэнокъуэхэщи, къыддэІэпыкъу зыдгъэкъэбзэжыну.

Елбэздыкъуэ хэгупсысыхьащ. И хьэщІэхэр къыщІэкІуар зэри-лъагъуу къыгурыІуами, пщым и дежкІэ ар мыщэхуми, куууэ хэгу-псысыхьащ. Апхуэдэ щытыкІэм Елбэздыкъуэ изышэ щхьэусыгъуэ щыІэт. Абы и фІэщ хъуртэкъым ЕщІэнокъуэ зэкъуэшитІыр я пщІантІэ удыхьэу, уеджэу къыдэпшу пхуэукІыну. Я щІыбагъми нэ лсщ абыхэм, зыгуэр къызэрыджэу ящІэ а къэджам игу илъыр. Бэлэрыгъауэ уукІыуи сощІ зэкъуэшитІыр, унагъуэм ис псори. Ар пхуагъэгъуну жылэм, Джылахъстэней псом? Джылахъстэнейм и закъуэкъым, ахэр къэзымыцІыху щыІэ сытми?

Елбэздыкъуэ игу къэкІыжащ иджыблагъэ Анзор Бэрокъуэ и гъусэу Анзорей щыкІуауэ щытар. Анзорхэ я хьэгъуэлІыгъуэт, я дуненкъутэжт, Анзор Хьэту инэрал цІэ лъапІэр урыс пащтыхьым кърнтауэ зи цІэ ираІуэу зы цІыху Къэбэрдейми. Джылахъстэней-ми. Балъкъэрми, Осетиеми, Хьэжрэтми, КІахэми къинатэкъым гуфІэгъуэм кърамыгъэблэгъа. Кърым хъанми, нэгъуейхэми я лІы­кІуэхэр щыплъагъурт хьэщІэщым. Бэрокъуэ Елбэздыкъуэ ири-гъэцІыхуну Хьэту щыбгъэдишам, инэралыр япэ дыдэ къызэреуп-щІар Мэртазэхэ я Іуэху зэрехъулІэракъым. «ЕщІэнокъуэ Атэ-бий и къуитІыр я адэм нэхърэ нэхъ лІыфІ хъужауэ зэхызох, ар пэж?» Анзор Хьэту Мэртазэ Щэмаул и къуэ Елбэздыкъуэ къе-упщІыфакъым лъэпкъыр дауэ фыщыт жиІэу, и адэр дунейм зэре-хыжам щхьэкІэ къыхуэгузэвакъым, мо лъхукъуэлІым къыхэкІа-хэм къащІэупщІащ. Догуэ, цІыхум щІэт лъыра нэхъапэр, хьэмэрэ хзлъ лІыгъэра?..

  • Мэртазэ и къуэр удгъэгупсыса хуэдэщ,— жиІащ Ахъмэтэч, Елбэздыкъуэ и нэгум щІэплъэурэ.— Дэ зы къуэгъэнапІэ дыкъы-къуэтІысхьэу тхуэукІынущ а зэкъуэшхэр. Ауэ ар лъы щІэжыкІэ-къым.

  • Фэ жыфІэнур сэ сщІэркъым, си хьэщІэ лъапІэхэ, ауэ, сэ сы-зэреплъымкІэ, КъуийцІыкІуокъуэхэрэ ЕщІэнокъуэхэрэ я лъы щІы-хуэ зытелъыжкъым. Дэгужь Атэбий и къуэшыр иукІати, Атэбий илъ ищІэжащ. Сэ жысІэркъым щхьэусыгъуэншэу фи къуэшым а сабийр иукІауэ, ауэ...

  • ГурыІуэгъуэщ,— къеплъащ Ахъмэтэч Мэртазэ и къуэм.— ГурыІуэгъуэщ, Елбэздыкъуэ. Сэри жысІэркъым дэ бысым тэмэм, уи щэху зыхуэбгъэтІылъ хъун бысым дыкъекІуэлІауэ.

  • Апхуэдэу жомыІэ, хьэщІэ,— тІэкІу зэрепхъэшэкІар къыгу-рыІуэжауэ къещэбэкІыжащ Елбэздыкъуэ.— Сэ уэ иджыри бжес-Іакъым пхуэсщІэнури сызэрыбдэІэпыкъунури. Апхуэдизу нэкІуэ-пакІуэу си деж фыкъыщыкІуакІэ, дунейм ехыжа ди адэм фэрэ фяку Іуэху дэлъа къыщІэкІынщ. Апхуэдэу щыщыткІэ, сэри абы ипкъ сыкъыщикІакІэ, адэм хуэфащэу сыщытыну къыстохуэ. Сыт сэ фхуэсщІэфыныр? Уэ зэрыжыхуэпІащи, къуэгъэнапІэ укъы-къуэтІысхьэу уилъ пщІэжыныр лІыгъэкъым. Сэ вжесІэнур мыращ: пщэдджыжь ЕщІэнокъуэхэ я бжэныхъуэр ефхьэжьэ. Сэ хъыбаре-гъащІэ згъэкІуэнщ зэкъуэшхэм я деж. Шэч къытевмыхьэ ахэр кызэрыпхъэрыным. Пхъэру япэ ныфкІэлъыщІэпхъуэр сэ си Іуэхущ, адэкІэ фэ фи лІыгъэ къызэрихыц. Иджыпсту Уэзырмэси Темыр-къани унэм дэсщ, щІэхи зекІуэ кІуэн Іуэху къагъэхъеяуи сэри зэхэсхакъым, зыгъэхъыбари срихьэлІакъым. Сэ нэгъуэщІ Іэмал щыІэу сщІэркъым фэ абыхэм фапэлъэщыну. Фегупсыс, фэ нэгъуэ-щІу фегупсысу фыкъэкІуами сщІэркъым, жыфІэ.

  • Узахуэщ, дэ нэгъуэщІкІэ дыпщыгугъакъым,— жаІащ зэ-къуэшхэм. КъуийцІыкІуокъуэ зэкъуэшитІым ягу зэгъауэ жэшыбг пщІондэ ефахэщ, ешхахэщ, джэгуахэщ. Нэхущым Даут къэушри, и нэм щІэІуэтыхьу пІэкум къитІысхьащ. «Тобэ, ялыхь, нахуапІэ умыщІ апхуэдэ пщІыхьэпІэ. ИкІын хуейщ мы щІыпІэ угъурсызым икІэщІыпІэкІэ».

  • Ахъмэтэч,— еджащ ар и къуэшым хуэм дыдэу,— ужейрэ?

  • Сыт къэхъуар? Щхьэ умыжейрэ? — блынымкІэ зигъэзащ Ахъмэтэч.

  • Тэджи дыгъэкІуэж.

  • Ы-и-й? — зыкъигъэзэжащ абы.— Дауэ жыпІа?

  • ПщІыхьэпІэ Іей дыдэ си нэгу щІэкІащ, Ахъмэтэч. Запыдо-мыгъащІэ мы лъапсэрыхыр зыхуэкІуэн зэкъуэшхэм,— Даут къэ-тэджри щхьэгъубжэм деж щыт шэнтым тетІысхьащ.— Си гум жеІэ щІэщхъу бзаджэ къызэрытщыщІынур.

  • Банэ пІураулъэф, къэрабгъэ,— къызэфІэтІысхьащ Ахъмэ-тэч.— Сыт мыпхуэдизу уи нэгу щІэкІар? Уи гъуэншэджыр псыф мыхъуауэ пІэрэ уэ?

  • Умыдыхьэшх, Ахъмэтэч,— доплъ щхьэгъубжэмкІэ Даут.— Елбэздыкъуэ къудейм и псэлъэкІэм гурыхьу зыри хэлъакъым. Абы жиІа псом къыхэсхар зыщ: бжэныхъуэм ныкІэлъыпхъэрхэм япэ итыр сэ къызощтэ, адрей къанэ псори фэ фи Іуэхущ. А къа-нэр шу щэ ныкъуэ хъумэ-щэ? Бажэм хуэдэщ, Іэмалшыщ.

  • Уи бысымым гурыщхъуэ хуумыщІыж, Даут. Ар цІыхугъэ-къым, ди лъэпкъым къыдэкІуркъым,— Ахъмэтэч ину щатэри гъуэ-лъыпІэм къеувэхащ.—Сэ жысІэркъым ди лъы щІыхуэ зытелъыр ди бысымым тхуиукІын хуейуэ, хьэмэрэ къыдбгъурыувэу къыддэзэуэн хуейуэ. Ари зы жылэ япщщ. Дыкъызэригъэгугъари пхурикъуни.

  • Ди тхьэ! Уэращ дызыщыгугъыр, уи гущІэгъурщ дызыщІэ-лъэІур, уи гущІэгъум дыхыумын.

  • Аращ дызыщыгугъыр,— щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ Ахъмэ-тэч.— КъуэкІыпІэр нэху къохъу...

Пэж дыдэу къуэкІыпІэр нэху къэхъурт. Къуажэри Іэуэлъауэ хъуат: хьэхэм нэхъ зэкІэлъагъэпІащІэу банэрт, адэкІэ-мыдэкІэ псчэ макъ къыщыІурт, пэгун нэщІхэм ящІ макъымкІэ жэм шын щІэзыдзэ фыз жьырытэджхэр къызэрыхъеяр къапщІэрт. Ауэрэ къуэкІыпІэр лэч плъыжьыфэм къриІащ, пщІантІэр зэрыщыту плъагъу хъуащ. ПщылІхэр зэрызохьэ: цІыхухъухэм шыхэр шэщ-хэм къыщІагъэкІыурэ пщІантІэм къыдаутІыпщхьэ, псыкъуийм деж щыт хьэкхъуафэ кІыхьым кърахулІэ, абы ит псым хоф, хо-пырхъэ, цІыхубзхэм жэмыр къаш, джэдхэр, къазхэр къыщІагъэкІ, пщэфІэну псы яхь, ІэплІэкІэ пхъэ зэрахьэ, чы матэкІэ зэпаІыгъыу гуарцэ гъур лэгъунлейм щІалъафэ. Хыв къашахэр гъуахъуэу, я шхьэр лъагэу Іэтауэ пщІантІэм докІ, жэмхэр абыхэм я ужь итщ. Мэртазэхэ я мэлхэри бжэнхэри уэтэрым щыІэщ. А уэтэр ды-дэм. Гъуейм деж, ЕщІэнокъуэхэ я чэтри щытщ, Уэзырмэсрэ Те-мыркъанрэ я адэшхуэ Къубатий Мэртазэхэ я къуэжьым, Щэмаул, хуищІа Іуэхутхьэбзэм щхьэкІэ хуит къищІауэ.

Шей ефа нэужь, Елбэздыкъуэ яжриІащ:

— ПщІантІэм фызэрыдэкІыу сэмэгурабгъур фІыгъыурэ япэ фызыхуэзэ уэрамым нэс фыкІуэ. Уэрамым фызэрынэсу ижьымкІэ вгъэши къуажэм фыдэкІ. Губгъуэм фызэрихьэу Гъуейр къэфлъа-гъунущ. Япэ фызыхуэзэ мэлыхъуэм е бжэныхъуэм феупщІым, къывжиІэнщ ЕщІэнокъуэхэм я бжэныхъуэр. ФІы къывэхъулІэ.

МыдэкІэ ЕщІэнокъуэ зэкъуэшитІым шыхэр ялъэщІри пщІан-тІэм дэтщ. ЗэхуогуфІэ, зэдогушыІэ. Ахэр апхуэдизкІэ фІыуэ зэро-лъагъури, пщыхьэщхьэкІэ я лэгъунэхэм щыщІыхьэжкІэ, бжэр къыхуамыщІыж щІыкІэ, зыхуоплъэкІыжхэри зэхуогуфІэр. Уэзыр-мэс и фІэщ хъужкъым апхуэдизкІэ лІыфІ Темыркъан къищІыкІа­щи, хахуэщ, бланэщ, шыщхьэмыгъазэщ. Зы ныкъусаныгъэ закъуэ делъагъу: пщтырыІуэщ, емыгупсысу щхьэр пиупщІынкІэ хъунущ. Дапщэрэ жриІэрэ, иущийрэ, итІани зыхинэркъым а хьэл мыхъумы-щІэр. И адэм и хьэл, Уэзырмэс илъагъу мыхъур, зыхилъхьащ: игу ебгъамэ, и тхьэкІумэм щыщ къыпимыгъэжынкІэ Іэмал иІэ-къым. ЦІыхур мыкъуаншэу уигу ебгъэнкІэ хъунщ. Сигу ебгъа закъуэ жыпІэу щхьэ игъащІэкІэ къызэрыщыдыхьэшхын, ауан къызэращІын тхьэбзэ ибдзэн хуей? «Уи нэм къеІэм и псэм еІэж»,— жиІащ пасэрейм, уэ пхуэдэ зым зыщІебгъэукІын щыІэ-къым, ауэ джэгум сяпэ къэфэну къытехьащ жыпІэу апхуэдэу щІэщхъу щІепщІэн щыІэкъым. Сыт хуэдиз бэлыхь телъа Уэзыр-мэс и шынэхъыщІэр Абейхэ яхуемыкІужу. Пэжщ, къуаншэт Абей зэшитІыр, ауэ Джылахъстэней псор зэхыхьауэ къыщолъэІукІэ. зы-гуэрым жиІэм уедэІуэн хуейкъэ? Ерагъпсэрагъщ зэрызрагъэ-кІужар.

2

НтІэ, лъыщІэж ЕщІэнокъуэхэ я деж къэкІуахэм я Іуэху зыте-тым тІэкІу фыкъытесшащи, абыхэм яужь диувэжынщ. Уэаырмэс-рэ Темыркъанрэ шыхэр ялъэщІу здэщытым, Мэртазэхэ я Іэхъуэ-хэм щыщ зы жэрыгъэкІэ пщІантІэм къыдолъадэ, зытес шым пщІэнтІэпсыр къехуэхыу.

— Уэхьэхьай-уэтэтай, фи бжэныхъуэр шууитІым ирахьэжьауэ яхь! — мэкІий ар и тхьэ къызэрихькІэ.

Хъыбарыр зэрызэхихыу, Темыркъан занщІэу дэжыну шым зы-щридзым, Уэзырмэс ар къигъэувыІащ:

— ПІащІэрэ пІыщІарэ жыхуаІэращ, Темыркъан, упІащІэу ущІэмыпхъуэ. Уэлэхьэ, къуэш, мышынэу а ди бжэныхъуэр езы-хьэжьам дэ мурадыфІ къытхуимыІэ. Уи Іэщэ-фащэр къащтэ.

— «УмыпІащІэ, умыпІащІэ»,— жыпІэурэ мобдеж щІэс ди анэр тфІрахьэжьэным дынэсащ! — жиІэри шынэхъыжьым и жыІэ емы-даІуэу шы цІахуцІэ зридзри Темыркъаныр вагъуэижу щІэпхъуащ. Хьэблэми шууищ-плІым зыкъыщаІэтащ, ауэ Темыркъан къуажэм дэжакІэт, сабэр къагъэхъейуэ Жьэпкъ лъапэмкІэ ежэкІ шууитІыр къилъэгъуауэ абыхэм хуеІэрт. Ботэщхэ я къуажэм хуэзанщІэ мыхъу щІыкІэ ЕщІэнокъуэр мо тІум кІэлъыщІыхьэ щыхъум, жыг гуэрэн ижьырабгъумкІэ щытым зыгуэр къыхэукІрн Темыркъан и шыр щІиукІыкІащ. «Бэлыхьыр зытехуэн, уэри ухэт?» — жиІэурэ шы джэлам къыщехуэхым абы къилъэгъуащ жыгым къыкъуэт Мэртазэ Елбэздыкъуэ. «Хьэм хьэ къелъху,— и дзэхэр зэрегъэшх Темыркъан,— зэ умыпІащІэ, хьэныбэм къикІа, сэ уэ сыпхури-къунщ, мы зи ужь дитыр зэфІэкІмэ». Япэ къэса шур къригъэпсых-ри Темыркъан шэсащ, ауэ метрипщІ имыжу, аргуэру къауэри стІ-уанэшри щІиукІыкІащ. Апхуэдэу шищ и бэкъум даукІыкІауэ Уэ-зырмэс къэсащ. И Іэщэр къыхуидзщ, шы гуэр игъэшэсри, къы-жриІащ:

— Джылахъстэней шыхъужь къибнэжакъым, гъуэгу махуэ ежьэн,— мэдыхьэшх — Уэ яужь ниувэ, сэ къуажэм дэмыхьэн шхьэ­кІэ къуажэбгъур субыдынщ. Хъунумэ, лъы къыхомыгъэхьэ мы Іуэхум. Еплъ, зэрыхъункІэ щІы.

Темыркъан шым и жьэр иутІыпщри, щІэпхъуащ. Абы и ужь итщ шу зыхыбл. Уэзырмэси шууитІ и гъусэщ. Куэд дэмыкІыу бжэ-ныхъуэр езыхьэжьа шууитІыр шу гупитІым я зэхуакум дакъузэу щІадзащ. АдэкІэ ужэныр зэрыделагъэр къагурыІуэжауэ къыщІэ-кІынщ. КъуийцІыкІуокъуэ зэкъуэшхэр къэувыІащ, бжэныхъуэр шыплІэм къыдадзыжри, и дзэхэр зэригъэшхыу Ахъмэтэч кІиящ:

— Ар хабзэкъым шу пщыкІутху шууитІым езауэу! Дэ дыкъы-щІэкІуар ЕщІэнокъуэ зэшитІырщи, а тІур фхэтмэ, лІыгъэ яІэм къыхрекІи къреув. Сэ сынэхъыжьщи, нэхъыжьыр къыспреув, нэ-хъыщІэр мы нэхъыщІэм и Іыхьэщ.

  • НэхъыщІэхэм япэ щІэдвгъадзэ! — къахэлъэтащ шухэм Те-мыркъан.

  • Уи пІэ ит!—хуэгубжьащ абы Уэзырмэс.— ЗэкъуэшитІыр дыкъэвгъаии, адрейхэм псоми къуажэмкІэ вгъэзэж... Сыт сэ вжес-Іар. щхьэ фыщыт? Дэ дыхьэзырщ.

Даут и нэгу ныжэбэрей пщІыхьэпІэр къыщІыхьэжащ. Тобэ, сы-ту ТемыркъатІ ещхьыщэ ар нэху щыху къэзыгъэфар. КъытекІы-жым — тридзэжу, хуэмейми дидзу. Езыри къафэрт, хуэмейми фэ зытригъауэрт гурыхь щыхъуауэ. Зэ, тІэу дидзыжа нэужь абы щІа-лэм иригъэлъэгъуат гыныр зытегъэщхьэжа фокІэщІыр. Ар гужье-яуэ къызэфІэтІысхьэрти, Ахъмэтэч къимыгъэушын щхьэкІэ зыри жимыІэу щыст, итІанэ и щхьэр аргуэру щхьэнтэм зэрытрилъхьэ-жу джэгум хыхьэжырт...

  • НтІэ, ди псэм лъыхъуэу къалъыхъуэр зымыщІэхэм хэт япэ щІэзыдзэныр? Нэхъыжьыра? Абы щыгъуэ сэ сыхьэзырщ. Нэхъы-щІэрамэ, жиІар зэхэфхащ,— пыгуфІыкІыу йоплъ абыхэм Уэзыр-мэс.

  • НэхъыщІэхэр! — ищІащ и Іэр Ахъмэтэч.

  • Хьэуэ! — къыхэкІиикІащ Даут.— Хьэуэ! Сыхуейкъым! Сызэ-уэнукъым. Куэдщ лъыуэ дгъэжар адыгэм. Адыгэр дызэрылъагъу мыхъужу дыкъэнащ, зым лъы ткІуэпс щІэту адрейр увыІэнукъым. Дэгужь мыбыхэм я адэ къуэшыр иукІамэ, я адэм Дэгужь иукІы-жащ. Лъыр лъыкІэ итхьэщІыжащ. Зэ дыувыІэж хъунукъэ? Сыту дытхьэмыщкІэ адыгэр. Хэт дэ дызукІыр? Тыркухэм, тэтэрхэм, къалмыкъхэм, нэгъуейхэм, къумыкъухэм, итІани хэт жыпІэн? Абы-хэм дезэуэн, ди Хэкур тхъумэжын и пІэкІэ дэ дызэроукІыжри губгъуэм дитІц, мэзым дыщІэтщ. Сезэуэнукъым, Ахъмэтэч, ухуей-ми, къызэуи сыукІ!

Ахъмэтэч къэуал кІэрыщІар кърипхъуэтри и къуэшым еуащ.

— Тхьэр арэзы къыпхухъу, къуэш, си гуэныхь степхащ. Е силъ, е мобы илъ дгъэжэнут... Адыгэлъ... КъуийцІыкІуокъуэхэ ди гъа-щІэр тэмэму зы махуэ дыпсэуа...— жиІэри, и псалъэр хунэмыгъэсу, зэфІэщэхащ

Ахъмэтэч выщІэм хуэдэу къэгъуахъуэри, и джатэр кърилъэ-фащ, ар лъагэу иІэтри Уэзырмэс дежкІэ щІэпхъуэну и шыщхьэр иІуэнтІащ, ауэ е щІегъуэжа, е и къуэшым и псэр иджыри хэмыкІа къыфІэщІа, шым къелъэри Даут бгъэдыхьащ. И Іэр и пщэм къы­щІигъэлъадэри щІым къытриІэтыкІащ, ауэ щІалэм псэ хэтыжтэ-къым. «Уи гуэныхьыр сэ къызохь,— Іущащэрт ар, нэпс зыщІэмыт и нэ гъущитІыр и къуэшым къытримыгъэкІыу,— ауэ уи лъыр сщІэжынкІэ тхьэ пхузоІуэ. Абы щхьэкІэ уигу умыгъэныкъуэ». Абы хуэмурэ и къуэшым и хьэдэр игъэтІылъыжри, псынщІэу шыш шэсыжащ.

  • Кхъуэ пэнцІывыр спыту си къуэшхэм, сядэ-сянэм я пащхьэ ди тхьэшхуэм срилъхьэж силъ сымыщІэжауэ мы щІыпІэм сикІмэ. КъакІуэ, ЕщІэнокъуэ и къуэ!

  • Зы хьэдэкІэ сыту уримыкъурэ, КъуийцІыкІуокъуэ и къуэ? Къэгъанэ мы делагъэр,— жиІащ Уэзырмэс.— Мы ди нэгу щІэкІ гуауэм уи гур икъутауэ уэ апхуэдэ Іуэху дауэ ухыхьэн?

  • Ушынэмэ, умыбзыщІ! — къилыдыкІащ Ахъмэтэч и нитІыр.— Сэ уи хьэдащхьэ слъагъумэщ апхуэдэ Іуэху сыщыхэмыхьэжынур.

ЕщІэнокъуэ Уэзырмэс апхуэдэлІтэкъым, «шынэкъэрабгъэ»,— зыхужригъэІэу. Ажалым хуэдэу илъагъут а псалъэр. Мис иджы-пстуи абы къигъэгубжьауэ КъуийцІыкІуокъуэм йозауэ. Тхуэ-хэ удын хуэхъун хуейуэ ар Ахъмэтэч лъэІэса щхьэкІэ, зыри хуещІэр-къым — афэ джанэм ехъумэ. «Зигъэхьэзырри къэкІуащ,— йогуп-сыс Уэзырмэс.— Зэ умыпІащІэ, дядэм а уи къуэшым ирищІар уэсщІэнщ, тхьэм жиІэмэ».

Сыхьэт нэблагъэкІэ зэзэуа нэужь, Уэзырмэс Іэмал хуекІуэу щІидзащ: езыр нэхъ мащІэу джатэм ирилажьэу. Ахъмэтэч къы-щыуэкІэ нэхъыбэрэ пэщІэкІуэту, езым бийм лІапІэ хуэхъун пап-щІэ зытегъэхуэн хуейр къилъыхъуэу. Ар зэщэр КъуийцІыкІуо-къуэм и пщэрат, и къурмакъейм джатэр хихуэну. ИкІи ар мыгувэу къехъулІащ: джатэр зэриІыгъ и Іэм Уэзырмэс лъэІэсри лъыр къы-фІэжу Ахъмэтэч и Іэр щиутхыпщІым, ЕщІэнокъуэр псынщІэу кІэлъыІэбэри мобы и тэмакъым джатэр хихуащ, лъыр уэру къы-щиуду, а дакъикъэми ар шым къехуэхащ. КъуийцІыкІуокъуэм и пщэр ІитІымкІн иубыдыжри зызэфІигъэпщхьащ, зы псалъэ жимы-Іэжу, зы макъ имыгъэІуу дунейм ехыжащ. Уэзырмэс и джатэр удзкІэ илъэщІыжри ирилъхьэжащ, зы псалъэ жимыІэу и шым шэсыжри лъэныкъуэкІэ ІукІауэ щыт я хьэблэ щІалэхэм яжриІащ:

— Мо Іуащхьэ цІыкІум деж щыщІэфлъхьэ. Ди тхьэшхуэм сы-къелъагъу, сыхуеякъым абы и псэр згъэныну. Езыращ къуаншэр. Гуэныхь тхьэм сщимыщІкІэ, езыми и гуэныхь тхьэм къыхуигъэгъу. НакІуэ, Темыркъан, дыкІуэжынщ. Дэ мыбы щытщІэжын щыІэж-къым.

Къежьэжауэ къыщыкІуэжым, Темыркъан игу къэкІыжа хуэдз, и напщІэр хэлъэтри и Іэр жыг гуэрэнымкІэ ищІащ:

  • Уэзырмэс, пщІэрэ хэтми а си лъабжьэм шы къомыр щІэ-зыукІыкІар?

  • СыткІэ сщІэн? КъуийцІыкІуокъуэ зэшитІым языра къыщІэ-кІынщ.

  • Аращ уэ уи гугъэр. Тхьэр согъэпцІ, Мэртазэ Елбэздыкъуэ си нэкІэ сымылъэгъуам.

— Щыгъэт, Темыркъан. УмыгушыІэ.

— Уи фІэщ хъуркъэ? НакІуэ, дыхыхьэнщ. Сэ ар абы къыщыз-гъуэтым, ар хьэдэ ещанэу бжы...

Мэртазэ и къуэр делэтэкъым, ищІэрт Темыркъан къызэрилъэ-гъуар, ауэ ЕщІэнокъуэм сыткІэ ищІэрэт Елбэздыкъуэ и гуращэу Темыркъан ишхэр щІыщІиукІыкІар. Шэч къытрихьэртэкъым КъуийцІыкІуокъуэ зэкъуэшхэм къапыкІа нэужь ЕщІэнокъуитІыр абы яужь зэрихьэнур, лей зымыхьу леймыгъэгъухэм жэуап яритын зэрыхуейм. А псори зриудэкІщ, зэпищІэщ, кІуэцІрыплъыжри, Мэр-тазэ Елбэздыкъуэ я деж мыкІуэжу ЕщІэнокъуэхэ кІуэри я хьэ-щІэщым щІэтІысхьащ.

ЗэкъуэшитІым губгъуэри мэзри щІащыкІщ, Мэртазэхэ я бла-гъэ, Іыхьлыхэм щыщІэупщІэри, зыщІыпІи щамыгъуэтым, «зэгуэр мы дунейм къытехьэжынкъэ, дэнэ кІуэн»,— жаІэри унэм къэкІуэ-жащ. КъыздэкІуэжам, хьэщІэщым Мэртазэ Елбэздыкъуэ щІэсщ. ХьэщІэ зыкъыпхуэзыщІар быукІ хъунукъым, арат игъащІэм адыгэм и хабзэр. Ауэ хьэщІэщым щІэсыр щилъагъум, Темыркъан и къамэр кърипхъуэтри телъэдат иукІыну, арщхьэкІэ аргуэру Уэ-зырмэс къыжьэдикъуэри, къызэтригъэувыІэжащ. ШынэхъыщІэр нэхъыжьым еплъри, щыблэм хуэдэу «щІычычыч» жиІэу и дзэхэр зэригъэшхащ, къамэ тхьэмпэр щІакъышхуэ жригъэІэу зэфІищІы-кІащ.

— Ямыгъэпсалъэ яукІыркъым, Темыркъан,— къэпсэлъащ Ел-бэздыкъуэ.— Сэ куэдрэ сегупсысащ нобэ екІуэкІа Іуэхум. Фэ фо-щІэ ди адэмрэ Дэгужьрэ зэкІэлъыкІуэу, зекІуэ зэдэкІуэу зы зэман щытащ. ЯщІакъым лІыжьыр мыпсэужу. Сэ я щэхур къыщызахьэ-лІэм, зэи си гугъащ дэсхужыну. Ауэ апхуэдэ хабзэ адыгэм диІэ-къым, зыхэзыхаи щыІэкъым. ХэкІыпІэ къэслъыхъуэу щІэздзащ. Нэху щыху сегупсысащ абы икІи къэзгъуэтащ. Пщэдджыжьым яжесІащ: «Я бжэныхъуэр ефхьэжьэ, сэ хъыбарегъащІэ згъэкІуэнщ ЕщІэнокъуэхэ деж. Ахэр Іэмал имыІэу нэпхъэрынущ. Пхъэрым япэ птыр сэ си Іуэхущ, адэкІэ фи лІыгъэ къызэрихьщ». Сэ фІыуэ сщІэрт хъыбар зэрызэхэфхыу Темыркъан зыми пэмыплъэу къызэ-рыдэжынур, шы цІахуцІэкІэ, Іэщэ имыІыгъыу. ЩІалэ Іэ пцІанэ-лъэ пцІанэр мобыхэм ялъэщІыхьам нэщанэуапІэт. Шищ и лъа-бжьэ щІэзукІыкІащ и псэр схъумэн щхьэкІэ. Уэзырмэс нэса нэужь сэ сыгузэвэжакъым, кІакхъури щІэсчакъым. «Мы щІалэ зэщІэп-лъахэм Іуэхур зытетыр ямыщІэу сэри сыдагъакІуэм»,— жысІэри сыкъакІуэри фи хьэщІэщым сыкъыщІэтІысхьащ.

Елбэздыкъуэ жиІар зэкъуэшхэм я фІэщ хъуащ, фІыщІэ хуа-щІащ.— Темыркъан жьым тесу псым йопыдж,— жиІащ Уэзыр-мэс — Зи гулъэф схуэщІыркъым... Елбэздыкъуэ, уэ уощІэ, дн адэр псэлъэрейуэ щытакъым. КъуийцІыкІуокъуэхэ щхьэкІи хъыбар ехьэжьа къытхуигъэнакъым. Си гугъэмкІэ, ди адэм шэч къытри-хьакъым ЕщІэнокъуэхэрэ КъунйцІыкІуокъуэхэрэ я зэхуаку лъы зэрыдэмылъыжым. Ар побэ хуэдэу къэхъеижыну абы ищІамэ, а лъэпкъым щхьэкІэ нэхъыбэ къыджиІэну къыщЬкІынт. Уэ фІыуэ ущыгъуазэ а лъэпкъым я хабзэ, я лІыгъэ, дуней тетыкІэ? Лъэ-пкъышхуэ?

— КъуийцІыкІуокъуэхэ я къекІуэкІыкІар куэду зэщхьэщыха-уэ жаІэж. Ауэ дядэм къызэрызжиІэжауэ щытар нэхъ тэмэму къы-золъытэ. Мыхэр псори къызытехъукІыжар Бэчмырзэщ. Бэчмырзэ и адэм и цІэр, уэлэхьэ, сымыщІэж, е Бемырзэщ, е Щыхьмырзэщ. Сытми, Бэчмырзэ и адэр КъалмыкъымкІэ зекІуэ кІуауэ къыщау-кІауэ щытащ. ЩІалэ цІыкІур и закъуэу къэнащ, и анэм и гъусэу, мылъкуфІ яІэу. Бэчмырзэ и адэр къызэраукІар, апхуэдэу щІалэу и закъуэ къызэрынар апхуэдизкІэ и жагъуэ хъуати, зи и фэр къи-хьэртэкъым, гъурт. Анэми абы нэхъ гузэвэгъуэ иІэтэкъым: Іэзэ къригъэплъырт, и шхынкІэ хуэсакъырт, ауэ сэбэп зыри хъур-тэкъым.

Зы махуэ гуэрым и шы тІэкІур игъэхъуу губгъуэм иту, зекІуэ шу гуп къыхуэзэри и шыр яхуащ, езыри шым зэрытесу яхэту. Шы-хэр зыхуахэм яхэтт зы лІы бэлыхь гуэр, бын имыІэу. ЛІыр, гупым захуигъазэри, лъэІуащ: «мы шы къэтхуахэми, мылъку къэтхьахэ-ми щыщ сыхуейкъым, мы щІалэ цІыкІур къызэфт. Фэ фощІэ, сэ бын сиІэкъым, фыкъызогъэгугъэ зыхуэныкъуэ щымыІэу спІыну».

Псори арэзы хъуащ. ЩІалэ цІыкІур здишэри лІыр кІуэжащ. И щхьэгъусэмрэ абырэ щІалэ цІыкІур ягъэтІысри жраІащ: «Нобэ щыщІэдзауэ удибынщ, къэтлъхуам хуэдэу утлъагъунщ». Дэгъуэу яхуэпащ, зыхуейр ирагъащІэу хуит хъуащ. ЛІыр къулей гуэрт. Іэщ и куэдт. Зы махуэ гуэрым ар мэлыхъуэхэм ядыдэкІащ. Игу ирихьри, зыкъомрэ мэл ядигъэхъуащ. Ауэ, щІалэ цІыкІум сыт ямыщІами, зи зиужьыртэкъым. Къуэ зыщІа лІыр гуныкъуэгъуэм хэкІыртэкъым. Егупсысри, и гуныкъуэгъуэр лэгъупэжьым хуиІуэ-тащ, икІи елъэІуащ: «КхъыІэ, мы щІалэм тІэкІу кІэлъыплъ, мыр зы бэлыхьым Іууащ»,— жиІэри.

НтІэ, зы махуэ гуэрым, шэджагъуи хъуауэ, мэлхэми загъэнщІ-ри увыІауэ, лэгъупэжьыр тІэкІу щхьэукъуащ. Куэдрэ жея, мащІэ-рэ жея, лэгъупэжьыр къэтэджри, щІалэр игъуэтыжакъым. КъикІу-хьащ-никІухьащ, джащ, ауэ игъуэтыжакъым. Зы пабжьэ кІыр гуэр къилъагъури, абыкІэ игъэзащ. Пабжьэм хыхьэри, щІалэр абы и кум хэсу къилъэгъуащ. Ар гущІыхьэу гъырт. Щэхуурэ бгъэды-хьэри къилъэгъуащ абы и пащхьэм илъ шы щхьэ къупщхьэжьыр. ЩІалэр абы тепыхьэурэ жиІэрт: «Уэ алъпыжь мыгъуэм урищхьэт, сэ лІыщхьэ мыгъуэм срикъуэт, сыту мыгъуэ дыхутыкъуа». Зэ еп-лъыгъуэкІэ абы къикІ щыІэкъым, дэтхэнэ зыгуэрми и тхьэусыха-фэщ жыпІэ хъунущ, ауэ лІыр, щІалэ цІыкІум адэ хуэхъуар, ара-къым зэрегупсысар. Лэгъупэжьым зэхихамрэ илъэгъуамрэ къызэ-рыжриІэжу, щІалэр здигъэшэсри дэкІащ. Къурш лъапэм щыхъуа-кІуэ и шыбз гуартэм нэсхэри, щІалэм жриІащ: «Хэдэ мы шыхэми, уигу ирихьыр къыхэх». КъакІухьащ, хэплъащ, ауэ щІалэм игу ирихьын хилъэгъуакъым. Къагъэзэжауэ къыщыкІуэжым, хэкужь бгынэжа гуэрым зы шы уэдыжь къом итти, абыхэм щыщ шищ къыхихащ: зы шы къарэ натІэгъуджэ, зы пщІэгъуалэ, зы бру-лыжь. «Сыт жаІэми къэщэху мы шищыр»,— жиІэри къригъэщэ-хуащ. КъыщыкІуэжым чэтым техьэри, я мэлым щыщу гъэлъэ-хъунщ къыздашащ.

А махуэм щыщІэдзауэ гъэлъэхъуищымрэ шищымрэ ІускІэ игъашхэурэ, мазэ зытхух дэкІауэ, гъэлъэхъухэми лы ящІауэ, зы гъэлъэхъу къиубыдри иукІащ щІалэм. Игъавэри и куцІым еплъащ щыз хъуа-мыхъуакІэ. Игу зэгъакъым зэригъэшхамкІэ. «Хъуа-къым нджыри»,— жиІэри гъэлъэхъуитІ къэнамрэ шищымрэ аргуэ-ру зыкъомрэ игъэшхащ. Адэ хуэхъуари игъэщІагъуэу кІэлъоплъ щІалэм, и мурадыр къыхуэщІэркъым. ЕтІуанэ гъэлъэхъур нукІри игъэващ, куэпкъыр икъутэри куцІым еплъащ. «ТІэкІу хуэныкъуэщ, тэмэм хъупакъым»,— жиІэри аргуэру мазэкІэ игъэшхащ шыхэри гъэлъэхъури. Шыхэр удэфащи яхуэубыдыжкъым, зы шыр лІитІ-щым псафэ яхуэшэу аращ. Ар щилъагъум, ещанэ гъэлъэхъур иукІащ, куцІым еплъри, унагъуэм къызэрнхьэрэ япэ дыдэу пыгу-фІыкІащ. «Мис иджы хъуащ». ЩІалэм и чэнджэщкІэ шищыр ягъэпскІыурэ зэхуэфІ ящІу щІадзащ.

ЩІалэр къуэ зыщІа лІыр къэгузэващ: «Мы шыхэр апхуэдизу егугъуу щІигъэхьэзырыр щІэпхъуэжыну арауэ пІэрэ?» И щхьэгъу-сэми щІалэми яжримыІэу жэщ мэхъу, нэху мэщ. Езы щІалэр еуп-щІащ: «Иужьрей зэманым унэщхъейщ, сыт апхуэдизу узыгъэгуза-вэр?» «Шынэ къэсщтащ, си щІалэ,— зиумысащ лІым.— Сошынэ мы шыхэмкІэ ущІэпхъуэжынкІэ». ЩІалэр хэгупсысыхьащ. «Умы-шынэ,— жиІащ абы къыдэплъеижурэ.— Уэ кІуэж жыпІэху сэ ди ДежкІэ си гупэ згъэзэнкъым».

Апхуэдэурэ илъэси, илъэситІи, илъэснщи дэкІащ. ЩІалэм къы-хуашэн хъыбар къызэпхагъэІукІыу щІадзауэ, зы махуэ гуэрым лІыр нысашэ хьэгъуэлІыгъуэ ирагъэблэгъащ. ЩІалэр шэщым щІыхьэрн пщІэгъуалэр къыщІишащ, уанэ трилъхьэри лІыр игъэ-шесащ. «Уэ-щэ, си щІалэ, къыбжаІакъэ?» — къеупщІащ лІыр. «КъызжаІащ,— итащ жэуап щІалэм,—сэ пехьэжьэм сыкІуэнущ». ЩІалэм шы къарэр къыщІишри зэщІикъузащ, езыри дэгъуэу хуэ-пауэ хьэзырти, шэсри хьэгъуэлІыгъуэм кІуащ. ЗдэкІуам шурылъэс джэгуащ. КъуийцІыкІуокъуэ щІалэм жылэр хьэлэч зэтрищІащ. Сыт хуэдэ шу шыбгъэрыуэкІэ зыкъыхуигъэзами, зэтриудырт. ПщІантІэм зы шу къыдэмынэу, Іэбжэнабжэр дэкІуэу, зэтрикъу-тащ. И адэм щІэхыу хъыбар ирагъэщІащ, мыращ, мыращ, уи къуэм хьэлэч дызэтрищІащ, тхуэувыІэжыртэкъым, алыхьым хьэтыр иІэмэ, гъэбэяу, жаІэри. Адэр ефэ-ешхэм къахэкІри щІалэ зэщІэ-плъам къыхуэхъущІащ: «Щхьэ умызагъэрэ, дунейм ущІытемыхуэр сыт? КІуэж иджыпсту дэкІи уи унэ. Куэдщ, мы гупыр зэтомы-укІэ!» ЩІалэр къэгуфІэри лІым и гъунэгъу зыкъищІащ. «Хъунщ,— жиІащ абы,— узахуэщ. ПщІэжрэ, сэ псалъэ быдэ уэс-тауэ щытащ уэ кІуэж жыпІэу хуит сыпщІыху ди дежкІэ, си гупэ сымыгъэзэнуи, нобэ хуит сыпщІащи, сокІуэж. Жылэ узыншэ фыхъу». ЩІалэм и къамэр кърипхъуэтри и щхьэщыгум щигъэкІэ-рэхъуащ, куэбжэмкІэ и шыр иІуантІэри, щилъым, лІыр кІиящ: «Алыхьым сигъэунэхъущ! Уей, си щІалэ, зэ къэгъазэ!» «Хьэуэ,— къызэкІиекІащ щІалэр,— кІуэж, жыпІащи, сокІуэж!» Къыхуэувы-Іакъым. И унэ къэкІуэжащ. Нэпсым нэф ищІа и анэжьыр ипІы-жащ. Ар КъуийцІыкІуокъуэ Бэчмырзэт. Бэчмырзэ быну Елмырзэ игъуэтащ, зы шыпхъу и гъусэу. Елмырзэ къуищ иІащ: Дэгужь, Ахъмэтэч, Даут. Я инагъи цІыкІуагъи сыщыгъуазэкъым, ауэ

КъуийцІыкІуокъуэхэ нэгъуэщІ и цІэ ираІуэу яІэу зэхэсхакъым.

  • ЗэрыжыпІэмкІэ, иджы тыншыжахэщ. Жэнэт тхьэм къа-рит,— еплъащ хьэщІэм Темыркъан.

  • Дядэм зэрыжиІэжамкІэ, зэкъуэшхэм нэхъ сампІэимыхьэу яхэтар Дэгужьрэ Ахъмэтэчрэщ. Адрейр губгъуэлІу, и пщІэнтІэпс-кІэ псэужу, си мылъку, си унагъуэ жиІэу апхуэдэт.

  • Алыхьым зы жиІащи, тІу хъункъым,— пыгуфІыкІащ Уэзыр-мэс.— Ауэ КъуийцІыкІуокъуэхэ я хьэдэхэр тшэжынущ жаІэрэ къа-кІуэмэ, дэ Іуэхум дыхыумыгъэхьэ, Елбэздыкъуэ. Ахэр Жахъшэ сыдж лъапэ щыщІалъхьащ. Темыркъан, плъэт дянэм деж, щхьэ дамыгъашхэрэ...

3

Іэминат и къуитІыр игъэтІысри, яжриІащ:

— Илъэс тІощІрэ плІырэ дэтхэнэми фи ныбжьщ. Куэдкъэ губ-гъуэм фызэритар фыщыхуейм деж фыгъуэлъу? Сэри илъэс мин гъащІэ сиІэкъым, нысэ зиІэхэм сохъуапсэ. Сехъуапсэ къудейкъым, си къарум дэхуэжкъым жьыщІэнри, пщэфІэнри, унагъуэ зехьэнри. Къафшэ, тІасэ, сэри тыншу зы илъэс, илъэситІ сывгъэпсэуж.

Я анэм жиІам щІалитІыр хигъэгупсысыхьащ. СыткІи химы-гъэгупсысыхьынрэт, тІури иджыри къэс къэтшэнщ жаІэу зы хъы-джэбз епсэлъатэкъым. Ауэ ар анэратэкъым зи зэраныр. Уэзырмэс-рэ Темыркъанрэ нэхърэ нэхъыщІэ куэдым къашэри бынунэ хъу-жат, езыхэм къыщышынэу къыжрамыІэфми, «къыдэнэжа» псалъэр щэхуу къыщыкІэлъадз щыІэт. Апхуэдэу жызыІэхэри захуэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, адыгэм игъащІэм е пасэ дыдэу, е кІасэу къашэу щытащ. Псалъэм папщІэ, мис ЕщІэнокъуэ зэшитІым хуэ-дэу анэ закъуэ фІэкІа унагъуэм имысмэ, а зыми унагъуэ зехьэныр къытехьэлъэмэ, пасэу къашэрт. Е щІалэр зеиншэу къэнамэ — мис абы щыгъуи пасэу щхьэгъусэ къыхуашэнут. Адрейхэм, зи адэ-анэ зыщхьэщытхэм, илъэс тІощІрэ пщыкІутхурэ, плІыщІ ирикъуху къакІухьынут я «шыкІэ къурыкъуу», хъыджэбз хьэщІэ, зэхэс, хьэ-гъуэлІыгъуэ, щІопщакІуэ — я нэгу зрагъэужьын нэхъ гукъеуэ ямы-Іэу. «Нысэ къытхуэшэ»,— зыжраІэ щІалэр зэгупсысыр зыт: мы тхъэгъуэм, дуней жэнэтым сыхэкІыжу лэгъунэ блынджабиплІым дауэ зыщІэзубыдэжын? Щхьэгъусэ игъуэтамэ, адыгэ цІыхухъум лъахъэ илъхьа хъурт: хъыджэбз хьэщІэ и деж кІуэ щыІэжтэкъым, нысашэ хьэгъуэлІыгъуэ хъуамэ, япэрей хуитыныгъэр иІэжтэкъым, хьэщІэщым е нэгъуэщІ пэш ущІэсын хуейт, укъыщІашрэ укъагъа-фэмэ, ущІашэжу, щІалэгъуалэр щызэхэсым и гъуэгум щхьэгъусэ зиІэм щхьэкІэ банэ къытекІат, сымаджэм щІэупщІэу и унэм кІуэ-жын фІэкІа щІопщакІуэми нэху щыху хэсыну хабзэм идэртэкъым. Хэт хуейт апхуэдиз нэгузыужьым, тхъэгъуэм и щІалэгъуэу, и джэ-гугъуэу, и лъы къэплъыгъуэу зыхигъэкІыжыну? Арат апхуэдизрэ ЩІыдэсри щхьэгъусэншэу.

Апхуэдиз лІыгъэ зыхэлъ, лІыгъэрэ цІыхугъэрэкІэ апхуэдиз щІыпІэм къыщацІыху зэкъуэшитІыр цІыхубз Іуэхум къыхигъэ­щІащ. Нэху щыху гупсысэри зы жэуап я анэм жраІэну ямыгъуэта-уэ, Уэзырмэс, шынапэурэ, анэм и пэшым щІыхьащ.

— Дянэ... Уэлэхьэ, дянэ... Мырщ жытІэу...

— Еу-уей, хуэмыхухэ,— дыхьэшхащ Іэмипат,— сыту фысаби-иІуэ мыгъуэ фэ тІур. Сэ къызгуроІуэ псори. Иджыпсту, пІалъэ къыхэвмыгъэкІыу, фиш уанэ тефлъхьи Джэршокъуэ Шухьиб и къуэ Хьэту фи ныбжьэгъум и деж фыкІуэ. Дыгъуэпшыхь сэ вжес-Іа псори, зы псалъэ дэмыхуу, абы жефІэ. Ар ныбжьэгъу пэжу щытмэ, тэмэму унафэ къыфхуищІынщ.

Джэршокъуэ Хьэту бжьыхьэм нартыху зрикІутэн ду ихуу щытт. И ныбжьэгъуитІыр щилъагъум, чы иІыгъыр хыфІидзэри, гуфІэжу къапежьащ. ИлъэситІри кІуатэкъым Хьэту и адэ Шухьиб Астэм-рей шы къищэхуну кІуауэ, шыр Уэхъухэ я лІакъуэлІэш ныкъуэрэ езымрэ зэпаубыдри, къамэкІэ къепыджу зэриукІрэ. Джэршо-къуэхи Уэхъухи я нэхъыжьхэр зэхуэсри Хьэту ягъэбэяуащ илъ ирамыгъэщІэжу, дэ лъэпкъитІыр дунейр къызэригъэщІрэ дызэпы-щІащ лъыкІэ, ди благъагъэр нэхъапэщ а зы гъащІэм нэхърэ, жа-Іэри. А махуэм Хьэту и пащІэр иупсауэ игъэкІыжыркъым, лъы ищІэжын хуейуэ зэрытелъым и щыхьэту.

— Мыр сыту фызэхэуа, къэхъуаІа? — къеупщІащ ар зэкъуэш-хэм, хьэщІэхэр иригъэблэгъэн япэ.

— Уэлэхьэ, Хьэту, дянэм зэкъуэшитІыр вакъэ зэв дригъэувам... — Сыт къэхъуар? Сымаджэ? — щтауэ щІоупщІэ Хьэту.

  • Хьэуэ, апхуэдэ зэрани щыІэкъым... Моуэ мо теІущІыкІыпІэм дытевгъэтІысхьэт. ТеІущІыкІыпІэ гъумыщІэфІи къэпшащ.

  • ХьэщІэщымкІэ фынакІуэркъэ, зиунагъуэрэ. Сэри сывгъэщта-щи фезгъэблэгъэну сщыгъупщащ.

  • Ягъэ кІынкъым,— жиІащ Темыркъан.— Дэри зы Іуэху яужь дихьакъым, дыкъыдэжри дыкъэкІуащ.

  • СынодаІуэ,— тІысащ Хьэту, и упщІэ пыІэр и куэщІым ирилъхьэри.— Фи анэр узыншэмэ, фэрщи — лажьэ фиІэ хуэмыдэ-мэ, сыт вакъэ зэв фызэрытыр?

  • Нышэдибэ жьыуэ дянэм дриджэри, къафшэ жиІэри къыт-хуигъэуващ,— йоплъьтх Уэзырмэс.

— НтІэ, ара лІышхуитІыр фыхэзыгъэщІар?

  • Іэу, зиунагъуэрэ, уэри пщІэуэ дэ ди гъащІэм зы хъыджэбз депсэлъакъым,— къуэщІий гуэр зэфІищІыкІыурэ хыфІедзэ. Те-мыркъан.— ЛІо, езыхэр нэкІуэну ди деж, «мы щІалэхэр къафшэ жаІэри зэрахуэ»,— жаІэу?

  • Сыт щІыжаІэнур, къыщІэкІуэнури сыт? — игъэщІагъуэу къоплъ Хьэту зэкъуэшитІым.— Фигу ирихьу мы къуажэм хъы-джэбз дэс?

  • Мы къуажэм щымыщым хъунукъэ? — щІэупщІащ Темыр-къан.

  • Сыт щІэмыхъур? — дыхьэшхащ Хьэту.— Япэ щІыкІэ, сэ нэхъ гъунэгъухэр къэсщтауэ аращ. Фи шы-уанэ зэтелъщ, напІэ-зыпІэм сэри си шыр згъэхьэзырынщ. Ди деж щыщыпэублэкъым, ди дежи щыщагъэтыжынукъым,— девгъажьэ хъыджэбзаплъэ.

  • Къэбгъуэтаи,— плъыжь къэхъуащ Уэзырмэс.— Апхуэдэу хъурэ, зиунагъуэрэ? Сыт жыпІэу Джылахъстэнейм уазэрыхыхьэ-нур?

  • Зэхэпха, Хьэту? — зэгуоп Темыркъан.—Абы жиІэнур пщІэр-къэ уэ? «Зэ фымыпІащІэ», «ПІащІэрэ пІыщІарэ, жаІэ», «Къуэшы-рокъуэр пІащІэри унакъым». Тхьэр согъэпцІ, дыкъыдэмынэжым абы жиІэм дедаІуэм. Куэд щІауэ къэзгъэхъеину сигу илът мы псалъэмакъыр, ауэ мыр догъэнэхъыжь, мыбы зыри щыжимыІэ-кІэ, сэри си напэ схутегъахуэркъым апхуэдэ Іуэху утыкум къис-лъэфэн. Ди анэр псэкІуэдщ, зиунагъуэрэ...

— Уэлэхьэ, дянэм щхьэкІэ умыгузавэ уэ сэ слъагъур,— пыгу-фІыкІащ Уэзырмэс.— ИІэ, Хьэту, уи шым уанэ телъхьэ, тхьэ сІуэнщ, гуэныхь къыттехуа си гугъэм мы ди къуэшым щхьэкІэ. Иужьрей зэманым мо Бацэжьхэ дежкІэ махуэм тІощІрэ зыблре-гъэх, щхьэ гу лъызмытарэ Хужьпагуэ и ишэгъуэ хъуауэ зэрыдэ-сым? Мис аращ, Хьэту, гур мыплъэм нэр плъэркъым, щІыжаІэр.

  • УзыфІэфІымкІэ тхьэ пхуэсІуэнщ апхуэдэ лъэпкъ сигу къэ-мыкІакІэ,— иджы Темыркъан плъыжь къэхъуащ.

  • НтІэ, Уэзырмэс,—къэтэджащ Хьэту,—Бацэжьхэ я деж къы-щыщІэддзэн, хьэмэрэ...

— СынакІуэм, тхьэр согъэпцІ!—къыщылъэтащ Темыркъан.— Сыт жысІэу?

  • Уэ зыри жыпІэнукъым,— къоплъ абы Уэзырмэс.— Уэ ущы-сынущ, дэ...

  • Ар хъункъым, Уэзырмэс,— идэркъым Хьэту,— уэ унэ-хъыжьщ, япэ уи хъыджэбзым дылъыхъунщи, итІанэ, Бацэжьхи дэнэ кІуэжын.

— Уи ныбжьэгъум и шыпхъум дыпхулъыхъунщ,— ауан тІэкІуи хэлъу жиІащ Темыркъан.— ТІэкІу щІалэІуэщ жомыІэмэ, хъы-джэбз дэгъуэжыц. Ухуейм щІэщІи пхъашэ ирикІуэ.

— Хэт ар жыхуэпІэр?—Хьэтуи Уэзырмэси зэуэ зэдыжаІащ.

— Елбэздыкъуэ и шыпхъур,— дыхьэшхащ Темыркъан.

— Уэлэхьэ, къуэш, Мэртазэхэ япхъу сэ щхьэгъусэ схуэмы-хъун,— хэплъащ Уэзырмэс.— Сэ си пщэ дэлъым нэмыщІ ари сху-дэгъэтІысхьэнукъым.

Хъыджэбз ямыша яІэу зы унагъуэ къуажэм къыданакъым зи унащхьэ темыІэба, ауэ Уэзырмэс щхьэусыгъуэ гуэр къызыхуимы-гъуэта зы къахэкІакъым. Иужьым Хьэту жиІащ:

— ФыфІэмыжыжьэм Инэрыкъуей дывгъакІуэ. ФІыуэ сцІыхуу хъыджэбзитІ щыІэщ. Хэт къишэми...

— Хэтхэ ей? — щІэупщІащ Уэзырмэс. — Зыр Батырдэгухэ, адрейр...

— Уэлэхьэ, ар мыхъун,— пиупщІащ Уэзырмэс.— МобыкІэ КъуийцІыкІуокъуэ Дэгужь, мыдэкІэ Батырдэгу... Догуэ, ЕщІэно-къуэхэ мы дэгухэм дакъыхэкІ хъунукъэ?

— Тобэ Іэстофрилэхь! — ину дыхьэшхащ Темыркъап. Къо-мышэнумэ, къэсшэнукъым жыІи дыкъыхэш мы бэлыхьым. Мы игъащІэкІэ къэзымышэнур щхьэ ебгъэзрэ, Хьэту?

  • Бэяу жысІащ! — къыщІэгубжьащ абы Уэзырмэс.— Нэхъы-жьи нэхъыщІи пщІэжкъыми! Дыунэхъуат, Хьэту, мы Іуэхур дянэм къыхимылъхьам. Тхьэ соІуэ, зы бэлыхь къыщыщІынтэм мы щІа-лэм... Хэтхэ ей етІуанэр?

  • Шогуэхэ.

  • ФынакІуэ. Шогуэ ХьэлокІуэ и хъыбарыфІ куэд зэхэсхащ.

  • НтІэ, здэкІуэнури ХьэлокІуэ и къуэш Сыхьэтджэрий ипхъущ.

  • Сыхьэтджэрийр зи хакІуэ шэшэнхэм ядыгъуауэ къатезыхы-жара? — щІэупщІащ Темыркъан.

  • Упсэу, ар дыдэщ,— къитащ жэуап Хьэту, шыр шэщым къы-щІишурэ.— Шэшэн пщыкІузым япэуври плІы фІэкІа ІэщІэкІа-къым. Блыр ипхри выгукІэ къишащ, шэшэн къэс зыш, зыв, мэл пщыкІутху, щэкІ метритху кърамытауэ яритыжакъым.

  • Тхьэ соІуэ, хъуэжыкІафІэ хъуатэм ар,— дыхьэшхащ Уэ-зырмэс...

Къуажэм дэкІри ИнэрыкъуейкІэ яунэтІауэ, Темыркъан жиІащ:

  • Гъуэгум пкІэлъей къедз, Хьэту.

  • Сэ сыт мыгъуэр сщІэрэ,— пыгуфІыкІащ Джэршокъуэр.— Дунейм сыкъызэрытехъуэрэ тІэу къудей зекІуэ сыкІуауэ аращ, ари Гумкъалэ сыфІэкІакъым. Накуэ Хьэбыж уригъусэу зекІуэ укІуэ хъунт? Махуэ шэджагъуэм пабжьэр хъеямэ, и псэр ІуокІ а гъуамэм. ДыкъыщыкІуэжым къэзакъ къуажэ цІыкІу гуэрым дытригъауэри, цІыхухъухэр шэджагъуашхэ къыдыхьэжауэ къы-щІэкІащ. Абдеж дыкъыщрахужьэри, укъахунумэ, къеблагъэ. Къы-тщІэрыхьэмэ, кнутІкІэ даукІым, дызэпрахулыкІыурэ щыгъын къытщанатэкъым зэгуэмыудауэ, зэфІамытхъауэ. Ди Іэпкълъэ-пкъым зы ІэпапІэ иІэтэкъым дыркъуэ темылъу, уанэм дызэрытеса тІэкІум фІэкІа.

  • Фэ шу дапщэ фыхъурэт? — щІэупщІащ Уэзырмэс.

  • Шууитху.

  • Ахэр-щэ?

  • ШууипщІ, пщыкІуз хъуну къыщІэкІынт.

  • НтІэ, арат апхуэдизу лъыкІпсыкІ фызыщІар? — дыхьэшхащ Темыркъан.

  • ЗэплъэкІыпІэ къыдатыртэкъым,— нэхъри дихьэхауэ жеІэж Хьэту.— ДауикІ, тхури дызэгурыІуэрэ зыдгъэзамэ, зыгуэр тхуе-щІэнут. Ауэ ди нэхъыжь, шу пашэу дезышэжьа Хьэбыж япэ иту къажэрт, «Фи щхьэр фхъумэ!» — жиІэу кІийуэ. Езым и щхьэр шы сокум хэлът, мыдрей и Іэпкълъэпкъыр къэзакъхэм хуит яхуищІа-уэ. НтІэ, апхуэдэу дыкъахуурэ, укъаплъэм жыжьэу Иналхьэблэр къэплъагъуу Балъкъ дыкърахулІэу, Гъуэныбэ Цу цІыкІу псом япэ ищауэ слъэгъуащ. Шы дэгъуэ иІэщ абы, жэрыгъэ кІыхькІэ хуаб-жьу бэшэчщ. Цу цІыкІу-тІэ теуэгъуэфІ хъункІэ япэ ищащ, и сэ-шхуэр кърилъэфщ, къиІуантІэри къыщІэпхъуащ и сэшхуэр игъэ-кІэрахъуэу, и къару къызэрихькІэ кІийуэ: «ЗинэкІэ къалъхуауэ къэзылъхуар зымыщІэж мы къубгъаныншэ къомым куэдрэ ды-къахуну?! Фыадыгэкъэ фэ, хьэныбэм къикІа къом! Е дывгъалІэ, е дывгъэлІ! Мо Балъкъ Іуфэ Іут адыгэхэм сыт къытхужаІэн!» Уа-

дыгэкъэ жаІауэ дэнэ ужэнт. Тобэ Іэстофрилэхь, дэни къитха къа-ру! Я шы лъабжьэм дыкъыщІэкІэрэхъукІыжри ди сэшхуэхэр къпт-лъэфащ. Деплъмэ, Іэщэ иІыгъыу зы къэзакъ яхэттэкъым, кнут! зырызыр къапхъуатэри шы цІахуцІэм зыкърадзауэ арат.

Накуэ и къуэм зыкъищІэжащи, гъущІ арщын иригъэлъэтэха хуэдэ, зэфІэсу уанэкум исщ, къытщІокІие: «Хуэмыху гупым ди напэр тефхащ, иджыри къэс кнутІ пцІанэкІэ дыкъывогъэху! Къэ-вувыхь, дэвмыгъэкІ зы джаур!.. Мысхьуд, сакъ, къоуэр!» Зы къэ-закъым фокІэщІ иІыгъыу къыщІэкІри КъарэцІыкІу Мысхьуд. къиукІауэ щытащ. Абы къеуам и щІыбагъым Гъуэныбэ Цу къы-дэтт, и бгъур къыхуэгъэзауэ. ФокІэщІыр зэрыуэу Цу къыщІэпхъуэ-ри, къызэрыжэм хуэдэурэ къэзакъым и щхьэр... пытаи пымытаи. Шынагъуэт уеплъыну щхьэ зыпымытыж шум, дакъикъэм щІигъу-кІэ и Іэхэр ищІу уанэгум исащ.

Сытми къэзакъхэр дыпхщ, Балъкъ къетхулІэри, абдеж щыд-гъэтІысащ. Хьэбыж зы къэзакъым и Іэхэр итІатэри, жриІащ: «Шы тІощІ, мэл щэ ныкъуэ, а къэп цІыкІум хуэдэу гын къэпитху мыб-деж къэбгъэсмэ, гъэрхэр уэттыжынущ, дыгъэр къуэмыхьэу укъэ-мысыжмэ, фи гъащІэкІэ мыхэр зэрыфлъагъужыным фыпыкІащ,. тыркухэм е тэтэрхэм етщэнщ».

Мис апхуэдэу Цу цІыкІу ди напэр къитхьэщІыжауэ щытащ.

— Сыт-тІэ къыфлъысар къэзакъхэм ейуэ? — щІоупщІэ Те-мыркъан.

— Шы плІырыплІ, мэл пщІырыпщІ. Сэ гын зэрысщІын щыІэ-тэкъыми, си Іыхьэр Хьэбыж мэлитхукІэ есхъуэжри, мэл пщы-кІутху къэсхуащ.

  • Абы щхьэкІэ зекІуэ укІуэу зэман щІэбгъэкІуэдын щыІэ-къым,— жиІащ Уэзырмэс бгы лъапэмкІэ плъэурэ.

  • Дэ дызэрыта, дыкъызэрыкІа, ди Іуэхур зэрыхъужа, а пеори зэплъытыжмэ...

  • Мо шы табыпыр щхьэ апхуэдизу кърихуэкІыу пІэрэ шы-хъуэм? — бгы лъапэмкІэ и къамышыр ишиящ Уэзырмэс.

Темыркъан уанэгум зриІэтыкІри, плъащ. Хьэтуи Іэдакъэ жьа-уэ ищІауэ маплъэ.

  • Уэлэхьэ, Уэзырмэс, мы дунейм зы шыхъуэ темыт иш апхуэ-дэу кърихуэкІыну. ФызыфІэфІыр фхуэсщІэнщ а шыр Шэшэным-кІэ ямыхумэ. Шыхъуэхэм тхьэмыщкІагъэ къалъымыс щІыкІэ да-дэвгъэІэпыкъу.

  • Къалъымысамэ,— жиІэри Уэзырмэс илъащ. Мыдрей тІури абы яужь иуващ.

Шыдыгъухэр шууибл хъурт, шу щырыщу табыным ибгъу зыры-зым бгъурытхэт, зыр яужь итт. Фийхэрт, кІийхэрт.

— Шыхэм япэ доувэ! — къэкІиящ Уэзырмэс.— Хъурейуэ къет-шэкІыурэ зэпыдогъэхьэж шууищыр и кум ириубыдэу, модрей плІым унафэ худощІри... И кум къинаищыр езы шыхэм япІытІы-жынущ. Ахэр иджыпсту хъийм икІащ. Фэ и кум зревмыгъэубыдэ закъуэ.

Шууищыр вагъуэижым хуэдэу шыпэм къихутэри табыпыр ира-шэжьащ. АпхуэдизкІэ псынщІэу, апхуэдизкІэ Іэзэу шы табыпыр

и пІэм «ираІуэнтІыхьати», шыдыгъухэм гу лъатауэ къыщІэкІы-нукъым къапхъэн бзаджэм зэриубыдыр. И кум ихуа шууищыр кІийуэ щІадза нэужьщ, къащыщІа щІэщхъум и инагъым гу щы-лъатар. Табыным и щІыбымкІэ къэна плІым зым мэзымкІэ иІуэн-тІащ. Ар жэрт къемыплъэкІыу, Накуэ Хьэбыж хуэдэу, шы сокум и щхьэр хэлъу.

— Хьэту, умутІыпщ мо къэрабгъэр — Уэзырмэс и Іэр шу щІэп-хъуэжамкІэ ищІащ.— Уэ, Темыркъан, упІащІэу сэшхуэпэм упэ-щІэмылъадэ. ПсынщІэу дыгъэух мыбы я Іуэхур.

Шыдыгъуищыр зэшитІым я дежкІэ къакІуэрт.

— Сэшхуэ уапІэмкІэ запыщІомыгъахуэ Іэмал зэриІэкІэ,— жи-Іащ Уэзырмэс.

— СощІэ, къуэш. Ерэ фІырэ зэрызэхэсщІыкІрэ къызжыбоІэ.

— Ди тхьэ, ди насып тегъакІуэ — жиІэри Уэзырмэс илъащ. Куэд дэмыкІыу зы шыдыгъур, и Іэ ижьыр гуэлэлу, шым къе-

хуэхащ. «Афэ ящыгъкъым»,— егупсысащ Темыркъан. ЕтІуанэ шы-дыгъум щыхуэкІуэм, щІалэм и нитІым я лыдыкІэм игъэшына е и дзэхэм я зэрышх макъыр зэхиха, метр щэ ныкъуэ хъун Іужри, къэувыІэжащ. Темыркъан къеплъэкІри Уэзырмэс и сэшхуэр къы-зэрыІэщІаудар къилъэгъуащ. ПсынщІэу и шыр къриІуэнтІэкІ-ри, зи Іэщэ ІэщІиуда шум фІэкІа мы дунейм цІыху тетыжу зигу къэмыкІ шыдыгъум жьэхэлъадэри и джабэм сэшхуэр щыхихуащ, апхуэдизу псынщІэу жэ шыр къэмыувыІэжыфу бгъэкІэ шыдыгъум и шым еуэри и лъакъуиплІыр дэгъэзеяуэ щхьэпридзу ириудащ. Шыдыгъур уанэгум къилъеикІри метр зыплІытхукІэ щехуэхащ, Іыхьи-сыхьи жимыІэу. Къаплъэу щыта шыдыгъур зэшитІым къа-гурымыІуэ бзэ гуэркІэ къэкІийри и сэшхуэр игъэдэлъащ, хьэрыпы-бзэкІэ зыкъом къибжри, и Іэлъхьэмдурылэхь жыІэгъуэмрэ и къи-лъыгъуэмрэ зы ищІащ.

— Иджы уэ ІукІ, Темыркъан,— жиІащ Уэзырмэс.— Уэ пщІар дрикъунщ.

Шыдыгъур зэщІэплъат, и напэр дэп маскІэм хуэдэу плъыжьт, и нитІым хъуаскІэр къащІихт, зэпымыууэ зэчыр къигурымт. Гъу-нэгъу зызыхуащІ, зэбгъэдокІуэтыж. Аргуэру гъунэгъу зэхуэхъу-жауэ, я сэшхуэхэр лъагэу яІэтауэ шызэзаузм, Уэзырмэс и къамэр Іэ сэмэгумкІэ кърипхъуэтри, шыдыгъум и ныбэм хиІуащ. Шыды-гъур гущІыхьэу гызри шыплІэм дэщІащ, и жьэмкІэ лъы къыжьэ-дэжри, и шым къехуэхащ. Абы ирихьэлІэу зы лІыжьрэ щІалэщІэ-рэ шууэ къэсащ, псынщІэу къепсыхри щІалитІым къабгъэдэ-лъэдащ.

— Фи лІыгъэм и хъер тхьэм фигъэлъагъу,— жиІащ лІыжьым, и натІэм къытрикІута пщІэнтІэпсыр ІэгукІэ нрилъэщІэкІыурэ.— ЩІалэр гъуэмылэхьэ згъэкІуэжауэ мы хьэ гупыр къыстеуэри, сыт сэ, есщІэфынт абыхэм, сапхри шыбз табыныр кърахужьащ.

  • Хэт шыр зейр? — щІэупщІащ Уэзырмэс.

  • Алъхъо и къуэжьым ейщ.

— Уэзырмэс,— и нэр къикІыу къеплъащ Темыркъан и къуэ-шым,— мо шыхэм я кум къыхэнахэм сыт етщІэнур? Дауэ абы ды-зэрыхыхьэнур?

  • Дауэ абы ахэр зэрыкІуар? — хэпщІыкІыу къэгузэващ лІыжьыр.

  • Гужьеяуэ яху шым япэ дыкъиувэри, хъурейуэ къетшэ-кІыурэ...

  • Уэлэхьэ, щІалэфІ, абы и кум къинами семыхъуапсэ. Насып яІэмэ, уанэгум къинэнщ... Соплъри шым теси яхэткъым.— И къуэм зыхуигъэзащ:—Хуэмурэ негъэжьэж, пщІэнукъым... Мо шури фи гъусэ?

Хьэту къыІухьэжащ гъэр пха и шыплІэм дэлъу, гъэрым и шыр Іэдэжу иІыгъыу. Ар ІэкІуэлъакІуэу шым къелъэри, гъэрыр къри-хьэхакъым, къридзыхащ.

  • Феплъ, мы хьэм къилъхуам,— шэхум хуэдэу и фэр пыкІауэ жеІэ Хьэту. Губжьащи, зыхуэІыгъыжыркъым.— ФцІыхуркъэ мыб-деж щылъыр? Дэбагъуэ Къантемыр, шыдыгъу... Шыдыгъу къудей-къым, Іэбжьанэ фІейщ, мы шыдыгъухэр къэзышар мыращ. Дыщэ лэрыпс къызегъэлъагъу, сымыІуэтэжмэ, къызитыну. Сыт, тхьэмадэ, мыбы етщІэнур? Фи къуажэщ ныздэкІуар, хамэ мылъкущ зыщІэ-нэцІар.

  • Сэ сыт жысІэн? — ищІащ и Іэр лІыжьым.— Я къуажэ тшэ-жынщи, мы шыдыгъу нишахэри и гъусэу, я нэхъыжьхэм унафэ къыхуедгъэщІынщ. Жьгъей дохъу адыгэ тІэкІур, докІуэд. Сыт ар зищІысыр, мылъку щхьэкІэ уи лъэпкъ уедыгъуэжыну?.. Уэ кІуэи гу Іуэху зехуэ,— ищІащ абы и Іэр зыри жимыІэу щыт и къуэм дежкІэ.— Мы уІэгъэхэри... укІыгъэхэри Іушын хуейщ мыбдеж... Фэ тІур ЕщІэнокъуэ зэшитІыра жызоІэ?

  • Аращ,— ирихьэхащ и щхьэр Уэзырмэс.

  • Уи щхьэр йомыхьэх, щІалэфІ,— къыбгъэдэкІуэтащ ар щІа-лэм.— Уи щхьэр Іэт. Фи хъыбарыфІхэм нэхъыщІэр щІапІыкІ. ЛІы-гъэ фхэлъщ. Адыгэр дрогушхуэ фи цІэ жаІамэ. Фи Іуэху дэркІэ зэпыудамэ, хуабжьу си жагъуэ хъунущ.

— Хьэуэ, тхьэмадэ, дэри дыздэкІуэм дынэсат, къэна щыІэкъым. ЛІыжьым и къуэр къабгъэдыхьэри зыгуэр и адэм жриІащ.

ЛІыжьыр и пІэм тІэкІу иуджыхьри, и жьакІэ тхъуам хэпэщэщы-хьурэ хуэм дыдэу жиІащ:

— Уэлэхьэ, ар мыхъуа... А шым и кум къина щым тІур хьэлъэ дыдэщ, зыр... И хьэдрыхэ фІы тхьэм ищІ,— мэгузавэ лІыжьыр, абыхэм шыбз табыныр яхуамэ, езыр зэраукІынур ищІэ пэт...

Пшапэр зэхэуауэщ щІалищыр здэкІуэным щынэсар. Шогуэ Сы-хьэтджэрий и гъунэгъуу щыпсэут Хьэту и анэ дэлъхур — Индро-къуэ Мухьэмэтджэрий. Мис абы и деж екІуэлІащ щІалищыр. Сэ-лам-чэламхэр зэфІэкІа нэужь, Хьэту щэхуу жриІащ и анэ дэлъ-хум: «ЕщІэнокъуэ зэшитІыращ си гъусэхэр». А хъыбарым ду жи-Іэу зэщІищтащ хьэблэр, ар къемэщІэкІри къуажэм дэлъэдащ. Зы сыхьэт дэкІа къыщІэкІынтэкъым Индрокъуэхэ я хьэщІэщым щІэ-мыхуэжу цІыхур пщІантІэм дэз щыхъуам. Псоми я щхьэр гъэкІа-уэ хьэщІэщым хэлъ щхьэгъубжэ зэв цІыкІуищымкІэ маплъэ, ауэ сыт абы дэплъагъукІын, атІэми жэщым, уэздыгъэу яІэр мэлыщэ тІэкІущ, Іуданэ хэлъэфауэ. ПщІантІэм дэтхэм ЕщІэнокъуэ зэши-тІыр ялъагъункІэ Іэмал иІэтэкъым. ЩІыпІитІ-щыкІэ абыхэми уэз-

  • МыбыкІэ хъыбар зэдгъэщІэнухэр гурыІуэгъуэщ, ауэ си гуа-пэ хъунт ди адэм и ныбжьэгъу Темзэгъу Айтэч хъыбар едгъэ-щІамэ.

  • НтІэ, абы нэс дыщыкІуэнукІэ Бей-Мырзэжь тхьэмыщкІэми едвгъэгъащІэ. А зыращ сэри благъэуи Іыхьлыуи къысхуэнэжар.

  • Ар сэри сигу илът,— бгъэдыхьащ анэм Уэзырмэс.— Уэри жыпІащи, мазэм сыт хэлъ, узижагъуэм и псэ пІалъэ ухъу ар. Апхуэдэу щыщыткІэ, дянэ, тІури декъурэ дежьэжым уэ дауэ ухъуну?

  • Тхьэ дыдэ, сымыщІэ, тІасэ,— къеплъащ анэр къуэм.— Сыт сщІэн, зыгуэрхэр зыдэзгъэІэпыкъунщ. Сэ сощІэ уэ узыхуейр. Мэс, ауэ, зэгъащІэ, зым и закъуэ фызутІыпщыфынукъым. Фэ гъуэгу фытехьамэ, фызыІумыуэ щыІэкъым.

Иджыри къэс зыри жимыІэу щыса Джэршокъуэ Хьэту къэ-тэджри бжэмкІэ ежьащ. ЗакъримыгъащІэ щхьэкІэ абы и жагъуэ хъурт псалъэмакъым езыр зэрыхамышэр.

  • Сыт ар, Хьэту? — кІэлъежьащ абы Темыркъан.— Дэнэ укІуэрэ?

  • СыкІуэжынщ,— жиІащ Хьэту, къемыплъэкІыу.— Фэ фи Іуэху яужь фит.

— Іэу, апхуэдэу дауэ пхужыІэрэ, уэ уи Іуэхукъэ мыр?

  • Си Іуэхууи щІыи фыкъызэрысхуейр зэфІэкІа къысфІощІ,— Іэбащ щІалэр бжэкъумкІэ.

  • А Іей, Хьэту, мыбдеж щыт щІалитІым урещанэу фІэкІа узэ-рыцІыкІурэ услъытакъым,— къыбгъэдыхьащ Іэминати.— Зыгуэр-кІэ уи жагъуэ тщІамэ, ди акъылыншагъэщ, сыт нэхъ уигу къеуа, тІасэ?

— Мыбдеж щекІуэкІа псалъэмакъым зыгуэр къедаІуэмэ,— къригъэжьащ Хьэту, бжэщхьэІум еплъу,— ищІэнкъым фэ щым фІэкІа мы пэшым цІыху щІэсу. Сэ къызгуроІуэр, хьэгъуэлІыгъуэр зейр фэращ, ауэ сэ апхуэдэу сыкъэфлъытэр пэжмэ, хъыбарегъа-щІэ кІуэным гъусэ хуэфщІын щхьэкІэ щхьэ фыгузавэрэ? Е мыб-деж щыт фи анэм дэІэпыкъун щхьэ къэфлъыхъуэрэ?

Унагъуэр зэплъыжащ. Щыри дэпым хуэдэу плъыжь хъуауэ щытщ, щІалэм и пащхьэ зыщагъэзэхуэжын щхьэкІэ ящІэнур ямы-щІэу, Іуэхушхуэ къапэщылъым тралъхьэнути, щыми фІыуэ ящІэрт а псоми и пэм къыщыщІэдзауэ и кІэм нэс щІалэр зэрыхэтар, Хьэ-ту хэмыту Шогуэхи Бацэжьхи зы псалъэмакъ зэрыщемыкІуэкІар. Іуэхум и гугъуехьыпІэр зэфІэкІа нэужь къэнар хэти зэфІигъэ-кІыжыфынущ...

  • А си псэ тІэкІур къурмэн зыхуэсщІын,— и нэпсым къызэ-пнжыхьащ Іэминат,— моуэ къэтІыси, гупсэхуу дызэгъэпсалъэ. Шу-хьиб тхьэмыщкІэм нэхъ ныбжьэгъуфІрэ нэхъ ныбжьэгъу пэжрэ мыбыхэм я адэ тхьэмыщкІэм иІакъым. ИлъэскІэ зэгъусами зэры-\жэгъутэкъым. Мы щІы фыцІэжьыр къызэгуатхъыни а тІум, фз фызэгурымыІуэу я псэм къащІэмэ. КъэтІыс мыди, уи чэнджэщ къытхэлъхьэ, си щІалэ цІыкІу.

  • Жьыщхьэ махуэ ухъу, Іэминат. ДытІысуи сыт тщІэн, Іуэхур куэдщ. Сэ жысІэм фыкъедаІуэмэ, си гуапэт. Уэзырмэс нэхъыжьщ, гъащІэм нэхъ хещІыкІ, ар унэм кърени, къыбдреІэпыкъу. Темыр-къан сэрэ хъыбарегъащІэ дежьэнщ.

— Упсэу, къуэш,— жиІащ Темыркъан, я ныбжьэгъур Іэ лъэны-къуэкІэ и бгым деж къыщызэщІиубыдэри.— Зыгъэхьэзыр, зыдмы-гъэгувэу дежьэнщ. Уэ, Уэзырмэс, хъыбар зэдгъэщІапхъэхэм иджы-ри зэ егупсысыж...

4

Мэртазей Ікъуажэшхуэр зэрызохьэ: ЕщІэнокъуэ зэкъуэшитІым я фызышэ хьэгъуэлІыгъуэщ. Жылэр лъэрытетщ. Джылахъстэнейр игъащІэм пщІантІэшхуэкІэ ерыщщ. Зэкъуэш дапщэ мыхъуми, япэ къэзышэм адэм и унэм къыпищІыхьым, къыкІэлъыкІуэм къишэмэ, къуэшым и лэгъунэм къыпигъахъуэурэ, унэ кІыхь хъурт зы пщІан-тІэшхуэм дэту. ПщІантІэр удзыпцІэ дахэт, Іэщи джэд-къази тс-мыхьэу. Абыхэм щхьэкІэ уэрамымкІэ ущІэкІыу боми, джэдэш-къазэщхэми бжэ хэлъхэт. ПщІантІэкум пхъэлъантхъуэ щыхэтІат, куэдрэ щымысыну ІуэхукІэ къыдыхьэ хьэщІэхэм яшхэр фІадзэну. Удз щхъуантІэ щабэ зытемыт пщІантІэм иІэтэкъым, пхъэлъант-хъуэм и хъуреягъым фІэкІа. Ар шыхэр гъудэ-бадзэм ямыгъэбэяу-уэ ирахауэ арат. Зи щхьэ бадзэ тезыхужыф дэтхэнэ зы адыгэми и пщІантІэ удыхьамэ, унэшхуэ, унэ дэгъуэ умылъагъункІэ хъунт, ауэ плъагъунут пщІантІэ дахэ, пщІантІэ Тэхуитлъэхуит. уи гур хн-гъахъуэу, уи псэм зыщигъэпсэхуу. А пщІантІэм и инагъыр нэгум къыІуригъадзэу нэгъуэщІ зыгуэри хэлът адыгэм и псэукІэм: пщІантІэм удэткІэ плъагъунутэкъым адыгэм пхъэ щикъутэр, и куэншыб щызэтрилъхьэр. КъыпфІэщІырт унагъуэм я бо къамыг-хъуу, я жьэгу мафІэ щамыщІу. Былымым ирагъэшх мэкъумылэ къудейр пщІантІэмкІэ къыдашэртэкъым, мэкъуэщым урихьэжу чий куэбжэ хэлът. Шы мыщыщмэ, жэм къэмыбумэ, Іэщ цІыкІу къэмыгъуэмэ, унагъуэм псэущхьэ яІэу пщІэнутэкъым.

Унагъуэм теухуауэ нэгъуэщІ зы хьэлыфІи яхэлъу щытащ адыгэхэм. Пщыхьэщхьэм я Іэщыр зыхуей хуагъазэу ямыгъэбэяу-жауэ я гъунэгъум екІуэкІынутэкъым, зэран хуэмыхъун, Іуэхум хамыгъэнын щхьэкІэ. Зи Іэщ зыгъэзэгъэжу хуит къэхъуж лІым бжыхьым зыкъытригъащІэрти, уэрамым къыдэплъэрт. Езым хуэ-дэ зыгуэр илъагъумэ, уэрамым къытехьэрти, пшыхьэщхьэ къэс щызэхуэс уэрамыщхьэм къытеувэрт. Зи Іуэху зэфІэкІыр къахы-хьэм, хуит къэхъужахэр къекІуалІэурэ хьэблэлІыр зэхуэсти, жэ-щыбг фІэкІыху хъыбар жаІэрт. хьэблэм махуэм къыщыхъуахэм тепсэлъыхьырт: хэт сымаджэ, хэт дэІэпыкъун хуей, хэт сытым игъэгузавэрэ, хэт и щІалэ и хьэлыншагъкІэ емыкІу къихьа... Куэ-дым тепсэлъыхьырт хьэблэм дэс цІыхухъухэр. ауэ шызэбгрыкІы-жым деж кІэух псалъэр нэхъыжьым ейт сымаджэм пхъэ къыхуэ-шэн хуеймн, дэІэпыкъуэгъуншэм и Іэщыр мэкъумылэншэми, ха-бзэм ебэкъуа щІалэм и адэм ешхыдэн, гъэукІытэн хуейми — псоми я унафэр зыщІыр хьэблэм я нэхъыжьырат. Абы и унафэм зы за-лэкІэ ебэкъуам и гъащІэр дэгъэзеигъуэ хъуауэ арат, и пщІантІэм гъат.хэ псы къиуар дэуат. Хьэблэм я нэхъыжьыр къуажэ хасэ­шхуэм хыхьэрт, абы нэмыщІкІэ, ар хьэблэ хасэ цІыкІум и тхьэ-мадэт.

ГъэщІэгъуэнт хасэм и лэжьыгъэр. Хьэблэм и хасэ цІыкІум жы-лэ псом и Іуэху зэрыхъу, и ІуэхущІафэ, е нэгъуэщІ хьэблэм и ха-сэм и лэжьыгъэм и Іуэху хилъхьэртэкъым, политикэм теухуа пса-лъэмакъ къыщаІэтыртэкъым. Хасэ цІыкІум къыщаІэтри зытепсэ-лъыхьри зыт: хьэблэр къуажэдэсхэм хэгъуащэу, хабзэри нэмыс-ри яІыгъыу, щІалэгъуалэр абы хуагъасэу псэунырт, лэжьэнырт. Зым и гуфІэгъуэр псоми я гуфІэгъуэт, зым гуауэ иІэмэ, псоми зы-щІагъакъуэрт, дагъэпсынщІэрт. Ар хабзэ быдэ хъуат, лІэщІыгъуэ-куэд ипэкІэ къежьауэ.

Мис ныщхьэби ЕщІэнокъуэхэ я пщІантІэм щытепщэр хьэблэ-щІалэхэрщ, хэгъэрей нэхъыжьу щысхэр хьэблэм дэс лІыжь жьа-кІэхухэрщ. Шхын зезыхьэри, нэчыхьытхми, нысаплъэ къэкІуахэми я щхьэгъэрытхэр — хьэблэ щІалэхэрщ. Пэжщ, утыку гуащэ щыха-хым адрей хьэблэхэм къикІа нэ.хъыжьхэм ящыщ зым, Накуэ Ис-мел, псалъэмакъ къиІэтащ.

— Зи гъащІэр кІыхь хъун хьэблэ,— къэтэджащ ар,— фи на-сыпыр тхьэм нэхъ иныж ищІ, фи гуфІэгъуэр дэри ди гуфІэгъуэщ. Фи пасыпщ ЕщІэнокъуэ зэшхэр фи хьэблэ щопсэури. Ауэ ахэр фэ фи закъуэ фыфейкъым, ахэр къуажэм ейщ, адыгэхэм дыдеГид. Ап-хуэдэу щыщыткІэ, сынывэлъэІунут жылэм дэлъ хабзэр, ижь-ижьыж лъандэрэ къекІуэкІыр, дывмыгъэкъутэну.

— ЖыІэ, Исмел, дынодаІуэ.

  • Хабзэншагъэ къэхъуамэ, мис, псори дыщысщ, дгъэзэкІуэ-жынщ,— жаІащ нэхъыжьхэм.

  • Тхьэ дыгъэІэ, сэ сфІэзахуэкІэ мыпхуэдэ хьэгъуэлІыгъуэ-шхуэ къэхъуа нэужь, утыку гуащэу жылэм щацІыху Токъухэ я пхъур кърагъэблэгъамэ нэхъыфІу. Ди джэгу утыкукІэ емыкІу къэдмыхьтэмэ нэхъыфІт жысІэу аращ,— жиІэр къагурымыІуэ къы-щыхъуа хуэдэ, пищащ: — Фэри фщІэжу къыщІэкІынщ Балъкъэр-хэ я деж укІытэгъуэ дыщихуауэ абы дыкъызэрыдихыжар.

  • Уэлэхьа-а, Исмел, уи жагъуэ умыщІ, мис а зыр пхуэдмы-щІэфын,— къэпсэлъащ Джэршокъуэ Абдул-Хьэмид.— Япэрауэг Токъухэ къуажапщэ дыдэщ, абы нэс дгъакІуэу ар къыщІедгъэшэ-ни щыІэкъым. ЕтІуанэу, дэ, хасэ цІыкІум, езы ЕщІэнокъуэ зэшхэри къытхэту, утыку гуащэу Щомахуэ Аслъэнджэрий и пхъур хэтхащ. ФыщІэкІи феплъ, абы дагъуэ хуэзыщІІамэ, лъэсу сыкІуэнщи„ Токъухэ я пхъур къыфхуэсшэнщ.

ЛІыжьхэр зэщІэдыхьэшхащ. Исмели, хамэ унагъуэ унафэ щып-щІыну къызэремыкІур къыгурыІуэжри, «фызэрегуакІуэщ, тхьэ со-Іуэ, сэ Іей сигу имылъа,— жиІэри, и пащІэр ирилъэщІэкІыу блы-ным зригъэщІащ. ЛІыжьитІ-щы Накуэм къехъурджэуащ езым игу къэкІа дыдэр кърахыу. Ауэ ари куэдыщэрэ яукъуэдиякъым, Іэнэр зэуэ екІуу къаузэдащ. Щхьэгъэрытым дыщэпскІэ ла пхъэ фалъэ-шхуэм мэрэмэжьейр изу къригъахъуэри, лъэпкъым я нэхъыжь ЕщІэнокъуэ Абдулыхь ІэщІигъэуващ.

— ЕщІэнокъуэу унагъуищщ мы жылэм дыдэсыр,—къригъэ-жьащ Абдулыхь.— НэгъуэщІ жылэ дэсуи зэхэсхауэ сщІэжыркъым.

Мис, нобэ зэуэ щІалитІми къызэдашащ, зы унагъуэр тІу хъуащ, ауэ я насыпыр тІу мыхъуу, иджыри къэс зэгурыІуэу, зэдэІуэжу, я адэ тхьэмыщкІэм и уэсятыр зэрагъэзэщІам хуэдэу ягъэзащІэу, куэдрэ тхьэм игъэпсэухэ. Си гугъэщ щІалэхэр угъурсызу, еІуящІэу жылэм дэмысу, абыхэм я сэбэп куэдым екІауэ, дяпэкІи тхьэм хущІигъэхьэ жылэм я напэ, лъэпкъ и щІыхь яхъумэжу куэдрэ ду-ненм тетыну. Нобэ къытхыхьа нысэ цІыкІухэм лъэдакъэ иахуэ къагъэнауэ, лъапэ махуэ ди деж кърахьауэ тхьэм къыщІигъэкІ. Ди адыгэ лъэпкъыр щІалэ телъыджэхэмкІэ зыгъэбэгъуэн, зыгъэгу-фІэн ди тхьэм ахэр ищІ. Къызыхахым хэмыщІу, ящІэ псори дахэу. дахэлъхуу, къалъхуар узыншэу, быдзышэбэу, быныбэу тхьэм куэд-рэ тхуигъэпсэу къытхыхьа нысэ цІыкІухэр. НокІуэ, Темзэгъу и къуэ.

Айтэч и щІыфэр тхытхащ. Мыпхуэдиз хъуэхъу дахэ къомыр щыжаІэм сытыт абы яхыжиІэфынур? ИщхьэкІэ зэрыщыжытІащи, Айтэч унэ щІалэу къэхъуат, вфэ-ешхэхэм, зэхэсхэм, хьэгъуэлІы-гъуэхэм зэрахыхьар мащІэрэт. Апхуэдэ зыгуэрхэм зэзэмызэ хэхуа-ми, ІэнэкІэмкІэ нэхъ зритырти, къамыщІащэурэ иригъэкІуэкІырт. И адэ Іиляс щылІэм щыгъуи къажриІат зэкъуэшитІым: «Къербэч, уэ щхьэкІэ сыгузавэртэкъым, ауэ мы Айтэч кІэлъыплъ, цІыхум нэхъ хэшэ. Сэ си делагъэкІэ ІэрыпІ сщІащ лажьэ зимыІэ щІалэр». Ауэ Къербэч — Къербэчт, ар махуэ унэм пхудэсынутэкъым, адыгэ-хэм щыщу ныбжьэгъуу иІэр мащІэ дыдэт, уеблэмэ, къуажэм куэд дэст Къербэч ямылъэгъуауэ, ямыцІыхуу. И дунейр щигъакІуэр тенджыз Іуфэр, кърым тэтэрхэм я деж, къалмыкъхэм я деж щынэс щыІэу — арат. Абы Айтэч зыпхуригъэлІэлІэнт? Я адэр щІалъхьэ-ри махуибгъу зэрыдэкІыу къурІэнаджэ хуащІащ, цІыкІухэр ягъа-шхэри, етІуанэ махуэм Къербэч и шым уанэ трилъхьэурэ и къуэш нэхъыщІэм жриІащ: «Сэ мазитІ-щыкІэ сыкъэкІуэжынщ. Ап-щІондэху шым утесыфу, сэшхуэр ІэкІуэлъакІуэу бгъэбзэфу зегъа-сэ. Абы иужькІэ мо Хьэрэгуэл адэкІэ къыщыс нэгъуейхэм деж усшэнщ, деплъынщ пхуэщІэм».

Айтэч зыри жиІакъым. Сыти жриІэнт и къуэш нэхъыжьым? Хабзэтэкъым, зэрыцІыкІу лъандэрэ зыхурагъасэ хабзэм ебэ-къуэнт? Айтэч апхуэдэ щІалэтэкъым. И лъэбакъуэ къэс къипщы-тэжу, н псалъэ къэс егупсысу къэхъуа адыгэ щІалэт. Абы и пса-лъэмрэ и Іуэхумрэ зэпхат, шыкІи ІэщэкІи Къербэч хуэдэу мыІэ-кІуэлъакІуэми. И щхьэ ихъумэжыфт, езым хуэдэ зылІ щхьэкІэ къикІуэтынутэкъым, ищхьэкІэ щыгъуазэ фызэрыхуэ.хъуащи, и хьэ-щІэ и нэмыс, и ныбжьэгъу и гъащІэ щхьэкІэ зыкъригъэлынутэ-къым. Айтэч и жагъуи хъуртэкъым и къуэш нэхъыжьыр апхуэдэу гу щІыІэу къызэрыхущытыр. Къербэч и анэ дыдэм псалъэ хуабэ жриІэу зэхихатэкъым Айтэч. Арат зэресар, арат и щытыкІэр...

Зы Іуэху пІэщІэгъуэ гуэр игу къэкІыжа хуэдэ, Абдулыхь къы-щылъэтащ.

— Ди напэр токІкІэ, тхьэ пхуэсІуэнщ, Исмел! —и нитІыр къи-хуу жиІащ абы.

— Сыт къэхъуар?

— Хэгъэрей нэхъыжьу хэт щысынур?

  • Уэ-щэ, зиунагъуэрэ?

  • Уи адэ и бынщ ар. Хэгъэрей нэхъыжьу сэ сытІысыжу сы-зэхъуэхъужу сыщыс хъурэ? Абдул-ХьэмидкІэ сэ сарэзыт...

  • Хьэуэ, хьэуэ! — къилъат Абдул-Хьэмид, ауэ...

  • ДэгъуэкІэ, тхьэ сІуэнщ,— жиІащ Исмел. Адрейхэми ар да-Іыгъащ.

Абы хэту щІалэ гуэр къыщІыхьэри, Іэдэб дыдэу хъыбар къа-ригъэщІащ:

  • Хъыбар фызогъащІэ, уасэІыхыр къэсащ.

  • Къегъэблагъэ-тІэ, хуэмыху, щхьэ щІыбым щыпІыгъ? — и пІэм изэгъэжыркъым Абдулыхь.— Уэ, ди хьэщІэ лъапІэ, гуп ма-хуэбжьэр ептынщ япэ итым.

Гуп махуэбжьэр зищІысыр Айтэч ищІэртэкъым. КІэмыргуейхэм яІэтэкъым апхуэдэ хабзэ, къыщІыхьэм гуп махуэбжьэ ирату. Хьэ-щІэхэр къызэрыщІыхьэу, япэ дыдэ сэлам къезыхам бжьэр ІэщІи-гъэувэнуи хэтат, ауэ и бгъум къыщыт Накуэ Исмел къеІущэщащ:

— Нэхъыжьыр къыдыхьэу и тІысыпІэр имыгъуэтауэ йомыт. Ар хабзэщ.

ТІэкІуи ямыгъэщІагъуэу къэнакъым уасэІых нэхъыжьу Шо-гуэ Мухьэмэтджэрий къызэрагъэкІуар. Джылахъстэнейм я хабзэ-тэкъым лъэпкъым щыщ уасэІых нэхъыжьу ягъакІуэу, ар емыкІуу къалъытэрт. Мухьэмэтджэрий, лъэпкъым щыщ къудей мыхъуу, нысащІэм и адэ къуэшт. Іэнэм щыс гуэрхэм зэи-тІэуи я жьэ зэтра-хат абыкІэ еупщІыну, ауэ «зэгъунэгъуитІ я мэл бжыкІэ зы-къым», — жыхуаІэм хуэдэу, хэт ищІэрэ апхуэдэ хабзэ Шогуэхэ яІэми?

— НытІэ, Шогуэ и къуэ,— фалъэр къищтащ Абдул-Хьэмид,— зыпс фыкъызэпрыкІащ, фыхьэщІэ лъапІэщ, фи къакІуэр угъурлы тхьэм ищІ. Нобэ дэ псори дызэзышэлІа ныбжьыщІитІым узынша-гъэр яІэу, хьэщІэ кІуапІэу, быныфІэхэу, хъурылъхухэу, фомрэ цымрэ хуэдэу зэкІэрыпщІауэ тхьэм илъэс минкІэ зэдигъэпсэу. Фи хъыджэбз цІыкІум лъэдакъэ махуэ къыфхущинауэ, ЕщІэнокъуэ-хэ деж лъапэ махуэ кърихьауэ тхьэм къыщІигъэкІ. НыбжьыщІи-тІым я гъащІэр кІыхь, я насыпыр куу хъуну япэ бжьэр къедгъэ-кІуэкІынщ.

Джэршокъуэр фалъэм ит мэрэмэжьейм ІубыгъуитІ-щы хи-гъэщІри, и Іупэр зыІурылъам деж Іэгу сэмэгумкІэ илъэщІыжащ, ижьырабгъумкІэ къыщыс Мухьэмэтджэрий хуеплъэкІри; «НокІуэ, Шогуэ и къуэ» псалъэхэм яужь иту фалъэри хуишиящ. Мухьэмэт-джэрии ІубыгъуитІ-щы хифыкІри: «НокІуэ, Абдулыхь»,— жиІэри къыбгъэдэс ЕщІэнокъуэм иритащ. Апхуэдэу фалъэм Іэнэ кІыхьыр зэ къикІухьащ.

— ЕтІуанэ хъуэхъуу сэ жысІэну сызыхуеярат,— къиІэтащ ар-гуэру фалъэр Абдул-Хьэмид,— нобэ лъэпкъитІ зэпэщІэуващ зэры-лъагъуну, зэрыІыгъыну. Тхьэуэ дыкъэзыгъэщІам Шогуэхэрэ ЕщІэ-нокъуэхэрэ зэрымылъагъум зэхуэзэшу, зэхуэзам зэш хуэдэ зэры-лъагъуу гъэ минкІэ дунейм тригъэт. Мы уафэмрэ щІылъэмрэ къы-зэригъэщІрэ, фэри фощІэ, лъэпкъ Іэджэ зэбгъэдэуващ, нобэ дэ дыщІыщыс Іуэхум хуэдэкІэ. Ди тхьэу Тхьэшхуэ, иджыри къэс фы­зышэ хьэгъуэлІыгъуэкІэ зэбгъэдэувахэм нэхърэ нэхъ насыпыфІэ, быдэ щІы Шогуэхэрэ ЕщІэнокъуэхэрэ я благъагъэр. Мыкъутэжын щІы, ди тхьэ!

  • Іэмин!

  • Тхьэм жиІэ.

Абдул-Хьэмид япэми хуэдэу; тІэкІу хифыкІри: «НокІуэ»,— жи-Іэри Мухьэмэтджэрий фалъэр иритащ. Япэм ещхьыркъабзэу, «хъуэхъур къабыл ухъу» фІэкІа жамыІэу фалъэр аргуэру зэ къе-кІуэкІащ. Арат хабзэр, нэхъыжьым хъуэхъуищ жиІэн хуейти, Іэ-нэм щысхэм абы зыдащІырт.

Ещанэуи къищтащ фалъэр хэгъэрей нэхъыжьым. ХьэщІэщыр шымщ, пщІантІэм дэт джэгушхуэм и макъ гур зыгъэпІейтейм фІэкІа зыри зэхэпхкъым.

— Мыбдежым щыскъым дунейм ехыжа зимыІэ,— къригъэжьащ ещанэ хъуэхъур Джэршокъуэм.— Хэт и адэ, хэти и анэ, къыдалъ-хуа дунейм ехыжащ. А псори зимыІэжи дыщысщ. Я дэ ди тхьэу Тхьэшхуэ, жэнэтыр увыІэпІэ абыхэм яхуэпщІыну сынолъэІу.

  • Іэмин.

  • Тхьэм жиІэ.

— Абыхэм я фэеплъыр тщымыгъупщэу, ди деж къахьэсу къыт-хуагъэна хабзэ къабзэр, адыгэ нэмыс лъапІэр ди щІэблэм я деж нэзыхьэсыжыфын дэри тхьэм дищІ.

— Іэмин.

— Илъэс минкІэ псэуа щыІэкъым, пІалъэр къэсу дунейм ды-щехыжынум деж, ди лІахэм напэ хужькІэ тхьэм даІуигъэплъэж. Ди лІахэр тщымыгъупщэу, я фэеплъыр хэутэн дымыщІу дунейм тетын тхьэм дищІыну тхьэм селъэІуу сэ мыбы сефэнщ.

Ещанэри къекІуэкІа нэужь, хъуэхъу жиІэну зылъысыр хьэщІэ-хэм я нэхъыжьырати, ар Мухьэмэтджэрий щыжраІэм, идакъым:

— СощІэ Абдул-Хьэмид дыпэрыуэу къызэремыкІури, уи жа-гъуэ умыщІ, ауэ дыкъыщІэкІуа тІэкІур зэфІэдгъэкІамэ, тхьэ ды-гъэІэ, иджыри дефэнтэм, иджыри дыпсэлъэнтэм. Молэм фыкъе-джарэ нэчыхь тІэкІур ттхамэ, ди пщэм мывэр дэхужат.

— Тхьэ пхуэсІуэни, Мухьэмэтджэрий, ди молэри хьэзырщн, дз-ри дыхьэзырым. Дэ нобэ пщэрылъу диІэр Шогуэхэрэ Бацэжьхэрэ я емыкІу къэдмыхьу Іуэхур зэфІэдгъэкІыну аращи, фызыхуейр жыфІэ, дэ фхуэтщІэну дыхьэзырщ. КІуэт, тІасэ, молэм къеджэт,— зыхуигъэзащ абы бжэм деж хьэзыру щыт щІалэм.

Молэр къыщІыхьащ, псоми сэлам яритри, нэхъ жьантІэмкТэ дыхьащ, нэхъыжьхэм я Іэр иубыдурэ сэлам ярихрп, тІысащ. Мэ-рэмэжьей зэрыт фалъэр щыІэщІагъэувэм, скІуу, кІэщІу хъуа-хъуэри, зэ, емыІубу игъэувыжащ.

  • Диным хуэлажьэхэм ди Тхьэшхуэм хьэрэм тщищІащ мыр,— жиІащ молэм, фалъэр зэриІыгъа Іэпхъуамбэхэр хъыданкІэ илъэ-щІыжурэ.

  • Мухьэмэд бегъымбарырауэ жаІэри-тІэ хьэрэм зыщІар,— къыхидзащ уасэІых къэкІуахэм щыщ зым.

  • Бегъымбарым жиІами, ди Тхьэшхуэращ зи унафэр,— зэхну-кІащ и нэщхъыр молэм.— Тхьэшхуэм и Іизыншэу зыри къэхъур-къым. Бегъымбар дыдэми зыри жиІэфынукъым абы и унафэншэу. Мис нобэрей Іуэхур къафщтэ. Шогуэ Сыхьэтджэрий нэгъуэщІым иритыфынутэкъэ и пхъур? Е бегъымбар Іэгъуапэу дыбж Іэминат нэгъуэщІ къыхуишэфынутэкъэ и къуэм? Къыхуишэфынут икІи Лъыхуишэфынутэкъым. Ди Тхьэшхуэм а тІум я натІэм иритхат зы хъун хуейуэ. Мы дунейм къару теттэкъым ар изытхъыкІыжы-фын, езы Тхьэшхуэм фІэкІа. Ауэ мы цІыкІуитІыр зы хъумэ нэхъ къищтэщ, сабий узыншэ яІэну, унагъуэ узыншэ хъуну дыщІигъуж-ри, зы ищІащи, солъэІу ди щхьэщыгу ит ди Тхьэшхуэм унагъуэ но-бэ къэунэхур узыншэ хъуну, быныфІэ, насыпыфІэ, ерыскъыфІэ хъуну.

  • Алыхьым жиІэ.

  • Іиншэ алыхь,— жаІахэщ щысхэм.

  • ИІэ-тІэ, уэчылхэр фыкъэув. Уэзырмэс и уэчылыр моуэ къэ-ув. Хъыджэбзым и цІэр хэт?.. Пэщэхъан. Дэгъуэщ. И уэчылыр мо-уэ къэувыт. ИІэ-тІэ. Сигу къэкІыжтэкъым. УасэмкІэ фызэгурыІуа,

хьэмэрэ псалъэмакъ фяку илъ?

  • Хьэуэ,— жиІащ Абдулыхь,— дызэгурыІуащ.

  • ДызэгурыІуащ,— диІыгъащ Мухьэмэтджэрии,— я жагъуэ дымыщІам, ди жагъуэ къащІакъым. Вы домбеитІ, шы-уанэ зэтелъ, лъхуэн-пІэну мэл тІощІ.

— Дэгъуэщ,— щІидзэжащ молэм.— Фи Іэхэр зэрывгъэубыд... Нэчыхьыр ятха, абы и саулыкъукІэ псори зэхъуэхъуа иужь,

хьэщІэхэм щыщ зы молэм зыхуигъэзащ:

— Уи нэмысри уи пщІэри нэхъри лъагэ тхьэм ищІ. Джэбрэ-Іил, сэ зыгуэркІэ сыноупщІынут.

  • КъызэупщІ, тІасэ, «упщІэ щІэщхъукъым»,— жнІащ пасэ-рейм,— къеплъащ лІым молэр.

  • Зы махуэ зы нэхъыщІэ гуэр къызэупщІати, жэуап схуета-къым. Сэри сысабиижкъым, апхуэдэхэр сщІэн хуеящ, ауэ, сэ дэнэ къэна, сызэупщІа нэхъыжь куэдым жэуап къызатыфакъым.

— ЖыІэ, жыІэ, тІасэ, сэ сщІэ сыбзыщІынкъым.

  • СызэрыноупщІынурат, мис иджыпсту нэчыхь ттхащ, быдэ, угъурлы, зэи мыкъутэжын тхьэм ищІ. Ауэ гъащІэр — гъащІэщ, зэрытщІэщи, абы узыпэмыплъа Іэджэ къыщохъу. Ар зыми и уна-гъуэ есхьэлІэну сыхуейкъым икІи есхьэлІэркъым, ауэ а нэчыхьыр къутэжын хуей хъумэ, дауэ зэращІыр, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкІэ ар зэрыпкъутэж хъунур?

  • Уи гъащІэр кІыхь ухъу, тІасэ,— аргуэру зэ гуапэу къеплъащ лІым молэр.— Куэдым я гугъэщ адыгэ нэчыхьыр пкъутэж мыхъуу. Мэхъу ари пкъутэж, зэрыптха дыдэм хуэдэу, ауэ щхьэусыгъуищ-кІэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр? Япэу: бзылъхугъэр гъэпцІагъэ-кІэ и гъащІэм имылъэгъуа, зи акъылыр зэтемыс гуэрым иратамэ, удэпсэункІэ Іэмал имыІэмэ. ЕтІуанэу: зэщхьэгъуситІым языр мылъхуэмэ, абы къыхэкІыуи зэбгъэдэкІыжыну мурад ящІамэ. Зэ-хуэарэзыуэ! Ари зыщывмыгъэгъупщэ. Мы етІуанэм деж мыпхуэ-дэу къыщыхъу щыІэщ. ЛъхугъэмкІэ лажьэ зиІэр цІыхубзырамэ, и лІыр фІыщэу илъагъумэ, ар хуит ещІ тІуанэ къытрищІэну, е етІуанэ фыз унагъуэм къришэну. Ещанэрей щхьэусыгъуэр (псори абы тхьэм дыщихъумэ), зэщхьэгъуситІым яз дунейм ехыжмэ, А щхьэусыгъуищым фІэкІа ди хабзэм нэгъуэщІ зыри къабыл ищІ-къым.

— Жьыщхьэ махуэ ухъу, ДжэбрэІил.

— ИІэ-тІэ, сэри модрей гупыр къыспоплъэ, хьэгъуэлІыгъуэр угъурлы тхьэм ищІ.

Молэм щІэкІыжыну зыщричым, Абдулыхь пэуващ.

  • Уэлэхьэ, ар мыхъун, ДжэбрэІил,— йоІэбэ ар и жыпым, ды-жьын сомитІ кърехри молэм и ІэмыщІэ ирелъхьэ.— Ди ерыскъым ухэмыІэбауэ, ди бжьэ уемыфауэ, дауэ ІэнэщІ дыдэу ущІэдгъэкІы-жын? Мыр уи гугъуехьыпщІэщ.

  • Іэу-у, Абдулыхь, мыр хабзэкъым,— фэрыщІу зегъэукІытэ-нэпцІ молэм.— Мы игъащІэм щымыІа хабзэр... НтІэ, апхуэдэу щыхъуакІэ, Инэрокъуейм я молэми мыбы и ныкъуэр схуефтыж,— жиІэри зы дыжьын сомыр Му.хьэмэтджэрий хуишиящ.

— Ар дауэ хъун, зиунагъуэрэ,— мэукІытэ Мухьэмэтджэрий,— ди къуажэ молэм сыт и Іуэхуу хэлъ ЕщІэнокъуэхэ щатха нэчы-хьым?

— НысащІэр фи къуажэ кърашащ,— жиІэри зы сомыр ІэщІи-гуащ, «узыншэ фыхъу, сэ иджыри зы нэчыхь стхын хуейщ»,— къахидзэри, щІэкІыжащ.

Молэр щІэкІыжа нэужь «шхуэІур жьэдэха» хъури, фадэм тра-къузащ. Мэрэмэжьейр зэ-тІэу къекІуэкІа нэужь, фадэ пІащІэ къы-техьащ, абы зэщІигъэплъа лІы бланэ гупыр тІурытІу зэпсалъэ хъуащ.

— ЛІыфІ куэд диІащ адыгэм,— жиІащ Абдулыхь, и дзэм дэна лыр къыдихыжурэ.— Къарэкъэщкъэтау зауэ закъуэр урикъунти адыгэм и лІыгъэр кърипщІэну. Абы щыгъуэ къыдэмыжахэр укІуэ-дыж. Сыт хуэдэлІ абы хэкІуэдахэр! М-м-м, Къыдырыкъуэпщыр, ХьэпцІэм и къуэ Къуэжакъу, Ендар и къуэ Бийхужь, Абей и къуэ Жанджэрий... Телъыджэхэт. Къыхэдзэт, Бодзий, Къарэкъэщкъэтау зауэм и уэрэдыр.

Бодзий, лІы хэщІыхьа, пащІэ пІий цІыкІум и тэмакъым зригъэ-лъэщІри, къыхидзащ:

Еу-уей, Ендарым и къуэкІэ Бийхужь, ПщІэгъуалэ хужьыр щІагъэщІ, Я дыщэ дэщІыр фІадзэж...

Ендар и къуитІыр шы пцІэгъуэплъитІкІэрэ мэзауэ,

ЛІыхъуитІыр зыщызэуэкІыурэ Къарэкъэщкъэтаум къыдокІ.

Къарэкъэщкъэтаум лъыпс жагъуэр даушэ,

Дэ ди нартыжь шухэр зыгъэзэжыгъуи имыхуэ.

ХахуэкІэ ди Къыдырщокъуэр джатэр и башщи дагъащІэ.

ГъущІуэ и Іэщэ-фащэр зы шым хуэмыхь.

Іэщэу зэрихьэм къырым Щокъалыпщыр щІэхъуэпсырт.

Къырымыжьым я пщым щыхьэкІуэ жагъуэр хуокІуэж.

Дзэшхуэ къыщыкІуэм ди Чэлэмэтыр гулэзт,

Ди дзакІуэ-дзашэт, ди Елджэрокъуэр щхьэхъыжьэт. Дамыгъуэт и къуэжьым мы наужьыдзэр тхуиукІщ ХьэжыукІыдзэр ди Лэзэрокъуэм къытхуишэщ. Ныбгъуэ хьэшым дизыгъэзашэр Къарэкъундетти, Ендар и къуитІыр я гъущІ, я фащэкІэ ныдокІ, Бийм къахэкІа шум и шэрэ я бзэкІэ поув. НыбэжэкІэшэр ижьырабгъублэм пхебгъэдзщ, Я дыщэ дэщІыр Ендар и къуитІым фІадзэж... Я шыр бланэм ныдохъу, езыхэр лІыхъущхьэм ироджэгу.

Тэтэрышхуэр зи дэджэгуэгъур Абей и къуэкІэ ди Борэщ.

Шытхъуэ пхэщІыбгъуэр бгъэхъущІэщ,

Джатабгъуэ кІэщІыр бгъэбзытэщ.

Лъэпщхэ я дыщэ бжаблэр къатищІэщ,

Атэбий и къуэ Бидащ игъазэри зы шэр яхидзэщ,

Сэнжакъым щІэтыр щІигъэщІщ.

Жэщым цеиплъти зиубгъущ, нэхущым дзэшхуэр

иугъуейщ.

И бзэр лІитІым къахуишкъым, и кІэр лІищым зэпхидзщ. Къуэдзым и къуэкІэ ди Уэрдэщауэ, уадауэ макъыр и

шэдзщ.

Дзэ узыхэтыр бгъэгушхуэщ, махуэшхуэ пкъоуэ

тлъыщІэтщ.

И пщІэгъуалэшхуэр кІэупсщ, и бжыкІэр

псэууэ нихьыжщ. УпщІэ ЦІыпІынэр хуэпалъэт, и бзэгулъэжьыр и башт. Елъэрышэ лъагъуэмкІэ дэкІыжыр, Журтыжьым и къуэ

Хьэфаджэщ.

— ЗыщІэм и дежкІэ нокІуэ,— щигъэтыжащ уэрэдыр Бодзий. Гупыр апхуэдизкІэ щыму щысти, дэтхэнэ зыри шынэ хуэдэт

Бодзий и макъ телъыджэм иужькІэ псалъэ жиІэну. Псори уэрэ-дым итхьэкъуат, дэтхэнэ зыми Къарэкъэщкъэтау зауэм хэт хуэдэ, я нэщхъхэр зэхэукІауэ, я къамэ Іэпщэр япІытІыным хуэдэу якъузхэу щысхэщ. Нэхъыжьхэм я нэгу Іэджи къыщІигъэхьэжащ уэрэдым. Тхьэм фІэкІа хэт ищІэнт иджыпсту ЕщІэнокъуэ Абду-лыхь и пащІэ ижьыр иІуантІэу, и нэр блыным фІэлъ щІакІуэ фІыцІэм тедияуэ зэгупсысыр. Илъэситху-хы ипэкІэ иужь дыдэ зе-кІуэ Тэрч зэпрыкІыу нэгъуейхэм я деж щыкІуам, жэщ пшагъуэм гъуащэу и закъуэ къанэу нэгъуей шу пщыкІуплІым къазэрыІэщІэ-кІара лІыгъэкІэ, Іэпщэ бланагъкІэ? Хьэмэрэ осетин шууищ шэшэн шу тІощІым къаувыхьауэ щызэтраупщІатэм, яхэлъадэу къазэры-ІэщІигъэкІыжара? Шынагъуэт а махуэр. Зэман дэкІа пэт, ар игу къызэрыкІыжу и щІыфэр мэтхытх. Пэжщ, мы дунейм фІыгъуэ телътэкъым абыкІэ Абдулыхь зэрызиумысын, абы и лІыгъэри и бланагъри псоми ящІэрт, напэтехт абы и дежкІэ шынауэ зыгуэрым зыкъригъэщІэну. И щхьэгъусэ закъуэрат а щэхур зыщІэр. А пщы-хьэщхьэ дыдэм, пІэм здыхэлъым, жриІат:

— Си гъащІэм нобэ фІэкІа си псэр шынакъым.

— Къэхъуар сыт, зи гъащІэр кІыхь хъун? — къэщтащ щхьэ-гъусэр.— Уэ узыгъэшынар зы бэлыхь гуэрщ: е уафэр къелъэлъэ-хыжауэ, е щІылъэр зэгуэкІауэ щытын хуейщ.

Абдулыхь, зыкъыкІэрызыкъузэ и фызым хуеплъэкІри, куууэ щэтащ:

— Мы дунейм цІыху теткъым мышынэ. Тхьэм апхуэдэ гузэвэ-гъуэ къыдбгъэдимылъхьэкІэ. Ауэ лІым къару хэлъын хуейщ игу къэкІа шынагъэм текІуэну. Сэри сышынакъым а шу тІощІым са-щыхэлъэдам, сауІэнти саукІынти жысІэу сегупсысыххакъым. Ауэ сыкъыщыкІуэжым а псори си нэгу къыщІэзгъэхьэжри... Сыт абы къикІыр? Абы къикІыращ, Щамырзэхэ япхъу, си Іэщэ-фащэр хьэ-щІэшым фІэдзэжын хуейщ. ПщІам иужькІэ шынэ уигу къэкІ хъуамэ, уи лІыгъэмрэ уи къарумрэ шэч къытепхьэжу аращ. Абдеж лІыгъэ щызепхьами, етІуанэм деж ухутыкъуэныр зыми щыщкъым, бийм уи щІыб хуэбгъазэу укъыщІэпхъуэжынкІэ мэхъу. Бийм уи щІыб игъуэтамэ, кхъаблэм утелъу бжы.

А махуэм къыщыщІэдзауэ Абдулыхь Іэщэ-фащэ зыкІэрилъхьа-къым, къамэ пцІанэ кІэрылъу хьэгъуэлІыгъуэ е гузэвэгъуэ кІуа фІэкІа...

  • Уэлэхьэ, Абдул-Хьэмид, Бодзий къилэжьам нэхъыжьым бжьэ хуишиину. Дауэ феплърэ щысхэр? — къыхишащ хэгъэрей нэ-хъыжьыр гупсысэм Накуэ Исмел.

  • Тхьэ соІуэ, къилэжьакІэ.

  • Хуэфащэ дыдэщ, уэлэхьи.

— Пшынэбзэм хуэдэщ и макъыр,— къэІуащ макъ зыбжанэ. Бодзий щэныфІэу, ІитІкІэ фалъэр къыІихщ, ІубыгъуитІкІэ хэф-

ри, и Іупэр зыІулъам деж ІэдакъэкІэ илъэщІыжри, фалъэр Абдул-Хьэмид иритыжащ. Лъэпкъым я нэхъыжьым фалъэр имыгъэувы-жу гупыр къызэхиплъыхьри, жиІащ:

— Я дэ ди тхьэ, нобэ дызэхэзыгъэплъэжа ныбжьыщІэхэр куэд-рэ гъэузыншэ, ди хьэдэщІэлъхьэж т.хьэм ищІхэ, дыпсэуху ди жьы-щхьэ гъэлъапІэ хъуну тхьэм солъэІу.

Уэ ди Тхьэ, Тхьэшхуэ, Дыщэ къуэладжэ, Мы унагъуэр — Уардэ унэжьу, Выжь укІыпІэу, Нарт ефапІэу, УнапІэ махуэу, Пхъэм и махуэр я бжаблэу, Я бланэлри зэтету, Гуфэ зэтетхэри къыдашэу, Пхъэхьэ-псыхьэхэри щауибгъуу, Фызибгъум кІадэр зэІащІэу, фызипщІым джэд ягъэхъуу, Я хъуэхъури мэлэчу, Къызэгуэзычри я фадэу

Гъэ мин гъащІэкІэ гъэпсэу! Вы нышыр яукІыу, Уэрэд жызыІэр я хъыджэбзу, Мызу къэзыкІухьыр я нысащІэу, Я ІусыщІыр дарий кІэпхыну,

Соседние файлы в предмете [НЕСОРТИРОВАННОЕ]